Люмгьэту аль-игьтикъад (⮫)



لمعة الاعتقاد

 Бисмилляхи Ар-Рахьмани Ар-Рэхьим.

Щытхъур зыбгъэдэлъыр Алыхьыращ, зи щытхъур ира1уэр сыт хуэдэ зэмаными, сыт хуэдэ бзэк1и. Абы и щ1эныгъэм щ1ып1эу хъуар зэщ1еубыдэ, Абы зыгуэр хущ1эмыхьэну 1эмал щы1экъым, гъусэ е хуэдэ хуащ1хэм закъыщхьэще1этык1ыр, щхьэгъусэрэ бынрэ и1эу зэрагъэувым зыщхьэщех. Абы и унафэм къигъэщ1ауэ хъуар щ1этщ, Ар акъылхэм я гупщысэхэмк1э къызэщ1амыубыдэфу, гухэм къамыгъэк1ыфу зыхуэдэр «Езым хуэдэ зыри щы1экъым, Абы псори зэхех, елъагъу». (Аш-Шура: 11). Абы ц1э дахэхэр и1эщ, сыфэт хэ1этык1ахэр и1эщ «Гущ1эгъущ1ыр Гьэршым тепщэ хуэхъуащ. Абы 1эщ1элъщ уафэхэми щ1ылъэми щы1эр, а т1ум якум дэлъри, щ1ым щ1элъри. Уи макъым зебгъэ1этми, Абы ещ1эр щэхури гъэпщк1уари». (Т1а-Ха: 5-7). И щ1эныгъэм псори зэщ1еубыдэ, псори Абы и къарумрэ и унафэмрэ щ1этщ, и гущ1эгъуныгъэмрэ и щ1эныгъэмрэ псори хеубыдэр «Абым ещ1эр ипэк1э щы1ари, иужьк1э къэхъунури, ауэ езыхэм я щ1эныгъэм Ар зэщ1иубыдэркъым». (Т1а-Ха: 110). Езым и Тхылъ Лъагэм зэрыжи1ауэ, е и бегъымбар лъап1эм къызэри1уэтауэщ зэрытепсэлъыхьхэр.

Къур1эным иту къэк1уауэ, е бегъымбарым, Алыхьым и сэлямыр зылъысын, къыбгъэдэк1ыу пэжу къыднэсыжа Гущ1эгъущ1ым и сыфэтхэр быдэу ди ф1эщ хъун хуейщ, дыхуэарэзыуэ, пэрыуэгъу дыхуэмыхъуу къэтщтэн хуейщ. А сыфэтхэр къэдмыщтэу, е мыхьэнэ нэгъуэщ1 етту, е зыгуэрым едгъэщхьу, е зыгуэрым хуэдгъадэу дыпэув хъунукъым.

Абым щыщу зыгуэр къыдгурымы1уэмэ, псалъэ ар къэзыгъэлъагъуэр зэрыщытым хуэдэу къэтщтэн хуейщ[1], къыдгурымы1уам дытемыпсэлыхьу[2], абым теухуа щ1эныгъэр жызы1ам[3] хуэтхьыжын хуейщ, ар къэзы1уэтэжам и къалэну къыдогъанэр щ1эныгъэшхуэ зи1эхэм зэращ1ым хуэдэу, ахэращ Алыхьыр зыщытхъуар и Тхылъ Лъап1эм мыпхуэдэу жи1эу: «Щ1эныгъэшхуэ зи1эхэм «Ар ди ф1эщ Мэхъу, псори ди Тхьэм къыбгъэдок1», - жа1эр». (1алэ Гьимран: 7). Ик1и гур1уэгъуейуэ къыригъэхахэм нэгъуэщ1 мыхьэнэ езытыну хуейхэр игъэкъуаншэу жи1ащ: «Зигу пэжым тегъуэщык1ахэр (аят) гур1уэгъуейхэм похьэ, ахэр къагуры1уэу жа1эурэ ц1ыхухэр щагъэуэн щхьэк1э. Ауэ ахэр зыми ищ1экъым Алыхьым мыхъу». (1алэ Гьимран: 7). Нэгъуэщ1 мыхьэнэ улъыхъуэныр Абы ищ1ащ къуаншагъэм и нэщэнэ, ик1и фитнэм[4] хущ1экъуным хуигъэдащ, ит1анэ зыщыгугъахэм нэмысын ищ1ащ, зыхуеяуэ зыхущ1экъухэри яхузэпиудащ мы псалъэхэмк1э: «Ауэ ахэр зыми ищ1экъым Алыхьым мыхъу». (1алэ Гьимран: 7).

Жи1ащ имам Абу Гьэбдуллах Ахьмэд бин Мухьэммэд бин Хьэнбэл, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и псалъэхэм «Алыхьыр мы дунейм и уафэм къох», е «Алыхьыр Къемэт махуэм ялъэгъунущ» е абым хуэдэ нэгъуэщ1 хьэдисхэм теухуауэ: «Иман къыдохь, ди ф1эщ мэхъур «дауэрэ», - жыдмы1эу, мыхьэнэ нэгъуэщ1 едмыту, абым щыщу зыри хэдмыдзу. Дощ1эр, л1ык1уэм къытхуихьар зэрыпэжыр, Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, дыпэрыуэкъым. Алыхьым езым зыхуигъэфэща сыфэтхэм нэхъыбэ хуэтхькъым, и щытык1эхэр зыхуэдэр тщ1экъым, к1эух и1эуи жыт1экъым «Езым хуэдэ зыри щы1экъым, Абы псори зэхех, елъагъу». (Аш-Шура: 11).

Зэрыжи1ам хуэдэу жыдо1э, зыхуигъэфащэр дэри худогъэфащэр, абым дыф1эк1къым, абы тепсэлъыхьхэм зэрыщытыр къагъэлъэгъуэну ялъэк1ынукъым, Къур1эныр зэрыщыту ди ф1эщ мэхъу гур1уэгъуф1эуи, гур1уэгъуейуэ хэтхэр. Абы и сыфэтхэм щыщу зыри хэддзкъым емык1уу тралъхьахэм къыхэк1ыу, Къур1энымрэ хьэдисымрэ дыф1эк1къым, ик1и л1ык1уэр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, дымыгъэпэжу, Къур1эныри къэдмыщтэу дыщ1экъым и щытык1эр[5]».

Имам Абу Гьэбдуллах Мухьэммэд бин Идрис Аш-Шафигьий, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Алыхьыр си ф1эщ хъуащ, Алыхьым щхьэк1э къэк1уари си ф1эщ хъуащ езы Алыхьыр зэрыхуейм хуэдэу, ик1и Алыхьым и л1ык1уэри си ф1эщ хъуащ, Алыхьым и л1ык1уэм къыбгъэдэк1ари си ф1эщ хъуащ езы Алыхьым и л1ык1уэр зэрыхуейм хуэдэу».

Аращ ипэк1э псэуа щ1эныгъэл1хэмрэ, абыхэм яужь къэк1уахэмрэ зытетар, Алыхьыр ахэм псоми арэзы яхуэхъу. Ахэр псори зэгуро1уэр зэрыщытым хуэдэу я ф1эщ хъууэ, къызэрык1уам хуэдэу къащтэу, мыхьэнэуэ и1эр иратыным сыфэту Алыхьым и тхылъым, е л1ык1уэм и суннэм хэту къэк1уахэм, ик1и абыхэм и нэгъуэщ1 мыхьэнэ лъыхъуэхэкъым. Дэри ахэм я лъэужьым дытетыну, я нэщэнэхэм теубыдауэ дык1уэну унафэ къытхуащ1ащ, бидгьэхэм[6] зыщытхъумэну, ахэр зэрыщыуэныгъэр дагъэщ1ащ. Жи1ащ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын: «Аращи, си суннэм, хъэлифэ захуэхэм, гъуэгу захуэм тетхэм я суннэм фытет, фи дзэщхьэлхэмк1э абы зыхэвгъанэ, щ1эуэ къырагъажьэхэм зыщыфхъумэ, ипэжып1эк1э ахэр бидгьэщ, ик1и бидгьэ псори гъуэщэныгъэщ»[7].

Гьэбдуллах бин Мэсгьуд, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Фытет, ауэ щ1э хэвмылъхьэ, абым фырикъунщ».

Умэр бин Гьэбдулгьэзиз, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ мыпхуэдэ мыхьэнэ зи1э псалъэхэр: «Къэувы1э ц1ыхухэр[8] къыздэувы1ам идеж, ахэм щ1эныгъэ я1эу къэувы1ащ, к1уэц1ылъыр зылъагъу я еплъык1эр къагъэувы1ащ. Ахэр мыхьэнэхэр къыщ1агъэщыну нэхъ зэф1эк1 я1эт, ик1и ф1ы хэлъмэ къыщ1агъэщыну нэхъ яхуэфащэт. Ик1и жыф1эмэ: «Абыхэм яужь щ1эхэр халъхьащ», - ахэр къезыгъэжьар абыхэм я гъуэгум темытаращ, я суннэм арэзы иримыхъуаращ. Абыхэм ирикъум хуэдиз къыхагъэщащ, зэрырикъуным хуэдизрэ тепсэлъыхьащ. Абым нэхъыбэ зыщ1эм иригъэлеящ, нэхъ мащ1э зыщ1эм иригъэкъуакъым. Зы гупым нэхъ мащ1э ахэм нэхърэ ящ1ащ, ик1и хуэфащэр ирамытыж хъуащ. Адрейхэр ахэм нэхърэ нэхъыбэм хыхьэри ирагъэлеищэ хъуащ. А т1ум яку дэтыращ гъуэгу захуэм тетыр».

Имам Абу Умэр Аль-1эузагьий, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Ипэк1э щы1ахэм я лъэужьым тет, ц1ыхухэм утрагъэк1ыну пылъми. Ик1и еплъык1э зэмыл1эужьыгъуэхэм ухэмыхьэ, псалъэ дахэк1э ахэр пхуагъэдэхами».

Мухьэммэд бин Гьэбдурэхьман Аль-1эдрэмий жыри1ащ бидгьэхэм тепсэлъыхьу ц1ыхухэр абым къыхуезыджэ л1ым: «Ар Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, е Абу Бэкр, е Умэр, е Уэсмэн, е Алий ящ1эрэт е ямыщ1арэ?» Жи1ащ: «Ящ1эртэкъым». Жи1ащ: «Ат1э абыхэм ямыщ1ар уэ къэпщ1ауэ ара?» Жи1ащ л1ым: «Ат1э сэ жызо1эр ахэм ящ1ауэ». Жи1ащ: «Ат1э ялъэк1ынутэкъэ абым тепсэлъыхьыну, ик1и ц1ыхухэр къыхураджэну, е ялъэк1ынут?» Жи1ащ: «Ялъэк1ынут». Жи1ащ: «Ат1э абыхэм яхуэмылъэк1ар уэ пхуэлъэк1ыну ара?» Къызэтеувы1ащ абдежым л1ыр. Хъэлифэри абдежым щы1эти жи1ащ: «Алыхьым хуэмылъэк1ын ищ1 абыхэм яхуэлъэк1ар зыхуэмылъэк1ым».

Аращи Алыхьым и л1ык1уэми, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, абы и сэхьабэхэми, абыхэм къак1элъык1уахэми ф1ым тету, имам иужьк1э къэк1уахэми, щ1эныгъэшхуэ зи1эхэми аят сыфатхэр зыхэтым еджэхэу, абым теухуа хьэдисхэм еджэхэу, зэрыщытым хуэдэу къащтэну зэралъэк1ам хуэдэу къищтэну зыхуэмылъэк1ам, Алыхьми хуэмылъэк1ын ирещ1.

Алыхь Лъап1эу Лъагэм и сыфэтхэм теухуауэ къэк1уа аятхэм щыщ мы псалъэхэр: «Уи Тхьэм и нэгуращ къэнэнур». (Ар-Рэхьман: 27).

Ит1анэ Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Абы и 1ит1ымк1и зэрыхуейуэ мэгуашэ». (Аль-Ма1идэ: 64).

Алыхьым Гьисэ, Алыхьым и сэлямыр зылъысын, тепсэлъыхьу жи1ащ, абы жи1ауэ: «Уэ уощ1э сэ си гум илъыр, ауэ сэ сщ1эркъым Уэ уи гум илъыр». (Аль-Ма1идэ: 116).

 Алыхьым жи1ащ: «Къыщык1уэк1э уи Тхьэр». (Аль-Фэджр: 22).

Ит1ани Алыхьым жи1ащ: «Ахэр зыпэплъэр Алыхьыр къахуэк1уэну ара». (Аль-Бэкъэрэ: 210).

 Иджыри Алыхьым жи1ащ: «Алыхьыр абыхэм яхуэарэзынщ, езыхэри Абы хуэарэзынщ». (Аль-Ма1идэ: 119).

 Алыхьым иджыри жи1ащ: «Езым ф1ыуэ илъагъуу, езыхэми ф1ыуэ къалъагъуу». (Аль-Ма1идэ: 54).

Джаурхэм теухуауэ жи1ащ: «Алыхьыр абыхэм яхуэгубжьащ». (Аль-Фэтхь: 6).

Ит1ани Алыхьым жи1ащ: «Алыхьыр зыгъэгубжьам теувахэщ». (Мухьэммэд: 28).

Иджыри Алыхьым жи1ащ: «Алыхьыр хуеякъым ахэр ежьэну». (Ат-Тэубэ:46).

Суннэм щыщу: бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Ди Тхьэ Лъап1эу Лъагэр жэщ къэс мы дунейм и уафэм къох»[9].

Ит1анэ жи1ащ: «Алыхьым егъэщ1агъуэр щ1алэ зыми димыхьэхыр»[10].

Ит1ани жи1ащ: «Алыхьыр щыгуф1ык1ынущ лит1ым, зым адрейр иук1ри, т1ури жэнэтым ихьащ»[11].

Мыхэращ ик1и мыбы хуэдэхэращ зи иснадыр сэхьихьу ик1и къэзы1уэтэжхэр захуэу (къыднэсыжар), ди ф1эщ мэхъур, пэрыуэгъу дыхуэхъукъым, доувал1эр, зэрынэрылъагъум нэгъуэщ1 мыхьэнэ дылъыхъуэкъым, къигъэщ1ахэм я щытык1эхэм хуэдгъадэкъым, щ1эхэр къезыгъажьэхэм я нэщэнэхэм етлъыткъым, дощ1эр, Алыхь Лъап1эу Лъагэм хуэдэу зыри зэрыщымы1эр, ебгъапщэ зыри зэрымыхъунур «Езым хуэдэ зыри щы1экъым, Абы псори зэхех, елъагъу». (Аш-Шура: 11). Ди щхьэм къихьэ псоми, ик1и ди нэгум къыщ1эдгъыхьэ псоми хуэдэкъым Алыхь Лъап1эр.

Абым хуэдэщ Алыхьым и псалъэхэр: «Гущ1эгъущ1ыр Гьэршым тепщэ хуэхъуащ». (Т1а-Ха: 5).

Ит1анэ Алыхьым и псалъэхэу: «Уафэм щы1эм фыщышынэкъэ?». (Аль-Мульк: 16).

Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и псалъэхэри: «Ди Тхьэу Алыхь уафэм щы1эр, уи уи ц1эр лъап1эщ»[12].

Пщыл1 бзылъхугъэм еупщ1ат: «Алыхьыр дэнэ здэщы1эр?» - жи1эри. Абы жи1ащ: «Уафэм». Жи1ащ (бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын): «Ут1ып1щ мыр, мыр му1минэщ»[13]. Мыр Муслим, Малик бин Анас, нэгъуэщ1 имамхэми къа1уэтэжащ.

Ит1ани бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, еупщ1ауэ щытащ Хьусайн: «Тхьэ дапщэ узхуэпщыл1ыр?» - жи1эри. Жи1ащ: «Блы, хыр щ1ым щы1эщ, адрей зыр уафэм щы1эщ». Жи1ащ: «Хэт узыщыгугъыр ик1и узыщышынэр?» Жи1ащ: «Уафэм щы1эращ». Жи1ащ: «Ат1э хыр къэгъани а уафэм щы1эм хуэпщыл1, сэ узэрелъэ1уну духьит1 уэзгъэщ1энщ». Диныр къищтэри бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, иригъэщ1ащ мыпхуэдэу жи1эну: «Си Алыхь, захуагъэр къысхэлъхьи, си псэм и 1еягъэм сыщыхъумэ»[14].

Япэрей тхылъхэм къэк1уащ бегъымбарымрэ, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и сэхьабэхэмрэ я нэщэнэхэм щыщу: «Ахэм щ1ым щхьэщэ ящ1ынущ, уафэм я Тхьэр щы1эу жа1энущ».

Абу Дауд и «Сунэн» тхылъым къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Зы уафэмрэ адрей уафэмрэ яку мыпхуэдиз дэлъщ…»[15]. Ик1и хъыбарыр мы псалъэхэм нэс къи1уэтащ: «Абым и щхьэм Гьэршыр щы1эщ, Алыхь Лъап1эр абым ищхьэжым щы1эщ»[16]. Мыбыхэмрэ мыбым хуэдэхэмрэщ ипэк1э щы1а щ1эныгъэл1хэр, Алыхьыр арэзы яхуэхъу, зыщ1ар зэгуры1уэу ар къа1уэтэжыну, къащтэну, пэрыуэгъу хуэмыхъухэу, е нэгъуэщ1 мыхьэнэхэм лъымыхъуэу, зыми хуамыгъадэу, е ещхь лъымыхъуэхэу.

Имам Малик бин Анас, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, еупщ1ахэт: «Уэ Абу Гьэбдуллах, «Гущ1эгъущ1ыр Г1эршым тепщэ хуэхъуащ»[17], дауэрэ тепщэ зэрыхуэхъуар?» Жи1ащ: «Тепщэ зэрыхуэхъуар дощ1эр, дауэр ди акъылым къихькъым, ар ди ф1эщ хъуныр уаджибщ[18], абы ущ1эупщ1эныр бидгьэщ». Ит1анэ унафэ ищ1ри л1ыр щ1ыригъэшащ.

* * *

Алыхь Лъап1эм и сыфэтхэм щыщщ Ар зэрыпсалъэр куэд щ1ауэ щы1э псалъэхэмк1э[19], ахэр зыхуейм къигъэщ1ахэм щыщу зэхырегъэх. Муса, Алыхьым и сэлямыр зылъысын, Ар зэхихащ яку зыри дэмыту, Джибрили, Алыхьым и сэлямыр зылъысын, зэхихащ ар, ит1ани мэлэ1ычхэмрэ л1ык1уэхэмрэ зыхуидахэм зэхахащ, Алыхь Лъап1эр му1минхэм япсэлъэнущ Ахърэтым, езыхэри епсэлъэжынухэщ, ик1и яхуидэнущи къыхуэк1уэнухэщ. Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Алыхьыр Муса епсэлъащ пэж дыдэу». (Ан-Ниса1: 164). Ит1ани Лъап1эм жи1ащ: «Уэ Муса, сэ уэ ц1ыхухэм уакъыхэсхри си тхыгъэр уэстащ ик1и сынопсэлъащ». (Аль-1эгьраф: 144).

Алыхьым иджыри жи1ащ: «Ахэм яхэтщ Алыхьыр зэпсэлъар». (Аль-Бэкъэрэ: 253).

Ит1ани Алыхьым жи1ащ: «Зэик1 хъуакъым Алыхьыр и щхьэк1э ц1ыхум къепсалъэу, е уэхьийк1э ф1эк1а, е зыгуэр яку дэлъу ф1эк1а». (Аш-Шура: 51).

Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Ар абы щыбгъэдыхьэм къеджащ: «Уэ Муса! Сэращ уи Тхьэр». (Т1а-Ха: 11-12).

Ит1ани жи1ащ: «Сэращ Алыхьыр, Сэ нэмыщ1 тхьэи щы1экъыми къысхуэпщыл1». (Т1а-Ха: 14). Апхуэдэу Алыхьым нэгъуэщ1 зыми жи1э хъунукъым.

Гьэбдуллах бин Мэсгьуд, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Алыхьыр уэхьийк1э псалъэмэ, и макъыр уафэм щы1эхэм зэхах», ар бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и псалъэхэм щыщу къи1уэтэжащ[20].

Ит1ани Гьэбдуллах бин 1унейс жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Алыхьым къызэхуишэсыжынущ къигъэщ1ахэр Къемэт махуэм пц1анэхэу, лъапц1эхэу, ц1ыхухъухэр суннэт мыщ1ахэу, зыри ямы1ыгъыу, ит1анэ гъунэгъум зэрызэхихым хуэдэу жыжьэми зэхих макък1э яджэнущ: «Сэращ пэщтыхьыр, сэращ фхуэфащэр фэзтыжынур». Имамхэм къа1уэтэжащ[21], Аль-Бухъари щыхьэту къихьащ.

Къа1уэтэжа гуэрхэм къэк1уащ Муса, Алыхьым и сэлямыр зылъысын, жэщым маф1эр къыщилъагъум игъэшынащ, игъэщтащ. Ит1анэ и Тхьэр къеджащ: «Уэ Муса!» - жи1эри. Макъым дехьэхауэ псынщ1эу жэуап итащ: «Мис уи пащхьэ ситщ, мис уи пащхьэ ситщ», - жи1эри, - «Узэхызохыр, ауэ услъагъукъым, дэнэ ущы1э?» Жи1ащ: «Уи щхьэмк1и, уи пащхьэми, уи жьымк1и, уи сэмэгумк1и». Къыгур1уащ абдежым апхуэдэ щыхьэтыр Алыхь закъуэм нэгъуэщ1 зыми зэрим1эфынур. Жи1ащ: «Аращ узэрыщытыр, си Тхьэ. Уи псалъэхэра зэхэсхыр, е Уи л1ык1уэм и псалъэхэ?» Жи1ащ: «Сэ си псалъэхэщ, уэ Муса».[22]

* * *

Алыхьым и псалъэхэм щыщщ Къур1эн Лъап1эр, ар Алыхьым и тхылъщ хуэдэ щымы1эу, и к1апсэ быдэращ, и гъуэгу захуэращ. Алыхьым къыригъэхащ Ар-Рухь Аль-Аминым идеж, абым иужьк1э л1ык1уэхэм я зиусхьэным и гум ирилъхьащ хьэрыпыбзэ къабзэк1э. Алыхьым къыригъэхащ, къэгъэщ1акъым, Абым идеж щыщ1едзэри щеухыж, абы унафэхэр зыхэлъ сурэхэр, аят гур1уэгъуэхэр итщ, хьэрыфхэмрэ псалъэхэмрэ итщ.

 Абым еджэу хуэ1эзэм хьэрф къэс псапипщ1 къехьыр. Абым пэщ1эдзэрэ к1эухрэ и1эщ, джузхэмрэ 1ыхьэхэмрэ и1эщ, бзэк1э йоджэхэр, гухэм илъщ, тхьэк1умэхэмк1э зэхах, мусхьэфхэм итщ, гур1уэгъуаф1эхэмрэ гур1уэгъуейхэмрэ[23] итщ, тезыгъэк1ымрэ тегъэк1амрэ[24] хэтщ, зыгуэрым хэхауэ хуэхьамрэ псоми яхуэгъэзамрэ[25] итщ, унафэмрэ мыхъунымрэ[26] итщ «Абы зыщ1ып1эк1и къик1ыу пц1ы къыхыхьэфынукъым, ар къыригъэхащ 1ущыгъэшхуэ зи1эм, щытхъушхуэ зи1эм». (Аль-Фуссылэт: 42).

 Лъап1эм жи1ащ: «Жы1э: «Ц1ыхухэри жынхэри зэхуэсрэ мы Къур1эным хуэдэ зэхалъхьэну хуежьамэ, абы хуэдэ зэхалъхьэфынукъым, зэдэ1эпыкъуу зэдэлэжьами». (Аль-1исра1: 88).

Мы тхылъ хьэрыпыбзэращ зыхужа1ар джаурхэм: «Зэи ди ф1эщ хъунукъым мы Къур1эныр». (Сэбэ1: 31).

Нэгъуэщ1хэм жа1ащ: «Мыр ц1ыхум и псалъэ къудейщ». (Аль-Мудэссир: 25).

Алыхьым абым щыгъуэ жи1ащ: «Сэ ар жэхьэнэмэм хэздзэнщ». (Аль-Мудэссир: 26).

Нэгъуэщ1хэм жа1ащ ар усэу, ауэ Алыхьым жи1ащ: «(Бегъымбарым) усэ едгъэщ1акъым, ик1и ар абы хуэныкъуэкъым. Ар зикырымрэ Къур1эн нахуэмрэщ». (Ясин: 69).

Алыхьым ар зэрымыусэр щыжи1эм, Къур1эну зэрыщытыр щигъэбыдэм, къэнакъым шэч лъэпкъ акъыл зи1эм щхьэк1э Къур1эныр зэрыхьэрыпыбзэм, псалъэ, хьэрыф, аяту зэрызэхэлъыр. Апхуэдэу зыми жи1эжыфынукъым: «Мыр усэщ», - жи1эу.

Лъап1эу Лъагэм жи1ащ: «Ди пщыл1ым къыхуедгъэхам шэч къытефхьэмэ, абы итым ещхьу зы сурэ зэхэфлъхьэ, хэти дэ1эпыкъуэгъу зыхуэфщ1, Алыхьым нэгъуэщ1». (Аль-Бэкъэрэ: 23).

Ик1и зыщыщыр ямыщ1эу ик1и къагурмы1уэу щытамэ, яжри1энутэкъым абым хуэдэ зэхалъхьэну. Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Ди аят на1уэхэм къащыхуеджэк1э, Ди пащхьэ къихьэжыну мыгугъэхэм жа1э: «Е нэгъуэщ1 Къур1эн къытхуэхь, е зэхъуэк1». Яже1э: «Сэ слъэк1ынукъым ар си жэрдэмк1э зэсхъуэк1ыну». (Инус: 15).

Апхуэдэу игъэбыдащ Къур1эныр аяту яхуеджэхэу зэрызэхэлъыр.

Алыхьым жи1ащ: «Ае, мыр аят на1уэхэу щ1эныгъэ зи1эхэм ягум илъщ». (Аль-Гьэнкэбут: 49).

Ит1ани Алыхьым жи1ащ: «Мыр Къур1эн Лъап1эщ, тхылъ ущэхуам[27] итщ, абы къабзэ ф1эк1а е1усэкъым». (Аль-Уакъигьэ: 77-79). Ар щыхьэт хъуа иужь абымк1э[28].

Ит1анэ Лъап1эм жи1ащ: «Каф ха я гьейн сад» (Мэрям: 1), «Хьа мим, гьейн син къаф». (Аш-Шура: 1-2).

Т1ощ1рэ бгъу сурэ щ1идзащ хьэрыф закъуэхэмк1э. Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Къур1эным хуэ1эзэу еджэм хьэрыф къэс псапипщ1 къылъысынущ, ик1и Къур1эным гугъу ехьу еджэм хьэрыф къэс псапэ къылъысынущ». Хьэдисыр сэхьихь[29].

Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным жи1ащ: «Феджэ Къур1эным къэмык1уэ щ1ык1э гуп и хьэрыфхэм дэгъуу еджэхэу, ауэ я тэмакъым ф1эмык1ыу[30], и псапэм хуэп1ащ1эхэу[31], къэк1уэным[32] хуамыгъэт1ылъу»[33].

Жа1ащ Абу Бэкррэ Умэррэ, Алыхьыр арэзы яхуэхъу: «Къур1эным хуэ1эзэу еджэныр нэхъ тф1эф1щ абы щыщ гук1э зыгуэр зэдгъащ1эм нэхърэ»[34].

 Алий, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Абым щыщ зы хьэрф зи ф1эщ мыхъуам зэрыщыту и ф1эщ хъуакъым»[35].

Муслъымэнхэр зэгур1уащ Къур1эным и сурэхэм, аятхэм, псалъэхэм, хьэрыфхэм я бжыгъэмк1э.

Ик1и зэтек1ыныгъэ я1экъым муслъымэнхэм Къур1эным щыщу сурэ, е аят, е псалъэ, е хьэрыф зымыдар джаур зэрыхъуам. Ар и щыхьэт нахуэщ Къур1эныр хьэрыфу зэрызэхэлъым.

* * *

Му1минхэм я Тхьэр ялъэгъунущ Ахърэтым я нэхэмк1э ик1и к1уэнухэщ идежым, къапсэлъэнущ ик1и епсэлъэнухэщ.

Алыхьым жи1ащ: «А махуэм зыкъомыр нэф1эгуф1эу я Тхьэм еплъынущ». (Аль-Къиямэ: 22-23).

Иджыри жи1ащ Алыхьым: «Ае, а махуэм ахэр Тхьэм пэ1эщ1э ящ1ынущ». (Аль-Мут1эфифин: 15).

Ахэр пэ1эщ1э зэращ1ыным зэрахуэгубжьам къыхэк1ыу къегъэлъагъуэ му1минхэм Ар зэралъэгъунур къазэрыхуэарэзым къыхэк1ыу, армырамэ зык1и ахэр зэщхьэщык1къым.

Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Фи Тхьэр флъагъунущ мы мазэр зэрыфлъагъум хуэдэу зыри зэран къыфхуэмыхъуу феплъыну». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[36]. Мыбдежым плъэк1эр плъэк1эм хуигъадэу аращ, ауэ зэплъыр адрей зэплъым хуигъадэу аракъым, сыту жып1эмэ, Алыхьым хуэди щы1экъым, ик1и зыри ещхькъым.

* * *

Алыхьым и сыфэтхэм щыщщ Абы зыхуейр зэрищ1эр, зыхуейм ф1эк1а къэхъукъым, зыри Абы и хуеиныгъэм къыщ1эк1къым, дуней псом щы1экъым абы и хуеиныгъэм къыщ1эк1а, зыри зыми ищ1эфкъым Абы и хуеиныгъэм къыщ1эк1ыу, тек1къым Абы игъэт1ылъа къэдырым[37], Лэухь тхами итым ф1эк1къым. Дунейм Езыр зыхуейращ ищ1эр, щыуагъэ яхэмылъу ищ1ахэтэмэ зыхуейм ебакъуэнухэтэкъым, псори къеда1уэу ищ1ыну хуеятэмэ къеда1уэнухэт. Псори къигъэхъуащ, я 1уэхухэри, я ерыскъыри, я к1эухри къигъэщ1ащ. Зыхуейр и гущ1эгъуныгъэм къыхэк1ыу гъуэгу захуэм трегъэувэр, и щ1эныгъэм къыхэк1ыу зыгуэрхэр щегъауэр.

Алыхьым жи1ащ: «Езым ищ1эмк1э зыри къеупщ1ыркъым, ауэ ахэм къайупщ1ынущ». (Аль-1энбия1: 23)

Ит1ани Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Дэ сыт ищ1ысри къэдырым тету къэдгъэщ1ащ». (Аль-Къэмэр: 49).

Иджыри Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Абы сытри къэдырым тету къигъэщ1ащ». (Аль-Фуркъан: 2).

Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Зы лажьи щ1ым къыщыхъунукъым, фэри къыфтепсыхэнукъым, ар къэдгъэхъун ипэк1э Тхылъым[38] имытауэ». (Аль-Хьэдид: 22).

Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Алыхьым зыгуэр захуагъэм тригъэувэну хуеймэ, и гур исламым хузэ1уех. Зыгуэр игъэгъуэщэну хуеймэ, абы и бгъэр зэв ещ1, ехуз». (Аль-1энгьам: 125).

Ибн Умэр къи1уэтэжащ Джибрил, Алыхьым и сэлямыр зылъысын, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жыри1ауэ: «Сыт иманыр?» Жи1ащ: «Алыхьыр, мэлэ1ычхэр, Тхылъхэр, л1ык1уэхэр, Ахърэт махуэр, къэдырым и ф1ыри 1ейри уи ф1эщ хъунырщ». Жи1ащ Джибрил: «Пэжщ»[39]. Муслим къи1уэтэжащ.

Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Къэдырыр си ф1эщ хъуащ и ф1ыри и 1ейри, и 1эф1ри и дыджри»[40].

Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, Аль-Хьэсэн бин Алий уитырым и къунутым еджэну иригъэщ1а духьэхэм щыщт: «Къысхуэбухам и 1ейм сыщыхъумэ»[41].

Алыхьым къытхуиухамрэ (къэда[42]) и къэдэрымрэ щхьэусыгъуэ тщ1ыкъым и унафэхэр къэдгъанэу мыхъуну жыхуи1ахэр тщ1эным. Быдэу ди ф1эщ хъун хуейщ ик1и дыщ1эн хуейщ Алыхьым Тхылъ къыригъэхахэмрэ, л1ык1уэ къытхуигъак1уахэмрэ щыхьэт зэрищ1ар.

Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Л1ык1уэхэм яужьк1э Алыхьым пагъэувын щхьэусыгъуэ ц1ыхухэм ямы1эну». (Ан-Ниса1: 165).

Дощ1эр Алыхь Лъап1эм унафэу къытхуищ1амрэ мыхъуну тхуигъувамрэ тщ1эну е демык1уэл1эну тхуэлъэк1ын закъуэращ, ик1и Абы зыри хигъэзыхькъым мыхъун ящ1эну, зыри ирихул1экъым жы1эда1уэу хущытыныр къигъэнэну.

Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Алыхьым зыми хуэмышэчын трилъхьэкъым». (Аль-Бэкъэрэ: 286).

Ит1ани Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Зэрыфлъэк1к1э Алыхьым зыщыфхъумэ». (Ат-Тэгъабун: 16).

Иджыри Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «А махуэм щхьэж ищ1ам хуэфащэр игъуэтыжынущ, а махуэм залымыгъэ щы1энукъым». (Гъафир: 17).

Ар щыхьэтщ ц1ыхум и 1уэхум къихьар къызэрылъысыр, ф1ым пэк1уэнущ псапэ, 1ейм пэк1уэнущ хьэзаб, ар Алыхьым и къэдамрэ къэдырымрэ щ1этщ.

* * *

Иманыр уи бзэмк1э жып1энырщ, уи 1эпкълъэпкъымк1э блэжьынырщ, уи гумк1э уи ф1эщ хъунырщ, да1уэныгъэм хегъахъуэр, мыхъумыщ1агъэм хегъэщ1. Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Абыхэм унафэу хуащ1ар Алыхьым хуэпщыл1ынырат гукъабзэу и диным тетхэу, пэжым хущ1экъухэу, нэмэзри ящ1у, сэджытри ятыну арат. Аращ дин захуэр». (Аль-Бейинэ: 5).

Апхуэдэу ищ1ащ Алыхь Лъап1эм хуэпщыл1ыныр, гум и къабзагъэр, нэмэз щ1ыныр, сэджыт тыныр – псори диным щыщ.

Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Иманыр блыщ1ым щ1игъу 1ыхьэ мэхъу. Нэхъ ин дыдэр «Алыхьым нэгъуэщ1 тхьэ щы1экъым» щыхьэтыращ, нэхъ мащ1э дыдэр гъуэгум зэран хъур тепхыныращ»[43].

Апхуэдэу псалъэри лэжьыгъэри иманым щыщ ищ1ащ.

Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Абыхэм я иманыр хигъэхъуащ». (1алэ Гьимран: 173).

Ит1ани жи1ащ: «Абыхэм я иманым хэхъуэжын щхьэк1э». (Аль-Фэтхь: 4).

Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Маф1эм къыхэк1ынущ «Алыхьым нэгъуэщ1 тхьэ щы1экъым» жызы1эу зи гум гуэдз хьэдзэм хуэдиз е горчицэм е сабэ налъэм хуэдиз иман илъым»[44]. Абым къыхэк1ыу зэщхьэщык1 ищ1ахэщ.

* * *

Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, зи гугъу къытхуищ1у пэжу къыднагъэсыжауэ тлъагъу псори ди ф1эщ хъуныр уаджибщ. Зыгуэр къыднэмысми псори зэрыпэжыр, пц1ы зэрыхэмылъыр тщ1эн хуейщ. Ик1и мыбдежым зэхуэдэщ абым щыщу зыгуэр къыдгурым1уами, е дымыщ1эми, е и мыхьэнэм и пэжым дынэмысами. Абым и щапхъэщ 1исра1ымрэ мигьраджымрэ я хьэдисыр, ар жейм хэмыту, мыпщ1ыхьэп1эу щытащ. Къурейшым ар пц1ыуэ ягъэуващ, ягъэ1уащ, ауэ пщ1ыхьэп1эхэр ягъпц1у щытакъым. Апхуэдэщ мэлэ1ыч псэ хэзыхыр Муса, Алыхьым и сэлямыр зылъысын, идежым къэк1уауэ зэрыщытар и псэр хихыну. Абым еуэри и нэр къыриудащ, ит1анэ Алыхьым идеж к1уэжри и нэр къыритыжащ[45].

 Абыхэм щыщщ Къемэт махуэм и нэщэнэхэр, псалъэм папщ1э Дэджалыр къызэрыдэк1ынур, Гьисэ Мэрям и къуэр, Алыхьым и сэлямыр зылъысын, къехыу ар зэриук1ынур, Е1джуджрэ Мэ1джуджрэ къызэрыдэк1ынур, псэущхьэр къызэрежьэнур, дыгъэр къухьэп1эмк1э къызэрыкъуэк1ынур, нэгъуэщ1 абыхэм хуэдэхэри пэжу къыднэсыжар. Кхъэм и хьэзабымрэ и ф1ыгъэмри пэжщ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, абым зыщихъумэу щытащ, ик1и унафэ ищ1ат нэмэз къэс абым зыщахъумэну.

 Кхъэм и фитнэри пэжщ, Мункэррэ Нэкиррэ я упщ1эхэри пэжщ, л1эныгъэм иужь къэхъужынри пэжщ, ар Исрафил, Алыхьым и сэлямыр зылъысын, бжьамийм щепщэм идежщ «Бжьамийм къызэрепщэу, ахэр я кхъэхэм къыщ1эк1ыжынущи я Тхьэм идеж яунэт1ынущ». (Ясин: 51).

Ц1ыхухэр Къемэт махуэм къызэхуашэсыжынущ лъапц1эу, пц1анэу, ц1ыхухъухэр суннэт мыщ1ауэ, зыри ямы1эу, здэщытыну щ1ып1эм щызэхуэсынущи щытынухэщ ди бегъымбар Мухьэммэд, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, къащхьэщыжыху. Ит1анэ Алыхь Лъап1эу Лъагэм ахэр илъытэнухэщ, тэрэзэр ягъэувынущ, щ1ыхуэ зытелъхэр къежьэнущ, лэжьыгъэхэр зэрыт тхылъхэр зэблэлъэтынущ ижьымрэ сэмэгумрэк1э «Зи тхылъыр 1э ижьк1э къе1ызыхыжым и 1уэхур тынш хъунурэ гуф1эу и 1ыхьлым яхыхьэжынущ. Мыдрейуэ зи тхылъыр щ1ыбагъымк1э къызыратыжым л1эныгъэр нэхъ къищтэнт, ар маф1эм исынущ». (Аль-1иншикъакъ: 7-12).

Шэчалъэм[46] шынакъит1рэ бзэгурэ и1энущ, 1уэхухэр ишэчынущ «Зи шэчалъэр хьэлъэу къыщ1эк1хэр ехъул1ащ, зи шэчалъэр псынщ1эу къыщ1эк1хэр унэхъуащи, игъащ1эк1э жэхьэнэмэм хэсынущ». (Му1минун: 102-103).

Ди бегъымбар Мухьэммэд, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, гуэл и1энущ Къемэт махуэм, и псыр шэм нэхърэ нэхъ хужьу, фом нэхърэ нэхъ 1эф1у, фалъэу 1улъыр уафэм ит вагуъэхэм хуэдизу, абым щыщ ефэм иужьк1э зэи псыхуэл1э зэхищ1эжынукъым.

Лъэмыжри пэжщ, ф1ым тетахэр ирик1уэнущи, мыхъумыщ1эхэр къехуэхынущ. Ди бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и 1умэтым щыщу гуэныхьышхуэ зыщ1эу маф1эм хыхьахэм къащхьэщыжынущи, абы иужь къыхэк1ыжынухэщ исхэу ф1эмыщ1 ф1ыц1э хъуахэу, жэнэтым ар къазэрыщхьэщыжамк1э ихьэнухэщ. Адрей бегъымбархэри, му1минхэри, мэлы1ычхэри къыщхьэщыжыну хуитыныгъэ я1энущ. Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Езым ещ1э абыхэм япэк1э щы1ари, яужьк1э къэхъунури. Ик1и ахэр къащхьэщыжыфынукъым Езыр зыхуэмыарэзым: ахэр Абы щышынэхэу щогулэз». (Аль-1энбия1: 28).

 Джаурым хэт къыщхьэщымыжами къыщхьэпэнукъым ар.

Жэнэтымрэ жэхьэнэмэмрэ къигъэщ1ащ мык1уэдыжыну, жэнэтыр и уэлийхэм[47] я щ1ып1эщ, жэхьэнэмэр и бийхэм я тезырщ. Жэнэтым ихьахэр игъащ1эк1э къинэнухэщ «Джаурхэр къыхэк1 ямы1эу жэхьэнэмэм и хьэзабым хэсынущ, абыхэм хуагъэпсынщ1энукъым, гугъап1и я1энукъым». (Аз-Зухъруф: 74-75).

Л1эныгъэр къашэнущ мэл ф1ыц1э нат1эхужьым и сурэт иту, ит1анэ жэнэтымрэ жэхьэнэмэмрэ якум щыф1абзынущ, ит1анэ жа1энущ: «Уэ жэнэтым щы1эхэ, к1эухыншэщ, л1эныгъэр щы1эжкъым! Уэ маф1эм щы1эхэ, к1эухыншэщ, л1эныгъэ щы1эжкъым»[48].

* * *

Мухьэммэд Алыхьым и л1ык1уэр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, бегъымбархэм яужьрейщ, л1ык1уэхэм я зиусхьэнщ, ар зырыл1ык1уэмк1э иман къэзмыхьым ик1и зэрыбегъымбарымк1э щыхьэт мыхъум и иманыр тэмэм хъукъым. Ц1ыхухэм Къемэт махуэм я унафэр ящ1энукъым ар къащхьэщымыжу. Абы и 1умэтыр жэнэтым имыхьауэ нэгъуэщ1 1умэтхэр ихьэнукъым. Щытхъум и бэракъыр зейр, щ1ып1э хэхар зыхуэфащэр, гуэл зэк1уэл1энухэр[49] зи1эр. Ар бегъымбархэм я имамщ, ик1и я хъэт1ибщ[50], ик1и къащхьэщыжынущ.

 Абы и 1умэтыр адрейхэм нэхърэ нэхъыф1щ, и сэхьабэхэр адрей бегъымбархэм, Алыхьым и сэлямыр зылъысынхэм, я сэхьабэхэм нэхърэ нэхъыф1щ, и 1умэтым щыщу нэхъыф1 дыдэр Абу Бэкр Ас-Сыдикъ, ит1анэ Умэр Аль-Фарукъ, ит1анэ Уэсмэн Зу Ан-Нурейн, ит1анэ Алий Аль-Муртэда, Алыхьыр ахэм псоми арэзы яхуэхъу. Абы теухуауэ Гьэбдуллах бин Умэр, Алыхьыр арэзы т1уми яхуэхъу, къи1уэтэжащ: «Бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, псэууэ жыт1эу щытащ: «Мы 1умэтым щыщу и бегъымбарым иужь нэхъыф1 дыдэр Абу Бэкр, ит1анэ Умэр, ит1анэ Уэсмэн, ит1анэ Алий». Ар бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, нэсыжт, ик1и зыуи имыдэу къигъэлъэгъуакъым»[51].

Алий, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ауэ пэжу къыднэсыжащ: «Мы 1умэтым и бегъымбарым иужь нэхъыф1 дыдэр Абу Бэкр, ит1анэ Умэр, ик1и сыхуеймэ ещанэри фжес1энт».

Абу Ад-Дэрда1 къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Дыгъэр къыщыкъуэк1ми щыкъухьэжми тепсакъым бегъымбархэмрэ л1ык1уэхэмрэ яужь Абу Бэкр нэхърэ нэхъыф1ым». Аращ псом нэхърэ нэхъ зыхуэфащэр хъэлифэу щытыну бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, иужь и ф1ыгъэмрэ, диным пасэу къызэрихьамрэ къыхэк1ыу. Ик1и ар бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, нэмэз сэхьабэу хъуами яригъэщ1ыну къыхихащ, сэхьабэхэри зэгур1уахэщ ар къыхагъэк1ыу псалъэ быдэ иратыну, ик1и Алыхьым ахэр щыуагъэмк1э зэгур1уа ищ1ынутэкъым. Абы иужь Умэр, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, и ф1ыгъэм къыхэк1ыу, ик1и Абу Бэкр уэсяту къызэрыхуигъэнам тету. Ит1анэ Уэсмэн, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, хасэм къызэрыхихам тету. Ит1анэ Алий, и ф1ыгъэм къыхьэк1ыу, ик1и и уахътэм псэуахэр зэрызэгур1уауэ.

Ахэращ хъэлифэ захуэхэр, гъуэгу захуэм тетхэр, ахэращ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жыхуи1ахэр: «Си суннэм, хъэлифэ захуэхэм, гъуэгу захуэм тетхэм си ужьк1э я суннэм фытет, фи дзэщхьэлхэмк1э абы зыхэвгъанэ»[52]. Ик1и жи1ащ Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным: «Си ужь хъиляфэр илъэс щыщ1к1э щы1энущ»[53]. Абы иужьрейуэ щытар Алий, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, и хъиляфэращ.

Пщ1ым жэнэтк1э щыхьэт дахуохъу бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, щыхьэт зэрахуэхъуам хуэдэу. Абы жи1ащ: «Абу Бэкр жэнэтым ихьэнущ, Умэр жэнэтым ихьэнущ, Уэсмэн жэнэтым ихьэнущ, Алий жэнэтым ихьэнущ, Т1элхьэ жэнэтым ихьэнущ, Аз-Зубейр жэнэтым ихьэнущ, Сэгьд жэнэтым ихьэнущ, Сэгьид жэнэтым ихьэнущ, Гьэбдурэхьман бин Гьэуф жэнэтым ихьэнущ, Абу Гьубейдэ бин Аль-Джэррахь жэнэтым ихьэнущ»[54]. Бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жэнэтк1э щыхьэт зыхуэхъуауэ хъуам дэри щыхьэт дыхуохъу мы и псалъэхэм хуэдэу: «Аль-Хьэсэнрэ Аль-Хьусейнрэ жэнэтым и щ1алэгъуалэм я зиусхьэнщ»[55]. Сабит ибн Къейси жри1ауэ щытащ: «Ар жэнэтым ихьэнухэм щыщщ»[56].

Къиблэмк1э нэмэз зыщ1у хъуам щыщу зыми жэнэтыр е жэхьэнэмэр хуэухауэ жыт1экъым, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, зи гугъу ищ1ахэм ф1эк1а, ауэ ф1ым тетым щхьэк1э догугъэр (жэнэтым ихьэну), 1ейм дытошыныхь (жэхьэнэмэм ихьэнк1э).

Къиблэмк1э нэмэз зыщ1хэм щыщу зыри джауру дгъэувкъым я гуэныхьхэм щхьэк1э, ик1и и 1уэхум диным иригъэк1ауэ жыт1экъым[57].

Хьэжымрэ джихадымрэ имамым и унафэ щ1эту к1уэуэ добжыр, ар ф1ыми 1ейми. Абы и ужьым иту мерэм махуэм и жумгьэ нэмэзыр пщ1ыныри хъуну добж. Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Щыр иманым и лъабжьэм щыщщ: «Алыхьым нэгъуэщ1 тхьэ щы1экъым» жызы1ам идеж къызэтеувы1эныр, и гуэныхьым къыхэк1ыу джаур дымыщ1ыныр, и 1уэхум диным къыришауэ жыдмы1эныр. Джихадыр Алыхь Лъап1эу лъагэм сыкъызэригъак1уэм щегъэжьауэ мак1уэр си 1умэтым щыщу иужьрейхэр Ад-Дэджал езэуэху, ар залымыгъэ зезыхьэхэм я залымыгъэми, захуагъэ зыхэлъхэм я захуагъэми къигъэувы1энукъым. Ит1анэ къэдырхэр уи ф1эщ хъуныр»[58]. Абу Дауд къи1уэтэжащ.

Суннэм щыщ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и сэхьабэхэм ф1ыуэ уахущытыныр, ахэр ф1ыуэ плъагъуныр, ф1ыуэ яхэлъхэм утепсэлъыхьыныр, Алыхьыр арэзы яхуэхъуну уелъэ1уныр, Алыхьым къахуигъэгъуну уелъэ1уныр, ахэм мыхъун гуэрэ яхэлъами, зыгуэр яку къыдэхъухьами утемыпсэлъыхьыу укъэувы1эныр. Ахэм ф1ыгъэу ябгъэдэлъыр быдэу уи ф1эщ хъун хуейщ, щ1ып1эу я1эхэр пщ1эн хуейщ.

Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Мыдрейуэ яужьк1э къэк1уахэм жа1э: «Уэ ди Тхьэ! Дэри, дипэк1э иман къэзыхьа ди къуэшхэми (ди гуэныхьхэр) къытхуэгъэгъу. Иман къэзыхьахэм щхьэк1и дигухэм гужьгъэжь къомылъхьэ». (Аль-Хьэшр: 10).

Ит1ани Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Мухьэммэд Алыхьым и л1ык1уэщ, абы игъусэхэр джаурхэм яхуэпхъашэщ, езыхэр зэхуэмахуэщ». (Аль-Фэтхь: 29).

Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Си сэхьабэхэр фымыуб, фэ фщыщу зым 1ухьудым хуэдизу дыщэ итами, ар абыхэм ята мудым[59] хуэдизи, абы и ныкъуи хъунукъым».[60]

Суннэм щыщщ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и щхьэгъусэхэм Алыхьыр арэзы яхуэхъуну ущ1элъэ1уну. Ахэр му1минхэм я анэхэщ, къабзэхэщ, 1ейуэ хъуам щыхъумахэщ. Ахэм я нэхъыф1 дыдэхэр Хъэдиджэ бинт Хъууейлид, Гьа1ишэ Ас-Сыдикъэ бинт Ас-Сыдикъ, абы и къабзэныгъэм и щыхьэтыр Алыхьым и тхылъым итщ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и щхьэгъусэщ мы дунейми ахърэтми. Абы Алыхьым и къабзагъэм и щыхьэт зэрыхъуар к1эрызылъхьэр джаур хъуащ.

Мугьауийэ му1минхэм я анэшщ, Алыхьым и уэхьийхэр зытхыу щытащ, муслъымэнхэм я хъэлифэхэм щыщ зыщ, Алыхьыр арэзы хуэхъу.

Суннэм щыщщ муслъымэнхэм я унафэщ1хэмрэ я имамхэмрэ уадэ1уэнымрэ уахуэжы1эщ1энымрэ, ахэр ф1ыхэми 1ейхэми, Алыхьым уемыда1уэу мыхъун пщ1эну унафэ ямыщ1ыху. Алыхьым уемыда1уэу зыми ухуэжы1эщ1э хъунукъым. Хэт унафэщ1 хъууэ ц1ыхухэр арэзы хъууэ абык1э зэгур1уахэмэ, е и джатэк1э хъэлифэ хъуху ятек1уамэ, абы амир аль-му1минин ф1ащамэ, ухуэжы1эщ1эныр уаджибщ, уеныкъуэкъунур, е уезэуэну укъэдэк1ыныр муслъымэнхэм я зэкъуэтыныгъэр пкъутэу хьэрэмщ.

Суннэм щыщщ бидгьэ къезыхьэжьэхэм пэжыжьэ захуэпщ1ыну, ахэр къэбгъэнэну, диным ехьэл1а зэдауэнымрэ зэныкъуэкъунымрэ къэбгъэнэн хуейщ, бидгьэ къыхэзыхьэхэм я тхылъхэм ухэплъэ хъунукъым, я псалъэхэм уеда1уэ хъунукъым, диным щ1эуэ къыхахьэр зэуэ бидгьэщ, ислам динымрэ суннэмрэ и нэщэнэхэр зыхэмылъыр мубтэдигьэщ[61] рафидэхэм[62], джэхмитхэм[63], хъэуариджхэм[64], къадиритхэм[65], мурджи1эхэм[66], мугьтэзилэхэм[67], кэрамийем[68], кулябием[69], абыхэм хуэдэ нэгъуэщ1хэми хуэдэу. Мыхэр гуп къуаншэхэщ, бидгьэхэм тетхэщ, Алыхьым абыхэм дащихъумэ.

Диным и гъэзэщ1эныпхъэхэмк1э имаму щытхэм ехьэл1ауэ жып1эмэ, гупипл1ыр[70] псалъэм папщ1э, абы мыхъун хэлъкъым[71], сыту жып1эмэ, диным и гъэзэщ1эныпхъэхэр зэрызэтек1ыр гущ1эгъуныгъэщ, абыхэмк1э зэтек1хэм я зэтек1ыныгъэм щ1ыхь и1эщ, псапэ къахьыр я еплъык1эхэмк1э, я зэтек1ыныгъэр гущ1эгъуныгъэшхуэ зыхэлъщ[72], зэрызэгур1уахэр щыхьэт шэч зыхэмылъщ.

Алыхьым долъэ1ур бидгьэхэмрэ фитнэхэмрэ дыщихъумэну, ислам динымрэ суннэмрэ дытригъэтыну, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, к1элъык1уэхэм щыщ дищ1ыну, абым и гупым дыхэту дунейм дехыжа иужь дыкъигъэхъужыну и гущ1эгъумрэ и гуащ1эмрэ къыхэк1ыу. Амин.

Аращ тхыгъэм и к1эухыр, ф1ыщ1эр зейр Алыхь закъуэращ, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ ди зиусхьэн Мухьэммэд, абы и унагъуэм, и сэхьабэхэм ялъигъэс.



[1] Бзэк1э мыхьэнэуэ и1эри щ1ыгъуу.

[2] Мыхьэнэ къуаншэ едмыту.

[3] Алыхьым е бегъымбарым.

[4] Зэгурым1уэныгъэ, зэныкъуэкъуныгъэ.

[5] Алыхьым и щытык1эращ зи гугъу ищ1ыр.

[6] Диным хэмытауэ щ1эуэ къыхахьэхэращ.

[7] Иснадыр сэхьихьщ. Абу Дауд (4607), Ат-Тирмизи (2676), Ибн Маджэ (42), Ахьмэд (17144), Ад-Даримий (96).

[8] Зи гугъу ищ1ыр ипэкэ1э щы1а щ1эныгъэл1хэращ.

[9] Аль-Бухъари (1094), Муслим (758), Ат-Тирмизи (3498), Абу Дауд (1315), Ибн Маджэ (1366), Ахьмэд (2/265), Малик (496), Ад-Даримий (1479).                                            

[10] Ахьмэд (4/151).

[11] Аль-Бухъари (2671), Муслим (1890), Ан-Нэса1и (3166), Ибн Маджэ (191), Ахьмэд (2/244), Малик (1000).

[12] Абу Дауд (3892).

[13] Муслим (537), Ан-Нэса1и (1218), Абу Дауд (930).

[14] Ат-Тирмизи (3483).

[15] Ат-Тирмизи (3320), Абу Дауд (4723), Ибн Маджэ (193), Ахьмэд (1/207).

[16] Еплъ ипэк1э къехьэхам.

[17] Т1а-Ха: 5.

[18] Амал имы1эу гъэзэщ1эн хуей 1уэху.

[19] Алыхьыр псалъэу щытащ ик1и мэпсалъэр Езыр щыхуейм, Езыр зыхуейм зэрыхуей псалъэк1э щыхуей уахътэм зэрыхуейм хуэдэу йопсалъэр.

[20] Мы хьэдисыр мэукъуф.

[21] Ахьмэд (3/495), Абу Ягьлэ, Ат1-Т1эбэраний.

[22] Журтхэм къа1уэтэжа хъыбархэм щыщщ мыр, исра1илиятк1э зэджэращ. Ахэр пц1ыуи жыт1экъым, зэрыщыту пэжуи дгъэувкъым.

[23] Мухькэмрэ мутэшабихрэ.

[24] Насихърэ мэнсухърэ.

[25] Хъасрэ гьамрэ.

[26] 1эмррэ нэхийрэ.

[27] Лэухь мэхьфуз жыхуи1эращ.

[28] «Ар, фщ1эуэ щытмэ, тхьэры1уэшхуэщ». (Аль-Уакъигьэ: 76).

[29] Хьэдисыр дэгьифщ.  Ат1-Т1эбэраний къи1уэтэжащ «аль-1эусэт1»-ым, Аль-Хэйсэмий «Мэджмэгьу аз-Зэуа1ид» (7/163).

Шейхъит1ым къа1уэтэжащ: «Къур1эным хуэ1эзэу еджэр мэлэ1ыч къабзэхэм ягъусэщ, Къур1эным гугъу ехьу зэф1энэу еджэм псапит1 къылъос». Аль-Бухъари (4937), Муслим (797).

[30] Ахэр Къур1эным итым тетхэкъыми аращ, Алыхьым ар идежым нэскъым ик1и къабыл ищ1къым.

[31] Мы дунейм и ф1ыгъуэхэращ зыхуэп1ащ1эхэр.

[32] Ахърэтым.

[33] Ахьмэд (5/338).

[34] Дэгьиф. Ибн Аль-Анбарий къи1уэтэжащ «Аль-уэкъф уэ аль-ибтида1» (1/20).

[35] Сэхьихь. Ибн Абу Шейбэ къи1уэтэжащ (10/513, 514).

[36] Аль-Бухъари (529), Муслим (633), Ат-Тирмизи (2551), Абу Дауд (4729), Ибн Маджэ (177), Ахьмэд (4/360).

[37] Ар Алыхьым и щ1эныгъэращ къигъэхъуауэ хъуар зытетынур.

[38] Лэухь мэхьфузыращ зи гугъу ищ1ыр.

[39] Ат-Тирмизи (2610), Ан-Нэса1и (4990), Абу Дауд (4695), Ибн Маджэ (63), Ахьмэд (1/28).

[40] Ат-Тирмизи (2144).

[41] Ат-Тирмизи (464), Ан-Нэса1и (1746), Абу Дауд (1425), Ибн Маджэ (1178), Ахьмэд (1/199), Ад-Даримий (1591).

[42] Ар Алыхьым и щ1эныгъэм къыхэк1ыу зэрыхуейуэ псори зэрищ1ыращ.

[43] Муслим (35), Ат-Тирмизи (2614), Ан-Нэса1и (5005), Абу Дауд (4676), Ибн Маджэ (57), Ахьмэд (2/414).

[44] Ат-Тирмизи (2593), Ибн Маджэ (4312), Ахьмэд (3/248).

[45] Аль-Бухъари (1339), (3407), Муслим (2372).

[46] Тэрэзэ.

[47] Уэлийр Алыхьым жы1эда1уэу хущыту, пэгъунэгъу хуэхъуаращ. Апхуэдэр езым и щхьэ къыхуимыгъэнэжу Алыхьым къехъумэ

[48] Аль-Бухъари (4453), Муслим (2849), Ахьмэд (3/9).

[49] Иман зи1эхэращ абым ек1уэл1энур.

[50] Уаз къэзытыращ.

[51] Аль-Бухъари (3468), Абу Дауд (4629), Ибн Маджэ (106), Ахьмэд (1/114).

[52] Абу Дауд (4607), Ад-Даримий (95).

[53] Ат-Тирмизи (2226), Ахьмэд (5/220).

[54] Ат-Тирмизи (3747), Ахьмэд (1/193).

[55] Ат-Тирмизи (3768).

[56] Аль-Бухъари (4565), Муслим (119), Ахьмэд (3/146).

[57] Гуэныхьрэ 1уэхурэ зи гугъу ищ1ыр ширкымрэ куфрымрэ нэмысыращ.

[58] Абу Дауд (2532).

[59] Мудыр 1эгуит1ым изщ зэрыхъур.

[60] Шейхъит1ым къа1уэтэжащ. Аль-Бухъари (3673), Муслим (2540).

[61] Бидгьэ зезыхьэращ.

[62] Шиитхэм щыщ гуп.

[63] Джэхм бин Сэфуан идеж къежьа гуп.

[64] Ахэр унафэщ1 муслъымэным езэуэну къыдэк1ахэращ.

[65] Ахэм ябжыр ц1ыхум и 1уэхухэр езым и 1эмыщ1эм илъу, къэдырым хэмыхьэу.

[66] Ахэр зэщхьэщок1ыр, мыбдежым зи гугъу ищ1 гупым сыт хуэдэ мыхъумыщ1агъэ умыщ1эми иманым емыгуауэу жызы1эхэращ.

[67] Уасыль бин Гьэт1а1 къытек1а гуп.

[68] Абу Гьэбдуллах Мухьэммэд бин Кэрам къытек1а гупщ.

[69] Гьэбдуллах бин Сэгьид бин Куляб Аль-Бэсрий къытек1а гупщ.

[70] Фикъхым и мэзхэбипл1ыращ зи гугъу ищ1ыр: хьэнэфитхэр, маликитхэр, шафигьитхэр, хьэнбэлитхэр.

[71] Ниет къабзэмрэ егугъуныгъэмрэ къыхэк1мэ, зэныкъуэкъунрэ зэшхыдэнрэ хэмылъу.

[72] Ар зэгурым1уэныгъэм къыщытхъуу аракъым, зэгур1уэныгъэр абым нэхърэ нэхъыф1щ, ауэ ар быубыну щыткъым, сыту жып1эмэ, жи1ам щхьэк1э ахэм щыщ сыт хуэдэми ф1ыщ1эгуапэ къылъосыр йогугъури пэжым хущ1экъуу. Абым жи1ар зэрыщытын хуейм техуамэ псапит1 къылъос, гъуащэмэ зы псапэ къылъос. Ахэм я зэтек1ыныгъэр Алыхьым и гущ1эгъуныгъэмрэ гъэгъуныгъэмрэ хеубыдэр.