Къыщхьэщыжыныр (⮫)


Къыщхьэщыжыныр

[ شركسي – Circassian Адыгэбзэ]

Мухьэммэд аль-Тууейджри

Ибрахим и къуэ

—™

Зэзыдзэк1ар ик1и бзэ лъэныкъуэк1э еплъыжар:

Аматуллах Шэркэси

Шэрихьэт лъэныкъуэк1э еплъыжар:

Абу Мухьэммэд Шэркэси


الشفاعة

محمد بن إبراهيم التويجري

—™

ترجمة وتدقيق لغوي:

أمة الله الشركسي

مراجعة شرعية:

أبو محمد الشركسي

Къыщхьэщыжыныр

- Къыщхьэщыжыныр: ар нэгъуэщ1ым удэ1эпыкъуныращ.

- Къыщхьэщыжыным и гуэшык1эр:

Къемэт махуэм къыщхьэщыжыным т1ууэ зеугуэш:

1 – Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и закъуэу и1э къыщхьэщыжыныр, абыми зеугуэш:

1 – Нэхъ ин дыдэр, ар щ1ып1эм зэхуашэсахэм я унафэр щ1адзэным щхьэк1э къызэращхьэщыжынуращ, ит1анэ Алыхьым я унафэр ищ1энущ. Аращ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и аль-мэкъам аль-мэхьмудыр[1].

2 – Ит1анэ ар, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, къыщхьэщыжынущ и 1умэтым щыщу ц1ыхухэм, ахэр жэнэтым ихьэну лъытэн хэмыту, я бжыгъэр мин блыщ1 мэхъур. Аращ Алыхьым жыхуи1ар: «Уи 1умэтым щыщу лъытэн къызтемыхуэхэр ишэ жэнэтым и бжэ ижьымк1э», ипэк1э къызэрык1уам хуэдэу.

3 – Бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, къащхьэщыжынущ зи 1уэхуф1хэмрэ 1уэху 1ейхэмрэ зэхуэдиз хъуахэм. Ахэм щ1элъэ1унущ жэнэтым ирагъэхьэну.

4 – Жэнэтым ихьахэм ар, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, къащхьэщыжынущ я щ1ып1эхэр нэхъ лъагэ хуащ1ыну, я 1уэхухэмк1э къалэжа псапэм къахуихьам нэхърэ нэхъыбэу.

5 – И адэкъуэш Абу Т1алиб къыщхьэщыжынущ и хьэзабыр нэхъ мащ1э хуащ1ыну.

6 – Ит1анэ му1минхэм псоми къащхьэщыжынущ жэнэтым ирагъэхьэну.

2 – Бегъымбарми, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, адрей бегъымбархэми, мэлэ1ычхэми, му1минхэми псоми я1э къыщхьэщыжыныр. Ахэр къащхьэщыжынущ му1мин маф1эр зыхуэфащэхэр хамыдзэну, е абы хадзахэр къыхагъэк1ыжыну.

1 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Бегъымбар къэс и1эщ лъэ1у жэуап зи1эр, ик1и адрей бегъымбархэм я лъэ1ухэр ящ1ащ. Ауэ сэ си лъэ1ур къэзгъэнащ си 1умэтым Къемэт махуэм сыкъыщхьэщыжыну, ик1и абы хиубыдэнущ си 1умэтым щыщу Алыхьым зыри гъусэ хуэзмыщ1у дунейм ехыжауэ хъуар». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[2].

2 – Алыхьым жи1ащ мэлэ1ычхэм теухуауэ: «Сыт хуэдиз мэлэ1ыч уафэхэм щы1э, ахэр къащхьэщыжми, зыми къащхьэпэфынукъым, езы Алыхьыр зыхуеймрэ зыхуэарэзымрэ 1изын яримытмэ». (Ан-Нэджм: 26).

3 – Абу Дэрда1, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Шэхидыр нэрыбгэ блыщ1ым къыщхьэщыжынущ и унагъуэм щыщу». Абу Дауд къи1уэтэжащ[3].

- Апхуэдэу къыщхьэщыжыным щытык1ит1 и1эщ:

1 – Алыхьым 1изын иритыныр къыщхьэщыжыным. Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Абым и 1изыныншэу и пащхьэ хэт къыщхьэщыжыфынур?» (Аль-Бэкъэрэ: 255).

2 – Къыщхьэщыжми къызыщхьэщыжми Алыхьыр арэзыуэ хущытыныр. Алыхьым жи1ащ: «Сыт хуэдиз мэлэ1ыч уафэхэм щы1э, ахэр къащхьэщыжми, зыми къащхьэпэфынукъым, езы Алыхьыр зыхуеймрэ зыхуэарэзымрэ 1изын яримытмэ». (Ан-Нэджм: 26).

- Джаурым къыщхьэщыж и1экъым, ар маф1эм игъащ1эк1э къинэнущ, жэнэтым ихьэнукъым, ик1и зыгуэр къыщхьэщыжыну хузэф1эк1ми, зык1и сэбэп хуэхъунукъым. Алыхьым жи1ащ: «Абыхэм зыгуэр къащхьэщыжми къащхьэпэнукъым». (Аль-Мудэсир: 48).

- Бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, къыпщхьэщыжыну ущ1элъэ1уныр:

Бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, къыщхьэщыжыну зыхуейр Алыхь Лъап1эу Лъагэм елъэ1ун хуейщ мыпхуэдэу: «Уэ си Алыхь, уи бегъымбарыр къысщхьэщыжыну щ1ы». Иужьк1э унафэу телъхэр игъэзэщ1эн хуейщ, псалъэм папщ1э, Алыхь закъуэм хуэпщыл1ыныр гу къабзэу, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, сэлэуат къыхуихьыныр, абым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, хуэфащэ щ1ып1э лъагэ[4] ущ1элъэ1уныр.

Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Сыкъызщхьэщыжыну ц1ыхухэм нэхъ гуф1эгъуэ зи1энухэр «Алыхьым нэгъуэщ1 Тхьэ щы1экъым» псалъэхэр гукъабзэу я псэм е я гум къик1ыу жызы1ахэращ». Аль-Бухъари къи1уэтэжащ[5].

[1] Аль-мэкъам аль-мэхьмуд: щ1ып1э лъагэ, пщ1э зи1э.

[2] Аль-Бухъари (6304), Муслим (199).

[3] Сэхьихт, Абу Дауд (2522).

[4] Аль-уэсилэ зиц1эращ.

[5] Аль-Бухъари (99).