مختصر سيرة النبي وسيرة أصحابه العشرة
Жи1ащ шейхъ щ1эныгъэл1хэм я имам хьафиз Абу Мухьэммэд Гьэбдульгъэни бин Гьэбдульуахьид Аль-Мэкъдиси (541 – 600 илъэс хиджрэк1э), Алыхьыр аразы хуэхъу:
Ф1ыщ1эр зыбгъэдэлъыр Алыхьыращ, щ1ыри уафэри къэзыгъэщ1ар, нэхумрэ к1ыф1ымрэ къэзыгъэхъуар, ц1ыхухэр унафэм щхьэк1э зэхузышэсыр, ф1ы зыщ1ахэр ехъул1эу, 1ей зыщ1ахэр хэк1уадэу.
Щыхьэт къызохь Алыхьыр зыуэ нэгъуэщ1 тхьэ зэрыщымы1эр, гъусэ зэримы1эр. А щыхьэтыр жызы1эр къемэт махуэм гуф1энущ.
Алыхьым и сэлятыр къылъыс л1ык1уэхэмрэ бегъымбархэмрэ я зиусхьэн Мухьэммэд, абы и 1ыхьлыхэмрэ и сэхьаб[1] хэхахэмрэ.
Иужьк1э:
Мы тхыгъэ гъэк1эщ1ар теухуащ ди зиусхьэн бегъымбар Аль-Муст1эфа Мухьэммэдым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын. Ар муслъымэнхэм щыщу зыми къигъанэ хъунукъым, Алыхьым абы и ф1ыгъэм дыхимын дэри, абы еджэхэри, зэхэзыххэри.
Щ1ыдодзэр ар къызхэк1амк1э:
Ар Абу Аль-Къасим, Мухьэммэд бин Гьэбдуллах бин Гьэбдульмут1элиб бин Хашим бин Гьэбдульмэнаф бин Къусей бин Киляб бин Муррэ бин Кэгьб бин Лу1эй бин Гъалиб бин Фихр бин Малик бин Ан-Нэдр бин Кинанэ бин Хъузеймэ бин Мудрикэ бин Ильяс бин Мудэр бин Низар бин Мэгьэд бин Гьэднан бин 1удэд бин Ал Мукъэуим бин Нахьур бин Тэйрэхь бин Егьруб бин Ешджуб бин Набит бин Исмагьил бин Ибрахим хъэлил Ар-Рэхьман бин Тарихь (ар Азэр), бин Нахьур бин Саругь бин Рагьу бин Фалихъ бин Гьэйбэр бин Шалихъ бин Арфэхъшэд бин Сам бин Нухь бин Лэмэк бин Мутэушэлхъ бин Ахънухъ – ар бегъымбар Идрисщ зэрагъэ1умк1э, ар япэрейуэ ц1ыхум щыщу бегъымбарыгъэр къыриту къэлэмк1э тхаращ, бин Ерд бин Мэхлил бин Къейнэн бин Янэш бин Шис бин Адам, гьэлейхи сэлям.
Мы къызхэк1ар къэзыхьар Мухьэммэд бин Исхьакъ бин Ясар Аль-Мэдэни абым жи1ауэ къа1уэтэжахэм щыщ[2].
Гьэднан нэс зэтек1ыныгъэ хэмыту и тэрэзыгъэмк1э зэгур1уахэщ, абы иужь зэтек1ыныгъэхэр щы1эщ.
Къурейшыр: Фихр бин Малик и бынщ, ик1и жа1ащ: Ан-Нэдр бин Кинанэ.
Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и анэр Аминэ бинт Уэхб бин Гьэбдульмэнаф бин Зухрэ бин Киляб бин Муррэ бин Кэгьб бин Лу1эй бин Гъалиб.
Къыщыхъуар
Алыхьым и л1ык1уэр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыныр, Мэккэм къыщыхъуащ пылым и илъэсым, рабигуль-1эуэль мазэм, жэщит1 абы щыщу къэнэжауэ, блыщхьэ махуэм.
Зыгуэрым жа1ащ: пылым иужь илъэс щыщ1 тек1ауэ.
Нэгъуэщ1ым жа1ащ: илъэс пл1ыщ1 тек1ауэ.
Тэрэзыр ар пылым и илъэсым къызэрыхъуаращ.
И адэр, и анэр, и адэжьыр дунейм зэрехыжар
И адэ Гьэбдуллах бин Гьэбдульмут1элиб дунейм ехыжащ Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и ныбжьыр мазэ т1ощ1рэ ирэ хъуауэ.
Нэгъуэщ1ым жа1ащ: и адэр дунейм ехыжащ езым и ныбжьыр мазибл хъуауэ.
Нэгъуэщ1ым жа1ащ: и адэр дунейм ехыжащ Даруль-Набигъэм езыр иджыри ныбэ илъу.
Жа1ащ: дунейм ехыжащ Абуа1 щ1ып1эм Мэккэмрэ Мэдинэмрэ язэхуаку.
Абу Гьэбдуллах бин Аз-Зубейр бин Бэкар Аз-Зубейри жи1ащ: «Гьэбдуллах бин Гьэбдульмут1элиб Мэдинэм дунейм щехыжащ Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и ныбжьыр мазит1 хъуауэ».
И анэр дунейм ехыжащ езым и ныбжьыр илъэсипл1 хъуауэ, и адэжь Гьэбдульмут1элиб дунейм ехыжащ езым и ныбжьыр илъэсий хъуауэ.
Жа1ащ: и анэр дунейм ехыжащ езым и ныбжьыр илъэсих хъуауэ.
Зыгъэшхахэр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын
Ар, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, игъэшхащ Сууейбэ, Абу Лэхэб и пщыл1у щыта бзылъхугъэм.
Абым щ1ыгъуу Хьэмзэ бин Гьэбдульмут1элибрэ Абу Сэлэмэ Гьэбдуллах бин Гьэбдуль1эсэд Аль-Мэхъзумирэ игъэшхащ.
Ахэр игъэшхащ и къуэ Мэсрухь щ1ыгъухэу.
Ит1анэ игъэшхащ ар, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, Хьэлимэ бинт Аби Зу1ейб Ас-Сэгьдие.
Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным и ц1эхэр, Мэккэм зэрыщап1ар, и адэкъуэшым щ1ыгъуу Шамым зэрык1уар, Хъэдиджэ къызэришар, уэхьий къыхуехыну зэрыщ1идзар, и хиджрэр, дунейм зэрехыжар
Джубейр бин Мут1гьим къи1уэтэжащ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, жи1ауэ: «Сэ сы Мухьэммэдщ, ик1и сы Ахьмэдщ, ик1и сы Аль-Махьи[3], Алыхьым сэрк1э джаурыгъэр трихынущ, ик1и сы Аль-Хьашир[4], ц1ыхухэр зи ужьым зэхуашэсынур, ик1и сы Аль-Гьакъиб[5], си ужьым бегъымбар щы1эжкъым». Сэхьихьщ, шейхъит1ым къа1уэтэжащ[6].
Абу Мусэ Гьэбдуллах бин Къейс жи1ащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и ц1эхэр къытхурибжэк1ащ, ахэм щыщу зэдгъэщ1ахэщ, жи1ащ: «Сэ сы Мухьэммэд, ик1и сы Ахьмэд, ик1и сы Аль-Мукъэффи[7], ик1и гъэгъуныгъэм сырибегъымбарщ, ик1и гущ1эгъуныгъэм сырибегъымбарщ».
Нэгъуэщ1у къызэрык1уам щыже1э: «ик1и лъыгъажэм сырибегъымбарщ», ар зауэщ, сэхьихьщ, Муслим къи1уэтэжащ[8].
Джабир бин Гьэбдуллах къи1уэтэжащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, жи1ащ: «Сэ сы Ахьмэд, ик1и сы Мухьэммэд, ик1и сы Аль-Хьашир, ик1и сы Аль-Махьи, Алыхьым сэрк1э джаурыгъэр трихынущ, къемэт махуэр къыщыск1э щытхъум и бэракъыр сэращ зы1эщ1элъынур, л1ык1уэхэм я имаму сыщытщ, къащхьэщыжыныр с1эщ1элъщ»[9].
Алыхь Лъап1эу Лъагэм и тхылъым абы ц1эуэ ф1ищахэщ:
«Бэшир», «Нэзир»[10].
«Рэ1уф», «Рэхьим»[11].
«Дунейуэ хъуам я гущ1эгъуныгъэ»[12].
Мэккэм зэрыщап1ар, и адэкъуэшым Абу Т1алиб щ1ыгъуу Шамым зэрык1уар, Хъэдиджэ къызэришар
Алыхьым и л1ык1уэр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыныр, ибэу и адэжь Гьэбдульмут1элиб ип1ащ, абым иужьк1э и адэкъуэш Абу Т1алиб бин Гьэбдульмут1элиб ип1ащ.
Алыхь Лъап1эу Лъагэм джахилием и ф1еягъэмрэ емык1умрэ щихъумащ[13], хьэл дахэу щы1эри хилъхьащ. Абым къыхэк1ыу и лъэпкъым зэрац1ыхутэр Аль-Аминщ, абым и псалъэм зэрытетыжым, зэрыпэжым, дзыхь зыхуэпщ1 хъууэ зэрыщытым, зэрыкъабзэм щхьэк1э.
«Илъэс пщык1ут1 ирикъуауэ и адэкъуэш Абу Т1алиб щ1ыгъуу Шамым к1уэну къыдэк1ащ, Бусрэ нэсауэ Бэхьирэ щоджэным къилъэгъуащ, и теплъэхэмк1и къищ1ащ.
Къак1уэри и 1эр иубыдри жи1ащ: «Мыр дунейхэм я зиусхьэнщ, мыр дунейхэм я Тхьэм и л1ык1уэщ, мыр Алыхьым гущ1эгъушхуэу дунейхэм къахуигъэк1уэнущ».
Еупщ1ахэщ: «Хэт ар къыбжез1ар?» Жи1ащ: «Аль-Гьэкъэбэ лъэныкъуэмк1э фыкъик1ауэ фыкъыздэк1уэм къэнакъым жыги мыви щхьэщэ ямыщ1ауэ, ахэм щхьэщэ зыхуащ1ыр бегъымбар закъуэращ. Ик1и ди тхылъхэм къыщыдогъуэтыр ар». Журтхэм ящышынэри, Абу Т1алиб елъэ1ури иригъэгъэзэжащ»[14].
Ит1анэ ет1уанэу Шамым к1уащ Хъэдиджэ, Алыхьыр аразы хуэхъу, и пщыл1 Мэйсэрэ щ1ыгъуу и сату ищ1эу ар къимышауэ иджыри. Бусрэ и бэзэрым нэсри и хьэпшыпхэр абдежым щищащ.
Илъэс т1ощ1рэ тхурэ щыхъум Хъэдиджэ къишащ, Алыхьым и сэлямыр зылъысын.
Илъэс пл1ыщ1 и ныбжьыр щыхъум Алыхьым къыхихри и уэхьийр къыхуригъэхащ.
Джибриль, сэлямыр зыхуэфащэр, къыхуэк1уащ ар Хира1 бгъуэнщ1агъым Мэккэ идеж щы1эу. Иужьк1э илъэс пщык1ущк1э Мэккэм иджыри дэсащ.
Жа1ащ: пщык1утхук1э, жа1ащ: пщ1ык1э.
Ауэ нэхъ тэмэмыр япэращ.
Мэккэм дэсыху Бейт Аль-Мэкъдисым[15] зыхуигъазэурэ нэмэз ищ1ащ, ауэ Кэгьбэм щ1ыбк1э зыхуимыгъазэу ар япэк1э щыту ищ1т.
Мэдинэм къэк1уа иужьк1и Бейт Аль-Мэкъдисым хуэгъэзауэ нэмэз ищ1ащ мазэ пщык1ублк1э, е мазэ пщык1ухк1э.
Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным и хиджрэр[16]
Ит1анэ Мэдинэм хиджрэ щищ1ащ Абу Бэкр Сыдикъ, Алыхьыр аразы хуэхъу, щ1ыгъуу, Абу Бэкр и мэулэ[17] Гьамир бин Фухейрэ ящ1ыгъужу.
Ахэм гъуэгур языгъэлъагъутэр Гьэбдуллах бин Аль-1урейкъит1 Аль-Лейсий, джауру щытащ, диныр къищтауи далъэгъуакъым.
Мэдинэм илъэсипщ1к1э дэсащ.
Дунейм ехыжащ илъэс хыщ1рэ щырэ хъууэ.
Жа1ащ: хыщ1рэ тхурэ, жа1ащ: хыщ1. Япэрейращ тэмэмыр.
Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыныр дунейм ехыжащ блыщхьэ махуэм, пщэдджыжьыр хэк1уэтауэ, жэщ пщык1ут1 дэк1ауэ рэбигьуль-1эууэл мазэм.
Жа1ащ: жэщит1 к1уауэ, жа1ащ: рэбигьуль-1эууэлым и мазэр къыкъуэк1а къудейуэ.
Бэрэжьеим и жэщым щ1алъхьэжащ.
Жа1ащ: блыщхьэ жэщым.
Сымэджащ махуэ пщык1ут1к1э.
Жа1ащ: махуэ пщык1упл1к1э.
Ар зыгъэпск1ыжахэр Гьэлий бин Абу Т1алиб, и адэкъуэш Аль-Гьэбас, Аль-Фэдль бин Аль-Гьэбас, Къусэм ибн Аль-Гьэбас, 1усамэ бин Зейд, и мэулэ Шукъран. Пэшым щ1этащ 1эус бин Хъэулий Аль-Ансарий.
Джэбын хужьищым Сэхьулие – Йеменым щыщ къалэ - къырахауэ к1уэц1алъхьэжащ джанэрэ гьэмамэрэ[18] хэмыту.
Зэрызыу муслъымэнхэм нэмэз тращ1ащ зыри я имаму щымыту.
Ищ1агъым къэдабэ тэкъыр теп1эну и1ар щ1аубгъуащ.
Кхъэм езыхьэхыжахэр Аль-Гьэбас, Гьэлий, Аль-Фэдль, Къусэм, Шукъран. И щхьэм чырбышибгъу тралъхьащ.
И псэр здыхэк1а щ1ып1эм щ1алъхьэжащ и п1эр здэщыта щ1ып1эм идеж.
Мащэр къыздыхуат1ари здагъэхэзырыжари и унэращ Гьа1ишэ и унэуи щытаращ.
Иужьк1э Абу Бэкыррэ Умэррэ, Алыхьыр аразы къыхуэхъу, абдежым щ1алъхьэжащ.
Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным и бынхэр
Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным къуищ и1ащ:
Аль-Къасим: абым и ц1эк1э кунья[19] зэрихьэт, Мэккэм къыщыхъуащ бегъымбар мыхъуауэ иджыри, дунейм ехыжащ илъэсит1 и ныбжьу. Къэтадэ жи1ащ: «Псэуащ зек1уэу щ1идзэху».
Гьэбдуллах: абым Ат1-Т1еиб[20], Ат1-Т1ахир[21] ц1эхэмк1э йоджэхэр, сыту жып1эмэ, ар исламым къыщыхъуащ.
Жа1ащ: Ат1-Т1ахирымрэ Ат1-Т1еибымрэ нэгъуэщ1хэщ, ауэ япэращ тэмэмыр.
Ибрахим: Мэдинэм къыщыхъуащ абдежым дунейми щехыжащ илъэс епщ1анэм хиджрэк1э, и ныбжьыр мазэ пщык1убл хъут, е пщык1уий хъут.
Жа1эр: къуэ и1ауэ Гьэбдульгьуззэ и ц1эу, ауэ Алыхьым абым щихъумащ[22].
Зейнэб: Абу аль-Гьас бин Ар-Рэбигь бин Гьэбдульгьуззэ бин Гьэбдульшэмс дэк1уащ, ар и анэшыпхъум и къуэт, абы и анэр Халэ бинт Хъууейлид.
Бынхэу хуи1ащ Гьэлийрэ – ц1ык1уу дунейм ехыжащ - 1умамэрэ, арат бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, нэмэзым тету и1ыгъар, ин хъури Гьэлий дэк1уащ Фат1ымэ дунейм ехыжа иужь.
Фат1ымэ: Алыхьым и л1ык1уэм ипхъущ, Гьэлий бин Абу Т1алиб дэк1уащ, Хьэсэнрэ Хьусейнрэ Мухьэсинрэ къуэхэу хуи1ащ, Мухьэсин ц1ык1уу дунейм ехыжащ. 1ум Кульсумрэ – Умэр бин Аль-Хъэт1аб дэк1уащ – Зейнэбрэ – Гьэбдуллах бин Джэгьфэр бин Абу Т1алиб дэк1уащ - пхъууэ хуи1ащ.
Рукъейэ: Алыхьым и л1ык1уэм ипхъущ, Гьусман бин Гьэфан дэк1уащ, абым и щхьэгъусэу дунейм ехыжащ.
Иужьк1э (Гьусман бин Гьэфан) 1ум Кульсум къишащ, ари абы и щхьэгъусэу дунейм ехыжащ.
Рукъейэ Гьэбдуллах и ц1эу къуэ хуи1ащ, абым и ц1эк1э кунья иратащ.
Пхъухэр пл1ы мэхъу шэч хэмылъу.
Къуэхэми тэмэмыр щы зэрыхъухэращ.
Япэу къэхъуар Аль-Къасим, ит1анэ Зейнэб, ит1анэ Рукъейэ, ит1анэ Фат1ымэ, ит1анэ 1ум Кульсум.
Иужьк1э ислам диным: Гьэбдуллах, ит1анэ Мэдинэм Ибрахим.
И бынхэр зэуэ Хъэдиджэщ зейр Ибрахим мыхъумэ, ар Марие Аль-Къибт1ые ейщ.
Псори езым япэ дунейм ехыжащ Фат1ымэ мыхъу, ар псэуащ иужьк1э мазих.
Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и хьэжымрэ, и гьумрэмрэ[23],
и къэзэуатхэмрэ
Хэмам бин Яхья къи1уэтэжащ Къэтадэ жи1эжауэ: «Сеупщ1ат Анас: «Хьэж дапщэ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, ищ1ар?» Жи1ащ: «Хьэжыуэ ищ1ар зыщ, гьумрэу ищ1ар пл1ы мэхъу: бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и гьумрэ мушрикхэр[24] къыпэуву Аль-Бейтым[25] щырамыгъэк1уэл1ар, ет1уанэ гьумрэр илъэс къак1уэмк1э щызэгур1уахэм, ит1анэ Аль-Джигьранэм къик1ыу гьумрэм щык1уам Хьунейным къазэуа мылъкур игуэша иужьк1э зуль-къэгьдэ мазэм, ит1анэ хьэжым щ1ыгъуу ищ1а гьумрэр». Сэхьихь, шейхъит1ым къа1уэтэжащ[26].
Ар Мэдинэм къэк1уэжа иужьк1эщ, абы ипэк1э Мэккэм дэсыху хьэжрэ гьумрэрэ ищ1ар тщ1эркъым.
Хьэж ищ1ар хьиджэту аль-уэдагьращ[27], ц1ыхум сэлям ярихыжащ, ик1и жи1ащ: «Мы илъэсым иужьк1э сывмылъагъужынк1э мэхъу»[28].
Бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, хэтащ езыр т1ощ1рэ тхурэ къэзэуатым, аращ нэхъ ц1эры1уэр, апхуэдэуи жа1ащ Мухьэммэд бин Исхьакъ, Абу Мэгьшэр, Мусэ бин Гьукъбэ, нэгъуэщ1хэми.
Жа1ащ: къэзэуат тощ1рэ блырэ.
Дзэхэр зэригъэк1уар езыр хэмыту тхущ1 хуэдиз мэхъу.
Бгъуращ ахэм щыщу езыр здэзэуар: Бэдр, 1ухьуд, Аль-Хъэндэкъ, Бэну Къурейзэ, Аль-Муст1эликъ, Хъейбэр, Фэтхь Мэккэ, Хьунейн, Ат1-Т1а1иф.
Жа1ащ: ар иджыри щызэуауэ Уади Аль-Къура, Аль-Гъабэ, Бэну Ан-Нэдыр зауэхэми.
и сэлямымрэ зылъысыным,
и тхак1уэхэмрэ и л1ык1уэхэмрэ
Абу Бэкр Ас-Сыдикъ, Умэр бин Аль-Хъэт1аб, Гьусман бин Гьэфан, Гьэлий бин Абу Т1алиб, Гьамир бин Фухейрэ, Гьэбдуллах бин Аль-Аркъэм Аз-Зухрий, 1убей бин Кэгьб, Сабит бин Къейс бин Шэмас, Хъалид бин Сэгьид бин Аль-Гьас, Хьэнзэлэ бин Ар-Рэбигь Аль-Асдий, Зейд бин Сабит, Мугьауийэ бин Абу Суфьян, Шэрэхьбил бин Хьэсэнэ.
Мугьауийэ бин Абу Суфьянрэ Зейд бин Сабитрэ адрейхэм нэхърэ нэхъыбэрэ игъатхэт ик1и нэхъ хэхат а 1уэхум щхьэк1э.
Л1ык1уэу игъэк1уахэр:
Гьэмр бин 1умейэ Ад-Дэмрий л1ык1уэу ан-нэджаши[29] (и ц1эр Асхьэмэ, къик1ыр тыгъэ) идеж игъэк1уащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и тхыгъэр къищтэри и нэхэм трилъхьащ, ит1анэ и шэнтышхуэм къехри щ1ым т1ысащ, ислам диным къихьэри и диныр иригъэф1эк1уащ, ауэ диныр къыщищтар Джэгьфэр бин Абу Т1алибрэ абы щ1ыгъухэмрэ идежым къыщык1уэхэращ.
Ик1и пэжщ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, (ан-нэджаши) щыл1а махуэм нэмэз зэрытрищ1ар, ик1и къа1уэтэж абы и кхъэм нурыр къыщхьэщихыу щыту.
Ит1анэ Дихьйэ бин Хъэлифэ Аль-Кэлбий игъэк1уащ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, къейсэр урымым я пщым идеж, абы и ц1эр Херакл.
Ар къыщ1эупщ1ащ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, ик1и къыгур1уащ ар ипэжып1эк1э зэрыбегъымбарыр, ислам диным хущ1экъуащ, ауэ урымхэм хуадакъым ар, и пащтыхьыгъэм тешыныхьри диным къихьакъым.
Гьэбдуллах бин Хьузафэ Ас-Сэхмий игъэк1уащ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, л1ык1уэу кисра фарисхэм я пщым идеж, абым бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и тхыгъэр зэф1итхъащ. Абым щыгъуэ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, жи1ащ: «Алыхьым абы и пащтыхьыгъэр зэф1итхъащ».
Ик1и Алыхьым абы и пащтыхьыгъэри, и лъэпкъым я мылъкури зэф1итхъащ.
Ит1анэ игъэк1уащ Хьат1ыб бин Абу Бэлтэгьэ Аль-Лэхъми мукъэукъэс Александриемрэ Мысырымрэ я пщым идеж, абым ф1ы жи1ащ, 1уэхуми хэплъащ, ауэ диныр къищтакъым. Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, саугъэту Марие Аль-Къибт1иерэ абы и шыпхъу Сиринрэ къыхуригъэшащ. Сирин саугъэту Хьэсан бин Сабит иритыжащ, ик1и Абдурэхьман бин Хьэсан къыхуилъхуащ.
Ит1анэ Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, игъэк1уащ Гьэмр бин Аль-Гьас Гьуман и пщит1ым – Джэйфэрэрэ Гьэбдрэ Аль-Джулэнди и къуэхэм – ядеж. Ахэр Аль-1эзд лъэпкъым щыщхэт, пщыр Джэйфэрэт.
Ахэм т1уми диныр къащтащ ик1и ягъэпэжащ, ик1и Гьэмр сэдэкъэмрэ[30] унафэ 1уэхумрэ ахэм я дежым зэрихуэу къахэнащ Алыхьым и л1ык1уэр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыныр, дунейм ехыжыху.
Сэлит1 бин Гьэмр бин Аль-Гьамирий игъэк1уащ Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, Аль-Ямамэм Хэузэ бин Гьэлий Аль-Хьэнэфий идеж. Абым л1ык1уэу къэк1уар иригэпсыхащ, игъэлъэп1ащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, хуитхащ: «Сыт нэхъыф1рэ нэхъ дахэрэ щы1э а къызхуебджэм нэхърэ, сэри си лъэпкъым хъэт1ибу[31] ик1и усак1уэу сахэтщ, 1уэхум щыщ лъэныкъуэ сэ къызэт», - жи1эри. Ауэ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, идакъым ар. Арати диныр абы къищтакъым, Фэтхьым и уахътэм дунейм ехыжащ.
Ит1анэ Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, игъэк1уащ Шэджагь бин Уэхб Аль-Асдий Шамым щы1э Аль-Бэлкъа1 щ1ым и пщы Аль-Хьарис бин Абу Шэмир Аль-Гъэсаний и дежым.
Шэджагь къи1уэтэжащ: «Сык1уащ абым идеж Дамаск и Гъут1эм щы1эу. Ит1анэ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и тхыгъэм еджэри хыф1идзэри жи1ащ: «Сэ абым идежым сык1уэнущ». Ар и мураду щытащ къейсэрым къыхуимыдэху.
Ит1анэ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, игъэк1уащ аль-Мухаджир бин Абу 1умейэ Аль-Мэхъзумий Йеменым и унэфэщ1хэм щыщу Аль-Хьарис Аль-Хьимейрий идежым.
Ит1анэ игъэк1уащ Аль-Гьэла1 бин Аль-Хьэдрэмий Бэхьрейным и пщы Аль-Мунзир бин Сауа Аль-Гьэбдий диным къыхуриджэу тхыгъэ иригъэхьри, ик1и диныр къищтэри игъэпэжащ.
Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным игъэк1уащ Абу Мусэ Аль-Ашгьэрирэ Мугьаз бин Джэбэлрэ, Алыхьыр т1уми аразы яхуэхъу, Йеменым щы1эхэм ядеж, ислам диным къыхураджэу, ик1и ц1ыхум я нэхъыбэм диныр къащтащ я пщыхэри яхэту жы1эда1уэхэу лъыгъажэ хэмыту.
Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, пщык1уз адэкъуэшу и1ащ, ахэр:
Аль-Хьарис: ар Гьэбдульмут1элиб и къуэ нэхъыжь дыдэт, абым и ц1эк1и кунья зэрихьэт, абым и бынхэмрэ я быныжхэмрэ щыщу гуп бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и сахьабхэу щытащ.
Къусэм: ц1ык1уу дунейм ехыжащ, абымрэ Аль-Хьарисрэ я анэхэр зыт.
Аз-Зубейр бин Гьэбдульмут1элиб: къурейшым[32] я зиусхьэнхэм щыщт.
Абы и къуэ Гьэбдуллах бин Аз-Зубейр бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, щ1ыгъуу Хьунейн къэзэуатым хэтащ, ик1и ик1уэтакъым а махуэм. Аджнадин зауэм шэхид щыхъуащ. Къа1уэтэж ар къагъуэтыжауэ блыр иук1ауэ ик1и къаук1ауэ ягуэлъу.
Ит1анэ Дэбагьэ бинт Аз-Зубейр, ари сахьабиет.
Ит1анэ 1ум Аль-Хьэкэм бинт Аз-Зубейр, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и хьэдисхэр къэзы1уэтэжахэм щыщ.
Хьэмзэ бин Гьэбдульмут1элиб: Алыхьымрэ и л1ык1уэмрэ я аслъэн, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и къуэш шэк1э зэрагъэшхамк1э зэгъусэу, пасэу диныр къищтащ, хиджрэ Мэдинэм ищ1ащ, Бэдр зауэм хэтащ, 1ухьуд махуэм яук1ащ шэхиду, зы пхъу закъуэ нэхъ и1акъым.
Абу Аль-Фэдл Аль-Гьэбас бин Гьэбдульмут1элиб: диныр къищтащ ик1и иригъэф1эк1уащ, Мэдинэм хиджрэ ищ1ащ.
Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, нэхърэ илъэсищк1э нэхъыжьт.
Къуэуэ пщ1ы и1ащ, ахэм щыщу Аль-Фэдл, Гьэбдуллах, Къусэм сэхьабийхэу щытащ.
Дунейм ехыжащ щыщ1рэ т1у гъэм Мэдинэм Гьусман бин Гьэфан хъэлифэу[33] щыщытам.
Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и адэкъуэшхэм щыщу Аль-Гьэбасрэ Хьэмзэрэ диныр къэзыщтауэ щытахэр.
Абу Т1алиб бин Гьэбдульмут1элиб: и ц1эр Гьэбдумэнаф, ар Гьэбдуллах – бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и адэм - и къуэшт, Гьатикэ пщ1ыхьэп1э зылъэгъуари яшыпхъут я анэмк1э, я анэр Фат1ымэ бинт Гьэмр бин Гьа1из бин Гьимран бин Мэхъзум.
Абы и бынхэр: Т1алиб – джауру дунейм ехыжащ, Гьэкъил, Джэгьфэр, Гьэлий, 1ум Хани1 – ахэр сахьабхэу щытащ. 1ум Хани1 и ц1эр Фахъитэ, зыгуэрхэм жа1ащ: Хинд.
Ит1анэ и бынхэм щыщу Джуманэ и ц1эр ира1уэ.
Абу Лэхэб бин Гьэбдульмут1элиб: абы и ц1эр Гьэбдульгьуззэ, и куньяр и адэм ф1ищащ и нэгум и дахагъым щхьэк1э.
И бынхэр: Гьутбэрэ Мугьэтибрэ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, щ1ыгъуахэщ Хьунейн зауэм ик1и ик1уэтахэкъым, иджыри Дуррэ, ахэр щыри сэхьабэхэт.
Гьутейбэ аслъэным иук1ащ Аз-Зэркъа1 щ1ып1эм Шамым и щ1ыгум бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, къихьар и ф1эщ зэрымыхъуам папщ1э.
Гьэбдулькэгьбэ.
Хьэджэл: и ц1эр Аль-Мугъирэ.
Дырар: Аль-Гьэбас и къуэшт я анэмк1э.
Аль-Гъэйдакъ: а ц1эр ф1ащат къурейшым псом нэхърэ нэхъ хьэлэлу и шхынри куэду зэрыщытам папщ1э.
Сэфия бинт Гьэбдульмут1элиб: ислам диныр къищтащ ик1и хиджрэ ищ1ащ, ар Аз-Зубейр бин аль-Гьэуам и анэт, дунейм ехыжащ Мэдинэм Умэр бин Аль-Хъэт1аб хъэлифэу щыщытам.
Ар Хьэмзэ и шыпхъут я анэмк1э.
Гьатикэ бинт Гьэбдульмут1элиб: жа1эр абым диныр къищтауэ, арат пщ1ыхьэп1э Бэдрым теухуауэ зылъэгъуар, Абу 1умейя бин Аль-Мугъирэ бин Гьэбдуллах бин Умэр бин Мэхъзум и щхьэгъусэу щытащ.
Абым бынхэу хуи1ащ Гьэбдуллах, диныр къищтэри сэхьабийуэ щытащ, Зухейр, Къэрибэ Аль-Кубра.
1эруа бинт Гьэбдульмут1элиб: Гьумейр бин Уэхб бин Гьэбдудар бин Къусей и щхьэгъусэу щытащ.
Быну хуи1ащ Т1улейб бин Гьумейр, япэрей мухьэжырхэм[34] яхэтащ, Бэдр зауэм хэтащ, Аджнадиным щаук1ащ шэхиду, бын къигъэнакъым.
1умеймэ бинт Гьэбдульмут1элиб: Джэхьш бин Ри1аб и щхьэгъусэу щытащ.
Бынхэу хуи1ащ Гьэбдуллах, 1ухьудым щаук1ащ шэхиду; Абу Ахьмэд Аль-Агьма усак1уэт, и ц1э дыдэр Гьэбд; Зейнэб, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и щхьэгъусэр; Хьэбибэ; Хьэмнэ – ахэм псоми ислам диныр я1ыгъащ; Гьубейдуллах бин Джэхьш, ислам диныр къищтащ, ит1анэ чыристан диным ихьэжри Эфиопием джауру щыл1ащ.
Бэрэ бинт Гьэбдульмут1элиб: Гьэбдуль1эсэд бин Хилял бин Гьэбдуллах бин Умэр бин Мэхъзум и щхьэгъусэу щытащ.
Абым быну хуи1ащ Абу Сэлэмэ, и ц1эр Гьэбдуллах, ар бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и пэк1э 1ум Сэлэмэ и щхьэгъусэу щытащ.
Гьэбдуль1эсэд иужь дэк1уэжащ Абу Рэхм бин Гьэбдульгьуззэ бин абу Къейс. Абым быну хуи1ащ Абу Сэбрэ бин Абу Рэхм.
1ум Хьэким: ар Бэйда1 бинт Гьэбдульмут1элиб, Курейз бин Рэбигьэ бин Хьэбиб бин Гьэбдушэмс бин Гьэбдульмэнаф и щхьэгъусэу щытащ.
Быну хуи1ащ 1эруа бинт Курейз, ар Гьусман бин Гьэфан, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, и анэт.
Япэрейуэ къишауэ щытар Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, Хъэдиджэ бинт Хъууейлид бин 1эсэд бин Гьэбдульгуззэ бин Къусей бин Киляб.
Ар къыщишам и ныбжьыр илъэс т1ощ1рэ тхурэ хъут.
Ар щ1ыгъуа Алыхьым бегъымбарыгъэр къыритыху ик1и ныбжьэгъу пэжу и1ащ, дунейм ехыжащ хиджрэм и пэк1э илъэсищк1э. Аращ жа1ахэм щыщу нэхъ пэжыр.
Жа1ащ: хиджрэм и пэк1э илъэситхук1э, жа1ащ: илъэсипл1к1э.
Иужьк1э къишащ Сэудэ бинт Зэмгьэ бин Къейс бин Гьэбдушэмс бин Гьэбдууд бин Нэср бин Малик бин Хьисл бин Гьамир бин Лу1ей, Хъэдиджэ иужь Мэккэм хиджрэм и пэк1э.
Ипэк1э ар Ас-Сэкран бин Гьэмр Сухейл бин Гьэмр и къуэшым и щхьэгъусэу щытащ. И ныбжьыр хэк1уэтащ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и щхьэгъусэу, гуэк1ыжыну хуеящ, ауэ и махуэхэр Гьа1ишэ саугъэт хуищ1ри, къигъэнащ.
Хиджрэм и пэк1э илъэсит1к1э Мэккэм бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, Гьа1ишэ бинт Абу Бэкр Ас-Сыдикъ къишащ.
Жа1ащ: илъэсищ ипэк1э, абым и ныбжьыр илъэсих хъут, жа1ащ: илъэсибл, япэрейр нэхъ тэмэмщ.
Абым щек1уэл1ар Мэдинэращ хиджрэм иужьк1э и ныбжьыр илъэсибгъу хъуауэ, Мэдинэм къызэрык1уэрэ мазибл дэк1ауэ, жа1ащ: мазэ пщык1уий дэк1ауэ.
Бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыныр, дунейм щехыжам Гьа1ишэ и ныбжьыр илъэс пщык1уий хъут.
Ар дунейм ехыжащ Мэдинэм, Аль-Бэкъигь кхъэм щ1алъхьащ, апхуэдэ уэсят къигъэнати, илъэс тхущ1рэ им хиджрэк1э, жа1ащ илъэс тхущ1рэ блым, япэрейр нэхъ тэмэмщ. Абу Хурейрэ нэмэз трищ1ащ.
Абым нэгъуэщ1 хъыджэбзу къишакъым зыри бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, абым и куньяр 1ум Гьэбдуллах, жа1эж абым бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и сабий и ныбэ илъу ф1эк1уэдауэ, ауэ ар пэжкъым.
Ит1анэ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, Хьэфсэ бинт Умэр бин Аль-Хъэт1аб, Алыхьыр аразы т1уми яхуэхъу, къишащ.
Абы и пэк1э Хъунейс бин Хьузафэ и щхьэгъусэу щытащ, ар бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и сахьабхэм щыщт, дунейм ехыжащ Мэдинэм, Бэдр зауэм хэтащ.
Къа1уэтэжыр бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, ар иригъэк1ыжауэ, ауэ Джибриль, Алыхьым и сэлямыр зылъысыныр, къыхуэк1уэри жи1ащ: «Алыхьым унафэ къыпхуещ1 Хьэфсэ къебгъэгъэзэжыну, абы куэдрэ нэщ1 и1ыгъщ, куэдрэ нэмэз ещ1, ик1и ар жэнэтым уи щхьэгъусэу щытынущ»[35].
Гьукъбэ бин Гьамир Аль-Джухэний къи1уэтэжащ: «Бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыныр, Хьэфсэ бинт Умэр щыпык1ыжым ар Умэр зэхихыжащ, и щхьэм сабэ трик1утэри жи1ащ: «Алыхьым абым иужь Умэри ипхъуми къахуеплъэк1ыжынукъым». Абым иужь махуэм Джибриль къыхуехри бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, жри1ащ: «Алыхь Лъап1эу Лъагэм унафэ къыпхуещ1 Хьэфсэ къебгъэгъэзэжыну Умэр гущ1эгъу зэрыхуищ1ым щхьэк1э».
Дунейм ехыжащ т1ощ1рэ блырэ гъэм. Жа1ащ: т1ощ1рэ ирэ гъэм, Африкэм и гъэм[36].
Ит1анэ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, къишащ 1ум Хьэбибэ бинт Абу Суфьян, абым и ц1эр Рэмлэ бинт Сэхър бин Хьэрб бин 1умейэ бин Гьэбдушэмс бин Гьэбдумэнаф.
И щхьэгъусэ Гьубейдуллах бин Джэхьш щ1ыгъуу хиджрэ ищ1ащ Эфиопием, абдежым Гьубейдуллах чыристан диныр къищтащ, езыр ислам диным къытенащ.
Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, ар къишащ Эфиопием щы1эу.
Нэчыхь уасэр ан-нэджашийм щ1итащ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и ц1эк1э, ар динар щипл1 хъууэ. Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, абы к1элъигъэк1уащ Гьэмр бин 1умейэ Ад-Дэмрий Эфиопием.
И нэчыхьым уэлийуэ[37] щытащ Гьусман бин Гьэфан, жа1ащ: Хъалид бин Сэгьид бин Аль-Гьас.
Дунейм ехыжащ илъэс пл1ыщ1рэ пл1ым хиджрэк1э.
Ит1анэ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, къишащ 1ум Сэлэмэ, и ц1эр Хинд бинт Абу 1умейэ бин Аль-Мугъирэ бин Гьэбдуллах бин Кэгьб бин Лу1ей бин Гъалиб.
Ипэк1э Абу Сэлэмэ Гьэбдуллах бин Гьэбдуль1эсэд бин Хилал бин Гьэбдуллах бин Умэр бин Мэхъзум и щхьэгъусэу щытащ.
Дунейм ехыжащ хыщ1рэ т1у илъэсым, Аль-Бэкъигьым щ1алъхьэжащ Мэдинэм.
Аращ иужьрейуэ дунейм ехыжар бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и щхьэгъусэхэм щыщу.
Жа1ащ: Мэймунэращ иужьрейуэ щытар.
Ит1анэ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, къишащ Зейнэб бинт Джэхьш бин Ри1аб бин Егьмур бин Сэбирэ бин Муррэ бин Кэбир бин Гъэнэм бин Дудан бин 1эсэд бин Хъузеймэ бин Мудрикэ бин Ильяс бин Мудэр бин Нэзар бин Мугьэд бин Гьэднан.
Ар и адэшыпхъу 1умэймэ бинт Гьэбдульмут1элиб ипхъут.
Ипэк1э и мэулэ Зейд бин Хьарисэ и щхьэгъусэу щытащ, ит1анэ зэпык1ыжри къехамк1э ар бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, Алыхьым и унафэк1э къишати, абым и нэчыхь ятхакъым.
Ик1и пэжщ абым адрей бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и щхьэгъусэхэм яжри1эу зэрыщытар: «Фэ фи адэхэм фыдагъэк1уащ, сэ Алыхьым сыдигъэк1уащ и унафэр уафиблым къехри»[38].
Дунейм щехыжащ Мэдинэм илъэс т1ощ1ым, Аль-Бэкъигьым щ1алъхьэжащ.
Ит1анэ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, къишащ Зейнэб бинт Хъузеймэ бин Аль-Хьарис бин Гьэбдуллах бин Гьэмр бин Гьэбдумэнаф бин Хилал бин Гьамир бин Сэгьсэгьэ бин Мугьауийэ.
Абым тхьэмыщк1эхэм я анэк1э еджэхэт куэдрэ ахэр зэригъашхэм къыхэк1ыу.
Ар Гьэбдуллах бин Джэхьш и щхьэгъусэу щытащ, жа1ащ: Гьэбдуллэт1иф бин Аль-Хьарис и щхьэгъусэу щытауэ, япэрейр тэмэмщ.
Ар къишащ ещанэ илъэсым хиджрэмк1э, куэдрэ зэдэпсэуакъым: мазит1 е щы[39].
Ит1анэ Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, Джууейрийэ бинт Аль-Хьарис бин Абу Дырар бин Хьэбиб бин Гьа1из бин Малик бин Аль-Муст1эликъ Аль-Хъузагьийэ къишащ.
Ар гъэру къащтауэ щытащ Бану Аль-Муст1эликъ къэзэуатым, ик1и Сабит бин Къейс бин Шэмас и 1ыхьэм хэхуащ, ит1анэ зэгур1уахэщ зыкъызэрищэхужыну уасэмк1э. Иужьк1э бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, абы къытехуэр хуитри къишащ еханэ илъэсым хиджрэмк1э.
Ар рэбигьуль-1эууэл мазэм дунейм ехыжащ илъэс тхущ1рэ хым хиджрэмк1э.
Ит1анэ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, къишаш Сэфийэ бинт Хьуей бин 1эхът1эб бин Абу Яхья бин Кэгьб бин Аль-Хъэзрэдж Ан-Нэдрийэ, Харун бин Гьимран – Мусэ бин Гьимран, Алыхьым и сэлямыр зылъысыным - и къуэшым и бынхэм щыщ.
Ар гъэру къащтат Хъейбэр зауэм илъэс ебланэм хиджрэк1э, ипэк1э Кинанэ бин Абу Аль-Хьэкъикъ и щхьэгъусэу щытащ. Ар бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, иук1ри[40], Сэфийэ иут1ыпщыжащ. И нэчыхьуасэри зэриут1ыпщыжар ищ1ащ.
Ар дунейм ехыжащ илъэс щыщ1ым хиджрэк1э. Жа1ащ: илъэс тхущ1ым.
Иужьк1э Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, Мэймунэ бинт Аль-Хьарис бин Хьэзн бин Буджейр бин Аль-Хэрэм бин Рууейбэ бин Гьэбдуллах бин Хилал бин Гьамир бин Сэгьсэгьэ бин Мугьауийэ къишащ.
Ар Хъалид бин Аль-Уэлидрэ Гьэбдуллах бин Гьэбасрэ я анэшыпхъут.
Ар Сэриф зи ц1э щ1ып1эм къыщишэри абдежми щек1уэл1ащ, иужьк1э абдежым дунейм щехыжащ.
Ар псынэщ, миля бгъук1э пэжыжьэщ Мэккэм.
Аращ иужьрейуэ къишар щхьэгъусэу му1минхэм я анэхэм щыщу.
Ар дунейм ехыжащ илъэс хыщ1рэ щым.
Мыхэращ бзылъхугъэу зэк1уэл1ар, ахэр пщык1уз мэхъу.
Блым ягъусэу нэчыхь итхат, ауэ ек1уэл1акъым ахэм.
Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и унэ1утхэмрэ и мэулэхэмрэ
Анас бин Малик бин Ан-Нэдр Аль-Ансарий.
Хиндрэ 1эсма1рэ Хьарисэ и къуэхэр Аль-Аслэмийхэ.
Рэбигьэ бин Кэгьб Аль-Аслэмий.
Гьэбдуллах бин Мэсгьуд и вакъэхэм к1элъыплът, къыщытэджк1э хущит1агъэт, т1ысамэ и 1эхэмк1э и1ыгът къэтэджыжыху.
Гьукъбэ бин Гьамир Аль-Джухэний и махъшэм к1элъыплът, гъуэгу щытехьэк1э ишэрт.
Билаль бин Рэбахь, му1эзин.
Сэгьд, Абу Бэкр и мэулэ.
Зу Михъмэр, ан-нэджаший и къуэшым и къуэр, жа1ащ: и шыпхъум и къуэр. Ик1и жа1эр: Зу Михъбэр, хьэрф б-к1э.
Букейр бин Шэддахъ Аль-Лейсий, зыгуэрхэм жа1ащ и ц1эр: Бэкр.
Абу Зэр Аль-Гъифарий.
Уакъид (е) Абу Уакъид.
Хишам.
Абу Думейрэ.
Хьунейн.
Абу Гьэсиб и ц1эр 1эхьмэр.
Абу Гьубейд.
Сэфинэ, ар 1ум Сэлэмэ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и щхьэгъусэм и пщыл1у щытащ, ит1анэ иут1ыпщыжащ, бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыныр, псэуху и унэ1уту щытыну къалэну хуигъэуващ. Абым жи1ащ: «Апхуэдэ къалэн схуомыщ1атэми бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыныр, къэзгъэнэнутэкъым».
Ахэращ нэхъ ц1эры1уэхэр. Жа1ащ: ахэр пл1ыщ1 хъууэ.
Сэлма 1ум Рафигь.
Бэрэкэ 1ум 1эймэн, ар и адэм къыщ1энэжауэ къылъысащ, аращ 1усамэ бин Зейд и анэр.
Мэймунэ бинт Сэгьд.
Хъэдырэ.
Ридуа.
И мэулэхэр[41]
Зейд бин Хьарисэ бин Шэрахьбил Аль-Кэльбий.
Абы и къуэ 1усамэ бин Зейд, 1усамэ бин Зейд жыра1эу щытащ: «Ф1ылъагъуныгъэм и къуэ ф1ылъагъуныгъэ».
Сэубан бин Будждуд, и лъэпкъыр Йемен щы1эт.
Абу Кэбшэ, Мэккэм къыщыхъуахэм щыщт. Жа1эр: и ц1эр Сулейм, Бэдр зауэм хэтащ, жа1эр: ар Дэус щ1ым къыщыхъуащ.
Анэсэ, ас-Сэра[42] къыщыхъуат.
Салихь: Шукъран[43].
Рэбахь, ф1ыц1эт.
Ясар, Нубием щыщт.
Абу Рафигь, и ц1эр Аслэм. Зыгурхэм жа1эр: Ибрахим и ц1эу щытауэ, ар Аль-Гьэбас и пщыл1у щытащ, ит1анэ саугъэту бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, иритри, диныр къыщищтэм иут1ыпщыжащ.
Абу Мууейхибэ, Музэйнэ къыщыхъуат.
Фэдалэ, Шамым щепсыхат.
Рафигь, ар Сэгьид бин Аль-Гьас и пщыл1у щытащ, иужьк1э щ1эину и бынхэм къыхуэнащ, ахэм щыщ зыгуэрхэм яут1ыпщыжат, адрейхэм пщыл1у къагъанэт. Абы щыгъуэ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, идеж къэк1уащ дэ1эпыкъуэгъу лъыхъуэу. Ит1анэ саугъэту бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, иратащ. Абы жи1эу щытащ: «Сэ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и мэулэу сыщытащ».
Мидгьэм, ф1ыц1эт, ар Рифагьэ бин Зейд Аль-Джузамий саугъэту къыритат, Хьисма щ1ым къыщыхъуат, Уади Аль-Къурам щаук1ащ.
Киркирэ, ар бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, гъуэгум ирихьэжьэ хьэпшыпхэм к1элъыплът.
Зейд, Хилал бин Ясар бин Зейд и адэжь.
Гьубейд.
Т1эхман, е Кэйсан, е Михран, е Зэкэуан, е Мэруан.
Мэ1бур Аль-Къибт1ий, мукъэукъэсым саугъэту къыритауэ щытащ.
Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и шыхэмрэ и 1эщэхэмрэ
Япэрейуэ и1а шым Ас-Сэкб зэреджэтэр, ар къищэхуауэ щытащ бедуиным идеж 1укъие пщ1ык1э. Езы бедуиным Дырс ц1эрат ф1ищар шым, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, Сэкб ф1ищыжащ. Абым и нат1эмрэ и ф1алъэ лъэкъуищымрэ хужьхэт ипэ ижь лъакъуэм мыхъу, аращ япэрейуэ зауэм зэрыхэта шыр.
И1ащ Сэбхьэ и ц1эу шы, абым тесу къызэдэжэм хэтащ, тек1уэри иригуф1ащ.
Аль-Муртэджэз, ар къыщищэхуат Хъузеймэ бин Сабит зи щыхьэт хъуа бедуиным идеж, бедуиныр Бану Муррэ щыщт.
Сэхл бин Сэгьд Ас-Сагьидий жи1ащ: «Сэ зэрысщ1эмк1э, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, щы шыуэ и1ащ: Лизаз, Аз-Зэрб, Аль-Лухьейф.
Лизаз шыр: аль-мукъэукъэсым саугъэт къыхуищ1ат.
Аль-Лухьейф шыр: Рэбигьэ бин Абу Аль-Бэра1 саугъэт къыхуищ1ащ, ит1анэ абым иритащ Бэну Килаб закату къата махъшэхэм щыщ.
Аз-Зэрб шыр: Фэруэ бин Гьэмр Аль-Джэзамий саугъэт къыхуищ1ауэ щытащ»[44].
И1ащ шы Аль-Уэрд иц1эу, ар Тэмим Ад-Дарий саугъэту къыритат, Умэр иритажауэ щытащ. Ит1анэ Умэр Алыхьым и ц1эк1э сэдэкъэуэ ар итащ. Иужьк1э а шыр ящэжу хуэзэжащ.
Шыд и1ащ Ад-Дульдуль[45], зек1уэ щежьэк1э тет1ысхьэт.
Ар псэуащ бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыныр, дунейм ехыжа иужьк1э жьы хъуауэ, и дзэхэри 1ухуауэ. Гуэдз хуахьэжт, л1ащ Янбугь[46] идеж.
И шыд Гьуфейр л1ащ Хьиджэ Аль-Уэдагь уахътэм.
Къашу махъшэ тощ1 и1ащ Аль-Гъабэ щ1ып1эм идеж, жэщ къэс фэндышхуит1 шэуэ къыхурагъэхьт.
Нэхъыбэу къызщ1эк1хэр яхэтащ: Аль-Хьэна1, Ас-Сэмра1, Аль-Гьурейэс, Ас-Сэгьдийэ, Аль-Бэгъум, Аль-Юсейрэ, Ар-Райя.
Бурдэ и ц1эу и1ащ къаш махъшэ, ар Ад-Дэхьак бин Суфьян саугъэт къыхуищ1ат, абым къыщ1эк1ыр махъшэ куэд къызщ1эк1ит1ым хуэдизт.
Мухрэ иц1эуи и1ащ Сагьд бин Гьубадэ къыхуригъэшауэ Бану Гэкъилрэ Аш-Шэкъра1рэ я махъшэм щыщ.
Аль-Гьэдба1 иц1эу махъшэ и1ащ, ар Абу Бэкр къищэхуауэ щытащ Бану Аль-Хьэриш я былымым щыщу иджыри зы щ1ыгъуу динар щийк1э. Ит1анэ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, щипл1к1э ар къищэхужащ.
Абым тесу хиджрэ ищ1ащ, Мэдинэм къыщысам илъэсипл1 и ныбжьт, арат Аль-Къэсуа1, Аль-Джэдгьа1 зи ц1эу щытар. Къыщытежахэм муслъымэнхэм ягу щ1ыхьауэ щытащ[47].
- Тыгъэхэри[48] и1ащ:
Мэлибл: Гьэджэзэ, Зэмзэм, Сукъя, Бэрэкэ, Уэрсэ, 1эт1лал, 1эт1раф.
Мэлу щэ и1ащ.
Абым бжыуэ щы и1ащ, Бану Къэйнукъагъ я 1эщэм щыщу къы1эщ1эхьат, шабзэу щы и1ащ: зым и ц1эр Ар-Рэухьа1, адрейм Шэухьэт1, адрейр гъуэжьт Ас-Сэфра1 жыра1эт.
Мэ1у и1ащ мэлым и щхьэ тещ1ыхьауэ, ар занщ1эу игу ирихьатэкъым, нэху къыщек1ам Алыхьым ар трихыжауэ къилъэгъуащ.
И къамэр Зу Аль-Фэкъар Бэдр зауэм къазэуа мылъкум щыщу къылъысащ, аращ 1ухьуд зауэм теухуа пщ1ыхьэп1эм хэту илъэгъуар, Мунэбих бин Аль-Хьэджадж ейуэ щытащ.
Бану Къэйнукъагь я 1эщэм щыщу къамищ къылъысат: зыр Къулэгьи[49], адрейм Бэтар и ц1эт, адрейм Аль-Хьэниф ц1эр зэрихьэт.
И1ащ ит1анэ Аль-Михдэмрэ Рэсубрэ ц1эхэр зи1а къамэхэр, ахэр Фулс зи ц1эу Т1эй1 лъэпкъыр зыхуэпщыл1у щыта фэеплъым ф1элъахэщ.
Анас, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и и къамэр зэрилъхьэм ищ1агъыр дыжьынк1ж къэщ1ыхьат, къамэм и 1эпщэри дыжьынт, абым яку дэтыр дыжьынк1э къэухъуреихьат.
1эщэм щыщу Бану Къэйнукъагьым яйуэ къылъысащ афэ джанэу т1у: зым Ас-Сугьдие жыра1эт, адрейм Фиддэ ц1эр зэрихьэт.
Мухьэмэд бин Сэлэмэ жи1эжауэ къа1уэтэжащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, 1ухьуд махуэм щыгъыу слъэгъуащ афэ джанит1: Зат Аль-Фудуль афэ джанэмрэ Фиддэ афэ джанэмрэ, ик1и слъэгъуащ Хъейбэр махуэм абы щыгъыу афэ джанит1: Зат Аль-Фудульрэ Ас-Сугьдиерэ».
И ц1эр: Гьэбдуллах бин Абу Къухьафэ.
Абу Къухьафэ иц1эр: Уэсмэн бин Гьамир бин Гьэмр бин Кэгьб бин Сэгьд бин Тейим бин Муррэ бин Кэгьб бин Лу1эй бин Гъалиб Ат-Теймий Аль-Къурэший.
Бегъымбарымрэ, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, езымрэ Муррэ бин Кэгьб къытек1ахэщ.
И анэр: 1умм Хъейр Сэльмэ бинт Сэхър бин Гьамир бин Кэгьб бин Сэгьд бин Тейим бин Муррэ.
Илъэс хыщ1рэ щырэ псэуащ, бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, зэрыпсэуам хуэдиз.
1умэтым щыщу япэрейуэ диныр къищтащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, иужь псом нэхърэ нэхъыф1щ.
Илъэсит1рэ ныкъуэрэ хъэлифэу щытащ.
Зыгуэрхэм жа1ащ: «Илъэсит1рэ мазипл1рэ хъуным жэщипщ1 иримыкъуауэ».
Зыгуэрхэм жа1ащ: «Илъэсит1».
Зыгуэрхэм жа1ащ: «Мазэ тощ1».
Бынхэу и1ахэр:
Гьэбдуллах, пасэу диныр къищтащ, сэхьабэу щытащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, Абу Бэкр игъусэу бгъуэнщ1агъым щыщ1эсхэм ядеж щ1ыхьэу щытащ, Ат1-Т1а1иф махуэм шабзэ къытехуащ, и адэр хъэлифэу щытетым дунейм ехыжащ[50].
1эсма1 зат ан-Нит1акъейн[51], ар Аз-Зубейр бин Аль-Гьэууам и щхьэгъусэу щытащ, Мэдинэм хиджрэ щищ1ам Гьэбдуллах бин Аз-Зубейр и ныбэм илът, аращ япэрей сабийуэ Ислам диным хэту хиджрэм иужь къэхъуар.
Абым и анэр: Къутейлэ бинт Гьэбдульгьузза, Бану Гьамир бин Лу1ей щыщт, диныр къищтакъым.
Гьа1ишэ Ас-Сыдикъэ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и щхьэгъусэр.
И адэмк1и, и анэмк1и и дэлъху Гьэбдурэхьман бин Абу Бэкр, Бэдр зауэм мушрикхэм яхэтащ, иужьк1э диныр къищьащ.
Абым и анэр 1умм Руман бинт Гьамир бин Гьууеймир бин Гьэбдушэмс бин Гьэттаб бин 1узейнэ бин Субейгь бин Духман бин Аль-Хьарис бин Гъэнэм бин Малик бин Кинанэ. Диныр къищтэри хиджрэ ищ1ащ, бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, псэууэ езыр дунейм ехыжащ.
Абу Гьэтикъ Мухьэммэд бин Гьэбдурэхьман, бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, псэууэ къэхъуащ.
Абыхэм нэгъуэщ1 пл1ы тщ1экъым бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и сэхьабэхэу щытауэ зыр зым и быныжу[52].
Мухьэммэд бин Абу Бэкр, Хьиджэ аль-Уэдагьым и илъэсым къэхъуащ, Мысырым яук1ащ, и кхъэри абым щы1эщ. Абым и анэр 1эсма1 бинт Гьумейс Аль-Хъэсгьэмийэ.
1умм Кульсум бинт Абу Бэкр, Абу Бэкр, Алыхьыр арэзы хуэхъу, дунейм ехыжа иужь къэхъуащ, и анэр Хьэбибэ (зыгуэрхэм жа1ащ и ц1эу щытар Фахъитэ) бинт Хъариджэ бин Зейд бин Абу Зухейр Аль-Ансарий. Ар Т1элхьэ бин Гьубейдуллах и щхьэгъусэ хъуащ.
Щ1алищрэ хъыджэбзищрэ и1ащ, псори сэхьабэхэщ 1умм Кульсумрэ Мухьэммэдрэ ф1эк1, бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, псэууэ къэхъуахэщ.
Абу Бэкр, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, дунейм ехыжащ Джумада аль-1ахъир мазэр къиухыну жэщищ и1эжу хиджрэк1э пщык1ущ илъэсым.
бин Нуфейль бин Гьэбдульгьуззэ бин Рияхь бин Гьэбдуллах бин Къурт1 бин Рэзахь бин Гьэдий бин Кэгьб бин Лу1ей бин Гъалиб.
Бегъымбарымрэ, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, езымрэ Кэгьб бин Лу1ей къытек1ащ.
И анэр Хьэнтэмэ бинт Хашим (зыгуэрхэм жа1ащ и ц1эу щытар Хишам) бин Аль-Мугъирэ бин Гьэбдуллах бин Умэр бин Мэхъзум.
Мэккэм диныр къищтащ[53], зауэ псоми хэтащ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, щ1ыгъуу.
И бынхэр:
Абу Гьэбдурэхьман: Гьэбдуллах, пасэу диныр къищтащ, и къуэшым щ1ыгъуу хиджрэ ищ1ащ, сэхьабэхэм я нэхъыф1 дыдэхэм щыщ.
Хьэфсэ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и щхьэгъусэр, и анэр Зейнэб бинт Мэзгьун.
Гьасым бин Умэр, бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, псэууэ къэхъуащ, и анэр 1умм Гьасым Джэмилэ бинт Сабит бин Абу 1экълэхь.
Зейд Аль-1экбэр бин Умэр, ит1анэ Рукъейэ, а т1ум я анэр 1умм Кульсум бинт Алий бин Абу Т1алиб.
Зейд Аль-1эсгъэр, ит1анэ Гьубейдуллах, Умэр и къуит1, я анэр 1умм Кульсум бинт Джэруэль Аль-Хъузагьийэ[54].
Гьэбдурэхьман Аль-1экбэр бин Умэр.
Гьэбдурэхьман Аль-1эусэт1 бин Умэр, ар Абу Шэхьмэ, аркъэ ефэным щхьэк1э тезыр зытралъхьауэ щытаращ.
И анэр пщыл1хэм щыщт, и ц1эр Лэхийэ.
Гьэбдурэхьман Аль-1эсгъэр бин Умэр, и анэр пщыл1хэм щыщт, и ц1эр Фукейхэ.
Гьияд бин Умэр, и анэр Гьатикэ бинт Зейд бин Гьэмр бин Нуфейль.
Гьэбдуллах Аль-1эсгъэр бин Умэр, и анэр Сэгьидэ бинт Рафигь Аль-Ансарийэ, Бану Гьэмр бин Гьэуф щыщт.
Фат1имэ бинт Умэр, и анэр 1умм Хьэким бинт Аль-Хьарис бин Хишам.
1умм Аль-Уэлид бинт Умэр, абым шэч хэлъщ[55].
Зейнэб бинт Умэр, Гьэбдурэхьман Аль-1эсгъэр бин Умэр и шыпхъут.
Илъэсипщ1рэ ныкъуэрэ хъэлифэу тетащ.
Зу аль-хиджэм и к1эм хиджрэк1э илъэс т1ощ1рэ щым яук1ащ[56], и ныбжьыр илъэс хыщ1рэ щырэ хъут, бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, зэрыхъуу щытам хуэдиз. И ныбжьым ауэ шэч къытрахьэ.
бин Абу Гьас бин 1умейэ бин Гьэбдушэмс бин Гьэбдумэнаф.
Бегъымбарымрэ, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, езымрэ Гьэбдумэнаф къытек1ахэщ, ар я адэжь етхуанэт.
И анэр 1эруа бинт Курейз бин Рэбигьэ бин Хьэбиб бин Гьэбдушэмс бин Гьэбдумэнаф, абым и анэжыр 1умм Хьэким Аль-Бейда1 бинт Гьэбдульмут1элиб.
Диныр пасэу къищтащ, хиджрит1 ищ1ащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и пхъуит1 къишауэ щытащ[57].
Хъэлифэу илъэс пщык1ут1 махуипщ1 иримыкъуу щытащ. Зыгуэрхэм жа1ащ: «Махуэ пщык1ут1 иримыкъуу».
Зу аль-хиджэ мазэм и махуэ пщык1уим яук1ащ ичынды уахътэм, а махуэм нэщ1 и1ыгът. Ар къыщыхъуар хиджрэмк1э илъэс щыщ1рэ тхум, езым илъэс ищ1рэ т1урэ и ныбжьт[58].
Абы и бынхэр:
Гьэбдуллах Аль-1экбэр, и анэр Рукъейэ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и пхъур. Дунейм ехыжащ ар илъэсих и ныбжь хъуауэ, бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и кхъэм ехащ.
Гьэбдуллах Аль-1эсгъэр, и анэр Фахъитэ бинт Гъэзэуан, Гьутбэ и шыпхъу.
Умэр, Хъалид, 1эбан, Мэрьям, я анэр 1умм Гьэмр бинт Джундуб бин Гьэмр бин Хьумэмэ Аль-1эздым ящыщ, Дэусым къахэк1а.
Аль-Уэлид, Сэгьид, 1умм Уэсмэн, я анэр Фат1имэ бинт Аль-Уэлид бин Гьэбдушэмс бин Аль-Мугъирэ бин Гьэбдуллах бин Умэр бин Мэхъзум.
Гьэбдульмэлик, бын и1акъым, л1ы хъуауэ дунейм ехыжащ, и анэр 1умм Аль-Бэнин бинт Гьуейнэ бин Хьисн бин Хьузейфэ бин Зейд.
Гьа1ишэ, 1умм 1эбан, 1умм Гьэмр, я анэр Рэмлэ бинт Шейбэ бин Рэбигьэ.
1умм Хъалид, 1эруа, 1умм 1эбан Ас-Сугъра, я анэр На1илэ бинт Аль-Фэрафисэ бин Аль-1эхьуэс бин Гьэмр бин Сэгьлэбэ бин Аль-Хьарис бин Хьисн бин Дэмдэм бин Гьэдий бин Джэнаб, Кэлб бин Уэбэрэ щыщт.
бин Гьэбдулмут1элиб, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и адэкъуэшым и къуэ[59].
И анэр Фат1имэ бинт 1эсэд бин Хашим бин Гьэбдумэнаф. Ар япэрей хашимийэт хашимий къэзылъхуауэ, диныр къищтэри хиджрэ Мэдинэм ищ1ащ, бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, псэууэ дунейм ехыжащ.
Къишащ Фат1имэ Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и пхъур, абым къыхуэхъуащ Аль-Хьэсэнрэ Аль-Хьусейнрэ, Мухьэссин ц1ык1уу дунейм ехыжащ.
Абы и бынхэр:
Мухьэммэд бин Аль-Хьэнэфийэ, абы и анэр Хъэулэ бинт Джэгьфэр, Бану Хьэнифэ щыщт.
Умэр бин Алий, абы и шыпхъу Рукъейэ Аль-Кубра, ахэр зэт1олъхуэныкъуэт, я анэр тэгълэбийэт.
Аль-Гьэббас Аль-1экбэр бин Алий, Ас-Сэкъа1 жыра1эт абы, Аль-Хьусейн щ1ыгъуу яук1ащ[60].
Я анэк1и, я адэк1и зыуэ Уэсмэн, Джэгьфэр, Гьэбдуллах Алий и къуэхэр, ахэм я анэр килябийэт.
Гьубейдуллах, Абу Бэкр Алий и къуэхэр, зыри къащ1энакъым, я анэр Лейла бинт Мэсгьуд Ан-Нэхшэлийэ.
Яхья бин Алий, ц1ык1уу дунейм ехыжащ, и анэр 1эсма1 бинт Гьумейс.
Мухьэммэд бин Алий Аль-1эсгъэр, пщыл1 фызым ейт, бын и1акъым.
1умм Аль-Хэсэнрэ Рэмлэрэ, я анэр 1умм Сэгьид бинт Гьуруэ бин Мэсгьуд Ас-Сэкъэфий.
Зейнэб Ас-Сугъра, 1умм Кульсум Ас-Сугъра, Рукъейэ Ас-Сугъра, 1умм Хани1, 1умм Аль-Кирам, 1умм Джэгьфэр и ц1эр Джуманэ, 1умм Сэлэмэ, Мэймунэ, Хъэдиджэ, Фат1имэ, 1умамэ Алий и пхъухэр, я анэхэр пщыл1 фызхэт[61].
Хъэлифэу щытащ илъэсипл1рэ мазиблрэ махуэ бжыгъэ гуэррэ, а махуэхэм я бжыгъэмк1э зэтек1ыныгъэ щы1эщ[62].
Яук1ащ[63] и ныбжьыр илъэс хыщ1рэ щырэ хъууэ.
Зыгуэрхэм жа1ащ: «Хыщ1рэ тхурэ». Зыгуэрхэм жа1ащ: «Тхущ1рэ ирэ». Зыгуэрхэм жа1ащ: «Тхущ1рэ блырэ[64]».
Аль-Джэмагьэ илъэсым, илъэс пл1ыщ1ым хиджрэк1э[65].
Абу Мухьэммэд Т1элхьэ бин Гьубейдуллах, Алыхьыр арэзы хуэхъу
бин Уэсмэн бин Гьэмр бин Кэгьб бин Сэгьд бин Тейм бин Муррэ бин Кэгьб бин Лу1ей бин Гъалиб.
Бегъымбарымрэ, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, езымрэ Муррэ бин Кэгьб къытек1ахэщ.
И анэр Ас-Сэгьбэ бинт Аль-Хьэдрэмий, Аль-Гьэля1 бин Аль-Хьэдрэмий и шыпхъу. Аль-Хьэдрэмий и ц1эр Гьэбдуллах бин Гьэбад бин 1экбэр бин Гьэуф бин Малик бин Гьууейф бин Хъэзрэдж бин Ийяд бин Ас-Сыдкъ.
И анэм диныр къищтэри дунейм муслъымэну ехыжащ.
Езым пасэу диныр къищтащ, 1ухьуд зауэм щегъэжьауэ зауэ псоми хэтащ.
Бэдр зауэм хэтакъым Шамым сату ищ1эу щы1эти, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, абы и шабзэр хуидзри и 1ыхьэр къыхигъэк1ащ.
Абы и бынхэр:
Мухьэммэд Ас-Сэджад[66], и адэм щ1ыгъуу яук1ащ.
Гьимран, а т1ум я анэр Хьэмнэ бинт Джэхьш.
Муса бин Т1элхьэ, и анэр Хъэулэ бинт Аль-Къэгькъагь бин Мэгьбэд бин Зурарэ.
Егькъуб, Исмагьил, Исхьакъ, я анэр 1умм 1эбан бинт Гьутбэ бин Рэбигьэ.
Зэкэрия, Гьа1ишэ, я анэр 1умм Кульсум бинт Абу Бэкр Ас-Сыддикъ, Алыхьыр псоми арэзы яхуэхъу.
Гьиса, Яхья, я анэр Сугьда бинт Гьэуф Аль-Муррийэ.
1умм Исхьакъ бинт Т1элхьэ, и анэр 1умм Аль-Хьарис бинт Къусамэ бин Хьэнзэлэ Ат1-Т1а1ийэ.
Т1элхьэ и бынхэр пщык1уз мэхъу. Зыгуэрхэм жа1ащ: «Иджыри къуит1: Уэсмэнрэ Салихьрэ», - ауэ ар пэжкъым.
Т1элхьэ яук1ащ Аль-Джэмэл зауэм[67] илъэс щыщ1рэ хым хиджрэк1э, езыр илъэс хыщ1рэ т1урэ хъут.
бин Хъууейлид бин 1эсэд бин Гьэбдульгьуззэ бин Къусей бин Киляб.
Бегъымбарымрэ, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, езымрэ Къусей бин Киляб къытек1ащ, ар я адэжь етхуанэщ.
И анэр Сэфийэ бинт Гьэбдульмут1элиб, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и адэшыпхъу, диныр къищтэри Мэдинэм хиджрэ ищ1ащ.
Хиджрит1ым щы1ащ (Аз-Зубейр).
Къиблит1ым нэмэз яхуищ1ащ.
Япэрейуэ и джатэр ислам диным къизыхащ Алыхь Лъап1эу Лъагэм и гъуэгум тету.
Ар бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и хьэуарий[68].
Абы и бынхэр:
Гьэбдуллах, аращ япэрейуэ хиджрэм иужь ислам диным къэхъуа сабийр.
Аль-Мунзир, Гьуруэ, Гьасым, Аль-Мухаджыр, Хъэдиджэ Аль-Кубра, 1умм Аль-Хьэсэн, Гьа1ишэ, ахэм я анэр 1эсма1 бинт Абу Бэкр Ас-Сыддикъ.
Хъалид, Гьэмр, Хьэбибэ, Сэудэ, Хинд, я анэр 1умм Хъалид бинт Хъалид бин Сэгьид бин Аль-Гьас.
Мусгьэб, Хьэмзэ, Рэмлэ, я анэр Ар-Рэбаб бинт 1унейф Аль Кэлбийэ.
Гьубейдэ, Джэгьфэр, Хьэфса, я анэр Зейнэб бинт Бишр Бану Къейс бин Сэгьлэбэ щыщт.
Зейнэб бинт Зубейр, и анэр 1умм Кульсум бинт Гьукъбэ бин Абу Мугьит1.
Хъэдиджэ Ас-Сугъра, и анэр Аль-Джэлал бинт Къейс Бану 1эсэд бин Хъузеймэ.
И бынхэр хулъхугъэхэри бзылъхугъэхэри зэхэту т1ощ1рэ зырэ мэхъу.
Аль-Джэмэль махуэм яук1ащ щыщ1рэ хырэ илъэсым хиджрэк1э, и ныбжьыр илъэс хыщ1рэ блырэ хъут е хыщ1рэ хырэ хъут.
Алыхьыр арэзы хуэхъу
Абу Уэкъас и ц1эр Малик бин 1ухейб бин Гьэбдумэнаф бин Зухрэ бин Киляб. Бегъымбарымрэ, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, езымрэ Киляб бин Муррэ къытек1ахэщ.
И анэр Хьэмнэ бинт Суфян бин 1умейэ бин Гьэбдушэмс бин Гьэбдумэнаф.
Пасэу диныр къищтащ.
Жи1эу щытащ: «Слъэгъуащ диным и щанэу сызэрыщытар»[69].
Бэдр зауэми, адрей зауэ псоми хэтащ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, щ1ыгъуу.
Аращ япэрейуэ Алыхьым и гъуэгум тету шабзэ зыдзар. Ар къыщыхъуар Абу Суфьян зыхэт дзэм щыхуэзахэращ Сэдр Рабигъ[70] щ1ып1эм япэрей илъэс бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, Мэдинэм къыщык1уаращ[71].
Абы и бынхэр:
Мухьэммэд, ар Аль-Хьэджадж иук1ащ.
Умэр, ар Аль-Мухътар бин Абу Гьубейд иук1ащ.
Гьамир, Мусгьэб, ахэм хьэдис къа1уэтэжащ.
Гьумейр, Салихь, Гьа1ишэ Сэгьд и бынхэр.
Дунейм ехыжащ и унэм милэ пщ1ык1э Мэдиным пы1удза Аль-Гьэкъикъ щ1ып1эм.
Ц1ыхухъухэм Мэдинэм яхьащ. Ар къыщыхъуар илъэс тхущ1рэ тхум хиджрэк1э, езым и ныбжьыр илъэс блыщ1ым щ1игъут, аращ пщ1ы жэнэтк1э ягъэгуф1ахэм ящыщу иужьрейуэ дунейм ехыжар.
бин Нуфейль бин Гьэбдульгьуззэ бин Рэбахь бин Гьэбдуллах бин Къурт1 бин Рэзахь бин Гьэдий бин Кэгьб бин Лу1ей бин Гъалиб.
Бегъымбарымрэ, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, езымрэ Кэгьб бин Лу1ей къытек1ахэщ.
И анэр Фат1имэ бинт Бэгьджэ бин 1умейэ бин Хъууейлид, Бану Мулихь щыщт, Хъузагьэм къахэк1ат.
Ар Умэр бин Аль-Хъэт1аб и адэкъуэшым и къуэт, абы и шыпхъу 1умм Джэмил бинт Хъэт1аб къишат.
Пасэу диныр къищтащ, ауэ Бэдр зауэм хэтакъым.
Абы и бынхэр:
Гьэбдуллах, ар усак1уэу щытащ.
Аз-Зубейр бин Бэкар жи1ащ: «И бынхэр мащ1эт, Мэдинэм ахэм щыщ зыри дэсакъым».
Сэгьид бин Зейд тхущ1рэ зы илъэсым хиджрэк1э дунейм ехыжащ, и ныбжьыр илъэс блыщ1ым щ1игъуат.
бин Гьэбд бин Аль-Хьарис бин Зухрэ бин Киляб. Бегъымбарымрэ, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, езымрэ Киляб бин Муррэ къытек1ахэщ.
И анэр Аш-Шифа1 (зыгуэрхэм жа1ащ абы и ц1эр Аль-Гьэнкъа1) бинт Гьэуф бин Гьэбдульхьарис бин Зухрэ, мухьэжырхэм[72] ящыщт.
Пасэу диныр къищтащ, Бэдр зауэм хэтащ, нэгъуэщ1 зауэ псоми бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, щ1ыгъуу хэтащ.
Ик1и пэжщ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, абым иужьым иту нэмэз зэрищ1ар Тэбук зауэм щыгъуэ.
Абы и бынхэр:
Салим Аль-1экбэр, ислам диным ипэ дунейм ехыжащ.
1умм Аль-Къасим, джахилием и уахътэм къэхъуащ.
Мухьэммэд, абы и ц1эк1э кунья зэрихьэт, ислам диным къыщыхъуащ.
Ибрахим, Хьумейд, Исмагьил, я анэр 1умм Кульсум бинт Гьукъбэ бин Абу Мугьит1 бин Абу Гьэмр Бин 1умейэ бин Гьэбдушэмс бин Гьэбдумэнаф, хиджрэ зыщ1у псалъэ быдэ зытахэм щыщт.
Абым къытек1а Гьэбдурэхьман и бынхэм псоми хьэдис къа1уэтэжащ.
Гьуруэ бин Гьэбдурэхьман Африкэм щаук1ащ, и анэр Нэхьирэ бинт Хани1 бин Къейсэ бин Мэсгьуд бин Шэгьбан.
Салим Аль-1эсгъэр: Африкэм щаук1ащ, и анэр Сэхлэ бинт Сухейл бин Гьэмр, ар Мухьэммэд бин Абу Хьузейфэ бин Гьутбэ и анэмк1э и къуэшт.
Гьэбдуллах Аль-1экбэр, Африкэм щаук1ащ, и анэр Бану Гьэбдуль1эшхэл щыщт.
Абу Бэкр бин Гьэбдурэхьман, Абу Сэлэмэ Аль-Фэкъих, ар Гьэбдуллах Аль-1эсгъэр, и анэр Тумадыр бинт Аль-1эсбэгъ Аль-Кэлбийэ, ар япэрей кэлбийэт къурэшийм дэк1уар.
Гьэбдурэхьман бин Гьэбдурэхьман.
Мусгьэб бин Гьэбдурэхьман, ар Мэруан бин Аль-Хьэкэм и хъумак1уэ Мэдинэм дэтхэм я нэхъыщхьэт.
[Гьэбдурэхьман бин Гьэуф] Мэдинэм дунейм ехыжащ.
Аль-Бэкъигь кхъэм щ1алъхьэжащ илъэс щыщ1рэ т1ум Уэсмэн бин Гьэффан хъэлифэу щытетам.
Уэсмэн абы жэназы трищ1ыхьащ. И ныбжьыр илъэс блыщ1рэ т1урэ хъут.
бин Хилял бин 1ухейб бин Дэббэ бин Аль-Хьарис бин Фихр бин Малик.
И анэр 1умм Гъунм бинт Джабир бин Гьэбдульгьузза бин Гьамир бин Гьумейрэ бин Уэдигьэ бин Аль-Хьарис бин Фихр.
Зыгуэрхэм жа1ащ: «1умеймэ бинт Гъунм бин Джабир бин Гьэбдульгьуззэ».
Бегъымбарымрэ, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, езымрэ Фихр бин Малик къытек1ахэщ.
Пасэу диныр къищтащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, дар Аль-1эркъэм щ1эмыхьэ щ1ык1э.
Бэдр зауэми, адрей зауэхэми хэтащ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, игъусэу.
1ухьуд зауэм бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и нэк1ум хыхьа тажым и тхьэгъуит1ыр дзэк1э къыщыхитхъыжым и дзэпэф1анит1ыр 1ухуат, и жьэри нэхъ дахэ хъуат. Жа1эу щытащ: «Дзэпэф1анэ 1умытыж ялъэгъуакъым Абу Гьубейдэ нэхърэ нэхъ зэк1уж».
Абы и бынхэр:
Язид, Умэр.
Абу Гьубейдэ и бынхэм щыщ дунейм ехыжащ бын имы1эу.
Гьэмэуас щ1ып1эм щы1а емынэ узым ихьащ [Абу Гьубейдэ] илъэс пщык1уиим хиджрэк1э.
И кхъэр Гъэурбейсан щ1ып1эм Гьэмта жылэм щы1эщ. Дунейм щехыжам илъэс тхущ1рэ ирэ хъут.
Жэназы нэмэзыр Мугьаз бин Джэбэл абы трищ1ыхьащ. Зыгуэрхэм жа1ащ жэназыр Гьэмр бин Гьас трищ1ыхьауэ.
Абу Гьубейдэ и адэр джауру Бэдр зауэм и махуэм иук1ащ. Абым щхьэк1э Алыхь Лъап1эу Лъагэм къыригъэхащ: «Алыхьымрэ Къемэт махуэмрэ зи ф1эщ хъуахэм ц1ыху къахэбгъуэтэнкъым Алыхьымрэ и л1ык1уэмрэ пэувхэр ф1ыуэ ялъагъуу ахэр я адэми, я бынми, я къуэшми, я лъэпкъэгъуми. Абыхэм я гум Алыхьым иритхащ иманыр, Езым и къарук1э я лъэр игъэбыдащ, ик1и псыхъуэхэр щежэх жэнэтым иришэнущ, игъащ1эк1э щыпсэунухэщ абдеж. Алыхьыр абыхэм яхуэарэзыщ, ахэри Алыхьым хуэарэзыщ. Ахэращ Алыхьым и гупыр, Алыхьым и гупыракъэ ехъул1ар». (Аль-Муджадилэ, 22).
Къэзыухащ бегъымбарымрэ, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и сэхьабэхэм щыщ пщ1ымрэ, Алыхьыр ахэми, ахэм як1элъык1уахэми ф1ым тету арэзы яхуэхъу Къемэт махуэр къэсыху, бэрэжьей махуэм джумада аль-1эуэль мазэм и пщ1ым илъэс щиблрэ щыщ1рэ т1ум хиджрэк1э. Алыхьым и сэлятыр ди зиусхьэн Мухьэммэд, абы и унагъуэмрэ, и сэхьабэхэмрэ ялъигъэс, и сэлям куэдри янигъэс.
[1] Сэхьабыр бегъымбар Мухьэммэдым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, псэууэ хуэзэу, ар и ф1эщ хъууэ, муслъымэн диным тету дунейм ехыжаращ.
[2] Еплъ «Сирэ Ибн Исхьакъ» (1 - 2).
[3] Аль-Махьи: тезыгъэк1, тезых.
[4] Аль-Хьашир: зэхуэзышэс.
[5] Аль-Гьакъиб: яужьрей.
[6] Аль-Бухъари (3532), (4896), Муслим (2354).
[7] Аль-Мукъэффи: бегъымбархэм яужьрейуэ къак1уэ.
[8] Муслим (2355).
[9] Аль-Хьэйсэми «Муджмэгь Аз-Зауаид» (8/284).
[10] Аль-Бэкъэрэ, 119.
[11] Ат-Тэубэ, 128
[12] Аль-АнбияI: 107.
[13] Аль-Бухъари (364), Муслим (340).
[14] Ат-Тирмизи (3620).
[15] Палестинэм щы1э Аль-Къудс зиц1э мэжджытыращ.
[16] Хиджрэ: къэгъэзэж имы1эу джаурхэм я къэралым укъыдэк1ыу муслъымэн къэралым у1эпхъуэжынращ.
[17] Мэулэ: яут1ыпщыжа пщыл1.
[18] Чалмак1э зэджэ щхьэм пы1эм хуэдэу трашыхьэ щэк1.
[19] Хьэрыпым я хабзэк1э къуэ нэхъыжьым и ц1эк1э адэм йоджхэр, псалъэм папщ1э жа1эр Абу Ахьмэд , Ахьмэд и адэ къырагъэк1ыу.
[20] Ат1-Т1еиб: ф1ы, дэгъуэ.
[21] Ат1-Т1ахир: къабзэ.
[22] Алыхьым щихъумащ и бегъымбарыр апхуэдэ ц1э и быным ф1ищыну, сыту жып1эмэ ар мушрикхэр тхьэ пц1ыуэ зыхуэпщыл1хэм щыщ зым и ц1эт. Ик1и а къуищым нэгъуэщ1 и1акъым.
[23] Хьэж ц1ык1ук1э зэджэр аращ.
[24] Алыхьым гъусэ хуэзыщ1хэу хуэпщыл1хэращ.
[25] Кэгьбэращ зи гугъу ищ1ыр.
[26] Аль-Бухъари (1778), Муслим (1253).
[27] Яужьрейуэ муслъымэнхэм яхэк1ыжын ипэк1э ищ1ар аращи апхуэдэ ц1э зэрехьэ.
[28] Муслим (1297).
[29] Эфиопием и пщыуэ тетхэм арат зэреджэр.
[30] Зэчатыращ зи гугъу ищ1ыр.
[31] Зэхэхьэхэм псалъэр зырату ц1ыхухэр зэдэ1у.
[32] Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и лъэпкъым и ц1эр аращ.
[33] Муслъымэнхэм я унэфэщ1.
[34] Хиджрэ зыщ1а ц1ыхум аращ зэреджэр.
[35] Ибн Сэгьд (8/84), Аль-Хьаким (4/15).
[36] Африкэр къыщызэ1уаха илъэсращ зи гугъу ищ1ыр.
[37] Нысэм и лъэныкъуэк1э къик1а ц1ыхухъу.
[38] Аль-Бухъари (7420).
[39] Бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыныр, псэуху и щхьэгъусэхэм щыщу абымрэ Хъэдиджэрэ дунейм ехыжар.
[40] И дзэращ зыук1ауэ къыригъэк1ар.
[41] Мэулэ: яут1ыпщыжа пщыл1.
[42] Мэккэмрэ Йеменымрэ якум дэлъ щ1ып1э.
[43] Ар и ц1эт.
[44] «Ат1-Т1эбэкъат» (1/488).
[45] Шыдрэ шырэ къатек1а псэущхьэщ.
[46] Мэдинэм пэмыжыжьэ хы 1уфэм 1ут къалэ.
[47] Къызэдэжэхэм ипэк1э къытеж щы1акъым.
[48] Ар зи шэри, цыри, къилъхури тыгъэ зыгуэрым хуащ1аращ.
[49] Аль-Къэлэгьэ щ1ып1эм щыщт.
[50] Хиджрэмк1э 11 илъэсым и шэууал мазэм.
[51] Нит1акъыр бзылъхугъэм и щыгъыныр зэрыщ1ипхэ бгырыпхщ, апхуэдэ ц1эр 1эсма1 щыф1ащар и бгырыпхыр т1ууэ зэгуитхъри бегъымбарымрэ, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и гъусэхэмрэ я шхыныр ипхауэ зэрыщытаращ.
[52] Ахэр: Абу Къухьафэ, Абу Бэкр, Гьэбдурэхьман бин Абу Бэкр, Мухьэммэд бин Гьэбдурэхьман.
[53] Бегъымбарыгъэр Алыхьым и л1ык1уэм къызэрыритрэ илъэсих хъуауэ диныр къищтащ, и ныбжьыр илъэс т1ощ1рэ блырэ хъут.
[54] И ц1эр Мэликэ.
[55] Шэч къытрахьэ ар и пхъухэм щыщ гуэрым и куньеу щытарэ, и пхъухэм щыщ зым и ц1эу щытарэ.
[56] Зыук1ар Абу Лю1лю1э Фейруз Аль-Мэджусий, Мугъирэ бин Шугьбэ и пщыл1хэм щыщ. Нэмэзыр иригъэжьа къудейуэ и къамэ к1эщ1 щхъуэ зык1эрылъыр хи1уащ. Ар зэрыхи1урэ махуищ хуэдиз щыдэк1ам дунейм ехыжащ.
[57] Япэрейр Рукъейэ, ар бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, Алыхьым л1ык1уэ имыщ1ауэ иджыри къишащ, Бэдрым и махуэхэм л1ащ. Иужьк1э бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, къыригъэшащ 1умм Кульсум. Абым щхьэк1э Зу Нурейнк1э йоджэхэр.
[58] Абы и ук1ыгъэр гуауэшхуэт. Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, хъыбар иригъэщ1ауэ щытащ Уэсмэн зэраук1ынур. Аль-Бухъари къи1уэтэжащ мыпхуэдэу (3674): «Жэнэтк1э гъэгуф1э ар бэлыхь къытехуэным къыхэк1ыу». Нэгъуэщ1 хьэдисми мыпхуэдэу къок1уэ: «Уэ Уэсмэн, Алыхьым къыпщит1эгъэнущи джанэ, ар щыуагъэхыну уи ужьым къихьэхэмэ яхущомых». Ат-Тирмизи (3705), хьэдисыр сэхьихьщ.
Къаухъуреихьри унафэр къигъэнэну хагъэзыхьыну пылъащ, ауэ яхуидакъым, яук1ыну къэк1уахэми 1эщэ къахуи1этакъым, нэгъуэщ1 зыми хуидакъым ахэм язэуэну. Яук1ащ Къур1эныр и1ыгъыу.
Ибн Кэсир и «Тэфсир»-ым (1/188) къи1уэтэжащ, Нафигь бин Абу Нэгьим жи1эжауэ, Уэсмэн щаук1ам Къур1эныр и1ыгът, и лъы тк1уэпсри техуащ мы Алыхьым и псалъэхэм: «Абыхэм Алыхьыр яхурикъунщ, Аращ Зэхэзыхыр, Зыщ1эр». (Бэкъэрэ, 137).
[59] Щ1эныгъэл1хэм щыщ куэдым жа1ащ Абу Т1алиб и ц1эр Гьэбдумэнаф. Ар бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, щабэу хущыту, къыщхьэщыжу щытащ. Бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, ф1ыуэ илъагъут абы, ауэ диныр къимыщтэу дунейм ехыжащ.
[60] Аль-Хьусейн щаук1ащ Кэрбэла1 щ1ып1эм и къуэшхэу Аль-Гьэббас, Джэгьфэр, Гьэбдуллах, Гьубейдуллах, Абу Бэкр, Алыхьыр ахэм арэзы яхуэхъу, щ1ыгъуу.
[61] Алий, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, бын куэд и1ащ. Щыл1эм щхьэгъусипл1рэ пщыл1 фызхэу пщык1убгъурэ къигъэнащ.
[62] Тэмэмыр ар илъэсипл1рэ мазибгъурэ хъэлифэу зэрыщытаращ. Ибн Кэсир «Аль-Бидайэ уэ Ан-Нихайэ» (7/366).
[63] Зыук1ар Гьэбдурэхьман бин Милджэм Аль-Мурадий, пщэдджыжь нэмэзым к1уэуэ теуэри къамэк1э и щхьэм еуащ.
[64]Тэмэмыр и ныбжьыр илъэс хыщ1рэ щырэ хъууэ зэрыщытар щаук1ам, арат бегъымбарми, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, Абу Бэкри, Умэри я ныбжьу щытар.
[65] Рэмэдан мазэм пщ1ым щ1игъуу жэщ дэк1ауэ мерэм махуэм яук1ащ.
[66] Ас-Сэджад ц1эр ф1ащащ Алыхьым куэду зэрыхуэпщыл1ым къыхэк1ыу.
[67] Ибн Кэсир «Аль-Бидайэ уэ Ан-Нихайэ» (7/261-277).
[68] Хьэуарийр дэ1эпыкъуэгъущ.
[69] Диныр къэзыщта ц1ыхуищым язу щытащ къыригъэк1ыр.
[70] Хы Плъыжьым и 1уфэм 1ут къалэ.
[71] А зауэр япэ дыдэу муслъымэнхэмрэ мушрикхэмрэ яку къэхъуащ, ик1и япэ дыдэу бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, игъэк1уа гупщ. Ахэмрэ мушрикхэмрэ шабзэ зырадзащ, ауэ джатэк1э зэзэуакъым. Япэу шабзэ апщыгъуэм зыдзар Сэгьдщ.
[72] Хиджрэ зыщ1ахэм аращ зэреджэр.