Зэхэтхэм и бжыгъэр: 7
25 / 1 / 1438 , 27/10/2016
Аль-1эрбэгьунэ Ан-Нэуэуийэ: тхылъ ц1эры1уэщ, хьэдис пл1ыщ1рэ т1урэ мэхъу, щ1эныгъэ зэщымыщхэм епхахэщ, хьэдис къэск1э диным и хабзэ мыхьэнэшхуэ зи1э хэтщ, ахърэтым хущ1экъуу хъуам а хьэдисхэр ящ1эн хуейщ, абыхэм мыхьэнэшхуэу я1эм къыхэк1ыу, псапэ зыхэлъ 1уэхуу хъуам я гугъу зэращ1ым къыхэк1ыу.
25 / 10 / 1437 , 31/7/2016
Мыр Ат1-Т1эхьауи итха гьэкъидэщ, абым япэк1э пэжым тетахэмрэ абым яужь къак1уэхэу ахэр зытетым тетахэм я гьэкъидэр игъэунэхуащ. Псалъэ псынщ1эк1э тхащ, гур1уэгъуэщ, гъэк1эщ1ащ, ахлю ас-суннэ уэ аль-джэмагьэр зэгур1уащ абым итымк1э, ауэ щ1ып1э зыбжанэм зэрыщыуар ягъэунэхуащ. Щ1эныгъэл1 куэдым а тхылъым ит гьэкъидэри, зэрытха псалъэхэри, мыхьэнэуэ я1эри гур1уэгъуэ ящ1ыу тхыгъэхэр къыдагъэк1ащ.
28 / 7 / 1438 , 25/4/2017
"Тэджрид ат-тэухьид аль-муфид" тхылъыр щ1эныгъэл1 ц1эры1уэ Ахьмэд бин Алий Аль-Микъризи, Алыхьым гущ1эгъу хуищ1, итхащ. Мы тхылъым тэухьид аль-1улюхиер зэпкъырыхауэ къегъэунэхур, гъуащэу пэжым тек1ахэмрэ абыхэм яхуэдэхэмрэ я пц1ыр зэхегъэщащэр.
27 / 4 / 1438 , 26/1/2017
Люмгьэту аль-игьтикъад. Ибн Къудамэ и тхылъ к1эщ1ым ахлю сунна уа джамагьэм и гьэкъидэм тепсэлъыхьащ. А тхылъым мыхьэнэшхуэу и1эм къыхэк1ыу щ1эныгъэл1хэр куэду тепсэлъыхьащ, щ1аджык1ащ, нэхъ гур1уэгъуэ зыщ1ын тхылъхэр ятхащ.
Бегъымбарыр къызхэк1ар, къызэрыхъуар, зэрап1ар, уэхьий къыхуехыну зэрыщ1идзар, и хиджрэр, дунейм зэрехыжар. Абым и унагъуэр, зауэу зыхэтахэр, хьэжрэ гьумрэрэ ищ1ахэр. Абым и теплъэр, и щэныр, телъыджагъэу ищ1ахэр. И сэхаб пщ1ыр къызхэк1ахэр, я бынхэр, диныр къызэращтар к1эщ1у
27 / 5 / 1438 , 24/2/2017
Тухьфэту аль-Мулюк тхылъыр итхащ Зейнудин Мухьэммэд бин Абу Бэкр бин Гьэбдулькъадир Ар-Разий (666 гъэм иужь дунейм ехыжащ). Мыр хьэнэфи мэзхэбым и фикъхьым щыщ тхылъхэм щыщщ. Щ1эныгъэ зэзыгъэгъуэтхэр хуэпащ1эу щ1аджык1ыу ик1и езбыру зырагъащ1эу щытащ къыщыдэк1а уахътэм. Апхуэдэу щ1ыщытар мы тхылъым мэзхэбым и щ1эныгъэл1хэм мыхьэнэшхуэ ирату зэрыщытаращ. Езыр тхылъ гъэк1эщ1ауэ щытми, муслъымэныр махуэ къэс зыхуей фикъх 1уэхухэр зэрыщыту щызэхуэхьэсащ абым.