معلومات المواد باللغة العربية

Рэмэдан Цей - Видео

Зэхэтхэм и бжыгъэр: 63

  • Адыгэбзэ

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Къэдыр жэщыр Рэмэдан мазэм и иужьрей жэщипщ1ым щыщ. Алыхьым абым и гугъу ищ1ащ и тхылъ лъап1эм, абым и ц1эр Къур1эным и сурэм ф1эщащ. А жэщым Алыхьым ухуэл1ыщ1эныр 1уэхушхуэщ, жэщ миным нэхърэ нэхъыф1щ. Сыт хуэдэ жэщра къэдыр жэщыр? Ар Рэмэданым и иужьрей жэщипщ1ым хэтщ, зэпэмыбж жэщхэм нэхъ уежьэну щытщ. А жэщым духьэм уасэшхуэ и1эщ.

  • Адыгэбзэ

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Щхьэж езыр зыщ1ыреупщ1эж: «Дауэрэ си хьэщ1э лъап1э Рэмэдан мазэм сыпегъуэк1а? Алыхьым шыкур хуэсщ1а Рэмэдан мазэр къэсыху сызэригъэпсэуам щхьэк1э? Зысхъуэжа нэщ1 с1ыгъам иужь? Нэщ1ыр шхынрэ ефэнрэ къэбгъэнэн закъуэра? Мыхъунхэмрэ гуэныхьхэмрэ къэзгъэна? Нэмэзхэр сщ1а? Нэмэзхэр и уахътэм сщ1а? Нэмэзхэр жэмэхьэтым сыхэту сщ1а? Сэрашх закъуэра сызпылъыр пщэдджыжь нэмэзыр сщыгъупщауэ? Нэмэз зымыщ1хэмрэ нэщ1 зымы1ыгъхэмрэ я хьэлыр си хьэлым къыщхьэщык1рэ? Дапщэ Къур1эным щыщу сызэджэр? Нэщ1 мазэм Къур1эным зэрыщыту сик1а? Къур1эн еджэк1э сытым щхьэк1э зэзмыгъащ1эрэ? Тэрауихь нэмэзхэр сщ1ырэ? Нэщ1 зы1ыгъхэр хэзгъэщхьэжрэ? Рэмэданым сэдэкъэ сытрэ? Умрэ Рэмэданым сщ1ыным сегупсыса? Игьтикаф сщ1а? Зэкат Аль-Фит1р ста? Нэщ1ым епха хьукмхэр зэзгъэщ1а? Хъуным къыхуезджэу 1ейм пэжыжьэ сщ1ырэ? Диным щыщу зэзгъэщ1ахэр нэгъуэщ1хэм язгъащ1эрэ? Дауэрэ езгъэжьэжрэ си хьэщ1э лъап1э Рэмэдан мазэр?» Мы упщ1эхэм пэжу жэуап езытым зищ1эжынущ и 1уэхур зытетыр.

  • Адыгэбзэ

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    "Хьэл дахэм ц1ыхухэм я нэм укъыдре1этей, сыту жып1эмэ ахэм уазэрыдызек1уэращ ялъагъур, уи уаджибхэр (нэмэзыр, нэщ1ыр) уэрэ Алыхьымрэщ зи яку дэлъыр, уи щхьэм ф1ы хуэпщ1эжу аращ абык1э. Ауэ сыт ц1ыхухэм яптри ахэм яхуэпщ1эри? Хьадис лъап1эм же1эр бегъымбарыр, гьэлейхи сэлям, хьэл щы1эм я нэхъыф1ыр нэгъэсауэ къигъэлъэгъуэну къызэрык1уар: «Сэ сыкъигъэк1уащ хьэлым и нэхъыф1ыр нэгъэса сщ1ыну». Алыхьым жи1ащ и бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, папщ1э: «Уэ хьэлым и нэхъыф1ыр пхэлъщ». Фэрыщ1ын, пц1ы, пэж."

  • Адыгэбзэ

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    "Мысылмэн къэс и щ1эныгъэр зэрыхигъэхъуэным, и уахътэм фейдэ къызэрыхихыным пылъын хуейщ. Щ1эныгъэр зэзгъэгъуэтар абдежым къэувы1э хъунукъым, и щ1эныгъэр ц1ыхухэм янигъэсын хуейщ, и щ1эныгъэм щыщу зэкат итын хуейщ, сыту жып1эмэ, ар нэгъуэщ1 ц1ыхухэм хуэдэкъым. Щ1эныгъэ зи1эр дахэу, щабэу ц1ыхухэм ядызек1уэн хуейщ."

  • Адыгэбзэ

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    "Рэмэданым ят сэдэкъэм и псапэр нэхъыбэщ. Рэмэданым ят зэкатыр. Ниетыр къабзэу Алыхьым папщ1э щытыну сэдэкъэри нэгъуэщ1 1уэхуф1хэри щыпщ1эк1э. Мэлэ1ичхэр щ1олъэ1у сэдэкъэ зытым. Ц1ыхухэр пл1ыуэ гуэшащ: ахъшэрэ щ1эныгъэрэ зи1эр, щ1эныгъэ и1эу ахъшэ зимы1эр, ахъшэ зи1эу щ1эныгъэ зимы1эр, ахъши щ1эныгъи зимы1эр."

  • Адыгэбзэ

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Игьтикафым къик1ыр. Рэмэдан нэщ1 мазэм игьтикаф пщ1ыным и ф1ыгъуэр.Игьтикаф щыпщ1к1э гьибадэ нэхъыбэу пщ1ыну. Игьтикафым и хьукм. Сытым щыгъуэ мэсджытым укъыщ1эк1 хъуну игьтикаф щыпщ1к1э? Унэм игтикаф щыпщ1ыным и хьукм. Нэщ1 мазэм и иужьрей махуипщ1ым игьтикаф пщ1ыным ухущ1экъуныр бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, щапхъэ тепхыу.

  • Адыгэбзэ

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Къэдыр жэщымрэ иужьрей жэщипщ1ымрэ. Нэхъыбэу 1эхуф1хэр пщ1эну Рэмэдан мазэм и иужьрей махуипщ1ым: игьтикаф, жэщым нэмэз пщ1ыну, Къур1эн уеджэну, Алыхьым зикр хуэпщ1ыну, сэдэкъэ, ф1ым укъыхуеджэну, 1ейм пэжыжьэ пщ1ыну...

  • Адыгэбзэ

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    "Рэмэдан мазэм умрэ щ1ыныр. Умрэм къик1ыр, Рэмэдан мазэм и умрэм и ф1ыгъуэхэр, умрэр къытебгъэзэнымрэ тхьэмыщк1эу 1ыхьлыхэм яхэтхэм удэ1эпыкъунымрэ, умрэм и хьукмыр."

  • Адыгэбзэ

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    "Бэдр зауэр Бэдр зауэр къыщ1ежьар... Тек1уэныгъэ лъап1эр Бэдр зауэм Рэмэданым и 17, Рэмэдан мазэмрэ Фэтхь Мэккэмрэ."

  • Адыгэбзэ

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    "Рэмэданыр бэшэчыныгъэм и мазэщ Алыхьым и тхылъым бэшэчыныгъэм куэдрэ тепсэлъыхьащ , абым къегъэлъагъуэр бэшэчыныгъэм мыхьэнэшхуэ зэри1эр мы дунейми ахърэтми. Бэшэчыныгъэм и гуэшык1эр: бэшэчыныгъэ Алыхьым къыптрилъхьахэр щыбгъэзащ1эк1э, бэшэчыныгъэ гуэныхьхэр умыщ1эну, къэда1мрэ къэдэрымрэ къыпхуахьым бэшэчу ухущытыну. Бэшэчыныгъэ уаджибымрэ мустэхьэбымрэ."

  • Адыгэбзэ

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    "Рэмэданыр Алыхьым ущелъэ1у мазэ. Алыхьым елъэ1уныр му1миным и 1эщэщ. Жэуапыр къызэрык1уэныр быдэу уи ф1эщ пщ1ыныр. Алыхьым и пщыл1хэм унафэ яхуищ1ащ елъэ1уну, ик1и жэуап къазэрыритынумк1э хъыбар яригъэщ1ащ. Жэуапым и сэбэпхэр: Алыхьым щытхъук1э зыхуэбгъэзэну, бегъымбарым сэлям епхыну, къытебгъазэурэ уелъэ1уну, гуф1эгъуэмэ гугъуехьми уелъэ1уну, къиблэмк1э зыбгъэзэну, уи 1эхэр п1этыну, л1ыгъэк1э уэуимейуэ къэпщтахэр яптыжыну, уи ерыскъыр хьэлэлым къыхэк1ыну. Жэуапыр къыщык1уэ уахътэхэр: Къэдыр жэщым, жэщым и к1эм, азанымрэ икъамэмрэ яку, уэшх къыщешхк1э, мерэм махуэм, суджудым ущыщы1эк1э, зыгуэрым имыщ1эу ухуелъэ1уну, Гьэрэфэ махуэм, нэщ1 щып1ыгък1э, хэщхьэжыным ипэ, гъуэгу утетмэ, адэ анэм я лъэ1ур, унафэщ1 захуэм и лъэ1ур."

  • Адыгэбзэ

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    "А мазэм Алыхьым Къур1эныр къыригъэхащ, аращи Рэмэдан мазэр Къур1эным и мазэщ, а мазэм уеджэмэ уи псапэр нэхъыбэ мэхъу. Емыджэфым хьэрыпыбзэм и хьэрфхэр зэригъащ1эу Алыхьым и тхылъым еджэным хущ1экъун хуейщ. Зэ нэхъ мыхъуми нэщ1 мазэм Къур1эныр зэрыщыту щ1эбджык1ыну. Имам Малик нэщ1 мазэм и дэрсхэр къигъанэу щытащ Къур1эн еджэным и уахътэр ириту. Аз-Зухри Рэмэданыр къэсамэ жи1эу щытащ: «Ар Къур1эн еджэнымрэ шхын егъэшхынымрэщ»."

  • Адыгэбзэ

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Тэрауихь нэмэыр, к1эщ1ыу тэрауихь нэмэзым папщ1э, дапщэ рэкгьэт ящ1ыр тэрауихьым, нэхъыбэу Къур1эн уеджэну нэмэзым, имамым щ1ыгъуу тэрауихь пщ1ыну, бзылъхугъэмрэ и хьиджабымрэ.

  • Адыгэбзэ

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Нэщ1 мазэм ящ1э щыуэныгъэхэм щыщ: нэщ1 мазэм гьибадэрэ егугъунрэк1э упемыжьэныр, куэдрэ ужеиныр, куэд пшхыныр, ахъшэм нэмэзым ипэ шхэныр ибгъэщыныр, тэрауихь нэмэзыр къэбгъэнэныр, нэщ1 мазэм и жэщхэм умыжейуэ жэщк1э бгъэк1уэныр, жэмэхьэт нэмэзхэр дэбгъэхуну, бэзэрым уахътэр щыбгъэк1уэдыну.

  • Адыгэбзэ

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    "Нэщ1 мазэм пщ1эну мустэхьэбхэр. Мустэхьэб пщ1эхэм уи фарзхэр яхъумэ... Нэщ1 мазэм пщ1эну мустэхьэбхэм щыщ: жьыуэ ухэщхьэжыну, рут1эбк1э ухэщхьэжыну, сэрашхыр бгъэгувэну, Алыхьым куэдрд зикр хуэпщ1ыну, Къур1эн куэдрэ уеджэну, зэ нэхъ мыхъуми Къур1эныр зэрыщыту щ1эбджык1ыну, нэщ1 зы1ыгъ хэбгъэщхьэжыну, сэдэкъэ куэду птыну, тэрауихь нэмэзыр пщ1ыну, игьтикаф..."

  • Адыгэбзэ

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    "Зэпыту ипшыныжрэ е махуэ зэщымыщхэм? Иужьрей нэщ1 мазэр щ1имыдзэу ипшыныжын хуейщ нэщ1 мазэ блэк1ар. Сытым щыгъуэ ипшыныжу кэфарэ итрэ е ипшыныж къудейрэ. Шэрихьэт сэбэп имы1эу нэщ1 мазэм шхам и кэфарэ... Нэщ1 мазэм и махуэм ц1ыхубзым ек1уал1эу и нэщ1ыр зыкъутам мазит1 нэщ1 зэри1ыгъыжынымк1э зэгур1уахэщ, нэгъуэщ1 сэбэп зи1эм ехьэл1ауэ еплъык1эхэр зэрызэщхьэщык1ыр. Фидемрэ ар зытехуэхэмрэ..."

  • Адыгэбзэ

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    "Нэщ1ыр зыкъутэхэр: шхын, ефэн, тутын ефэн, къэжьын, нифас, хьейд. Нэщ1 мазэм пщ1а гуэныхьхэм уи нэщ1ыр якъутэрэ? Пщыгъупщэжу ушхамэ."

  • Адыгэбзэ

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Ра1ян зи ц1э бжэмк1э жэнэтым нэщ1 зы1ыгъахэм ф1эк1а нэгъуэщ1хэр зэримыхьэнур, нэщ1 зы1ыгъыр жэхьэнэмэ маф1эм илъэс блыщ1к1э пэжыжьэ зэрыхъунур, нэщ1 зы1ыгъым и гуэныхьхэр хуэгъэгъуа

  • Адыгэбзэ

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Алыхьым къыхигъэщащ Рэмэзан мазэр адрей мазэхэм, а мазэм и нэщ1ыныр Ислам диным и рукнхэм щыщ ищ1ащ, а мазэм тарауихь нэмэз ящ1, а мазэм Бэдр зауэр щы1ащ, Мэккэри къызэ1уахащ.

  • Адыгэбзэ

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Нэщ1 мазэм дызэрыпежьэн, узэрыхуэгуф1эныр, дугьэуэ пщ1ыныр, расписание зыхуэбгъэувыныр, нэгъуэщ1ыу зызэрыпхуэбгъэхьэзырынхэри, нэщ1 мазэм ехьыл1а ахькамхэр зэбгъэщ1эну