Щ1эныгъэк1э гуэша

معلومات المواد باللغة العربية

Imān (Faith)

Зэхэтхэм и бжыгъэр: 26

  • Адыгэбзэ

    YOUTUBE

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Л1ар щ1элъхьэным епха гъуэщэныгъэхэр. Жэнэзы нэмэзым и хьукмыр. Л1ам и щ1ыхуэхэр тыжыным и1э мыхьэнэшхуэр. Л1ар гъэт1ылъыжыным ухуэп1ащ1эным и унафэр шэрихьэтым. Л1ар ягъэт1ылъыжы иужьк1э абым ехьэл1ауэ шэрихьэтым къак1уэмрэ къэмык1уэмрэ.

  • Адыгэбзэ

    YOUTUBE

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Л1эр и псэм зэреджэр и псэр хэк1ын ипэк1э, абы теухуа аятхэм я мыхьэнэхэр. Псэр зэрыхэк1ым и гугъуехьыр. Псэр хэк1ыным ипэ гугъуехьымрэ ди бегъымбарымрэ, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, 1умэтым и ц1ыху нэхъыф1хэмрэ. Псэр хэк1ыным ипэ гугъуехьыр мысылъмэным и гъэкъэбзэжыным зэрепхар. Псэр хэк1ыным ипэ гугъуехьымрэ псэр зэрыхэк1ымрэ. Псэр хэзых мэлэ1ычым и ц1эр Къур1эным е Суннэм къэк1уауэ щыт?

  • Адыгэбзэ

    YOUTUBE

    Зыми и щхьэ щхьэк1э ф1ым тету дунейм зэрехыжынум и щыхьэт хъуфынукъым. 1ейм тету дунейм зэрехыжынум и сэбэпхэм щыщ: Алыхьым хъыбару къытхуищ1ахэм шэч къытепхьэну, мыхъумыщ1агъэхэм иужьк1э тобэ къомыхьыну, Алыхьым и гущ1эгъуныгъэм ущыгугъыу мыхъумыщ1агъэхэр къомыгъэнэну, ныбжьэгъу мыхъумыщ1эхэр, Алыхьым нэгъуэщ1 зыгуэрым ущыгугъыну, Алыхьым ф1ык1э ущымгугъуну, л1эныгъэм уемыгупсысыну, залымыгъэ зыгуэрым епхыну.

  • Адыгэбзэ

    YOUTUBE

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Къалэнхэр т1ууэ гуэшащ: Алыхьым и пщыл1хэм ятрилъхьа къалэнхэр, Алыхьым и пщыл1хэм ехьэл1ауэ зытрилъхьэжа къалэнхэр. Ф1ыхэр пщ1эн хуейщ диным и пкъыгъуэ бгъэзащ1эну уи къалэну щытхэм нэгъуэщ1 ажалыр къэмысу. Ф1ым тету дунейм ехыжыным и нэщэнэхэм щыщ 1уэхуф1хэм хуэп1ащ1эу мыхъунхэм зыщыхъумэныр, тобэ къэхьыныр. Ф1ым тету дунейм ехыжыным и сэбэпхэм щыщ ф1эщхъуныгъэ тэрэзыр уи1эну, Алыхьым ущыгугъыну, хъыбару дигъэщ1ахэр уи ф1эщ хъуну, тхьэшынагъуэр пхэлъыну, и унафэхэр бгъэзэщ1эну, мыхъунхэм пэжыжьэ зыпщ1ыну, Алыхьым ф1ык1э ущыгугъыну, ауэ мыхъумыщ1агъэу пщ1ам щхьэк1э ущышынэну, зикр куэдрэ пщ1ыну, Къур1эн куэдрэ уеджэну, "Ля иляха илля Аллах" псэр хэк1ыным ипэк1э жып1эну.

  • Адыгэбзэ

    YOUTUBE

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    "Иманым и пкъыгъуэхэм щыщ зыщ Ахърэт махуэр уи ф1эщ пщ1ыныр, муслъымэнми уеджэ хъунукъым муслъымэну Къур1энымрэ суннэтымрэ къэк1уа а 1уэхугъуэ ущэхуар и ф1эщ мыхъуамэ. Мы дэрсхэм я гугъу тщ1ынущ 1уэхугъуэ зыбжанэм: псэр хэк1ыным ипэк1э, ф1ым тету дунейм ехыжыныр, псэр зэрыхэк1ыр, кхъэр япэрей епсыхыгъуэ, кхъэм и хьэзабыр, бэрзэхъ, бегъымбарыр, гьэлейхи сэлям, дунейм зэрехыжар, бегъымбарыр, гьэлейхи сэлям, зэрагъэпск1амрэ зэрыщ1алъхьамрэ, Ахърэт махуэм и нэщэнэхэр, псэр къызэрыхыхьэжыр, зэхуэсып1эр, Къемэт махуэр зэрыкъиныр, Ахърэт махуэм и ц1эхэр, тэрэзэр, лъэмыжыр, къыщхьэщыжыныр, жэхьэнэмэр, абым ихьэнумрэ и хьэзабымрэ, жэнэтыр, абым ихьэнымрэ и ф1ыгъуэхэмрэ, нэгъуэщ1хэри. Мы дэрсхэр теухуащ муслъымэнхэм едгъэщ1эну Ахърэт махуэм и щытык1эхэр, сыту жып1эмэ, абым ф1ыр илъэжьыным нэхъ тригъэгушхуэнущ, мыхъумыщ1агъэхэр илэжьыным щышынэнущ."

  • Адыгэбзэ

    YOUTUBE

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    "Бэдр зауэр Бэдр зауэр къыщ1ежьар... Тек1уэныгъэ лъап1эр Бэдр зауэм Рэмэданым и 17, Рэмэдан мазэмрэ Фэтхь Мэккэмрэ."