Щ1эныгъэк1э гуэша

معلومات المواد باللغة العربية

Иужьрей махуэр зэрыпэжымк1э ф1эщхъуныгъэ

Зэхэтхэм и бжыгъэр: 26

  • Адыгэбзэ

    PDF

    Къыщхьэщыжыныр: ар нэгъуэщ1ым удэ1эпыкъуныращ. Къемэт махуэм къыщхьэщыжыным т1ууэ зеугуэш. Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и закъуэу и1э къыщхьэщыжыныр... Бегъымбарми, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, адрей бегъымбархэми, мэлэ1ычхэми, му1минхэми псоми я1э къыщхьэщыжыныр.

  • Адыгэбзэ

    PDF

    Къэгъэхъужынымрэ зэхуэшэсынымрэ. Ц1ыхур зыпхырык1 дунейхэр. Къэгъэхъужыныр. Къэгъэхъужыныр зэрыщытынур. Япэрейуэ кхъэр зыхузэ1ук1ынур. Къемэт махуэм зэхуашэсынухэр. Ц1ыхухэр здызэхуашэсыжыну щ1ылъэм и теплъэр. Къемэт махуэм ц1ыхухэр зэрызэхуашэсынур. Ахърэтым Алыхьым зэрыхуэзэнухэр.

  • Адыгэбзэ

    MP4

    Къемэт махуэр уи фlэщ хъуныр

  • Адыгэбзэ

    MP4

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Къемэт махуэм и нэщэнэ инхэр: Е1джуджрэ Мэ1джуджрэ къыдэк1ынущ, щ1ыр щэрэ хъеинущ (зэ къуэк1ып1эмк1э, зэ къухьэп1эмк1э, зэ хьэрыпхэм я щ1ым, Еменым къыдэк1ыу маф1э къежьэнущи ц1ыхухэр зэхуэсып1эм ихунущ.

  • Адыгэбзэ

    MP4

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Къемэт махуэм и нэщэнэхэм щыщ зы: Гьисэ, Алыхьым и сэлятыр зылъысын, къызэрехынур.

  • Адыгэбзэ

    MP4

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Къемэт махуэм и нэщэнэ инхэр: Дэджалыр къыдэк1ынущ, Тэмим Ад-Дарий и хьэдис Дэджалым тепсэлъыхьым и мыхьэнэр.

  • Адыгэбзэ

    MP4

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Къемэт махуэм и нэщэнэ инхэр: псэущхьэр щ1ым къыхэк1ыу ц1ыхухэм епсэлъэнущ, 1угъуэ ин къежьэнущ уафэмрэ щ1ылъэмрэ изэхуакур из ищ1у, Дэджалыр къыдэк1ынущ.

  • Адыгэбзэ

    MP4

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Къемэт махуэм и нэщэнэ инхэр: Мэхди къыкъуэк1ынущ, Гьисэ, Алыхьым и сэлямыр зылъысын, къыкъуэк1ынущ, дыгъэр и къухьэп1эмк1э къэтэджынущ.

  • Адыгэбзэ

    MP4

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Къемэт махуэм и нэщэнэ ц1ык1ухэм щыщ зыбжанэр: зэшэзэп1эу л1эр куэд хъунущ, хьэрыпым я щ1ыгур губгъуэрэ псы ежэхрэ хъужынущ, уэшх куэд къешхыу, ауэ къэк1ыгъэр мащ1эу хъунущ, мывэри, жыгри, хьэк1экхъуэк1эри ц1ыхум къепсэлъэнущ, бэлыхьу къатехьэлъэм къыхэк1ыу л1эныгъэм щ1эхъуэпсынухэщ, джаурхэм зырагъэщхьынущ, зэпык1ыжхэр куэд хъунущ, ц1ыхухъухэм ц1ыхубзхэм зрагъэщхьынущ, ц1ыхубзхэми ц1ыхухъу хэм зырагъэщхьынущ, журтхэм езэуэнухэщи муслъымэнхэр тек1уэнущ, нэгъуэщ1 нэщэнэхэри.

  • Адыгэбзэ

    MP4

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Къемэт махуэм и нэщэнэ ц1ык1ухэм щыщ зыбжанэр: милицэхэмрэ залымыгъэ зезыхьэхэм ядэ1эпыкъухэмрэ куэд хъунущ, хуэпауэ пц1анэ фызхэр къежьэнущ, ц1ыхухэр зэрызэрашэхэр щ1эуэ къежьэнущ, му1миным и пщ1ыхьэп1эр пэжу къыщ1эк1ынущ, мыхъумыщ1эхэр къежьэнущ, пц1ыр куэд хъунущ, пц1ык1э щыхьэт къэзыхьхэмрэ щыхьэт пэжыр щ1эзыхъумэхэмрэ куэд хъунущ, щ1эныгъэр драхьеижынущи щ1эныгъэншагъэм зиубгъунущ, зинэр куэд хъунущ, ц1ыхухъухэр мащ1э хъунущи ц1ыхубзхэр егъэлеяуэ куэд хъунущ.

  • Адыгэбзэ

    MP4

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Къемэт махуэм и нэщэнэ ц1ык1ухэм щыщ зыбжанэр: уахътэр зэщык1уэтэнущ, сатур апхуэдизк1э куэд хъунущи, бзылъхугъэр и л1ым дэ1эпыкъуу хъунущ, 1ыхьлыхэр зэк1элъык1уэжынукъым, гъунэгъухэр зэбий хъунущ, щхьэцыр ф1ыц1эу ялэнущ, нэпсеигъэм зиубгъунущ, щ1ым куэрэ зигъэхъей хъунущ, ф1ым тетхэр мащ1э хъунущ, ящ1эхэм фэгъэк1а зыми сэлям ирахыжынукъым, щ1эныгъэр ц1ыху зыхуэмыфащэхэм идеж зрагъэгъуэтынущ.

  • Адыгэбзэ

    MP4

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Къемэт махуэм и нэщэнэ ц1ык1ухэм щыщ зыбжанэр: чэф къозыт фадэхэр куэд хъунущ, ахэр хьэлэл хъуауэ жа1энущ, нэгъуэщ1 ц1эхэмк1э еджэу щ1адзэнущ, мэжджытхэр егъэлеяуэ ягъэдахэурэ зэпеуэу абык1э щ1адзэнущ, унэу ящ1хэр лъагэ дыдэу драгъэк1уеинущ, пщыл1 фызым и унафэр зыщ1 унэ гуащэр къилъхужынущ, ук1ыныр куэд хъунущ.

  • Адыгэбзэ

    YOUTUBE

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Къемэт махуэм и нэщэнэ ц1ык1ухэр: пэжыгъэр зэрык1уэдынур, унафэм хуэмыгъэза ц1ыхухэр унафэщ1 зэрыхъунур, шэрихьэт щ1эныгъэр зэрык1уэдынур, щ1эныгъэншагъэр куэд зэрыхъунур, зинэр куэд хъунущ, риба куэд зэрыхъунур, нэгъуэщ1хэри.

  • Адыгэбзэ

    YOUTUBE

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Хьэдис к1ыхь кхъэм и ф1ыгъуэмрэ и хьэзабымрэ тепсэлъыхьым Бэра1 бин Гьазиб къи1уэтэжам и мыхьэнэр.

  • Адыгэбзэ

    YOUTUBE

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Л1эр и псэм зэреджэр и псэр хэк1ын ипэк1э, абы теухуа аятхэм я мыхьэнэхэр. Псэр зэрыхэк1ым и гугъуехьыр. Псэр хэк1ыным ипэ гугъуехьымрэ ди бегъымбарымрэ, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, 1умэтым и ц1ыху нэхъыф1хэмрэ. Псэр хэк1ыным ипэ гугъуехьыр мысылъмэным и гъэкъэбзэжыным зэрепхар. Псэр хэк1ыным ипэ гугъуехьымрэ псэр зэрыхэк1ымрэ. Псэр хэзых мэлэ1ычым и ц1эр Къур1эным е Суннэм къэк1уауэ щыт?

  • Адыгэбзэ

    YOUTUBE

    Зыми и щхьэ щхьэк1э ф1ым тету дунейм зэрехыжынум и щыхьэт хъуфынукъым. 1ейм тету дунейм зэрехыжынум и сэбэпхэм щыщ: Алыхьым хъыбару къытхуищ1ахэм шэч къытепхьэну, мыхъумыщ1агъэхэм иужьк1э тобэ къомыхьыну, Алыхьым и гущ1эгъуныгъэм ущыгугъыу мыхъумыщ1агъэхэр къомыгъэнэну, ныбжьэгъу мыхъумыщ1эхэр, Алыхьым нэгъуэщ1 зыгуэрым ущыгугъыну, Алыхьым ф1ык1э ущымгугъуну, л1эныгъэм уемыгупсысыну, залымыгъэ зыгуэрым епхыну.

  • Адыгэбзэ

    YOUTUBE

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Къалэнхэр т1ууэ гуэшащ: Алыхьым и пщыл1хэм ятрилъхьа къалэнхэр, Алыхьым и пщыл1хэм ехьэл1ауэ зытрилъхьэжа къалэнхэр. Ф1ыхэр пщ1эн хуейщ диным и пкъыгъуэ бгъэзащ1эну уи къалэну щытхэм нэгъуэщ1 ажалыр къэмысу. Ф1ым тету дунейм ехыжыным и нэщэнэхэм щыщ 1уэхуф1хэм хуэп1ащ1эу мыхъунхэм зыщыхъумэныр, тобэ къэхьыныр. Ф1ым тету дунейм ехыжыным и сэбэпхэм щыщ ф1эщхъуныгъэ тэрэзыр уи1эну, Алыхьым ущыгугъыну, хъыбару дигъэщ1ахэр уи ф1эщ хъуну, тхьэшынагъуэр пхэлъыну, и унафэхэр бгъэзэщ1эну, мыхъунхэм пэжыжьэ зыпщ1ыну, Алыхьым ф1ык1э ущыгугъыну, ауэ мыхъумыщ1агъэу пщ1ам щхьэк1э ущышынэну, зикр куэдрэ пщ1ыну, Къур1эн куэдрэ уеджэну, "Ля иляха илля Аллах" псэр хэк1ыным ипэк1э жып1эну.

  • Адыгэбзэ

    YOUTUBE

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    "Иманым и пкъыгъуэхэм щыщ зыщ Ахърэт махуэр уи ф1эщ пщ1ыныр, муслъымэнми уеджэ хъунукъым муслъымэну Къур1энымрэ суннэтымрэ къэк1уа а 1уэхугъуэ ущэхуар и ф1эщ мыхъуамэ. Мы дэрсхэм я гугъу тщ1ынущ 1уэхугъуэ зыбжанэм: псэр хэк1ыным ипэк1э, ф1ым тету дунейм ехыжыныр, псэр зэрыхэк1ыр, кхъэр япэрей епсыхыгъуэ, кхъэм и хьэзабыр, бэрзэхъ, бегъымбарыр, гьэлейхи сэлям, дунейм зэрехыжар, бегъымбарыр, гьэлейхи сэлям, зэрагъэпск1амрэ зэрыщ1алъхьамрэ, Ахърэт махуэм и нэщэнэхэр, псэр къызэрыхыхьэжыр, зэхуэсып1эр, Къемэт махуэр зэрыкъиныр, Ахърэт махуэм и ц1эхэр, тэрэзэр, лъэмыжыр, къыщхьэщыжыныр, жэхьэнэмэр, абым ихьэнумрэ и хьэзабымрэ, жэнэтыр, абым ихьэнымрэ и ф1ыгъуэхэмрэ, нэгъуэщ1хэри. Мы дэрсхэр теухуащ муслъымэнхэм едгъэщ1эну Ахърэт махуэм и щытык1эхэр, сыту жып1эмэ, абым ф1ыр илъэжьыным нэхъ тригъэгушхуэнущ, мыхъумыщ1агъэхэр илэжьыным щышынэнущ."

  • Адыгэбзэ

    PDF

    Жыхьэнэмэм теухуа тхыгъэ, итхэм щыщ: жыхьэнэмэм и ц1эхэр, бжэуэ хэлъыр, гъэсын хуэхъунухэр, и маф1эм и къарур, абы хыхьэнухэр, абыхэм хьэзабу ятелъынухэр, я 1эпкълъэпкъым и инагъ хъунур, игъащ1эк1э абым къыхэнэнухэр.

  • Адыгэбзэ

    PDF

    Жэнэтым теухуа псалъэхэр къитхынущ, Алыхьым жи1эмэ, ар къэзыгъэхъуам, абы ф1ыгъуэу щы1эр къэзыгъэхъуам, абы ихьэнухэр къэзыгъэхъуам, и Тхылъым. Ар Алыхь Лъап1эращ. Ик1и абы ихьэу и лъакъуэк1э и щ1ым теувам и псалъэхэм къызэрыхэщу, ар Мухьэммэдщ, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, Къур1энымрэ Суннэ пэжымрэ къызэрыгъэлъэгъуам хуэдэу.

Напэ : 2 - Щегъэжьауэ : 1