Щ1эныгъэк1э гуэша

معلومات المواد باللغة العربية

Graves: Bliss and Torment

Зэхэтхэм и бжыгъэр: 4

  • Адыгэбзэ

    YOUTUBE

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Хьэдис к1ыхь кхъэм и ф1ыгъуэмрэ и хьэзабымрэ тепсэлъыхьым Бэра1 бин Гьазиб къи1уэтэжам и мыхьэнэр.

  • Адыгэбзэ

    YOUTUBE

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Л1эр и псэм зэреджэр и псэр хэк1ын ипэк1э, абы теухуа аятхэм я мыхьэнэхэр. Псэр зэрыхэк1ым и гугъуехьыр. Псэр хэк1ыным ипэ гугъуехьымрэ ди бегъымбарымрэ, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, 1умэтым и ц1ыху нэхъыф1хэмрэ. Псэр хэк1ыным ипэ гугъуехьыр мысылъмэным и гъэкъэбзэжыным зэрепхар. Псэр хэк1ыным ипэ гугъуехьымрэ псэр зэрыхэк1ымрэ. Псэр хэзых мэлэ1ычым и ц1эр Къур1эным е Суннэм къэк1уауэ щыт?

  • Адыгэбзэ

    YOUTUBE

    Зыми и щхьэ щхьэк1э ф1ым тету дунейм зэрехыжынум и щыхьэт хъуфынукъым. 1ейм тету дунейм зэрехыжынум и сэбэпхэм щыщ: Алыхьым хъыбару къытхуищ1ахэм шэч къытепхьэну, мыхъумыщ1агъэхэм иужьк1э тобэ къомыхьыну, Алыхьым и гущ1эгъуныгъэм ущыгугъыу мыхъумыщ1агъэхэр къомыгъэнэну, ныбжьэгъу мыхъумыщ1эхэр, Алыхьым нэгъуэщ1 зыгуэрым ущыгугъыну, Алыхьым ф1ык1э ущымгугъуну, л1эныгъэм уемыгупсысыну, залымыгъэ зыгуэрым епхыну.

  • Адыгэбзэ

    YOUTUBE

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Къалэнхэр т1ууэ гуэшащ: Алыхьым и пщыл1хэм ятрилъхьа къалэнхэр, Алыхьым и пщыл1хэм ехьэл1ауэ зытрилъхьэжа къалэнхэр. Ф1ыхэр пщ1эн хуейщ диным и пкъыгъуэ бгъэзащ1эну уи къалэну щытхэм нэгъуэщ1 ажалыр къэмысу. Ф1ым тету дунейм ехыжыным и нэщэнэхэм щыщ 1уэхуф1хэм хуэп1ащ1эу мыхъунхэм зыщыхъумэныр, тобэ къэхьыныр. Ф1ым тету дунейм ехыжыным и сэбэпхэм щыщ ф1эщхъуныгъэ тэрэзыр уи1эну, Алыхьым ущыгугъыну, хъыбару дигъэщ1ахэр уи ф1эщ хъуну, тхьэшынагъуэр пхэлъыну, и унафэхэр бгъэзэщ1эну, мыхъунхэм пэжыжьэ зыпщ1ыну, Алыхьым ф1ык1э ущыгугъыну, ауэ мыхъумыщ1агъэу пщ1ам щхьэк1э ущышынэну, зикр куэдрэ пщ1ыну, Къур1эн куэдрэ уеджэну, "Ля иляха илля Аллах" псэр хэк1ыным ипэк1э жып1эну.