Щ1эныгъэк1э гуэша

معلومات المواد باللغة العربية

Зэхэтхэм и бжыгъэр: 28

  • Адыгэбзэ

    MP4

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Къемэт махуэм и нэщэнэ ц1ык1ухэм щыщ зыбжанэр: чэф къозыт фадэхэр куэд хъунущ, ахэр хьэлэл хъуауэ жа1энущ, нэгъуэщ1 ц1эхэмк1э еджэу щ1адзэнущ, мэжджытхэр егъэлеяуэ ягъэдахэурэ зэпеуэу абык1э щ1адзэнущ, унэу ящ1хэр лъагэ дыдэу драгъэк1уеинущ, пщыл1 фызым и унафэр зыщ1 унэ гуащэр къилъхужынущ, ук1ыныр куэд хъунущ.

  • Адыгэбзэ

    YOUTUBE

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Къемэт махуэм и нэщэнэ ц1ык1ухэр: пэжыгъэр зэрык1уэдынур, унафэм хуэмыгъэза ц1ыхухэр унафэщ1 зэрыхъунур, шэрихьэт щ1эныгъэр зэрык1уэдынур, щ1эныгъэншагъэр куэд зэрыхъунур, зинэр куэд хъунущ, риба куэд зэрыхъунур, нэгъуэщ1хэри.

  • Адыгэбзэ

    YOUTUBE

    Зыми и щхьэ щхьэк1э ф1ым тету дунейм зэрехыжынум и щыхьэт хъуфынукъым. 1ейм тету дунейм зэрехыжынум и сэбэпхэм щыщ: Алыхьым хъыбару къытхуищ1ахэм шэч къытепхьэну, мыхъумыщ1агъэхэм иужьк1э тобэ къомыхьыну, Алыхьым и гущ1эгъуныгъэм ущыгугъыу мыхъумыщ1агъэхэр къомыгъэнэну, ныбжьэгъу мыхъумыщ1эхэр, Алыхьым нэгъуэщ1 зыгуэрым ущыгугъыну, Алыхьым ф1ык1э ущымгугъуну, л1эныгъэм уемыгупсысыну, залымыгъэ зыгуэрым епхыну.

  • Адыгэбзэ

    YOUTUBE

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Къалэнхэр т1ууэ гуэшащ: Алыхьым и пщыл1хэм ятрилъхьа къалэнхэр, Алыхьым и пщыл1хэм ехьэл1ауэ зытрилъхьэжа къалэнхэр. Ф1ыхэр пщ1эн хуейщ диным и пкъыгъуэ бгъэзащ1эну уи къалэну щытхэм нэгъуэщ1 ажалыр къэмысу. Ф1ым тету дунейм ехыжыным и нэщэнэхэм щыщ 1уэхуф1хэм хуэп1ащ1эу мыхъунхэм зыщыхъумэныр, тобэ къэхьыныр. Ф1ым тету дунейм ехыжыным и сэбэпхэм щыщ ф1эщхъуныгъэ тэрэзыр уи1эну, Алыхьым ущыгугъыну, хъыбару дигъэщ1ахэр уи ф1эщ хъуну, тхьэшынагъуэр пхэлъыну, и унафэхэр бгъэзэщ1эну, мыхъунхэм пэжыжьэ зыпщ1ыну, Алыхьым ф1ык1э ущыгугъыну, ауэ мыхъумыщ1агъэу пщ1ам щхьэк1э ущышынэну, зикр куэдрэ пщ1ыну, Къур1эн куэдрэ уеджэну, "Ля иляха илля Аллах" псэр хэк1ыным ипэк1э жып1эну.

  • Адыгэбзэ

    YOUTUBE

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    "Иманым и пкъыгъуэхэм щыщ зыщ Ахърэт махуэр уи ф1эщ пщ1ыныр, муслъымэнми уеджэ хъунукъым муслъымэну Къур1энымрэ суннэтымрэ къэк1уа а 1уэхугъуэ ущэхуар и ф1эщ мыхъуамэ. Мы дэрсхэм я гугъу тщ1ынущ 1уэхугъуэ зыбжанэм: псэр хэк1ыным ипэк1э, ф1ым тету дунейм ехыжыныр, псэр зэрыхэк1ыр, кхъэр япэрей епсыхыгъуэ, кхъэм и хьэзабыр, бэрзэхъ, бегъымбарыр, гьэлейхи сэлям, дунейм зэрехыжар, бегъымбарыр, гьэлейхи сэлям, зэрагъэпск1амрэ зэрыщ1алъхьамрэ, Ахърэт махуэм и нэщэнэхэр, псэр къызэрыхыхьэжыр, зэхуэсып1эр, Къемэт махуэр зэрыкъиныр, Ахърэт махуэм и ц1эхэр, тэрэзэр, лъэмыжыр, къыщхьэщыжыныр, жэхьэнэмэр, абым ихьэнумрэ и хьэзабымрэ, жэнэтыр, абым ихьэнымрэ и ф1ыгъуэхэмрэ, нэгъуэщ1хэри. Мы дэрсхэр теухуащ муслъымэнхэм едгъэщ1эну Ахърэт махуэм и щытык1эхэр, сыту жып1эмэ, абым ф1ыр илъэжьыным нэхъ тригъэгушхуэнущ, мыхъумыщ1агъэхэр илэжьыным щышынэнущ."

    Мысылмэным и псэр илъытэжын хуейщ нэщ1 мазэм ипэк1э зэрыщытамрэ иужьк1э зэрыхъуамрэ... Мазэ лъап1эм ищ1эу щыта 1уэхуф1хэм пищэурэ адэк1и ищ1эрэ е мазэр зэриухыу и 1уэхуф1хэри зэпигъэуа? Мысылмэным и 1уэхуф1хэр зэрызэпимгъэуным пылъын хуейщ, ахэр химгъэк1уадэу, къимыгъэлалэу. Нэхъыбэ жып1энщи, ахэр нэхъыбэж ищ1ыу пищэн хуейщ. Ц1ыхум ныбжьэгъу ищ1ым еплъын хуейщ, ныбжьэгъур зытетым езыри теувэнущи.

  • Адыгэбзэ

    MP4

    Гъуслым и къэщтэк1эр