Щ1эныгъэк1э гуэша

معلومات المواد باللغة العربية

Virtues/Noble Characteristics

Зэхэтхэм и бжыгъэр: 17

  • Адыгэбзэ

    MP4

    Мэсджытым ук1эн япэ

  • Адыгэбзэ

    YOUTUBE

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Нэщ1 зы1ыгъым жасы нэмэз нэс хэмыщхьэжу мымэжал1эу жи1эу нэщ1ыр пищэ хъуну? Хэщхьэжынымрэ уи ныбэр из хъуху ушхэнымрэ зэщхьэщок1ыр. Нэщ1 зы1ыгъар хуэп1ащ1эу хэщхьэжын хуейщ ахъшэмым и уахътэм шхын гуэрк1э, и ныбэ из хъуху шхэну и пщэ дэлъкъым. Мэжал1эху ежьэу ит1анэ шхэну хуитщ.

  • Адыгэбзэ

    YOUTUBE

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Зыкъэзгъэжьыжам и нэщ1ыр къутэрэ? Хуэмеяуэ къэжьам и нэщ1ыр къутэрэ?

  • Адыгэбзэ

    YOUTUBE

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Нэщ1 зы1ыгъым зигъэпск1 хъуну джунубу щымытми? Псы ежэхым, гуэлым, хым зыбгъэпск1 хъуну нэщ1 п1ыгъыу?

  • Адыгэбзэ

    YOUTUBE

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    1упсым нэщ1ыр икъутэрэ? 1упс зэхуэзхьэсу езыгъэхым и хьукмыр.

  • Адыгэбзэ

    YOUTUBE

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Пщэдджыжь нэмэзым и уахътэр къимыхьауэ къыф1эщ1у сэрашх зыщ1ам и хьукмыр.

  • Адыгэбзэ

    YOUTUBE

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Пщыгъупщэу ушхамэ е уефамэ уи нэщ1ыр къутэрэ? Нэщ1 зэри1ыгъыр зигу къэк1ыжам занщ1эу къигъэнэн хуейщ шхэн-ефэныр.

  • Адыгэбзэ

    MP4

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Нэщ1 зы1ыгъым мастэ зыхилъхьэмэ и нэщ1ыр къутэрэ? Мастэ узым щхьэк1э халъхьэмрэ шхыным хуэдэ мастэ халъхьэмрэ зэрызэщхьэщык1ыр, я хьукмыр.

  • Адыгэбзэ

    YOUTUBE

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Лъы птыным щ1аплъык1ыным папщ1э нэщ1ыр икъутэрэ?

  • Адыгэбзэ

    YOUTUBE

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Дауэрэ узэрыхэщхьэжын хуейр? Япэ ухэщхьэжын хуей е нэмэз пщ1ын хуей? Сытк1э ухэщхьэжмэ нэхъыф1?

  • Адыгэбзэ

    MP4

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Щхьэж езыр зыщ1ыреупщ1эж: «Дауэрэ си хьэщ1э лъап1э Рэмэдан мазэм сыпегъуэк1а? Алыхьым шыкур хуэсщ1а Рэмэдан мазэр къэсыху сызэригъэпсэуам щхьэк1э? Зысхъуэжа нэщ1 с1ыгъам иужь? Нэщ1ыр шхынрэ ефэнрэ къэбгъэнэн закъуэра? Мыхъунхэмрэ гуэныхьхэмрэ къэзгъэна? Нэмэзхэр сщ1а? Нэмэзхэр и уахътэм сщ1а? Нэмэзхэр жэмэхьэтым сыхэту сщ1а? Сэрашх закъуэра сызпылъыр пщэдджыжь нэмэзыр сщыгъупщауэ? Нэмэз зымыщ1хэмрэ нэщ1 зымы1ыгъхэмрэ я хьэлыр си хьэлым къыщхьэщык1рэ? Дапщэ Къур1эным щыщу сызэджэр? Нэщ1 мазэм Къур1эным зэрыщыту сик1а? Къур1эн еджэк1э сытым щхьэк1э зэзмыгъащ1эрэ? Тэрауихь нэмэзхэр сщ1ырэ? Нэщ1 зы1ыгъхэр хэзгъэщхьэжрэ? Рэмэданым сэдэкъэ сытрэ? Умрэ Рэмэданым сщ1ыным сегупсыса? Игьтикаф сщ1а? Зэкат Аль-Фит1р ста? Нэщ1ым епха хьукмхэр зэзгъэщ1а? Хъуным къыхуезджэу 1ейм пэжыжьэ сщ1ырэ? Диным щыщу зэзгъэщ1ахэр нэгъуэщ1хэм язгъащ1эрэ? Дауэрэ езгъэжьэжрэ си хьэщ1э лъап1э Рэмэдан мазэр?» Мы упщ1эхэм пэжу жэуап езытым зищ1эжынущ и 1уэхур зытетыр.

  • Адыгэбзэ

    YOUTUBE

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    "Хьэл дахэм ц1ыхухэм я нэм укъыдре1этей, сыту жып1эмэ ахэм уазэрыдызек1уэращ ялъагъур, уи уаджибхэр (нэмэзыр, нэщ1ыр) уэрэ Алыхьымрэщ зи яку дэлъыр, уи щхьэм ф1ы хуэпщ1эжу аращ абык1э. Ауэ сыт ц1ыхухэм яптри ахэм яхуэпщ1эри? Хьадис лъап1эм же1эр бегъымбарыр, гьэлейхи сэлям, хьэл щы1эм я нэхъыф1ыр нэгъэсауэ къигъэлъэгъуэну къызэрык1уар: «Сэ сыкъигъэк1уащ хьэлым и нэхъыф1ыр нэгъэса сщ1ыну». Алыхьым жи1ащ и бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, папщ1э: «Уэ хьэлым и нэхъыф1ыр пхэлъщ». Фэрыщ1ын, пц1ы, пэж."

  • Адыгэбзэ

    YOUTUBE

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    "Рэмэдан мазэм умрэ щ1ыныр. Умрэм къик1ыр, Рэмэдан мазэм и умрэм и ф1ыгъуэхэр, умрэр къытебгъэзэнымрэ тхьэмыщк1эу 1ыхьлыхэм яхэтхэм удэ1эпыкъунымрэ, умрэм и хьукмыр."

  • Адыгэбзэ

    YOUTUBE

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    "Рэмэданыр бэшэчыныгъэм и мазэщ Алыхьым и тхылъым бэшэчыныгъэм куэдрэ тепсэлъыхьащ , абым къегъэлъагъуэр бэшэчыныгъэм мыхьэнэшхуэ зэри1эр мы дунейми ахърэтми. Бэшэчыныгъэм и гуэшык1эр: бэшэчыныгъэ Алыхьым къыптрилъхьахэр щыбгъэзащ1эк1э, бэшэчыныгъэ гуэныхьхэр умыщ1эну, къэда1мрэ къэдэрымрэ къыпхуахьым бэшэчу ухущытыну. Бэшэчыныгъэ уаджибымрэ мустэхьэбымрэ."

  • Адыгэбзэ

    YOUTUBE

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    "Рэмэданыр Алыхьым ущелъэ1у мазэ. Алыхьым елъэ1уныр му1миным и 1эщэщ. Жэуапыр къызэрык1уэныр быдэу уи ф1эщ пщ1ыныр. Алыхьым и пщыл1хэм унафэ яхуищ1ащ елъэ1уну, ик1и жэуап къазэрыритынумк1э хъыбар яригъэщ1ащ. Жэуапым и сэбэпхэр: Алыхьым щытхъук1э зыхуэбгъэзэну, бегъымбарым сэлям епхыну, къытебгъазэурэ уелъэ1уну, гуф1эгъуэмэ гугъуехьми уелъэ1уну, къиблэмк1э зыбгъэзэну, уи 1эхэр п1этыну, л1ыгъэк1э уэуимейуэ къэпщтахэр яптыжыну, уи ерыскъыр хьэлэлым къыхэк1ыну. Жэуапыр къыщык1уэ уахътэхэр: Къэдыр жэщым, жэщым и к1эм, азанымрэ икъамэмрэ яку, уэшх къыщешхк1э, мерэм махуэм, суджудым ущыщы1эк1э, зыгуэрым имыщ1эу ухуелъэ1уну, Гьэрэфэ махуэм, нэщ1 щып1ыгък1э, хэщхьэжыным ипэ, гъуэгу утетмэ, адэ анэм я лъэ1ур, унафэщ1 захуэм и лъэ1ур."

  • Адыгэбзэ

    YOUTUBE

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    "А мазэм Алыхьым Къур1эныр къыригъэхащ, аращи Рэмэдан мазэр Къур1эным и мазэщ, а мазэм уеджэмэ уи псапэр нэхъыбэ мэхъу. Емыджэфым хьэрыпыбзэм и хьэрфхэр зэригъащ1эу Алыхьым и тхылъым еджэным хущ1экъун хуейщ. Зэ нэхъ мыхъуми нэщ1 мазэм Къур1эныр зэрыщыту щ1эбджык1ыну. Имам Малик нэщ1 мазэм и дэрсхэр къигъанэу щытащ Къур1эн еджэным и уахътэр ириту. Аз-Зухри Рэмэданыр къэсамэ жи1эу щытащ: «Ар Къур1эн еджэнымрэ шхын егъэшхынымрэщ»."

  • Адыгэбзэ

    MP4

    Къэзы1уатэр : Рэмэдан Цей Еплъыжар : Абу Мухьэммэд Шэркэси

    Нэщ1 мазэм дызэрыпежьэн, узэрыхуэгуф1эныр, дугьэуэ пщ1ыныр, расписание зыхуэбгъэувыныр, нэгъуэщ1ыу зызэрыпхуэбгъэхьэзырынхэри, нэщ1 мазэм ехьыл1а ахькамхэр зэбгъэщ1эну