14 - Ibrahim ()

|

(1) Iэлиф, лам, ра. Къыпхуедгъэхащ Тхылъ, цIыхухэр кIыфIым къыхэпшу нэхум хуэпшэн папщIэ я Тхьэм и хуитыныгъэкIэ, Лъэщым, Щытхъу куэдыр зыхуэфащэм и гъуэгум

(2) Алыхьу уафэхэми щыIэри, щIылъэми щыIэри псори зейм. Джаурхэм гуауэ ялъагъунущ, хьэзаб гуащIэ къатехуэу

(3) Мы дунейм и щыIэныгъэр ахърэтым нэхърэ нэхъ къыхэзыххэм, Алыхьым и гъуэгум пэувхэм, ар къуаншэ ящIыну пылъхэм. Ахэр гъуэщэныгъэ куум хэтхэщ

(4) ЛIыкIуэу дгъэкIуауэ хъуар я лъэпкъым и бзэмкIэ псалъэхэт, абыхэм гурагъэIуэн папщIэ. Алыхьым зыхуейр егъэгъуащэ, зыхуейр гъуэгу захуэм трешэр, Ар Лъэщщ, АкъылыфIщ

(5) Мусэ Дэ дгъэкIуащ ди Iэятхэр еттри: "Уи лъэпкъыр кIыфIым къыхэши нэхум хуэшэ, Алыхьым и махуэхэри ягу къэгъэкIыж", - жетIэри. ИпэжыпIэкIэ, абы хэлъщ нэщэнэхэр шэчыныгъэ зыхэлъ шыкур зыщIу хъуа псом щхьэкIэ

(6) Мусэ и лъэпкъым яжриIат: "Алыхьым фIыгъуэу къыфхуищIауэ хъуар фигу къэвгъэкIыж, фирхьэуным и лъэпкъым фыкъыщригъэлам, абы хьэзаб Iейр къыщыфтрилъхьэтэм, фи бынхэм щыщу щIалэхэр фIабзырт, бзылъхугъэхэр къагъанэт. Ар фи Тхьэм къыфтрилъхьа гугъуехьышхуэт"

(7) Фи Тхьэм хъыбар фигъэщIат: "Шыкур къысхуэфщIмэ нэхъыбэж фэстынщ, шыкур фымыщIмэ атIэ Си хьэзабыр гуащIэщ"

(8) Мусэ жиIащ: "Фэри, щIым тету хъуари джаур фыхъумэ, атIэ Алыхьыр Къулейщ, Щытхъу куэд зыхуэфащэщ"

(9) Къывнэмысауэ ара фи япэкIэ псэуа лъэпкъым я хъыбарыр? Нухь и лъэпкъыр, хьадыр, сэмудыр, абыхэм яужь къэкIуахэри - зыми ищIэкъым ахэр, Алыхьым фIэкIа. Абыхэм я лIыкIуэхэр къахуэкIуат нэщэнэ нахуэхэр къыхуахьри, ауэ я IэкIэ я жьэхэр зэхуащIащ. Абыхэм жаIащ: "Фэ фыкъызэрагъэкIуам допцIыжыр дэ, шэчи хуабжьу къытыдохьэр а дыкъызыхуевджэм"

(10) Абыхэм я лIыкIуэхэм жаIат: "Алыхьыра шэч къызтефхьэр? Аращ щIылъэри уафэхэри къэзыгъэщIар. Абы фыкъреджэр къыфхуигъэгъун папщIэ фи гуэныхьхэр, фи пIалъэри нэхъ кIасэ ищIыну, уахътэ гъэнэхуар къэсыху". Абыхэм жаIащ: "Фэри дэ тхуэдэу фыцIыхущ, ди адэхэр зыхуэпщылIхэу щытахэм пэIэщIэ дыфщIыну фыхуейщ, аращи щыхьэтлыкъ нахуэ къытхуэфхь"

(11) Абыхэм я лIыкIуэхэм жаIащ: "Дэри фэ фхуэдэу дыцIыху къудейщ, ауэ Алыхьым и пщылIхэм щыщу зыхуейм и нэфIыр щехуэр. Дэ щыхьэтлыкъ нахуэ къыфхуэтхьыфынукъым, Алыхьым хуит димыщIауэ, Алыхьыращ зыщыгугъыр Iиман къэзыхьахэр

(12) Дауэрэ дэ Алыхьым дызэрыщымыгугъынур, Абы ди гъуэгухэмкIэ захуэу дишауэ? Дэ тшэчынущ фэ зэрану къыдэфхыр, Алыхь закъуэм щрегугъ щыгугъхэр"

(13) Джаурхэм лIыкIуэу хуагъэкIуахэм жраIэт: "Ди щIыгум фитхунщ е ди диным фыкъихьэж". Абдежым абыхэм я Тхьэм къахуригъэхащ: "Залымыгъэ зезыхьэхэр тедгъэкIуэдыкIынщ Дэ

(14) Абыхэм яужь фэ щIым фыщыдгъэпсэунщ. Аращ яхуэфащэр Си тепщэныгъэмрэ Сэ тезыру зэрызгъэгугъэм щышынэм"

(15) Ахэр текIуэныгъэм щIэлъэIухэт, дэтхэнэ залым инатри хэкIуэдащ

(16) Абы жыхьэнэмэр къыпэщылъщ, псы шын защIэщ зрагъэфэнури

(17) МащIэурэ ефэнущ абы, ауэ ерагъщ зэрыригъэхыфынур. ЛIэныгъэр лъэныкъуэу хъуамкIи къыбгъэдыхьэнущ, ауэ ар лIэнукъым, абы хьэзаб хьэлъэ дыдэхэр къыпэщылъщ

(18) Я Тхьэр зи фIэщ мыхъуахэм ялэжьахэр сахуэм хуэдэщ, жьапщэ махуэм жьы зэуам хуэдэу. Къалэжьам щыщу зыри я IэмыщIэ илъыжкъым, аращ гъуэщэныгъэ куу дыдэр

(19) Умылъагъуу ара Алыхьым ипэжыпIэкIэ уафэхэри щIылъэри къызэригъэщIар? Ар хуеймэ, псори фытрихынщи щIэуэ къигъэхъуахэр къытригъэхьэнщ

(20) Ар зыкIи Алыхьым къехьэлъэкIкъым

(21) Алыхьым и пащхьэ псори иувэнухэщи нэхъ къарууншэхэм жраIэнущ зызгъэпагэу щытахэм: "Дэ фи ужьым дитат, атIэ зыгуэркIэ Алыхьым и хьэзабым фыкъыддэIэпыкъуфынукъэ?" Абыхэм жаIэнущ: "Алыхьым дэ гъуэгу захуэм дытригъэуватэмэ, дэри фэ захуагъэм фыхуэтшэнт. ТIури зыщ иджы дэркIэ дыгызми шэчыныгъэ зыхэдгъэлъми, щыIэкъым иджы зыздэтхъумэфын"

(22) Iуэхур щызэфIэкIым и деж шейтIаным жиIэнущ: "Алыхьым фызэригъэгугъауэ щытар пэжт, сэ фызэрызгъэгугъам сепцIыжат. Зыри фи Iуэхум щыщу сэ си IэмыщIэ илътэкъым. Сэ фыкъыщезджэм фыкъэкIуауэ аращ. Сэ фыкъызэмыгийуэ иджы атIэ фи щхьэ фегииж. Сэ зыкIи сывдэIэпыкъуфынукъым, фэри зыкIи фыкъыздэIэпыкъуфынукъым. Сэ гъусэ ипэкIэ сызыхуэфщIауэ фыкъызэрысхуэпщылIам сепцIыжащ". ИпэжыпIэкIэ залымхэм хьэзаб гуащIэ япэщылъщ

(23) Iиман къэзыхьауэ фIы зыщIахэр атIэ жэнэтым изгъэхьэнущ, абы псыежэххэр къыщIожыр, игъащIэкIэ абы къинэнухэщ, я Тхьэм и унафэкIэ. Абыхэм абдеж я фIэхъусыр "Мамырыгъэщ"

(24) Плъагъукъэ уэ Алыхьым псалъэ дахэр жыг дахэм зэрыхуигъэдар? И лъабжьэр быдэщ, и щхьэпэр уафэм носыр

(25) Сытым щыгъуи пхъэщхьэмыщхьэ къыпедзэр и Тхьэм и хуитыныгъэкIэ. Алыхьым щапхъэхэр къехьыр цIыхухэм щхьэкIэ, абыхэм ягу къагъэкIыжынкIэ мэхъур

(26) АтIэ псалъэ Iейр хуэдэщ жыг Iейм, щIым къыхэмычыфынущ ар, лъабжьэ зыIыгъын иIэкъым абы

(27) Iиман къэзыхьахэр Алыхьым егъэбыдэр псалъэ быдэкIэ мы гъащIэми ахърэтми. Залымхэри Алыхьым егъэгъуащэхэр. Алыхьым зыхуейр ещIэр

(28) Плагъуркъэ уэ Алыхьым и нэфIыр джаурыгъэкIэ зэзыхъуэкIахэр? Абыхэм я лъэпкъхэр кIуэдыпIэм ирагъэхуащ

(29) Жыхьэнэмэщ зыхуэкIуэжхэр, сытым хуэдэу Iеищэ а увыIэпIэр!

(30) Абыхэм Алыхьым гъусэ хуащIхэт нэгъуэщIхэри трахун щхьэкIэ Абы и гъуэгум. ЖыIэ: "ЗывгъафIэ, икIэм фызыхуэкIуэжынур мафIэщ"

(31) Iиман къэзыхьа Си пщылIхэм яжеIэ нэмэз ящIыну, абыхэм яттам щыщ хатыкIыну ущэхуауи нахуэуи, къэмыс щIыкIэ махуэ сатуи ныбжьэгъугъи щыщымыIэжыр

(32) Алыхьыращ уафэхэри щIылъэри къэзыгъэхъуар, уафэми псы къригъэхри абымкIэ пхъэщхьэмыщхьэ ерыскъы фхуэхъуну къигъэкIащ, кхъухьри жыIэщIэ фхуищIащ, хым Абы и унафэкIэ щызекIуэу, псыежэххэри жыIэщIэ фхуищIащ

(33) Дыгъэрэ мазэрэ зэпымычу я гъуэгум ирикIуэхэри жыIэщIэ фхуищIащ, жэщымрэ махуэмри фхуищIащ жыIэщIэ

(34) ФызщIэлъэIуу хъуам щыщ къывитащ. Алыхьым фIыгъуэу къывитауэ хъуар къэфлъытэну фыхуеями ар къэфлъытэфынукъым. ИпэжыпIэкIэ цIыхур епцIыжщ, шыкур зымыщIщ

(35) Мис Ибрахьим жиIащ: "Си Тхьэ, мы къалэр щIы шынагъуэншэ, сэри, си къуэхэри дыщыхъумэ тхьэ нэпцIхэм дахуэпщылIыным"

(36) Си Тхьэ, абыхэм цIыху куэд щагъэуащ. Сэ си ужьым иту къакIуэхэр сэ сщыщхэщ, сэ къызэмыдаIуэм, атIэ Уэращ Зыгъэгъур, ГущIэгъущIыр

(37) Ди Тхьэ, сэ си быным щыщ къэкIыгъэ здэщымыIэ аузым щыпсэуну къизнащ, Уи унэ щIыхьышхуэ зиIэм и деж. Ди Тхьэ, нэмэз иращIахэм, цIыхум ягухэм лъагъуныгъэ яхуилъуу щIы, пхъэщхьэмыщхьэхэм щыщи ят, шыкур ящIынкIэ мэхъур абыхэм

(38) Ди Тхьэ, Уэ бощIэр дыущэхури нахуэ тщIыри. Алыхьым щыхъума хъунукъым зыри щIылъэми уафэхэми

(39) Щытхъур зейр Алыхьыращ, си жьыщхьэм къызитащ Исмахьилрэ Исхьэкърэ, си Тхьэр лъэIу зэхэзыхщ

(40) Си Тхьэ, нэмэз зыщIхэм ящыщ сыщI сэри, си бынхэм ящыщхэри, ди Тхьэ, лъэIури къабыл тхуэщI

(41) Ди Тхьэ, сэри, си адэ-анэми, Iиман къэзыхьахэми къытхуэгъэгъу лъытэныгъэ щыщыIэну махуэм

(42) КъызфIомыгъэщI Алыхьыр щымыгъуазэу залымыгъэ зезыхьэхэм ягъахъэхэм, ахэм пIалъэ яритауэ аращ нэхэр щыщIилъэфэну махуэр къэсыху

(43) Я щхьэхэр Iэтауэ псынщIэу кIуэнухэщ. Езыхэр зэплъыжынукъым абдеж, ягухэри нэщIыбзэ хъунущ

(44) ЯжеIэ цIыхухэм махуэ хьэзабыр къазэрыхуэкIуэнур, залымыгъэ зезыхьахэм жаIэнущ: "Ди Тхьэ, пIалъэ тIэкIу къыдэт, укъызэрыдэджам жэуап еттынщ, лIыкIуэми иужь диувэнщ". ИпэкIэ тхьэ фымыIуауэ пIэрэ кIэух фимыIэну?

(45) Залымыгъэ я щхьэхэм езыхыжахэм я унэхэм фыщыпсэуащ, абыхэм ятщIари нахуэу къэфщIащ, щапхъэхэри къыфхуэтхьащ

(46) Абыхэм хьилагъэхэр зэрахьэну хуейхэт, ауэ я хьилагъэхэр псори Алыхьым и дежт. Абыхэм я хьилагъэхэм къущхьэри игъэкIуэтэфынут атIэ

(47) Умыгугъэ уэ Алыхьыр и лIыкIуэхэм ярита псалъэм епцIыжу, Алыхьыр Лъэщщ, хуэфащэр езыгъэгъуэтыжщ

(48) А махуэм щIылъэр нэгъуэщI щIылъэкIэ зэхъуэкIа хъунущ, уафэхэри аращ. Ахэр Алыхьым и пащхьэ иувэнухэщ, Ар Закъуэщ, Къаруушхуэ зиIэщ

(49) А махуэм плъагъунущ мыхъумыщIагъэ зыщIахэр IэхъулъэхъукIэ къэIулIыхьахэу

(50) Я щыгъыныр мэзышщ, я напэхэр мафIэм щIихъумэнущ

(51) Алыхьым псэ къэскIэ хуэфащэр иритыжынущ, Алыхьым и лъытэныр псынщIэщ

(52) Мыр цIыхухэм яхуэгъэза тхыгъэщ. АбыкIэ ягу кърагъэкIыж икIи иращIэ: Ар Тхьэ Закъуэщ. Акъыл захуэ зиIэхэми ягу кърагъэкIыж