8 - Al-Anfaal ()

|

(1) Къуентхъым щхьэкIэ къоупщIхэр ахэр, яжеIэ: "Къуентхъыр Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэщ зейр". Аращи Алыхьым фыщышыни фи я кум дэлъыр зэвгъэзахуэ, Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ фыхуэжыIэщIэ мыIуминхэу фыщытмэ

(2) МыIуминхэу щытхэр Алыхьым и гугъу ящIамэ зигухэм шынагъуэ къихьэхэращ, Абы и аятхэм къащыхуеджэхэкIэ зи Iиманыр хэхъуэхэращ, я Тхьэм щыгугъхэращ

(3) Нэмэз зыщӀхэр, мылъкуу яттам щыщ зытхэр

(4) Ахэращ ипэжыпIэкIэ мыIуминхэр, абыхэм увыпIэ лъагэхэр, гъэгъуныгъэр, ерыскъыри жумарту яхуэфащэщ я Тхьэм и деж

(5) Апхуэдэу уи Тхьэм уи унэм укъыщIигъэкIащ пэжым папщIэ, мыIуминхэм ящыщ гупым яфIэмыфIми

(6) Пэжым щхьэкIэ къодауэхэр ахэр, ар нахуэ яхуэхъуа пэт, ахэр лIэныгъэм хуашэм хуэдэхэщ къаплъэхэурэ

(7) Алыхьым фыкъигъэгугъат гупитIым щыщ зыр къызэрыфлъысынумкIэ. Фэ фыхуеят Iэщэ зымыIыгъыр къыфлъысыну, ауэ Алыхьыр хуейщ пэжыр къигъэпэжыну и псалъэхэмкIэ, икIи джаурхэри тригъэкIуэдыкIыну

(8) Пэжыр къэпэжыну, пцIыри гъэпцIа хъуну, ар мыхъумыщIэхэм ягу темыхуэми

(9) Фи Тхьэм фелъэIут къывдэIэпыкъуну, Абы жэуап къывитащ: "Сэ мелыIычу мин къыфхуэзгъэкIуэнущ зым зыр иужь иту"

(10) Ар Алыхьым къыфхуищIащ фигъэгуфIэну, фигухэри абы ирипсэхуну, атIэ текIуэныгъэр Алыхь закъуэращ къэзытыр, Алыхьыр Лъэщщ, АкъылыфIэщ

(11) Мис Абы щхьэукъуэныр къыфтригъэхьащ, шынагъуэншэу зэхэфщIэн папщIэ, итIанэ уафэм псыр къыфхуригъэхащ, абыкIэ фигъэкъэбзэну, шейтIаным и фIеягъэр фтрихыну, фигухэр зэтриубыдэну, фи лъэхэри игъэбыдэну

(12) Уи Тхьэм мелыIычхэм яхуиIуэхуащ: "Сэ сывигъусэщ. Iиман къэзыхьахэр вгъэбыдэ! Сэ шынэр джаурхэм ягухэм ислъхьэнщ. Аращи абыхэм я щхьэхэри, я Iэпхъуамбэу хъуари пывуд!"

(13) Ар Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ зэремыувэлIахэм щхьэкIэщ. Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ зыгуэр емыувалIэмэ, атIэ Алыхьым и хьэзабыр гуащIэщ

(14) Аращ тIэ! Феплъыт абы иджы! ИпэжыпIэкIэ джаурхэм яхуэфащэщ мафIэм и хьэзабыр

(15) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, джаурхэм фахуэзамэ зауэм деж фи щIыбхэр яхуэвмыгъазэ

(16) Апхуэдэ махуэм абыхэм зи щIыб хуэзыгъазэр зауэну зимыгъэзауэ, е нэгъуэщIхэм гуэхьэным папщIэ зимыгъэзамэ, абы Алыхьым и губжьыр къытехуэнущ. Абыхэм я увыIэпIэр жыхьэнэмэщ, сыту Iеищэ а кIуапIэр!

(17) Фэракъым ахэр зыукIар, атIэ Алыхьыращ зыукIахэр. Уэракъым икIи зыдзатэр щыбдзам, атIэ Алыхьыращ зыдзатэр, мыIуминхэр игъэунэхуну и дежым къикIа гъэунэхугъэ дахэкIэ. Алыхьыр Зэхэзыхщ, ЗыщIэщ

(18) Аращ! ИпэжыпIэкIэ Алыхьым егъэцIыкIур джаурхэм я хьилагъэхэр

(19) Фхуэфащэр къыфтехуэну фыхуеямэ, атIэ фхуэфащэр къэсащ. Щывгъэтатэмэ фэркIэ нэхъыфIт ар. Ауэ къытевгъэзэжмэ, дэри тедгъэзэжынущ, фи гупми зыри къыфхуищIэнукъым дауэ мыкуэдами. ИпэжыпIэкIэ Алыхьыр зи гъусэр мыIуминхэращ

(20) Уэ Iиман къэзыхьахэ, Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ фыхуэжыIэщIэ, икIи фи щIыбыр хуэвмыгъазэ зэхэфх пэтми

(21) ИкIи фыщымыт: "Зэхэтхащ", - жызыIахэм хуэдэу, езыхэм зыри зэхамыхыу

(22) ИпэжыпIэкIэ Алыхьым и дежкIэ нэхъ псэущхьэ Iейуэ щытыр, дэгухэу, бзагуэхэу, зыри къызгурымыIуэхэращ

(23) Абыхэм фIы яхэлъу Алыхьым ищIатэмэ, абыхэм зэхригъэхынут, ауэ зэхригъэхатэми абыхэм я щIыбхэр къагъэзэнут, ерыщхэу

(24) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ жэуап ефт фыкъыщыхураджэкIэ гъащIэ къывэзытым. ЗэвгъащIэ цIыхумрэ игумрэ яку Алыхьыр зэрыдэтыр, Абым и дежщ фыздызэхуашэсыжынур

(25) Фыдэзыхьэххэм фыщышынэ, ар залымыгъэ фэ фщыщу зезыхьа закъуэхэракъым зытехуэнур. ЗэвгъащIэ Алыхьым и хьэзабыр зэрыгуащIэр

(26) КъэфщIэж мащIэу къарууншэу щIым фызэрытетар. ЦIыхухэм фаубыдынкIэ фышынэт. Ауэ Абы псэупIэ къывитащ, и текIуэныгъэмкIи къывдэIэпыкъуащ, фIыгъуэхэм щыщу ерыскъыри къывитащ, шыкур фщIынкIэ мэхъур

(27) Уэ Iиман къэзыхьахэ, Алыхьымрэ лIыкIуэмрэ фемыпцIыж, амэнэту къыфхуагъэнами фщIэуэ фыхэмыIэбэ

(28) ЗэвгъащIэ: фи мылъкури, фи бынхэри фыдэзыхьэхынщ, Алыхьыращ зи деж псапэшхуэ здэщыIэр

(29) Уэ Iиман къэзыхьахэ, Алыхьым фыщышынэмэ зэхэщIыкI къывитынущ, Iейуэ фтелъхэри фтрихынущ, къыфхуигъэгъунущ, Алыхьращ фIыщIэшхуэ зыбгъэдэлъыр

(30) Мис джаурхэм хьилагъэхэр къыуащIэкI, уаубыдыну, е уаукIыну, е удахуну, ауэ абыхэм хьилагъэ зэрахьэ, Алыхьми хьилагъэ зэрехьэ, Алыхьыр хьилагъэ зезыхуэхэм я нэхъыфIщ

(31) Абыхэм ди аятхэм щахуеджэкIэ жаIэр: "Зэхэтхагъыхэщ ар, дыхуеямэ апхуэдэ жытIэнут. Ар ипэкIэ псэуахэм я таурыхъ къудейщ"

(32) Абыхэм жаIат: "Я Алыхь, ар пэжу Уэ уи деж къикIамэ уафэм къигъэкIи мывэ къыттегъэлъалъэ е хьэзаб гуащIэр къыттегъахуэ"

(33) Ауэ Алыхьым абыхэм хьэзаб ятрилъхьэнутэкъым, уэ абыхэм уахэту, икIи Алыхьым хьэзаб ятрилъхьэнукъым абыхэм яхуигъэгъуну елъэIухэу

(34) Дауэрэ абыхэм хьэзаб зэратримылъхьэнур, абыхэм мэжджыт Хьэрэмым кIуэхэр бламыгъэкIхэу Алыхьым фIэфIхэм щымыщхэу? Абы фIэфIхэр тхьэ шынагъуэ зыхэлъ закъуэхэращ, ауэ абыхэм я нэхъыбэм ящIэркъым

(35) Абыхэм я нэмэзыр Унэм деж фиинрэ Iэгу теуэн къудейт. Феплъ атIэ хьэзаб гуащIэм, джаурхэу фызэрыщытам щхьэкIэ

(36) Джаурхэм я мылъкур ягъакIуэр, Алыхьым и гъуэгум адрейхэр трахунхэм папщIэ. Ар трагъэкIуэдэнущ, итIанэ хущIегъуэжынухэщ, иужькIэ къатекIуэнухэщ. Джаурхэр жыхьэнэмэм щызэхуахусыжынущ

(37) Алыхьым Iеймрэ дэгъуэмрэ зэхигъэкIын папщIэ, Iейхэр зэтрилъхьэн папщIэ, зыр зым и гущIыIум зэхуихьэсхэу псори жыхьэнэмэм хигъэхьэн папщIэ. Ахэращ хэкIуэдахэр

(38) ЯжеIэ джаурхэм абыхэм щагъэтмэ зэрахуигъэгъунур ипэкIэ къэхъуахэр ауэ трагъэзэжмэ, атIэ ипэкIэ щапхъэхэр щыIат

(39) Фазауэ абыхэм дегъэхьэхыныр щагъэтыжыху, динри зэрыщыту Алыхьым ейуэ щытыху, икIи щагъэтыжмэ, атIэ Алыхьым елъагъур ялэжьыр

(40) Ауэ я щIыбхэр къагъазэмэ, зэвгъащIэ Алыхьыращ КъыщхьэщыжакIуэу фиIэр, КъыщхьэщыжакIуэм я нэхъыфIщ, ДэIэпыкъуэгъуми я нэхъыфIщ

(41) ЗэвгъащIэ зыгуэр къуентхъыу къэфхьамэ, абы и тхуанэр ейщ Алыхьым, лIыкIуэм, абы и Iыхьлыхэм, ибэхэм, тхьэмыщкIэхэм, гъуэгу тетхэм, Алыхьыр фи фIэщ хъуар пэжмэ, Ди пщылIми зэхэгъэкIыгъуэ махуэм, гупитIыр щызэпэщIэхуа махуэм къыхуедгъэхар фи фIэщ хъуамэ. Алыхьым сытри хузэфIокIыр

(42) Фэ тафэм и нэхъ благъэ лъэныкъуэм фыщытт, езыхэр тафэм и жыжьэ лъэныкъуэм щытт, чэруанри фи щIагъымкIэ блэкIт. ФызэгурыIуами фызэтехуэнутэкъым уахътэрэ щIыпIэкIэрэ, ауэ Алыхьым иуха Iуэхур нигъэсыжащ, хэкIуэдэн хуейхэр хэкIуэдэн папщIэ нахуэу, псэууэ къэнэну щытхэри къэнэн папщIэ нахуэу. Алыхьыр Зэхэзыхщ, ЗыщIэщ

(43) Алыхьым уигъэлъэгъуахэщ ахэр пщIыхьэпIэкIэ мащIэхэу. Ахэр куэду плъэгъуатэмэ, фышынэнути Iуэхум щхьэкIэ фызэдауэу щIэвдзэнут, ауэ Алыхьым фкъихъумащ, Абы ещIэр фи гум илъхэр

(44) Фыщызэхуэзами Алыхьым ахэр мащIэу фигъэлъэгъуахэщ, фэри абыхэм мащIэу фаригъэлъэгъуащ, Алыхьым иухагъэхэ Iуэхур зэфIигъэкIын папщIэ. Алыхьым и дежщ Iуэхухэм здагъэзэжыр

(45) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, гуп фыхуэзамэ зывгъэбыди Алыхьыр куэдрэ фигу къэвгъэкIыж, фехъулIэнкIэрэ мэхъур

(46) Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ фахуэжыIэщIэ, икIи фызэмыдауэ, армыхъумэ фыхэкIуэдэнущи фи къарури кIуэдынущ, Алыхьыр шэчыныгъэ зыхэлъхэращ зыщIыгъур

(47) Загъэпагэу цIыхухэм зырагъэлъэгъуну къыдэкIахэм я унэхэм зыхуэвмыгъадэ, абыхэм Алыхьым и гъуэгум трахухэр, ауэ Алыхьым абыхэм ягъахъэхэри зэщIеубыдэр

(48) Мисыр шейтIаным абыхэм ялэжьхэр яхуигъэдахэри яжриIащ: "ИпэжыпIэкIэ фэ нобэ къыфтекIуэн щыIэкъым, сэри фи гъунэгъуу сыщыIэнущ". Ауэ гупитIыр щызэрылъагъум, и щIыбыр къигъазэри жиIащ: "Сэ сыфщыщкъым фэ, фэ фымылъагъур солъагъур сэ, сэ Алыхьым сыщошынэ, Алыхьым и хьэзабыр гуащIэщ"

(49) БзитIщхьитIхэмрэ зи гум уз илъхэмрэ жаIэр: "Ахэр я диным къигъэпцIахэщ". Ауэ Алыхьым щыгугъ Iэмэ, атIэ Алыхьыр Лъэщщ, АкъылыфIщ

(50) Уэ плъэгъуатэмэ джаурхэр ди мелыIычхэм зэрагъалIэр. Абыхэм я нэгухэмрэ я щIыбхэмрэ йоуэхэр: "Феплъыт атIэ зэхэзысыхь хьэзабым!

(51) Ар фи IэхэмкIэ къызыхуэфхьыжаращ, алыхьми и пщылIхэм залымыгъэ ярихкъым

(52) Апхуэдэхэт фирхьэун и лъэпкъэгъухэри, абыхэм япэ щыIахэри. Алыхьым нэщэнэхэр пцIыуэ ябжри, Алыхьым ахэр къиубыдахэщ гуэныхьу къахьахэм къыхэкIыу, Алыхьыр КъарууфIэщ, и тезырыр гуащIэщ

(53) Апхуэдэу щIэхъуар Алыхьым лъэпкъым ирита фIыгъуэр зэримыхъуэжыращ, езыхэм ягухэм илъыр ямыхъуэжу, Алыхьыр Зэхэзыхщ, ЗыщIэщ

(54) Фирхьэуным и лъэпкъымрэ абыхэм япэкIэ щыIахэмрэ хуэдэу, абыхэм я Тхьэм и нэщэнэхэр пцIыуэ ябжати тедгъэкIуэдыкIахэщ я гуэныхьхэм къыхэкIыу, фирхьэуным и лъэпкъри едгъэтхьэлахэщ, ахэр псори залымыгъэ зезыхьахэт

(55) ИпэжыпIэкIэ Алыхьым и пащхьэ нэхь псэущхьэ Iейхэр джаурхэращ, абыхэм Iиман къахьынукъым

(56) Абыхэ псалъэ быдэхэр къаIыбохыр, ауэ сытым щыгъуи йопцIыжхэри тхьэ шынагъуэ зыхагъэлъкъым

(57) Абыхэм зауэм уащыхуэзэмэ, удын хьэлъэр ятелъхьэ яужькIэ къэкIуэнухэр зэбгырыхуну, я гум къагъэкIыжынкIэ мэхъур

(58) Лъэпкъ гуэр епцIыжыну ушынэмэ, къэгъанэ уэри езыхэм хуэдэу ящIэурэ, Алыхьым ф1ыуэ илъагъукъым епцIыжакIуэхэр

(59) Джаурхэр ипэ ищыну иремыгугъэхэ, абыхэм щIэпхъуэжыпIэ яIэкъым

(60) Абыхэм яхуэвгъэхьэзыр фхузэфIэкIым хуэдиз Iэщэрэ шырэ фаризэуэну, Алыхьым и бийхэмрэ фэ фи бийхэмрэ иривгъэшынэну, нэгъуэщIу фэ фымыщIэхэу Алыхьым ищIэхэри вгъэшынэну. Алыхьым и гъуэгум тевгъэкIуэдар псори къыфхуэкIуэжынущ зэрыщыту, икIи залымыгъэ къывахынукъым

(61) Ахэр мамырыгъэм хущIэкъухэмэ, уэри абы хущIэкъу, Алыхьми щыгугъ. ИпэжыпIэкIэ Ар Зэхэзыхщ, ЗыщIэщ

(62) Ахэм укъагъэпцIэну хуейхэмэ, атIэ Алыхьыр пхурикъунущ уэ, Аращ и дэIэпыкъуэгъури мыIуминхэри уэ къозытар

(63) Аращ абыхэм ягухэр быдэу зэкъуэт зыщIар. ЩIым тету хъуари тебгъэкIуэдатэми абыхэм ягухэр быдэу зэкъуэт пщIыфынутэкъым, ауэ Алыхьым быдэу зэкъуэту ищIахэщ, Ар ипэжыпIэкIэ Лъэщщ, АкъылыфIщ

(64) Уэ бегъымбар, Алыхьыр пхурикъунущ уэри, уи ужьым ит 1иман къэзыхьахэми

(65) Уэ бегъымбар, Iиман къэзыхьахэр зауэм тегъэгушхуэ, тIощI шэчыныгъэ зыхэлъу фыхъумэ щитIым текIуэнущ, атIэ щэ фыхъумэ миным текIуэнухэщ, джаурхэм щыщу, ахэр къызгурымыIуэ лъэпкъхэщи аращ

(66) Иджы Алыхьым фхуигъэпсынщIащ фи къарууншагъэр къищIэри. Иджы фэ фщыщу шэчыныгъэ зыхэлъу щэр щитIым текIуэнущ, мин къыфхэкIамэ атIэ минитIым текIуэнущ, Алыхьым и IэмыркIэ, Алыхьыр шэчыныгъэ зыхэлъхэм ящIыгъущ

(67) Бегъымбарым гъэр къищтэну хуиттэкъым, щIым лъы щимыгъэжауэ иджыри. Мы дунейм и фIыгъуэхэм фыхуейщ, ауэ Алыхьыр ахърэтращ зыхуейр, Алыхьыр Лъэщщ, АкъылыфIэщ

(68) Алыхьым ипэкIэ къыфхуитхар мыхъуатэмэ, а къэфщтам щхьэкIэ хьэзабышхуэ къыфтехуэнут

(69) Аращи къуентхъыр фшхы фи хьэлэлу икIи фIыуэ, Алыхьми фыщышынэ, ипэжыпIэкIэ Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ

(70) Уэ, бегъымбар, яжеIэ фи IэмыщIэ илъхэм гъэрхэм ящыщу: "Алыхьым ищIэмэ фигу фIы илъу, къыфIырахам нэхърэ нэхъыфIыж къывитынущ, икIи къыфхуигъэгъунущ, Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ"

(71) Ауэ укъагъэпцIэну хуейхэмэ, атIэ ипэкIэ Алыхьым епцIыжахэщ, арати абыхэм ятригъэкIуахэщ, Алыхьыр ЗыщIэщ, АкъылыфIщ

(72) Iиман къэзыхьахэри, куэшыжахэри, я мылъкукIи, я псэхэмкIи Алыхьым и цIэкIэ зэуахэри, ахэр къезыгъэблэгъахэри, ядэIэпыкъуахэри - псори зыр адрейм и дэIэпыкъуэгъухэщ. Ауэ Iиман къэзыхьауэ мыкуэшыжахэм я дэIэпыкъуэгъу фыхъунукъым, ахэр мыкуэшыжыху. Ахэр фадэIэпыкъуну къывэлъэIухэмэ дин IуэхукIэ, фадэIэпыкъуну фтелъщ, нэгъуэщI лъэпкъ псалъэ быдэ зэфтам емыгуауэнумэ ар. Алыхьым елъагъур фэ фщIэхэр

(73) Джаурхэри зыр адрейм и дэIэпыкъуэгъущ. Апхуэдэу фымыщIэмэ щIым фитIнэрэ фэсэдышхуэрэ къыщыхъунущ

(74) Iиман къэзыхьауэ, куэшыжауэ Алыхьым и цIэкIэ зауэхэр, итIанэ ахэр къезыгъэблагъэу дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуахэращ ипэжыпIэкIэ мыIуминхэр, абыхэм яхуэгъэхьэзыращ гъэгъуныгъэрэ ерыскъышхуэрэ

(75) Абыхэм яужь Iиман къэзыхьахэр, куэшыжахэр, зэуахэр фи гъусэхэу - ахэр фэ фщыщхэщ. Ауэ Iыхьлыхэр нэхъ ипэщ, Алыхьым и Тхылъым къызэрыкIуамкIэ. Алыхьми сытри ещIэр