(1) И щытхъур инщ, Тхылъыр и пщылIым къыхуезыгъэхам, икIи абы пцIы хэзмыгъэхьам
(2) Захуэу ищIащ ар, хьэзаб гуащIэу Абы къатригъэхуэнум щихъумэу, Iиман къэзыхьауэ фIы зыщIэхэр иригъэгуфIэу къапэщылъ псапэшхуэмкIэ
(3) ИгъащIэкIэ хэтынухэщ ахэр абы
(4) Алыхьым бын зыхуищтэжащ, - жызыIэхэри сакъынхэу хъыбар яригъэщIэн щхьэкIэ
(5) Абыхэми, абыхэм я адэжьхэми щIэныгъэ лъэпкъ яIэкъым а Iуэхум теухуауэ. Абыхэм я жьэ къыдэкI псалъэр хуабжь дыдэу хьэлъэщ. ПцIы фIэкIаи жаIэкъым абыхэм
(6) Уэ уи псэр ятебгъэкIуэдэну хуэдэщ, абыхэм я лъэужьым уринэщхъейуэ, мы псалъэхэр я фIэщ мыхъумэ
(7) ЩIым тетыр псори дахагъэ хуэтщIащ, ахэр иридгъэунэхуу зи Iуэхухэр нэхъыфIхэр къэтщIэн папщIэ
(8) ИкIи абы тетыр псори сабэ, къэкIыгъэ лъэпкъ зытемыт тщIыжынущ
(9) Е уигугъауэ ара уэ бгъуэнщIагъым щIэсахэмрэ, Ракъимым и цIыхухэмрэ Ди нэщэнэхэм нэхъ гъэщIэгъуэнхэу?
(10) Мис а щIалэщIэхэр бгъуэнщIагъым кIуэхэри жаIащ: "Ди Тхьэ, къыдэт Уи ГущIэгъуныгъэм щыщ, ди Iуэхури зэрынэхъыфIым хуэдэу тхузэтегъэувэж"
(11) Абдежым абыхэм я тхьэкIумэхэр зэхуэтщIащ, бгъуэнщIагъым илъэс зыбжанэкIэ къанэхэу
(12) ИтIанэ ахэр къэдгъэушыжахэщ къэтщIэн папщIэ, гупитIым язу сыт хуэдэм нэхъ тэмэму къилъытэну дапщэрэ абдежым щIэлъахэми
(13) Дэ абыхэм я хъыбарыр пэж дыдэу пхуэтIуэтэнущ: ахэр щIалъэщIэхэу я Тхьэр зи фIэщ хъуахэт, Дэ ахэр гъуэгу захуэм зэрыхущIэкъухэр нэхъри хэдгъэхъуат
(14) Абыхэм ягухэр дгъэбыдащ къэтэджхэу щыжаIэм: "Дэ ди Тхьэр уафэхэми щIылъэми и Тхьэращ, Абы нэгъуэщIу зы тхьэи делъэIукъым, абдежым пцIы жытIэнут атIэ
(15) Мис мы ди лъэпкъым Абы нэгъуэщI тхьэхэр зыхуащтэжащ, ауэ щхьэ къамыхьрэ ар къэзыгъэпэжын щыхьэт нахуэ? Алыхьым пцIы тезылъхьэм нэхърэ хэт нэхъыбэу залымыгъэ зезыхьэр?
(16) Ахэри, ахэр зыхуэпщылIхэри, Алыхьым нэгъуэщIу, къэвгъани бгъуэнщIагъым фыкIуэ, фи Тхьэм и гущIэгъуныгъэр къыфхуиубгъунщ, фи Iуэхури псынщIэ фхуищIынщ"
(17) Уэ плъагъунут дыгъэр къыщытэджкIэ ижьымкIэ абыхэм я бгъуэнщIагъыр къызэрикIухьыр, щыкъухьэжкIэ атIэ сэмэгукIэ кърекIуэкIт. Езыхэри абым ику дыдэм илъхэт. Ахэр Алыхьым и нэщэнэхэм щыщ гуэрхэт. Алыхьым гъуэгу захуэм тригъэувар гъуэгу захуэм тетщ, ауэ щигъэуам уэ хуэбгъуэтыжынукъым къыщхьэщыжакIуи, захуэм хуэзышэжыфыни
(18) Ахэр уэ мыжейхэу къыпфIэщIынут, ауэ ахэр жейхэт. Дэ ахэр зэ ижьымкIэ, зэ сэмэгумкIэ зэпыдгъазэхэт. Абыхэм я хьэри щIыхьэпIэм и лъакъуэхэр иукъуэдияуэ щылът. Абыхэм уеплъатэмэ, ущIэпхъуэжынут псынщIэу, икIи абыхэм хуабжь дыдэу уащышынэнут
(19) Апхуэдэурэ Дэ ахэр къэдгъэушыжащ, зэупщIыжынхэ папщIэ. Абыхэм ящыщ гуэрым жиIащ: "Дапщэрэ мыбы фыщIэса?" ЖаIащ: "Зы махуэ е махуэм щыщ Iыхьэ гуэр". ЖаIащ: "Фи Тхьэм нэхъыфIу ещIэр дапщэрэ фыщIэсами, вгъакIуэ зыгуэр мы дыжьын ахъшэр ефти къалэм. Шхыныгъуэ нэхъыфI гуэрхэр къыфхурегъуэти къыфхурехь, фшхыну. Ауэ хуресакъ ар зыми фыкъримыгъэщIэну
(20) Абыхэм фыкъагъуэтмэ мывэкIэ фаукIынщ, е езыхэм я диным фрагъэхьэжыну хэтынухэщ, итIанэ игъащIэкIэ фехъулIэнукъым"
(21) Апхуэдэу абыхэм я Iуэхур къыщIэдгъэщащ, цIыхухэм ящIэн папщIэ Алыхьым псалъэу итыр зэрыпэжыр, Сыхьэтми шэч къытепхьэну зэрыщымытыр. Мис иджы ахэр зодауэхэр, абыхэм я IуэхукIэ. ЖаIащ: "Абыхэм я гущIыIум унэ гуэр тефщIыхь. Абыхэм я Тхьэм ахэр нэхъыфIу ещIэр". Ауэ зи псалъэр нэхъ тезыгъэкIуэфахэм жаIащ: "Абыхэм я гущIыIум шэч хэмылъу мэжджыт тетщIыхьынущ"
(22) Зыгуэрхэм жаIэр: "Ахэр щы хъухэт, я хьэри еплIанэт". Адрейхэм жаIэр: "Тху хъухэт, я хьэри еханэт". Ущэхуар апхуэдэу къащIэну пылъхэщ. ИкIи жаIэр: "Блы хъухэт, я хьэри еянэт". ЖыIэ: "Си Тхьэм нэхъыфIу ещIэр абыхэм я бжыгъэр, мащIэ дыдэщ ар зыщIэр". Абыхэм я IуэхукIэ нахуэу фIэкIа зыми уемыдауэ, икIи зыми уемыупщI ахэм щыщу, абыхэм я IуэхукIэ
(23) ИкIи зыми теухуауэ жумыIэ: "Мыр пщэдей сщIэнщ"
(24) Алыхьыр абы хуеймэ фIэкIа! Уи Тхьэри уигу къэгъэкIыж пщыгъупщамэ, икIи жыIэ: "Си Тхьэм гъуэгу нэхъ захуэм сытригъэувэнкIэ мэхъур, нэхъ благъэ зэхуагъэм сыхуэхъуну"
(25) Ахэр я бгъуэнщIагъым илъэс щищкIэ щIэлъахэщ, иджыри илъэсибгъу хэтыжу
(26) ЖыIэ: "Алыхьым нэхъыфIу ещIэр ахэр дапщэрэ щIэлъами. Абы уафэхэми щIылъэми ущэхуауэ щыщыIэр зэуэ ейщ. Сытым хуэдэу фIыщэу илъагъурэ икIи зэхихрэ Абы! ЯIэкъым абыхэм нэгъуэщI къыщхьэщыжакIуи Абы мыхъумэ, икIи зыми Абы и мылъкур дигуэшкъым"
(27) Еджэ уэ къыпхуехым уи Тхьэм и деж къикIа Тхылъым иту, щыIэкъым Абы и псалъэхэр зэзыхъуэкIын, икIи бгъуэтынукъым Абы нэгъуэщI екIуэлIапIэ
(28) Шэчыныгъэ зыхэгъэлъ, я Тхьэм пщэдджыжьми пщыхьэщхьэми къыхуезыджэхэм я гъусэу, ахэр Абыи и Нэгуращ зыхущIэкъур. Абыхэм уи нэхэр ятумыгъэплъыкI, мы дунейм и дахагъэхэм ущIэхъуэпсу. ИкIи Дэ гум къэзыгъэкIыжу къедгъэхам ягухэр къафIэмыIуэхуу езыгъэзэкIахэм уахуэмыжыIэщIэ, ахэр я хуеиныгъэхэм кIэлъокIуэхэр икIи я Iуэхухэр пщIэншэу хэкIуэдащ
(29) ЖыIэ: "Пэжыр зыбгъэдэлъыр фи Тхьэращ. Хуейм Iиман кърехь, хуэмейр джауру къренэ". Дэ залымыгъэ зезыхьахэм къахуэдгъэхьэзыращ мафIэр, абы сыт хуэдэ лъэныкъуэкIи къиухъуреихьынухэщ. Ахэр дэIэпыкъуэгъу хуейхэу лъаIуэхэмэ, къадэIэпыкъунухэщи псы къратынущ, ауэ ар псывэщ, я нэгухэр есыр. Сытым хуэдэу Iеищэ а фадэр, сыту Iей а увыIэпIэ яхуэхъуари!
(30) Iиман къэзыхьауэ IуэхуфIхэр зыщIахэм атIэ, Дэ хэдгъэкIуадэкъым фIы зыщIахэм я псапэр
(31) Абыхэм яхуэфащэщ жэнэт игъащIэкIэ зыхэтынухэр, абыхэм псыежэххэр къыщIэжу. Iэпщэхъу дыщэкIэ гъэдэхахэщ, шылэрэ данэрэ къыхэдыкIа щыгъын щхъуантIэхэр ящыгъщ, шэнт щабэхэм зытрагъащIэхэр. Сытым хуэдэу псапэ фIыщэ, сытым хуэдэу увыIэпIэ дэгъуащэ!
(32) Абыхэм къахуэхь щапхъэу лIитIым я хъыбарыр. Зым еттащ жыг хадитI жызум къыщыкIыу, пальмэкIэ къэхухьауэ, абыхэм яку иджыри къэкIыгъэхэр къэдгъэкIащ
(33) А жыг хадитIми я пхъэщхьэмыщхьэхэр къахьырт, зыри хэщI имыIэу, абыхэм якуми псыежэххэр дгъэжахэщ
(34) Абым (жыг хадэхэр зейм) къыхэкI иIэт, итIанэ жиIащ и ныбжьэгъум зыхуигъазэри: "Сэ уэ нэхърэ нэхъыбэ мылъкуи сиIэщ, си дэIэпыкъуэгъухэри нэхъыбэщ"
(35) Ар и жыг хадэм щIыхьэри и щхьэ залымыгъэ ирихыжу жиIащ: "Сыгугъэкъым сэ, мыр зэгуэрым кIуэдыжыну
(36) ИкIи сыгугъэкъым Сыхьэтыр зэгуэрым къэсыну. ИкIи си Тхьэм и деж сагъэгъэзэжу щытмэ, мыбы нэхърэ нэхъыфIыж щызгъуэтынущ"
(37) Абы и ныбжьэгъум жиIащ, псалъэ диIыгъыурэ: "Уэ щIым укъыхэзыщIыкIыу, итIанэ ткIуэпс уищIу, итIанэ цIыхухъуу укъэзыгъэхъуар уи фIэщ мыхъужу ара?
(38) Ауэ Ар Алыхьыращ, си Тхьэщ, си Тхьэм зыри гъусэ хуэсщIкъым сэ
(39) Уэ уи жыг хадэм ущихьэкIэ: "МэшэЛлыхь, Алыхьым нэгъуэщI зыми къару иIэкъым", - жыпIамэ нэхъыфIт. Сэ уэр нэхърэ нэхъ мащIэ мылъкурэ бынрэ сиIэу къыпфIощIыр
(40) Ауэ си Тхьэм уи жыг хадэм нэхърэ нэхъыфI къызитыфынущ, а уи жыг хадэми тезыр уафэм къехыу тригъэхуэфынущ, щIыгу джафэ хъужыху
(41) Е абы и псыр щIым хыхьэжынущи ар къыхэпшыжыфынукъым"
(42) Абы и пхъэщхьэмыщхьэхэр зэуэ кIуэдыжри и IитIыр зэтригъауэу къэнащ, тригъэкIуэдар къищIэжыурэ, абыи и къуэпсхэр зэуэ щIэгъэкъуэнхэм телIэжащ. Абы жеIэр: "Си Тхьэм зыри гъусэ хуэзмыщIа мыгъуэмэ аратэкъэ"
(43) Абы дэIэпыкъуэгъу хуэхъун зыри иIакъым, Алыхьым нэгъуэщI, икIи езыри зыдэIэпыкъужыфакъым
(44) Апхуэдэ Iуэхур щыхъуам и деж Алыхь Пэжыращ дэIэпыкъуэгъу хъуфынур, Абы и дежщ псапэм и нэхъыфIри, кIэух нэхъыфIри
(45) ИтIани абыхэм щапхъэу къахуэхь, мы дуней тетыкIэм теухуауэ. Ар уафэм къедгъэха псым хуэдэщ, щIым тет къэкIыгъэхэм ар яхыхьащ, итIанэ ахэр удз гъуа мэхъужхэр, жьым дэнэкIи ихьхэу. ИкIи Алыхьым сытри хузэфIокIыр
(46) Мылъкумрэ бынхэмрэ мы дунейм и дахагъэщ, ауэ мыкIуэдыж фIыгъэхэм я псапэр нэхъыфIщ уи Тхьэм и пащхьэм, икIи ахэм уи гугъэр яхэбгъэлъмэ нэхъыфIщ
(47) А махуэм къущхьэхэр зедгъэкIуэнущ Дэ, икIи уэ плъагъунущ щIыр занщIэу зэрыдубгъунур. Ахэр псори зэхуэтхусыжынухэщ, зыри ящыщу къэдмыгъанэу
(48) Ахэр я Тхьэм и пащхьэ иувэнухэщ сатыр-сатыру: "Ипэм фыкъызэрыдгъэхъуатэм хуэдэу фыкъытхуэкIуэжащ. Ауэ фэ фи гугъакъым дыщызэIущIэжыну пIалъэ диIэу"
(49) Абдежым Тхылъыр къагъэтIылъынущ, икIи уэ плъагъунущ гуэныхьыщIэхэр абым итым зэрыщышынэхэр. Абыхэм жаIэнущ: "ДыхэкIуэда мыгъуэщ! Сыт Тхылъ мыр! Зыри мащIэм щыщуи, куэдым щыщуи къигъэнакъым абы къимылъытауэ!" Абыхэм я пащхьэм илъу къалъэгъунущ ящIауэ хъуар, икIи уи Тхьэм зыми залымыгъэ ирихынукъым
(50) Дэ мелыIычхэм яжетIат: "Iэдэм щхьэщэ хуэфщI!", икIи абыхэм псоми щхьэщэ хуащIащ, Iиблис мыхъумэ. Ар жынхэм ящыщ зыт, икIи и Тхьэм и унафэм едэIуакъым. АтIэ абырэ, абы и щIэблэмрэ фэ фи тепщэхэу икIи фи дэIэпыкъуэгъухэу фщтэну ара Сэ сыкъэвгъанэу, ахэр фи бийхэу щыт пэтрэ? Сытым хуэдэу залымыгъэ зезыхьэхэм щхьэкIэ Iеищэ а зэрахъуэжар
(51) Ахэр уафэхэри, щIылъэри, езыхэри къызэрызгъэхъуам и щыхьэтлыкъ сщIахэтэкъым, икIи адрейхэр щызгъауэхэр Сэ дэIэпыкъуэгъу сщIыхэкъым
(52) А махуэм Абы жиIэнущ: "Къевджэ Сэ гъусэ къысхуэфщIауэ жыхуэфIахэр". Ахэр къраджэну пылъынухэщ, ауэ абыхэм жэуап къратыжынукъым. Дэ абыхэм яку кIуэдыпIэ дэтщIыхьащ
(53) ГуэныхьыщIэхэм мафIэр ялъагъумэ къагурыIуэнущ, абым шэч хэмылъыжу зэрыхэхуэнухэр. Абыхэм къезыгъэлын ягъуэтыжынукъым абдежым!
(54) Мы КъурIэным цIыхуу хъуам папщIэ щапхъэхэр къэтхьащ, ауэ цIыхум я нэхъыбэр дауэныращ зыхуекъур
(55) Сыт цIыхухэм зэран яхуэхъуар, Iиман къахьыну гъуэгу захуэр къащыхуэкIуам, икIи я Тхьэм къахуигъэгъуну елъэIунхэм сыт зэран хуэхъуар, япэкIэ псэуахэм я гъуэгум хуаунэтIынымрэ хьэзабыр я пащхьэм къиувэнымрэ фIэкIа?
(56) Дэ лIыкIуэхэр къызэрыдгъакIуэр зыгъэгуфIэхэу фIыуэ къапэщылъымкIэ икIи Iейуэ къэкIуэным щызыхъумэхэущ. АтIэ джаурхэм щыхьэтлыкъ пцIыхэр къахьурэ мэдауэхэр, пэжыр ягъэпцIын папщIэ. ИкIи ахэм Си нэщэнэхэмрэ зэрагъэшынэхэмрэ щIэнэкIалъэ ящIыр
(57) Хэт нэхъ залымыгъэ зезыхьэр и Тхьэм и нэщэнэхэр зигу къагъэкIыжу, абыхэм зи щIыбыр хуэзыгъэзау, и IитIым къахьар зыщыгъупщэжам нэхърэ? Абыхэм ягухэм тепхъуэ теддзащ Дэ, ар къагурымыIуэну, икIи я тхьэкIумэхэр дэгу тщIащ. Ахэр гъуэгу захуэм къыхуебджэми, зэи гъуэгу захуэм теувэнухэкъым ахэр
(58) Уи Тхьэр Зыгъэгъущ, гущIэгъуныгъэ зыхэлъщ. Абыхэм къалэжьамкIэ тезыр ятрилъхьэтэмэ, я хьэзабыр псынщIэу къалъэIэсынут, ауэ абыхэм пIалъэ яритащи, абым къелыпIэ хуагъуэтынукъым
(59) А къалэхэри Дэ тедгъэкIуэдыкIащ залымыгъэ щызэрахьэм, икIи абыхэм я кIуэдыжыным пIалъэ хуэтщIат
(60) Мис Мусэ щIыгъу щIалэм жриIащ: "СыкъэувыIэнукъым, хитIыр здызэхыхьэ щIыпIэм сынэмысауэ, е зекIуэм илъэс зыбжанэ тезмыгъэкIуэдауэ"
(61) Ахэр здызэхыхьэм щынэсым, абдежым я бдзэжьейр ящыгъупщэри, абым и гъуэгур хишри ирикIуащ
(62) Иджыри щыкIуатэхэм, абы и IуэхутхьэбзащIэм жриIащ: "Къытхуэхь ди шэджагъуашхэр, мы ди зекIуэм дригъэзэшащ"
(63) Абы жиIащ: "ПщIэжрэ уэ къущхьэм и деж дыщетIысэхатэр? Сэ бдзэжьейр сщыгъупщэжри, икIи шейтIаныращ ар сщызгъэгъупщар сигу къэмыкIыжу. АтIэ ар хым хыхьэжащ гъэщIэгъуэныщэу"
(64) Абы жиIащ: "Арат дэ дызыхуеятэр!" ИтIанэ абыхэм я лъэужьхэмкIэ ягъэзэжащ
(65) Абдежым ахэр хуэзахэщ ди пщылIхэм ящыщ зым, абы Ди фIыгъуэхэм щыщ еттащ икIи Ди щIэныгъэм щыщ едгъэщIащ
(66) Мусэ абым жриIащ: "Хъуну уи ужьым ситу сыкIуэ, уэ гъуэгу захуэм щыщу щIэныгъэу уиIэм щыщ сэри сэбгъэщIэн папщIэ?"
(67) Абы жиIащ: "Уэ уи шэчыныгъэр ирикъунукъым, сэ узигъусэн папщIэ
(68) Дауэрэ шэчыныгъэ зыхухэбгъэлъыну уэ, уи щIэныгъэм зэщIимыубыдэм ехьэлIауэ?"
(69) Абы жиIащ: "Алыхьым жиIэмэ, сэ шэчыныгъэ зыхэлъу сыплъагъунщ, икIи уи унафэми сыфIэкIынкъым"
(70) Абы жиIащ: "АтIэ сэ си ужь уитынумэ, зыкIи укъызэмыупщI, сэ абы и гугъу пхуэзмыщIыху"
(71) Ахэр т1ури ежьэхэри кхъухьым щит1ысхьэхэм, ар гъуанэ ищ1ащ. Абы (Муса) жи1ащ: "Ар гъуанэ щ1эпщ1ар исхэр ебгъэтхьэлэн щхьэк1э? Мыхъумыщ1агъэ хьэлъэ бгъэхъащ ат1э"
(72) Абы жиIащ: "БжесIатэкъэ сэ уэ уи шэчыныгъэр зэрыримыкъунур, сэ узигъусэн папщIэ?"
(73) Абы жиIащ: "Тезыр къыстумылъхьэ, сщыгъупщэжам къыхэкIыу, схуэмыхьын хьэлъэри си пщэ къыдомылъхьэ"
(74) ИтIанэ абыхэм я гъуэгур пащащ, щIалэ цIыкIу къапэщIэхуэху. Абым иукIащ ар. Абы (Мусэ) жиIащ: "Зыри зимылажьэ цIыху, зымыукIа цIыхур быукIауэ ара уэ?" Уэ гуэныхь емыкIущэ бгъэхъащ!"
(75) Абы жиIащ: "БжесIатэкъэ сэ уэ уи шэчыныгъэр зэрыримыкъунур, сэ узигъусэн папщIэ?"
(76) Абы жиIащ: "Абы иужь зыгуэркIэ соупщIыжмэ, гъуэгум си гъусэу утемыхьэж. ИпэкIэ къысхуэбгъэгъуну солъэIуагъэхэщ"
(77) АдэкIэ я гъуэгум пащащ абыхэм, жылэ гуэрым дэсхэм я деж къэсыхухэкIэрэ. Абы дэсхэм елъэIуахэщ, шхын къратыну, ауэ абыхэм ядакъым ахэр ягъэхьэщIэну. Абдежым блын къалъэгъуащ, зэхэкъутэну хьэзыру. Абы ар игъэузэхужащ. Абы (Мусэ) жиIащ: "Ухуеятэмэ абы и пщIэр къаIипхыжынт"
(78) Абы жиIащ: "Мыр уэрэ сэрэ дыщызэбгъэдэкIыжщ, ауэ плъагъуу шэчыныгъэ зыхэбгъэлъу узыхущымытыфам къикIыр пхуэсIуэтэнщ
(79) Кхъухьыр атIэ хым щылажьэ тхьэмыщкIэхэм яйт. Сэ ар гъуанэ сщIыну сыхуеящ, абыхэм япэкIэ пащтыхь къарукIэ кхъухьхэр зыщтэ къапэщылъти
(80) ЩIалэ цIыкIум атIэ и адэ-анэр Iиман зыхэлъхэт, дэ дышынащ абы и залымыгъэмрэ джаурыгъэмрэ къыхэкIкIэ ахэр гугъу иригъэхьыну
(81) Дэ дыхуеящ абыхэм я Тхьэм абым ипIэкIэ нэхъ къабзэу икIи нэхъ гущIэгъу зыхэлъ къаритыну
(82) АтIэ блыныр ибэ щIалэ цIыкIуитIым яйт, а къалэм щыщхэу. Абым и щIагъым щIэлъщ абыхэм я кIадэ. Абыхэм я адэр цIыхуфIу щытащ, икIи уи тхьэр хуеящ ахэр балигъ хъууэ я кIадэр къыщIахыжыну, уи Тхьэм и гущIэгъукIэ. Сэ ар си унафэкIэ сщIакъым. Аращ уэ шэчыныгъэ зыхэбгъэлъу узыхущымытыфар"
(83) Ахэр къоупщIыр Зу Ал-Къэрнейн щхьэкIэ. ЖыIэ: "Сэ абы и хъыбар фхуэсIуэтэнщ"
(84) Дэ абы щIым деж унафэ щеттащ икIи зыхуей псоми зэрынэсын Iэмал хуэтщIащ
(85) Ар гъуэгу техьащ
(86) Дыгъэр здыкъухьэжым щынэсым къилъэгъуащ, ар псынэ утхъуам зэрыхэхьэжыр . Абдежым къыщигъуэтащ лъэпкъ. Дэ жытIащ: "Уэ Зу Ал-Къэрнейн, е хьэзаб ябгъэлъагъунщ абыхэм, е фIы яхуэпщIэнщ"
(87) Абы жиIащ: "Залымыгъэ зезыхьахэм хьэзаб ятетлъхьэнущи, итIанэ я Тхьэм и деж ягъэзэжынущи хьэзаб гуащIэ ятрилъхьэнущ
(88) Ауэ Iиман къэзыхьауэ IуэхуфIхэр зыщIам псапэ нэхъыфIыр еттынущ икIи ди унафэхэм щыщу псынщIэ гуэрхэр яжетIэнущ"
(89) ИтIанэ абы и гъуэгум пищащ
(90) ар дыгъэм и къуэкIыпIэм щынэсым къилъэгъуащ абым щызыхъумэну зыри зи щыгум имыт лъэпкъым я щыгум къызэрытэджыр
(91) Мис апхуэдэщ, Дэ ди щIэныгъэмкIэ абы къыщыщIыр псори зэщIэдубыдащ
(92) ИтIанэ абы и гъуэгум пищащ
(93) Ар бгитIым яку дэкIыпIэм щынэсым къилъэгъуащ, абыхэм я пащхьэм ерагъыу псалъэр къызгурыIуэ лъэпкъ
(94) Абыхэм жаIащ: "Уэ Зу Ал-Къарнейн, ЕIджуджрэ МэIджуджрэ щIым фэсэдым зырагъэубгъу. Уэ пщIэ къоттмэ, абыхэмрэ дэрэ ди зэхуакум кууутI дэпщIыхьынт?"
(95) Абы жиIащ: "Сэ си Тхьэм къызитар абым нэхърэ нэхъыфIщ. Фи къарукIэ фыкъыздэIэпыкъуи, абыхэмрэ фэрэ фи я кум кууутI дэсщIыхьынщ
(96) Къызэфт гъущI такъырхэр". Абы къущхьэхэм я джабитIыр зэхуищIыхукIэ дэз ищIри, жиIащ: "Фепщэ!" ИтIанэ ахэр мафIэ щыхъум, абы жиIащ: "Къэфхь гъуаплъэ гъэткIуар абым тескIэну"
(97) Ахэр абы къыдэкIуеифахэкъым икIи пхыраудыфакъым
(98) Абы жиIащ: "Ар си Тхьэм къызита фIыщIэщ! Си Тхьэм и псалъэр къыщигъэпэжкIэ, ар псори щIым хигъэгъуэщэжынущ. си Тхьэм и псалъэр пэжщ"
(99) А махуэм абыхэм яхуэддэнущ зыр адрейм, толъкъуным хуэдэу, теуэну. ИтIанэ бжьом епщэнухэщ, икIи Дэ псори ахэр зэгъусэу зэхуэтшэсыжынущ
(100) А махуэм жыхьэнэмэр нахуэу джаурхэм ядгъэлъагъунущ
(101) Абыхэм я нэхэм тепIэн телът, ягухэм сыкъагъэкIынымрэ езыхэмрэ яку дэту. ИкIи абыхэм зэхахыфынутэкъым
(102) Джаурхэм ягугъауэ арат Си пщылIхэр къыщхьэщыжакIуэу икIи дэIэпыкъуэгъуу ящтэнхэу Сэ си пIэкIэ? ИпэжыпIэкIэ Дэ жыхьэнэмэр увыIэпIэ яхуэтщIащ джаурхэм
(103) ЖыIэ: "Нэхъыбэ дыдэу зи Iуэхухэр хэкIуэдахэр вжетIэн?
(104) Абыхэм я гугъуехьхэр мы дунейм щыгъуэщахэщ, абыхэм фIы ящIэу къафIэщIтэми
(105) Ахэращ я Тхьэм и нэщэнэхэри, Абы зэрыхуэзэжынухэри зи фIэщ мыхъуахэр. Абыхэм я Iуэхухэр хэкIуэдащ, Къемэт махуэми абыхэм пщIэ яттыхэнукъым
(106) Абыхэм яхуэфащэр жыхьэнэмэщ, я джаурыгъэм къыхэкIауэ, икIи си нэщэнэхэмрэ си лIыкIуэхэмрэ щIэнакIэхэу зэрыщытам щхьэкIэ
(107) ИпэжыпIэкIэ Iиман къэзыхьауэ фIы зыщIахэм жэнэт Фирдэусыр увыIэпIэ яхуэтщIынущ
(108) ИгъащIэкIэ абы къыщинэнухэщ икIи зэхъуэкIыныгъэу зыри хуеинухэкъым
(109) ЖыIэ: "Хыр зэрыщыту шакъэ хъуатэмэ си Тхьэм и псалъэхэм папщIэ, хыр къиухынут си Тхьэм и псалъэхэр къимыухыурэ, абым хуэдиз дыдэ иджыри зы хы дэIэпыкъуэгъуу къэтхьатэми"
(110) ЖыIэ: "Сэ фэ сыфхуэдэ къабзэу сыцIыху къудейщ. Уэхьи къысхуехауэ аращ, фи Тхьэр зэрытхьэзакъуэр. И Тхьэм хуэзэну щыгугъым IуэхуфIхэр ирещIэ икIи и Тхьэм и гъусэу зыми хуремыпщылI"