(1) Сад, КъурIэн гум къэзыгъэкIыжыр зэрытымкIэ соIуэр!
(2) Джаурхэр йопэгэкIхэр икIи пэжым езэгъхэкъым!
(3) Абыхэм япэкIэ лIэщIыгъуэ дапщэ хэдгъэкIуэда Дэ! Ахэр кIийхэт, ауэ Iэмал щыIэжтэкъым лъэныкъуэ зебгъэзыну.
(4) Ахэм ягъэщIэгъуащ Iейм зыщахъумэну къыхуезыджэр къащыхуэкIуам, езыхэм ящыщу. Джаурхэм жаIащ: "Мыр уд пцIыупсщ!
(5) Тхьэхэр псори зы тхьэ ищIауэ ара? Ар икъукIэ гъэщIэгъуэнщ".
(6) Абыхэм ящыщ цIыху цIэрыIуэхэм IуагъэзыкIыжри жIащ: "ФыкIуэ, фи тхьэхэм щхьэкIи шэчыныгъэ зыхэвгъэлъ! Ар Iуэху ягъэунэхуа гуэрэщ.
(7) Зэхэтхакъым апхуэдэ ипэкIэ щыIа диным хэтауэ. Мыр къагупсыса гуэрэщ!
(8) Гум къэзыгъэкIыжыр мыбы и закъуэу къыхуехауэ ара?" Хьэуэ тIэ! Абыхэм шэч къытрахьэр Сэ Си Гум къэзыгъэкIыжым! Хьэуэ тIэ! Абыхэм иджыри хьэзабыр зэхащIакъым!
(9) Е абыхэм яIэу ара уи Тхьэм и гущIэгъум и гъэтIылъыгъэхэр? Ар Лъэщщ, Тыгъэхэр зытщ.
(10) Е абыхэм уафэхэмрэ щIылъэмрэ, абыхэм я кум дэлъымрэ и унафэр ящIу ара? ДрырекIуейхэ атIэ уафэм зыгуэрхэмкIэ.
(11) А дзэр хэкIуэдэнущ ипэкIэ къэкIуа зэгурыIуауэ щытахэм хуэдэу.
(12) Абы ипэкIэ пцIыуэ ябжат (лIыкIуэхэр) Нухь и лъэпкъми, хьадхэми, Фирхьэунми, бжэгъухэр зиIэм,
(13) сэмудхэми, ЛутI и лъэпкъми, Айкэ дэсахэми. Ахэр псори зыт зэрыгупсысэр.
(14) Абыхэм псоми лIыкIуэхэр пцIыуэ ябжат, хьэзабри къатехуащ.
(15) Ахэр зэжьэн щыIэжкъым зы епщэгъуэм мыхъумэ, абы къэгъазэ иIэкъым.
(16) Абыхэм жаIащ: "Ди Тхьэ, тхуэфащэр псынщIэу къыдэт щалъытэ махуэм ипэкIэ".
(17) Шэчыныгъэ зыхэгъэлъ абыхэм жаIэхэм щхьэкIэ, уигу къэгъэкIыж Ди пщылI къарууфIэ Дауд. Абы сытым щыгъуи тобэ ищIыжт.
(18) Къущхьэхэр дгъэжыIэщIащ, абым щIыгъуу щытхъур яIэтт шэджагъуэужьми пщэдджыжьми.
(19) Бзухэри псори зэгъусэу, псори Абы йолъэIухэр.
(20) Абы и унафэр дгъэбыдащ, еттащ акъылыфIагъэ, псалъэ зэхэзыхури.
(21) Къыбнэса зэдауэхэм я хъыбарыр? Ахэр нэмэз щIыпIэм и блыным щхьэдэхахэт.
(22) Дауд и деж щIыхьэхэри ягъэщтащ. Абыхэм жаIащ: "Умышынэ, дэ дызэдауэу аращ, зым адрейм залымыгъэ ирихыу аращ. Аращи ди Iуэхур зэхэгъэкI захуэу, залымыгъэ къыдомых, гъуэгу захуэри дэгъэлъагъу.
(23) Мыр си къуэшщ, абы бгъущIрэ бгъу мэлу иIэщ. Сэ зы мэл закъуэ сиIэщ. Абы жеIэр: "Ар сэ къызэт", - икIи псалъэкIэ къыстекIуащ".
(24) Абы (Дауд) жиIащ: "Абы уи мэлыр ептыну езым и мэлхэм хигъэхьэну къыщыбжиIэм, залымыгъэ къыуищIауэ аращ. ИпэжыпIэкIэ, зэгухьауэ щытахэм залымыгъэ зым адрейм куэдрэ иращIылIэр, Iиман къэзыхьахэмрэ фIы зыщIахэмрэ мыхъумэ. Ауэ апхуэдэхэр мащIэщ". Дауд къыгурыIуащ Дэ ар зэрыдгъэунэхутэр, и Тхьэм къыхуигъэгъуну елъэIуащ, щхьэщэ ищIащ, тобэ къихьыжащ.
(25) Абы хуэдгъэгъуащ ар, ар тпэгъунэгъу тщIащ Дэ, абы хуэгъэхьэзыращ щIыпIэ фIыщэ здигъэзэжын.
(26) Уэ Дауд! Уэ утщIащ Ди къуэдзэ щIым деж, цIыхухэм яку унафэ щIы хейуэ, хуеиныгъэхэм уакIэлъымыкIуэ, абы ущигъэуэнщ Алыхьым и гъуэгум. Алыхьым и гъуэгум щызгъауэхэм хьэзаб хуабжьыр яхуэгъэхьэзыращ, Лъытэныгъэ махуэр зэращыгъупщам щхьэкIэ.
(27) Уафэри, щIылъэри, абыхэм яку дэлъри гъуэщэныгъэкIэ къэдгъэщIакъым Дэ. Апхуэдэу егупсысхэр джаурхэращ. Унэхъунухэщ атIэ джаурхэр МафIэм щхьэкIэ.
(28) Е Iиман къэзыхьахэу фIы зыщIахэр тщIыну ара фэсэд щIым щызыщIэхэм хуэдэ? Е тхьэм щышынэхэр гуэныхьыщIэхэм хуэдэ тщIыну ара?
(29) Мыр уи дежым недгъэха Тхылъ берычэтщ, абы и Iэятхэм егупсысын щхьэкIэ, акъыл зиIэхэми ягу къагъэкIыжын щхьэкIэ.
(30) Дауд еттащ Сулейман, ар пщылI фIыщэщ, сытым щыгъуи Алыхьым тобэ хуищIт.
(31) Абы шэджагъуэнэужьым ирагъэлъэгъуат шы псынщIэхэр.
(32) Абы жиIащ: "Сэ къыхэсхат фIыгъуэхэр фIыуэ слъагъуныр, си Тхьэр сигу къэзмыгъэкIыжу дыгъэм зигъэпщкIужыху.
(33) Къэфшэж ахэр си дежым!" ИтIанэ абыхэм я лъакъуэхэмрэ я щхьэхэмрэ зэпиудыну иригъэжьащ.
(34) Сулеймани дгъэунэхуащ и пщы тахътэм хьэдэ теддзэри. Абы итIанэ тобэ къихьыжащ.
(35) Абы жиIащ: "Си Тхьэ, къысхуэгъэгъуи сэ зыми си ужькIэ имыIэн мылъку къызэт, Уэ, ипэжыпIэкIэ, Тыгъэ зытщ".
(36) Абы жьыр хуэжыIэщIэ хуэтщIащ, абы и унафэкIэ йопщэр езыр здыхуеймкIэ,
(37) шейтIанхэри, ухуакIуэхэри абыхэм щыщу, псым зыщIэзыхуэхэри,
(38) нэгъуэщIхэри, Iэхъулъэхъухэр ятелъхэу.
(39) Ар Дэ тыгъэ пхуэтщIащ. ФIы яхуэщIэ е яхуумыщIэ, уэ уалъытэнукъым.
(40) Ар, ипэжыпIэкIэ, благъэ тщIащ Ди дежым, абы щIыпIэ фIыщэри, здигъэзэжынри хуэгъэхьэзыращ.
(41) Ди пщылI Аюби уигу къэгъэкIыж. Ар елъэIуащ и Тхьэм: "ШейтIаным зэрани гуауи къызихащ!"
(42) (Абы жетIащ): "Уи лъакъуэкIэ теуэ! Мис псы къабзэ зырибгъэпскIынуи, уефэнуи".
(43) Абы и унагъуэри, абыхэм иджыри хуэдизри еттащ ящIыгъуу Ди гущIэгъум къыхэкIыу икIи гукъэкIыжу акъыл зиIэхэм щхьэкIэ.
(44) Къащтэ уи IэкIэ Iэрамэ, итIанэ абыкIэ еуэ, икIи уемыпцIыж уи тхьэрыIуэм. Дэ ар шэчыныгъэ зыхэлъу тлъэгъуащ, сытым хуэдэу пщылI фIыщэт! Абы сытым щыгъуи тобэ ищIт.
(45) Ди пщылIхэу уигу къэгъэкIыж Ибрэхьим, Исхьэкъ, Якъуб лъэщхэр, Iущхэр.
(46) Ахэр хэтхащ Дэ гу къабзэу иужьрей екIуэлIэжыпIэр ягу къызэрагъэкIыжым щхьэкIэ.
(47) Ахэр Дэ Ди дежым хэхахэщ, нэхъыфI дыдэхэщ.
(48) Уигу къэгъэкIыж Исмэхьили, Альясхьи, Зу Аль-Кифли. Ахэр псори нэхъыфIхэм щыщщ.
(49) Мыр гукъэкIыжщ, тхьэшынагъуэ зыхэлъхэми яхуэгъэхьэзыращ екIуэлIэжыпIэ фIыщэр
(50) Жэнэт лъапIэр, абы и бжэхэм зыхузэIуахынущ абыхэм.
(51) ЗытрагъэщIауэ щылъынухэщ, пхъэщхьэмыщхьэрэ ирафынрэ къыхуахьыну къраджэхэу.
(52) Абыхэм ящIыгъунущ зэныбжьэгъу цIыхубзхэр, я напIэр къамыIэту.
(53) Аращ фэ фызэрагъэгугъар Лъытэныгъэ махуэм.
(54) Аращ дэ кIэух зимыIэ тыгъэу фхуэтщIынур.
(55) Мис аращ! ИпэжыпIэкIэ, гъунэм зэпрыкIахэм яхуэгъэхьэзыращ екIуэлIэжыпIэ Iеищэ
(56) Жыхьэнэмэ здыхэсыхьынухэр. Сыту Iеищэ а гъуэлъыпIэр!
(57) Аращ! Иреплъхэ атIэ псывэмрэ шынымрэ.
(58) НэгъуэщIхэри абыхэм хуэдэу хьэзаб зэращIылIэн.
(59) (Джаурхэм жраIэнущ): "Мис фэ фи гъусэу гуп хадзэнури! ФIэхъус яIэкъым абыхэм! ИпэжыпIэкIэ, ахэр МафIэм хадзэнущ".
(60) Абыхэм жаIэнущ: "Хьэуэ атIэ, фэращ фIэхъус зимыIэхэр, фэращ ахэр къытхуэзыхьар, сытым хуэдэу Iеищэ мы щIыпIэр!"
(61) Абыхэм жаIэнущ: "Ди Тхьэ, мыр къытхуэзыхьахэм я хьэзабыр хэгъахъуэ Жыхьэнэмэм".
(62) Абыхэм жаIэнущ: "Сыт дэ щIэдмылъагъур Iейхэу дыбжу щыта лIыхэр?
(63) Ахэр яхуэмыфащэу щIэнэкIалъэ тщIыуэ щытауэ ара? Е ди нэхэм ямылъагъухэу ара?"
(64) ИпэжыпIэкIэ, МафIэм хэтхэм я зэдэуэныр пэж дыдэщ.
(65) ЖыIэ: "Сэ Iейм зыщыфхъумэну фыкъыхуезджэ къудейуэ аращ, Алыхьым нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым, Закъуэщ, Псори зыхузэфIэкIщ,
(66) Уафэхэми, щIылъэми, абыхэм яку дэлъми я Тхьэщ, Лъэщщ, Зыгъэгъущ!"
(67) ЖыIэ: "Ар хъыбар инщ,
(68) фэ абы фи щIыбыр хуэвгъазэт.
(69) Сэ сиIэкъым хъыбар, гуп хэIэтыкIар зэрызэдауэтэм теухуауэ.
(70) Сэ уэхьи къысхуокIуэ къудейщ нахуэ зыщIу, Iейм зыщыфхъумэну фыкъыхуезыджэу сызэрыщытыр".
(71) Мис уи Тхьэм яжриIащ мелыIычхэм: "Сэ цIыху къыхэсщIыкIынущ ятIагъуэм.
(72) Ар екIуу згъэпсмэ, Си псэм щыщ хэзгъэхьэнщи, итIанэ щхьэщэ абы хуэфщIи фи щхьэр хуэвгъэтIылъ".
(73) МелыIычхэм псоми я щхьэхэр хуагъэтIылъащ, зыри ящымыщIэу.
(74) Иблис закъуэ мыхъумэ, ар епэгэкIри джаурхэм щыщ хъуащ.
(75) Абы жиIащ: "Уэ Иблис, сыт уэ уи щхьэр хуэбгъэтIылъыну зэран къыпхуэхъуар а Си IитIкIэ сщIам? УепэгэкIауэ ара е зыкъызыфIэщIыжахэм уащыщ?"
(76) Абы жиIащ: "Сэ абы нэхърэ сынэхъыфIщ, сэ мафIэм сыкъыхэпщIыкIащ, ар ятIагъуэм къыхэпщIыкIащ".
(77) Абы жиIащ: "ИкI мыбы, иджы уэ урахуащ.
(78) ИкIи уэ Си нэлатыр къыптехуащ Къемэт махуэ нэс".
(79) Абы жиIащ: "Си Тхьэ! Къызэт пIалъэ ахэр къыщагъэхъужыну махуэм нэс".
(80) Абы жиIащ: "ИпэжыпIэкIэ, уэ пIалъэ зратахэм уащыщщ
(81) зи пIалъэр гъэунэхуа махуэм нэс!"
(82) Абы жиIащ: "Уи ЛъэщагъэкIэ соIуэр, ахэр щызгъэуэнухэщ сэ,
(83) Уи пщылI пэж дыдэхэм мыхъумэ абыхэм щыщу".
(84) Абы жиIащ: "Мис пэжыр! Сэ пэж фIэкIа жысIэкъым.
(85) Жыхьэнэмэр шэч хэмылъу из сщIынущ уэрэ уэ къыпкIэлъыкIуэнухэмрэкIэ псомкIи".
(86) ЖыIэ: "Сэ абы щхьэкIэ пщIэ къызэфтыну сывэлъэIукъым икIи къысхуехым нэхъыбэ фтеслъхьэну сыпылъкъым.
(87) Мыр дунейуэ хъуам щхьэкIэ Гум къэзыгъэкIыжщ.
(88) Фэри шэч хэмылъу къэфщIэнущ абы и хъыбары, зы тIэкIу дэкIмэ".