63 - Al-Munaafiqoon ()

|

(1) ФэрыщIхэр къыщыпхуэкIуэкIэ жаIэр: "Дэ щыхьэт дохъур уэ Алыхьым узэрилIыкIуэмкIэ". Алыхьым ещIэр, уэ Абы узэрилIыкIуэр, Алыхьым щыхьэт къехьыр фэрыщIхэм пцIы зэраупсымкIэ.

(2) Абыхэм я тхьэрыIуэхэр мэIуху ящIащ, адрейхэри Алыхьым и гъуэгум трахуащ! ИпэжыпIэкIэ, Iеищэщ абыхэм ящIэр!

(3) Апхуэдэу щIыщытыр абыхэм Iиман къахьауэ щытащ, итIанэ джаур хъуахэщ, итIанэ ягухэр хуагъэбыдащ, абыхэм зыри къагурыIуэжкъым.

(4) Абыхэм уеплъмэ, я Iэпкълъэпкъыр богъэщIагъуэр. Ахэр псалъэмэ, я псалъэхэм уодэIур. Ахэр пхъэ кIэрыгъэщIахэм хуэдэхэщ. Сыт хуэдэ гуо макъри езыхэра къафIощIыр къыщIэIур. Ахэр бийхэщи яхуэсакъ, Алыхьым тригъэкIуэдыкI ахэр, сытым хуэдэу егъэзэкIахэ!

(5) Абыхэм щыжраIэкIэ: "ФыкъакIуэ, Алыхьым и лIыкIуэр фхущIэлъэIунщ къыфхуагъэгъуну", - я щхьэхэр ягъэхъейр. икIи уэ болъагъур ахэм пагэурэ я щIыбхэр къызэрагъазэр.

(6) Абыхэм хуагъэгъуну ущIэлъэIуми, ущIэмылъэIуми - тIури зэхуэдэщ абыхэм щхьэкIэ. Алыхьым яхуигъэгъунукъым абыхэм. ИпэжыпIэкIэ, Алыхьым ишэкъым гъуэгу захуэкIэ фасикъ лъэпкъыр.

(7) Ахэращ жызыIэр: "Алыхьым и лIыкIуэм щIыгъухэм зыри явмыт ар къамыгъэнэху". Алыхьыращ уафэхэми, щIылъэми и гъэтIылъыгъэхэр зейр, ауэ фэрыщIхэм ар къагурыIуэкъым.

(8) Абыхэм жаIэр: "Мэдинэм дгъэзэжмэ, лъэщхэм гъэпудахэр къыдахунухэщ". Лъэщыгъэр зейр Алыхьыращ, Абы и лIыкIуэращ, мыIуминхэращ. Ауэ фэрыщIхэм ящIэркъым.

(9) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, фи мылъкумрэ фи бынхэмрэ фытремыгъэщхьэрыукI Алыхьыр фигу къэвгъэкIыжыным. Апхуэдэу зыщIэхэр атIэ хэкIуэдахэщ.

(10) Фэттам щыщи хэфтыкI фэ фщыщ гуэрым лIэныгъэр къыхуэмыкIуэ щIыкIэ. Абдежым жиIэнущ: "Си Тхьэ, сыбгъэгувамэ аратэкъэ тIэкIу, факъырэIус стынут, фIы зыщIэхэм ящыщи сыхъунут".

(11) Алыхьым игъэгувэкъым зы псэи абы и пIалъэр къэсамэ, Алыхьыр щыгъуазэщ фэ фщIэхэм.