(1) Сурэр къедгъэхащ, унафэри абы тетщIыхьащ, абы хэтуи нэщэнэ нахуэхэр къедгъэхащ, фигу къэкIыжынкIэ мэхъур
(2) Зинэ зыщIа бзылъхугъэми, хъулъхугъэми удынищэ тефлъхьэ. Ахэм фигу щIэвмыгъэгъу, Алыхьым и диным щхьэкIэ, Алыхьымрэ, ахърэт махуэмрэ фи фIэщ хъумэ. Абыхэм я хьэзабри Iиман къэзыхьахэм ящыщ гупым иралъагъу
(3) Зинэ зыщIа хъулъхугъэм къишэнур зинэ зыщIа бзылъхугъэщ е тхьэ куэдым хуэпщылIыращ, зинэ зыщIа бзылъхугъэри зыдэкIуэ хъунур зинэ зыщIа хъулъхугъэщ е тхьэ куэдым хуэпщылIыращ. Ар хьэрэмщ, Iиман къэзыхьахэм щхьэкIэ
(4) Лажьэ зимыIэ бзылъхугъэхэм пцIы ятезылъхьэхэу цIыхуиплI щыхьэт хъуну къэзымышам удыну ищI тефлъхьэ, абыхэм я щыхьэтри зэи къабыл фымыщIыж. Ахэр мыхъумыщIэ зыщIэхэщ
(5) Абы иужькIэ тобэ къэзыхьыжу фIым тетахэм мыхъумэ, ипэжыпIэкIэ Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ
(6) Я щхьэгъусэхэр зыгъэкъуаншэхэм щыхьэт хъунхэр ямыIэу езыхэм я щхьэхэм щхьэкIэ щыхьэт ирехъухэ икIи плIэрэ Алыхьым и цIэкIэ тхьэрыIуэ ирещI, абы жиIэр зэрыпэжыр
(7) ИтIанэ етхуанэу Алыхьым и нэлатыр къытехуэну ирелъэIу, абы жиIэр пцIымэ
(8) Езы бзылъхугъэми хьэзабыр зытрихыжыфыну, плIэрэ Алыхьым и цIэкIэ тхьэрыIуэ ищIмэ, абы жиIар зэрыпцIыр
(9) ИтIанэ етхуанэу Алыхьым и губжьыр къытехуэну иреIуэ, абы жиIэр пэжу щытамэ
(10) Алыхьым фIыуэ къыфхуищIэмрэ гущIэгъуу къыфхуищIымрэ мыхъуатэмэ. Алыхьыр ипэжыпIэкIэ Зыгъэгъущ, АкъылыфIэщ
(11) ПцIыр (1) зэхэзылъхьауэ къежьахэр фэ фщыщ гупщ, ар фэ щхьэкIэ Iейуэ фымыбж, хьэуэ, ар фэркIэ нэхъыфIщ. Абыхэм щыщ цIыху къэскIэ гуэныхьу къилэжьар къылъысыжынущ, абы и нэхъыбэри зыщIам хьэзабышхуэ хуэфащэщ
(12) Ар щызэхэфхым и деж Iиман къэзыхьа цIыхухъухэми, цIыхубзхэми ягукIэ фIым егупсысахэщ, абыхэм жаIащ: "Мыр пцIы ин дыдэщ"
(13) Абыхэм щыхьэтлыкъхэу плIы къашэн хуеящ, ауэ щыхьэтлыкъхэр къыщамышакIэ, ахэр Алыхьым и деж пцIыупсхэщ
(14) Алыхьым и фIыгъуэмрэ и гущIэгъумрэ мыхъуатэмэ, мы дунейми ахърэтми фщIам щхьэкIэ, хьэзаб гуащIэр къыфтехуэнут
(15) Зым адрейм и бзэкIэ хувоIуатэр, икIи фи бзэгукIэ зыри зыхэвмыщIыкIыр жывоIэ. Ар псынщIэ къыфщохъур фэ, ауэ Алыхьым и деж ар Iуэхушхуэщ
(16) Ар щызэхэфхам жыфIамэ аратэкъэ: "Мыбы дытепсэлъыхь хъунукъым дэ. Уэ уи ЩIыхьыр инщ, мыр пцIышхуэ дыдэщ"
(17) Алыхьым къывжеIэр апхуэдэм абы фIэкIа хуэвмыгъэзэжыну зэи, Iиман къэфхьауэ щытмэ
(18) Алыхьым нэщэнэхэр нахуэ фхуещIыр, Алыхьыр ЗыщIэщ, АкъылыфIэщ
(19) Iиман къэзыхьахэм мыхъумыщIагъэхэм зыщырагъэубгъуну фIыуэ зылъагъухэм хьэзаб гуауэр мы дунейми ахърэтми яхуэфащэщ, Алыхьым ещIэр, фэ фщIэркъым ауэ
(20) Алыхьым фIыуэ къыфхуищIэмрэ и гущIэгъумрэ мыхъуатэмэ, икIи Алыхьыр къыфхуэщабэщ, гущIэгъу къыфхуещIыр
(21) Уэ Iиман къэзыхьахэ, шейтIаным и лъэужьым фимыувэ. ШейтIаным и лъэужьым фиувэмэ, атIэ абы мыхъумыщIагъэрэ мыхъунрэщ унафэу къыфхуищIынур. Алыхьым фIыуэ къыфхуищIэмрэ и гущIэгъумрэ мыхъуатэмэ, зыри фэ фщыщу къабзэу къэнэнутэкъым зэи, ауэ Алыхьым зыхуейхэр егъэкъабзэр, Алыхьыр Зэхэзыхщ, ЗыщIэщ
(22) ТхьэрыIуэ ирамыщI пщIэрэ мылъкурэ зиIэхэм фэ фщыщу ирамытыну я благъэхэм, тхьэмыщкIэхэм, Алыхьым и цIэкIэ куэшыжахэм. Хурагъэгъу икIи щабэу хущыретхэ. ФIыуэ фымылъагъуу ара Алыхьым къыфхуигъэгъуну? Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ
(23) Зыри хэзымыщIыкI бзылъхугъэ Iиман къэзыхьахэм, къабзэхэм пцIы тезылъхьэхэм нэлатыр мы дунейми ахърэтми къатехуащ, абыхэм хьэзабышхуэ яхуэфащэщ
(24) Абыхэм я бзэгухэм, я Iэхэм, я лъакъуэхэм щыхьэт къыщахьынум абыхэм ящIэу щытауэ хъуамкIэ
(25) А махуэм Алыхьым абыхэм къалэжьар нэгъэсауэ яритыжынущ, икIи абыхэм ящIэнущ: Алыхьыр Пэж Нахуэщ
(26) Фыз мыхъумыщIэхэр зыхуэфащэхэр лIы мыхъумыщIэхэращ, лIы мыхъумыщIэхэри зыхуэфащэхэр фыз мыхъумыщIэхэращ. ФызыфIхэр атIэ зыхуэфащэр лIыфIхэращ, лIыфIхэри зыхуэфащэхэр фызыфIхэращ. Ахэр зыкIи хэткъым абыхэм (пцIыупсхэм) къыхужаIэхэм. Абыхэм яхуэфащэщ гъэгъуныгъэмрэ ерыскъы бэгъуамрэ
(27) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, фыщIэмыхьэ нэгъуэщI унэхэм фи мыунэу, фыщIэмыупщIауэ икIи фIэхъус явмыхауэ абы щыпсэухэм. Ар фэ щхьэкIэ нэхъыфIщ, фигу къэкIыжынкIэ мэхъур
(28) Ауэ абы зыри щIэвмыгъуатэмэ, фыщIэмыхьэ къыфхуамыдауэ. "Гъэзэж", - къывжаIэми, IувгъэзыкIыж, ар нэхъ къабзэщ фэ щхьэкIэ. Алыхьым ещIэр фэ влэжьыр
(29) Зыри хэлъкъым пари зыщымыпсэу унэм фыщIыхьэну, абы фи хьэпшып щIэлъмэ, Алыхьым ещIэр фэ фыубзыщIри, вгъэнахуэри
(30) ЯжеIэ Iиман къэзыхьа лIыхэм я напIэхэр ирахьэхыну, я укIытапIэхэри яхъумэну, ар абыхэм щхьэкIэ нэхъ къабзэщ. Алыхьыр щыгъуазэщ абыхэм ящIэм
(31) ЯжеIэ Iиман къэзыхьа бзылъхугъэхэми я напIэхэр ирахьэхыну, я укIытапIэхэри яхъумэну, зызэрагъэщIэращIэхэри ирамыгъэлъэгъуну зыми, абы щыщу езыр къэлъагъуэм мыхъумэ. Абыхэм я тепхъуэхэр я джабэхэм къырырапхъух. Я дахагъэр ирагъэлъагъу хъуну къудейщ я щхьэгъусэхэм, я адэхэм, я щхьэгъусэхэм я адэхэм, езыхэм я къуэхэм, я щхьэгъусэхэм я къуэхэм, я дэлъхухэм, я дэлъхухэм я къуэхэм, я шыпхъухэми я къуэхэм, я бзылъхугъэхэм, я IэмыщIэ илъ я пщылIхэм е хуеиныгъэ зимыIэж я унэIутхэм, цIыхухъухэм щыщу, е сабий иджыри бзылъхугъэм и укIытапIэр зэхэзмыщIыкIым. Ахэр я лъакъуэхэмкIэ тыремыуэ абдежым щахъумэ зызэрагъэщIэращIэхэр къырамыгъэщIэну. Алыхьми тобэ хуэфщI псоми, уэ Iиман къэзыхьахэ, фехъулIэнкIэ мэхъур
(32) Къэмышэхэмрэ фэ фщыщу, фи пщылIхэм щыщу фIым тет хъулъхугъэхэмрэ бзылъхугъэхэмрэ зэрывгъашэ. Ахэр тхьэмыщкIэмэ Алыхьым и фIыгъуэм щыщкIэ къулей ищIынущ, Алыхьыр ЗэщIэзыубыдэщ, ЗыщIэщ
(33) Къэзышэну зыхузэфIэмыкIхэр къабзагъэм хущIырырекъухэ, Алыхьым къулей ищIыхухэкIэ и фIыгъуэхэм щыщкIэ. Фи пщылIхэм щыщ зэгурыIуэныгъэ (1) яхуэфтхыну хуеймэ зыгуэр, яхуэфтх абы фIы хэлъу къыфщыхъумэ. Абыхэм яфт Алыхьым и мылъку къывитам щыщ. Фи IэмыщIэ илъ бзылъхугъэхэри хэвмыгъэзыхь зинэ ящIыну, ахэм захъумэну хущIэкъухэмэ, абыкIэ мы дунейм щыщ гуэр къэвлэжьыну фыхуейуэ. Ахэр хэвгъэзыхьмэ фэ, атIэ Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ
(34) Дэ ныфхуедгъэхащ нэщэнэ нахуэхэри, фи япэкIэ псэуахэм я щапхъэхэри, ущиери тхьэшынагъуэ зыхэлъхэм щхьэкIэ
(35) Алыхьыр уафэхэми щIылъэми я Нурщ, Абы и Нурыр кумбым ит уэздыгъэм хуэдэщ, уэздыгъэр абджым итщ, абджыр вагъуэ цIуужым хуэдэщ. Ар жыг берычэт оливэмкIэ зэщIагъанэр, къуэкIыпIэмкIи, къухьэпIэмкIи зимыубгъуу. Абы и дагъэр езыр цIууным хуэдэщ, мафIэ емыIусами. Зы нурыр адрей нурым щхьэщытщ! Алыхьым и нурым хуешэр зыхуейр. Алыхьым щапхъэхэр къахуехь цIыхухэм. Алыхьым сытри ещIэр
(36) Унэхэм, Алыхьым хуит ищIауэ ящIахэм, Абы и цIэр ираIуэр, и ЩIыхьыр яIэтыр абдежым пщэдджыжьми, дыгъэр къухьэжын ипIэкIи
(37) Сатуми, щэнми лIыхэм ящигъэгъупщэкъым абдежым Алыхьым и цIэр ираIуэну, нэмэз ящIыну, сэджыт ятыну. Ахэр щошынэхэр ягухэмрэ, я нэхэмрэ зыщызэпагъэзэнум
(38) Абыхэм фIыуэ ящIам я псапэр Алыхьым къащритыжынум, нэхъыбэжи и фIыщIэкIэ яхухигъэхъуэнущ, Алыхьым зыхуейм ерыскъыр ирет бжыгъэ имыIэу
(39) Джаурхэм ялэжьар щIы жыжьэм зыгуэр щыIэ хуэдэу къафIэщIынущ, ар псыхуэлIэм ихьым елъагъур псыуэ, ауэ щыбгъэдыхьэкIэ зыри игъуэтыжкъым. Абым Алыхьыращ къигъуэтыжынур абдежым, Абы къилэжьари иригъэгъуэтыжынущ, Алыхьым и лъытэныгъэр псынщIэщ
(40) Е хы куум и фIыцIагъэм хуэдэщ, зы толъкъуныр адрейм къытрехьэр, абы и щхьэжым пшэхэщ. КIыфIыр зыр зым телъыжщ, и Iэр кърихмэ, ар имылъагъункIэ мэхъур. Алыхьым нур зримытам сыт хуэдэ нур иIэнур?
(41) Уэ умылъагъуу ара Алыхьым и щIыхьыр зэраIэтыр уафэхэми, щIылъэми тету хъуам, бзухэу зи дамэхэр убгъуахэми? Дэтхэнэми ещIэр и нэмэзри, щIыхьыр зэрыхуиIэтынури. Алыхьым ещIэр абыхэм ялэжьыр
(42) Алыхьыращ уафэхэми щIылъэми я унафэр зыщIыр, Алыхьым и дежщ гъэзэжыпIэри
(43) Умылъагъуу ара Алыхьым пшэхэр зэрихур, ахэр зэрызэхуихьэсыр, ахэр пшэшхуэу зэрызэтрилъхьэр? ИтIанэ болъагъур ар здызэгуэчахэм уэшхыр уэру къызэрыдэжыр. Абы уафэм щыIэ къущхьэхэм уэхэр кърегъэлъэлъэх, зыхуейм трегъахуэр ар, зыхуейр щехъумэр. Абы и щыблэм нэхэр нэф ищIыну хьэзырщ
(44) Алыхьым жэщымрэ махуэмрэ чэзууэ къегъакIуэр, абы ущие хэлъщ зылъагъухэм щхьэкIэ
(45) Алыхьым дэтхэнэ псэущхьэри псым къыхищIыкIащ. Абыхэм яхэтщ ныбэм телъхэу къэзыпщыхьхэр, яхэтщ лъакъуитIкIэ къэзыкIухьхэр, плIыкIи къэзыкIухьхэр. Алыхьым зыхуейр къегъэхъу, Алыхьым сытри хузэфIокIыр
(46) Дэ недгъэхащ нэщэнэ нахуэхэр, Алыхьым хуешэр гъуэгу захуэм зыхуейхэр
(47) Абыхэм жаIэр: "Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ ди фIэщ хъуащ, икIи дыхуэжыIэщIэщ", - ауэ итIанэ абыхэм ящыщ гупым я щIыбхэр къагъазэр, Iиман къахьакъым абыхэм
(48) Ахэр Алыхьымрэ Абы и лIыкIуэмрэ къыхураджэмэ я унафэр ящIэным папщIэ, абыхэм ящыщ гупым я щIыбхэр къагъазэр
(49) Ахэратэмэ пэжыр, гъэцIыкIуауэ къэкIуэнухэт и деж
(50) Абыхэм ягухэм уз илъхэу ара? Е шэч къытрахьэу ара? Е Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ унафэр къуаншэу къахьыну шынэхэу ара? Хьэуэ атIэ, ахэр езыхэращ залымыгъэ зезыхьэхэр
(51) Iиман къэзыхьахэр Алыхьымрэ и лIыкiуэмрэ я деж къыщраджэкIэ я унафэр ящIэну, абыхэм жаIэр: "Зэхэтхащ икIи дыжыIэщIэщ". Ахэращ ехъулIахэр
(52) Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ хуэжыIэщIэр, Алыхьым щышынэр, щымэхъашэр - ахэращ текIуахэр
(53) Абыхэм Алыхьым и цIэкIэ тхьэрыIуэшхуэхэр ящIыр, унафэ яхуэпщIатэмэ къыдэкIыну жаIэри. ЖыIэ: "ТхьэрыIуэ фымыщI! Апхуэдэ жыIэщIэныр дэгъуэу ящIэр. ИпэжыпIэкIэ Алыхьым ещIэр фэ вгъахъэхэр"
(54) ЖыIэ: "Алыхьым фыхуэжыIэщIэ, лIыкIуэми фыхуэжыIэщIэ". Абыхэм я щIыбыр къагъазэмэ, атIэ езым телъыращ, фэри фтелъыращ. Абы фыхуэжыIэщIэмэ, захуэм фытеувэнущ, лIыкIуэми нахуэу вгуригъэIуэнращ къытехуэр
(55) Алыхьым игъэгугъащ фэ фщыщу Iиман къэзыхьахэу фIы зыщIахэр щIым тепщэ ищIыну, абыхэм япэкIэ щыIахэр тепщэу зэрыщытахэм хуэдэу. ИкIи абыхэм шэч хэмылъу ягъэзэщIэфыну ищIынущ дину зыхуэарэзыр. Абыхэм я шынагъуэри шынагъуэншагъэкIэ зэрихъуэкIынущ. Ахэр Сэ къысхуэпщылIхэщ, гъусэ къысхуащIкъым зыри. Абы иужькIэ джаур хъуахэр атIэ, ахэращ мыхъумыщIэхэр
(56) Нэмэз фщIы, сэджыт фты, лIыкIуэм фыхуэжыIэщIэ, гущIэгъу къыфхуащIынкIэ мэхъу
(57) Джаурхэм щIым зыгъэпщкIупIэ щагъуэтыну умыгугъэ, абыхэм я увыIэпIэр мафIэращ, сыту Iеищэ а щIыпIэр!
(58) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, къыщIыхьэн ипэкIэ фи пщылIхэр, балигъ мыхъуахэр фэ фщыщу къывэупщIын хуейщ щэрэ: пщэдджыжь нэмэзым ипэкIи, шэджагъуэми фи щыгъынхэр щыщыфхым и деж, жасы нэмэзми иужь. Аращ фи пцIанагъэм и зэманищыр, абы иужькIэ фэри, езыхэми гуэныхь къэфхькъым, зыр адрейм фызэхохьэр. Апхуэдэу Алыхьым нэщэнэхэр гурыIуэгъуэ фхуещIыр, Алыхьыр ЗыщIэщ, АкъылыфIэщ
(59) Фи сабийхэм щыщхэр балигъ хъуным нэсахэмэ, ахэми хуитыныгъэ яфтыну къыщIреупщIэхэ, езыхэм нэхърэ нэхъыжьхэр зэрыщIэупщIэм хуэдэу. Апхуэдэу Алыхьым и нэщэнэхэр нахуэ фхуещIыр, Алыхьыр ЗыщIэщ, АкъылыфIэщ
(60) Зи ныбжьыр хэкIуэта фызхэми дэкIуэну мыгугъэжхэмэ гуэныхь къатехуэкъым, я щыгъын ищхьэм телъыр зытрахмэ замыгъэщIэращIэу. Ауэ зызэтраIыгъэмэ ахэмкIэ нэхъыфIщ, Алыхьыр Зэхэзыхщ, ЗыщIэщ
(61) Гуэныхь къытехуэкъым нэфми, лъашэми гуэныхь телъкъым, сымаджэми гуэныхь телъкъым. Фэри къыфтехуэкъым гуэныхь фи унэхэм, е фи адэхэм я унэхэм, е фи анэхэм я унэхэм, е фи къуэшхэм я унэхэм, е фи шыпхъухэм я унэхэм, е фи адэкъуэшхэм я унэхэм, е фи адэшыпхъухэм я унэхэм, е фи анэдэлъхухэм я унэхэм, е фи анэшыпхъухэм я унэхэм, е зи IункIыбзэ фIыгъхэм, е фи ныбжьэгъум ейм, зыри къыфтехуэкъым абдежым псори фызэщIыгъуу е зэрызу фыщышхэмэ. Унэхэм фыщыщIэхьэкIэ фIэхъусу Алыхьым и деж къикIа берычэтыр, дахащэр фэ зэфхыж. Апхуэдэу Алыхьым нэщэнэхэр нахуэ фхуещIыр, къывгурыIуэнкIэ мэхъур
(62) Iиман къэзыхьахэр Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ зи фIэщ хъуахэращ. Ахэр абы щIыгъухэмэ зы Iуэху зэдащIэу, щIэмыупщIауэ IукIхэкъым. ИпэжыпIэкIэ уэ къоупщIхэр, ахэращ Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ зи фIэщ хъуахэр. Ахэм я Iуэху гуэрэ щхьэкIэ IукIыну къоупщIхэмэ, яхуэдэ узыхуейм абыхэм щыщу. Алыхьми яхуелъэIу яхуигъэгъуну, Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ
(63) ЛIыкIуэм фыщеджэкIэ, фэ зыр адрейм фызэреджэм хуэдэу фымыщI ар. Алыхьым ещIэр щэхуурэ фэ фщыщ IукIыжхэр. Абы и унафэм темытхэр щрешынэхэ фитнэ е хьэзаб гуащIэ къатехуэнкIэ
(64) ИпэжыпIэкIэ Алыхьыращ уафэхэми щIылъэми щыIэу хъуар зейр, фэ фызэрыщытри ещIэр. Абы и деж щывгъэзэж махуэм къыфхуиIуэтэжынущ влэжьауэ хъуар. Алыхьым сытри ещIэр