10 - Yunus ()

|

(1) Iэлиф, лам, ра. Мыр Тхыгъэ Iущым и Iэятхэщ

(2) ЦIыхухэм ягъэщIэгъуауэ ара абыхэм ящыщ лIым уэхьи къызэрыхуедгъэхар, цIыхухэм хъыбар яригъэщIэну, Iиман къэзыхьахэри игъэгуфIэну, абыхэм я Тхьэм и деж щIыпIэ лъагэ зэрахуэфащэмкIэ. Джаурхэм жаIащ: "Мыр нахуэу удщ"

(3) ИпэжыпIэкIэ фи Тхьэр Алыхьыращ, уафэхэмрэ щIылъэмрэ къэзыгъэхъуаращ махуихкIэ, итIанэ Тахътым зыдрихьеижащ. Абым Iуэхур зэрегъакIуэр, зыри къыщхьэщыжыну хуиткъым Абы и Iизыным иужькIэ фIэкIа. Аращ Алыхьыр, фи Тхьэр. Абы фыхуэпщылI, фигу къэвмыгъэкIыжу ара?

(4) Абы и деж псоми вгъэзэжынущ, аращ Алыхьым и псалъэ быдэр. Абы къегъэхъури зыгуэр, итIанэ иджыри къытрегъэзэжыр, Iиман къэзыхьахэмрэ фIы зыщIахэмрэ яхуэфащэр яритыжын папщIэ, захуагъэм тету. Джаурхэм атIэ псывэ ефэнхэу икIи хьэзаб гуащIи яхуигъэхьэзыращ, абыхэм Iиман къызэрамыхьам щхьэкIэ

(5) Аращ дыгъэр зыгъэлыдар, мазэр къэзгъэнэхуар, абы и уахътэ зэрыкIуэри хуэзгъэувар, илъэсхэм я бжыгъэмрэ бжэкIэмрэ фщIэн папщIэ. Ахэр къыщIигъэхъуар Алыхьым пэжыгъэращ. Нэщэнэхэр ягурегъаIуэр цIыху зыщIэхэм

(6) ИпэжыпIэкIэ жэщыр махуэм зэрыкIэлъыкIуэми, Алыхьым уафэхэми щIылъэми къыщигъэщIахэми хэлъщ нэщэнэхэр, тхьэ шынагъуэ зыхэлъ цIыхухэм папщIэ

(7) ИпэжыпIэкIэ къытхуэзэжыну мыгугъэхэми, мы гъащIэр зыхурикъуауэ зыбжхэми, абы ирипсэхуахэми, Ди нэщэнэхэр гулъытэншэу къэзгъанэхэм

(8) Абыхэм я къэувыIэпIэ хъунур мафIэращ, къалэжьам къыхэкIауэ

(9) Iиман къэзыхьахэмрэ фIы зыщIахэмрэ я Тхьэм гъуэгу захуэм тригъэувэнущ я Iиманым къыхэкIауэ, жэнэт фIыгъуэм и деж абыхэм псы ежэххэр къащIэжынущ

(10) Абыхэм я лъэIуу щытынущ абдеж: "Укъэбзащэщ, Алыхь", я фIэхъусри щытынущ абдеж: "Сэлам". Иужьрейуэ я тхьэлъэIуу щытынур: "Щытхъур зейр Алыхьыращ, дунейхэм я Тхьэщ"

(11) Алыхьым цIыхухэм Iейр (езыхэм я нэлатхэмкIэ я щхьэхэм къыхураджэжыр) псынщIэу къахуигъакIуэтэмэ, абыхэм фIыр (я лъэIухэм къызыхураджэр) псынщIэу къазэрыритым хуэдэу, шэч хэмылъу хэкIуэдэнут ахэр. Ауэ Дэ къытхуэзэжыну зи мыгугъэхэр къыдогъанэр я хабзэншагъэм хэту къаджэдыхьу

(12) ЦIыхум нэщхъеягъуэ къыщытехуэкIэ Дэ къыдэлъэIуну щIедзэр и джабэм телъуи, щысуи, щытуи. ИтIанэ нэщхъеягъуэр щхьэщытхмэ, зэи къыдэмылъэIуам хуэдэу нэщхъеягъуэ къызэрытехуам щхьэкIэ макIуэр. Апхуэдэу яхуэдгъэщIэрэщIащ езыгъэлейхэм я Iуэхухэр

(13) Фи япэкIэ псэуа лъэпкъхэр тедгъэкIуэдыкIат залымыгъэу зэрахьам щхьэкIэ. Абыхэм я лIыкIуэхэр къахуэкIуат нэщэнэ нахуэхэри къахьри, ауэ я фIэщ хъуахэкъым. Аращ залымыгъэ зезыхьэ лъэпкъым яхуэдгъэфащэр

(14) ИтIанэ абыхэм яужькIэ фэ щIым тет фытщIащ, фщIэм деплъын папщIэ

(15) Абыхэм Ди аят нахуэхэм къащыхуеджэкIэ, Дэ къытхуэзэжыну мыгугъэхэм жаIэр: "Мы КъурIэным нэгъуэщI къытхуэхь е мыр зэхъуэкI". ЖыIэ: "Сэ си IэмыщIэ илъкъым ар сэ сыхуеиху зэсхъуэкIыну. Сэ къысхуехам сытет къудейуэ аращ. Сэ сошынэр си Тхьэм семыдэIумэ махуэшхуэм хьэзабу къихьынум"

(16) ЖыIэ: "Алыхьыр хуеятэмэ, абыхэм сыкъыфхуеджэнутэкъым, икIи фигъэщIэнутэкъым ар. ИпIэкIэ куэдрэ сыкъыфхэсащ, къывгурымыIэу ара?"

(17) Алыхьым пцIы тезылъхьэм е и нэщэнэхэр пцIыуэ зыбжым нэхърэ хэт нэхъыбэу залымыгъэ зезыхьэр? ИпэжыпIэкIэ мыхъумыщIагъэ зыщIэхэр ехъулIэнукъым

(18) Ахэр хуопщылIхэр Алыхьым нэгъуэщIу зэрани сэбэпи къахуэзмыхьыфхэм, жаIэр: "Ахэр Алыхьым и пащхьэ дэ ди къыщхьэщыжакIуэхэщ". ЖыIэ: "Алыхьым уафэхэми щIылъэми имыщIэу зыгуэр хуэфIуэтэну ара?" Абыхэм гъусэу хуащIхэм нэхърэ нэхъ лъапIэщ икIи нэхъ лъагэщ Ар

(19) ЦIыхухэр зы лъэпкъыу щытахэщ, итIанэ зэтекIахэщ. Уи Тхьэм и псалъэр япэ щымыIатэмэ, ахэр зэрызэтекIар зэфIэкIа хъунут

(20) Абыхэм жаIэр: "И Тхьэм и деж къикIауэ нэщэнэ къыхуехамэ аратэкъэ абы". ЯжеIэ: "Ущэхуар Алыхьыращ зейр, фежьэ, сэри фи гъусэу ежьэхэм сащыщщ"

(21) ЦIыхухэм фIыгъуэр щызэхащIэм гузэвэгъуэу къатехуахэм иужь, Ди нэщэнэхэм хьилагъэ хузэрахьэу щIадзащ. ЖыIэ: "Алыхьым и хьилагъэр нэхъ псынщIэщ". Ди лIыкIуэхэм ятхыр хьилагъэу зефхьэхэр

(22) Аращ щIыми хыми фызезыгъакIуэр. Кхъухьым фису жьы щIагъуэм щихьым и деж щогуфIыкIхэр. Ауэ жьапщаер къепщэу иригъажьэмэ занщIэу, лъэныкъуэу хъуамкIи толъкъунхэм къауэмэ, абыхэм къафIэщIынущ къаухъуреихьауэ, Алыхьми елъэIуу щIадзэнущ, я диныр хуагъэкъабзэурэ: "Мыбы дыкъебгъэлатэмэ, фIыщIэ зыщIхэм ящыщ дыхъунут"

(23) Ауэ ахэр къригъэлмэ, щIым мыхъумыщIагъэ зэрахьэу ирагъажьэр, хуитыныгъэ лъэпкъ ямыIэ пэт ар ящIэну. Уэ, цIыхухэ, фи мыхъумыщIагъэр фи щхьэхэращ зэфхыжыр. Мы гъащIэм и фIыгъуэр напIэзыпIэм блэкIынущ, итIанэ Ди дежым къэвгъэзэжынущи фхуэтIуэтэжынущ фщIауэ хъуар

(24) Мы дунейм и щапхъэр уафэм къеха псым хуэдэщ, къэкIыгъэу щIым тетым хокIухьыр ар, цIыхухэми былымхэми яшхым щыщу. ИтIанэ щIыр дахагъэм щIихъумэу зыщигъэдахэкIэ, щыпсэу цIыхухэми къафIэщIынущ пэлъэщынухэу абы. Абдежым Ди унафэр къытехуэнущи жэщым е махуэм, ар пхафэм хуэдэ тщIынущ, дыгъуасэ фIыгъуэу зыри темытам хуэдэу. Апхуэдэу нэщэнэхэр нахуэ яхудощIыр гупсысэ лъэпкъым

(25) Алыхьым къыхуреджэр мамырыгъэм и щIыпIэм, икIи зыхуейр гъуэгу захуэм трегъэувэр

(26) ФIы зыщIахэм фIырэ нэхъыбэжрэ яхуэгъэхьэзыращ, абыхэм я нэгухэм саби гъэцIыкIугъи къытехуэнукъым. Ахэращ жэнэтым щыпсэухэр, игъащIэкIэ абдежым къинэнухэщ

(27) Ауэ Iей зылэжьахэм яхуэфащэр абы хуэдэ Iейщ. Ахэр гъэпуда хъунухэщ, Алыхьми щызыхъумэн яIэнукъым. Абыхэм я нэгухэр жэщ кIыфIым и такъырхэм щIихъумам хуэдэнущ, ахэращ мафIэм щыпсэунухэр, игъащIэкIэ къинэнухэщ абдежым

(28) А махуэм ахэр псори зэхуэтшэсыжынущ, итIанэ гъусэ хуэзыщIахэм яжетIэнущ: "Фи щIыпIэм фыкъинэ фэри, фи гъусэхэри". ИтIанэ ахэр дгуэшынухэщи, гъусэхэм жаIэнущ: "Дэ фыкъытхуэпщылIу щытакъым фэ

(29) Алыхьыр ирикъунущ щыхьэту дэрэ фэрэ ди яку, фыкъызэрытхуэпщылIым зыри хэтщIыкIтэкъым дэ"

(30) Абдежым псэ къэскIэ зыхищIэнущ ипэкIэ ищIахэр. Ахэм ирагъэгъэзэжынущ Алыхьу я КъыщхьэщыжакIуэ пэжым и деж, икIи яфIэкIуэдыжынущ къагупсысауэ хъуар

(31) ЖыIэ: "Хэт ерыскъыр уафэми щIыми къикIауэ къывэзытыр? Хэт тхьэкIумэм зэрызэхихымрэ нэм зэрилъагъумрэ зи IэмыщIэ илъыр? Хэт псор лIам къыхэзышри, лIар псом къыхэзышри? Хэт Iуэхухэр зезыгъакIуэр?" Абыхэм жаIэнущ: "Алыхьыращ". ЯжеIэ: "АтIэ фышынэнукъэ фэ?"

(32) Аращ Алыхьыр, фи Тхьэ Пэжыр! АтIэ сыт пэжым иужь къэкIуэнур, гъуэщэныгъэм нэгъуэщI? Дэнэ вгъазэрэ атIэ фэ?

(33) Апхуэдэу уи Тхьэм и псалъэр къэпэжащ, фасикъхэм Iиман къызэрамыхьынур

(34) ЖыIэ: "Фи гъусэхэм яхэт зыгуэрэ къэзыгъэхъуф итIанэ ар къытезыгъэзэжыф?" ЖыIэ: "Алыхьым къегъэхъури къытрегъэзэжыф. Сытым хуэдэу фытегъэзыкIа!"

(35) ЖыIэ: "А фи гъусэхэм яхэту пIэрэ пэжым хуэзышэ? " ЖыIэ: "Алыхьым пэжым хуешэр. Пэжым хуэзышэм нэхъ хуэфащэу пIэрэ кIэлъыкIуэнхэу е хуэзмышэфу езыр хуашэрауэ пIэрэ? Сыт къыфщыщIар фэ? Дауэрэ унафэ фщIырэ?"

(36) Абыхэм я нэхъыбэр зыкIэлъыкIуэр я гугъэхэращ, ауэ гугъэхэр пэжым и щIыпIэ иувэфынукъым. Алыхьыр щыгъуазэщ абыхэм ящIэхэм

(37) Мы КъурIэныр Алыхьым нэгъуэщIу зыми къигъэщIыфынукъым. АтIэ абы ипэкIэ къехар къегъэпэжыр, шэч зыхэмылъ Тхылъу дунейхэм я Тхьэм къригъэхари гурыIуэгъуэ зыщIщ

(38) Абыхэм жаIэнущ: "Абы къигупсысауэ аращ ар". ЖыIэ: "Зы сурэ закъуэ абым хуэдэу къэвгупсыс, фхузэфIэкI псори Алыхьым мыхъумэ къевджи, пэжыр жыфIэу щытмэ"

(39) Хьэуэ тIэ, абыхэм пцIыуэ ябжыр я щIэныгъэм зэщIимыубыдэфыр, ар зытепсэлъыхьахэри къэмыса щIыкIэ я дежым. Абыхэм япэ псэуахэми пцIыуэ ябжат, еплъыт атIэ залымыгъэ зезыхьахэм я кIэух хъуам

(40) Абыхэм яхэтщ ар зи фIэщ хъуахэри, зи фIэщ мыхъуахэри яхэтщ. Уи Тхьэм атIэ нэхъыфIу ещIэр фэсэд зыщIэхэр

(41) ПцIыупсу уабжамэ яжеIэ: "Сэ сщIар къыслъысыжынщ, фэри фщIар къыфлъысыжынщ. Сэ сщIам фэ фыхэткъым, фэри фщIам сэ сыхэткъым"

(42) Уэ къодэIухэр яхэтщ абыхэм. АтIэ уэ дэгум зэхебгъэхыфыну пIэрэ абыхэм икIи къагурымыIуэу щытмэ?

(43) Уэ къоплъхэр яхэтщ абыхэм. АтIэ уэ нэфым ебгъэлъагъуфыну пIэрэ абыхэм икIи ямылъагъуу щытмэ?

(44) Алыхьым цIыхухэм зыкIи залымыгъэ ярихкъым, атIэ цIыхухэм езыхэм залымыгъэ зрахыжу аращ

(45) Алыхьым ахэр щызэхуишэсыж махуэм зы сыхьэт гуэр нэхъ я махуэм щыщу дэмыкIам хуэдэнущ. Ахэр къызэрыцIыхужынухэщ. Алыхьым зэрыхуэзэжынур пцIыуэ зыбжахэр хэкIуэдахэщ, гъуэгу захуэм тетахэкъым ахэр

(46) Ахэр къызэрыдгъэгугъам щыщ уэдгъэлъагъуми, уи псэр хэтхми, ахэр Ди дежщ къыздэкIуэжынур. ИтIани Алыхьыращ и щыхьэтыр абыхэм ящIахэмкIэ

(47) Лъэпкъ къэскIэ я лIыкIуэ яIэщ. Я лIыкIуэр къащыхуэкIуэкIэ я Iуэхухэр захуэм тету зэфIагъэкIт, залымыгъи абыхэм ирахтэкъым

(48) Абыхэм жаIэр: "Сыт щыгъуэ а дызэрывгъэгугъэр къыщыхъунур, пэжыр жыфIэу щытмэ?"

(49) ЖыIэ: "Си щхьэм зэрани сэбэпи къыхуэсхьыфынукъым, Алыхьыр хуэмеймэ. Лъэпкъ къэскIэ пIалъэ иIэщ. Я пIалъэр къыщыскIэ ар ипэкIи икIэкIи ягъэкIуэтэфынукъым"

(50) ЖыIэ: "Фегупсыса фэ Алыхьым и хьэзабыр жэщу е махуэу къыфтехуэмэ, сыт абы щыщу щIэпхъаджэхэм нэхъ псынщIэу къагъэсынутэр?"

(51) Ар къыфтехуа иужь фи фIэщ щыхъунур ар? Ар псынщIэу къэвгъэсыну фыхэта иужь?

(52) ИтIанэ залымыгъэ зезыхьахэм жраIэнущ: "Хьэзаб мыухыжыр зыхэфщIэ! Къэвлэжьам нэгъуэщI зыгуэр къыфлъысу пIэрэ?"

(53) Ахэр къоупщIхэр: "Пэжу пIэрэ ар?" ЖыIэ: "НтIэ, си ТхьэкIэ соIуэр, ар пэжщ. ИкIи абы фыкъелынукъым фэ"

(54) Залымыгъэ зезыхьа псэм щIым телъ псори иIамэ итынут, зыкърищэхужын папщIэ. Хьэзабыр щалъагъукIэ зэрыщIегъуэжар яущэхунущ, абыхэм я Iуэхухэр захуэу зэхагъэкIынущ, залымыгъи ирахынукъым абыхэм

(55) Алыхьыращ уафэхэми щIылъэми щыIэр зеир, Алыхьым и псалъэр пэжщ, ауэ абыхэм я нэхъыбэм ящIэркъым

(56) Абым къегъэхъур икIи псэри хехыр, Абым и деж вгъэзэжынущ

(57) Уэ цIыхухэ, фи Тхьэм и деж къикIауэ уазыр къыфхуехащ, гум илъыр зыгъэхъужу, захуэм хуэзышэу, Iиман къэзыхьахэм щхьэкIэ гущIэгъущIу

(58) ЖыIэ: "Ар Алыхьым и фIыщIэщ, и гущIэгъущ". Абым щрегуфIыкIхэ, абыхэм зэхуахьэсым нэхърэ нэхъыфIщ ар

(59) ЖыIэ: "Сыт Алыхьым ерыскъыуэ къыфхуригъэхым щхьэкIэ жыфIэнур, абым щыщу хьэрэмрэ хьэлэлрэ хэфхауэ фэ?" ЖыIэ: "Алыхьра ар къыфхуэзыдар е Алыхьым пцIы тефлъхьэрэ?"

(60) Алыхьым пцIы тезылъхьэхэр дауэрэ зэрегупсысыр къемэт махуэм? Алыхьым цIыхухэм и фIыгъуэхэр ярехыр, ауэ абыхэм я нэхъыбэм шыкур ящIкъым

(61) Сыт хуэдэ Iуэхум ухэмытми, КъурIэным щыщу сыт уемыджэми, сыт фымыщIэми, Дэ абы дрищыхьэтщ ипэм щегъэжьауэ. Уи Тхьэм щыхъума хъукъым зыри: уафэми щIылъэми, ар сабэм хуэдэми, абы нэхърэ нэхъ цIыкIуми, нэхъ инми. Псори Тхылъ нахуэм итщ

(62) Алыхьым и нэфI зыщыхуахэм шынэ ялъагъунукъым, гукъеуи къанэсынукъым

(63) Iиман къэзыхьауэ тхьэ шынагъуэ зыхэлъхэращ

(64) Абыхэм хъыбарыфI яхуэгъэхьэзыращ мы дунейми ахърэтми. Алыхьым и псалъэхэм зэхъуэкIыныгъэ яIэкъым. Аращ ехъулIэныгъэшхуэр

(65) Абыхэм жаIэхэм уаримынэщхъей, Алыхьыращ лъэщыныгъэр псори зыIэщIэлъыр, Ар Зэхэзыхщ, ЗыщIэщ

(66) Уафэми, щIыми щыIэу хъуар зейр Алыхьыращ. Алыхьым гъусэ хуэзыщIауэ абыхэм хуэпщылIхэр зыкIэлъыкIуэхэр гупсысэхэращ, абыхэм зыхуейхэр къагупсысхэу аращ

(67) Аращ жэщыр фхуэзыщIар зыщывгъэпсэхуну, махуэри нэху фхуищIащ. ИпэжыпIэкIэ ахэр нэщэнэщ, зэхэзых цIыхухэм папщIэ

(68) Абыхэм жаIащ: "Алыхьым бын иIэщ". Алыхьыр ЛъапIэщ! Ар Къулейщ, уафэхэми щыIэр, щIыми щыIэр Абы ейщ. Щыхьэтлыкъыу зыри фиIэкъым а жыфIэм щхьэкIэ. ЗыхэвмыщIыкIыр хужыфIэу ара фэ Алыхьым?

(69) ЖыIэ: "Алыхьым пцIы тезылъхьэхэр ехъулIэнухэкъым"

(70) Мы дунейм тхъэгъуэщ, итIанэ Дэ ди деж къагъэзэжынущ, итIанэ хьэзаб гуащIэр ядгъэлъагъунущ, я фIэщ ямыгъэхъуам щхьэкIэ

(71) ЯхуэIуатэ абыхэм Нухь и хъыбарыр, абы и лъэпкъым яжриIат: "Уэ си лъэпкъ, сызэрыфхэтымрэ Алыхьым и нэщэнэхэр фигухэм къызэрызгъэкIыжымрэ къывэхьэлъэкIмэ, атIэ Алыхьращ сэ сызыщыгугъыр. Фи Iэмалхэмрэ, фи гъусэхэмрэ зэхэвгъыхьи нахуэу зефхуэ Iуэхур, итIанэ сывукIыну унафэ къэфхьамэ, фыкъакIуэ си деж зывмыгъэгувэу

(72) Фи щIыбхэр къэвгъэзамэ, атIэ сэ тыгъэкIэ сывэлъэIуакъым. Сэ си тыгъэр Алыхь закъуэращ зытелъыр, икIи сэ унафэ къысхуащIащ муслъымэнхэм ящыщу сыщытыну"

(73) Ар пцIыупсу ябжащ, ауэ Дэ къедгъэлащ ари, абы и гъусэхэри кхъухьым исхэу. Абыхэм щIэиныр ялъыдгъэсащ, Ди нэщэнэхэр пцIыуэ зыбжахэри едгъэтхьэлащ. Еплъыт атIэ хъыбар зрагъащIэхэтэм я кIэухым!

(74) ИтIанэ абы иужь дгъэкIуахэщ лIыкIуэхэр я лъэпкъхэм я деж. Абыхэм нэщэнэ наIуэхэр къахьурэ къахуэкIуахэт, ауэ ипэкIэ пцIыуэ ябжар я фIэщ ящIыну хуеяхэкъым. Апхуэдэу езыгъэлейхэм ягухэр зэтыдогъэбыдыхь Дэ

(75) ИтIанэ абыхэм яужь дгъэкIуащ Мусэрэ Хьарунрэ фирхьэунымрэ, ар къэзухъуреихьхэмрэ я деж, Ди нэщэнэ нахуэхэр хуахьри. Ауэ зрагъэпэгэкIащ, ахэр лъэпкъ мыхъумыщIагъэ зыщIэхэтэр

(76) Ди деж къикIауэ пэжыр къащынэсым, абыхэм жаIащ: "Мыр удыгъэшхуэ къудейщ"

(77) Мусэ жиIащ: "Пэжыр къыщыфхуэкIуэм и деж, мыр удыгъэу пIэрэ?" - жыфIэу ара? ИпэжыпIэкIэ удхэр ехъулIэнукъым

(78) ЖаIащ: "Ди адэхэр зытетам дытепхуну ара укъыщIытхуэкIуар уэ? Фэ тIур итIанэ щIым нэхъ лъапIэ фыщыхъуну ара? АтIэ фэ тIур ди фIэщ фыхъунукъым"

(79) Фирхьэунми жиIащ: "Уд щIэныгъэ зиIэу хъуари къысхуэфшэ"

(80) Удхэр псори щызэхуэсым, Мусэ абыхэм яжриIащ: "ХыфIэвдзэ фызыхуеяхэр хыфIэвдзэну"

(81) Абыхэм щыхыфIадзэм, Мусэ жиIащ: "Мы къэвгъэлъагъуэр удыгъэщ, Алыхьым ар игъэпцIыжынущ, Алыхьым фэсэд зыщIэхэм я Iуэхухэр зэтригъэувэркъым

(82) Алыхьым и псалъэхэмкIэ пэжыр къегъэпэж, ар мыхъумыщIэ зыщIэхэм яфIэмыфIми"

(83) Мусэ зи фIэщ хъуар и лъэпкъым и бынхэм щыщ закъуэхэращ, фирхьэунымрэ, ар къэзухъуреихьхэмрэ щышынэхэти бэлыхь къытрагъэхуэнкIэ. Фирхьэуныр щIым зыщызгъэпагэт, ар езыгъэлеяхэм щыщт

(84) Мусэ итIанэ жиIащ: "Уэ лъэпкъ, Алыхьыр фи фIэщ хъуар пэжмэ, Абы фыщыгугъ, муслъымэну фыщытмэ"

(85) ЖаIащ абыхэм: "Алыхьыращ дызыщыгугъыр. Ди Тхьэ, залымыгъэ зезыхьэ лъэпкъыр зыдихьэхын домыщI

(86) Уи ГущIэгъумкIи дыкъегъэл джаур лъэпкъым"

(87) Мусэрэ и къуэшымрэ яхуедгъэхащ: "Фи лъэпкъым щхьэкIэ Мысырым унэхэр яхухэфх, фи унэхэри Къиблэм хуэвгъазэ, нэмэзи фщIы, мыIуминхэри вгъэгуфIэ"

(88) Мусэ жиIащ: "Ди Тхьэ, Уэ ептащ фирхьэунымрэ, ар къэзыухъуреихьхэмрэ зэрагъэщIэращIэхэмрэ мылъкумрэ мы дунейм. Ди Тхьэ, Уи гъуэгум трагъэгъуэщыкIхэр абыкIэ нэгъуэщIхэр. Ди Тхьэ, я мылъкур тегъэкIуэдыкI, ягухэри гъэбыдэ. Хьэзаб гуащIэр ямылъагъуу Iиман къахьынукъым абыхэм"

(89) ЖиIащ: "Фи лъэIур къабыл хъуащ. Гъуэгу захуэм фрикIуэ, щIэныгъэ зыбгъэдэмылъхэм я ужьи фимыувэ"

(90) Исраил и бынхэр хым пхрытшахэщ. Фирхьэунымрэ и дзэмрэ абыхэм яужь ихьахэт, залымыгъэхэр ящIэу, икIи лей зэрахьэу. АтIэ ахэр щитхьэлэм деж жиIащ (фирхьэуным): "Iиман къызохьыр тхьэ зэрыщымыIэмкIэ Исраил и бынхэм Iиман къызэрахьа Тхьэм нэгъуэщI. ИкIи сэ муслъымэнхэм сащыщщ"

(91) Иджы атIэ! ИпэкIэ уедэIуакъым, икIи фэсэд зезыгъэубгъухэм уащыщт

(92) Аращи нобэ уи пкъыр къедгъэлынущ, уи ужьым къэкIуэнухэм щхьэкIэ нэщэнэ хъуну. ИпэжыпIэкIэ цIыхухэм я нэхъыбэм Ди нэщэнэхэр гулъытэншэу къагъанэр

(93) Исраил и бынхэм щIыпIэ дэгъуэ яттащ щыпсэунухэу, икIи фIыгъуэхэм щыщу ерыскъы яттащ. Ахэр зэхэкIахэкъым, щIэныгъэр къахуэмыкIуэху. ИпэжыпIэкIэ уи Тхьэм къемэт махуэм зэхигъэкIыжынущ, ахэр зэрызэгурымыIуэу щытар

(94) Къыпхуедгъэхам щыщу зыгуэрым шэч къытепхьэмэ, уи япэкIэ Тхылъым еджахэм яупщI. Уи Тхьэм и деж къикIри пэжыр къыпхуэкIуащи, шэч зыхэлъхэм ящыщ умыхъу

(95) Алыхьым и нэщэнэхэр пцIыуэ зыбжахэми ящыщ умыхъу, итIанэ хэкIуэдахэм ящыщ ухъунущ

(96) Уи Тхьэм и псалъэр зытеухуауэ къыздэпэжахэм Iиман къахьынукъым

(97) абыхэм нэщэнэу хъуари къахуехами, хьэзаб гуащIэр ямылъагъуху

(98) Лъэпкъ гуэр щыIауэ пIэрэ Iиман къахьауэ, а Iиманыр сэбэп къахуэхъуауэ, Юнус и лъэпкъым нэгъуэщI? Iиман къыщахьым, хьэзаб зыгъэпудыр ящхьэщытхащ мы дунейм, пIалъэри къэсыху дгъэтхъахэщ

(99) Уи Тхьэр хеятэмэ, щIым тету хъуам зыри къэмынэу Iиман къахьынут. Уэ ебгъэзыфыну пIэрэ цIыхухэр мыIумин хъунухэу?

(100) Псэм Iиман къихьыфынукъым, Алыхьым хуит имыщIауэ. Бэлыхьыр ятрегъахуэр Абы къызгурымыIуэхэм

(101) ЖыIэ: "Феплъыт уафэхэмрэ щIылъэмрэ щыIэхэм". Ауэ нэщэнэхэмрэ хъыбар егъэщIэнымрэ къащхьэпэкъым Iиман къэзмыхьа лъэпкъым

(102) Абыхэм япэкIэ псэуахэр зыхэта махуэхэм хуэдэ хэтынурауэ пIэрэ ахэр зэжьэр? ЯжеIэ: "Фежьэ атIэ, сэри фи гъусэу сежьэнщ"

(103) ИтIанэ къедгъэлынущ Ди лIыкIуэхэмрэ Iиман къэзыхьахэмрэ. Апхуэдэу мыIуминхэр къедгъэлыныр ди къалэнщ Дэ

(104) ЖыIэ: "Уэ, цIыхухэ, си диным шэч къытефхьэмэ, атIэ сэ сыхуэпщылIкъым а фэ фызхуэпщылIхэм, Алыхьым нэгъуэщI. АтIэ сэ сызхуэпщылIыр фи псэхэр хэзых Алыхьыращ. Сэ мыIуминхэм ящыщу сыщытыну унафэ къысхуащIащ"

(105) Уи нэгур хуэгъазэ дин захуэм, тхьэ куэдым хуэпщылIхэми ящыщ умыхъу

(106) Алыхьым нэгъуэщI уемылъэIу сэбэпи, зэрани къыпхуэзмыхьыфым. Ар пщIэмэ, атIэ залымыгъэ зезыхьэхэм уащыщщ

(107) Алыхьым зэран къыуихмэ, ар пщхьэщызыхын щыIэкъым, Езым мыхъумэ. ФIыгъуэ гуэр къыпхуищIэну хуеймэ, Абы и фIым къезыгъэгъэзэн щыIэкъым. Ар зыхуейм иретыр, и лIыкIуэхэм щыщу, Ар Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ

(108) ЖыIэ: "Уэ, цIыхухэ, фи Тхьэм и деж къикIри пэжыр къыфхуэкIуащ. АтIэ гъуэгу захуэм теувар зыхутеувар езыращ, гъуэщари зыхуэгъуащэр и щхьэращ. Сэри фи хъумакIуэу сыщыткъым"

(109) Къыпхуехам тет, шэчыныгъи зыхэгъэлъ, Алыхьым и унафэр ищIэху, Ар унафэ къэзыхьхэм я нэхъыфIщ