(1) Iэлиф Лам Мим
(2) Румхэм ятекIуахэщ
(3) щIы лъахъшэм деж. Ауэ ахэм къатекIуа иужькIэ, ятекIуэжынухэщ
(4) илъэс зыбжанэ дэкIмэ. Алыхьыращ унафэр зейр ипэкIи иужькIи. А махуэми Iиман къэзыхьахэр гуфIэнухэщ.
(5) Алыхьым иретыр и текIуэныгъэр зыхуейм, Ар Лъэщщ, ГущIэгъущIщ.
(6) Алыхьым и псалъэ быдэщ, Алыхьыр епцIыжкъым и псалъэм, ауэ цIыхухэм я нэхъыбэм ящIэркъым.
(7) Абыхэм мы Дуней тетыкIэм щыщу нахуэращ ящIэр, ахэм ахърэтыр яфIэIуэхукъым.
(8) Ахэр зыщIэмыгупсысыкIыжхэу ара? Алыхьым уафэхэри, щIылъэри, абыхэм яку дэлъри ипэжыпIэкIэ къигъэхъуащ, пIалъи яхуигъэунэхуащ. ЦIыхухэм ящыщ куэдым Алыхьым зэрыхуэзэжынухэр я фIэщ хъукъым.
(9) Ахэр щIым иримыкIуахэу ара? Емыплъахэу ара япэкIэ псэуахэм я кIэух хъуар? Ахэр нэхъ къарууфIэхэт езыхэм нэхърэ, щIыми елэжьхэт икIи нэхъыбэ тращIыхьт езыхэм тращIыхьым нэхърэ. Абыхэм я лIыкIуэхэр къахуэкIуахэт нэщэнэ нахуэхэр къахьри. Алыхьым абыхэм залымыгъэ ярихакъым, атIэ езым залымыгъэ зырахыжауэ аращ.
(10) ИтIанэ Iей зыщIахэм я кIэухыр Iей хъуащ Алыхьым и нэщэнэхэм зэрепцIыжахэм щхьэкIэ, ахэр щIэнэкIалъэ зэращIтэм щхьэкIэ.
(11) Алыхьым къегъэхъур ипэрейуэ, итIанэ къытрегъэзэжыр, итIанэ Абы и деж вгъэзэжынущ.
(12) Сыхьэтыр къыщынэсыну махуэм гуэныхьыщIэхэм гугъэр хахыжынущ.
(13) Абыхэм гъусэ ящIхэу щытахэм къахэкIынукъым къащхьэщыжын, гъусэ ящIхэу щытахэми епцIыжынухэщ.
(14) Сыхьэтыр къыщынэсыну махуэм ахэр зэкIэрыхужынухэщ.
(15) АтIэ Iиман къэзыхьауэ фIы зыщIахэр жэнэтым и хадэхэм исынухэщ тхъэхэу.
(16) Ауэ джаурхэмрэ, Ди нэщэнэхэри ахърэтми къызэрытхуэзэжынур пцIыуэ зыбжахэмрэ - ахэр хьэзабым къыхэнэнухэщ.
(17) Алыхьым и щытхъур вгъэIу пщыхьэщхьэр къыщыфтехъуэкIи, нэхуи къыщыфтещIэкIи.
(18) Абы щытхъур ейщ уафэхэми, щIылъэми, шэджагъуэ ужьми шэджагъуэми вгъэIу и щытхъур.
(19) Абы псэ зыIутыр къыхешыр псэ зыIумытым, псэ зыIумытри къыхешыр псэ зыIутым. ЩIыри къегъэхъужыр лIа иужькIэ. Фэри апхуэдэу фыкъыщIишыжынущ.
(20) Абы и нэщэнэхэм щыщщ щIым фыкъызэрыхищIыкIар, итIанэ цIыхухэу фызэхэкIащ.
(21) Абы и нэщэнэхэм щыщщ фэ фщыщу щхьэгъусэхэр зэрыфхуищIар, абыхэм я деж фыщытыншыну, фи я кум лъагъуныгъэрэ гущIэгъурэ дилъхьащ. ИпэжыпIэкIэ абы хэлъщ нэщэнэхэр гупсысэ лъэпкъым щхьэкIэ.
(22) Абы и нэщэнэхэм щыщщ уафэхэмрэ щIылъэмрэ къызэригъэщIар, фи бзэхэри, теплъэхэри зэщымыщ зэрищIар. ИпэжыпIэкIэ абы хэлъщ нэщэнэхэр зыщIэхэм щхьэкIэ.
(23) Абы и нэщэнэхэм щыщщ жэщми махуэми фызэрыжейр, Абы и фIыгъуэхэм фызэрылъыхъуэри. ИпэжыпIэкIэ абы хэлъщ нэщэнэхэр зэхэзых лъэпкъым щхьэкIэ.
(24) Абы и нэщэнэхэм щыщщ шыблэр зэрывигъэлъагъур фигъэшынэну икIи гугъэ къывитыну, уафэми псы къыфхурегъэхыр щIыр къигъэхъужыну, лIауэ щыта нэужь. ИпэжыпIэкIэ абы хэлъщ нэщэнэхэр гупсысэ лъэпкъым щхьэкIэ.
(25) Абы и нэщэнэхэм щыщщ уафэри щIылъэри и унафэкIэ зэрыщытыр. ИтIанэ Ар зэ къывэджэнущи щIым фыкъыщIэкIыжынущ.
(26) Абы ейщ уафэхэми щIылъэми щыIэхэр, псори Абы хуэжыIэщIэщ.
(27) Аращ къэзыгъэхъур япэрейуэ, итIанэ иджыри къытрегъэзэжыр, икIи ар нэхъ фIэпсынщIэщ Абы. Абы плъыфэ нэхъ лъагэхэр иIэщ уафэхэми щIылъэми, Ар Лъэщщ, АкъылыфIэщ.
(28) Фэр дыдэхэр щапхъэу къыфхуихьащ: фэ фи пщылIхэм фэ фи гъусэу фи мылъкур зэхуэдэу ядэвгуэшрэ икIи фатешыныхьрэ абыхэм, зыр зым фызэрыщышынэм хуэдэу? Апхуэдэу нэщэнэхэр гурыIуэгъуэ дощIыр, цIыху къызыгурыIуэхэм щхьэкIэ.
(29) Залымыгъэ зезыхьэхэр я хуеиныгъэхэм кIэлъыкIуахэщ щIэныгъэншэу. Хэт Алыхьым щигъэуар захуэм тезыгъэувэжынур? ЯIэкъым абыхэм дэIэпыкъуэгъу.
(30) Уи нэгур хуэгъазэ диным Тхьэр бгъэзакъуэу, аращ Алыхьым цIыхум яхилъхьар къыщигъэхъухэм. Алыхьым къигъэхъур зэзыхъуэкIын щыIэкъым, аращ дин захуэр, ауэ цIыхухэм я нэхъыбэм ящIэркъым ар.
(31) Абы и деж вгъэзэж, фыщышынэ, нэмэзыр фщIы, гъусэ хуэзыщIхэм ящыщ фымыхъу,
(32) зи диныр зыгуэшхэу гуп-гупу зызыгуэшахэм, дэтхэнэ зы гупри езым иIэм щыгуфIыкIхэу.
(33) ЦIыхухэм Iей гуэрэ къащыщIмэ, я Тхьэм йолъэIухэр, тобэ къахьыжурэ зыхуагъазэу. ИтIанэ абыхэм гущIэгъуныгъэм щыщ яригъэлъагъумэ, абыхэм ящыщ гупым гъусэ хуащIыр я Тхьэм.
(34) Абыхэм яттам епцIыжынхэм щхьэкIэщ ар. Зывгъатхъэ, къэфщIэнщ фэ!
(35) Е абыхэм яхуедгъэхауэ ара щыхьэтлыкъ тепсэлъыхьу а гъусэ хуащIхэм?
(36) ЦIыхухэм гущIэгъуныгъэр зыхедгъащIэмэ, абы щогуфIыкIхэр, ауэ Iей къатехуэмэ езыхэм я Iэхэм къыхуахьауэ, ахэм гугъэр хахыж.
(37) Ямылъагъуу ара абыхэм Алыхьым ерыскъыр зыхуейм зэрыритыр е зэрыщиубыдыр? ИпэжыпIэкIэ абы хэлъщ нэщэнэхэр, Iиман къэзыхьа цIыхухэм щхьэкIэ.
(38) Уи Iыхьлыхэм яхуэфащэр ят, тхьэмыщкIэми, гъуэгурыкIуэми. Аращ нэхъыфIыр Алыхьым и Нэгум хузыунэтIахэм щхьэкIэ. Ахэращ ехъулIахэр.
(39) ЦIыхухэм яфтахэр ахъшэхэхъуэу Алыхьым и деж щыхэхъуэкъым, ауэ сэджытым щыщ фтар, Алыхьым и Нэгум щхьэкIэ, ахэращ зыхухагъахъуэр.
(40) Алыхьыращ фыкъэзыгъэхъуар, итIанэ ерыскъы къывэзытар, итIанэ фызыгъалIэр, итIанэ фыкъэзыгъэхъужыр. А фи гъусэхэм яхэту пIэрэ абы щыщу зыгуэр зыщIэф? Нэхъ лъагэщ Ар икIи щхьэщыIэтыкIащ а гъусэу хуащIхэм.
(41) Фэсэдыр щIыми, хыми нахуэу къыщежьащ, цIыхухэм я IэхэмкIэ къахьам щхьэкIэ, абыхэм ящIам къихьам щыщ ялъагъуным папщIэ, абыхэм къагъэзэжынкIэ мэхъур.
(42) ЖыIэ: "ФрикIуэ щIыми феплъ ипэкIэ щыIахэм хьэзабу къатехуахэм. Абыхэм я нэхъыбэр тхьэ куэдым хуэпщылIхэт".
(43) Уи нэгур дин захуэм хуэгъазэ къэмыс щIыкIэ Алыхьым и деж къикIауэ гъэзэж зимыIэ махуэр. А махуэм ахэр ягуэшынухэщ.
(44) Джаурым и джаурыгъэр къытехуэжынущ, фIы зыщIахэми я щIыпIэхэр хуагъэхьэзырынущ.
(45) Iиман къэзыхьахэмрэ фIы зыщIахэм яхуэфащэр яритыжын щхьэкIэ Абы и фIыгъуэм щыщ. Абы фIыуэ илъагъуркъым джаурхэр.
(46) Абы и нэщэнэхэм щыщщ, фызыгъэгуфIэн жьыхэр къызэрыфхуигъакIуэр, Абы и гущIэгъум щыщ зыхэфщIэну, кхъухьри Абы и унафэкIэ зэригъэкIуэнур, Абы и фIыщIэми фылъыхъуэну, шыкур фщIынкIэ мэхъур фэ.
(47) Уэ уи япэкIи дгъэкIуат лIыкIуэхэр я лъэпкъхэм и деж, ахэм къыхуахьат нэщэнэ нахуэхэр. Iей зыщIэхэтэми Дэ дахурикъуащ. ИкIи Дэ къыттохуэр Iиман къэзыхьахэр тедгъэкIуэну.
(48) Алыхьыращ жьыхэр къезыгъапщэр, абыхэм пшэхэр къахури, зэрыхуейм хуэдэу, уафэм щаубгъу, такъырурэ къагъанэ. Абым къыхэкIыу болъагъур уэшхыр. Ар Езым зыхуейм, и лIыкIуэхэм щыщу, щынигъэскIэ, ахэр щогуфIыкIхэр.
(49) ИкIи ахэр ипэкIэ, къахуемышх щIыкIэ, гугъэр хахыжауэ щытахэт.
(50) Еплъыт Алыхьым и гущIэгъум къихьам, щIыгу лIар къызэригъэхъужам. ИпэжыпIэкIэ Ар лIахэр къэзыгъэхъужщ. ИкIи Абы сытри хузэфIокIыр.
(51) Абыхэм жьы яхуэдгъакIуэу ялъагъумэ, гъуэжь зэрыхъуар псори, итIани абы иужь ахэр джауру къонэжхэр.
(52) Уэ лIахэм зэхебгъэхыфынукъым, дэгуми укъызыхуеджэр зэхихынукъым, ахэр щIыбкIэ щикIуэтыжхэкIэ.
(53) ИкIи уэ нэфхэр я щыуэныгъэм къыхэпшыфынукъым. Уэ зэхебгъэхыфыну къудейщ Ди Iэятхэр зи фIэщ хъухэм, ахэращ муслъымэнхэр.
(54) Алыхьыращ фыкъыхэзыщIыкIар къарууншэм, итIанэ къарууншагъэм иужькIэ къару къывитащ, итIанэ къарум иужькIэ къарууншэ фищIащ икIи фигъэтхъуащ. Зыхуейр къегъэхъу, Ар ЗыщIэщ, ЗыхузэфIэкIщ.
(55) Сыхьэтыр къыщыхъум и деж гуэныхьыщIэхэм тхьэ яIуэу щIадзэнущ зы сыхьэт нэхъ щымыIахэу абы дежым, мис апхуэдэу щыгъэуащ ахэр!
(56) ЩIэныгъэрэ фIэщхъуныгъэрэ зратахэм жаIэнущ: "Алыхьым зэрыфхуитхам хуэдэу къыщагъэхъуж махуэм нэс фыщыIащ абдежым. Мыращ къыщагъэхъуж махуэр, ауэ фэ фщIэтэкъым ар".
(57) А махуэм залымыгъэ зезыхьахэм къыхуагъэгъуну зэрылъаIуэхэр зыкIи сэбэп яхуэхъунукъым, абыхэм тоби кърагъэхьынукъым.
(58) Мы КъурIэным цIыхухэм щхьэкIэ дэтхэнэ щапхъи къэтхьащ. Абыхэм нэщэнэхэр къахуэпхьмэ, джаурхэм жаIэнущ: "Фэ пцIым фыкъыдэщIу аращ".
(59) Алыхьым апхуэдэу зымыщIэхэм ягухэр зэхуещIыр.
(60) Шэчыныгъэ зыхэгъэлъ, Алыхьым и псалъэр пэжщ. ФIэщхъуныгъэ быдэ зимыIэхэми уэ уафIэпсынщIэ умыхъу.