48 - Al-Fath ()

|

(1) ИпэжыпIэкIэ, Дэ текIуэныгъэ нахуэр уэттащ,

(2) Алыхьым ипэкIэ гуэныхьу къэпхьахэр пхуигъэгъуну, иужькIи къэпхьынухэри пхуигъэгъуну, фIыгъуэхэр нэгъасэуэ къыпхуищIэн щхьэкIэ, гъуэгу захуэкIи уишэн щхьэкIэ,

(3) текIуэныгъэшхуэкIи Алыхьым утригъэкIуэн щхьэкIэ.

(4) Аращ псэхуныгъэр Iиман къэзыхьахэм ягухэм изылъхьар, я Iиманыр хэхъуэн щхьэкIэ. Алыхьым уафэхэми, щIылъэми щыIэ дзэхэр ейщ, Алыхьыр ЗыщIэщ, АкъылыфIэщ.

(5) Iиман къэзыхьа лIыхэмрэ фызхэмрэ Жэнэтым и жыг хадэхэм иришэн щхьэкIэ, абыхэм псы ежэххэр къыщIэжхэу, игъащIэкIэ къинэнухэщ абдежым. Абыхэм Iейуэ ящIахэр яхуигъэгъунущ, аращ Алыхьым и деж ехъулIэныгъэшхуэр.

(6) ФэрыщI лIыхэми фызхэми, тхьэ куэдым хуэпщылI лIыхэми фызхэми, Алыхьым Iейуэ егупсысхэми хьэзабыр ятрилъхьэнущ. Абыхэм хьэзабым къахуигъэзэжынущ, Алыхьри яхуэгубжьынущ, нэлат ярихынущ, Жыхьэнэмэри яхуигъэхьэзырынущ. Сыту Iеищэ а екIуэлIапIэр!

(7) Алыхьым ейщ уафэхэми, щIылъэми я дзэр, Алыхьыр Лъэщщ, АкъылыфIэщ.

(8) Дэ удгъэкIуащ щыхьэту, фIым къыхуезыджэу, Iейм зыщахъумэну яжезыIэу,

(9) Алыхьымрэ Абы и лIыкIуэмрэ фи фIэщ хъуну, пщIэ хуэфщIыну, вгъэлъэпIэну, Алыхьми и щIыхьыр лъагэу фIэтыну пщэдджыжьми, пщыхьэщхьэми.

(10) Уэ псалъэ быдэ къозытхэм атIэ Алыхьым псалъэ быдэ ирату аращ, Алыхьым и Iэр абыхэм я Iэхэм телъщ. Абы епцIыжахэр атIэ я щхьэ лей ирахыжауэ аращ. Алыхьым псалъэ быдэу иритам тетам псапэшхуэ иритыжынущ Абы.

(11) Бедуинхэм щыщу зыкъыпкIэрызгъэхуахэм жаIэнущ: "Ди мылъкумрэ, ди Iыхьлыхэмрэ зэран къытхуэхъуахэщ. Къытхуигъэгъуну тхуелъэIу атIэ". Абыхэм я бзэхэмкIэ жаIэр ягухэм имылъыр. ЖыIэ: "Алыхьым зэран къывихыну хуеймэ е фIы къыфхуищIэну хуеймэ хэт Абы нэгъуэщI дэIэпыкъуэгъу фхуэхъунур?" Хьэуэ атIэ, Алыхьыр щыгъуазэщ фэ фщIэм.

(12) Фэ фыгугъэт лIыкIуэмрэ Iиман къэзыхьахэмрэ зэи къамыгъэзэжыну. Ар фигухэм фхуагъэщIэрэщIат, гупсысэ Iейхэри фиIэт фэ. ФыхэкIуэдэжа лъэпкъщ фэ!

(13) Алыхьымрэ Абы и лIыкIуэмрэ и фIэщ мыхъуамэ зыгуэрым, атIэ Дэ хуэдгъэхьэзыращ джаурхэм МафIэр.

(14) Уафэхэми, щIылъэми я унафэр зейр Алыхьыращ. Зыхуейм хуегъэгъур Абы, зыхуейм хьэзаб трелъхьэр. Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ.

(15) КъыкIэрыхуауэ щытахэм жаIэнущ, къуентхъхэр фщтэну фыунэтIауэ щалъагъукIэ: "Дэри фи ужь диту дывгъакIуэ". Абыхэм Алыхьым и псалъэр зэрахъуэкIыну хуейхэщ. ЖыIэ: "Ди ужьым иту фыкIуэнукъым, аращ Алыхьым ипэкIэ жиIар". Абыхэм жаIэнущ: "Фэ фыкъыдэфыгъуэу аращ". Ауэ абыхэм къагурыIуэр мащIэ дыдэщ.

(16) ЯжеIэ бедуинхэм ящыщу къыфкIэрыхуахэм: "Фыкъыхураджэнущ къаруушхуэ зиIэ лъэпкъым фазэуэну е зыкъатыну. ФыжыIэщIэмэ Алыхьым псапэшхуэ къывитынущ, ауэ фи щIыбыр къэвгъазэмэ ипэкIэ къызэрывгъэзам хуэдэу, хьэзаб гуащIэр къыфтрилъхьэнущ".

(17) Нэфым гуэныхь къытехуэкъым, лъашэми гуэныхь къытехуэкъым, сымаджэми гуэныхь къытехуэкъым. Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ хуэжыIэдаIуэр Жэнэтым иригъэхьэнущ, абым псы ежэххэр къыщIэжу. Зи щIыбыр къэзыгъазэхэм атIэ хьэзаб гуащIэр ятрилъхьэнущ.

(18) Алыхьыр хуэарэзыщ Iиман къэзыхьахэу псалъэ быдэ къозытхэм жыгым и щIагъым. Абы ещIэр ахэм ягухэм илъыр. Абыхэм ягухэм псэхуныгъэр ирилъхьащ икIи текIуэныгъэ благъэри тыгъэ яхуищIащ,

(19) къуентхъ куэдри къащтэнущ абыхэм. ИпэжыпIэкIэ Алыхьыр Лъэщщ, АкъылыфIэщ.

(20) Алыхьым фыкъигъэгугъащ къуентхъ куэд къэфщтэнымкIэ, икIи ар фхуигъэпсынщIащ. Абы цIыхухэм я Iэхэр къыфтрамышиену иубыдащ, ар Iиман къэзыхьахэм нэщэнэ яхуэхъуну. ИкIи ахэр гъуэгу захуэм тришащ.

(21) Иджыри нэгъуэщIхэри щыIэнущ къэвмыщта щIыкIэу. Алыхьым ахэр псори зэщIиубыдащ, Алыхьым сытри хузэфIокIыр.

(22) Джаурхэр къывэзауэми, шэч хэмылъу ахэм я щIыбхэр къыфхуагъэзэнущ. ИтIанэ ягъуэтыжынукъым къыщхьэщыжакIуи, дэIэпыкъуэгъуи.

(23) Алыхьым ипэкIэ игъэува унафэщ, уэ бгъуэтынукъым Алыхьым и унафэр зэзыхъуэкIын.

(24) Аращ абыхэм я Iэхэр къыфтрамышиену къэзыгъэувыIар, фэри фи Iэхэр ятевмышиену къэзыгъэувыIар, Мэчэм и аузым и деж абыхэм фатригъэкIуа иужь. Алыхьым елъагъур фэ фщIэр.

(25) Ахэращ Iиман къэзымыхьахэр, Мэжджыт Хьэрэмым фыдэзымыгъэхьар, къурмэну къахьыну псэущхьэхэри зэтезыубыдахэр намыгъэсхэу я щIыпIэм. Фэ фымыщIэ Iиман къэзыхьа лIыхэмрэ фызхэмрэ мыхъуатэмэ, ахэр фыпIытIхэу фымыщIэу лей къэфхьынут. Алыхьым зыхуейр и гущIэгъум хешэр. Ахэр зэхэкIатэмэ, абыхэм ящыщ джаурхэм хьэзаб гуащIэ ятетлъхьэнут.

(26) Мис джаурхэм ягухэм иралъхьащ пагэныгъэр, джахилием (щIэныгъэншагъэм) и пагагъэр. Алыхьым псэхуныгъэр къахуригъэхащ и лIыкIуэмрэ Iиман къэзыхьахэмрэ щхьэкIэ. Абыхэм тхьэшынагъуэм и псалъэр ятрилъхьащ, ахэращ ар нэхъ зыхуэфащэтэр, къызытехуэтэри. Алыхьми сытри ещIэр.

(27) ИпэжыпIэкIэ Алыхьым и лIыкIуэм иригъэлъэгъуащ пщIыхьэпIэ пэж. Шэч хэмылъу фыдыхьэнущ фэ Мэжджыт Хьэрэмым, Алыхьым жиIэмэ зыми фыщымышынэу, фи щхьэхэри фыупсауэ, фи щхьэцхэри кIагуэ фщIауэ, фымышынэу. Абы ещIэр фэ фымыщIэр. Абы фхуитхащ текIуэныгъэ благъэр.

(28) Аращ къэзыгъэкIуар и лIыкIуэр гъуэгу захуэрэ, дин пэжрэ къихьу, ар дину хъуам къащхьэщиIэтыкIыну. Ирокъур Алыхьыр щыхьэту.

(29) Мухьэммэд Алыхьым и лIыкIуэщ, абы щIыгъухэр джаурхэм хуэтуIийхэщ, езыхэм яку щабэу зэдызокIуэхэр. Болъагъур ахэр щхьэщэ ящIхэу, я щхьэхэри щIым тралъхьэу, Алыхьым и фIыгъуэмрэ, и арэзыныгъэмрэ хущIэкъухэу. Абыхэм я нэщэнэхэр я нэгухэм телъщ я щхьэхэр зэрагъэтIылъым и пIэхэу. Аращ абыхэм я теплъэу Тэуратым итыр. Инджылым атIэ я теплъэр къэкIыгъэ къыздыхэкIа губгъуэ тесам хуэдэщ. ИтIанэ ар игъэбыдэри гъум хъуащ, занщIэу зыхишащ, хэзысахэм ягъэщIагъуэу. Апхуэдэу джаурхэр ягъэгубжьхэу аращ. Алыхьым къигъэгугъахэщ Iиман къэзыхьахэу фIы зыщIахэр абыхэм щыщу псапэшхуэкIэ.