34 - Saba ()

|

(1) Щытхъур зейр Алыхьыращ, Аращ зейр уафэхэми щыIэр, щIылъэми щыIэр. Аращ щытхъур зейр ахърэтым, Ар АкъылыфIэщ, Псоми щыгъуазэщ.

(2) Абы ещIэр щIым хыхьэри, абы къыхэкIри, уафэм къехри, абы дэкIуейри, Ар ГущIэгъу зыхэлъщ, Зыгъэгъущ.

(3) Джаурхэм жаIащ: "Сыхьэтыр дэ къытхунэсынукъым". ЖыIэ: "Хьэуэ атIэ, си Тхьэ ущэхуар зыщIэмкIэ соIуэр ар къызэрывнэсынур шэч хэмылъу. Уафэми, щIылъэми Абы щыущэхуауэ Iыхьэ цIыкIу дыди щыIэкъым, абы нэхърэ нэхъ цIыкIужи, абы нэхърэ нэхъ ини псори Тхылъ нахуэм итщ.

(4) Iиман къэзыхьахэу фIы зыщIахэм яхуэфащэр яритыжыным щхьэкIэ, ахэращ гъэгъуныгъэмрэ ерыскъы лъапIэмрэ зыхуэфащэр".

(5) Ди нэщэнэхэр зыгъэмащIэну пылъахэм атIэ хьэзаб гуащIэр япэщылъщ.

(6) ЩIэныгъэ зратахэм ящIэр уэ къыпхуехыр уи Тхьэм и деж къикIауэ зэрыпэжыр, абы гъуэгу захуэм зэрыхуишэр.

(7) Джаурхэм жаIащ: "Фэдгъэлъагъун лIы фызгъэгугъэр фызэхэлъэлъэжыпа иужь щIэрыщIэу фыкъэхъужыну жызыIэр?

(8) Абы Алыхьым пцIы трилъхьэу ара е жын хэсу ара?" АтIэ ахърэтыр зи фIэщ мыхъухэм хьэзабрэ гъуэщэныгъэ куурэ къатехуэнущ.

(9) Абыхэм ямылъагъуу ара я пащхьэми, я щIыбми, уафэми, щIылъэми щыIэхэр? Дыхуеймэ ахэр зытет щIыр кIуэцIрыдгъэхунщ зэрытетхэу е уафэм щыщ такъыр къатедгъэхуэнщ! ИпэжыпIэкIэ, абы хэлъщ нэщэнэхэр, дэтхэнэ тобэ къэзыхьыж пщылIым щхьэкIэ.

(10) Дауд еттащ Дэ Ди фIыщIэхэм щыщ: "Уэ къущхьэхэрэ бзухэрэ, Абы щIыгъуу щытхъур фIэт!" ГъущIри абы щабэ хуэтщIащ.

(11) Афэ кIыхьхэр щIы, тхьэгъухэми я мардэм тет. ФIы фщIэ, солъагъур Сэ фэ фщIэхэр.

(12) Сулеймани жьыр хуэдгъэжыIэщIащ пщэдджыжьым мазэ псом и гъуэгур зэпызычым, шэджагъуэ нэужьми мазэ псом и гъуэгур зэпызычыр. Абы гъуаплъэ псынэхэри къыхущIэдгъэжащ. Жынхэми щыщт абы хуэлажьэхэр и Тхьэм и IизынкIэ. Ди унафэм темытахэм МафIэм и хьэзабыр ятетлъхьащ.

(13) Зыхуейуэ хъар хуащIт абы нэмэз щIыпIэуи, сурэт гъэжауи, шынакъ гуэлхэм хуэдизхэри, шыуанышхуэ кърамыхьэкIхэри. Дауд и унагъуэм шыкур фщIы, мащIэщ Си пщылIхэм щыщу шыкур зыщIхэр.

(14) Абы и псэр щыхэтхам зэрылIар языгъэщIар щIым и хьэпщхупщхэм щыщыращ, абы и башыр щишхым. Ар щыджалэм жынхэм къагурыIуащ, ущэхуар ящIэу щытатэмэ, хьэзаб зыгъэпудым къызэрыхэмынэнухэтэр.

(15) СэбэIым щыщхэм я щIыпIэ здэпсэухэм нэщэнэу тIу яIат - жыг хадитI ижьымкIи сэмэгумкIи. Фшхы фи Тхьэм и ерыскъым щыщ, шыкури хуэфщI Абы. Къэрал дахащэрэ Тхьэ зыгъэгъурэ!

(16) Ауэ абыхэм я щIыбхэр къагъэзащ. Абдежым псы уэр псыIущIэр пхырызытхъар яхуэдгъэкIуащ Дэ, я жыг хадитIри зэтхъуэкIащ жыг хадитI пхъэщхьэмыщхьэ дыджрэ, тамарискрэ, лотос мащIэкIэ.

(17) Апхуэдэу абыхэм яхуэфащэр яттащ, Iиман къызэрамыхьам щхьэкIэ. Дэ джаурхэм нэгъуэщI зыгуэрым тезыр тетлъхьэрэ атIэ?

(18) Абыхэмрэ нэгъуэщI къалэ берычэт зыхэтлъхьахэмрэ яку къалэ нахуэхэр дэдгъэуващ, я зэхуакуми гъуэгур къэтлъытащ. ФрикIуэ абыхэм жэщкIи, махуэкIи шынагъуэншэу!

(19) Абыхэм жаIащ: "Ди Тхьэ! Ди гъуэгухэм тет къэувыIэпIэхэм я зэхуакухэр нэхъ кIыхь тхуэщI". Абыхэм залымыгъэ зрахьэлIэжащ. Ахэр IуэрыIуатэхэм хэлъу къэдгъанэри дэнэкIи щиткъухьахэщ. ИпэжыпIэкIэ, абы хэлъхэщ нэщэнэхэр дэтхэнэ шэч зыхэлъ шыкур зыщIым щхьэкIэ.

(20) Иблис абыхэм щхьэкIэ ищIа гурыщхъуэр пэжу къыщIэкIащ, ахэр абы иужь иувахэщ, Iиман къэзыхьа гупым мыхъумэ.

(21) Абы я унафэ ищIыну Iэмал иIэтэкъым, ауэ Дэ дигъэлъэгъуащ ахърэтыр зи фIэщ хъухэмрэ шэч къытезыхьэхэмрэ. Уи Тхьэр сытми и хъумакIуэщ .

(22) ЖыIэ: "Къевджэ Алыхьым и гъусэхэу вгъэIуахэр". Абыхэм яIэкъым нэхъ мащIэ дыдэ Iыхьи уафэхэми, щIылъэми, абыхэм я унафи яIэщIэлъкъым. ИIэкъым Абы дэIэпыкъуэгъу абыхэм ящыщу.

(23) Абы и пащхьэм щыхьэтми сэбэп иIэнукъым, Езым Iизын иримытамэ. Шынэр ягухэм щикIыжкIэ жаIэр: "Сыт жиIар фи Тхьэм?" Абыхэм жаIэр: "Пэжыр! Ар Лъагэщ, Инщ".

(24) ЖыIэ: "Хэт фи ерыскъыр уафэхэми щIылъэми къыфхухэзыхыр?" ЖыIэ: "Алыхьыращ! ИпэжыпIэкIэ, е сэ, е фэ пэжым дытетщ е гъуащэныгъэ нахуэм дыхэтщ".

(25) ЖыIэ: "Фэ къывэупщIынукъым дэ гуэныхь тщIахэмкIэ, дэри къыдэупщIынукъым фэ фщIахэмкIэ".

(26) ЖыIэ: "Ди Тхьэм псори дызэхуишэсыжынущ, итIанэ хейуэ ди унафэр ищIэнущ, Ар УнафэщI хейщ, ЗыщIэщ".

(27) ЖыIэ: "Сывгъэлъагъут Абы гъусэу хуэфщIхэр! Хьэуэ, Ар Алыхь Лъэщщ, АкъылыфIэщ".

(28) Уэ цIыху псоми уахуэдгъэкIуащ хъыбарыфI къахуэзыхьу, Iейм щыбгъэшынэхэу, ауэ цIыхухэм я нэхъыбэм ящIэркъым.

(29) Абыхэм жаIэр: "Сыт щыгъуэ а псалъэр къыщыхъунур пэж жыфIэу щытмэ?"

(30) ЖыIэ: "Фэ фыкъагъэгугъащ махуэкIэ, ар зы сыхьэткIи вгъэгувэфынукъым, нэхъ пасэуи къэвгъэсыфынукъым".

(31) Джаурхэм жаIэр: "Мы КъурIэнри ди фIэщ хъукъым, абы ипэ къехари аращ". Плъагъуатэмэ уэ залымыгъэ зезыхьахэр я Тхьэм и пащхьэ зэритынухэр зым адрейм жэуап иратыжу. Нэхъ къарусызхэм жраIэнущ нэхъ зызыгъэпагэу щытахэм: "Фэ мыхъуатэмэ, дэри Iиман къэтхьынут".

(32) Нэхъ зызыгъэпагэу щытахэм жраIэнущ нэхъ къарусызхэм: "Дэра гъуэгу захуэм фытезмыгъэувэтэр ар къыфхуэкIуа иужь? Фэ фыгуэныхьыщIэти аращ".

(33) Абдежым нэхъ къарусызхэм жраIэнущ нэхъ зызыгъэпагэу щытахэм: "Фэ жэщи махуи хьилагъэхэр къэвгупсыст икIи Алыхьыр ди фIэщ дымыщIыну, Абы гъусэ хуэтщIыну унафэ къытхуэфщIт". Хьэзабыр щалъагъукIэ ахэм зэрыщIегъуэжар яущэхунущ. Джаурхэм я пщэхэм Iэхъулъэхъухэр ятетлъхьащ. Абыхэм ящIам щхьэкIэ яхуэфащэ къудейракъэ ягъуэтыжыр?

(34) Сыт хуэдэ къуажэм Iейм щызыхъумэн дымыгъэкIуами, абы дэс тхъэгъуэм хэтхэм жаIэрт: "Дэ а фэ къытхувагъэхьар ди фIэщ хъукъым".

(35) ИтIани жаIэт: "Дэ мылъкуи, быни нэхъыбэу диIэщ, хьэзаби дэ къыттралъхьэнукъым".

(36) ЖыIэ: "Си Тхьэм и ерыскъыр иретыр зыхуейм, е зэтреубыдэр иримыту, ауэ цIыхум я нэхъыбэм ящIэркъым ар" .

(37) А фи мылъкухэми, фи бынхэми зыкIи Дэ ди гъунэгъу фащIкъым, Iиман къэфхьауэ фIыхэр фымыщIэ къудеймэ. Апхуэдэхэм я псапэр хагъэхъуэнущ ящIам щхьэкIэ, ахэр унэхэм щIэсынухэщ шынагъуэншэу.

(38) Ди нэщэнэхэр зыгъэмащIэну пылъхэр хьэзабым хадзэнущ.

(39) ЖыIэ: "ИпэжыпIэкIэ, си Тхьэм зыхуейм ерыскъыр куэду иретыр, и пщылIхэм щыщу, е хуегъэмащIэр. Сыт фымыгъэкIуэдами, Абы къывитыжынущ, Ар ерыскъы къэзытхэм я нэхъыфIщ".

(40) А махуэм псори зэхуишэсыжынущи мелыIычхэм яжриIэнущ: "Мыхэра фэ фхуэпщылIхэу щытахэр?"

(41) Абыхэм жаIэнущ: "Уи щIыхьыр инщ Уэ! Уэращ дэ ди къыщхьэщыжакIуэр, ахэракъым. Ахэр жынхэм хуэпщылIхэтэу аращ, абыхэм я нэхъыбэм ахэрат я фIэщ хъур".

(42) Нобэ зыр адрейм сэбэпи зэрани фыхуэхъуфынукъым. Залымыгъэ зезыхьахэм яжетIэнущ: "Феплъыт МафIэм и хьэзабу пцIыуэ фыбжу щытам".

(43) Ди Iэят нахуэхэм абыхэм щхьэкIэ щыхуеджэкIэ жаIэр: "Мыр цIыхухъу къудейщ, фи адэхэр зыхуэпщылIу щытам фытрихуну хуейуэ аращ". ИтIани жаIэнущ: "Мыр пцIы къэгупсыса къудейщ". Пэжыр къащыхуэкIуам зи фIэщ мыхъуахэм жаIэнущ: "Мыр удыгъэ нахуэу аращ".

(44) Абыхэм яттакъым Тхылъхэр щIаджыкIыну, уэ уи япэкIи Iейм щызыхъумэхэри яхуэдгъэкIуакъым.

(45) Абыхэм япэкIэ щыIахэми пцIыуэ ябжат. Мыбыхэм и пщIани янэсакъым абыхэм яттауэ щытам щыщ, ауэ Си лIыкIуэхэр пцIыуэ ябжащ. Сытым хуэдэт атIэ Сэ Си тезырыр!

(46) ЖыIэ: "Сэ фыкъызыхуезджэр зыщ: Алыхьым и цIэкIэ зырызу, тIурытIу фыкъэувхи фегупсыс. Фи ныбжьэгъум жын хэскъым, абы Iейм фыщихъумэну пылъу аращ, хьэзаб хьэлъэм ипэкIэ".

(47) ЖыIэ: "ПщIэуэ къыфIисхыну сызыхуейр фэращ зыхуэфащэр. Сэ си пщIэр Алыхьыращ къызэзытынур. Ар сытми и щыхьэтщ".

(48) ЖыIэ: "ИпэжыпIэкIэ, си Тхьэм пэжыр къегъакIуэр. Ар ущэхуар зыщIэщ".

(49) ЖыIэ: "Пэжыр къакIуэри пцIыр текIуэдыкIащ икIи къигъэзэжынукъым".

(50) ЖыIэ: "Сэ сыщыуамэ, си щхьэращ зытехуэнур си щыуагъэр. Ауэ гъуэгу захуэм срикIуэмэ, ар си Тхьэм къысхуригъэхам сытету аращ. Ар Зэхэзыхщ, Гъунэгъущ".

(51) Плъагъуатэмэ уэ ахэр зэрыщтэнухэр. Ахэр щIэпхъуэжыфынукъым икIи гъунэгъуу яубыдынухэщ.

(52) Абыхэм жаIэнущ: "Ди фIэщ хъуащ мыр!" Ауэ дауэрэ абыхэм Iиман къызэрахьынур апхуэдэ щIыпIэ пхыдзам?

(53) ИпэкIэ пцIыуэ ябжат ар, щIыпIэ пхыдзами щыIэхэу зыгуэрхэр хуагъэфащэхэт.

(54) Езыхэмрэ ахэр зыхуейхэмрэ яку зэпызыхукI дагъэувэнущ нэмысынхэу, абыхэм яхуэдэхэм ипэкIэ къазэрыщыщIам хуэдэу. ИпэжыпIэкIэ, ахэр шэч хъарпшэрхэм зрагъэукIырт.