(1) Уэ ц1ыхухэ, фи Тхьэм фыщышынэ, Сыхьэтым и зэщ1эсысэныр 1уэхушхуэщ хуабжьу
(2) Ар щыфлъагъу махуэм анэ быдзышэ езыгъафэу хъуахэм ирагъафэхэр ящыгъупщэнущ, лъэрымыхь псоми я ныбэм илъхэр зыкIэрадзынущ. ЦIыхухэри плъагъунущ, чэф яIэм хуэдэу, ауэ абыхэм чэф яIэкъым, атIэ Алыхьым и хьэзабыр хьэлъэ дыдэщи аращ
(3) ЦIыхухэм яхэтщ Алыхьым щхьэкIэ зэдауэхэр, щIэныгъэ лъэпкъ ямыIэу, икIи дэтхэнэ шейтIан мыдаIуэм и ужьым итщ
(4) Хуэтхат абы, дэтхэнэ зыми ар къыщхьэщыжакIуэу е дэIэпыкъуэгъуу ищтэмэ, абы щигъэуэнущ, жыхьэнэмэ хьэзабым хуишэнущ
(5) Уэ, цIыхухэ, фыкъызэрыдгъэхъужынум шэч къытефхьэмэ, атIэ дэращ ятIагъуэм фыкъыхэзыгъэкIар, итIанэ ткIуэпсым, итIанэ лъы пцIам, итIанэ лы такъыр гъэныщкIуам къытокIри ар е нэгъэса мэхъур, е нэмыгъэсауэ къонэжыр. Апхуэдэу нахуэ фхудощIыр. ИкIи лъхуалъэм дызыхуейр идогъэбыдыхьыр, пIалъэр къэсыху. ИтIанэ ар сабийуэ къыдогъэхъур, ар балигъ хъуху. Фэ фщыщ гуэрхэр малIэхэр, адрейхэр жьыгъэ кхъахэм носхэр, ящIауэ щытари зыри ямыщIэжу. Уэ болъагъур щIыр гъущауэ, атIэ псы тедгъахуэмэ, ар мэхъейри къотIэпIыр, итIанэ дэтхэнэ зы къэкIыгъэ дахащэм щыщ къыхокIыр
(6) Ар Алыхьыр пэжщи аращ, икIи Абы лIахэр къегъэхъуж, икIи Абы сытри хузэфIокIыр
(7) ИпэжыпIэкIэ Сыхьэтыр къэсынущ, шэч хэлъкъым абы. ИтIанэ Алыхьым къигъэтэджыжынущ кхъэм щIэлъхэр
(8) ЦIыхухэм яхэтщ Алыхьым щхьэкIэ зэдауэхэр щIэныгъэ лъэпкъи, захуагъи, Тхылъ къэзыгъэнэхуи ямыIэу
(9) Абы епэгэкIыурэ и щхьэр ирегъэзэкIыр, цIыхухэр гъуэгу захуэм трихуным щхьэкIэ. Абы мы дунейми гъэпудыныгъэщ хуэфащэр, Къемэт махуэми хьэзаб зыгъэсыр зыхедгъэщIэнущ
(10) Ар уэ уи IэхэмкIэ къызыхуэпхьыжаращ, икIи Алыхьым и пщылIхэм залымыгъэ ярихкъым
(11) ЦIыхухэм яхэтщ Алыхьым хуэпщылIыр гъунэ дыдэм Iуту: фIы къыщыщIамэ, мэпсэхур, ауэ бэлыхь къытехуамэ зызэредзэкIыр, дунейри ахърэтри хигъэкIуэдащ, аращ хэщIыныгъэ нэхъ ин дыдэр
(12) Алыхьым нэгъуэщIу хуопщылIыр и нейри, и нэфIри къызыпымыкIым, аращ гъуэщэныгъэ хуабжьыр
(13) Ар хуопщылIыр Iей къызыпыкIынум нэхъ псынщIэу, фIыуэ къихьыным нэхърэ. Сыту Iеищэ зыхуэпщылIыр, сыту Iеищэ апхуэдэ ныбжьэгъур!
(14) ИпэжыпIэкIэ Алыхьым Iиман къэзыхьахэмрэ фIы зыщIахэмрэ Жэнэтым и жыг хадэхэм иригъэхьэнущ, абы и щIагъым псыежэххэр къыщIэжу. Алыхьым зыхуейр ещIэр
(15) Алыхьыр абы дэмыIэпыкъуну мы дунейми ахърэтми къызыщыхъум кIапсэ и унащхьэм кIэрырещIи иреплъ, апхуэдэ хьилагъэкIэ и губжьыр тригъэкIмэ
(16) Апхуэдэу недгъэхащ Ар нэщэнэ гъэунэхуахэу, Алыхьми гъуэгу захуэм трегъэувэр зыхуейр
(17) Iиман къэзыхьахэри, журтхэри, сабиIхэри, чыристэнхэри, мафIэм хуэпщылIхэри, тхьэ куэдым хуэпщылIхэри - абыхэм псоми я унафэр Алыхьым ищIэнущ Къемэт махуэм. Алыхьыр сытми и щыхьэтщ
(18) Плъагъурэ уэ Алыхьым уафэхэми щIылъэми щыIэу хъуами, дыгъэми, мазэми, вагъуэхэми, къущхьэхэми, жыгхэми, хьэкIэкхъуэкIэхэми, цIыхухэм ящыщ куэдми щхьэщэ зэрыхуащIыр, я щхьэхэр щIым тралъхьэу. Куэдми хьэзабыр къатехуэнущ ипэжыпIэкIэ. Алыхьым игъэпудар къэзыIэтыжын щыIэкъым, Алыхьым зыхуейр ещIэр
(19) Мис гупитIыр зэдэуахэщ я Тхьэм щхьэкIэ. АтIэ Iиман къэзмыхьахэм мафIэ щыгъынхэр хуагъэхьэзыращ, абыхэм я щхьэхэм псы къэкъуалъэр тракIэнущ
(20) Абым я кIуэцIым илъри, я фэхэри игъэткIунущ
(21) Абыхэм гъущI уадэхэри яхуэгъэхьэзыращ
(22) Бэлыхьу къатехуам щхьэкIэ къыхэкIыну абы хуежьэ къэскIэ, ирагъэгъэзэжынухэщ: "Феплъыт мафIэм и хьэзабым"
(23) Алыхьым Iиман къэзыхьахэмрэ фIы зыщIахэмрэ жэнэтым и жыг хадэхэм хигъэхьэнущ, абыхэм псыежэххэр къыщIэжу, дыщэрэ налкъутналмэс IэпщэхъухэмкIи загъэдэхэнущ, я щыгъынри абдежым шылэщ
(24) Псалъэм и нэхъыфIми хуагъэзэнущ, гъуэгум и нэхъ щытхъу зыхэлъми хуашэнущ
(25) Iиман къэзмыхьахэу Алыхьым и гъуэгум пэувхэмрэ, Мэжджыт Ал-Хьэрэмым зымыгъакIуэхэмрэ, ар цIыху псоми зэхуэдэу яхуэтщIа щхьэкIэ, абы дэсхэми, зэхэзекIуэхэми, итIани абдежым залымыгъэм къыхуезыджэхэри - абыхэм псоми хьэзаб гуащIэр зыхадгъэщIэнущ
(26) Ибрэхьим Унэм и щIыпIэр хуэдгъэунэхури: "Зыри гъусэ къытхуомыщI, Си Унэри гъэкъабзэ ар хъурейуэ къэзыкIухьхэм щхьэкIи, нэмэз зыщIхэу щхьэщэ зыщIхэми, зи щхьэхэр зыгъэтIылъхэми щхьэкIэ"
(27) ЦIыхухэри къеджэ, хьэж ящIыну, лъэсуи, шууи, дэтхэнэ зы къуэладжэ зэвми къыдэкIхэурэ
(28) Сэбэп къахуэхъунум хуэзэхэу, Алыхьым и цIэр махуэ гъэунэхуахэм ираIуэу, былым яттам траIуэу. Фшхы абы щыщ икIи факъырэ тхьэмыщкIэм евгъэшх
(29) ИтIанэ абыхэм ятелъыр ягъэзащIэу, псалъэу ятахэр ягъэзащIэу, Унэжьым и хъуреягъкIэ къракIухь
(30) Аращ, Алыхьым хьэрэм ищIахэр зыгъэлъапIэм, ар абы щхьэкIэ нэхъыфIщ и Тхьэм и деж. Былымыр хьэлэлщ фэр щхьэкIэ, Тхылъым иту къыфхуеджэм мыхъумэ. Аращи пэжыжьэ зыфщI тхьэуэ къалъытэу хъуам я фIеягъэм, икIи пэжыжьэ зыфщI псалъэ пцIыхэм
(31) Алыхьым фыхуэпщылIу, гъусэ хуэвмыщIу. Алыхьым гъусэ хуэзыщIыр уафэм къекIурэхауэ бзухэм япхъуатэм хуэдэщ, е жьым ихьым хуэдэщ щIыпIэ жыжьэм
(32) Аращ, Алыхьым хьэрэм ищIахэр зыгъэлъапIэр, атIэ ар гухэм я тхьэшынагъуэм щыщщ
(33) Абыхэм сэбэп къыфхухокIыр пIалъэ гъэунэхуа нэс, итIанэ абыхэм я фIэбзыпIэр Унэжьым и дежщ
(34) Лъэпкъ псоми яхухэтхащ къурмэн къыздахьын щIыпIэ, Алыхьым и цIэр траIуэну абыхэм ярита былымхэм. Фи Тхьэр Тхьэ закъуэщ, Абы фыхуэжыIэщIэ, тхьэшынагъуэ зыхэлъхэри гъэгуфIэ
(35) Алыхьым и гугъу щащIкIэ, абыхэм ягухэм шынэ къохьэр, къалъэIэсам щхьэкIэ шэчыныгъэ зыхагъэлъ, нэмэз ящIыр, яттам щыщи хатыкIыр
(36) Махъшэхэр фхуэтщIащ Алыхьым и нэщэнэхэу фэр щхьэкIэ, абы фIыгъуэхэр хэлъщ фэр щхьэкIэ. Алыхьым и цIэр ятефIуэ абыхэм сатыру щытхэу. Ахэр я джабэхэм щытехуэкIэ атIэ фшхы абы щыщ, мащIэкIэ арэзы хъуми евгъэшх, тхьэмыщкIагъуэм игъэлъаIуэми евгъэшх. Апхуэдэу фхуэтщIащ ахэр, шыкур фщIынкIэ мэхъур
(37) Алыхьым нэскъым абыхэм я лыри, я лъыри, атIэ Абы нэсыр фи тхьэшынагъуэныращ. Апхуэдэу фхуищIащ ахэр Алыхьыр вгъэлъапIэну, захуэм фызэрыхуишам щхьэкIэ, гъэгуфIэ фIы зыщIэхэр
(38) Алыхьыр къащхьэщожыр Iиман къэзыхьахэм, Алыхьым фIыуэ илъагъукъым дэтхэнэ епцIыжакIуэ джаурри
(39) Хуадащ залымыгъэ къэзыхьахэм язэуэныр, Алыхьым хузэфIэкIынущ ахэр тригъэкIуэну
(40) Я унэхэм къыщIахуахэр залымыгъэкIэ, абыхэм: "Ди Тхьэр - Алыхьыращ", - фIэкIа жамыIауэ. Алыхьым зы цIыхухэр нэгъуэщIхэмкIэ къимыгъэувыIэтэмэ, кельяхэри, монастырьхэри, синагогэхэри, мэжджыт, куэдрэ Алыхьым и цIэр здраIуэхэри, зэхэкъутэнут. Алыхьым дэIэпыкъум Езыри къыдэIэпыкъужынущ, Алыхьыр КъарууфIэщ, Лъэщщ
(41) Ахэр щIым щхьэтет хъуахэмэ, нэмэз ящIынут, саджыт ятынут, фIым къыхураджэнут, Iейм пэIэщIэ ящIынут. Алыхьыращ Iуэхухэм я кIэухыр зыхуэкIуэжыр
(42) Абыхэм жыпIэр пцIыуэ ягъэувми, атIэ абыхэм япэкIэ Нухь и лъэпкъми, хьадми, самудми пцIыуэ ябжащ
(43) Ибрэхьим и лъэпкъри, ЛутI и лъэпкъри
(44) Мэдйян дэсхэри. Муси пцIы иупсу ягъэуват. Джаурхэм пIалъэ ястри, итIанэ субыдахэщ, еплыт сытым хуэдэт абыхэм ятеслъхьар!
(45) Дапщэ къуажэу хэдгъэкIуэда, залымыгъэ ящIауэ, ахэр хэкIуэдэжахэщ, псынэхэри нэщIщ, пащтыхь унэхэри хэшауэ щытщ нэщIу
(46) Ахэр щIым ирикIуахэкъэ къызыгурыIуэ гу яIэу, зэхэзых тхьэкIумэ яIэу? Ар нэхэр нэфу аракъым, атIэ бгъэхэм илъ гухэр нэфщи аращ!
(47) Ахэм хьэзабыр псынщIэу къахуэбгъэкIуэну хуейхэщ, ауэ Алыхьыр и псалъэм епцIыжкъым. Зы махуэр уи Тхьэм и деж фэ къызэрывбжымкIэ илъэс мин мэхъур
(48) Дапщэ къуажэ къызэтезгъэна абыхэм залымыгъэ ящIэу, итIанэ ахэр зэщIэзубыдащ, икIи Сэ си дежщ гъэзэжыпIэр
(49) Жы1э: "Уэ ц1ыхухэ, сэ пэ1эщ1э фызыщ1 къывгурызгъа1уэу сыщыту аращ"
(50) Iиман къэзыхьауэ фIы зыщIахэм гъэгъуныгъи, ерыскъы лъапIи яхуэфащэщ
(51) АтIэ Ди нэщэнэхэр ягъэцIыкIуну пылъахэр жыхьэнэмэм ихьэнухэщ
(52) Уэ уи япэкIи лIыкIуэ е бегъымбар дгъэкIуауэ хъуар щеджэкIэ Тхылъым, шейтIаным абы и еджэкIэм зыгуэр хигъэхъуэну пылът. Алыхьым шейтIаным хилъхьахэр Iуехыжри итIанэ Алыхьым и нэщэнэхэр унафэу егъэув, Алыхьыр зыщIэщ, АкъылыфIщ
(53) А шейтIаным хилъхьар ищIын щхьэкIэ гъэунэхугъэу зигухэр сымаджэхэмрэ, зигухэр быдэхэмрэ щхьэкIэ. ИпэжыпIэкIэ залымыгъэ зезыхьэхэр насыпыншагъэ куум хэтхэщ
(54) ИкIи щIэныгъэ зратахэм ящIэн папщIэ ар пэж дыдэу уи Тхьэм и деж къызэрикIар, икIи ар я фIэщ ящIыну, ягухэри абы хуэжыIэщIэну. ИпэжыпIэкIэ Алыхьым Iиман къэзыхьахэр гъуэгу захуэм трешэр
(55) Джаурхэм щагъэткъым шэч къытрахьэну Абы, напIэзыпIэм Сыхьэтыр къахуэкIуэху е лъхугъэншэ махуэм и хьэзабыр къанэсыху
(56) Унафэ псори зыIэщIэлъыр а махуэм Алыхьращ, я унафэр ещIэр. Iиман къэзыхьауэ, фIы зыщIахэр жэнэт тхъапIэм щыIэнухэщ
(57) Джаурхэмрэ Ди нэщэнэхэр пцIыуэ зыбжахэмрэ - абыхэм хьэзаб зыгъэпудыр яхуэфащэщ
(58) Алыхьым и цIэкIэ куэшахэм, итIанэ яукIахэм е лIахэм Алыхьым ерыскъы фIыщэ яритынущ. Алыхьыращ ерыскъы езыту хъуам я нэхъыфIыр
(59) Ахэр зыхуэарэзы щIыхьэпIэмкIэ щIигъэхьэнухэщ, Алыхьыр ЗыщIэщ, ЗышыIэщ
(60) Аращ, къращIам хуэдэ езыщIэжам, итIанэ ирагъэлейуэ зыгуэр къращIамэ, апхуэдэм Алыхьыр и дэIэпыкъуэгъущ, Алыхьыр Зыгъэгъущ, МыткIийщ
(61) Апхуэдэщ, Алыхьым жэщыр махуэм пещэр, махуэри жэщым пещэр, Алыхьыр Зэхэзыхщ, Зылъагъущ
(62) Апхуэдэщ, Алыхьыр пэжщи аращ, Абы нэгъуэщI ягъэIухэр пцIыщи аращ, Алыхьыр Лъагэщ, Инщ
(63) Плъагъурэ уэ Алыхьым уафэм псы къызэрыригъэхар, итIанэ щIыр щхъуантIэ зэрыхъуар. Алыхьыр Щабэщ, ЗыщIэщ
(64) Уафэхэми щIылъэми щыIэу хъуар Алыхьым ейщ, ипэжыпIэкIэ Алыхьыр Къулейщ, Щытхъу зыхуэфащэщ
(65) Плъагъурэ уэ Алыхьым щIым щыIэр къызэрывитар, хым тет кхъухьхэри Абы и унафэкIэ зокIуэхэр. Уафэри Абы иIыгъщ щIым темыхуэну и унафэншэу, Алыхьыр цIыхухэм гущIэгъу яхуэзыщIщ, яхуэгущIэгъущIщ
(66) Аращ фыкъэзыгъэхъур, итIанэ фызыгъэлIэжыр, итIани фыкъэзыгъэхъужыр. ИпэжыпIэкIэ цIыхухэр фIыщIэншэхэщ
(67) Лъэпкъ псоми хуэтщIащ Шэрихьэт ахэр зытетын, аращи ахэр къодэуэну щыткъым уи IуэхумкIэ. Уи Тхьэм къыхуеджэ, гъуэгу захуэм утетщ уэ
(68) Ахэр къодауэмэ яжеIэ: "Алыхьым ещIэр фэ фщIэхэр"
(69) Алыхьым фи унафэр ищIынущ Къемэт махуэм, фызэрызэтекIауэ щыта IуэхумкIэ
(70) ПщIэкъэ уэ Алыхьым уафэми щIылъэми щыIэр зэрищIэр? ИкIи ар Тхылъым итщ, ар Алыхьым и дежкIэ псынщIэщ
(71) Ахэр Алыхьым нэгъуэщIу зыгуэрым хуопщылIхэ, абы теухуауэ унафэ къримыгъэха пэтрэ икIи абы теухуауэ щIэныгъэ ямыIэ пэтрэ. Залымыгъэ зезыхьэхэм яIэкъым дэIэпыкъуэгъу
(72) Ди Iэят нахуэхэм ахэм щхьэкIэ щахуеджэкIэ, болъагъур джаурхэм я нэгухэм мыарэзыныгъэ, а Ди Iэятхэм ахэм къахуеджэхэм зытрадзэну хьэзырхэщ. ЖыIэ: "Абы нэхърэ нэхъ Iейр вжесIэн? МафIэкIэ Алыхьым игъэгугъащ джаурхэр, сытым хуэдэу Iей а щIыпIэр"
(73) Уэ, цIыхухэ, хъыбар къыфхуаIуатэри, федаIуэ абы. Фэ алыхьым нэгъуэщI фызыхуэпщылIхэм бадзи къагъэхъуфынукъым, псори абы щхьэкIэ зэхыхьами. Бадзэми зыгуэр яIрихамэ, абы кърагъэгъэзэжыфкъым. Къарууншэщ къыIизыхри, къызыIрахри
(74) Абыхэм Алыхьыр зэрыхуэфащэу ялъытакъым, Алыхьыр КъарууфIэщ, Лъэщщ
(75) Алыхьым къыхехыр мелыIычхэми цIыхухэми лIыкIуэхэр. ИпэжыпIэкIэ Алыхьыр Зэхэзыхщ, Зылъагъущ
(76) Абым ещIэр къызэранэкIари, къапэщылъри, Алыхьым и дежщ Iуэхуу хъуам здагъэзэжыр
(77) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, щхьэщэ фщIы, фи щхьэхэр вгъэтIылъ, фи Тхьэм фыхуэпщылI, фIы фщIэи фехъулIэнкIэ мэхъур
(78) Алыхьым и гъуэгу фытету пэж дыдэуи фызауэ. Абы фыкъыхихащ. Фи динми гугъуехь лъэпкъ хилъхьакъым. Фи адэжь Ибрэхьим и динщ. Абы муслъымэн къыффIэзыщIар ипэкIи мыбдежми лIыкIуэр щыхьэт фхуэхъун папщIэ, фэри адрей цIыхухэм щхьэкIэ щыхьэт фыхъуным папщIэ. Аращи нэмэз фщIы, сэджыт фты, Алыхьри быдэу фыубыд, Аращ фи къыщхьэщыжакIуэр, къыщхьэщыжакIуэхэм я нэхъыфIщ, дэIэпыкъуэгъухэми я нэхъыфIщ!