64 - At-Taghaabun ()

|

(1) Алыхьым и щIыхьыр яIэтыр уафэхэми щыIэхэм, щIылъэми щыIэхэм, Аращ унафэр зейр, Аращ Щытхъур зейр, Абы сытри хузэфIокIыр.

(2) Аращ фыкъэзыгъэхъуар, фэ къыфхэтщ джаури, къыфхэтщ мыIуминри. Алыхьым елъагъур фщIэхэр.

(3) Абы пэж дыдэу уафэхэри щIылъэри къигъэщIащ, фэри фи сурэтыр нэхъыфI дыдэм хуэдэу ищIащ, Абы и дежщ гъэзэжыпIэр.

(4) ЕщIэр уафэхэми щIылъэми щыIэр, ещIэр фыущэхури, нахуэ фщыри. Алыхьым ещIэр бгъэхэм ярылъыр.

(5) Къывнэмысауэ ара ипэкIэ джаур хъуахэм я хъыбарыр? Абыхэм я Iуэхухэм къыхуахьа гуауэр зыхащIащ. Абыхэм яхуэфащэщ хьэзаб гуащIэр.

(6) Абыхэм лIыкIуэхэр къахуэкIуэт нэщэнэ нахуэхэр къыхуахьу, ауэ жаIащ: "Дэ гъуэгу захуэм дытезыгъэувэнур цIыхуу ара?" Я фIэщ хъуакъым, я щIыбхэри къагъэзащ, ауэ Алыхьым арыншэхэу зэфIигъэкIащ. Алыхьыр Къулейщ, Щытхъу псори Зыхуэфащэщ.

(7) Джаурхэм жаIэр ахэр къамыгъэхъужыну. ЖыIэ: "Хьэуэ атIэ, си ТхьэмкIэ соIуэр, фыкъагъэхъужынущи фщIауэ хъуар къывжаIэжынущ. Ар Алыхьым щхьэкIэ псынщIэщ".

(8) Алыхьри, и лIыкIуэри, къригъэха нурри фи фIэщ фщIы, Алыхьыр щыгъуазэщ фщIэхэм.

(9) Абы фызэхуишэсынущ Зэхуэс махуэм. Ар къызэрыгъапцIэ махуэщ. Алыхьыр зи фIэщ хъууэ фIы зыщIам и гуэныхьхэр хуигъэгъунущ, Жэнэтым и жыг хадэхэми иригъэхьэнущ псы ежэххэр къыщIэжу, игъащIэкIэ къинэнухэщ абдежым. Аращ ехъулIэныгъэшхуэр.

(10) АтIэ зи фIэщ мыхъуауэ пцIыуэ зыбжахэр - ахэр мафIэм ихьэнухэщи игъащIэкIэ къыхэнэнухэщ, сыту Iеищэ а екIуэлIапIэр!

(11) Сыт гуауэ къэмыхъуами, ар Алыхьым и унафэкIэщ. Алыхьыр зи фIэщ хъум и гур захуэм хуешэр. Алыхьым сытри ещIэр.

(12) Алыхьым фыхуэжыIэщIэ, лIыкIуэми фыхуэжыIэщIэ. Ауэ фи щIыбхэр къэвгъазэмэ, атIэ Ди лIыкIуэм телъыр нахуэу къывнигъэсынращ.

(13) Алыхьыращ, абы нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым, Алыхьым щрегугъ мыIуминхэр.

(14) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, фи щхьэгъусэхэмрэ, фи бынхэмрэ яхэтщ фи бийхэм, фыхуэсакъ. Ауэ вгъэгъумэ, ягъэ евмыгъэкIмэ, фахуэмыткIиймэ, атIэ Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ.

(15) Фи мылъкумрэ, фи бынхэмрэ фыкъыдэзыхьэхынщ, Алыхьым атIэ и деж псапэшхуэ щыIэщ.

(16) Алыхьым фыщышынэ зэрыфхузэфIэкIым хуэдэу, федэIу, фыжыIэщIэ, хэфтыкI фэ фIы къызэрыфхуэхъужыным щхьэкIэ. И нэпсеигъэм зыщызыхъумэжахэр, ахэращ ехъулIахэр.

(17) Алыхьым щIыхуэ дахэ ефтмэ, ар фхуигъэбэгъуэнущи къыфхуигъэгъунущ. Алыхьыр Шыкур ЗыщIщ, Зэтеубыдащ.

(18) Абы ущэхуари нахуэри ещIэр, Лъэщщ, АкъылыфIэщ.