(1) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, Сэ си бийри, фэ фи бийри фымыщтэхэ ныбжьэгъухэу. Ахэр фIыуэ фолъагъур фэ, езыхэм пэжым щыщу къыфхуэкIуар я фIэщ хъукъым. ЛIыкIуэри, фэри фыкъыдахур Алыхьыр, фи Тхьэр, фи фIэщ зэрыхъум щхьэкIэ. Сэ си цIэкIэ фызэуэну фыкъыдэкIамэ, Си арэзыныгъэ къэфлъыхъумэ, ахэр ущэхуауэ фIыуэ фымылъагъухэ. Сэ сощIэр фэ фыущэхури, нахуэ фщIыри. Апхуэдэу фэ фщыщу зыщIэхэр гъуэгу захуэм тегъуэщыкIахэщ.
(2) Ахэм ямыщIэххэу къыфхуэзэхэмэ, фи бий хъунухэщ, я Iэхэри, я бзэхэри IейкIэ къыфтрашиенущ, фэри джаур фыхъуну хуеинухэщ.
(3) Сэбэп къыфхуэхъунукъым фи Iыхьлыхэри, фи бынхэри, Къемэт махуэм фызэхагъэкIынущ. Алыхьым елъагъур фэ фщIэхэр.
(4) Щапхъэ дахэщ фэ щхьэкIэ Ибрэхьимрэ абы щIыгъухэмрэ. Абыхэм жраIащ я лъэпкъым: "Дэ зыкIи дыфщыщкъым фэри, Алыхьым нэгъуэщI фызыхуэпщылIхэми. Фыкъаддэкъым фэри, дэрэ фэрэ ди зэхуаку зэбийныгъэрэ зэрылъагъу мыхъуныгъэрэ дэлъщ игъащIэкIэ, Алыхь закъуэр фи фIэщ хъуху". Ибрэхьим къудейщ жезыIар и адэм: "Къыпхуигъэгъуну селъэIунщ, ауэ Алыхьым и пащхьэ зыкIи сэбэп сыпхуэхъуфынукъым. Ди Тхьэ, Уэращ дызыщыгугъыр, Уэращ зыхуэдунэтIыр, Уи дежщ здэдгъэзэжынур
(5) Ди Тхьэ, домыщI дэ фитнэуэ джаурхэм щхьэкIэ. Ди Тхьэ, къытхуэгъэгъу дэ, Уэращ ипэжыпIэкIэ Лъэщыр, АкъылыфIэр".
(6) Ахэр фэ щхьэкIэ щапхъэ дахэт, Алыхьымрэ Ахърэт махуэмрэ щыгугъхэм щхьэкIэ. АтIэ зыгуэрым и щIыбыр къигъазэмэ, атIэ Алыхьыр Къулейщ, Щытхъу псори зыхуэфащэщ.
(7) Алыхьым фэрэ фи бийхэмрэ, абыхэм щыщу, зэныбжьэгъу фищIынкIэ мэхъур, Алыхьыр ЗыхузэфIэкIщ, Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ.
(8) Алыхьым къыфхуимыдэу аракъым къывэмызауэхэмрэ, фи унэхэм фыкъыщIэзымыхухэмрэ фIыуэ фахущытыну, хейуэ фадызекIуэну. Алыхьым фIыуэ елъагъур хейхэр.
(9) Алыхьым къыфхуимыдэр къывэзауэхэу диным щхьэкIэ фи унэхэм фыкъыщIэзыхуахэм, фыкъыщIэзыхухэм дэIэпыкъуахэм ныбжьэгъу фахуэхъуну. Абыхэм ныбжьэгъугъэ яхузиIэхэр залымхэщ.
(10) Уэ Iиман къэзыхьахэ, Iиман къэзыхьа фыз мухьэжыру къыфхуэкIуамэ, ар вгъэунэху. Алыхьым ещIэр абыхэм я Iиманыр. Абыхэм Iиман къызэрахьар къафщIэмэ, джаурхэм ахэр явмытыж. Ахэр хьэлэлкъым абыхэм щхьэкIэ, адрейхэри хьэлэлкъым езыхэм щхьэкIэ. Яфтыж абыхэм трагъэкIуэдар. Гуэныхь къыфтехуэкъым фэ ахэр къафшэмэ, уасэр яфта иужь. Джаур фызхэмрэ фэрэ фи зэхуаку дэлъым зыкIэрывмыщIэ, тевгъэкIуэдари къыватыжыну яжефIэ. Езыхэми къыфIрахыж къыфтрагъэкIуэдар. Аращ Алыхьым и унафэр, фи зэхуакум унафэ ещIыр, Алыхьыр ЗыщIэщ, АкъылыфIэщ.
(11) Фи щхьэгъусэхэм щыщу зыгуэр джаурхэм я деж кIуэжамэ, итIанэ къуентхъ къыфIэрыхьамэ, яфтыж зи фызхэр кIуэжахэм абыхэм трагъэкIуэдам хуэдиз. Алыхьми фыщышынэ, Аращ фэ фи фIэщ хъуар.
(12) Уэ бегъымбар, Iиман къэзыхьа бзылъхугъэхэр къыпхуэкIуэмэ псалъэ быдэ къыуатыну, Алыхьым зыри гъусэ хуамыщIыну, мыдыгъуэну, зинэ ямыщIыну, я сабийхэр ямыукIыну, пцIы трамылъхьэну я Iэхэмрэ я лъакъуэхэмрэ я зэхуакум дэлъым, фIыуэ хъуами къыпхуэжыIэщIэну, я псалъэ быдэр къаIих. Алыхьми елъэIу яхуигъэгъуну абыхэм. Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ.
(13) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, ныбжьэгъу фымыщI Алыхьыр зыхуэгубжьа лъэпкъыр. Абыхэм я гугъэр хахыжащ ахърэтым кхъэхэм щIэлъ джаурхэм зэрыхахыжам хуэдэу.