46 - Al-Ahqaf ()

|

(1) Хьа Мим

(2) Алыхь Лъэщу АкъылыфIэм и деж къикIа Тхылъщ.

(3) Уафэхэри, щIылъэри, абыхэм яку дэлъри къэдгъэщIауэ аращ пэж дыдэу пIалъэри къэсыху. Ауэ джаурхэм Iейм зыщахъумэну щыжраIэкIэ, я щIыбхэр къагъазэр.

(4) ЖыIэ: "Феплъыт фэ Алыхьым нэгъуэщI фызыхуэпщылIхэм. Сэвгъэлъагъут абыхэм къагъэщIар щIым щыщу е абыхэм уафэм щыщу Iыхьэ яIэу ара? Къэфхь мыбы ипэ щыIа Тхылъыр е япэрейхэм я щIэныгъэм щыщу къэнар, жыфIэр пэжу щытмэ" .

(5) Хэт нэхъыбэу къуаншэ хъуар Алыхьым нэгъуэщI жэуап къезмытыжым, Къемэт махуэм нэс хуэпщылIым нэхърэ? Абыхэм зыри хащIыкIкъым икIи а къалъэIухэм.

(6) ЦIыхухэр щызэхуашэсыжкIэ, ахэр я бий хъунухэщ икIи а зэрыхуэпщылIхэу щытар пцIыуэ ялъытэнущ.

(7) Абыхэм Ди Iэят нахуэхэм щыхуеджэхэкIэ, пэжыр зымыдахэм къащыхуэкIуэм жаIэнущ: "Мыр удыгъэ нахуэщ".

(8) Е абыхэм жаIэу ара: "Мыр езым къигупсысащ". ЖыIэ: "Ар сэ къэзгупсысамэ, Алыхьым зыкIи сыщыфхъумэфынукъым. Абы нэхъыфIу ещIэр фэ зэхэфлъхьэу фIуатэхэр. Ар ирокъур щыхьэту сэрэ фэрэ ди зэхуаку. Ар Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ".

(9) ЖыIэ: "Сэ сыяпэрей лIыкIуэкъым икIи сэ сщIэркъым сэри, фэри къыващIэнур. Сэ уэхьи къысхуехым сытет къудейуэ аращ. ИкIи сэ Iейм зыщыфхъумэну фыкъыхуезджэ къудейуэ аращ".

(10) ЖыIэ: "Дауэрэ фегупсысрэ мыр Алыхьым и деж къикIауэ къыщIэкIмэ, ауэ фэ ар пцIыуэ фыбжауэ? Исраил и бынхэм ящыщ щыхьэтым къихьащ щыхьэт, мыбы хуэдэм щхьэкIэ икIи Iиман къихьащ, фэ атIэ фепэгэкIащ. ИпэжыпIэкIэ, Алыхьым тригъэувэркъым гъуэгу захуэм залымыгъэ зезыхьэ лъэпкъыр".

(11) Джаурхэм жраIащ Iиман къэзыхьахэм: "Мыр фIыуэ щытатэмэ, ахэр абы дэ ди япэ хуэмыкIуэнхэт". Абыхэм ар гъуэгу захуэу зыхуащтэжакъыми жаIэнущ: "Мыр пцIы жьы хъужащ"

(12) Абы ипэ щыIэщ Мусэ и Тхылъыр зыгъэузэхухэу икIи гущIэгъуу. Мыр атIэ хьэрыпыбзэкIэ Тхылъщ ар къигъэпэжу, залымыгъэ зезыхьахэр къыхуриджэу Iейм зыщыхъумэну, фIы зыщIэхэм щхьэкIэ гуфIэгъуэ хъыбарщ.

(13) ИпэжыпIэкIэ, жызыIауэ щытахэр: "Ди Тхьэр Алыхьыращ", - итIанэ гъуэгу захуэм тетахэм шынагъуи ялъагъунукъым, нэщхъеягъуэри къатехуэнукъым.

(14) Ахэращ жэнэтым ихьэнухэр, игъащIэкIи къинэнухэщ абдежым ящIауэ щытахэм щхьэкIэ зэрахуэфащэу.

(15) ЦIыхум уэсят хуэтщIащ и адэ-анэм фIыуэ хущытыну. Абы и анэм хьэлъэу кърихьэкIащ, хьэлъэуи къилъхуащ. Ар ныбэм зэрилъамрэ, бгъэр щигъэтыжыху уахътэу дэкIамрэ мазэ щыщI мэхъур. Ар балигъ хъуауэ итIанэ илъэс плIыщIым щынэскIэ жеIэр: "Си Тхьэ, шыкур сщIыфыну къысхэлъхьэ фIыгъуэу къысхуэпщIахэм щхьэкIэ сэри, си адэ-анэми. ИкIи IуэхуфIхэр сщIэну къыздэIэпыкъу, арэзы урихъуну. Си бынхэри фIым тету схуэщI. Сэ тобэ пхузощIыр, икIи сэ муслъымэнхэм сащыщщ".

(16) Ахэращ Жэнэтым ихьэнухэр, нэхъыфI дыдэу ящIауэ хъуар къабыл зыхуэтщIыр, Iейуэ ящIахэри зыхуэдгъэгъур. Аращ псалъэу яттауэ щытар пэж дыдэу.

(17) АтIэ зи адэ-анэм жезыIэр: "Фэри фэ! Сэ сыкъыщIалъэфыжыну (кхъэм) жыфIэу ара атIэ сэ си япэкIэ лIэщIыгъуэхэр щIыхьащ абы". А тIур Алыхьым йолъэIухэри жаIэр: "Уунэхъужащ! Iиман къэхь, Алыхьым и псалъэр пэжщ". Езым жеIэр: "Ар псори япэрейхэм я псысэ къудейхэщ".

(18) Абыхэмрэ, абыхэм япэкiэ псэуа лъэпкъхэмрэ жынхэмрэ цIыхухэмрэ щыщу къатехуащ Псалъэр, ахэр псори хэкIуэдахэщ.

(19) Псоми увыпIэхэр яIэнущ ялэжьауэ щытахэм техуэу, абыхэм я IуэхухэмкIэ яритыжынущ, икIи залымыгъэ ирахынухэкъым абыхэм.

(20) Джаурхэр МафIэм щыпагъэувкIэ жраIэнущ: "Фи фIыгъуэхэр псори дунейм фыщытетам вгъэкIуэдащ, абдежым зыщывгъэтхъащ, нобэ атIэ фхуэфащэр зыгъэпуд хьэзабыращ, фхуэмыфащэу щIым фызэрепэгэкIтэм щхьэкIэ, фасикъхэу фызэрыщытахэм щхьэкIэ".

(21) Хьадым я къуэшыр уигу къэгъэкIыж, и лъэпкъым зыщахъумэну зэражриIэтэр жьым зэтрихьа пшахъуэхэм хэту, абы ипэкIи, иужькIи зызыщахъумэнхэр нахуэ хъуагъэххэ щхьэкIэ: "Алыхьым фIэкIа зыми фыхуэмыпщылI, хьэзабыр къыфтехуэну сошынэр Махуэшхуэм".

(22) Абыхэм жаIащ: "Ди тхьэхэм дабгъэдэпшыну укъэкIуауэ ара уэ? Къэхь атIэ а дызэрыбгъэшынэр, пэж жызыIэхэм уащыщмэ".

(23) Абы жиIащ: "ЩIэныгъэр зыбгъэдэлъыр Алыхь закъуэращ, сэ къысхурагъэхар фэ къывнэзгъэсу аращ. Ауэ сэ солъагъур фэ фызэрылъэпкъ щIэныгъэншэр".

(24) Абыхэм ар (хьэзабыр) щалъагъум пшэуэ я аузхэм и лъэныкъуэкIэ къакIуэу жаIащ: "Мыр уэшх къытхуэзыхьын пшэщ". Хьэуэ атIэ! Мыращ фэ фызыхуэгузавэтэр, ар жьыбгъэщ, хьэзаб гуащIэр къихьу.

(25) Абы сытри зэхекъутэр и Тхьэм и унафэкIэ. АтIэ нэху щыщам абыхэм я унэхэм фIэкIа зыри плъагъужтэкъым, аращ Дэ яхуэфащэр зэредгъэгъуэтыр гуэныхьыщIэ лъэпкъым.

(26) Абыхэм яттащ къару къызыхахыну фэ фэдмытахэр, абыхэм зэхахыфу, ялъагъуу тщIахэщ, гуи яттащ. Ауэ абыхэм я тхьэкIумэхэри, я нэхэри, ягухэри зыкIи къащхьэпакъым, Алыхьым и нэщэнэхэр ядэтэкъыми. Абыхэм къатехуащ щIэнэкIалъэ ящIу щытар.

(27) Фи хъуреягъкIэ щыIа къуажэхэр дгъэкIуэдащ, нэщэнэхэри гурыIуэгъуэ тщIахэщ, къагъэзэжынкIэ мэхъур.

(28) Сыт атIэ абыхэм щIадэмыIэпыкъуар я тхьэхэу зыхуэпщылIхэтэр Алыхьым нэгъуэщI, абыхэм къурмэнхэр хуащIхэу? АтIэ зыщагъэпщкIуахэщ, аращ абыхэм я пцIыуэ зэхалъхьэхэу щытахэр!

(29) Уэ ныпхуэдгъэкIуащ жынхэм ящыщ гуп КъурIэным едэIунхэм щхьэкIэ. Ахэр къыщысым жаIащ: "Зывущэхуи федэIу!" Ар къыщиухым я лъэпкъхэм и деж ягъэзэжащ, Iейм зыщахъумэну жраIэну.

(30) Абыхэм жаIащ: "Уэ ди лъэпкъ! Дэ зэхэтхащ Тхылъ Мусэ иужь къехауэ, къигъэпэжу абы ипэкIэ къехахэр, пэжым хуишэу, гъуэгу захуэм хуишэу.

(31) Уэ, ди лъэпкъ! Алыхьым къыхуезыджэм жэуап ефт, ар фи фIэщ фщIы. Абы фи гуэныхьхэм щыщ фхуигъэгъунщи хьэзаб гуащIэм фыщихъумэнщ".

(32) Алыхьым къыхуезыджэм жэуап езымытыр атIэ щIым и деж зыкъригъэлыфынукъым, иIэкъым Абы нэгъуэщI къыщхьэщыжакIуи. Апхуэдэхэр гъуэщэныгъэшхуэм хэхуахэщ.

(33) Абыхэм ямылъагъуу ара Алыхьу уафэхэри щIылъэхэри къэзыгъэщIам, зыкIи абыхэм я къэгъэщIыныр къызэмыхьэлъэкIам зэрыхузэфIэкIыр лIахэр къигъэхъужыну? Аращ атIэ! Абы сытри хузэфIокIыр.

(34) Джаурхэр МафIэм щыпагъэувкIэ жраIэнущ: "Пэжкъэ атIэ мыр?" Абыхэм жаIэнущ: "НтIэ! Ди ТхьэмкIэ доIуэр!" ЖраIэнущ: "Феплъ атIэ Iиман къызэрывмыхьам къыфхуихьа хьэзабым".

(35) Шэчыныгъэ зыхэгъэлъ, быдэу захуэм тета лIыкIуэхэм шэчыныгъэ зэрахэлъам хуэдэу, икIи сахуумыгъэпIащIэ абыхэм. Ахэр зэрагъэгугъар щалъагъуну махуэм къащыхъунущ зы сыхьэт нэхъ махуэм щыщу дэмыкIауэ дунейм тетыхухэкIэ. Апхуэдэщ яхурикъуну янэбгъэсынур. АтIэ хэкIуэдэну ара, фасикъхэу щыта лъэпкъхэм мыхъумэ?