(1) ЕхъулӀащ мыӀуминхэр
(2) Зи гур Iэсэу зи нэмэзхэр зыщIхэр
(3) Псалъэ мыхьэнэншэм пэIэщIэ зызыщIхэр
(4) Сэджытыр хэзытыкIхэр
(5) зи укIытапIэхэр псоми щызыхъумэхэр
(6) я фызхэмрэ, я IэмыщIэ илъхэмрэ мыхъумэ, абыхэмкIэ губгъэн къыхуащIкъым
(7) Абы нэгъуэщI пылъахэращ мыхъумыщIэ зыщIэхэр
(8) Дзыхьу къыхуащIар зыхъумэхэмрэ, псалъэ быдэу ятам тетхэмрэ
(9) Я нэмэзхэр сытым щыгъуи и пIалъэм зыгъэзащIэхэр
(10) Ахэращ щIэиныр зылъысынухэр
(11) Фирдэусыр щIэину зылъысынухэр ахэращ, игъащIэкIэ абыми къинэнухэщ
(12) ЦIыхур ятIагъуэ псым къыхэхам къыхэтщIыкIащ
(13) ИтIанэ ткIуэпсу ар щIыпIэ быдэм тхьащ
(14) ИтIанэ ткIуэпсыр лъы пцIа тщIащ, итIанэ лъы пцIар лы такъыр гъэныщкIуа тщIащ, итIанэ а лы такъыр гъэныщкIуам къупщхьэхэр хуэтщIащ, итIанэ а къупщхьэхэм лы къытедгъэхъуащ. ИтIанэ ар нэгъуэщI къэгъэщIам и деж къыщыдгъэхъуащ. И щыхьэтыр инщ Алыхьым, псом нэхърэ нэхъ Iэзэ къэзыгъэхъум
(15) ИтIанэ абы иужькIэ фэ фылIэжынущ
(16) ИтIанэ фэ Къемэт махуэм фыкъигъэхъужынущ
(17) ИкIи фи щхьэщыгум зыр зым щхьэщыту уафэхэр тщIащ, Дэ дыщымыгъуазэу зэикI хъуакъым къэдгъэщIахэм
(18) Псы къедгъэхащ уафэм, зыхуэныкъуэным хуэдиз, ар щIым тедгъэхьащ, икIи Дэ тхузэфIэкIынущ ар Iутшыну
(19) Жыг хадэхэм щыщу фхуэтщIащ пальмэхэри жызумри къыздэкI, абыхэм фэ щывогъуэтыр пхъэщхьэмыщхьэ куэд, абым щыщи фошхыр
(20) Джабэ СайнаIым къыщыдгъэкIащ жыг, абы дагъэ къитыр зыщыфхуэфуи, зышххэми яшхыфуи
(21) Сэбэп хэлъщ фэ щхьэкIэ унэ псэущхьэхэм, я ныбэм къикIым фыдогъафэ, фэ сэбэп куэд абыхэм къапывох, икIи
(22) Абыхэми, кхъухьхэми фатесу фызокIуэ
(23) Дэ Нухь и лъэпкъым и деж дгъэкIуат. Абы жиIащ: "Уэ, си лъэпкъ, Алыхьым фыхуэпщылI, Абы нэгъуэщI тхьэ фиIэкъым фэ, фымышынэу ара фэ?"
(24) Абы и лъэпкъым щыщ джаурхэм жаIащ: "Мыр фэр хуэдэу цIыху къудейщ, зыкъыфщхьэщиIэтыкIыну хуейуэ аращ. Алыхьыр хуеятэмэ, мелыIыч къыфхуригъэхынут. Апхуэдэ ди адэжь ипэкIэ псэуахэм щыгъуэ къэхъуауэ зэхэтхакъым
(25) Мыр лIы делэ хъуауэ аращ, абы и Iуэхур нахуэ хъуху фежьэ фэ"
(26) Абы жиIащ: "Си Тхьэ, абыхэм пцIыуэ зэрабжым щхьэкIэ къыздэIэпыкъуи яхурикъу"
(27) Абы хуедгъэхьащ уэхьи: "ЩIы кхъухь Ди НитIым ущIэту икIи Ди уэхьим утету. ИтIанэ Ди унафэр къехыу щIы хьэкум псы къырихуу щIидзэмэ, абым игъэтIысхьэ дэтхэнэ псэущхьэ къэскIэ тIу, уи Iыхьлыхэри, ипэкIэ зи унафэр сщIэуэ псалъэр ятеухуауэ къезгъэхахэм мыхъумэ. ИкIи залымыгъэ зезыхьахэм щхьэкIэ укъызэмыпсалъэ, ахэр псори итхьэлэнухэщ
(28) ИтIанэ уэри, уи гъусэхэри кхъухьым фитIысхьэмэ, жыIэ: "Алыхьыращ щытхъур зыхуэфащэр залымыгъэ зезыхьэ лъэпкъым дыкъезыгъэлам"
(29) ИкIи жыIэ: "Си Тхьэ, берычэт зыхэлъым и деж сыщегъэпсых, Уэращ езыгъэпсыххэм я нэхъыфIыр"
(30) ИпэжыпIэкIэ ахэр нэщэнэщ. ИкIи Дэ бэлыхьыр ятетлъхьэу аращ
(31) ИтIанэ абыхэм яужь къэдгъэкIуахэщ нэгъуэщI лIэщIыгъуэхэр
(32) ИкIи езыхэм ящыщу яхуэдгъэкIуащ лIыкIуэ: "Алыхьым фыхуэпщылI, Абы нэгъуэщI фиIэкъым тхьэ, тхьэшынагъуэ фхэмылъыну ара?"
(33) Абы и лъэпкъым щыщ цIыху щIыхь зиIэхэу джаурхэм икIи пцIыуэ зыбжахэм ахърэтым зэрыхуэзэжынухэр, мы дунейми я псэуныгъэр егъэлеяуэ тхъэгъуэ тщIахэм жаIащ: "Мыр фэр хуэдэу цIыху къудейщ, фэ фшхым щыщ ешхыр, фэ фызэфэм щыщи йофэр
(34) Фэ фхуэдэ цIыху фхуэжыIэщIэмэ, фыхэкIуэдауэ аращ!
(35) Абы фегъэгугъэр фылIа иужькIэ сабэ фыхъужмэ фыкъагъэхъужыну
(36) ИгъащIэкIэ къэмыхъунщ а фыкъызэрагъэгугъэр
(37) Мы гъащIэ закъуэращ ар зэрыхъур, долIэр икIи дыкъохъур, ауэ дэ дыкъагъэхъужынукъым
(38) Ар цIыхухъу къудейщ, Алыхьым пцIы трилъхьауэ, икIи дэ абы жиIэр ди фIэщ хъукъым"
(39) Абы жиIащ: "Си Тхьэ, абыхэм пцIыуэ зэрабжым щхьэкIэ къыздэIэпыкъуи яхурикъу"
(40) "ЗытIэкIу дэкIмэ ахэр щIегъуэжынухэщ"
(41) Ахэр кIий макъышхуэм тригъэкIуэдыкIахэщ пэж дыдэу, псым ихь пхъэнкIийм хуэдэ тщIахэщ ахэр. ИрекIуэдыж залымыгъэ зезыхьэ лъэпкъыр!
(42) ИтIанэ абыхэм яужь къэдгъэхъуащ нэгъуэщI лIыщIыгъуэхэр
(43) Зы лъэпкъми и ажалыр псынщIэу къигъэкIуэфынукъым, нэхъ кIаси ищIыфынукъым
(44) ИтIанэ зыр зым и ужьым иту Ди лIыкIуэхэр дгъэкIуахэщ. Лъэпкъ къэс и лIыкIуэр къыхуэкIуэмэ, ар пцIыуэ ябжт, итIанэ зэкIэлъхьэужьу ахэр дгъэкIуэдахэщ, икIи IуэрыIуатэ тщIахэщ. ИрекIуэдыж, Iиман къэзымыхьа лъэпкъыр!
(45) ИтIанэ Мусэрэ абы и къуэш Хьэрунрэ Ди нэщэнэхэмрэ щыхьэтлыкъ нахуэхэмрэ яттри дгъэкIуахэщ
(46) Фирхьэунымрэ абы и къуэдзэхэмрэ я деж. Ахэр епэгэкIыу икIи зызыгъэлъагэу захэзыIэтыкIыу щытахэщ
(47) Абыхэм жаIащ: "Дэ тхуэдэ цIыхуитIыр ди фIэщ хъуну ара, абыхэм я лъэпкъыр дэ ди пщылIхэу?"
(48) А тIур пцIыупсу жаIэри хэкIуэдэжахэм щыщ хъуахэщ
(49) ИкIи Мусэ Тхылъ еттащ, ахэр захуэм теувэнкIэ мэхъур
(50) ИкIи Мэрям и къуэмрэ, абы и анэмрэ нэщэнэу тщIахэщ, лъагапIэми ахэр щыдгъэпсэуахэщ щэхупIэм икIи псы къыздежэхым
(51) Уэ, лIыкIуэхэ, фIыгъуэхэм щыщ фшхыи IуэхуфIхэр влэжь, Сэ влэжьыр псори сощIэр
(52) Фи диныр дин закъуэщ, Сэра икIи фи Тхьэри фыкъысщышынэ
(53) Ауэ абыхэм я диныр зэпкъратхъащ цырыцу, гуп къэскIэ иIэм щыгуфIыкIыу къэнэжащ
(54) Къэгъанэ ахэр зыри къагурымыIуэу, пIалъэр къэсыху
(55)
(56)
(57) Я Тхьэм щышынэу кIэзызхэр,
(58) я Тхьэм и нэщэнэхэр зи фIэщ хъухэр,
(59) я Тхьэм гъусэ хуэзымыщIхэр,
(60) езыхэм къратам щыщ зытхэр, ягухэм шынэ илъу, я Тхьэм и деж зэрагъэзэжынум щхьэкIэ
(61) Ахэращ фIыгъуэхэм хуэпIащIэр, адрейхэм япэ зрагъэщыну пылъхэу
(62) Псэм тетлъхьэкъым абы хуэшэчынум нэхъыбэ, икIи Дэ диIэщ Тхылъ, пэж фIэкIа жимыIэу, абыхэми залымыгъэ ирахынукъым
(63) Ауэ абыхэм ягухэр хуэнэфщ абы. ИкIи абыхэм нэхъ мыхъумыщIагъэ мащIэхэри ящIэр
(64) Абыхэм ящыщу егъэлеяуэ зызыгъатхъэхэм хьэзаб ятетлъхьэхукIэрэ, ахэр кIийхэу
(65) ФымыкIий нобэ, зыми фыщытхъумэнукъым нобэ
(66) Си Iэятхэм къыфхуеджэхэт фэ, ауэ фи щIыбхэр къэвгъазэурэ фыIукIт
(67) АбыкIэ (ЧабэмкIэ) фыропагэр фэ икIи мыхъумыщIагъэхэм фытопсэлъыхьыр жэщкIэ
(68) Псалъэм емыгупсысахэу ара ахэр е я адэжьхэу ипэкIэ псэуахэм къахуемыхар къахуехауэ ара?
(69) Е абыхэм я лIыкIуэр ямыщIэу къамыдэу ара ар?
(70) Е жаIэр абы жын хэту, хьэуэ, атIэ пэжыр къахуихьри къахуэкIуауэ аращ ар, ауэ абыхэм я нэхъыбэм пэжыр яфIэфIкъым
(71) Пэжыр абыхэм я хуеиныгъэм теттэмэ, уафэхэри, щIылъэри, абыхэм тетхэри мыхъумыщIэ хъунухэт. АтIэ абыхэм ягу къэзыгъэкIыжыр къахуэтхьащ, ауэ абыхэм я гукъэкIыжхэми я щIыбхэр хуагъазэр
(72) Абыхэм пщIэ къаIипхыну уалъэIуу ара? Уи Тхьэм и пщIэр нэхъыфIщ, Ар ерыскъы язытхэм я нэхъыфIщ
(73) Уэ ахэр гъуэгу захуэм къыхубоджэр
(74) Ауэ ахърэтыр зи фIэщ мыхъухэр гъуэгу захуэм тогъуэщыкIхэр
(75) Абыхэм гущIэгъу яхуэтщIу бэлыхь ятелъыр ятетхатэмэ, гъунэхэм щхьэпрыкIхэурэ къаджэдыхьыну щагъэтынутэкъым
(76) Абыхэм хьэзаб ятетлъхьахэщ, ауэ я Тхьэм зыхуагъэцIыкIуакъым икIи елъэIуахэкъым
(77) ИтIанэ абыхэм хьэзаб гуащIэр яхузэIутхащ, абдежым ахэм я гугъэр хахыжащ
(78) Аращ фэ зэхэфхыу, флъагъуу фызыщIар, фигухэри къывэзытар, сыту мащIэ шыкур фщIыр
(79) Аращ фэ щIым фыщызгъэпсэуар, Абы и дежи фыщызэхуэсыжынущ
(80) Аращ къэзыгъэхъури, зыгъалIэри, жэщымрэ махуэмри чэзууэ къэзыгъакIуэр. Ар къывгурымыIуэу ара?
(81) АтIэ абыхэм жаIащ, ипэрейхэм жаIам хуэдэ
(82) Абыхэм жаIащ: "ДылIа нэужь сабэрэ къупщхьэрэ дыхъужауэ дыкъагъэхъужыну ара?
(83) АбыкIэ дагъэгугъэр дэри, ди адэжьхэри, ар ипэкIэ псэуахэм я псысэ къудейщ"
(84) ЖыIэ: "Хэт щIыри, абы тету хъуари зейр, ар фщIэуэ щытмэ?"
(85) ЖаIэнущ: "Алыхьыращ". ЖыIэ: "АтIэ фигу къэвмыгъэкIыжыну ара?"
(86) ЖыIэ: "Хэт уафиблым я Тхьэр? Хьэрш ЛъапIэми и Тхьэр?"
(87) Абыхэм жаIэнущ: "Алыхьыращ". ЖыIэ: "АтIэ фыщымышынэну ара?"
(88)
(89) Абыхэм жаIэнущ: "Алыхьыращ". ЖыIэ: "Сытым хуэдэу фыгъэпцIа фэ!"
(90) АтIэ абыхэм пэжыр къахуэтхьащ, ауэ ахэр пцIыупсхэщ
(91) Алыхьым бын зыхуищтэжакъым, икIи тхьэ пари щIыгъукъым Абы. Арамэ тхьэ къэскIэ къигъэщIар ищтэжынути ежьэжынут, зыр адрейм тепщэ хуэхъуну пылъынут. Алыхьыр нэхъ Лъагэщ, абыхэм хуагъэфащэхэм нэхърэ!
(92) Ущэхуари, нахуэри зыщIэ! Нэхъ Лъагэщ Ар гъусэу хуащIхэм нэхърэ!
(93) ЖыIэ: "Си Тхьэ, сэбгъэлъагъумэ ахэр зэрыбгъэгугъар,
(94) си Тхьэ, залымыгъэ зезыхьа лъэпкъым ящыщ сомыщI"
(95) ИкIи Дэ тхузэфIэкIынущ ахэр зэрыдгъэгугъар уэдгъэлъагъуну
(96) Iейр фIыкIэ IугъэкIуэт, Дэ нэхъыфIу дощIэр абыхэм къытхуагъэфащэхэр
(97) ИкIи жыIэ: "Си Тхьэ, шейтIаным и Iущащэм сыщыпхъумэну солъэIур
(98) ИкIи солъэIур, си Тхьэ, ахэр къызнэмысынхэу сыпхъумэну"
(99) Абыхэм ящыщ зым и псэр хэкIын хъумэ жеIэр: "Си Тхьэ, згъэгъэзэж,
(100) фIыуэ къэзгъэнауэ щытахэр сщIэнкIэ мэхъур". Хьэуэ, ар абы жиIэ псалъэ къудейщ, абыхэм я щIыбым зымыгъакIуэ зэпызыхукI щыIэщ, къыщагъэхъужыну махуэм нэс
(101) Бжьамийм щепщэм махуэм абыхэм яку Iыхьлыгъэ къыдэнэнукъым, икIи зыщIэупщIэжынухэкъым
(102) Зи тезырыр хьэлъэ хъуахэр, ахэращ ехъулIахэр
(103) Зи тезырыр псынщIэ хъуахэр, ахэращ зи псэхэр хэзгъэкIуэдэжар, жыхьэнэмэм игъащIэкIэ къинэнухэщ
(104) Я нэгухэр мафIэм илыгъуэнущ, ахэм абдежым зызэблашынущ.
(105) Ди Iэятхэм къыфхуеджатэкъэ фэ? Ахэр пцIыуэ фыбжахэщ фэ
(106) Абыхэм жаIэнущ: "Ди Тхьэ, ди насыпыншагъэр къыттекIуауэ аращ, щыуа лъэпкъыуи дыщытащ
(107) Ди Тхьэ, дыкъыхэшыж мыбы, итIанэ къытедгъэзэжмэ, дэ залымыгъэ зетхьауэ аращ"
(108) Абы жиIэнущ: "Фыкъинэ абдежым гъэпудауэ, икIи фыкъызэмыпсалъэ!
(109) Си пщылIхэм ящыщ гупым жаIэу щытащ: "Ди Тхьэ, Iиман къэтхьащи къытхуэгъэгъуи гущIэгъу къытхуэщI, Уэращ гущIэгъущIхэм я нэхъыфIыр!
(110) Фэ ахэр щIэнэкIалъэ фщIыти фигухэм дыкъэмыкIыж хъуащ, икIи ахэм фащыдыхьэшхт
(111) Нобэ Сэ ахэм шэчыныгъэу зыхагъэлъам и пщIэр ястыжащ, ахэращ ехъулIахэр"
(112) ЖыIэ: "Илъэс дапщэ фытета щIым?"
(113) Абыхэм жаIэнущ: "Зы махуэ е махуэм и Iыхьэ гуэрэщ, яупщI къэзылъытахэм!
(114) ЖыIэ: "МащIэ дыдэщ фызэрытетар, ар фщIэтэмэ фэ
(115) Фэ фыгугъауэ ара пщIэншэу фыкъэдгъэхъуауэ, икIи фэ къэвмыгъэзэжыну Дэ ди деж?"
(116) Нэхъ лъапIэщ Алыхьыр, Пащтыхь пэжыр, щыIэкъым Абы нэгъуэщI тхьэ, Хьэрш лъапIэм и Тхьэр
(117) Алыхьым щIыгъуу нэгъуэщI тхьэм къыхуезыджэм иIэкъым абы и щыхьэтлыкъ, абы и лъытэныр и Тхьэм и дежщ, ипэжыпIэкIэ джаурхэр ехъулIэнукъым
(118) ЖыIэ: "Си Тхьэ, къысхуэгъэгъуи гущIэгъу къысхуэщI, Уэращ гущIэгъущIхэм я нэхъыфIыр!"