35 - Faatir ()

|

(1) Щытхъур зейр Алыхьыращ, уафэхэри щIылъэри къэзыгъэщIаращ, лIыкIуэхэу мелыIычхэр зыщIаращ дамитI, щы, плIы яIэу. Зыхуейр хегъахъуэр къыщигъэщIкIэ, Алыхьым сытри хузэфIокIыр.

(2) Алыхьым цIыхухэм фIыщIэ гуэрэ яхуищIамэ, ар зыми иубыдыфынукъым. Абы иубыдари зыми къигъэкIуэфынукъым, Езым мыхъумэ. Ар Лъэщщ, АкъылыфIэщ.

(3) Уэ цIыхухэ, Алыхьым фIыщIэу къыфхуищIахэр фигу къэвгъэкIыж. Алыхьым нэгъуэщI къэзыгъэщI щыIэ уафэми щIылъэми ерыскъыр къыфхухишу? Абы нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым! Сытым хуэдэу фытегъуэщыкIа фэ!

(4) Уэ пцIыупсу уабжамэ, атIэ уи пэкIэ лIыкIуэхэри пцIыупсхэу ябжат. Ауэ Алыхьым и дежщ Iуэхухэм здагъэзэжыр.

(5) Уэ, цIыхухэ, Алыхьым и псалъэр пэжщ, аращи мы дунейм зевмыгъэгъапцIэ, Алыхьым щхьэкIэ фызгъэпцIэну пылъми зевмыгъэгъапцIэ.

(6) ИпэжыпIэкIэ, шейтIаныр фэ фи бийщи ар вгъэбий. Абы и гупыр къыхуреджэр Жыхьэнэмэм щыщ хъунухэу.

(7) Джаурхэм хьэзаб Iейр яхуэгъэхьэзыращ. Iиман къэзыхьауэ фIы зыщIахэм - абыхэм гъэгъуныгъэрэ псапэшхуэрэ яхуэфащэщ.

(8) Зи Iуэху Iейхэр зыхуэгъэщIэрэщIауэ дахэу зылъагъу хуэдэ атIэ (зи Iуэхухэр фIым)? Алыхьым щегъауэр зыхуейр икIи захуэм хуешэр зыхуейр. Аращи, уэ зумыгъэлIэж абыхэм щхьэкIэ. Алыхьым ещIэр абыхэм ягъахъэр.

(9) Алыхьыращ жьыхэр къэзыгъакIуэр, абыхэм пшэхэр кърахужьэу. ИтIанэ ар къэрал уэгъум дохури Дэ абыкIэ щIыр лIауэ щыта иужькIэ къыдогъэпсэуж. Апхуэдэщ зэрыхъунур къэгъэпсэужынри.

(10) Хэт лъэщыныгъэ хуейми, атIэ лъэщыныгъэр псори Алыхьыращ зейр. Абы и деж докIуейр псалъэ дахэри, IуэхуфIри дрехьейр. Хьилагъэ Iейхэр зезыхьэхэм хьэзаб Iейр яхуэфащэщ, абыхэм я хьилагъэхэми зыри къихьынукъым.

(11) Алыхьым ятIэм фыкъыхищIыкIащ, итIанэ ткIуэпсым, итIанэ зэлIзэфыз фищIащ. Абы и щIэныгъэкIэщ бзым и ныбэм сабий зэрырадзэри, къызэрыхъури. Куэд дыдэрэ псэури, зи гъащIэр хэщIари псори Тхылъым итщ. Ар Алыхьым щхьэкIэ псынщIэщ.

(12) ХитIри зэхуэдэкъым. Мыр IэфIщ икIи шыугъэкъым, ефэм фIэфIщ. Мыдрейр шыугъэщ, дыджщ. Абыхэм тIуми къыхэха лыщIэ фошх, зызэрагъэдахэхэр къыхывохри зыфIыволъхьэр. Уэ болъагъур кхъухьхэр абы зэрытетыр Абы и фIыщIэм лъыхъуэхэу, шыкур фщIынкIэ мэхъур фэ.

(13) Махуэр нэхъ кIыхь ещIыр, жэщыр пищэурэ, жэщри нэхъ кIыхь ещIыр, махуэр пищэурэ. Дыгъэри мазэри игъэжыIэщIахэщи пIалъэ гъэунэхуам дэтхэнэри хуокIуэр. Апхуэдэщ Алыхьыр, фи Тхьэр, Аращ унафэр зыIэщIэлъыр. Адрейуэ фызэлъэIухэр Абы нэгъуэщIхэу финикым и кумылэм телъ налъэми хуитхэкъым.

(14) Абыхэм фалъэIуми фи лъэIур зэхахкъым, зэхахтэми жэуап къыватынутэкъым. Къемэт махуэми фазэрыхуэпщылIар ядэнукъым. Зыми уигъэщIэнукъым уэ ЗыщIэм хуэдэу.

(15) Уэ, цIыхухэ, фэ Алыхьым фыхуэныкъуэхэщ, Алыхьыр атIэ Къулейщ, Щытхъур псори зейщ.

(16) Ар хуеймэ псори фытригъэкIуэдыкIынщи щIэуэ къигъэщIахэр къишэнщ.

(17) Ар Алыхьым и дежкIэ хьэлъэкъым.

(18) Зы псэми адрей псэм и хьэлъэр ихьынукъым. Хьэлъэ зытехъуар къаджэми, абы и хьэлъэр дахьыну, зыри абы щыщу хуахьынукъым, ар и Iыхьлы дыдэу щытми. Уэ зи Тхьэм щышынэхэращ ямылъэгъуауи Iейм зыщахъумэну къыхуебджэхэр, нэмэзи зыщIхэр. Зызыгъэкъабзэм зыщIигъэкъабзэр и щхьэращ, Алыхьым и дежщ екIуэлIэжыпIэри.

(19) Нэфымрэ зылъагъумрэ зэхуэдэхэкъым,

(20) КIыфIыгъэхэри нэхури,

(21) жьауэри хуабэ дыдэри.

(22) Псэухэри лIахэри зэхуэдэкъым. Алыхьым зыхуейм зэхрегъэхыр, уэ зэхебгъэхыфынукъым кхъэхэм щIэлъхэм.

(23) Уэ Iейм зыщахъумэну къыхуебджэхэу аращ.

(24) Дэ удгъэкIуащ пэжыр яхуэпхьауэ хъыбарыфIыр ябгъащIэу, Iейми зыщахъумэну къыхуебджэхэу. ИкIи щыIэкъым зы лъэпкъи абы Iейм зыщахъумэну къыхуезыджэ яхуэмыкIуауэ.

(25) Уэ пцIыупсу уабжамэ атIэ абыхэм ипэкIэ щыIахэми пцIыуэ ябжат. Абыхэм къахуэкIуат я лIыкIуэхэр, нэщэнэ нахуэ, Тхылъхэр, тхыгъэ нэхухэр къыхуахьри.

(26) ИтIанэ джаурхэр зэщIэзыубыдахэщ, сытым хуэдэт Сэ си тезырыр!

(27) Уэ плагъуркъэ Алыхьым уафэм псы къызэрыригъэхыр? ИтIанэ абыкIэ къыдогъэкIхэр пхъэщхьэмыщхьэхэр зэмылIэужьыгъуэхэу я теплъэкIэ. Къущхьэхэми ирокIуэхэр лъагъуэхэр зэмылIэужьыгъуэхэу: хужьхэуи, плъыжьхэуи, фIыцIабзэхэуи.

(28) ЦIыхухэми, хьэкIэкхъуэкIэхэми, псэущхьэхэми я теплъэхэр зэщымыщхэщ. Алыхьым щышынэхэр и пщылIхэм щыщу щIэныгъэ зиIэхэращ, Алыхьыр Лъэщщ, Зыгъэгъущ.

(29) Алыхьым и Тхылъым еджэхэр, нэмэз зыщIхэр, ерыскъыуэ еттам щыщ зытхэр ущэхуауи нахуэуи - ахэр щогугъыр зэухылIэныгъэ хэкIуэдэн зыхэмылъым.

(30) Абыхэм яритыжыну яхуэфащэр нэгъэсауэ, нэхъыбэжи яхуищIыну Абы и фIыщIэкIэ, Ар Зыгъэгъущ, Шыкур зыщIщ.

(31) Уэ Тхылъым щыщу ныпхуедгъэхар пэжщ, абы къегъэпэжыр ипэкIэ къэкIуахэри. Алыхьым и пщылIхэр ещIэр, елъагъур.

(32) ИтIанэ Ди пщылIхэм щыщу хэтхахэм Тхылъыр щIэину яттащ. Абыхэм яхэтщ и щхьэ залымыгъэ езыхыжыр, яхэтщ езымыгъэлейхэр, яхэтщ фIы зыщIэнум хуэпIащIэу зэпеуэхэр, Алыхьым и IизынкIэ. Аращ фIыщIэшхуэр.

(33) Жэнэт ЛъапIэм ихьэнухэщ ахэр, Iэпщэхъу дыщэрэ налкъутналмэсрэ къыхэщIыкIахэмкIэ гъэдэхахэу, абыхэм я щыгъынхэу абдежым данэщ ящыгъынур.

(34) Абыхэм жаIэнущ: "Щытхъур зейр Алыхьыращ, нащхъеягъуэр тщхьэщызыхаращ, ипэжыпIэкIэ, ди Тхьэр Зыгъэгъущ, Шыкур зыщIщ .

(35) Абы и фIыщIэкIэ игъащIэкIэ дыкъыздэнэну щIыпIэм дыщигъэпсэуащ, абдежым езэши, гугъуехьи щыIэкъым".

(36) Джаурхэм атIэ Жыхьэнэмэ мафIэр яхуэгъэхьэзыращ, абдежым я Iуэхур зэфIагъэкIыу лIэнухэкъым, а хьэзабри псынщIэ хуащIынукъым. Апхуэдэу яхуэфащэр идогъэгъуэт джаурхэм.

(37) Ахэр абдежым кIиинухэщ: "Ди Тхьэ, дыкъыхэш мыбы, фIы тщIэнущ, ипIэкIэ зэрытщIэтэм хуэмыдэу". Фи гъащIэр ирикъуу кIыхь фхуэдмыщIауэ ара зыкъащIэжын щхьэкIэ зыкъэзыщIэжынухэм? Iейм зыщыфхъумэну фыкъыхуезыджэри къыфхуэкIуат фэ. Феплъ атIэ, икIи залымыгъэ зезыхьахэм яIэкъым дэIэпыкъуэгъу.

(38) Алыхьым ещIэр уафэхэми щIылъэми щыущэхуар, Абы ещIэр бгъэхэми илъыр.

(39) Аращ фызыщIар щIым и тепщэхэу, джаур хъуам къытехуэжынщ и джаурыгъэр. Джаурыгъэм зыри хухигъахъуэкъым, джаурхэм я Тхьэм и пащхьэ зэрылъагъу мыхъуным фIэкIа. Джаурыгъэм зыри хухигъахъуэкъым джаурхэм я Тхьэм и пащхьэ, хэкIуэдэжыным фIэкIа.

(40) ЖыIэ: "Сыт а фызэлъэIухэр гъусэхэр фщIауэ Алыхьым нэгъуэщI? Сэвгъэлъагъут абыхэм къагъэщIар мы щIылъэм щыщу? Е абыхэм уафэхэр яйуэ ара зэщIыгъухэу?" Е абыхэм Тхылъ яттауэ ара, ит нэщэнэ нахуэхэм тетхэу? Хьэуэ атIэ! Залымыгъэ зезыхьэхэм зыр адрейр къызэрагъэгугъэжыр гъэпцIэныгъэ къудейщ.

(41) Алыхьым уафэхэри щIылъэри зэтреубыдэр мыхъеинухэу. Ахэр зэщIэхъеехэмэ зыми хуэIыгъынукъым Абы и ужь. Ар Зэтеубыдащ, Зыгъэгъущ.

(42) Абыхэм тхьэрыIуэшхуэхэр ящIащ, Алыхьым и цIэкIэ Iейм зыщахъумэну къыхуезыджэр къахуэкIуэмэ адрей лъэпкъхэм нэхърэ нэхъ гъуэгу захуэм теувэнухэу. Ауэ Iейм зыщахъумэну къыхуезыджэр къащыхуэкIуэм, абыхэм я мыдэныгъэр нэхъри хэхъуауэ аращ.

(43) ЩIым зыщагъэпагэти икIи хьилагъэ Iейхэр зэрахьэти. Хьилагъэ Iейхэр зытехуэжыр зезыхьэхэращ. ИпэкIэ псэуахэм къащыщIам нэгъуэщI зыгуэр ежьэхэрэ ахэр? АтIэ бгъуэтынукъым уэ Алыхьым хабзэу игъэувар зэзыхъуэкIын, икIи бгъуэтынукъым Алыхьым и хабзэм узэрытекIын.

(44) Ахэр щIым ирикIуэу ямылъэгъуауэ ара абыхэм япэкIэ псэуахэм я кIэух хъуар? Ахэр нэхъ лъэщхэт, ауэ зыми Алыхьым зыщихъумэу щIэпхъуэну хузэфIэкIынукъым уафэхэми, щIылъэми и деж. Ар ЗыщIэщ, ЗыхузэфIэкIщ.

(45) Алыхьым цIыхухэм хьэзаб ятрилъхьэтэмэ, къалэжьауэ хъуам щхьэкIэ, (щIым) и щхьэщыгум къытенэнутэкъым зы псэущхьи. Ауэ абы пIалъэ гъэунэхуа яретыр. Абыхэм я пIалъэр къэсынущ. Алыхьым елъагъур и пщылIхэр.