39 - Az-Zumar ()

|

(1) Алыхь Лъэщым, АкъылыфIэм и деж къикIа Тхылъ.

(2) Уэ Тхылъ ныпхуедгъэхащ пэж дыдэу. Алыхьым хуэпщылI, уи диныр Абы хуэгъэкъабзэ.

(3) ИпэжыпIэкIэ, дин къабзэр зыхуэфащэр Алыхь закъуэращ. Абы нэгъуэщI къыщхьэщыжакIуэ зыхуэзыщтэжахэм (жаIэр): "Абыхэм дащIыхуэпщылIыр Алыхьым нэхъ благъэ дыхуащIын щхьэкIэщ". Алыхьым абыхэм я унафэр ищIэнщ, ахэр зэрытекIыу щытахэм щхьэкIэ. ИпэжыпIэкIэ, Алыхьым гъуэгу захуэкIэ ишэкъым джаур пцIыупсыр.

(4) Алыхьым бын зыхуищтэжыну хуеятэмэ, къигъэхъуахэм щыщу зыхуейр къыхихынт. И щIыхьыр инщ Абы, Ар Алыхьщ, Закъуэщ, Псори зыхузэфIэкIщ.

(5) Уафэхэри щIылъэри къигъэщIащ пэж дыдэу, жэщыр махуэм ирешэкIыр, махуэри жэщым ирешэкIыр, дыгъэри мазэри егъэжыIэщIэр. Ахэр псори пIалъэ гъэунэхуам хуокIуэхэр. ИпэжыпIэкIэ, Ар Лъэщщ, Зыгъэгъущ.

(6) Фэ зы цIыхум фыкъыхищIыкIащ, итIанэ абы щхьэгъусэ хуищIащ, былымий къывитахэщ, тIурытIу зэщIыгъухэу. Фи анэхэм я кIуэцIхэм фыкъыщегъэхъур, зыр адрейм иужь иту фIыцIагъищым фыхэту. Аращ Алыхьыр, фи Тхьэр. Аращ унафэр псори зыIэщIэлъыр, щыIэкъым нэгъуэщI тхьэ, Абы фIэкIа. Сытым хуэдэу фегъэзэкIа фэ!

(7) Фэ Iиман къэвмыхьмэ, атIэ Алыхьыр къыфхуэныкъуэкъым. Абы яхуидэкъым и пщылIхэм джаурыгъэр. Ауэ фэ шыкур фщIымэ, Ар къыфхуэарэзынущ абыкIэ. Зы псэми адрейм и хьэлъэр ихьынукъым. ИтIанэ фи Тхьэм и деж вгъэзэжынущи къыфхуиIуэтэнущ фщIауэ хъуар. Абы ещIэр гухэм илъыр.

(8) ЦIыхум зэран къызэрекIым тету и Тхьэм йолъэIур, Абы и закъуэу зыхуигъазэурэ. ИтIанэ Абы и деж къикIауэ фIыгъуэ щриткIэ, ипэкIэ зэлъэIуу щытар щогъупщэжыр. Абы Алыхьым гъусэхэр хуещIыр адрейхэр Абы и гъуэгум трахун щхьэкIэ. ЖыIэ: "Уи джаурыгъэм тIэкIу иритхъэ! Уэ МафIэм хэхьэнухэм ущыщщ".

(9) Алыхьым хуэжыIэщIэу, жэщыр щхьэщэ Абы хуищIу икIи щытурэ изыхыр, Ахърэтым щышынэр, и Тхьэм и гущIэгъум щыгугъыр хуэдэу ара адрейм? ЖыIэ: "Зэхуэдэу ара зыщIэхэмрэ зымыщIэхэмрэ?" ИпэжыпIэкIэ, зигу къэкIыжыр акъыл зиIэхэращ.

(10) ЯжеIэ Си пщылIхэу Iиман къэзыхьахэм: "Фыщышынэ фи Тхьэм! Мы дунейм фIы зыщIахэм фIы яхуэфащэщ. Алыхьым и щIыри убгъуащ. ИпэжыпIэкIэ, шэчыныгъэ зыхэзыгъэлъхэм я псапэр нэгъэсауэ иратыжынущ бжыгъэ имыIэу".

(11) ЖыIэ: "Сэ унафэ къысхуащIащ Алыхьым сыхуэпщылIыну, диныр Абы хуэзгъэкъабзэурэ.

(12) ИкIи сэ унафэ къысхуащIащ муслъымэнхэм япэрейуэ сыщытыну".

(13) ЖыIэ: "Сэ сошынэр си Тхьэм семыдаIуэмэ хьэзаб къыстехуэну Махуэшхуэм".

(14) ЖыIэ: "Алыхьыращ сызыхуэпщылIыр, си диныр Абы хуэзгъэкъабзэу.

(15) Фэ фызыхуейм фыхуэпщылI, Абы нэгъуэщI". ЖыIэ: "ХэкIуэдэжахэр ипэжыпIэкIэ Къемэт махуэм я псэхэри, я унагъуэхэри хэзыгъэкIуэдэжхэращ. ИпэжыпIэкIэ, аращ хэкIуэдэжыныгъэ нахуэр!

(16) Абыхэм ящхьэкIэ мафIэм и Iугъуэращ щыIэнур, я щIагъми а Iугъуэращ". Апхуэдэу Алыхьым и пщылIхэр егъэшынэр. Уэ, Си пщылIхэ, Сэ фыкъысщышынэ!

(17) ТхьэнэпцIхэм хуэмыпщылIауэ лъэныкъуэ зезыгъэзхэу Алыхьым зыхуэзыгъэзахэм хъыбарыфI хуагъэхьэзыращ. Си пщылIхэр гъэгуфIэ атIэ.

(18) Псалъэм едэIухэу и нэхъыфIым кIэлъыкIуэхэр - ахэращ Алыхьым гъуэгу захуэм тригъэувар. Ахэращ акыл зиIэхэр.

(19) Уэ къебгъэлыфыну ара, хьэзабым теухуа Псалъэр зыхузэфIэкIауэ МафIэм хэтыр?

(20) Ауэ я Тхьэм щышынахэм унэхэр яхуэгъэхьэзыращ, абыхэм я щхьэхэм иджыри унэхэр тещIыхьауэ, псыежэххэр къыщIэжу. Алыхьым и псалъэщ ар, Алыхьыр и псалъэм епцIыжкъым.

(21) Уэ умылъагъуу ара Алыхьым уафэм псы къызэрыригъэхар, ар псынэу щIым зэрыришар? ИтIанэ абыкIэ къэкIыгъэхэр къызэригъэкIар, я плъыфэхэр зэмылIэужьыгъуэу. ИтIанэ ахэр мэгъуанлэри болъагъур гъуэжь зэрыхъухэр. ИтIанэ ар хьэбэсабэ ещIыж. А псоми хэлъщ гум къэзыгъэкIыж, акъыл зиIэхэм щхьэкIэ.

(22) Алыхьым и бгъэр Ислъамым щхьэкIэ зыхузэIуихар, и Тхьэм и нурым хэтыр хуэдэу ара (джаурым)? Унэхъуащ зигухэр хуэбыдэхэр Алыхьыр ягу къагъэкIыжыным. Ахэр гъуэщэныгъэ нахуэм хэтхэщ.

(23) Алыхьым къригъэхащ псалъэм и нэхъыфIыр - Тхылъыр, и Iэятхэр зэщхьхэу. Абы я щIыфэр егъэкIэзыз я Тхьэм щышынэхэм. ИтIанэ абыхэм я щIыфэхэмрэ ягухэмрэ къощэбэжыр, Алыхьым и гугъу щащIкIэ. Аращ Алыхьым и гъуэгу захуэр, зыхуейр трешэр абы. Алыхьым игъэгъуащэр атIэ зыми гъуэгу захуэм тригъэувэфынукъым.

(24) Къемэт махуэм и нэгукIэ мафIэм зыщызхъумэну пылъыр хуэдэу ара (Iиман къэзыхьам)? Залымхэм жраIэнущ: "Феплъыт атIэ къэвлэжьам фэ".

(25) Абыхэм ипэкIэ псэуахэми пцIыуэ ябжат, итIанэ къатехуащ хьэзабыр здэмыгугъа лъэныкъуэмкIэ.

(26) Алыхьым зыхригъэщIащ абыхэм гъэпудыныгъэр мы дунейм. Ахърэтым и хьэзабыр атIэ нэхъ инщ, ар ящIэу щытатэмэ абыхэм.

(27) Мы КъурIэным цIыхухэм щхьэкIэ щапхъэ куэдхэр къыщытхьащ, ягу къэкIыжынкIэ мэхъур абыхэм.

(28) ХьэрыпыбзэкIэ КъурIэнщ, къуаншагъэ зыхэмылъ, ахэр шынэнкIэ мэхъур.

(29) Алыхьым щапхъэу къихьащ лIы, ар зэгурымыIуэу цIыху бжыгъэм яйуэ. Адрей лIыр зы закъуэщ зейр. Ахэр зэхуэдэу ара? Щытхъур зейр Алыхьыращ. Ауэ ахэм я нэхъыбэм ящIэркъым.

(30) Уэри улIэнущ, ахэри лIэнущ.

(31) ИтIанэ Къемэт махуэм фи Тхьэм и деж фыщызэдэуэнущ.

(32) Хэт атIэ нэхъ залымыр, Алыхьым пцIы тезылъхьэм е пэжыр къыхуэкIуэмэ пцIыуэ зыбжым нэхърэ? Жыхьэнэмэракъэ джаурхэм я екIуэлIэжыпIэр?

(33) АтIэ пэж къэзыхьауэ къэкIуари, ар пэжу зыбжари - ахэращ тхьэшынагъуэ зыхэлъыр.

(34) Абыхэм зыхуейхэу хъуар я Тхьэм и деж щагъуэтынущ. Аращ фIы зыщIэхэм яхуэфащэр.

(35) Алыхьым яхуигъэгъуным щхьэкIэ нэхъ Iейуэ ящIауэ щытар. ИкIи я псапэр яритыжын щхьэкIэ нэхъыфIу ящIэу щытам щхьэкIэ.

(36) Алыхьыр хурикъукъэ и пщылIым? Абы нэхърэ нэхъ цIыкIухэмкIэ уагъэшынэр уэ. АтIэ Алыхьым зыгуэр щигъэуамэ, ар зыми гъуэгу захуэм тригъэувэжыфынукъым.

(37) Алыхьым гъуэгу захуэм тригъэувамэ зыгуэр, ар зыми щигъэуэфынукъым. Алыхьыракъэ Лъэщыр, хуэфащэр езыгъэгъуэтыр?

(38) Абыхэм уаупщIмэ: "Хэт уафэхэри щIылъэри къэзыгъэщIар?" - жаIэнущ: "Алыхьыращ". ЖыIэ: "Феплъыт атIэ фызэлъэIухэм, Алыхьым нэгъуэщI! Алыхьым зэран къызихыну хуеймэ, ахэм Абы и зэраныр Iуахыфыну? Е фIыщIэ къысхуищIыну хуеймэ, ахэм а фIыщIэр яубыдыфыну?" ЖыIэ: "Схурокъур сэ Алыхьыр, а зыращ зыщыгугъыр щыгугъхэр".

(39) ЖыIэ: "Уэ, си лъэпкъ, фщIэ фэ флъагъур фщIэну, сэри сщIэнщ. КъэфщIэнщ фэ

(40) хэт хьэзаб зыгъэпудыр къызытехуэнур, хэт игъащIэкIэ кIуэну хьэзабри зылъысынур".

(41) Дэ ныпхуедгъэхащ Тхылъыр цIыхухэм щхьэкIэ пэжу. Гъуэгу захуэм теувар ищхьэ хутеуващ, гъуэщари ищхьэ щхьэкIэ гъуэщащ. Уэ абыхэм уарихъумакIуэкъым.

(42) Алыхьым псэхэр хехыр, щылIэхэм и деж, иджыри мылIэр щыжейм и деж. ЛIэныгъэр зыхуэтхар Абы еубыдыжыр, адрейр еутIыпщыжыр пIалъэр къэсыху. Абы хэлъщ нэщэнэхэр, гупсысэ цIыхухэм щхьэкIэ.

(43) Абыхэм къащхьэщыжын зыхуащтэжауэ ара, Алыхьым мыхъумэ? ЖыIэ: "Абыхэм зыри ямыIэмэ щэ икIи къагурымыIуэмэ щэ?"

(44) ЖыIэ: "Алыхьыращ къыщхьэщыжыныр псори зыIэщIэлъыр. Аращ уафэхэми щIылъэми и унафэр зейр. ИтIанэ Абы и деж вгъэзэжынущ".

(45) Алыхь закъуэм щытепсэлъыхькIэ, ахърэтыр зи фIэщ мыхъухэм ягухэр къоскIхэр, Абы нэхърэ нэхъ цIыкIухэм я гугъу щащIкIэ, ахэр мэгуфIэхэр.

(46) ЖыIэ: "Е Алыхь, уафэхэри щIылъэри къэзыгъэщIа, ущэхуари нахуэри зыщIэ, Уэ зэхэбгъэкIынущ Уи пщылIхэм я Iуэхур, ахэр зэрызэтекIхэу щытахэмкIэ".

(47) Залымыгъэ зезыхьэхэм щIым тетыр псори яIатэмэ, итIанэ иджыри абы хуэдиз, абыхэм щIатыну хуеинут ар зэуэ Къемэт махуэм и хьэзаб Iейр къанэмысыну. Ауэ Алыхьым абыхэм яхузэIуихынущ ягу къэмыкIагъэххэр.

(48) Абыхэм нахуэу ялъагъунущ Iейуэ къалэжьар. Абыхэм щIэнэкIалъэ ящIу щытар къатехуэжынущ.

(49) ЦIыхум гузэвэгъуэ къыщытехуэкIэ, Дэ къыдолъэIур. ИтIанэ абы фIыгъуэ еттамэ, абы жеIэр: "Мыр си щIэныгъэм щхьэкIэ къызатащ". АтIэ ар гъэунэхуныгъэщ, ауэ абыхэм я нэхъыбэм ящIэркъым ар.

(50) Абыхэм япэкIэ щыIахэм жаIат ар, икIи ахэр къригъэлакъым зэхуахьэсауэ щытам.

(51) Абыхэм къалэжьам и Iейр къатехуащ. Абыхэм ящыщу залымыгъэ зезыхьахэм къалъысыжынущ къалэжьа Iейхэр. Абыхэм зыкърагъэлыфынукъым.

(52) Абыхэм ямыщIэу ара Алыхьым ерыскъыр нэхъыбэу зыхуейм зэрыритыр е зэрызэщIиубыдэр? ИпэжыпIэкIэ, абы хэлъщ нэщэнэхэр, Iиман къэзыхьахэм щхьэкIэ.

(53) ЯжеIэ Си пщылIхэу я щхьэхэм лей езыхыжахэм: "Гугъэр хэвмых Алыхьым и гъэгъуныгъэм. ИпэжыпIэкIэ, Алыхьым гуэныхьхэр псори егъэгъур. ИпэжыпIэкIэ, Ар Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ".

(54) Фи Тхьэм зыхуэвгъази зыхуэфт, хьэзабыр къыфтемыхуэ щIыкIэ, итIанэ зыри къывдэIэпыкъужынукъым.

(55) Фи Тхьэм и деж къикIауэ нэхъыфI дыдэм фытеувэ, хьэзабыр къыфтемыхуэ щIыкIэ, напIэзыпIэм ар зыхэвмыщIэу.

(56) ЦIыхум жимыIэжын щхьэкIэ: "Сыунэхъуащ сэ Алыхьым щхьэкIэ сызэрыщытыным хуэдэу сызэрыщымытам щхьэкIэ. Сэ щIэнэкIалъэ зыщIхэм сащыщ къудейуэ арат".

(57) Е жимыIэн щхьэкIэ "Алыхьым гъуэгу захуэм сытригъэуватэмэ, тхьэшынагъуэ зыхэлъхэм ящыщ сыхъунт".

(58) Е жимыIэн щхьэкIэ хьэзабыр къыщилъагъукIэ: "Иджыри зэ згъэзэжыфатэмэ, фIы зыщIэхэм ящыщ сыхъунт".

(59) Хьэуэ атIэ! Уэ къыпхуэкIуат Си нэщэнэхэр, ауэ ахэр пцIыуэ быбжат, уепэгэкIри джаурхэм ящыщ зы ухъуат.

(60) Къемэт махуэм плъагъунущ Алыхьым пцIы тезылъхьахэм я нэгухэр уфIыцIауэ. Жыхьэнэмэракъэ епэгэкIхэр здекIуэлIэжынур?

(61) Алыхьым тхьэшынагъуэ зыхэлъахэр къригъэлынущи иригъэхъулIэнухэщ. Абыхэм Iей янэсынукъым, икIи нэщхъей хъунухэкъым.

(62) Алыхьыращ псори къэзыгъэщIар. Аращ сытми и хъумакIуэр.

(63) Абы ейщ уафэхэми, щIылъэми я IункIыбзэхэр. Алыхьым и нэщэнэхэр зи фIэщ мыхъухэр атIэ хэкIуэдэжахэщ.

(64) ЖыIэ: "Алыхьым нэгъуэщI зыгуэрым сыхуэпщылIыну унафэ къысхуэфщIу ара фэ щIэныгъэншэхэм?"

(65) Уэри, уи япэкIэ къэкIуахэтэми къахуехат: "Гъусэ хуэпщIмэ, уи Iуэхухэр псори хэкIуэдэжынущ, уэри хэкIуэдэжахэм ящыщ ухъунущ".

(66) Алыхьым хуэпщылI атIэ икIи шыкур зыщIхэм ящыщ хъу.

(67) Абыхэм Алыхьым и хьэкъыр къащIакъым. Абы щIыр зэуэ и IэмыщIэм илъынущ Къемэт махуэм. Уафэхэри и Iэ ижьымкIэ зэкIуэцIишыхьэнущ. И щIыхьыр инщ Абы, щхьэщыIэтыкIащ гъусэу хуащIхэм.

(68) Бжьамийм епщэнухэщи уафэхэми, щIылъэми щыIэхэм я псэхэр хэкIынущ, Алыхьым къигъэнэну зыхуеяхэм мыхъумэ. ИтIанэ иджыри зэ епщэнухэщи абы, ахэр псори къэувыжынухэщ къаплъэу.

(69) Уи Тхьэм и нурым щIыр къигъэунэхунущ, Тхылъри къагъэтIылъынущ, бегъымбархэмрэ щыхьэтхэмри къашэнущ. ИтIанэ ахэм я унафэр хейуэ ящIэнущ, абыхэм залымыгъэ ирахынукъым.

(70) Псэ къэскIэ къилэжьар иратыжынущ, Абы нэхъыфIу ещIэр, абыхэм ялэжьу щытар.

(71) Джаурхэр гупу яхунущ Жыхьэнэмэм. Абы щыбгъэдыхьэхэкIэ, и бжэхэр зэIухауэ щытынущ. Абы и хъумакIуэхэми жаIэнущ: "Фэ лIыкIуэ къыфхуэмыкIуауэ ара фэ фщыщу фи Тхьэм и Iэятхэм къыфхуеджэу, мы махуэ фызыхуэзэжынум фыхуэсакъыну къывжиIэу?" Абыхэм жаIэнущ: "НтIэ!" Ауэ джаурхэм я хьэзабым теухуа Псалъэр зэфIэкIащ.

(72) ЖраIэнущ: "Фыдыхьэ Жыхьэнэмэм и бжэхэм, игъащIэкIэ фыкъинэнущ абдежым!" Сытым хуэдэу Iеищэ епэгэкIахэм я екIуэлIапIэр.

(73) Я Тхьэм щышынэхэтэри гупу Жэнэтым яшэнущ. Абы пэгъунэгъу щыхъухэкIэ и бжэхэм зыкъызэIуахынущи и хъумакIуэхэм жаIэнущ: "Мамырыгъэр къыфхуэкIуэ! Фыкъихьэ мыбы, игъащIэкIэ фыкъинэну".

(74) Абыхэм жаIэнущ: "Щытхъур зейр Алыхьыращ, псалъэ пэжыр къыдитащ, (Жэнэтым) и щIыри щIэину къытхуигъэнащ, жэнэтым дыздыхуейм дыщыпсэуфынущ. Сытым хуэдэу фIыщэ гугъу зезыгъэхьауэ лэжьахэм я псапэр!"

(75) Уэ плъагъунущ мелыIычхэм Хьэршыр къаухъуреихьу, я Тхьэм и щIыхьыр ину яIэту, и щытхъур ящIу. Абыхэм я унафэр хейуэ ящIэнущ, ик1и жаIэнущ: "Щытхъур зейр Алыхьыращ, дунейуэ хъуам я Тхьэм!"