(1) КъущхьэмкIэ соIуэр!
(2) Тхылъ тхамкIэ соIуэр
(3) тхьэпэ зэIухахэм и деж!
(4) Унэ зыщIэзымкIи соIуэр!
(5) Щхьэуэ IэтамкIи соIуэр!
(6) Хыуэ псы зэрызымкIи соIуэр!
(7) Уи Тхьэм и хьэзабыр шэч хэмылъу къэсынущ!
(8) ЩыIэкъым ар къэзыгъэувыIэн.
(9) А махуэм уафэр зэщIэсысэнущи хъеинущ,
(10) къущхьэхэри текIуэтыкIынухэщ.
(11) Унэхъуащ а махуэм пцIыуэ зыбжахэр.
(12) Мыхьэнэншэ псалъэхэм хэтурэ теджэгукIхэу щытахэр.
(13) А махуэм ахэр гущIэгъуншэу МафIэм хадзэнухэщ.
(14) Мис МафIэу пцIыуэ фыбжу щытар.
(15) Удыгъэу ара мыр? Е фымылъагъуу ара фэ?
(16) Фыщыс атIэ абдежым! Шэчыныгъэ зыхэвгъэлъми, зыхэвмыгъэлъми зэхуэдэщ фэр щхьэкIэ. Фэ къыфлъысыжащ къэвлэжьауэ щытар.
(17) Тхьэшынагъуэ зыхэлъахэр Жэнэтым и жыг хадэхэмрэ тхъэгъуэмрэ хэтынухэщ.
(18) Я Тхьэм къаритам щыгуфIыкIынухэщ. Ахэр я Тхьэм щихъумэнухэщ Жыхьэнэмэм и хьэзабым.
(19) Фышхэ, фефэ фи хьэлэлу фщIауэ щытахэм щхьэкIэ!
(20) Ахэм зрагъэщIауэ телъынухэщ пIэхэм, сатыру щытхэу, абыхэм жэнэтым и хьурхэри щхьэгъусэу яттынущ.
(21) Iиман къэзыхьахэм я гъусэ тщIынухэщ я щIэблэу я ужьым иту Iиман къэзыхьахэр, абыхэм я Iуэхухэр зыкIи дгъэмэщIэнукъым. ЦIыху къэскIэ и гъэрщ езым къилэжьыжам.
(22) Абыхэм яттынущ пхъэщхьэмыщхьи, лыи, зыхуейхэм хуэдэу.
(23) Зым адрейм иритыжынущ фадэ мыхьэнэншэ псалъэхэмрэ, гуэныхьымрэ къэзымыхьыр.
(24) Абыхэм къахуекIуэкIынухэщ щIалэщIэхэр налъкъутым хуэдэхэу.
(25) Зыр адрейм щIэупщIэжынухэщ.
(26) Абыхэм жаIэнущ: "ИпэкIэ ди унагъуэхэм дахэтащ дышынэу,
(27) Алыхьым фIыщIэ къытхуищIри, жьы узысым и хьэзабым дыщихъумащ.
(28) Дэ ипэкIи делъэIурт Абы, ипэжыпIэкIэ, Ар ФIы зыщIэщ, ГущIэгъущIщ".
(29) Ягу къэгъэкIыж атIэ! Уэ уи Тхьэм и фIыщIэкIэ къэхъу-къащIэр жызыIэм уащыщкъым икIи жин пхэскъым!
(30) Е абыхэм жаIэу ара: "УсакIуэщ! Девгъажьэ уахътэр дэкIыу къыщIэщыху езыр-езыру".
(31) ЖыIэ: "Фежьэ, сэри фи гъусэу сежьэнщ".
(32) Е абыхэм я акъылхэм унафэ къыхуащIу ара апхуэдэр? Е ахэр гуэныхьыщIэхэу ара?
(33) Е абыхэм жаIэрэ: "Езым къигупсысащ"? Хьэуэ! Абыхэм Iиман къахьакъым.
(34) Кърырахь мыбы хуэдэ псалъэхэр жаIэр пэжу щытмэ.
(35) Е ахэр езыр - езыру къэхъуахэу ара? Е езыхэра къэзыгъэхъур?
(36) Е уафэхэмрэ щIылъэмрэ абыхэм къагъэщIауэ ара? Хьэуэ! Абыхэм фIэщхъуныгъэ быдэ яIэкъыми аращ!
(37) Е абыхэм уи Тхьэм и гъэтIылъыгъэхэр яIыгъыу ара? Е езыхэрауэ пIэрэ унафэщIхэр?
(38) Е абыхэм яIэу ара пкIэлъей зэрыкIэщIэдаIуэхэр? АтIэ абыхэм ящыщу кIэщIэдаIуэм кърехь щыхьэтлыкъ нахуэхэр.
(39) Е Абы пхъухэр иIэу фэ къуэхэр фиiэу ара?
(40) Е абыхэм пщIэ къаIыпхыну уалъэIуу ара уэ, абыхэм ар къатехьэлъэу?
(41) Е абыхэм ущэхуар ящIэу, ар ятхыу ара?
(42) Е ахэм хьилагъэ зэрахуэу ара? АтIэ джаурхэр езыхэр хьилагъэ зрахынухэращ.
(43) Е абыхэм Алыхьым нэгъуэщI тхьэ яIэу ара? Алыхьыр лъагэу щхьэщыIэтыкIащ абыхэм гъусэ хуащIхэм.
(44) Абыхэм ялъагъумэ уафэр такъыру къекIурэхыу жаIэнущ: "Ар пшэхэр зэтехъуауэ аращ".
(45) Къэгъанэ ахэр хуэзэхухэкIэрэ я кIуэдыжыныр къахуэзыхьыну махуэм.
(46) А махуэм я хьилагъэхэр зыкIи сэбэп къахуэхъунукъым, зыри икIи къадэIэпыкъунукъым.
(47) Залымхэм яхуэгъэхьэзыращ хьэзабхэр абы ипэкIи, ауэ абыхэм я нэхъыбэм ящIэркъым.
(48) Шэчыныгъэ зыхэгъэлъ уи Тхьэм и унафэр зэфIэкIыху, Дэ Ди Нэхэм ущIэтщ уэ. Уи Тхьэри гъэлъапIэ щытхъукIэ укъыщытэджкIэ.
(49) Жэщым икуми гъэлъапIэ Ар, вагъуэхэри щыкIуэдыжкIэ.