(1) Щытхъур зыхуэфащэр Алыхьыращ, уафэхэмрэ щIылъэмрэ къэзыгъэщIам, кIыфIыгъэмрэ нэхумрэ къэзыгъэхъуам, итIанэ джаурхэм я Тхьэм нэгъуэщIхэр хуагъадэ
(2) Абы ятIагъуэм фыкъыхищIыкIащ, итIанэ гъащIэр фхуиухащ, Абы и дежщ нэгъуэщI пIалъэри, итIани фэ шэч къытывохьэхэр
(3) Аращ уафэхэми щIылъэми и Алыхьыр, фи ущэхуари, фи нахуэри ещIэр, къэвугъуейри ещIэр
(4) Абыхэм я Тхьэм и нэщэнэхэм щыщ нэщэнэ гуэр къахуэкIуэ къэс я щIыбхэр хуагъазэр
(5) Пэжри пцIыуэ ябжащ къащыхуэкIуам, ауэ къанэсынущ зыщIэнакIэу щытам и хъыбарыр
(6) Ямылъэгъуауэ ара абыхэм я пэкIэ псэуа лъэпкъхэр зэрыдгъэкIуэдар? Абыхэм яттат зэфIэкIыу фэ фэдмытар, уафэри уэру къахуедгъэшхт, псыежэххэри я дежым къыщIэдгъэжхэт, ауэ я гуэныхьхэм къыхэкIауэ дгъэкIуэдахэщ, абыхэм я ужьи нэгъуэщI лъэпкъ къэдгъэхъуащ
(7) Уэ ныпхуедгъэхатэмэ Тхылъ, тхэлъымпIэм тету, абым я IэхэмкIэ еIэбынухэти, итIани жаIэнут джаурхэм: "Мыр удыгъэшхуэ дыдэщ"
(8) Абыхэм жаIащ: "Абым мелэIыч къыхуехамэ аратэкъэ". МелэIыч къедгъэхатэмэ, Iуэхур зэфIэкIат, икIи пIалъи яIэжынутэкъым
(9) Ар мелэIычу къахуэдгъэкIуатэмэ, цIыхухъу тщIынут, езыхэми щатIагъэм хуэдэ щедгъэтIэгъэнут
(10) Уэ уи япэкIи лIыкIуэхэм ящыдэхьэшххэт, ауэ ахэр ауан къэзыщIахэм къатехуащ ауан къащIауэ щытар
(11) ЖыIэ: "ЩIым фыщызекIуи феплъыт пцIыуэ зыбжауэ щытахэм къызэраухар"
(12) ЖыIэ: "Хэт уафэхэми щIылъэми щыIэр зэуэ зейр?" ЖыIэ: "Алыхьращ, абы и щхьэм трилъхьэжащ гущIэгъуныгъэр, къемэт махуэми фызэхуишэсынущ шэч хэмылъу, зи псэхэр хэзгъэкIуэдэжахэми ахэм Iиман къахьынукъым"
(13) Абы ейщ жэщми махуэми псэхуауэ хъуар, Ар Зэхэзыхщ, Щыгъуазэщ
(14) ЖыIэ: "Алыхьым нэгъуэщI зыгуэр уэлийуэ къэсщтэну ара, уафэхэмрэ щIылъэмрэ къэзыгъэщIам? Абы егъашхэр, ауэ Езыр зыми игъашхэкъым". ЖыIэ: "Сэ япэрейуэ зыхуэстыну унафэ къысхуащIащ". ИкIи тхьэ куэдым хуэпщылIхэм ящыщ умыхъу
(15) ЖыIэ: "Си Тхьэм семыдаIуэмэ махуэшхуэм хьэзаб къыстехуэнкIэ сошынэр"
(16) Абым пыIэщIэ ящIар а махуэм Абы гущIэгъу хуищIауэ аращ, аращ ехъулIэныгъэшхуэр
(17) Алыхьым Iей гуэр къыптрилъхьамэ, Езым мыхъумэ зыми птрихыфынукъым. ИкIи фIыуэ зыгуэр къыуитамэ, атIэ Абы сытри хузэфIокIыр
(18) Ар и пщылIхэм ящхьэщытщ, Ар икIи АкъылыфIэщ, Щыгъуазэщ
(19) ЖыIэ: "Хэт и щыхьэтым нэхъ мыхьэнэшхуэ иIэ?" ЖыIэ: "Алыхьыр ди щыхьэтщ сэрэ фэрэ, мы КъурIэнри сэ къысхуехащ , фэри, зынэсыну хъуари Iейм фыщысхъумэну. АтIэ Алыхьым нэгъуэщIу тхьэхэри щыIэу щыхьэт фыхъуу ара?" ЖыIэ: "Сэ щыхьэт сыхъукъым". ЖыIэ: "Ар Тхьэ закъуэщ, икIи а гъусэу фщIыхэм сэ зыкIи сыхэткъым"
(20) Тхылъ зэттахэм ар ящIэр, я бынхэр зэращIэхэм хуэдэу, зи псэхэр хэзгъэкIуэдахэм, абыхэм Iиман къахьынукъым
(21) Алыхьым пцIы тезылъхьэм е и нэщэнэхэр пцIыуэ зыбжым нэхърэ хэт нэхъыбэу залымыгъэ зезыхьэр? ИпэжыпIэкIэ залымыгъэ зезыхьэхэр ехъулIэнукъым
(22) А махуэм псори къызэхуэтшэсыжынухэщ, итIанэ тхьэ куэдым хуэпщылIахэм яжетIэнущ: " Дэнэ щыIэ а гъусэу фиIэхэу вгъэIуахэтэр?"
(23) ИтIанэ абыхэм хей защIыжыну пылъхэу жаIэну къудейр: "Уэлэхьи, ди Тхьэ, дэ тхьэм гъусэ хуэзыщIу дыщытакъым"
(24) Еплъыт абыхэм я щхьэ пцIы зэрытралъхьэжам, ауэ къагупсысауэ хъуахэр яфIэкIуэдыжынущ
(25) Уэ къодаIуэхэри яхэтхэщ , ауэ ягухэм тепIэн теддзащ ар зэхамыщIыкIыфыным папщIэ, я тхьэкIумэхэми зэхамых тщIащ. Нэщэнэу хъуари ялъагъуми, ахэр я фIэщ хъунукъым, аращи уи деж къыщыкIуэхэкIэ къодэуэнхэ щхьэкIэ, джаурхэм жаIэр: "Мыхэр ипэкIэ псэуахэм я псысэ къудейхэщ"
(26) НэгъуэщIхэми поувхэри езыхэми пэжыжьэ защIыр, ауэ я щхьэхэм фIэкIа зыри хагъэкIуадэкъым ари зэхамыщIэурэ
(27) Ахэр плъэгъуатэмэ мафIэм щхьэщытхэу жаIэу: "Уэ бетэмал, дгъэзэжамэ аратэкъэ, ди Тхьэм и нэщэнэхэри пцIыуэ дыбжынутэкъым, Iиман къэзыхьахэм ящыщи дыхъунут"
(28) АтIэ абыхэм ипэкIэ яущэхуу щытахэр къыщIэщынущ, ягъэзэжатэми къыхуамыдахэм иджыр гуэрэм теувэжынухэт, ипэжыпIэкIэ ахэр пцIыупсхэщ
(29) Абыхэм жаIэр иджыри: "Мы дунейм дызэрыпсэу закъуэращ псэуныгъэу щыIэр, икIи дыкъагъэхъужынукъым"
(30) Ахэр плъэгъуамэ аратэкъэ я Тхьэм и пащхьэ итхэу, къаупщIынущ: "Пэжкъэ атIэ мыр?" ЖаIащ: "Пэжщ, ди Тхьэ". ЖиIэнущ: "АтIэ феплъыт хьэзабу фи джаурыгъэм къыфхуихьам"
(31) Алыхьым зэрыхуэзэнухэр пцIыуэ зыбжахэр хэкIуэдахэщ, сыхьэтыр напIэзыпIэу къащыхуэкIуэкIэ жаIэнущ: "ДыхэкIуэда мыгъуэщ апщыгъуэм зыIэщIэдгъэкIахэм щхьэкIэ!" - я хьэлъэхэр я щIыбхэм телъу яхьу. Сытым хуэдэу Iейщэ абыхэм яхьыр!
(32) Мы дунейм и псэуныгъэр джэгурэ щхьэтегъэурэ къудейщ, ахърэт увыIэпIэри нэхъыфIщ тхьэшынагъуэ зыхэлъхэм щхьэкIэ, дауэрэ ар къывгурымыIуэрэ?
(33) ДощIэр дэ абыхэм жаIэхэр уигум зэрыщIыхьэр. Уэ пцIыупсу уабжауэ аракъым - абыхэм Алыхьым и нэщэнэхэр ямыдэу аращ!
(34) Уэ уи япэкIи лIыкIуэхэр пцIыуэ ябжат, ауэ пцIыуэ зэрабжами, гуауэ иращIылIами шэчыныгъэ зыхагъэлъащ, Дэ дэIэпыкъуэгъур яттыху. Алыхьым и псалъэхэр зэзыхъуэкIын щыIэкъым. Уэри къыбнэсащ лIыкIуэхэм я хъыбархэм щыщ
(35) Абыхэм я щIыб къызэрагъазэр къыптехьэлъэмэ, атIэ щIым пхырыкI гъуэгу е уафэм дэзышей пкIэлъей къэгъуэти нэщэнэ къахуэхь. Алыхьыр хуеятэмэ, ахэр псори гъуэгу захуэм тришэнухэт. Аращи щIэныгъэншэхэм ящыщ умыхъу
(36) Зэхэзыххэращ жэуап къэзытыфыр, лIахэр Алыхьым къигъэхъужынущ, итIанэ Абы и деж щызэхуашэсыжынущ
(37) ЖаIащ: "Абы и Тхьэм и деж къикIауэ нэщэнэ къыхуехамэ аратэкъэ". ЖыIэ: "Алыхьым хузэфIэкIынущ нэщэнэ къригъэхыну". Ауэ абыхэм я нэхъыбэм щIэныгъэ яIэркъым
(38) ЩIым тет псэущхьэу хъуари, дамитIкIэ къэзылъэтыхь бзухэри псори фэр хуэдэхэу гупхэщ. Тхыгъэм зыри къэдгъэнакъым идмытхэу, итIанэ я Тхьэм и деж щызэхуашэсыжынущ
(39) Ауэ Ди нэщэнэхэр зи фIэщ мыхъуахэр нэфхэу, дэгухэу кIыфIым хэтхэщ. Алыхьым зыхуейр щегъауэр, зыхуейр гъуэгу захуэм трешэр
(40) ЖыIэ: "КъызжефIэт, Алыхьым и хьэзабыр къыфтехуамэ е сыхьэтыр къэсамэ фи деж, алыхьым нэгъуэщI зыгуэрым фелъэIуну пэжыр жыфIэу щытмэ?"
(41) Хьэуэ атIэ, Аращ фызэлъэIунур. Хуеймэ а фызщIэлъэIур фхуигъэзэщIэнущи гъусэу хуэфщIхэр фщыгъупщэжынущ
(42) Уэ уи япэкIи нэгъуэщI лъэпкъхэм яхуэдгъэкIуат, абыхэм факъырагъэрэ узхэмрэ ятедгъахуэт зыкъытхуагъэцIыкIуным папщIэ
(43) Ди гуауэр къащытехуэкIэ щхьэ замыгъэцIыкIухэрэт абыхэм? АтIэ ягухэр быдэ хъуахэт, шейтIанми ягъахъэхэр яхуигъэдэхат
(44) Абыхэм къыжраIэу щытахэр щащыгъупщэжым, сытми хуэзышэ бжэхэр яхузэIутхат, яттауэ хъуам щыгуфIыкIыхухэкIэрэ, итIанэ нэпIэзыпIэм къэтпхъуэтахэщ, ахэри гуIэгъуэ бзаджэм хэхуахэщ
(45) Залымыгъэ зезыхьа лъэпкъыр я лъапсэм нэсу хэкIуэдащ, Алыхьращ щытхъур зейр, дунейуэ хъуам я Тхьэр
(46) ЖыIэ: "КъызжефIэт, Алыхьым зэхэвмыхыу, икIи фымылъагъуу фищIу фигухэри зэхуищIмэ, сыт хуэдэ тхьэ Алыхьым нэгъуэщIу ахэр къывэзытыжынур?" Еплъыт абыхэм нэщэнэхэр къазэрыгурыдгъаIуэм, итIани я щIыбхэр къагъазэр
(47) ЖыIэ: "КъызжефIэт, Алыхьым и хьэзабыр нэпIэзыпIэм е къызэрынэсар фщIэуэ къыфтехуэмэ, залымыгъэ зезыхьа лъэпкъым нэгъуэщIу хэт хэкIуэдар?"
(48) ЛIыкIуэхэр догъакIуэр зыгъэгуфIэхэу, сакъыныгъэми къыхуезыджэхэу. Iиман къэзыхьауэ фIы зыщIахэм шынагъуэ ялъэгъунукъым, гукъеуи ирагъэлъэгъунукъым
(49) Ауэ Ди нэщэнэхэр пцIыуэ зыбжахэм хьэзабыр ялъэIэсынущ, мыхъумыщIагъэу зэрахьэм къыхэкIыу
(50) ЖыIэ: "Сэ вжесIэкъым Алыхьым и хъумапIэхэр сиIэу, ущэхуари сщIэкъым. ИкIи вжесIэкъым сэ сыпащтыхьу. Сэ къысхуехым сытетщ". ЖыIэ: "Нэфымрэ зи нэхэм ялъагъумрэ зэхуэдэ? Фегупсысынукъэ атIэ?"
(51) АбыкIэ сакъынхэу къыхуеджэ я Тхьэм и деж щызэхуашэсыжыным нэгъуэщI уэлийрэ къыщхьэщыжакIуэрэ ямыIэу щышынэхэр, тхьэшынагъуэ зыхагъэлъынкIэ мэхъур
(52) ЗыкIэромыху я Тхьэм пщэдджыжьми пщыхьэщхьэми къыхуезыджэхэр Абы и Нэгум хущIэкъухэу, уэ зыкIи абыхэм я жэуап пхьыкъым, абыхэми зыкIи уэ уи жэуап яхькъым. Ахэр зыкIэрыпхумэ залымыгъэ зезыхьэхэм ящыщ ухъунщ
(53) Апхуэдэуи зыхэр адрейхэмкIэ дгъэIулахэщ жаIэным щхьэкIэ: "Мыхэра Алыхьым дэ псоми къытхигъэщар и фIыгъуэхэмкIэ?" Алыхьыракъэ нэхъыфIу зыщIэр шыкур зыщIхэр?
(54) Ди нэщэнэхэр зи фIэщ хъуахэр къыщыкIуэкIэ уи деж яжеIэ: "Мамырыгъэр къыфхуэкIуэ, фи Тхьэм и щхьэ тритхэжащ гущIэгъуныгъэр. Зыгуэрым фэ фщыщу имыщIауэ Iей гуэр къыIэщIэщIыхьмэ, итIанэ тобэ къихьыжмэ абы иужь икIи фIым тетмэ, атIэ ар Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ"
(55) Апхуэдэурэ нэщэнэхэр гурыIуэгъуэ дощIыр, гуэныхьыщIэхэм я лъагъуэр къыхэщын щхьэкIэ
(56) ЖыIэ: "Сэ къысхуадэкъым а фэ фызхуэпщылIхэм Алыхьым нэгъуэщIу сыхуэпщылIыну". ЖыIэ: "Сэ фэ фи хуеиныгъэхэм сакIэлъыкIуэкъым, апщыгъуэм сыщыуэнущ, икIи гъуэгу захуэм тетхэм ящыщ сыхъунукъым"
(57) ЖыIэ: "Сэ си Тхьэм и щыхьэтлыкъ нахуэм сытетщ, фэ ар пцIыуэ фыбжащ. Сэ сIэщIэлъкъым а фызхуэпIащIэр, унафэр зэуэ Алыхьым и Iэщ зыIэщIэлъыр, пэжыр къеIуатэ, Аращ зэхэзыгъэкIхэм Iуэхур я нэхъыфIыр"
(58) ЖыIэ: "Сэ сIэщIэлътэмэ а фэ фызхуэпIащIэр, сэрэ фэрэ ди я кум дэлъ Iуэхур зэфIэкIат. Алыхьращ нэхъ щыгъуазэр залымыгъэ зезыхьэхэм"
(59) Абым ущэхуам и IункIыбзэхэр IэщIэлъщ, зыми ищIэкъым ар Абы мыхъумэ. Абы ещIэр щIыми хыми щыIэр. Зы тхьэпи къехуэхкъым Абы имыщIэу, зы хьэдзи щIы фIыцIэм хэлъкъым, зы цIынагъи, зы гъущагъи щыIэкъым Тхылъ ЛъапIэм имыту
(60) Аращ фи псэхэр хэзыгъэкIыр жэщым, махуэми фщIахэм щыгъуазэщ. ИтIанэ абы махуэм фыкъигъэхъужынущ фи ажалыр къэсыху. ИтIанэ Абы и деж фвъэзэжынущ, итIанэ фщIауэ хъуар къыфхуиIуэтэжынущ
(61) Ар и пщылIхэм я Щхьэтетщ, хъумакIуэхэр къыфхуегъакIуэр. Апхуэдэу зыгуэрым фи лIэныгъэр къэсмэ, ди лIыкIуэхэм и псэр хах, икIи абыхэм ирагъэлейкъым
(62) ИтIанэ Алыхьым и деж ирагъэгъэзэж, я КъыщхьэщыжакIуэ дыдэщ. Аракъэ унафэр зейр? Аращ нэхъ псынщIэ дыдэу зылъытэхэр
(63) ЖыIэ: "Хэт фыщызыхъумэнур щIымрэ хымрэ я кIыфIыгъэм Абы фыщелъэIукIэ зывгъэцIыкIуу икIи щэхуу жыфIэурэ: "Мыбым дыкъебгъэлатэмэ шыкур зыщIхэм ящыщ дыхъунут"
(64) ЖыIэ: "Алыхьращ абыи нэгъуэщI гузэвэгъуэхэми фыкъезгъэлынур. ИтIанэ фэ Абы гъусэ хувощIхэр"
(65) ЖыIэ: "Абы хузэфIэкIынущ хьэзаб къыфтригъэхуэну фи щыгумкIи е фи лъакъуэ щIагъымкIи къикIыу, е гупурэ фигуэшу зыр адрейм лей иригъэхыфынущ". Еплъыт абыхэм нэщэнэхэр зэрагурыдгъаIуэр, зэхащIыкIынкIэрэ мэхъу
(66) Уи лъэпкъым ар пцIыуэ ябжащ, ауэ ар пэжщ. ЖыIэ: "Сэ сывихъумакIуэкъым"
(67) Хъыбар къэскIэ уахътэ иIэщ, фэ къэфщIэнущ ар
(68) Ди нэщэнэхэм тепсэлъыхьхэр щыплъагъукIэ уи щIыбыр яхуэгъазэ, нэгъуэщIым тепсэлъыхьыну щIадзэху. Ар шейтIаным пщигъэгъупщамэ, ущымыс залымыгъэ зезыхьэ лъэпкъым и гъусэу къэпщIэжа иужь
(69) Тхьэ шынагъуэ зыхэлъхэм зыкIи абыхэм къатехуэм щыщ яхькъым, ауэ ягу къагъэкIыжын къудейщ, тхьэшынагъуэ яхэлъынкIэ мэхъур
(70) Къэгъанэ зи диныр джэгурэ гушыIэрэ зыщIахэр, ахэр мы дуней щыIэныгъэм дихьэхахэщ. Ауэ ягу къэгъэкIыж абыкIэ псэр кIуэдыныгъэм хуэмыкIуэну къилэжьам щхьэкIэ, Алыхьым нэгъуэщI уэлийрэ къыщхьэщыжакIуэрэ иIэкъым абы, сыткIэ зыкъищэхужыну пымылъами, ар Iахынукъым. Абыхэм къалэжьам кIуэдыныгъэм хуишахэщ, псывэр ефэну яхуэгъэхьэзыращ, хьэзаб гуауэри япэщылъщ, джаурхэу зэрыщытахэм къыхэкIыу
(71) ЖыIэ: "Зи сэбэпи къыдэмыкIуэм, зэрани къыдэзмыхыфым делъэIуну ара Алыхьым нэгъуэщIу? Дгъэзэжыну ара Алыхьым гъуэгу захуэм дытригъэува иужькIэ, шейтIанхэм драгъэхьэхауэ Iэнкун ящIам хуэдэу. Абы иIэщ ныбжьэгъу гъуэгу захуэм къыхураджэу: "КъакIуэ ди дежым!" ЖыIэ: "Алыхьым и гъуэгуращ гъуэгу захуэр, икIи унафэу къытхуащIащ дунейуэ хъуам и Тхьэм дыхуэжыIэщIэну
(72) Нэмэзи фщIыи Абы фыщышынэ, абы и дежщ фыздызэхуашэсыжынур"
(73) Аращ уафэхэмрэ щIылъэмрэ ипэжыпIэкIэ къэзыгъэхъуар, а махуэм Абы жиIэнущ: "Къэхъу". ИкIи къэхъунущ. Абы и псалъэр пэжщ, унафэри IэщIэлъщ бжьамийм щепщэну махуэм, ущэхуари нахуэри ещIэр, Ар АкъылыфIщ, ЗыщIэщ
(74) Ибрахьим и адэ Iазар жриIат: "Мывэхэу фызхуэпщылIхэр тхьэхэу фщтауэ ара? Уэри уи лъэпкъри гъуэщэныгъэшхуэм фыхэтхэу къысщохъу"
(75) Апхуэдэу Ибрахьим едгъэлъэгъуащ уафэхэми щIылъэми я мылъкур фIэщхъуныгъэ быдэ зиIэхэм щыщ хъун папщIэ
(76) Жэщыр къыщытеункIыфIыхьым вагъуэ илъэгъуащ, абы жиIащ: "Мыращ си Тхьэр". Ар щыкъуэхьэжым жиIащ: "ФIыуэ слъагъукъым къуэхьэжхэр"
(77) Мазэри щилъагъум къыкъуэкIыу жиIащ: "Мыращ си Тхьэр". Ар щыкъуэхьэжым жиIащ: "Си Тхьэм гъуэгу захуэм сытримышэмэ гъуэща лъэпкъым ящыщ сыхъунущ"
(78) Дыгъэр къыкъуэкIауэ щилъагъум жиIащ: "Мыращ си Тхьэр, мыр нэхъ инщ". Ар щыкъухьэжым жиIащ: "Уэ си лъэпкъ, фэ фи джаурыгъэм зыкIи си Iуэху хэлъкъым
(79) Сэ пэж дыдэу си нэгур хуэзгъэзащ уафэхэри щIылъэри къэзыгъэщIам, икIи джаурхэм сащыщкъым"
(80) Абы и лъэпкъыр къеныкъуэкъуу щIадзащ, жиIащ:"Алыхьра фыкъызэрызэныкъуэкъур? АтIэ Аращ гъуэгу захуэм сытезгъэувар, икIи парэкIи сыщышынэкъым Абы гъусэу хуэфщIхэм, си Тхьэр зыгуэр хуэмеймэ. Си Тхьэм и щIэныгъэм сытри зэщIеубыдэр, фигу къэвмыгъэкIыжу ара?
(81) Дауэрэ сыщышынэну гъусэу хуэфщIахэм фэ фыщымышынэу Алыхьым зи унафэ къыфхуримыгъэхауэ гъусэ хуэфщIахэм? Сыт хуэдэ гупра а тIум щыщу мамырыгъэр нэхъ зыхуэфащэр, ар фщIэмэ фэ?"
(82) Iиман къэзыхьахэу, я Iиманым залымыгъэ къыхэзмыгъэхьахэр, ахэращ мамырыгъэр зыхуэфащэр, гъуэгу захуэми трашэр ахэращ
(83) Ахэращ ди щыхьэтлыкъхэу Ибрахьим еттахэр и лъэпкъым япигъэувыну, дызыхуейхэм я увыпIэхэр къыдоIэтыр, уи Тхьэр АкъылыфIэщ, ЗыщIэщ
(84) Абы еттащ Исхьэкърэ Екъубрэ, тIури гъуэгу захуэм тедгъэуващ, Нухьи ипэкIэ гъуэгу захуэм тедгъэуващ. Абы и бынхэм щыщщ Дауди, Сулеймани, Iэюби, Юсуфи, Муси, Хьаруни. Апхуэдэщ фIы зыщIэхэм я тыгъэр
(85) Зэкэрии, Яхьяи, Хьиси, Иляси - псори фIым тетхэм щыщхэт
(86) Исмахьили, Ал-Есхьи, ЛутIи - псори къахэдгъэщащ дунейуэ хъуам
(87) Абыхэм я адэжьхэми, я бынхэми, къыдалъхуахэм щыщхэри - Ахэр къыхэтххэри гъуэгу занщIэм тедгъэувахэщ
(88) Аращ Алыхьым и гъуэгур, и пщылIхэм щыщу зыхуейхэр абы трегъэувэр, ауэ гъусэ хуащIмэ, ящIауэ хъуар хэкIуэдэжащ
(89) Ахэращ Тхылъи, унафи, бегъымбарыгъи зэттахэр. Абыхэм ар я фIэщ мыхъуами, нэгъуэщI лъэпкъым я пщэм итлъхьащ ар пцIыуэ ямыбжхэу
(90) Ахэращ Алыхьым гъуэгу захуэм тришар, уэри абыхэм я гъуэгум ирикIуэ. ЖыIэ: "Фэ лэжьапщIэкIэ сыкъывэлъэIукъым, ар дунейуэ хъуам щхьэкIэ гукъэкIыжщ"
(91) Алыхьым зэрыхуэфащэу и лъытэныгъэ хуащIакъым щыжаIатэм: "Алыхьым цIыхухэм щыщу зыми зыри къыхуригъэхакъым". ЖыIэ: "Хэт Мусэ къихьа Тхылъыр къыхуезыгъэхар нэхуу икIи гъуэгу захуэу цIыхухэм щхьэкIэ? Ар тхьэпэхэу вгуэшауэ къывогъэлъагъуэри куэдыр фоущэху. Фэри, фи адэхэми ямыщIар фагъэщIащ атIэ фэ". ЖыIэ: "Алыхьыращ". ИтIанэ къэгъанэ ахэр я щIэныгъэншагъэм хэджэгухьхэу
(92) Мы Тхылъри недгъэхащ берэчэт хэлъу, ипэкIэ къехахэр къигъэпэжу, Iумм Ал-Къурами, абы и хъуреягъкIэ щылъхэми абыкIэ хъыбар ябгъэщIэну. Ахърэтыр зи фIэщ хъухэм ари я фIэщ мэхъур, икIи ахэр я нэмэзым хуосакъхэр
(93) Хэт нэхъ залымыгъэшхуэ зезыхьар Алыхьым пцIы тезылъхьам нэхърэ, е жызыIэм: "Сэри къысхуехащ", - зыри къыхуемыхауэ, е жызыIэм: "Алыхьым къригъэхам хуэдэ сэри къезгъэхынущ" ? Плъэгъуатэмэ арат уэ залымыгъэ зезыхьахэм я псэхэр хэкIхэу мелэIычхэм абыхэм я Iэхэр зэрыхуашийр: "Фи псэхэр къэфт! Нобэ хьэзаб зыгъэпудыр къэвлэжьыжынущ, алыхьым мыпэжыр зэрытефлъхьэтэм папщIэ, икIи и нэщэнэхэм фызэрепэгэкIыу щытам папщIэ"
(94) Ди деж фыкъэкIуэжынущ, фи закъуэу япэрейуэ фыкъызэрыдгъэщIам хуэдэу, фэттауэ щытари зэуэ фи щIыбкIэ къэвгъэнэжынущ . Фи къыщхьэщыжакIуэхэри тлъагъукъым, ахэр фэ гъусэ Алыхьым хуэфщIауэ вгъэIухэтэр. Фи я кум зэпыщIэныгъэр зэпыудащ, вгъэIуауэ щытахэми фыкъагъэнэжащ
(95) Алыхьым зэгуегъэкIыр хьэдзэри кумылэри, псор лIам къыхегъэкI, лIари псом къыхэзыгъэкIщ. Аращ Алыхьыр зэрыщытыр! Сытым хуэдэу фыпэжыжьэ фэ
(96) Аращ нэхур зэкIэщIэзытхъыр, жэщри псэхуныгъэ зыщIар, дыгъэмрэ мазэмри зэрабж зыщIар. Аращ хабзэу игъэувар Лъэщым, ЗыщIэм
(97) Аращ вагъуэхэр фхуэзыщIар, гъуэгур кърифщIэну щIылъэмрэ хымрэ я кIыфIыгъэм и деж. Нэщэнэхэр нахуэ тщIащ, лъэпкъ зыщIэм папщIэ
(98) Аращ зы псэм фыкъыхэзыщIыкIар. ФыздэщыIэни, зыздэфхъумэни фхуищIащ. Нэщэнэхэр нахуэ тщIащ, къызгурыIуэ лъэпкъым папщIэ
(99) Аращ уафэм псы къезыгъэхар, къэкIыгъэу хъуари абымкIэ къыхигъэкIащ. Абыхэм къахэдгъэкIащ удзыфэр, абыми къыхэдгъэкIыжащ зыр зым тес хьэдзэхэр. Палмэхэми къыпидзэхэм лъахъшэу пхъэщхьэмыщхьэ къыхокIыр. Жыг хадэхэри жызум, оливэ, нары зэхуэдэхэмрэ зэхуэмыдэхэмрэ къыздэкIхэр. Феплъыт абыхэм я пхъэщхьэмыщхьэхэр къыщыпидзэкIэ икIи щыхъукIэ, ахэр псори нэщэнэхэщ, Iиман къэзыхьа лъэпкъым папщIэ
(100) Алыхьым гъусэхэу жынхэр хуащIащ, ахэр Езым къигъэхъуауэ, къуэи пхъуи къыхуагупсысащ ящIэ щымыIэу, ЛъапIэщ Ар икIи а къытралъхьэу хъуами теIэтыкIащ
(101) Япэрейуэ уафэхэри щIылъэри зыщIащ Ар, дауэрэ бын зэриIэнур щхьэгъусэ имыIэу? Абы сытри къигъэщIащ, сытри ещIэр Абы
(102) Аращ Алыхьыр - фи Тхьэр, Абы нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым, псори къэзыгъэщIащ, фыхуэпщылI Абы, сытми Ар и уэчылщ
(103) Ар нэхэм къызэщIаубыдэкъым, ауэ Езым къаплъэу хъуари елъагъу, Ар Щабэщ, Щыгъуазэщ
(104) Фи Тхьэм и деж къикIри нэщэнэ нахуэхэр къыфхуэкIуащ. Ахэр зылъэгъуам и шхьэращ зыхуищIар, нэфу къэнам и щхьэ лей ирихащ, сэри сывихъумакIуэкъым
(105) Апхуэдэу нэщэнэхэр зэщымыщу гурыIуэгъуэ дощIыр абыхэм жаIэн щхьэкIэ: "Ухуеджащ", - икIи щIэныгъэ зиIэ лъэпкъым къагурыIуэным папщIэ
(106) Уи Тхьэм къыпхуригъэхам тет, Абы нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым, джаурхэми уи щIыбыр яхуэгъазэ
(107) Алыхьыр хуеятэмэ, ахэр джаур хъунухэтэкъым, икIи уэ абыхэм хъумакIуэу уащхьэщыдгъэувакъым, икIи уэ абыхэм я уэчыл утщIакъым
(108) Алыхьым нэгъуэщI елъэIухэм псалъэ емыкIу зыхэлъ яжевмыIэ, итIанэ абыхэм зэбииныгъэмрэ щIэныгъэншагъэмрэ къыхэкIыу Алыхьым теухуауэ емыкIу жаIэнущ. Апхуэдэу лъэпкъ къэскIэ я лэжьыгъэхэр яхуэдгъэдэхащ, итIанэ я Тхьэм и деж ягъэзэжынущи ящIауэ хъуар къахуиIуэтэжынущ
(109) Алыхьым и цIэкIэ тхьэрыIуэшхуэ яIуат нэщэнэхэр къахуэкIуэмэ ахэр я фIэщ хъуну. ЖыIэ: "Алыхьым и дежщ нэщэнэхэр здэщыIэр. Дэни щыфщIэрэ фэ ахэр къахуэкIуэмэ я фIэщ мыхъуну?"
(110) Абыхэм ягухэмрэ я нэхэмрэ тыдогъэплъыкIыр япэм щыгъуэ Iиман къызэрамыхьам щхьэкIэ, икIи я хабзэншагъэм лъагъуэншэу къаджэдыхьыну къыхыдонэ
(111) Абыхэм мелыIычхэр къахуедгъэхатэмэ, лIахэри къапсэлъатэмэ, щыIэу хъуари я пащхьэ щызэхуэтхьэсатэмэ, къахьынутэкъым Iиман Алыхьыр хуеймэ мыхъу, ауэ абыхэм я нэхъыбэм хащIыкIыркъым
(112) Апхуэдэуи бегъымбар къэскIэ хуэтщIащ бийуэ шейтIан цIыхуи жыни, зыхэм адрейхэр псалъэ дахэкIэ ягъэделэу. Уи Тхьэр хуеятэмэ ар ящIэнутэкъым, аращи къэгъанэ ахэри, абыхэм къагупсысахэри
(113) А псалъэхэм зигу хуэкIуэхэр ахърэтыр зи фIэщ мыхъухэращ, абыхэм хуэарэзынхэм щхьэкIэ, икIи а ягъахъэхэр ягъэхъэным папщIэ
(114) Алыхьым нэгъуэщI унафэщI сыхуеину ара сэ? Аращ Тхылъыр къыфхуезгъэхар зэхэщIыкIауэ. Тхылъыр къызхуедгъэхахэм ящIэр ар я Тхьэм и деж къызэрикIар ипэжыпIэкIэ. Аращи шэч къытезыхьэхэм ящыщ умыхъу
(115) Уи Тхьэм и псалъэр пэж дыдэу икIи захуэу гъэзэщIа хъуащ, абы и псалъэхэр зэзыхъуэкIыфын щыIэкъым, Ар Зэхэзыхщ, ЗыщIэщ
(116) ЩIым тетым я нэхъыбэм уадаIуэмэ Алыхьым и гъуэгум утрагъэгъуэщыкIынущ, ахэр къащыхъу къудейхэращ зыкIэлъыкIуэр, абыхэм зыгуэрхэр къагупсысхэу аращ
(117) Уи Тхьэм нэхъ ещIэр хэт Абы и гъуэгум текIмэ, икIи Ар нэхъ щыгъуазэщ гъуэгу захуэм ирикIуэхэм
(118) Алыхьым и цIэр зытраIуам щыщ фшхы, Абым и нэщэнэхэр фи фIэщ хъуар пэжмэ
(119) Сыт Алыхьым и цIэр зытраIуар щIэвмышхыр, Абы хьэрэм фхуищIахэр къывгуригъэIуа пэт, егъэзыгъуэкIэ фшхын хуей хъуар хэмыту? Куэдым езыхэм я хуеиныгъэхэмкIэ щIэныгъэ лъэпкъ ямыIэу адрейхэр ягъэгъуащэ. ИпэжыпIэкIэ уи Тхьэм нэхъ ещIэр мыхъумыщIагъэ зыщIэхэр
(120) Гуэныхьым и нахуэри ущэхуари къэвгъанэ. Гуэныхь къэзылэжьхэм ящIам къихьар къалэжьыжынущ
(121) Алыхьым и цIэр зытрамыIуар фымышх, ар мыхъумыщIагъэщ. ИпэжыпIэкIэ шейтIанхэм я дэIэпыкъуэгъухэм йоущиехэр, къывэдауэнхэу. Абыхэм фахуэжыIэдаIуэмэ фыджаурщ
(122) ЛIауэ щытауэ къэдгъэхъужу нэху зэттар цIыхухэм яхыхьэну дауэрэ хуэдэну кIыфIым хэту къыхэкIыпIэ зимыIэм? Апхуэдэу джаурхэм яхуэгъэдэхащ ялэжьу щытар
(123) Апхуэдэуи къуажэ къэс тщIащ я нэхъ цIыхушхуэхэм щыщ мыхъумыщIэ зыщIэхэу хьилагъэ абдежым щызэрахьэу, ауэ езыхэм я щхьэхэращ я хьилагъэхэр зытехуэр, ауэ зэхащIэкъым ар
(124) Абыхэм нэщэнэ къащыхуехкIэ жаIэр: "Ар ди фIэщ хъунукъым Алыхьым и лIыкIуэм къыхуехам хуэдэ къытхуемыхыу". Алыхьым нэхъ ещIэр и Тхыгъэр. МыхъумыщIагъэ зыщIахэр ягъэпудынущ Алыхьым и пащхьэ, хьэзаб Iейри къапэщылъщ хьилагъэу зэрахьахэм къыхэкIауэ
(125) Алыхьым гъуэгу захуэм тригъэувэну зыгуэр хуеймэ, абы и гур ислам диным хузэIуех. Зыгуэр игъэгъуэщэну хуеймэ, абы и бгъэр зэщIекъузэри зэщIепIытIэ уафэм дэкIуеим хуэдэу. Апхуэдэу Алыхьым хьэзаб ятрелъхьэр Iиман къэзмыхьахэм
(126) Аращ уи Тхьэм и гъуэгу занщIэр, нэщэнэхэри зэхэщIыкIауэ дгъэунэхуащ, зигу къэзыгъэкIыж лъэпкъым папщIэ
(127) Абыхэм унэ мамырхэр яхуэгъэхьэзыращ я Тхьэм и деж, Езыри абыхэм я уэлийщ ялэжьахэм къыхэкIыу
(128) А махуэм псори зэхуишэсыжынущи: "Уэ жын лъэпкъ, цIыху куэд щывгъэуащ". Абыхэм я уэлий цIыхухэм жаIэнущ: "Ди Тхьэ, дэ тщыщу зыхэм адрейхэр къагъэсэбэпащ, уахътэу тхуэбгъэувами дынэсащ". ЖиIэнущ: "МафIэращ фи псэупIэр, игъащIэкIэ фыкъинэнущ абы Алыхьыр нэгъуэщI хуэмеихукIэ!" ИпэжыпIэкIэ уи Тхьэр АкъылыфIэщ, ЗыщIэщ
(129) Апхуэдэу зы залымхэр адрейхэм я унафэщI дощIыр, къалэжьауэ щытам къыхэкIыу
(130) Уэ, жынхэрэ цIыхухэрэ, лIыкIуэ фэ фщыщу къыфхуэмыкIуауэ ара си нэщэнэхэр къыфхуаIуатэу, мы махуэм фызэрыхуэзэнур къывжаIэу фысакъыну? ЖаIэр: "Ди щхьэхэм щыхьэтлыкъыу дыхуоувыж". Ахэр мы дунейм и щыIэныгъэм дихьэхахэщ, я щхьэхэми щыхьэтлыкъыу хуэхъужахэщ джауру зэрыщытахэм
(131) Апхуэдэу щIэхъур уи Тхьэм къуажэхэр игъэкIуэдкъым залымыгъэкIэ, абыхэм дэсхэм зыри ямыщIэу
(132) Дэтхэнэми ищIам хуэфащэу увыпIэхэр къылъысынущ, уи Тхьэри щымыгъуазэу щыткъым абыхэм ящIахэм
(133) Уи Тхьэри къулейщ, гущIэгъуныгъэ зыхэлъщ, хуеймэ фытрихынущи фи ужьым къигъэкIуэнущ зыхуейр, фэ ипэкIэ щыIа лъэпкъым и бынхэм фыкъызэрыхигъэкIам хуэдэу
(134) Фыкъызэрагъэгугъэр къэсынущ, зыкIи фыкъелынукъым абы
(135) ЖыIэ: "Уэ си лъэпкъ, фызэрыхуейуэ фщIы, сэри сызэрыхуейуэ сщIынущ, къэфщIэнущ итIанэ ахърэт щыIэпIэр зылъысынур. Залымыгъэ зезыхьэхэр ехъулIэнукъым зэикI"
(136) Алыхьым хуагъэфащэр абыхэм къагъэкIа къэкIыгъэхэмрэ былымхэмрэ щыщ Iыхьэ, икIи я гугъэхэм къыхэкIыу жаIэр: "Мыр Алыхьым ейщ, мыр ди гъусэхэм яйщ". Абыхэм я гъусэхэм хуагъэфащэр Алыхьым нэсынукъым, Алыхьым хуэфащэри я гъусэхэм нэсынущ, сыту Iеищэ абыхэм унафэу ящIыр
(137) Апхуэдэуи тхьэ куэдым хуэпщылIхэм я гъусэхэм драгъэхьэхахэщ я сабийхэр яукIыныр, ахэр хагъэкIуэдэным папщIэ, икIи я диныр зэхэгъэкIухьа къащыхъуным папщIэ. Алыхьыр хуеятэмэ, ящIэнутэкъым ар. Къэгъанэ ахэри, абыхэм къагупсысахэри
(138) ЖаIэр я гугъэхэм къыхэкIыу: "Мы былымхэри, гъавэу тесахэри хьэрэмщ. Дэ зыхуэдда закъуэхэращ ар зышх хъунур". Былымхэу зи щIыбхэр хьэрэм ящIаи, былымхэу Алыхьым и цIэр зытрамыIуахэри Алыхьым пцIы тралъхьэурэ. Ар яхурикъунщ абыхэм пцIыуэ тралъхьам щхьэкIэ
(139) ЖаIэр: "Мы былымхэм я ныбэ илъыр ди цIыхухъу къудейхэращ зыхуэфащэр, ди щхьэгъусэхэм папщIэ хьэрэмщ ар". Ауэ ар лIауэ къэхъуамэ, псоми я Iыхьэ хэлъщ. Абыхэм къыхуагупсысахэм щхьэкIэ яхурикъунущ, Ар АкъылыфIэщ, ЗыщIэщ
(140) ХэкIуэдахэщ зи бынхэр зыукIыжахэр я делагъэм къыхэкIыу, щIэныгъэ лъэпкъи ямыIэу. Алыхьым къаритар хьэрэм зыхуащIыжа, Алыхьым пцIы тралъхьэурэ. ТегъуэщыкIахэщ ахэр икIи гъуэгу захуэм ирикIуахэкъым
(141) Аращ къэзыгъэхъуар жыг хадэ лъапсэ зиIэхэмрэ зимыIэхэмрэ, палмэхэр, къэкIыгъэ пхъэщхьэмыщхьэ зэщымыщхэр зыпытхэр, оливкэхэр, нарыхэр зэхуэдэхэу икIи зэхуэмыдэхэу. Абыхэм я пхъэщхьэмыщхьэхэм щыщ фшхы щыхъухэм и деж икIи сэджытыр хэфтыкI щызэхуэфхьэсыж махуэм, ауэ щысхьыншэу фымыгъэкIуэд, Абы щысхьыншэу зыгъэкIуэдхэр фIыуэ илъагъукъым
(142) Былымыми щыщу хьэлъэзешэу къагъэсэбэпхэмрэ къамыгъэсэбэпхэмрэ къигъэхъуащ. Алыхьым къывитам щыщ фшхы, шейтIанми и лъэужьым фимыувэ, ар фи бийишхуэщ
(143) ЗэгъуситIхэурэ иы: мэлхэм щыщу тIу, бжэнхэми щыщу тIу. ЖыIэ: "ХъуитIра хьэрэмыр хьэмэрэ бзитIра? Е бзитIым я ныбэ илъра? КъызжефIэт щIэныгъэм къызэригъэлъагъуэу жыфIэр пэжу щытмэ"
(144) Махъшэхэми щыщу тIу, жэмхэми щыщу тIу. ЖыIэ: "ХъуитIра хьэрэмыр хьэмэрэ бзитIра? Е бзитIым я ныбэ илъра? Е щыхьэту фыщыта ахэр Алыхьым унафэ къыщыфхуищIым щыгъуэ?" Хэт нэхъ залымыр Алыхьым пцIы тезылъхьэм нэхърэ цIыхухэр щIэныгъэншэу щигъэуэн папщIэ? ИпэжыпIэкIэ Алыхьым гъуэгу захуэм тришэкъым залымыгъэ зезыхьэ лъэпкъыр
(145) ЖыIэ: "Сэ къысхуеха шхыныгъуэхэм щыщу хьэрэму щызгъуэт къудейр лIар, лъы къыщIэжыр, кхъуэлыр, ар фIеигъэщ итIани Алыхьым нэгъуэщIу зыгуэрым хуаукIа мыхъуныр. Ауэ езыр хуэмейуэ егъэзыгъэкIэ зышхам иримыгъэлейуэ, атIэ уи Тхьэр Зыгъэгъущ, ГущIэгъу зыхэлъщ
(146) Журтхэм хьэрэм яхуэтщIащ лъэбжьанэ зиIэу хъуар, жэмхэмрэ мэлхэмрэ щыщу, яхуэтщIащ хьэрэм абыхэм я щэр я тхыцIэхэм кIэрылъым, кIуэцIхэм кIэрылъым е къупщхьэхэм хэкIухьам мыхъумэ. Апхуэдэу дахурикъуащ абыхэм я мыхъумыщIагъэхэм къыхэкIыу, икIи Дэращ пэжыр
(147) Уэ пцIыупсу уабжмэ жыIэ: "Фи Тхьэм ГущIэгъуныгъэшхуэ иIэщ, ауэ Абы и бэлыхьым гуэныхь зыщIэ лъэпкъыр зыми щихъумэнукъым"
(148) Алыхьым гъусэ хуэзыщIахэм жаIэнущ: "Алыхьыр хуеятэмэ гъусэ хуэтщIынутэкъым дэри, ди адэжьхэми, икIи зыри хьэрэм тщIынутэкъым". Апхуэдэ къабзэу абыхэм япэкIэ щыIахэми пцIыуэ ябжат Ди бэлыхьыр зэхащIэху. ЖыIэ: "ЩIэныгъэ гуэрэ фиIэу пIэрэ щыгъуазэ дыфщIыну? КъыффIэщIхэм факIэлъыкIуэу аращ фэ, икIи фыпцIыупсхэщ"
(149) ЖыIэ: "Алыхьым щыхьэтлыкъ уи фIэщ зыщIхэр иIэщ. Ар хуеятэмэ, фэ псори гъуэгу захуэм фытришэнут"
(150) ЖыIэ: "Къафшэ фи щыхьэтхэр, Алыхьым ар хьэрэм зэрищIам щыхьэту хуэувынухэр". Ахэр щыхьэт хъуамэ, абыхэм я гъусэу уэ щыхьэт умыхъу, Ди нэщэнэхэр пцIыуэ зыбжахэмрэ ахърэтыр зи фIэщ мыхъухэмрэ я хуеиныгъэхэм укIэлъымыкIуэ уэ, абыхэм я тхьэм нэгъуэщIхэр хуагъадэр
(151) ЖыIэ: "ФыкъакIуэ сыкъыфхуеджэну фи Тхьэм хьэрэм фхуищIахэм: зыри Абы гъусэ хуэвмыщIыну, фи адэ-анэхэм фIыуэ фахущытыну. ТхьэмыщкIагъуэм фыщышынэу фи сабийхэр фымыукI, Дэращ фэри ахэми ерыскъы езытыр. МыхъумыщIагъэ нахуэми ущэхуами пэжыжьэ зыфщI, Алыхьым быукIыну хьэрэм ищIа псэхэри хэвмых абыкIэ хьэкъ фимыIэмэ. Аращ унафэу къыфхуищIахэр, къывгурыIуэнкIэ мэхъу
(152) Ибэм и мылъкуми фыхэмыIэбэ езым нэхърэ зэрынэхъыфIым хуэдэу фIэкIа ар балигъ хъуху. Зэрапщымрэ зэрашэчымрэ тэмэму из фщIы. Псэм хуэмыхьыным нэхърэ нэхъыбэ тетлъхьэкъым. Зыгуэр щыжыфIэкIэ, ар пэжу щывгъэт фи Iыхьлыуэ щытми зытеухуар. Алыхьым евухылIам фытет, аращ унафэу къыфхуищIар, фи гум къэвгъэкIыжынкIэрэ мэхъу
(153) Аращ сэ си гъуэгу захуэр, абы фытет, нэгъуэщI гъуэгухэми фытемыхьэ, ахэм фытрахунущ Абы и гъуэгум. Аращ унафэу къыфхуищIар, тхьэ шынагъуэ фхэлъынкIэ мэхъур"
(154) ИтIанэ Мусэ Тхылъыр еттащ, фIыгъуэм и кIэухыу фIым тетам папщIэ, сытри гъэнэхуауэ иту, гъуэгу захуэм тришэу, гущIэгъуныгъэу, я Тхьэм хуэзэжыну я фIэщ хъункIэ мэхъур
(155) Мы Тхылъри недгъэхащ берычэт куэдыр хэлъу, аращи абы фытет, тхьэшынагъуи зыхэвгъэлъ, гущIэгъуныгъэ къыфхуащIынкIэ мэхъу
(156) ЖывмыIэну фэ: "Тхылъ къызхуехатэр лъэпкъитI ди япэкIэ щыIахэращ, дэ зыри хэтщIыкIтэкъым абыхэм я щIэныгъэхэм"
(157) Е жывмыIэну: "Дэратэмэ Тхылъ къызхуехар, абыхэм нэхърэ нэхъыфIу гъуэгу захуэм дытетынут". АтIэ фи Тхьэм и деж къикIауэ нэщэнэ нахуэри, гъуэгу захуэри, гущIэгъуныгъэри къыфхуэкIуащ. Хэт нэхъ залымыр Алыхьым и нэщэнэхэр пцIыуэ зыбжу зи щIыбыр хуэзыгъэзам нэхърэ? Зи щIыб ди нэщэнэхэм хуэзгъазэхэм хьэзаб нэхъ Iейр ядгъэгъуэтын, я щIыбхэр къызэрагъэзам щхьэкIэ
(158) Ахэр зэжьэр мелыIычхэр къахуэкIуэну, е уи Тхьэр къэкIуэну, е уи Тхьэм и нэщэнэхэм щыщ къэкIуэну ара? Уи Тхьэм и нэщэнэхэм щыщ къащыхуэкIуэ махуэм псэм Iиману къихьыр къыщхьэпэжынукъым, ипэкIэ Iиман къихьауэ щымытамэ е и IиманымкIэ фIыхэр къимылэжьамэ. ЯжеIэ: "Фежьэ фэ, дэри дежьэнщ"
(159) Зи диныр зэтезыгъэкIхэу гуп гупурэ зызгуэшахэм уэ зыкIи уахыхьэкъым, абыхэм я Iуэхур Алыхьым зэхихунущ, итIанэ ящIахэр яхуиIуэтэжынущ
(160) ФIы зыщIам апхуэдипщI игъуэтыжынущ, Iей зыщIами ищIам хуэдэ дыдэ фIэкIа къытехуэнукъым, абыхэм залымыгъэ ирахынукъым
(161) ЖыIэ: "Сэ си Тхьэм гъуэгу захуэм сыхуишащ, дин захуэм, Ибрахьим и диным, Тхьэр гъэзэкIуэным, икIи тхьэм гъусэ хуэзыщIхэм сащыщкъым"
(162) ЖыIэ: "Сэ си нэмэзри, си хуэпщылIынри, си гъащIэри, си лIэныгъэри зейр Алыхьыращ, дунейуэ хъуам я Тхьэм
(163) Абы гъусэ иIэкъым. Аращ сэ унафэу къысхуащIар, икIи сэращ муслъымэнхэм ящыщу япэрейр"
(164) ЖыIэ: "Алыхьым нэгъуэщIу тхьэ сылъыхъуэну ара, Ар щыIэу хъуам я Тхьэуэ?" Псэуэ хъуам я гуэныхьхэр къызхуахьыжыр езыхэм я щхьэхэращ. Зы псэми нэгъуэщIым и хьэлъэр ихьынукъым. ИтIанэ фи Тхьэм и деж вгъэзэжынущи къыфхуиIуэтэнущ фызэрызэтекIахэу щытауэ хъуар
(165) Аращ фэ щIым и тет фызыщIар, фэ фщыщу зыгуэрхэри нэгъуэщIхэм ятриIэтыкIащ, увыпIэхэкIэ фигъэунэхуну къывитахэмкIэ. ИпэжыпIэкIэ уи Тхьэм и тезырыр псынщIэщ, икIи и пэжыпIэкIэ Ар Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ