(1) Iэлиф, лам, ра. Мыр Тхыгъэ нахуэм и Iэятхэщ
(2) Дэ недгъэхащ ар КъурIэну хьэрыпыбзэкIэ, къывгурыIуэн щхьэкIэ
(3) Дэ хъыбархэм я нэхъыфIхэр къыпхудоIуатэр мы КъурIэныр къыпхуедгъэхыурэ, ипэкIэ абы зыри хэзмыщIыкIхэм ящыщу ущытами
(4) Мис Юсуф и адэм жриIащ: "Уэ, си адэ, сэ слъэгъуащ вагъуэу пщыкIуз, дыгъэр, мазэр. Сэ слъэгъуащ абыхэм сэ щIым нэсауэ щхьэщэ къысхуащIауэ"
(5) Абы жиIащ: "Уэ, си къуэ, уи пщIыхьэпIэр уи къуэшхэм яхуомыIуатэ, абыхэм хьилагъэ гуэр къыуамыщIылIэну. ИпэжыпIэкIэ шейтIаныр цIыхум и бий нахуэщ
(6) Уи Тхьэм апхуэдэу укъыхихынущи пщIыхьэпIэхэм я мыхьэнэхэр къэпIуатэу уищIынущ, и фIыгъуэхэри нэгъэсауэ къыуитынущ уэри, Екъуб и лъэпкъми, ипэкIэ ар уи адэжьхэу Ибрэхьимрэ Исхьэкърэ иритауэ зэрыщытам хуэдэу, уи Тхьэр ЗыщIэщ, АкъылыфIщ"
(7) Юсуфрэ абы и къуэшхэмрэ нэщэнэ нахуэу щытахэщ, щIэупщIэхэм щхьэкIэ
(8) Абыхэм жаIащ: "Юсуфрэ и къуэшымрэ ди адэм нэхъыфIу елъагъур, дэ нэхърэ, дэ нэхъыбэ дыхъу пэтрэ. Ди адэр гъуэщэныгъэ нахуэм хэту аращ
(9) Юсуф фыукI е щIыпIэ жыжьэм щывгъэкIуэд, итIанэ фи адэм и нэгур къыфхуигъэзэнщ, иужькIи цIыху дэгъуэ фыхъужынщ"
(10) Абыхэм ящыщ зым жиIащ: "Юсуф фымыукI, атIэ псыкъуиим ивдзэ, фщIэну тевубыдамэ ар. ЗекIуэ къыдэкIауэ блэкI гупхэм ящыщ гуэрым ар къигъуэтынщ"
(11) Абыхэм жаIащ: "Уэ, ди адэ, сыт Юсуф дзыхь къыщIытхуомыщIыр? Дэ абы щхьэкIэ фIы дыхуейуэ аращ
(12) Пщэдей нэгъакIуэ ди гъусэу тхъэну икIи джэгуну, дэ ар тхъумэнщ"
(13) Абы жиIащ: "Ар зэрыздэфшэнум нэщхъей сещIыр, фэ ар фымылъагъуу дыгъужьым ишхыну сытошыныхь"
(14) Абыхэм жаIащ: "Дэ гупышхуэ дыхъуу ар дыгъужьым тфIишхмэ, дэ хэкIуэдахэм дащыщщ итIанэ"
(15) Ар здашэу псыкъуийм ирадзэну щытраубыдэм, Дэ хуедгъэхащ абы: "Шэч хэмылъу абыхэм мы Iуэхур яхуэпIуэтэжынущ, абыхэм укъамыщIэжу уэ"
(16) Ахэр пщыхьэщхьэм къагъэзэжащ я адэм и деж, гъыхэу
(17) ЖаIащ: "Уэ, ди адэ, дыкъызэдэжэу дыщIэпхъуэри Юсуф ди хьэпшыпхэм къыхэднати, ар дыгъужьым ишхащ. Уэ жытIэри уи фIэщ хъунукъым, а жытIэр пэжу щытми"
(18) Абы и джанэри лъы пцIыуэ щыхуауэ къахьыжащ. ЖиIащ абы: "Хьэуэ, фи псэхэм Iуэху мыхъуным фыдрагъэхьэхауэ аращ. Шэчыныгъэр нэхъыфIщ. Алыхьыращ а жыфIам и дэIэпыкъуэгъур"
(19) Гуп зекIуэ къежьар къакIуэри я псыхьыр щагъакIуэм, кхъуэщыныр псыкъуийм иридзэри жиIащ: "ГуфIэгъуэшхуэ! Мыр щIалэ цIыкIущ!" Ар ягъэпщкIуащ ящэжын щхьэкIэ. Алыхьри щыгъуазэщ абыхэм ягъахъэхэм
(20) Ар уасэ пуд дыдэкIэ ящащ (и къуэшхэм) - дирхэм зыбжанэт. Ахэм егъэлеяуэ ягъэпудат ар
(21) Ар къэзыщэхуар Мысырым щыщт, и щхьэгъусэм жриIащ абы: "ФIыуэ хуэщыт мыбы, къытщхьэпэнкIэ мэхъу е быну тщтэжынкIэ мэхъу". Апхуэдэу Юсуф щIым псэупIэ еттри пщIыхьэпIэхэм я мыхьэнэхэр къиIуэтэну едгъэсащ. Алыхьыр хуитщ и Iуэхухэм, ауэ цIыхухэм я нэхъыбэм ящIэркъым
(22) Ар балигъ щыхъум гурыIуэныгъэрэ щIэныгъэрэ еттащ, апхуэдэу фIы зыщIэхэм идотыжыр Дэ
(23) Ар зи унэ щыпсэу бзылъхугъэм здыригъэхьэхыну пылъу бжэхэр зэхуищIри: "КъакIуэ си деж", - жиIащ. Абы жиIащ: "Алыхьым сыщихъумэ! Ар си зиусхьэнщ, псэуныгъэ дахэ къызитащ. Залымыгъэ зезыхьэхэр ехъулIэнукъым"
(24) Ар (бзылъхугъэр) къыдехьэхат абы, езыри дихьэхынут абы, и Тхьэм и нэщэнэхэр имылъэгъуатэмэ. Апхуэдэу Iеймрэ фIеягъэмрэ пэжыжьэ тщIащ абы, ар Ди пщылI хэхахэм щыщщ
(25) Бжэм и дежкIэ задзащ абыхэм, зыр адрейм ипэ ищыну пылъхэу, икIи абы (бзылъхугъэм) Юсуф и джанэр и щIыбкIэ иритхъыхащ. Бжэм Iуту абы и зиусхьэным хуэзахэщ. Абы (бзылъхугъэм) жиIащ: "Уи Iыхьлыхэм Iей ярищIэну хуеям сыт къытехуэр хьэпсэ щIын фIэкIа е хьэзаб гуауэ телъхьэн фIэкIа?"
(26) Абы (Юсуф) жиIащ: "Абы сыздыригъэхьэхыну пылъащ". Бзылъхугъэм и Iыхьлыхэм щыщ щыхьэтлыкъым жиIащ: "Абы и джанэр и гупэкIэ зэфIэтхъамэ, бзылъхугъэм пэжыр жиIащ, езым пцIы иупсащ
(27) Ауэ и джанэр и щIыбымкIэ зэфIэтхъамэ, бзылъхугъэм пцIы иупсащ, езым жиIар пэжщ"
(28) И джанэр и щIыбымкIэ зэфIэтхъауэ щилъагъум, абы (зиусхьэным) жиIащ: "Ар фи хьилагъэхэм щыщщ, ипэжыпIэкIэ фи хьилагъэхэр ин дыдэщ!
(29) Юсуф, зыщыгъэгъупщэж мы Iуэхур! Уэ атIэ (фызыращ зыжриIэр) уи гуэныхьыр къипхуигъэгъуну елъэIу, гъуэщахэм уащыщщ уэ!"
(30) Бзылъхугъэу къалэм дэсхэм жаIэу щIадзащ: "Зиусхьэным и фызым и пщылI щIалэр здригъэхьэхыну пылъщ! Егъэлеяуэ ехъуэпсащ абы, ар гъуэщэныгъэ хуабжьым хэхуауэ къытщохъу"
(31) Абыхэм я хьилагъэр щызэхихым абы (бзылъхугъэм), абыхэм якIэлъигъакIуэри зытрагъащIэу здэщысын къахуигъэхьэзыращ, дэтхэнэ зыми сэ иритри, жриIащ Юсуф: "КъыщIэкI абыхэм я деж". Ар щалъагъум, драIэтеящ егъэлеяуэ, я Iэхэри ябзыжурэ жаIащ: "Алыхьым дыщихъумэ! Мыр цIыхукъым, мыр мелыIыч лъапIэщ"
(32) Абы (бзылъхугъэм) жиIащ: "АтIэ мис мыращ фыкъыщIыстепсэлъыхьар, мыр зыдезгъэхьэхыну сыхуеящ, ауэ идакъым. АтIэ унафэу хуэсщIыр имыгъэзащIэмэ, хьэпсэ ящIынщ, ягъэпудахэми ящыщ хъунщ"
(33) Абы (Юсуф) жиIащ: "Си Тхьэ, хьэпсэр нэхъ сфIэфIщ, абыхэм сызыхураджэм нэхърэ. Абыхэм я хьилагъэхэм сыщомыхъумэмэ, садэIунщи, зыри зымыщIэхэм хуэдэ сыхъунщ"
(34) Абдежым абы и Тхьэм и жэуапыр къэсри я хьилагъэхэм щихъумащ, Ар Зэхэзыхщ, ЗыщIэщ
(35) ИтIанэ абыхэм Юсуф лажьэ зэримыIэр щалъагъум, пIалъэ гуэркIэ хьэпсэм ирагъэтIысхьэну унафэ къахьащ
(36) Абы и гъусэу хьэпсэм щIалитI итIысхьахэщ. Абыхэм щыщ зым жиIащ: "Сэ пщIыхьэпIэкIэ зызолъагъуж, фадэ къыщIэсхуу". Адрейм жиIащ: "Сэ пщIыхьэпIэкIэ зызолъагъуж щIакхъуэ си щхьэм телъу схьыуэ, бзухэр абы еуIухэурэ яшхыу. КъыджеIэкъэ абы къикIыр, уэ фIым тетхэм ящыщу удолъагъур"
(37) Абы яжриIащ: "Ерыскъыуэ къыфхуахьыр къэмыс щIыкIэ вжесIэнщ абы къикIыр. Ар си Тхьэм сигъэщIам щыщщ. Сэ си лъэпкъым и диныр къэзгъэнащ, абыхэм Алыхьыр я фIэщ хъукъым, ахърэтри пцIыуэ ябж
(38) Сэ си адэжьхэу Ибрахьим, Исхьэкъ, Екъуб я диным сытеуващ, дэ Алыхьым зыри гъусэ хуэтщIыну щыткъым. Ар Алыхьым дэри, цIыхуу хъуами къытхуищIа фIыщIэщ, ауэ цIыхум я нэхъыбэм шыкур ящIкъым
(39) Уэ хьэпсэм къыздис си ныбжьэгъухэ, тхьэ зэмыл1эужьыгъуэхэр нэхъыф1 хьэмэ Алыхь Закъуэу Лъэщыра?
(40) Абы нэгъуэщIу фызыхуэпщылIхэр фэрэ, фи адэжьхэмрэ фIэфщыжауэ цIэ къудейхэщ. Алыхьым абы щхьэкIэ къэзыгъэпэжыну зыри къригъэхакъым. Алыхь закъуэращ унафэ къэзыхьыр, Абы унафэ ищIащ, Езым фIэкIа зыми фыхуэмыпщылIыну. Аращ дин захуэр, ауэ цIыхухэм я нэхъыбэм ящIэркъым
(41) Уэ хьэпсэм къыздыщIэс си ныбжьэгъухэ! Фэ фщыщ зым и зиусхьэным фадэ хурикIэурэ иригъэфэнущ, адрейр атIэ пхъэм ираIулIынущи и щхьэр бзухэм яуIунущ. ФызщIэупщIэ Iуэхур зэфIэкIагъыхэщ"
(42) ИтIанэ а тIум язу къелыну къыфIэщIым жриIащ: "Уи зиусхьэным си гугъу хуэщI". Ауэ шейтIаным щигъэгъупщащ зиусхьэным и цIэр хуриIуэну, арати хьэпсэм иджыри илъэс зыбжанэкIэ къинащ
(43) Пщым жиIащ: "ПщIыхьэпIэкIэ солъагъур жэмибл пшэру, ахэр жэм уэдиблым яшхыр. ИтIанэ щхьэмыжибл щхъуантIэу, аргуэруи щхьэмыжибл гъуауэ. Уэ, щIыхь зиIэхэ, си пщIыхьэпIэм къикIыр къызжефIэ, ипэжыпIэкIэ пщIыхьэпIэхэм къикIыр зэрыжыфIэр пэжмэ"
(44) Абыхэм жаIащ: "Ар мыхьэнэншэ пщIыхьэпIэщ! Дэ апхуэдэ пщIыхьэпIэхэм къикIым хэтщIыкIкъым зыри"
(45) Абдежым къелауэ щытам жиIащ, къищIэжри зэман дэкIауэ: "Сэ вжесIэнщ абы къикIыр, сывгъакIуэ къудей"
(46) Юсуф! ЛIы пэж! КъыджеIэ мыбы къикIыр: жэм пшэриблыр жэм уэдиблым яшхыр, итIани щхьэмыж щхъуантIиблрэ, щхьэмыж гъуауи блырэ. ЦIыхухэм я деж згъэзэжынщи, абыхэм ящIэнкIэ мэхъур
(47) Абы жиIащ: "ИлъэсиблкIэ хуабжьу фысэнущ, абым къэфхар щхьэмыжым зэрилъу къэвгъанэ фшхыну тIэкIум фIэкIа къэмынэу
(48) ИтIанэ къэкIуэнущ илъэсибл хьэлъэ, абыхэм вгъэтIылъар яшхыжынущ фхъума тIэкIум фIэкI къэмынэу
(49) ИтIанэ къэкIуэну илъэсым цIыхум уэшх куэду къахуешхынущ, абдежым пхъэщхьэмыщхьэхэм къыщIэкIыпхъэр къыщIахунущ"
(50) Пщым жиIащ: "Къысхуэфшэ ар". ЛIыкIуэр и деж къыщыкIуэм, абы жриIащ: "Уи зиусхьэным и деж гъэзэжи еупщI: "Зи Iэхэр зыбзыжа бзылъхугъэхэм сыт я Iуэхур? ИпэжыпIэкIэ си Тхьэм ещIэр абыхэм я хьилагъэр"
(51) ЯупщIащ: "Сыт жыфIэнур фэ, Юсуф хьилагъэу кIэлъызефхьар зыдевгъэхьэхыну?" Абыхэм жаIащ: "Алыхьым дыкъихъумэ! Зыри Iейуэ дэтлъэгъуакъым абы". Зиусхьэным и фызым жиIащ: "Иджы пэжыр къыщIэкIащ, сэращ ар зыдезгъэхьэхыну и ужьым итар. Ар пэжхэм щыщ атIэ
(52) ИрещIэр абы щэхуу къызэрызмыгъэпцIар, Алыхьым игъакIуэкъым епцIыжакIуэхэм я хьилагъэхэр
(53) Си псэм сыкъыщхьэщыжу аракъым, псэм унафэ Iейхэр къытхуещIыр, си Тхьэм гущIэгъу зыхуищIахэм мыхъумэ. Си Тхьэр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ
(54) Пщым жиIащ: "Къысхуэфшэ ар, си щхьэ щхьэкIэ хэсхынщ". ИтIанэ щепсалъэм жиIащ: "Уэ нобэ щегъэжьауэ щIыпIэ зиIэу, дзыхь зыхуащI ухъуащ"
(55) ЖиIащ: "ЩIым и гъэтIылъыпIэхэм я хъумакIуэу сыгъэув, сэ хъумакIуэ щIэныгъэ сиIэщ"
(56) Апхуэдэу Юсуф щIым здыхуейм щыпсэууэ щIыпIэ еттащ. Ди гущIэгъумкIэ дызыхуейм дылъоIэс, фIы зыщIэхэми я псапэр хэдгъэкIуадэкъым
(57) Ахърэтым и псапэри нэхъыфIщ, Iиман къэзыхьауэ тхьэ шынагъуэ зыхэлъхэм щхьэкIэ
(58) Юсуф и къуэшхэр къакIуэри и дежым щыщIыхьэм, езым ахэр къищIэжат, ауэ абыхэм ар къащIэжакъым
(59) Ахэр зыхуэныкъуэр щигъэхьэзырым яжриIащ: "Фи адэмкIэ фи къуэшри къысхуэфшэ, флъагъукъэ фэ сэ пщалъэр нэгъэсауэ къызэрыслъытэри, къэзылъытэхэм сазэрынэхъыфIри?
(60) Ар къысхуэвмышэмэ атIэ пщалъэкIэ зы пари си деж щывгъуэтыжынукъым, икIи фыкъызэмыкIуалIэ итIанэ"
(61) Абыхэм жаIащ: " Ди адэр къытедгъэнэну дыпылъынщ, ар къиутIыпщыну, дауикI, дгъэзэщIэнщ ар"
(62) Абы (Юсуф) и пщылIхэм яжриIащ: "Абыхэм я хьэпшыпхэр я хьэлъэм хэфлъхьэж, я унагъуэхэм и деж ягъэзэжу ахэр къалъагъумэ, къагъэзэжынкIэ мэхъу"
(63) Я адэм и деж къыщагъэзэжым жаIащ: "Уэ, ди адэ, пщалъэр къыдатыжыну ядэкъым, аращи ди къуэшыр ди гъусэу нэгъакIуэ, рщалъэ къыдатынщ, ар дэ тхъумэнщ"
(64) Абы жиIащ: "Абы и къуэшыр ипэкIэ дзыхь къызэрыфхуэсщIатэм хуэдэу мыри дзыхь къыфхуэсщIыну ара? Алыхьыр зыхъумэхэм я нэхъыфIщ, Ар гущIэгъущIхэм я нэхъ ГущIэгъущIщ"
(65) Я хьэлъэхэр щызэрахыжым я хьэпшыпхэр къыхуралъхьэжауэ къагъуэтыжащ, абыхэм жаIащ: "Уэ, ди адэ, сыт иджыри дызыхуеинур? Мис ди хьэпшыпхэр къыдатыжащ. Ди Iыхьлыхэр зыхуэныкъуэ шхыныр къахуэтхьынщ, ди къуэшри тхъумэнщ, махъшэм и хьэлъэ хуэдизи къыхэдгъэхъуэнщ, а пщалъэр псынщIэщ"
(66) Абы жиIащ: "НэзгъэкIуэнукъым ар фи гъусэу, псалъэ быдэ Алыхьым и цIэкIэ къызэвмыту ар къысхуэфшэжыну фыкъамыухъуреихь къудеймэ!" А псалъэ быдэр щратым яжриIащ: "Алыхьыр и щыхьэтщ дэ жытIам"
(67) ИтIанэ жиIащ: "Уэ, си къуэхэ, псори зы бжэмкIэ фыщIэмыхьэу бжэ зэщымыщхэмкIэ фыщIыхьэ. Алыхьым зыкIи фыщысхъумэфынукъым сэ, Алыхьыращ унафэр псори зыбгъэдэлъыр, Аращ сэ сызыщыгугъыр, Аращ щыгугъхэри псори зыщыгугъын хуейр"
(68) Абыхэм я адэм унафэ къазэрыхуищIам хуэдэу щыщIыхьэхэм, абы зыкIи Алыхьым щихъумэфынухэтэкъым. АтIэ Екъуб и гур иригъэтыншауэ арат, абы щIэныгъэу еттар ищIэт, ауэ цIыхум я нэхъыбэм ящIэркъым
(69) Юсуф и деж щыщIэхьэхэм, абы и къуэшыр зыбгъэдишэри, жриIащ: "Сэ сыуикъуэшщ, уигу хомыгъэгъэщI абыхэм ящIахэм уэ"
(70) Абыхэм я хьэлъэхэр яхуигъэхьэзырыжыну щригъажьэм бжьэр и къуэшым и хьэлъэхэм яхилъхьащ, итIанэ гъуор къэджащ: "Уэ, гуп, фыдыгъуакIуэхэщ фэ!"
(71) Ахэр къэкIуахэтэри щIэупщIахэщ: "Сыт вгъэкIуэдар?"
(72) ЖаIащ: "Пащтыхьым и бжьэр дгъэкIуэдащ, ар къытхуэзыхьыжым махъшэм ихьыфым хуэдиз еттынущ, сэ абыкIэ щыхьэт сохъур"
(73) Абыхэм жаIащ: "Алыхьым и цIэкIэ доIуэр, зэрыфщIэщи, дэ щIым мыхъумыщIагъэ дгъэхъэну дыкъемыжьа, икIи дыдыгъуакIуэхэкъым дэ"
(74) Ахэр щIэупщIахэщ: "Сыт ар зыщIам хуэфащэр фыпцIыупсхэу къыщIэкIмэ?"
(75) Жэуап къатыжащ абыхэм: "Абы хуэфащэр мыращ: зи хьэпшып къыщагъуэтар кIуэдар зейм иратыр, аращ дэ залымыгъэ зезыхьэхэм яхуэфащэр зэрадгъэгъуэтыр"
(76) Абыхэм я хьэлъэхэмкIэ щIидзэри, и къуэшым и хьэлъэм ипэ, итIанэ кърихыжащ бжьэр и къуэшым и хьэлъэхэм хэлъу. Апхуэдэу Юсуф хьилагъэ зэредгъэхьащ. Пащтыхьым и унафэмкIэ и къуэшыр къыхуэщтэнутэкъым, Алыхьыр абы хуэмейтэмэ. Апхуэдэу дызыхуейхэм я увыпIэхэр дыдогъэкIуейр, щIэныгъэ зыбгъэдэлъ къэскIи нэхъыбэж щIэныгъэ зыбгъэдэлъ щхьэщытщ
(77) Абыхэм жаIащ: "Абы къидыгъуамэ, атIэ ипэкIи и къуэшым къидыгъуауэ щытащ". Ар Юсуф игу ириубыдащ, ауэ закъримыгъэлъагъуу жиIащ: "Фэращ нэхъ Iеижыр, Алыхьми нэхъ ещIэр а къэфIуатэхэр"
(78) Абыхэм жаIащ: "Уэ, зиусхьэн, абы иIэщ адэ, и ныбжьыр хэкIуэтауэ, дэ тщыщ зы щтэ абы ипIэкIэ, фIы зыщIэхэм уащыщу долъагъур"
(79) Абы (Юсуф) жиIащ: "Алыхьым дыщихъумэ зи хьэпшыпым дэ дгъэкIуэдар зыхэлъым фIэкIа нэгъуэщI дыубыдыну, итIанэ залымыгъэ зезыхьэ дыхъунущ"
(80) Абы я гугъэр щыхахыжым, лъэныкъуэкIэ кIуэтахэщ, зэчэнджэщын папщIэ. Я нэхъыжьым жиIащ: "ФщIэкъэ фэ фи адэм псалъэ быдэ зэрефтар Алыхьым и цIэкIэ? ИпэкIэ Юсуф ефщIари фщIэжрэ фэ? АтIэ мы щIыпIэм сикIынукъым сэ, си адэм къысхуимыдауэ е Алыхьым унафэ къысхуимыщIауэ, Ар унафэщIхэм я нэхъыфIщ"
(81) Фэ вгъэзэжи фи адэм и деж жефIэ: "Уэ, ди адэ, уи къуэр дыгъуащ, дэ тлъэгъуам фIэкIа жытIэкъым, ущэхуами зыри хэтщIыкIтэкъым
(82) Ухеймэ еупщI къуажэ дыздэщыIам дэсхэмрэ, гуп зекIуэ зи гъусэу дыкъикIыжахэмрэ, дэ пэжщ жытIэр"
(83) Абы (Екъуб) жиIащ: "Хьэуэ, фэ зыгуэрхэр къыфщыхъуауэ аращ, шэчыныгъэр дахэщ. Алыхьым ахэр псори къысхуихьыжынщ, Ар ЗыщIэщ, АкъылыфIэщ"
(84) Абыхэм яхэкIри итIанэ жиIащ: "Уэ сыт гукъеуэ Юсуф щхьэкIэ сиIэр!" Абы и нитIри гукъеуэм къыхэкIауэ хужь хъуахэт, цIыхухэм и гукъеуэр ящигъэпщкIуурэ
(85) Абыхэм жаIащ: "Алыхь тIэ Юсуф и гугъу пщIын щыбгъэтынукъым уэ, сымаджэ урихъуху е утемыкIуэдэхукIэ"
(86) Абы жиIащ: "Сэ си гукъеуэр зэсхьэлIэри, сызыхуэтхьэусыхэри Алыхь закъуэращ. ИкIи Алыхьым фэ фымыщIэхэр сигъэщIащ
(87) Уэ, си бынхэ, фыкIуи Юсуфрэ и къуэшымрэ фащIэупщIэ, Алыхьми фи гугъэр хэвмых. Алыхьым я гугъэр хэзыхыжыр джаурхэращ"
(88) Ахэр щыщIыхьэм абы (Юсуф) и деж, жаIащ: "Уэ, зиусхьэн, дэри, ди Iыхьлыхэми бэлыхь къыттехуащ, хьэпшып мащIэ гуэрхэр къыпхуэтшащи, тэмэму къытхуэшэчи нэхъыби къыдэт факъырэIусу, Алыхьым факъырэIус зытхэм яхуэфащэр яретыжыр"
(89) Абы жиIащ: "ФщIэрэ фэ Юсуфрэ и къуэшымрэ яфщIауэ щытар щIэныгъэншэу фыщыщытам?"
(90) Абыхэм жаIащ: "Уэра атIэ Юсуфыр?" Абы жиIащ: "Сэращ Юсуфыр, мыри си къуэшщ. Алыхьым и нэфI къытщихуащ. Тхьэ шынагъуэрэ шэчыныгъэрэ зыхэзгъэлъахэм, атIэ Алыхьым хигъэкIуадэкъым фIы зыщIэхэм я псапэр"
(91) Абыхэм жаIащ: "Алыхьым и цIэкIэ доIуэ, уэ Алыхьым укъытхиIэтыкIащ, дэ дыгъуэщауэ щытакIэ"
(92) Абы жиIащ: "Нобэ зыми фигъэкъуаншэкъым, Алыхьым къыфхуигъэгъунщ фэ, Ар гущIэгъу зыхэлъхэм я нэхъ ГущIэгъущIщ
(93) Мы си джанэр фщтэи си адэм и нэгум тефпIэ, абы илъагъуу щIидзэжынщ, итIанэ фи Iыхьлыхэр псори къыздэфши си дежым къэвгъэзэж"
(94) Чэруаныр абым къызэрыдэкIыу абыхэм я адэм жиIащ: "ИпэжыпIэкIэ Юсуф и мэр къысщIехьэ сэ, си щхьэр зэIыхьауэ сывмыбжмэ фэ"
(95) Абыхэм жаIащ: "Алыхьым и цIэкIэ доIуэ, уэ уи гъуэщэныгъэ жьым ухэткIэ!"
(96) ХъыбарегъащIэр хъыбарыфIыр къихьауэ къыщысым, абы и нэгум трипIэри илъагъуу щIидзэжащ, абы жиIащ: "ВжесIатэкъэ сэ Алыхьым фэ фымыщIэр сэ зэрызигъэщIар!"
(97) Абыхэм жа1ащ: "Уэ, ди адэ, Алыхьым тхуелъэ1у ди гуэныхьыр тхуигъэгъуну, дэ дыгъуэщауэ щытащ"
(98) ЖиIащ: "Си Тхьэм къыфхуигъэгъуну селъэIунщ, Ар Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ"
(99) Юсуф и деж щыщIыхьэхэм, абы и адэмрэ и анэмрэ зыришэлIащ, икIи яжриIащ: "Мысырым фыкъыдыхьэ, Алыхьым жиIэмэ зыми фыщымышынэу"
(100) Абы и адэмрэ и анэмрэ тахътэ лъагэм дришейри, ахэр псори щхьэщэ хуащIыу я нэгукIэ щIым теIубауэ къэувахэщ. Абы жиIащ: "Уэ, си адэ, мыращ си пщIыхьэпIэу ипэкIэ слъэгъуам къикIтэр, си Тхьэм ар къигъэпэжащ. Сэ си Тхьэм и нэфI къысщихуат, хьэпсэм сыкъыщришыжами, фэри псори къум жыжьэм фыкъысхуришыжри фыкъысхуишэжащ, шейтIаным дызэфIигъэкIуэда иужь сэрэ си къуэшхэмрэ. ИпэжыпIэкIэ си Тхьэр Угъурлыщ зыхуейхэм щхьэкIэ, Ар ЗыщIэщ, АкъылыфIщ
(101) Си Тхьэ, унафэм щыщ къызэптри пщIыхьэпIэхэм къикIыр къэсIуэтэф пщIащ, Уэращ уафэхэмрэ щIылъэмрэ къэзыгъэщIар, Уэращ мы дунейми ахърэтми си Уэчылыр, сымуслъымэну си псэр хэхыжи фIы зыщIэу щытахэм ящыщ сыщI"
(102) Мыр псори ущэхуам щыщ хъыбару уэ къыпхуедгъэхращ, уэ уащIыгъуакъым абыхэм, унафэ къахьауэ хьилагъэр щаублэм
(103) Дауэрэ абы ухущIэмыкъуами, цIыхум я нэхъыбэм Iиман къахьынукъым
(104) Абыхэм пщIэ къаIипхыну уалъэIукъым уэ, ар дунейуэ хъуам ягу къэзыгъэкIыжщ
(105) Уафэхэми щIылъэми дапщэ нэщэнэхэу зыблэкIхэр, я щIыбхэр хуагъазэурэ
(106) Абыхэм я нэхъыбэм Алыхьыр я фIэщ зэрыхъур гъусэ хуащIурэщ
(107) Ахэр щымышынэу ара Алыхьым и хьэзабым щIихъумэнхэу, е сыхьэтыр напIэзыпIэу къатехуэну абыхэм зэхамыщIэу?
(108) ЖыIэ: "Аращ сэ си гъуэгур, сэри си ужьым итхэми Алыхьым къыхудоджэр фIэщхъуныгъэ быдэ диIэу. Алыхьыращ нэхъ Лъагэр , икIи сэ тхьэ куэдым хуэпщылIхэм сащыщкъым"
(109) Уэ уи япэкIи уэхьи зыхуедгъэхауэ къэдгъэкIуахэри цIыхухъухэт, къуажэхэм щыщу. ЩIым щызекIуэхэурэ ямылъэгъуауэ пIэрэ абыхэм ипэкIэ псэуахэм я кIэух хъуар? ИпэжыпIэкIэ ахърэт увыIэпIэр нэхъыфIщ, тхьэшынагъуэ зыхэлъхэм папщIэ, абыхэм къагурымыIуэу ара?
(110) ЛIыкIуэхэм гугъэ хахыжу пцIыуэ къабжауэ къащыщыхъум и деж, Дэ дэIэпыкъуныгъэр къахуедгъэхт, Дэ дызыхуейхэр къедгъэлт икIи Ди бэлыхьыр гуэныхьыщIэ лъэпкъым зыми трихыфынукъым!
(111) Абыхэм я хъыбархэм хэлъщ ущие, акъыл зиIэхэм папщIэ. Ар къэгупсыса таурыхъкъым, атIэ ипэкIэ щыIар къэзыгъэпэжщ, псори нахуэ зыщIщ, захуэм хуэзышэщ, гущIэгъущ, Iиман къэзыхьа лъэпкъым папщIэ