(1) Ӏэлиф, лам, мим
(2) Алыхьыращ, Абы нэгъуэщI Тхьэ щыIэкъым, Псэущ, псори зэтезыIыгъэщ
(3) Тхылъыр къыпхуригъэхащ ипэжыпIэкIэ, абы ипэкIэ щыIар къигъэпэжу, Тэуратымрэ Инджылымри къригъэхащ
(4) ИпэкIэ цIыхухэр гъуэгу захуэм хуишэну Фуркъанри къригъэхащ. Джаурхэу Алыхьым и нэщэнэхэр зи фIэщ мыхъуахэм, хьэзаб гуащIэр яхуэфащэщ, Алыхьыр Лъэщщ, яхуэфащэр языгъэгъуэтщ
(5) Алыхьым зыри щыущэхуа хъукъым щIылъэми уафэхэми
(6) Аращ фыкъэзыгъэхъур лъхуалъэм и кIуэцI, Езыр зэрыхуейм хуэдэу, Абы нэгъуэщI Тхьэ щыIэкъым, Лъэщщ, Iущщ
(7) Абы къыпхуригъэхащ Тхылъыр, Iэят шэч зыхэмылъхэр иту, Тхылъым и купщIэр аращ. Ауэ зигу щыуэхэр зэхьэкIауэ итыращ зи ужь иувэхэр, фитIнэ ящIыну хуейуэ, икIи ар зэрыхуейуэ и мыхьэнэр кърахын щхьэкIэ. Ауэ абы и мыхьэнэр зыми ищIэкъым, Алыхьымрэ щIэныгъэ зиIэхэмрэ мыхъумэ. Абыхэм жаIэр: "Ди фIэщ хъуащ ар, псори ди Тхьэм и деж къикIащ". ИкIи акъыл зиIэ закъуэхэращ зи гум къэкIыжыр
(8) Уэ, ди Тхьэ, дигухэр томыху гъуэгу захуэм дытебгъэува иужь, икIи Уэ уи дежкIэ къикIауэ гущIэгъуныгъэ къытхуэщI, Уэращ Тыгъэ зыщIыр
(9) Уэ, ди Тхьэ, Уэращ цIыхухэр зэхуэзышэсынур шэч зыхэмылъ махуэм, Алыхьым псалъэу итам текIкъым
(10) Джаурхэм я мылъкухэми, я бынхэми зыри къыхуащIэнукъым Алыхьым и пащхьэ, ахэр мафIэм и гъэсынхэщ
(11) Апхуэдэхэт Фирхьэун и лъэпкъэгъухэри, абыхэм япэ щыIахэри. Ди нэщэнэхэр пцIыуэ ябжри, Алыхьым ахэр къиубыдахэщ, гуэныхьу къахьахэм къыхэкIыу, Алыхьым и тезырыр гуащIэщ
(12) ЯжеIэ джаурхэм: "КъыфтекIуэнущи жыхьэнэмэм фыщызэхуашэсыжынущ, сытым хуэдэу гуауэ а щIыпIэр"
(13) Нэщэнэ фхуэхъуащ гупитIыр зэрызэпэщIэувахэр: зы гупыр Алыхьым и гъуэгум тету мэзауэр, адрейхэр джаурхэщ.Я нэхэмкIэ ялъэгъуащ джаурхэр тIукIэ зэрынэхъыбэр. Алыхьыр зыдэIэпыкъур зыхуейращ, абы ущие къыхэзыхынур зылъагъуну зыхузэфIэкIхэращ
(14) ЦIыхум хуэгъэщIэрэщIащ гур зыдихьэххэр: бзылъхугъэ ирехъу, е бын ирехъу, е дыщэрэ дыжьынрэ куэду ирехъу, е шы гъэсахэр ирехъу, е былым ирехъу, е гъавэ ирехъу. Мы гъащIэм и фIыгъуэхэр аращ, ауэ Алыхьым и деж щIыпIэ здэбгъэзэжыныр нэхъыфIщ
(15) ЯжеIэ: "Абы нэхърэ нэхъыфIыр вжесIэн? Тхьэшынагъуэ зыхэлъхэм я Тхьэм и деж ягъуэтынущ жэнэт жыг хадэхэр, псыхэр къыщIэжу, игъащIэкIэ абым къинэнухэщ, щхьэгъусэ къабзэхэри яIэнущ, Алыхьым и арэзыныгъэри яхуэфащэщ, Алыхьым и пщылIхэр елъагъур"
(16) Уэ, ди Тхьэ, ди гуэныхьхэр къытхуэгъэгъуи мафIэм и хьэзабым дыщыхъумэ, - жызыIэхэр
(17) Шэчыныгъэ зыхэлъхэр, пэжыр жызыIэхэр, жыIэдаIуэхэр, я мылъкум щыщ зытхэр, нэхущэм и пэм гъэгъуныгъэм щIэлъэIухэр
(18) Алыхьым щыхьэт къихьащ Абы нэгъуэщI Тхьэ зэрыщымыIэр, мелыIычхэми, щIэныгъэ зиIэхэми къахьащ. Ар захуагъэм тетщ, Абы нэгъуэщI Тхьэ щыIэкъым, Лъэщщ, Iущщ
(19) Алыхьым и пащхьэ дину щытыр Ислъам диныращ. Тхылъ зратахэр зэтекIахэщ, щIэныгъэ къахуеха иужькIэ зэфыгъуэжхэри. Алыхьым и нэщэнэхэр зи фIэщ мыхъуам дежкIэ, Алыхьым и лъытэгъуэр псынщIэу къосыр
(20) Къодауэу щIадзэмэ, яжеIэ: "Сэ си нэгур Алыхьым хуэзгъэтIылъащ, сэ къыскIэлъыкIуахэри аращ". Тхылъ зратахэмрэ, емыджэфхэмрэ яжеIэ: "Фихьа Ислъам диным?" Ислъамыр къащтамэ, гъуэгу захуэм теувахэщ, ауэ я щIыб къагъэзамэ, уэ птелъыр янэбгъэсын къудейращ, Алыхьым елъагъур и пщылIхэр
(21) Алыхьым и нэщэнэхэр зи фIэщ мыхъуахэр, бегъымбархэр зыукIхэр, апхуэдэ хуитыныгъэ ямыIэу, захуагъэм къыхуезыджэ цIыхухэри зыукIхэр гъэгуфIэ хьэзаб гуащIэкIэ
(22) Абыхэм мы дунейми ахърэтми я Iуэхухэр хэкIуэдащ, дэIэпыкъуэгъуи яIэкъым
(23) Плъагъурэ уэ Тхылъ зратахэр Алыхьым и Тхылъым къыхураджэ, яку унафэ ящIыну, итIанэ абыхэм щыщ гупым я щIыбхэр къагъазэри IуокIыжхэр
(24) Апхуэдэу щIыщытыр абыхэм зэрыжаIаращ: "Дэ махуэ бжыгъэ фIэкIа мафIэр къыднэсынукъым", - жаIэу. Езыхэм къагупсысыжам дихьэхахэу аращ
(25) Дауэрэ хъуну ахэр зэхуэтшэсмэ шэч зыхэмылъ махуэм? Псэуэ хъуам къалэжьар ягъуэтыжынущ, зыми залымыгъэ ирахынукъым
(26) ЖыIэ: "Алыхьышхуэу унафэ зыIэщIэлъхэм я унафэщI, узыхуейр унафэщI бощIыр, узыхуейм унафэщIыныр Iыбох, узыхуейр хыбоIэтыкIыр, узыхуейр богъэпуд, Уэ уиIэращ фIыр зыIэщIэлъыр, сытри пхузэфIокIыр
(27) Жэщыр богъэкIыхьыр махуэр пыбдзэурэ, махуэри богъэкIыхьыр жэщым пыбдзэурэ, псор лIам къыхыбогъэкIыр, лIари псом къыхыбогъэкIыр, узыхуейми ерыскъы иботыр гъунэ имыIэу
(28) МыIуминхэм ящтэн хуейкъым джаурхэр дэIэпыкъуэгъухэу, мыIуминхэр къагъанэу. Апхуэдэу зыщIэхэр Алыхьым зыкIи епхахэкъым, зыгуэркIэ ягъэ къакIынкIэ щымышынэхэмэ. Алыхьым Езым фызыщехъумэж, Алыхьым и дежщ гъэзэжыпIэр
(29) ЖыIэ: "Фи гум илъыр фыущэхуами, фыубзыщIами - Алыхьыр абы щыгъуазэщ, уафэхэми, щIылъэми щыIэу хъуами щыгъуазэщ, Алыхьым сытри хузэфIокIыр"
(30) А махуэм псэуэ хъуам ягъуэтынущ фIыуэ ящIар я пащхьэм, Iейуэ ящIари я пащхьэ итынущ, а Iейхэмрэ езырэ я зэхуакур ин дыдэу щытыну гугъэнущ. Алыхьым Езым фызыщехъумэж, Абы и пщылIхэм гущIэгъу яхуещI
(31) ЯжеIэ: "Алыхьыр фIыуэ флъагъуу щытмэ, фыкъыскIэлъыкIуэ, Алыхьми фIыуэ филъагъунщ, фи гуэныхьхэри фхуигъэгъунщ, Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ
(32) ЯжеIэ: "Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ фыхуэжыIэдаIуэ". Ахэм я щIыбхэр къагъазэмэ, атIэ Алыхьым джаурхэр фIыуэ илъагъукъым
(33) Алыхьым къыхиIэтыкIащ Iэдэм, Нухь, Ибрэхьим и бынхэри, Имран и бынхэри дунейуэ хъуам
(34) Зыхэр адрейхэм къатекIащ, Алыхьри Зэхэзыхщ, ЗыщIэщ
(35) Имран и щхьэгъусэм жиIауэ щытащ: "Уэ, си Тхьэ, си ныбэм илъыр Уэ пхуэзгъэфащэну тхьэрыIуэ сощI, аращи къабыл щIы, Уэ Узэхэзыхщ, ЗыщIэщ"
(36) Къыщилъхум жиIащ: "Уэ, си Тхьэ, цIыхубзу къэхъуащ, - Алыхьым нэхъыфIу ещIэр къыхуэхъуар мыцIыхухъуу зэрыцIыхубзыр. - ИкIи цIыхухъур цIыхубзым хуэдэкъым. Абы фIэсщIащ Мэрям, икIи сыкъолъэIур ари, абы и бынхэри шейтIан нэлат зытехуам щыпхъумэну"
(37) Абы и Тхьэм зэрынэхъыфI дыдэм хуэдэу къабыл ищIащ ар, зэрынэхъыфI дыдэм хуэдэуи къигъэхъуащ, Зэкэрийэ иригъэпIыну хуигъэфэщащ. Абы и Тхьэм здыхуэпщылI пэшым Зэкэрийэ щIыхьэху къэскIэ илъагъут ерыскъы. ЖриIащ: "Уэ, Мэрям, дэнэ къипха мыр?" ЖиIащ: "Ар Алыхьым и деж къикIащ, ипэжыпIэкIэ Алыхьым зыхуейм ерыскъы ирет гъунэншэу"
(38) Абдежым Зэкэрийэ и Тхьэм елъэIуащ: "Уэ, си Тхьэ, къызэт Уэ уи деж къикIауэ бын дахэ, Уэ лъэIухэр зэхыбох"
(39) Тхьэм здыхуэпщылI щIыпIэм нэмэз щищIу мелыIычхэр къеджащ: "Алыхьым уегъэгуфIэ ЯхьякIэ, Алыхьым и псалъэр къигъэпэжу, зэтеубыдауэ, бегъымбару нэмыс зыхэлъхэм ящыщыну"
(40) ЖиIащ: "Уэ, Тхьэ, дауэрэ къуэ сиIэну си ныбжьыр хэкIуэтауэ, си щхьэгъусэми бын имыIэфу?" ЖиIащ: "Апхуэдэу Алыхьым зыхуейр ещIэр"
(41) ЖиIащ: "Уэ, си Тхьэ, нэщэнэ схуэщI". ЖиIащ: "Уи нэщэнэу щытынур махуищкIэ цIыхухэм уамыпсалъэу Iэпэтэрмэшу ябгъэлъагъуну ара, уи Тхьэри куэду уигу къэгъэкIыж, пщыхьэщхьэми, пщэдджыжьми и щIыхьыр гъэлъапIэ"
(42) ИкIи мелыIычхэм жраIауэ щытащ Мэрям: "Уэ, Мэрям, Алыхьым укъыхихащ, уигъэкъабзащ, дунейм тету хъуа бзылъхугъэми уакъыхихащ
(43) Уэ, Мэрям, уи Тхьэм хуэжыIэщIэ, уи щхьэр хуэгъэтIылъ, щхьэщэ хуэщI, щхьэщэ хуэзыщIхэм ящIыгъуу"
(44) Ар хъыбар ущэхуахэм щыщу уэ къыпхуедгъэххэращ, икIи ущыIакъым уэ абыхэм я деж я къалэмхэр щадзхэтэм, Мэрям зыпIынур къащIэн папщIэ, икIи ущыIакъым абыхэм я деж щызэдауэхэтэм
(45) МелыIычхэм жраIауэ щытащ Мэрям: "Уэ, Мэрям, Алыхьым уегъэгуфIэр и псалъэу къыпхуригъэхымкIэ, абы и цIэр Мэсихь Хьисэ Мэрям и къуэ, мы дунейми ахърэтми пщIэ иIэнущ, нэхъ пэгъунэгъухэми ящыщ хъунущ
(46) Гущэм хэлъуи, балигъ хъуауи цIыхухэм япсэлъэнущ, нэмыс зыхэлъхэми ящыщщ"
(47) ЖиIащ: "Уэ, Тхьэ, дауэрэ къуэ сиIэну зэи цIыху къызэмыIусауэ?" ЖиIащ: "Апхуэдэу Алыхьым зыхуейр къегъэхъу, унафэ гуэр къихьамэ :"Къэхъу",- жеIэри, къохъур ар
(48) Тхылъри, Тэуратри, Инджылри абы иригъэщIэнущ
(49) Исраил и бынхэм лIыкIуэу яхуигъэкIуэнущ: "Фи Тхьэм и деж къикIыу нэщэнэ къыфхуэсхьри сыкъэкIуащ, ятIагъуэм къыфхухэсщIыкIынущи бзум ещхьу, сепщэнущи, бзу хъунущ, Алыхьым и IэмыркIэ. Нэфри, уз зэрыцIалэ зиIэри згъэхъужынущ, лIари къэзгъэтэджыжынущ, Алыхьым и IэмыркIэ. Фи унэхэм щыфшхри, щывгъэтIылъри вжесIэнущ, ахэр фэ щхьэкIэ нэщэнэхэщ, мыIуминхэу фыщытмэ
(50) Тэуратым иту си япэкIэ къехари къэзгъэпэжынущ, хьэрэм фхуащIахэм щыщ гуэрэхэри хьэлэл фхуэсщIыжынущ, фи Тхьэм и деж къикIауэ нэщэнэ къыфхуэсхьащи, Алыхьым фыщышыни фыкъысхуэжыIэщIэ
(51) Алыхьыр сэри си Тхьэщ, фэри фи Тхьэщ, аращи фыхуэпщылI, аращ гъуэгу захуэр
(52) ИтIанэ Хьисэ абыхэм джаурыгъэр ящыхилъагъуэм жиIащ: "Хэт дэIэпыкъуэгъу схуэхъунур Алыхьым и гъуэгум?" Нэхъ гу къабзэу яхэтхэм жаIащ: "Дэращ Алыхьым дэIэпыкъуэгъу хуэхъунухэр, Алыхьыр ди фIэщ хъуащ, щыхьэт хъу муслъымэн дызэрыхъуам"
(53) Ди Тхьэ, къебгъэхар ди фIэщ хъуащ, лIыкIуэми дыкIэлъыкIуащ, аращи щыхьэту щытынухэм дахэтхэ"
(54) Хьилагъэ зэрахьат абыхэм, ауэ Алыхьыр хьилагъэ зезыхьэу хъуам ящхьэщытщ
(55) Алыхьым жиIащ: "Уэ Хьисэ, сэ уи псэр хэсхынущи, си деж укъыдэсхьеинущ, джаурхэми къыптралъхьэр птезгъэкъэбзыкIыжынущ, уэ уи ужьым итахэри джаурхэм къащхьэщысIэтыкIынущ Къемэт махуэр къэсыху, итIанэ си деж къэвгъэзэжынущи, фи унафэр сщIэнущ, ипэкIэ фызэрызэтекIахэм щхьэкIэ
(56) Джаурхэм хьэзаб гуащIэр ятезгъэхуэнущ мы дунейми ахърэтми, абыхэм дэIэпыкъуэгъуи яIэкъым
(57) Iиман къэзыхьхэу фIыхэр зыщIахэм я псапэр яритыжынущ, Алыхьым фIыуэ илъагъукъым залымыгъэ зезыхьэхэр
(58) Ар Дэ къыпхудоIуатэ нэщэнэхэмрэ гукъэкIыж Iущхэмрэ щыщу
(59) Хьисэ и щапхъэр Iэдэм и щапхъэм хуэдэщ Алыхьым и пащхьэм: щIым къыхищIыкIри: "Къэхъу", - щыжриIэм къэхъуащ
(60) Пэжыр уи Тхьэм и дежщ къыздикIыр, аращи шэч къэзыхьхэм ящыщ умыхъу.
(61) ЩIэныгъэм щыщу къыпхуехам иужь зыгуэр къодауэмэ, жеIэ: "Ди бынхэмрэ фи бынхэмрэ, ди бзылъхугъэхэмрэ фи бзылъхугъэхэмрэ, ди щхьэхэмрэ фи щхьэхэмрэ зэхуэдывгъэшэси, итIанэ девгъэлъэIу Алыхьым и нэлатыр трилъхьэну пцIы зыупсхэм"
(62) Хъыбар пэжхэм щыщщ мыр, икIи Алыхьым нэгъуэщI Тхьэ щыIэкъым, Алыхьыр Лъэщщ, Iущщ
(63) ИтIани я щIыбхэр къагъазэмэ, Алыхьым мыхъумыщIагъэ зыщIэхэр ещIэр
(64) ЖыIэ: "Уэ, Тхылъ зыратахэ, фэри, дэри ди яку дэлъ зы псалъэм фыкъыхуэкIуэ: Алыхьым нэгъуэщI зыми дыхуэмыпщылIыну, Абы зыри гъусэ хуэдмыщIыну, Алыхьым нэгъуэщI фэри, дэри дымыщтэну дызыхуэпщылIыну". Абы иужь я щIыбхэр къагъазэмэ, жыфIэ: "Щыхьэт фыхъу дэ дызэрымуслъымэнхэмкIэ"
(65) Уэ, Тхылъ зратахэ, сыт Ибрэхьим и IуэхукIэ фыщIызэдауэр? Тэуратри, Инджылри абы иужьщ къыщехар, ар къывгурымыIуэу ара?
(66) Мис фэ зыхэфщIыкIымкIэ фызэдэуащ, сыт зыри зыхэвмыщIыкIымкIи фыщIызэдауэр? Алыхьым ещIэр, ауэ фэ фщIэркъым
(67) Ибрэхьим щытакъым журтуи чыристануи, атIэ щытащ Тхьэр зыгъэзакъуэу, муслъымэну, Тхьэм гъусэ хуэзыщIхэми ящыщакъым
(68) Ибрэхьим нэхъ пэгъунэгъухэр абы кIэлъыкIуахэращ, мы бегъымбарри, Iиман къэзыхьахэри. Алыхьыр мыIуминхэм я дэIэпыкъуэгъущ
(69) Тхылъ зратахэм щыщ гупым гугъэ ящIыр фыщагъэуэну, ауэ езыхэм я щхьэхэм фIэкIа зыри щагъауэкъым зэхамыщIэу ар
(70) Уэ Тхылъ зыратахэ, сыт Алыхьым и нэщэнэхэр пц1ыуэ щ1ыжыф1эр, щыхьэту фыщыт пэтрэ
(71) Уэ, Тхылъ зратахэ, сыт пэжыр пцIыуэ къэвгъэлъагъуэну фыщIыпылъыр, фщIэ пэтрэ?
(72) Тхылъ зратахэм щыщ гупым жаIащ: "Iиман къэзыхьахэм къахуехар фи фIэщ фщIы махуэм и пэм, итIанэ фи фIэщ фымыщIыж махуэм и кIэм, къагъэзэжынкIэ мэхъур"
(73) ИкIи фи диным тетхэм фIэкIа зыри фи фIэщ фымыщI". ЯжеIэ: "Захуэр Алыхьым и гъуэгу захуэращ, фэ къыватам хуэдэ зыгуэрым ирату, фи Тхьэм и пащхьэ къывэдауэжынуракъым". ЯжеIэ: "ФIыщIэр Алыхьым и Iэм IэщIэлъщ, зыхуейм ирет, Алыхьыр ЗэщIэзубыдэщ, ЗыщIэщ"
(74) И гущIэгъум къыхэкIыу зыхуейр къыхех, Алыхьыр фIыщIэшхуэ зиIэщ
(75) Тхылъ зратахэм яхэтщ ахъшэ куэд ептамэ пхуихъумэну, ар къозытыжын. Абыхэм яхэтщ зы динар пхуихъумэну ептами, ар къыуимытыжыну и щхьэщыгум уиувэху. Апхуэдэу щIыщытыр ахэм зэрыжаIаращ: "Мы емыджэфхэм щхьэкIэ гуэныхь къыттехуэнукъым". Абыхэм Алыхьым пцIы тралъхьэр ар ящIэурэ
(76) Хьэуэ, зи псалъэ тетыжыращ, тхьэшынагъуи зыхэлъыращ, Алыхьым тхьэшынагъуэ зыхэлъхэр фIыуэ елъагъу
(77) Алыхьым псалъэ быдэу иратахэмрэ, я тхьэрыIуэхэмрэ уасэ пудкIэ зыщэхэм - абыхэм ахърэтым Iыхьэ яIэнукъым, Алыхьри абыхэм япсэлъэнукъым, икIи яплъынукъым Къемэт махуэм, икIи игъэкъэбзэжынухэкъым, абыхэм хьэзаб гуауэр яхуэфащэщ
(78) Абыхэм ящыщ гупым я бзэхэмкIэ Тхылъыр пцIыуэ зэрахъуэкIыну хуейхэщ, фэ ар Тхылъым щыщ къыффэщIын папщIэ, ауэ ар Тхылъым щыщкъым, абыхэм жаIэр: "Мыр Алыхьым и деж къикIащ". Ауэ ар Алыхьым и деж къикIакъым, абыхэм ящIэурэ Алыхьым пцIы тралъхьэр
(79) Алыхьым Тхылъи, щIэныгъи, бегъымбарыгъи зритам екIукъым цIыхухэм итIанэ яжриIэну: "Сэ фыкъысхуэпщылI, Алыхьым фыхуэмыпщылIу". АтIэ фыщыт цIыхухэр Алыхьым хуэзышэхэу, Тхылъым итыр зэрывагъэщIам хуэдэу, фызэреджам хуэдэу
(80) ИкIи унафэ яхуищIынукъым: "МелыIычхэмрэ, бегъымбархэмрэ тхьэхэу фыщтэ", - жиIэу. Муслъымэн фыхъуа иужь джаур фыхъужыну унафэ къыфхуищIыну ара?
(81) Алыхьым псалъэ быдэ яIрихащ бегъымбархэм: "Тхылъым щыщи, щIэныгъи фэста иужь лIыкIуэ къыфхуэкIуэмэ, фэ къыфхуехар къигъэпэжу, ар фи фIэщ хъунущи, фыдэIэпыкъунущ". ЖиIащ: "ФыкъеувалIэу къафщтэрэ Си псалъэ быдэр?" ЖаIащ: "ДоувалIэр". ЖиIащ: "АтIэ щыхьэт фыхъу, Сэри фи гъусэу щыхьэтхэм сыщыщщ"
(82) Абы иужькIэ зи щIыб къэзыгъэзахэр мыхъумыщIагъэ зезыхьэхэращ
(83) Алыхьым и диным нэгъуэщI хуейхэу ара? АтIэ Абы хуэжыIэщIахэщ уафэхэми щIылъэми щыIэу хъуар езыхэр хуейуэ е егъэзыгъэкIэ, Абы и деж ягъэзэжынущ
(84) ЖыIэ: "Алыхьыр ди фIэщ хъуащ, дэ къытхуехари, Ибрэхьими, Исмэхьили, Исхьэкъи, Екъуби, я щIэблэхэми къахуехари, Муси, Хьиси къратари, бегъымбархэми я Тхьэм къаритари ди фIэщ хъуащ, ахэр зэхэдз тщIыкъым, Абы дыхуэжыIэщIэщ"
(85) Ислъам диным нэгъуэщI хущIэкъум къабылу Iрахынукъым, ар ахърэтым хэкIуэдахэм щыщынущ
(86) Даурэ Алыхьым гъуэгу захуэм тригъэхьэну лъэпкъ Iиман къэзыхьу джаур хъужахэр, лIыкIуэри зэрыпэжым щыхьэт хуэхъуахэр, нэщэнэ нахуэхэри къызыхуехахэр? Алыхьым залымыгъэ зезыхьэ лъэпкъыр гъуэгу захуэм тригъэувэкъым
(87) Абыхэм яхуэфащэр Алыхьми, мелыIычхэми, цIыхуу хъуами я нэлатыр къатехуэныращ
(88) ИгъащIэкIэ щытынущ апхуэдэу, абыхэм я хьэзабыр хуагъэпсынщIэнукъым, пIалъи иратынукъым
(89) Тобэ иужькIэ къэзыхьыжхэу, фIыхэр зыщIахэм мыхъумэ, Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ
(90) Iиман къахьа иужь джаур хъуахэм, итIанэ я джаурыгъэр нэхъри хэзыгъэхъуахэм я тобэр къабыл хъунукъым, ахэращ гъуэщахэр
(91) Джаур хъуахэу лIахэр, джаурыгъэм тетхэу - абыхэм щIым щыз дыщэ ятами къабылу Iрахынукъым, абыхэм хьэзаб гуауэр хуагъэхьэзыращ, икIи дэIэпыкъуэгъуи яIэкъым абыхэм
(92) ЩIыхь фиIэнукъым фIыуэ флъагъум щыщ фымыту, икIи сыт фымытами Алыхьыр абы щыгъуазэщ
(93) Исраил и бынхэм щхьэкIэ сытым хуэдэ шхынри хьэлэлу щытащ, езы Исраил хьэрэм зыхуищIыжам мыхъумэ. Тэуратыр къыхуехын ипэкIэ, яжеIэ: "Тэуратыр къэфхьи фыкъеджэ жыфIэр пэжу щытмэ"
(94) Абы иужь Алыхьым пцIы тезылъхьэхэр залымыгъэ зезыхьэхэращ
(95) ЖыIэ: "Алыхьым пэжщ жиIар, Ибрахьим и диным фытехьэ хьэнифу, ар тхьэ куэдхэм яхуэпщылIхэм ящыщакъым"
(96) ИпэжыпIэкIэ япэрейуэ цIыхухэм унэу хуагъэувар Бэккэ щыIэращ, берычэт зыхэлъу, дуней псоми я гъуазэу
(97) Абым нэщэнэ гъуазэу щыIэщ Ибрахьим и лъэкъуапIэхэр, абы щIыхьар шынагъуэншэ мэхъур. Алыхьми хуэфащэр цIыхухэм хьэжы унэм хуащIынуращ, ар зыхузэфIэкIым. Джаур хъуахэмэ, Алыхьыр дунейуэ хъуам нэхърэ нэхъ къулейщ
(98) ЖыIэ: "Уэ Тхылъ къызхуехахэ, сыт Алыхьым и нэщэнэхэр фи фIэщ щIэмыхъур? Алыхьыр фщIэуэ хъуам и щыхьэтщ"
(99) ЖыIэ: "Уэ Тхылъ къызхуехахэ, сыт Алыхьым и гъуэгум теувам Iиман къихьу фыщIыпэувыр? Ар къуаншэ фщIыну фыпылъщ, щыхьэту фыщыт пэтрэ, Алыхьым имыщIэу аракъым фэ вгъахъэхэр"
(100) Уэ Iиман къэзыхьахэ, Тхылъ зыратахэм щыщ гупым фадэIумэ джаур фащIыжынущ, Iиман къэфхьа иужь
(101) Дауэрэ джаур фыхъужыну фэрауэ Алыхьым и Iэятхэм зыхуеджэр, Абы и лIыкIуэри фэ къыфхэту? Быдэу Алыхьым пыщIар гъуэгу захуэм хуэгъэзащ
(102) Уэ Iиман зиIэхэ, Алыхьым фыфIэлIыкI, зэрыхуэфащэм хуэдэу, икIи муслъымэну фIэкI дунейм фемыхыж
(103) Алыхьым и диныр быдэу фIыгъ псоми икIи фызэтемыкI, Алыхьым фIыгъуэу къывитахэри фигу къэвгъэкIыж, зэбийхэу фыщыту фигухэр щызэпищIам, Абы и фIыгъэкIэ зэкъуэш фыхъуахэщ. ИкIи мафIэм и мащэм и гъунэм фыIуту фыкъригъэлащ абы. Апхуэдэу Алыхьым и нэщэнэхэр нахуэ фхуещIыр, гъуэгу захуэм фытеувэнкIэри мэхъур
(104) ИкIи фхрырет гуп фIым къыхураджэхэу, фIы зыхъэлъыр ящIэну хуэзышэхэу, Iейм пэIэщIэ хуэхъунухэу къыхуезыджэхэр, ахэращ ехъулIахэр
(105) ИкIи фыщымыт нэщэнэ нахуэхэр къахуеха иужь зэтекIхэу, зэгуэкIахэм хуэдэу, абыхэм хьэзабышхуэр яхуэгъэхьэзыращ
(106) Нэгухэр хужь е фIыцIэ щыхъу махуэм, атIэ зи нэгу уфIыцIахэр Iиман къэфхьа иужькIэ джаур фыхъужауэ ара? Фи джаурыгъэм къихьа хьэзабыр зэхэфщIэ атIэ
(107) Зи нэгу хужь хъуахэр Алыхьым и гущIэгъум игъащIэкIэ хэтынущ
(108) Мыхэр Алыхьым и Iэятхэу ипэжыпIэкIэ дыкъызыпхуеджахэращ, Алыхьри хуейкъым дунейхэм залымыгъэ ярищIылIэну
(109) Уафэхэми щIылъэми щыIэу хъуар Алыхьым ейщ, икIи Алыхьым и дежщ Iуэхугъуэхэм здагъэзэжыр
(110) ЦIыхухэм къыхэкIауэ гуп нэхъыфI дыдэу фыщытащ, фIым къыхуевджэу, Iейм пэIэщIэ фщIыхэу, Алыхьыр фи фIэщ хъууэ. Тхылъ къызхуехахэми Iиман къахьатэмэ езыхэмкIэ нэхъыфI хъунут, мыIуминхэр яхэтщ абыхэм, ауэ я нэхъыбэр фасикъхэщ
(111) Iейуэ зыри къыващIэфынукъым, я бзэхэмкIэ мыхъумэ, икIи къывэзауэхэмэ я щIыбхэр къыфхуагъэзэнущ, икIи къывэзауэм дэIэпыкъуэгъу хуэхъунухэкъым
(112) Дэнэ щымыIэхэми гъэпудахэу щытынущ ахэр, Алыхьыр къащхьэщымыжмэ, е цIыхухэр къащхьэщымыжмэ, Алыхьыр къахуэгубжьащ иджыр гуэрэм, икIи факъырэ ищIахэщ, апхуэдэу щIэхъуар Алыхьым и нэщэнэхэр пцIыуэ зэрабжам щхьэкIэ, итIанэ бегъымбархэр къуаншагъэкIэ зэраукIахэм щхьэкIэ, апхуэдэу щIэхъуар мыдаIуэхэу гъунэхэм зэребэкъуахэращ
(113) Зэхуэдэкъым ахэр, Тхылъыр зэратахэм яхэтщ гуп захуэ, Алыхьым и Iэятхэм жэщкIэ еджэхэу, щIым я щхьэхэр тралъхьэу
(114) Алыхьри, ахърэт махуэри я фIэщ хъууэ, фIым къыхураджэу, Iейм пэIэщIэ ящIу, фIыгъуэхэм хуэпIащэхэу - ахэращ цIыхуфIхэр
(115) ФIыуэ сыт ямыщIами, ар IэщIыб ищIынукъым, Алыхьым ещIэр тхьэшынагъуэ зыхэлъхэр
(116) Джаурхэм я мылъкухэми, я бынхэми зыри къыхуащIэнукъым Алыхьым и пащхьэ, ахэр мафIэм хэхуэнухэщи игъащIэкIэ абы къыхэнэнухэщ
(117) Абыхэм мы дунейм ягъэкIуэдым и щапхъэр хуэдэщ жьыбгъэ уае къэзыхьым, ар цIыху зи щхьэ залымыгъэ езыхьэлIахэм я хасэхэм теуэри игъэкIуэдащ, абыхэм Алыхьым залымыгъэ ярихьэлIауэ аракъым, атIэ езыхэм я щхьэ залымыгъэ иращIылIащ
(118) Уэ Iиман къэзыхьахэ, дэIэпыкъуэгъу фымыщIхэ фэ фщымыщхэр. Абыхэм зэран къыфхуэхъуну Iэмал къагъанэкъым, фи гугъуехьми щогуфIыкIхэр. Ахэр къыфтеплъэ зэрымыхъур я бзэхэмкIэ къыжаIащ, ауэ ягухэм илъыр нэхъыбэжщ. Нэщэнэхэр фхуэдубзыщIащ, зыгуэр къывгурыIуэу щытмэ
(119) Мис фэ ахэр фIыуэ фолъагъухэр, ауэ езыхэм фIыуэ фыкъалъагъукъым, фэ Тхылъри зэрыщыту фи фIэщ мэхъур. Фэ къыщыфхуэзэхэкIэ: "Iиман къэтхьащ," - жаIэр. Ауэ я закъуэхэу къыщынэхэкIэ, я Iэпхъуамбэ кIапэхэм йодзэгъухэр, фалъагъу зэрымыхъум къыхэкIыу. ЯжеIэ: "Флъагъу мыхъуным филIыкIхэ! Алыхьым ещIэр гухэм илъыр"
(120) ФIы гуэр къывэхъулIамэ, ар ягу къоуэр. Iей гуэрэ къывэхъулIэмэ, абы ирогуфIэхэр. Ауэ шэчыныгъэ зыхэвгъэлъу, тхьэшынагъуэ фиIэмэ, я хьилагъэхэм зыри къыващIэнукъым. Алыхьым ипэжыпIэкIэ абыхэм ящIэхэр и щIэныгъэм зэщIеубыдэр
(121) Пщэдджыжьым уи унагъуэм уакъыхэкIат мыIуминхэм я щIыпIэ здэзэуэнухэр ябгъэлъагъуну, Алыхьри Зэхэзыхщ, ЗыщIэщ
(122) Фэ фщыщ гупитIым ягухэр къэмэщIат, ауэ Алыхьыр абыхэм я Тепщэт, Алыхьми щрегугъхэ мыIуминхэр
(123) Алыхьым фытригъэкIуащ Бэдр зауэм, фыкъарууншэ пэтрэ, аращи Алыхьым фыщышынэ, шыкур хуэфщIын мэхъу
(124) МыIуминхэм яжепIауэ щытащ: "Фхурикъукъэ фэ фи Тхьэм минищ мелыIычу къыфхуигъакIуэмэ дэIэпыкъуэгъуу?"
(125) Аращ, шэчыныгъэрэ тхьэшынагъуэрэ зыхэвгъэлъмэ, иджыпсту дыди къыфтеуэхэмэ, фи Тхьэм къыфхуигъэкIуэнущ дэIэпыкъуэгъуу мелыIыч минитху, къызэрыпщIэн дамыгъэхэр ятелъхэу
(126) Ар Алыхьым къыфхуищIащ фигъэгуфIэну, фигухэри ирипсэхуну, атIэ текIуэныгъэр Алыхь Лъэщуу Iущ закъуэращ къэзытыр
(127) Апхуэдэу джаурхэм щыщ гупыр игъэкIуэдхэу, адрейхэр игъэпуду, яригъэгъэзэжыным щхьэкIэ игъэцIыкIуахэу
(128) Уэ зыри уи IэмыщIэ илъкъым: ахэм яхуигъэгъунуми, бэлыхь ятрилъхьэнуми, ахэращ залымыгъэ зезыхьахэр
(129) Алыхьым IэщIэлъщ уафэхэми, щIылъэми щыIэу хъуар, зыхуейм хуегъэгъур, зыхуейм бэлыхь трелъхьэр, Алыхьыр Зыгъэгъущ, гущIэгъушхуэ зыхэлъщ
(130) Уэ Iиман къэзыхьахэ, рибэр егъэлеяуэ фымышх, Алыхьми фыщышынэ, фехъулIэнкIэ мэхъур
(131) Джаурхэм хуэгъэхьэзыра мафIэми фыщышынэ
(132) Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ фахуэжыIэщIэ, гущIэгъу къыфхуащIынкIэ мэхъур
(133) ФыхуэпIащIэ, фи Тхьэм и гъэгъуныгъэмрэ жэнэтымрэ, уафэхэмрэ щIымрэ хуэдиз зи бгъуагъым, тхьэшынагъуэ зыхэлъхэм хуэгъэхьэзыращ
(134) ГуфIэгъуэми, гугъуехьми хэзытыкIхэр, я губжьыр зэтезыIыгъэфхэр, цIыхухэм яхуэзыгъэгъухэр - Алыхьым фIы зыщIэхэр фIыуэ елъагъу
(135) МыхъумыщIагъэ ящIамэ, е я щхьэ залымыгъэ ирахамэ Алыхьыр ягу къагъэкIыжри, я гуэныхьхэр къахуигъэгъуну йолъэIухэр, Алыхьым нэгъуэщI хэт гуэныхьхэр зыгъэгъур, ящIахэми траубыдэу хущIэкъухэкъым ахэр
(136) Абыхэм псапэу къалъысынущ я Тхьэм и гъэгъуныгъэр, итIани жэнэт жыг хадэхэр, псыежэххэр къыщIэжу, игъащIэкIэ абдежым щыIэнухэщ, лэжьакIуэхэм я псапэр фIыщэщ
(137) Фэ фи япэкIи къэхъуат апхуэдэ, щIым фыщызекIуи феплъ пцIыуэ зыбжахэм къащыщIам
(138) Мыр цIыхухэм гурызыгъаIуэщ, гъуэгу захуэм тезыгъэувэщ, тхьэшынагъуэ зыхэлъхэм папщIэ ущиещ
(139) Зывмыгъэкъарууншэ икIи фымынэщхъей, фэращ пэрытхэр Iиман къэфхьауэ щытмэ
(140) УIэгъэ къывахамэ, езыхэми апхуэдэу уIэгъэхэр ятелъщ, апхуэдэу махуэхэр чэзууэ цIыхухэм яхудогъэкIуэкIыр, Алыхьым ищIэн папщIэ Iиман къэзыхьахэр, икIи шэхидхэр къыфхихын папщIэ, Алыхьым залымыгъэ зезыхьэхэр фIыуэ илъагъукъым
(141) МыIуминхэри игъэкъабзэхэу, джаурхэр тригъэкIуэдыкIын папщIэ
(142) Е жэнэтым ауэ фихьэну фи гугъауэ ара Алыхьым и гъуэгум тетхэу зауэхэмрэ шэчыныгъэ зыхэзыгъэлъхэмрэ фщыщу имылъагъуу?
(143) ЛIэныгъэм фыщIэхъуэпст ипэкIэ фыхуэмызауэ иджыри, атIэ иджы фэ фи нэкIэ къэфлъэгъуащ ар
(144) Мухьэммэд лIыкIуэ къудейщ, абы ипэкIи лIыкIуэхэр къэкIуахэт. Ар лIэмэ е яукIмэ фи щIыбхэр къэвгъэзэну ара? Зи щIыб къэзыгъазэхэм Алыхьым Iей иращIэфынукъым, Алыхьым шыкур хуэзыщIхэм псапэ яритыжынущ
(145) Зы пси хэкIынукъым, Алыхьым и унафэкIэ фIэкIа, и уахътэр къыщысым, мы дунейм и фIыгъуэхэм щIэкъум ахэр еттынущ, ахърэтми и фIыгъуэхэм хущIэкъум абы щыщ еттынущ, шыкур зыщIхэми яхуэфащэр яттынущ
(146) Бегъымбархэм щыщ куэд зэуахэщ, я гъусэхэри ящIыгъуу, загъэкъарууншакъым, Алыхьым и гъуэгу тетхэу къащыщIахэм къыхэкIыу, икIи къарусызи хъуахэкъым, икIи загъэпудакъым, Алыхьми шэчыныгъэ зыхэлъхэр фIыуэ елъагъу
(147) Уэ, ди Тхьэ, ди гуэныхьхэмрэ Iисрафу тщIамрэ ди Iуэхум къытхуэгъэгъу, ди лъэхэр гъэбыди джаур гупым датегъакIуэ, - жаIэхэт, абы нэгъуэщI зыри жамыIэу
(148) Абыхэм Алыхьым мы дунейми и псапэри, ахърэтми и псапэм щыщу нэхъыфIри яритащ, Алыхьым фIы зыщIэхэр фIыуэ елъагъу
(149) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, джаурхэм фахуэжыIэдаIуэмэ, фи щIыбхэр къывагъэгъэзэнущи фыхагъэкIуэдэжынущ иджыр гуэрэм
(150) Алыхьыращ фэ фи дэIэпыкъуэгъур, Аращ дэIэпыкъуэгъуу хъуам я нэхъыфIыр
(151) Джаурхэм ягухэм шынагъуэшхуэ итлъхьэнущ, Алыхьым гъусэ зэрыхуащIам папщIэ, апхуэдэ унафэ яхуимыщIа пэтрэ, абыхэм я гъэзэжыпIэр мафIэщ, икIи залымыгъэ зезыхьэхэм я гъэзэжыпIэр икъукIэ Iейщ
(152) Алыхьым фыкъызэригъэгугъар къигъэпэжащ и унафэкIэ ахэр щызэтевукIэхэм, ауэ фыхэкIуэдащ Iуэхум теухуауэ зэдэуэныр щыщIэвдзэм, икIи фымыдаIуэу щыщIэвдзэм фIыуэ флъагъухэр щывигъэлъагъум. Мы дунейм хущIэкъухэр къыфхэтхэщ, ахърэтми хущIэкъухэр къыфхэтщ. ИтIанэ фиунэхун папщIэ фыщIигъэпхъуахэщ, Алыхьым ипэжыпIэкIэ фхуигъэгъуагъэххэщ, Алыхьым фIыщIэшхуэ яхуещIыр мыIуминхэм
(153) ФыщIэпхъуащ зыр зым фемыплъыжу, лIыкIуэм фыкъыриджэ пэтрэ иужькIэ къэнауэ. Алыхьым нэщхъеигъуэм хуэфащэу нэщхъеигъуэ къыфтрилъхьащ, фIэщIэкIами къыфщыщIами фримынэщхъеину, Алыхьыр щыгъуазэщ фщIэхэм
(154) Нэщхъеягъуэм иужькIэ жеибащхъуэр псэхупIэу къывитащ, фэ фщыщ гуп гуэрэм техьэу, нэгъуэщI гупыр я щхьэхэм щIэгупсысыжхэт, Алыхьым зэрыхуэмыфащэу егупсысхэт, щIэныгъэ зимыIэр зэрегупсысым хуэдэу. ЖаIэр: "Дэ мы Iуэхум зыгуэр тхухэлъу пIэрэ?" ЖыIэ: "Унафэр псори зыбгъэдэлъыр Алыхьыращ". Ягухэм яущэхур уэ уагъэщIэну зыхуэмей гуэрэхэр. ЖаIэр: "Мы Iуэхум дэ зыгуэр тхухэлътэмэ мыбдежым дыщаукIынутэкъым". ЯжеIэ: "Фи унэхэм фыщIэстэми яукIыну зыхуатхахэр къыдэкIынут здаукIыну щIыпIэм. Алыхьым игъэунэхунут фигухэм илъыр, фигухэри игъэкъэбзэнут, Алыхьым ещIэр гухэм илъыр"
(155) ГупитIыр щызэхуэза махуэм къэзыгъэзахэр шейтIаным игъэцIэнтхъуахэу аращ, ящIахэм щыщ гуэрхэм къыхэкIыу, Алыхьым абыхэм яхуигъэгъуащ, Алыхьыр Зыгъэгъущ, Щабэщ
(156) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, джаурхэм хуэдэу фыщымыт, я къуэшхэу щIым ерыскъы щылъыхъуэну е зауэну дэкIхэу лIахэм щхьэкIэ жаIэр абыхэм: "Дэ дигъусахэтэмэ лIэнухэтэкъым икIи яукIынухэтэкъым". Ар Алыхьым яхуищIащ гукъеуэ, Алыхьыращ псэр хэзыхри къэзыгъэхъури, Алыхьым фщIэхэр елъагъур
(157) Алыхьым и гъуэгум фытету фаукIамэ е фи псэр хэкIамэ Алыхьым фхуищI гъэгъуныгъэмрэ гущIэгъумрэ нэхъыфIщ, абыхэм зэхуалъэфэсым нэхърэ
(158) ФылIамэ е фаукIамэ Алыхьым и деж фыкъыщыхъужынущ
(159) Алыхьым и гущIэгъум къыхэкIыу абыхэм уахуэщабэщ, пхъашэу, губыдэу ущытатэмэ зэбгырыкIынухэт укъагъанэу. Аращи яхуэгъэгъу, Алыхьми яхуигъэгъуну яхуелъэIу, Iуэхум теухуауи ячэнджэщ. Зыгуэрым тебубыдамэ Алыхьым щыгугъ, Алыхьым щыгугъхэр фIыуэ елъагъу
(160) Алыхьым фытригъакIуэмэ къыфпэлъэщын щыIэкъым, къыфтригъакIуэмэ хэт Абы нэгъуэщI текIуэныгъэ къывэзытынур? Алыхьым щрегугъ мыIуминхэр
(161) Бегъымбарым хуэмыфащэр хуиткъым къуентхъым щыщу къищтэну, къуентхъым щыщ хуэмыфащэ къэзыщтар къемэт махуэм къэкIуэнущ ар иIыгъыу, итIанэ псэуэ хъуам къалэжьар ягъуэтынущ, абыхэм залымыгъэ ирахынукъым
(162) Алыхьым и арэзыныгъэр къэзылэжьар хуэдэу пIэрэ Алыхьым и губжьыр зытехуам? Жыхьэнэмэр и увыIэпIэщ абы, сытым хуэдэу гуауэ а щIыпIэр!
(163) Абыхэм я увыпIэхэр зэщхьэщокIыр Алыхьым и деж, Алыхьми елъагъур абыхэм ящIэхэр
(164) Алыхьым фIыщIэ яхуищIащ мыIуминхэм, лIыкIуэ езыхэм ящыщу къазэрыхуигъэкIуамкIэ, Iэятхэм къахуеджэу, заригъэгъэкъабзэу, Тхылъымрэ Iущыгъэмрэ яригъащIэу, ипэкIэ щыуэныгъэ хуабжьым хэтахэми
(165) Бэлыхь къыфтехуамэ, тIуащIэу апхуэдэ бэлыхь ятевгъэхуащ абыхэм. "Дэнэ къикIа мыр?" - жыфIащ. ЯжеIэ: "Ар фи псэхэм къыфхуахьыжаращ". Алыхьым сытри хузэфIокIыр.
(166) ГупитIыр щызэхуэза махуэм къывэхъулIар Алыхьым и хуеиныгъэкIэ къэхъуащ, икIи мыIуминхэр къищIэным папщIэ
(167) Мунафикъхэри къищIэн папщIэ. Абыхэм: "ФыкъакIуи Алыхьым и гъуэгум фытету фызауэ е зыфхъумэж", - щыжраIэкIэ, абыхэм къыжраIэжыр: "ЗэуэкIэ тщIэтэмэ фи ужь дитынт". Ахэр а махуэм джаурыгъэм нэхъ пэблагъэт, Iиманым нэхърэ, я бзэхэм жаIэр ягухэм имылъыращ, Алыхьым нэхъыфIу ещIэр абыхэм яущэхур
(168) Ахэращ я ныбжьэгъухэм щхьэкIэ жызыIахэр, езыхэр тIысыжауэ: "Дэ къыдэдэIуахэтэмэ яукIынухэтэкъым". ЯжеIэ: "ЛIэныгъэр зыпыIувгъэкI а жыфIэр пэжмэ"
(169) Алыхьым и гъуэгум тету яукIар лIауэ фымыбж, ахэр псэухэщ, я Тхьэм деж ерыскъы къратыр
(170) Алыхьым къаритам, фIыгъуэхэм щыщу, щогуфIыкIхэр, икIи хуабжьу ирогуфIэхэр я ужь иту къакIуэхэу иджыри я гъусэ мыхъуахэм шынагъуи гукъеуи зэрамылъагъунум
(171) Хуабжьу щогуфIыкIхэр Алыхьым фIыгъуэу къахуигъэфэщамрэ абы нэхърэ нэхъыбэжи къаритам, Алыхьым ипэжыпIэкIэ мыIуминхэм я псапэр хигъэкIуадэкъым
(172) Ахэращ Алыхьымрэ лIыкIуэмрэ къащеджэм жэуап занщIэу къэзытахэр, уIэгъэхэр ятелъ пэтрэ. Абыхэм ящыщу фIы зыщIахэмрэ тхьэшынагъуэ зыхэлъхэмрэ псапэшхуэ яхуэфащэщ
(173) ЦIыхухэм абыхэм жраIат: "ЦIыху гуп къыфхузэхуэсащи фащышынэ". Ауэ абыхэм я Iиманыр нэхъри дригъэкIуеящ, жаIащ: "Алыхьыр тхурокъур дэ, дэIэпыкъуэгъу нэхъыфI дыдэщ Ар"
(174) Къагъэзэжащ ахэм Алыхьым и фIыщIэр къалэжьауэ, зыри Iейуэ къащымыщIауэ, Алыхьыр арэзы зэрыхъуным хущIэкъуахэщ, Алыхьыращ фIыщIэшхуэр зыбгъэдэлъыр
(175) ШейтIаным и къуэдзэхэмкIэ фигъэшынэу аращ, фащымышынэ абыхэм, Сэращ фызыщышынэнур мыIуминхэу фыщытмэ
(176) Уримынэщхъей джаурыгъэм хущIэкъухэм, абыхэм зыри Алыхьым иращIэфынукъым, ахэм ахърэтым зыри къалъимыгъэсынуращ Алыхьыр зыхуейр, хьэзаб гуащIэр абыхэм къапэщылъщ
(177) Джаурыгъэр IиманкIэ къэзыщэхуахэм Алыхьым зыкIи зэран хуэхъунухэкъым, абыхэм хьэзаб гуащIэ къапэщылъщ
(178) Джаурхэм къызыфIырамыгъэщI зызэрыдгъэгувэр ахэмкIэ нэхъыфIу, зыдогъэгувэр, абыхэм я гуэныхьхэр нэхъыбэж хъуным папщIэ, абыхэм хьэзаб зыгъэикIэр къапэщылъщ
(179) Алыхьым мыIуминхэр къигъэнэнутэкъым а фызытетым фытету, дэгъуэмрэ Iеймрэ зэхимыгъэкIауэ, икIи Алыхьым ущэхуар фигъэлъагъуну щыткъым. АтIэ Алыхьым и лIыкIуэхэм щыщ зыхуейр къыхех, аращи Алыхьымрэ и лIыкIуэхэмрэ фи фIэщ фщIы, Iиман къэфхьу тхьэшынагъуэ зыхэвгъэлъмэ псапэшхуэ фхуэфащэщ
(180) Алыхьым фIыгъуэ къаритахэм хуэнэпсейхэр иремыгугъэ ар абыхэм щхьэкIэ фIыуэ, атIэ ар абыхэм щхьэкIэ Iейщ. Нэпсеягъэм къыхэкIыу зэхуалъэфэсар къемэт махуэм я пщэхэм кърашэкIынущ, Алыхьым ейщ уафэхэми щIылъэхэми я щIэиныр, Алыхьыр щыгъуазэщ фщIэхэм
(181) Алыхьым зэхихащ: "Алыхьыр факъырэщ, дэ дыкъулейщ", - жызыIахэм я псалъэхэр. А жаIари ттхынущ, бегъымбархэри зэраукIахэр, апхуэдэ хуитыныгъэ ямыIэ пэтрэ, яжетIэнущ: "Узэхэзысыхь хьэзабым феплъ иджы"
(182) Ар фи IэхэмкIэ къызыхуэфхьыжаращ, алыхьми и пщылIхэм залымыгъэ ярихкъым
(183) Абыхэм жаIащ: "Алыхьым уэсят къытхуищIащ лIыкIуэр ди фIэщ дымыщIыну, мафIэм исыж къурмэн къытхуимыхьауэ". ЯжеIэ: "Си япэкIэ къыфхуэкIуащ лIыкIуэхэр нэщэнэ нахуэхэри, а зи гугъу фщIари къыфхуахьу, сыт атIэ ахэр щIэвукIар а жыфIэр пэжмэ?"
(184) ПцIыуэ уагъэувмэ, атIэ уи япэкIэ лIыкIуэхэри пцIыуэ ягъэуват, нэщэнэхэри, Забурхэри, Тхылъ нэхухэри къахьа пэтрэ
(185) Псэ къэскIэ лIэныгъэр игъэунэхунущ, къемэт махуэми фи псапэхэр вгъуэтыжынущ. МафIэм щахъумэу жэнэтым ягъэкIуар ехъулIащ, мы дунейри уздихьэхыу узыгъэделэщ
(186) Фи мылъкухэмкIи, фи псэхэмкIи фагъэунэхунущ, фи япэкIэ Тхылъ зратахэми, тхьэ куэдым хуэпщылIхэми гуауэу куэд зэхывагъэхынущ, ауэ шэчыныгъэрэ тхьэшынагъуэрэ зыхэвгъэлъмэ, ар Iуэху лIыгъэ къыздэлъагъуэщ
(187) Алыхьым псалъэ быдэ яIрихащ Тхылъ зэритахэм: "Ар цIыхухэм яхуэфIуэтэнущ икIи фыущэхунукъым". Ауэ ар IэщIыб ящIри уасэ мащIэ къыщIахащ, икъукIэ Iейщ абым къащэхуар
(188) КъызыфIомыгъэщI иратам щыгуфIыкIхэр, ямыщIам щхьэкIэ щытхъухэр хуащIыну фIыуэ зылъагъухэр хьэзабым къелыну, абыхэм хьэзаб гуауэ яхуэфащэщ
(189) Алыхьым уафэхэми, щIылъэми я мылъкур IэщIэлъщ, Алыхьым сытри хузэфIокI
(190) Уафэхэри щIылъэри къызэрагъэщIам, жэщри махуэри зэрызэхэкIым нэщэнэхэр хэлъщ, цIыху акъыл зиIэхэм папщIэ
(191) Алыхьыр ягу къэзыгъэкIыжхэм щытхэуи, щысхэуи, я джабэхэми телъхэуи, уафэхэмрэ щIылъэмрэ къызэрыгъэщIам егупсысхэр: "Ди Тхьэ, мыр гъуэщэныгъэкIэ къэбгъэхъуакъым, Уэращ щIыхьыр зейр, мафIэм и хьэзабым дыщыхъумэ"
(192) Ди Тхьэ, мафIэм хэбгъыхьар бгъэпудащ, залымыгъэ зезыхьэхэм дэIэпыкъуэгъу яIэкъым
(193) Ди Тхьэ, зэхэтхри гъор къаджэу: "Фи Тхьэр фи фIэщ фщIы", - Iиман къэтхьащ. Ди Тхьэ, ди гуэныхьхэр къытхуэгъэгъу, мыхъумыщIагъэхэри ттехыж, цIыхуфIхэми я гъусэу ди псэхэр хэгъэкI
(194) Ди Тхьэ, уи лIыкIуэхэм къытхуахьу дыкъызэрыбгъэгугъари къыдэт, къемэт махуэми домыгъэцIыкIу, Уэ псалъэу птахэм уепцIыжкъым"
(195) Я Тхьэми жэуап яритыжащ: "ЦIыхухъуи, цIыхубзи фэ фщыщу зыгуэр зылэжьам и псапэр хэзгъэкIуэдэнукъым, зыр зым фыкъыхэкIащ. Алыхьым и цIэкIэ куэшыжахэри я унэхэм къыщIахухэу, Си гъуэгум тетхэу гуауэ зрагъэлъэгъуахэри, зауахэри, яукIахэри - я гуэныхьхэр яхуэзгъэгъунущи жэнэтым изгъэхьэнухэщ, абы псыежэххэр къыщIэжу, Алыхьым къыбгъэдэкIа псапэу, Алыхьым и дежщ псапэ нэхъыфIыщэр здэщыIэр"
(196) Джаурхэм щIым хуитыныгъэу яIэм уремыгъэделэ
(197) ФIыгъуэ мащIэщ, итIанэ я къэувыIэпIэр жыхьэнэмэщ, сытым хуэдэу Iей а щIыпIэр
(198) Ауэ я Тхьэм щышынахэр жэнэт хадэхэм, псыежэххэр къыщIэжу, игъащIэкIэ щыпсэунухэщ, Алыхьым яхуигъэхьэзыращ ар, Алыхьым и деж щыIэри нэхъыфIщ, цIыхуфIхэм папщIэ
(199) Тхылъ зратахэм яхэтщ ипэжыпIэкIэ Алыхьри, къахуехари зи фIэщ хъухэр, Алыхьым щышынэхэр, Алыхьым и Iэятхэр уасэ мащIэкIэ зымыщэхэр, абыхэм я псапэр я Тхьэм и дежщ, Алыхьым и лъытэныр псынщIэщ
(200) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, шэчыныгъэ зыхэвгъэлъ, шэчыныгъэр вгъэбагъуэ, гъунэхэри фхъумэ, Алыхьми фыщышынэ, фехъулIэнкIэ мэхъур