47 - Muhammad ()

|

(1) Я Iуэхухэр хигъэкIуэдащ джаурхэу нэгъуэщIхэри Алыхьым и гъуэгу захуэм тезыхуу щытахэм.

(2) Iейуэ ящIахэри яхуигъэгъуащ икIи я Iуэхухэр зэтригъэуващ Iиман къэзыхьахэм, фIыхэр зыщIахэм, Мухьэммэд къыхуехари зи фIэщ хъуахэм, атIэ ар пэжщ, я Тхьэм и деж къикIауэ.

(3) Апхуэдэу щIыщытыр джаурхэр пцIым зэрыкIэлъыкIуам щхьэкIэ, Iиман къэзыхьахэр атIэ пэж дыдэу я Тхьэм и деж къикIам кIэлъыкIуахэщ. Апхуэдэу Алыхьым я щапхъэхэр къахуехьыр цIыхухэм.

(4) Джаурхэм фапэщIэувамэ пывуд я щхьэхэр, ахэр хэвгъэщIахэмэ, Iэхъулъэхъухэр вгъэбыдэхэ. Абы иужькIэ фыхуеймэ гущIэгъу яхуэфщI, фыхуеймэ зыкъавгъэщэхуж, зауэр ужьыхыжыху. Аращ! Алыхьыр хуеямэ, Езыр яхурикъунут абыхэм, ауэ фэ фегъэунэхухэри аращ зыхэр адрейхэмкIэ. Алыхьым и цIэкIэ зауэхэу яукIахэм я Iуэхухэр зэи хигъэкIуэдэнукъым.

(5) Ахэр гъуэгу захуэм тригъэувахэщ, я Iуэхухэри зэтригъэувэжахэщ.

(6) Ахэр яригъэщIа Жэнэтым иришэнухэщ.

(7) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, Алыхьым дэIэпыкъуэгъу фыхуэхъумэ, Езыри къывдэIэпыкъунущ икIи фи лъэхэр игъэбыдэнущ.

(8) Унэхъуахэщ джаурхэр! Абыхэм я Iуэхухэри хигъэкIуэдэжащ.

(9) Апхуэдэу щIэхъуар абыхэм Алыхьым къригъэхар яфIэмыфI зэрыхъуаращ, я Iуэхухэри хигъэкIуэдащ.

(10) Ахэр щIым ирикIуэу ямылъэгъуауэ ара абыхэм япэ псэуахэм я кIэух хъуам? Алыхьым зэтрикъутахэщ, джаурхэми аращ къапэщылъыр.

(11) Апхуэдэу щIыщытыр Алыхьыр Iиман къэзыхьахэм я Тепщэщи аращ, джаурхэм атIэ яIэкъым тепщэ.

(12) Алыхьым Iиман къэзыхьуауэ фIы зыщIахэр иригъэхьэнущ Жэнэт жыг хадэхэм, псы ежэххэр къыщIэжу. Джаурхэм атIэ загъатхъэр икIи машхэхэр былымыр зэрышхэм хуэдэу, атIэ я екIуэлIэжыпIэр МафIэщ.

(13) Дапщэ къуажэу дгъэкIуэдар Дэ уэ уи къуажэу, укъыдэзыхуам нэхърэ нэхъ къарууфIэу? ЯIэкъым абыхэм дэIэпыкъуэгъу.

(14) И Тхьэм и щыхьэт нахуэм тетыр хуэдэу ара и Iуэху Iейхэр зыхуэгъэщIэрэщIауэ я хуеиныгъэхэм кIэлъыкIуэхэм?

(15) Тхьэшынагъуэ зыхэлъхэр къызэригъэгугъа Жэнэтым и теплъэр мыпхуэдэщ: абдежым щожэхыр псы ежэххэр, я псым зимыхъуэжу, щожэхыр шэ зэрыт псыхэр, абы и IэфIым зимыхъуэжу, щожэхыр фадэ псыхэр IэфIхэу ефэхэм щхьэкIэ, фо къэбзащэ зэрыт псыежэххэри; абыхэм яхуэгъэхьэзыращ дэтхэнэ пхъэщхьэмыщхьэхэри, я Тхьэм и гъэгъуныгъэри. Ахэр хуэдэу ара мафIэм игъащIэкIэ къыхэнэнум, псывэ я кIэтIийхэр зэпкърызытхъым ирагъафэхэм?

(16) Абыхэм яхэтщ уэ къодэIухэри, итIанэ къыщыщIэкIыжхэкIэ уи дежым жраIэ щIэныгъэ зритахэм: "Сыт абы иджыпсту жиIар?" Ахэращ Алыхьым зигухэм мыхъур тригъэувахэр, я хуеиныгъэхэм кIэлъыкIуахэр.

(17) Гъуэгу захуэм ирикIуэхэм Абы яхухегъахъуэр гъуэгу захуэм зэрырикIуэн лъэкIыныгъэр, абыхэм тхьэшынагъуэ яретыр.

(18) Ахэр зыгуэр ежьэу ара, Сыхьэтыр напIэзыпIэу къанэсыным фIэкIа? Абы и сэфэтхэр къэсагъэххэщ. Ар къыщыскIэ ягу къагъэкIыжыфыну ара абыхэм?

(19) ЗэгъащIэ Алыхьым нэгъуэщI тхьэ зэрыщымыIэр, уи гуэныхьхэри, Iиман къэзыхьа хъулъхугъэхэми, бзылъхугъэхэми яхуигъэгъуну елъэIу, Алыхьым ещIэр фызэрызекIуэхэри, фыздекIуэлIэжынури.

(20) Iиман къэзыхьахэм жаIэнут: "Сурэ къехатэмэ аракъэ (зауэм теухуауэ)". АтIэ сурэ гурыIуэгъуэр къыщехым абдежым зауэм и гугъу ищIауэ, плъагъунущ зигу уз илъхэр къызэроплъыр, лIэным ипэ зэхэщIыкIыр зыфIэкIуэдахэм хуэдэу. Абыхэм щхьэкIэ нэхъыфIщ

(21) жыIэдаIуэхэу псалъэ екIур жаIэмэ. Iуэхур зэфIэкIа иужь ахэр Алыхьым хуэпэжхэмэ нэхъыфIщ, езыхэм щхьэкIэ.

(22) Фэ унафэр къыфIэщIыхьэмэ щIым фэсэд зевгъэубгъункIэ мэхъур, Iыхьлыхэми факIэлъымыкIуэжынкIэ мэхъур.

(23) Апхуэдэхэм Алыхьым нэлат ятрилъхьащ, дэгу ищIахэщ, я нэхэри нэф ищIахэщ.

(24) Ахэр КъурIэным емыгупсысхэу ара? Е ягухэр IункIыбзэкIэ етауэ ара?

(25) Гъуэгу захуэр нахуэ яхуэхъуа иужь зи щIыбхэр къэзыгъазэу икIуэтыжахэр шейтIаным игъэхъуэпсауэ аращ икIи гъащIэ кIыхь яIэну игъэгугъауэ аращ.

(26) Апхуэдэу щIэхъуар абыхэм жраIати аращ Алыхьым къригъэхар зыфIэмыфIхэм: "Iуэху гуэрэхэмкIэ фэ дыфхуэжыIэщIэнущ". Алыхьым ещIэр абыхэм яущэхур.

(27) МелыIычхэм абыхэм я псэхэр щыхахкIэ я нэгухэми, я щIыбхэми еуэхэурэ, дауэ хъунухэ ахэр?

(28) Ар къалэжьащ Алыхьым и губжьыр къэзыхьым зэрытеувахэм щхьэкIэ, Ар зыхуэарэзыр ялъагъу зэрымыхъум щхьэкIэ. ХигъэкIуэдащ абыхэм я Iуэхухэр.

(29) Зигу уз илъхэм ягугъауэ ара Алыхьым къимыгъэлъагъуэну абыхэм я бзаджагъэр?

(30) Дэ дыхуеймэ, ахэр псори уэдгъэлъагъунухэщи къэпщIэнхэщ я сыфэтхэмкIэ. Ауэ уэ къэпщIэнущ ахэр я псалъэм къыхэхуэ щыуагъэхэмкIэ. Алыхьым ещIэр фи Iуэхухэр.

(31) Дэ фыдгъэунэхунущ къэтщIэху фэ фщыщу зауэхэр, шэчыныгъэ зыхэзыгъэлъхэр, фи хъыбархэри шэч хэмылъу дгъэунэхунущ.

(32) ИпэжыпIэкIэ, Iиман къэзымыхьахэр, Алыхьым и гъуэгум пэувахэр, лIыкIуэм гуэкIахэр гъуэгу захуэр нахуэу къагурыIуа иужь, ахэм Алыхьым зыкIи зэран ирахынукъым, я Iуэхухэри хигъэкIуэдэнущ.

(33) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, Алыхьым фыхуэжыIэщIэ, лIыкIуэми фыхуэжыIэщIэ, фи Iуэхухэри хэвмыгъэкIуадэ.

(34) ИпэжыпIэкIэ, Алыхьым яхуигъэгъунукъым Iиман къэзмыхьауэ, Алыхьым и гуэгум пэувахэу, итIанэ лIахэм джаурхэу.

(35) Гу мащIагъэ къэвмыгъэлъагъуэ зэгурыIуэныгъэм къыхуевджэу, фэ фынэхъ лъагэщи, Алыхьри фэ фи гъусэщи, фи Iуэхухэри игъэпудынукъыми.

(36) ИпэжыпIэкIэ, мы дунейр джэгунрэ зытегъэунрэщ. Iиман къэфхьу тхьэшынагъуэ фхэлъмэ атIэ фи псапэхэр къывитыжынщ, фи мылъкури къыфIихынукъым.

(37) Ар къыфIихыну хуейуэ фригъэзмэ атIэ фыщысхьынущи Абы фи бзаджагъэр къыщIигъэщынущ.

(38) Мис фэ фыкъыхураджэр Алыхьым и цIэкIэ фтыну зыгуэр. Фэ къыфхокIыр щысхьыр, атIэ щысхьар езым и щхьэращ зыхущысхьар. Алыхьыр къулейщ, фэращ факъырэхэр. Фэ фи щIыбхэр къэвгъазэмэ, нэгъуэщI лъэпкъкIэ фызэрихъуэкIынущ, икIи ахэр фэр хуэдэу щытынухэкъым.