(1) Сатыру къэувахэмкIэ соIуэ!
(2) Траубыдауэ зыхухэмкIи соIуэ!
(3) Гум къэзыгъэкIыжым еджэхэмкIи соIуэ!
(4) ИпэжыпIэкIэ, фи Тхьэр зыщ
(5) Ар уафэхэми, щIылъэми, абыхэм яку дэтми и Тхьэщ. Дыгъэм и къыкъуэкIынми и Тхьэщ.
(6) ЩIым нэхъ игъунэгъу уафэр дгъэдэхащ вагъуэхэмкIэ
(7) икIи щыдохъумэр дэтхэнэ шейтIан пIейтейми.
(8) Ахэр гуп лъагэм кIэщIэдэIуэфхэкъым, дэтхэнэ лъэныкъуэкIи абыхэм къыхоуэхэр,
(9) кърахухын щхьэкIэ, абыхэм яхуэгъэхьэзыращ хьэзаб зэпымычыр.
(10) Ауэ абыхэм ящыщ гуэрым зыгуэр къыхипхъуэтыкIмэ, абы кIэлъыкIуэнущ мафIэ нэхур.
(11) яупщIыт абыхэм, ахэра нэхъ лъэщыр е Дэ къэдгъэхъуара? ИпэжыпIэкIэ, Дэ ахэр ятIагъуэ зэкIэрыпщIэм къыхэтщIыкIащ.
(12) Уэ богъэщIагъуэр, езыхэм щIэнэкIалъэ ящI.
(13) Абыхэм ягу къагъэкIыжамэ атIэ, хуейхэкъым къащIэжыну.
(14) Нэщэнэ щалъагъукIи щIэнэкIалъэ ящI.
(15) ЖаIэр: "Мыр удыгъэ нахуэщ.
(16) Дэ дылIэу сабэрэ къупщхьэрэ дыхъужмэ дыкъагъэхъужыну ара?
(17) Е ди адэжьхэри ара?"
(18) ЖыIэ: "НтIэ, икIи фэ гъэпудауэ фыщытынущ!"
(19) ИпэжыпIэкIэ, ар зы епщэгъуэ закъуэщ, итIанэ ахэр псори къэплъэнухэщ.
(20) Ахэм жаIэнущ: "Дыунэхъужащ! Мыр хуэфащэр щратыж махуэщ!"
(21) Мыр зэхэзыгъэкI махуэу фэ пцIыуэ фыбжу щытаращ.
(22) Зэхуэфхус залымыгъэ зезыхьахэмрэ абыхэм яхуэдэхэмрэ зыхуэпщылIхэу щытахэм ящIыгъуу
(23) Алыхьым нэгъуэщI, итIанэ абыхэм явгъэлъагъу Жыхьэнэмэм зышэ гъуэгур.
(24) КъэвгъэувыIэхи, абыхэм яупщIынухэщ:
(25) "Сыт къыфщыщIар? Щхьэ фызэдэмыIэпыкъужрэ?"
(26) Хьэуэ атIэ! Ахэр нобэ жыIэщIэхэщ.
(27) Зыр зым еупщIыжхэу зызэхуагъэзэнущ.
(28) ЖаIэнущ: "Фэ фыкъыдэкIуалIэт ижьымкIэ".
(29) ЖаIэжынущ: "Фэ Iиман къэфхьатэкъым.
(30) Дэ унафэ фхуэтщIыфынутэкъым, фэращ гъунэм икIа лъэпкъыр.
(31) Дэ ди Тхьэм и Псалъэр къыттехуауэ аращ, дэ къэдлэжьар тлъагъунущ.
(32) Фэ фыщыдгъэуащ, дэри щыуауэ дыщытащ".
(33) ИпэжыпIэкIэ, нобэ абыхэм хьэзабыр зэдагуэшынущ.
(34) Апхуэдэу ядощIэр гуэныхьыщIэхэм.
(35) Абыхэм щыжраIэкIэ: "Алыхьым нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым," - ахэр епэгэкIхэт.
(36) ИкIи жаIэт: "Дэ ди тхьэхэр къэдгъэнэну ара зи щхьэр мытэрэз усакIуэм щхьэкIэ?"
(37) Хьэуэ! Абы пэжыр къихьащ, лIыкIуэхэми я пэжыгъэр къигъэбыдащ.
(38) Фэ шэч хэмылъу хьэзаб гуащIэр зыхэфщIэнущ,
(39) икIи къэвлэжьынур фщIам къыфхуихьаращ.
(40) Ауэ Алыхьым и пщылI пэж дыдэхэм
(41) ахэм яхуэгъэхьэзыращ ерыскъы яцIыхухэр
(42) пхъэщхьэмыщхьэхэр. ИкIи абыхэм фIыщIэгуапэ къыхуащI
(43) Жэнэтым и тхъапIэм.
(44) Ахэр пIэ зэпэщытхэм хэлъынущ.
(45) Псынэм хуэдэ фадэр къыхурахьэкIынущ.
(46) Ар хужьщ, ефэм дежкIэ IэфIщ,
(47) акъылыр пщхьэщихкъым икIи чэф уищIкъым.
(48) Абыхэм ящIыгъунущ дахащэхэу нэшхуэхэр,
(49) джэдыкIэ зыхуэсакъым хуэдэхэр.
(50) Зыр адрейм еупщIхэу зызэхуагъэзэнущ.
(51) Абыхэм ящыщ гуэрым жиIэнущ: "Сэ ныбжьэгъу сиIащ.
(52) Абы жиIэт: "Уэ зи фIэщ хъухэм уащыщу ара?
(53) Дэ дылIа иужькIэ сабэрэ къупщхьэрэ дыхъужмэ зыгуэр къыттехуэжыну ара?"
(54) Абы жиIэнущ: "Феплъынукъэ фэ?"
(55) Ар щеплъкIэ илъагъунущ ар, Жыхьэнэмэм и кум хэту.
(56) Абы жиIэнущ: "Алыхьым и цIэкIэ соIуэр, уэ сыхэбгъэкIуадэ пэтащ.
(57) Си Тхьэм и фIыщIэр мыхъуатэмэ, абы хадзахэм щыщ сыхъунут".
(58) Дэ зэи дымылIэжыну ара
(59) япэрейуэ дылIа иужькIэ? Дэ зэи хьэзаб дымылъагъуну ара?"
(60) ИпэжыпIэкIэ, ар ехъулIэныгъэшхуэщ.
(61) Апхуэдэм щхьэкIэ гугъу зрырагъэхь лажьэхэм!
(62) А шхыныгъуэра нэхъыфIыр е зэкъум жыгра?
(63) Дэ тщIащ ар дгъэунэхуну залымхэр.
(64) Ар Жыхьэнэмэм и лъабжьэм къыхэкI жыгщ.
(65) КъыпыкIэ пхъэщхьэмыщхьэхэр шейтIанхэм я щхьэхэм хуэдэщ.
(66) Ахэр яшхыурэ я ныбэхэм иракудэнущ.
(67) ИтIанэ ар псывэм и гъусэу зэхагъэкIухьынущ.
(68) ИтIанэ абыхэм Жыхьэнэмэм ирагъэгъэзэжынущ.
(69) Абыхэм, ипэжыпIэкIэ, я адэхэр гъуэщауэ ягъуэтащ,
(70) итIанэ абыхэм я лъэужьыр яхуащ.
(71) Абыхэм япэкIэ псэуахэм я нэхъыбэр щыуахэщ.
(72) Абыхэм Iейм зыщахъумэну яжезыIэхэр яхуэдгъэкIуат.
(73) Еплъыт атIэ абыхэм къыхураджахэм я кIэух хъуам,
(74) Алыхьым и пщылI пэж дыдэхэм мыхъумэ.
(75) Нухь къыдэлъэIуащ, Дэ къыдэлъэIум нэхъыфI дыдэу жэуап идотыжыр.
(76) Езыри, абы и унагъуэри гукъеуэшхуэм щытхъумахэщ,
(77) икIи абыхэм къащIэхъуаращ къызэтедгъэнар.
(78) Абы и хъыбарыфI къэдгъэнащ.
(79) Мамырыгъэр хуэфащэ Нухь дунейуэ хъуам!
(80) Апхуэдэу фIы зыщIэхэм яхуэфащэр ядотыр.
(81) ИпэжыпIэкIэ, ар Ди пщылI Iиман къэзыхьахэм щыщщ!
(82) ИтIанэ адрейхэр едгъэтхьэлащ.
(83) Ибрэхьим абы и гуэгъухэм щыщт.
(84) Ар и Тхьэм и деж гу къабзэу къэкIуат.
(85) Абы жриIащ и адэмрэ, и лъэпкъымрэ: "Сыт фызыхуэпщылIыр?
(86) ПцIы къэвгупсысауэ Алыхьым нэгъуэщI тхьэхэм фыхуэпщылIыну фыхуейуэ ара?
(87) Сыт дунейуэ хъуам я тхьэм фызэрегупсысыр?"
(88) ИтIанэ ар вагъуэхэм еплъащ.
(89) Абы жиIащ: "Сэ сысымаджэщ".
(90) ИтIанэ къагъанэри IукIыжахэщ.
(91) Ар щэхуурэ абыхэм я тхьэхэм и деж кIуэри яжриIащ: "Щхьэ фымышхэрэ?
(92) Сыт къыфщыщIар, щхьэ фымыпсалъэрэ?"
(93) ИтIанэ якIэрыхьэри и Iэ ижьымкIэ еуащ.
(94) Абыхэм гузавэурэ и деж яунэтIащ.
(95) Абы жиIащ: "Фэ къыхэвудахэм фахуэпщылIу ара?
(96) Алыхьым атIэ фыкъигъэщIащ фэри, фи Iуэхухэри".
(97) Абыхэм жаIащ: "Хузэтефлъхьи мыбы, унэ мафIэм хэвдзэ".
(98) Абыхэм хьилагъэ кIэлъызэрахьэну хуейхэт, ауэ Дэ ахэр дгъэцIыкIуахэщ.
(99) Абы жиIащ: "Сэ сокIуэр си Тхьэм и деж, Абы гъуэгу захуэм сытригъэувэнущ.
(100) Си Тхьэ, захуэм тетхэм щыщ къызэт".
(101) ДгъэгуфIащ Дэ ар щIалэ зэтеубыдакIэ.
(102) Ар игъусэу егугъуфу щыхъуам и деж абы жиIащ: "Си къуэ, пщIыхьэпIэкIэ слъэгъуащ уэ уфIэзбзу, дауэ уеплърэ абы?" ЖиIащ: "Си адэ, унафэу къыпхуащIар гъэзащIэ, Алыхьым жиIэмэ, сэ шэчыныгъэ зыхэлъхэм ящыщу сыщытынщ".
(103) Ахэр тIуми щыжыIэщIэм, и джабэми щытригъэгъуалъхьэм
(104) абы деджащ Дэ: "Уэ, Ибрэхьим!
(105) Уи пщIыхьэпIэр къэбгъэпэжащ!" ИпэжыпIэкIэ, апхуэдэу Дэ хуэфащэр идотыжыр фIы зыщIэхэм.
(106) ИпэжыпIэкIэ, ар гъэунэхуныгъэ нахуэщ.
(107) Ар къэтщэхужащ къурмэн лъапIэкIэ.
(108) ХъыбарыфIи къыхуэдгъэнащ иужькIэ.
(109) Мамырыгъэр хуэфащэщ Ибрэхьим.
(110) Апхуэдэу худощIэжыр дэ фIы зыщIэхэм.
(111) Ар Ди пщылI Iиман къэзыхьахэм щыщт.
(112) Ар дгъэгуфIащ Исхьэкъ бегъымбарымкIэ, ар фIы зыщIэхэм ящыщщ.
(113) Абы Исхьэкъи берычэт хэтлъхьащ, абыхэм я щIэблэм щыщщ фIы зыщIэхэри, залымыгъэ зэзыхыжхэри нахуэу.
(114) Мусэрэ Хьэрунрэ фIыщIэ яхуэтщIащ.
(115) Езыхэри, я лъэпкъри гукъеуэшхуэм къедгъэлахэщ.
(116) Ахэм дадэIэпыкъуащ, ахэращ текIуахэри.
(117) Абыхэм яттащ Тхылъ нахуэр.
(118) Гъуэгу захуэми тедгъэувахэщ.
(119) ХъыбарыфIи къахуэдгъэнащ яужькIэ.
(120) Мамырыгъэр яхуэфащэщ Мусэрэ Хьэрунрэ.
(121) Апхуэдэу хуэфащэр идотыжыр фIы зыщIэхэм.
(122) Ахэр Ди пщылI, Iиман къэзыхьахэм щыщт.
(123) Иляси лIыкIуэхэм ящыщщ.
(124) Абы и лъэпкъым яжриIат: "Фымышынэу ара?
(125) Бэхьлым фелъэIуу Къэзыгъэхъухэм я нэхъыфIыр къэвгъанэу ара?
(126) Алыхьыр, фэри фи Тхьэр, фи адэжь ипэкIэ псэуахэми я Тхьэр!"
(127) Ар пцIыупсу ябжащ, ахэр зэхуашэсыжынущ.
(128) Алыхьым и пщылI пэж дыдэхэм мыхъумэ.
(129) ХъыбарыфI къыхуэдгъэнащ абы иужкIэ.
(130) Мамырыгъэр яхуэфащэщ Иляс и унагъуэм!
(131) Апхуэдэу фIы зыщIэхэм яхуэфащэр ядотыж.
(132) Ар Ди пщылI Iиман къэзыхьахэм щыщт.
(133) ЛутIи лIыкIуэхэм щыщщ.
(134) Езымрэ и унагъуэмрэ псори къедгъэлахэщ
(135) и нэуэжьым мыхъумэ, ар къэнахэм щыщт.
(136) ИтIанэ адрейхэр псори хэдгъэкIуэдэжащ.
(137) Фэ абыхэм фаблокIыр пщэдджыжьми
(138) пщыхьэщхьэми, фемыгупсысу ара?
(139) Юнуси лIыкIуэхэм щыщщ.
(140) Ар кхъухь изыщэм итIысхьащ щIэпхъуэри.
(141) ИтIанэ адрейхэм ящIыгъуу пхъэидзэ ищIащ, икIи езым фIахьауэ къыщIэкIащ.
(142) Ар джейм иригъэнтIрэхащ езыр бгъэкъуэншэну хуэфащэу.
(143) Ар Алыхьым и щIыхьыр куэдрэ зыIэту щымытамэ
(144) абы и ныбэм къыщагъэхъужыну махуэм нэс къинэнут.
(145) Ар щIыпIэ зэIухам и деж къиддзащ, езыри сымаджэт.
(146) ИтIанэ къэб къыхуэдгъэкIуащ.
(147) Ар яхуэдгъэкIуащ минищэм е нэхъыбэм.
(148) Абыхэм Iиман къахьащ, икIи загъэтхъэну хуит тщIахэщ пIалъэр къэсыху.
(149) ЯупщIыт абыхэм, сыт уи Тхьэм пхъухэр щIиIэнур езыхэм къуэхэр яIэу?
(150) Е мелыIычхэр бзылъхугъэхэу къэдгъэхъуауэ езыхэм ар ялъэгъуа?
(151) АтIэ абыхэм я пцIым къыхэкIыу жаIэр:
(152) "Алыхьым бын иIэщ". АтIэ ахэр пцIыупсхэщ.
(153) Абы пхъухэр хиубыдыкIауэ къуэхэм нэхърэ нэхъ игъэлъапIэу ара?
(154) Сыт къыфщыщIар? Дауэрэ апхуэдэ унафэхэр къэфхьрэ?
(155) Фигу къэвгъэкIыжынмэ щэ?
(156) Е щыхьэт нахуэ фиIэу ара?
(157) Къэфхь атIэ фи Тхылъыр, а жыфIэр пэжу щытмэ.
(158) Абыхэм Езымрэ жынхэмрэ зэIыхьлыуэ ящIащ. АтIэ жынхэм ящIэр ахэр къызэрызэхуашэсыжынур.
(159) Алыхьым и щIыхьыр нэхъ инщ, абыхэм ирапэсым нэхърэ!
(160) Алыхьым и пщылI пэж дыдэхэм мыхъумэ.
(161) Фэри, а фызыхуэпщылIхэми
(162) зыри щывгъэуэфынукъым
(163) Жыхьэнэмэм ихьэнухэм мыхъумэ.
(164) (МелыIычхэм жаIащ): "Дэ псоми щIыпIэ гъэунэхуа диIэщ,
(165) икIи дэ сатыру доувхэр.
(166) ИкIи дэ и щIыхьыр доIэтыр".
(167) Абыхэм (Мэчэм дэс тхьэ куэдым хуэпщылIхэм) жаIат:
(168) "ДиIамэ аратэкъэ ипэкIэ псэуахэм къагъэна гуэрэ,
(169) итIанэ Алыхьым и пщылI пэж дыдэ дыхъунут".
(170) Абыхэм я фIэщ хъуакъым Ар, къащIэнщ ахэм.
(171) Дэ Ди псалъэр яжетIагъэххэщ, Ди пщIылI дгъэкIуахэм лIыкIуэхэу.
(172) ИпэжыпIэкIэ, ахэращ текIуэнур.
(173) ИкIи ипэжыпIэкIэ, Дэ Ди дзэращ текIуэныгъэр зейр.
(174) Уи щIыбыр яхуэгъазэ атIэ абыхэм, пIалъэр къэсыху.
(175) Еплъ абыхэм, езыхэми къалъэгъунущ куэд мыщIэу.
(176) Ди хьэзабым хуэпIащIэхэу ара ахэр?
(177) Ар я щIыпIэхэм къыщехмэ, сыту Iеищэ хъуну Iейм зыщахъумэну зыжраIэу щытахэм я пщэдджыжьыр!
(178) Уи щIыбыр яхуэгъазэ абыхэм, пIалъэр къэсыху.
(179) Еплъ абыхэм, езыхэми къалъэгъунщ куэд мыщIэу.
(180) Уи Тхьэр, Тхьэ Лъэщыр щхьэщыIэтыкIащ абыхэм хуагъэфащэхэм.
(181) Мамырыгъэр яхуэфащэщ лIыкIуэхэм!
(182) Щытхъур зейри Алыхьыращ, дунейхэм я Тхьэм!