(1) Хьа Мим
(2) Алыхь Лъэщу ЗIыщIэм и деж къикIа Тхылъ.
(3) Гуэныхьхэр зыгъэгъу, тобэр къабыл зыщI, тезыр хьэлъэр тезылъхьэ, фIыщIэ зыщIэр. Абы нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым, Абы и дежщ екIуэлIэжыпIэр.
(4) Алыхьым и нэщэнэхэм щхьэкIэ зэдауэхэр джаур къудейхэращ. Ахэр хуиту щIым зэрытетым зыдомыгъэхьэх уэ.
(5) Абыхэм япэкIэ Нухь и лъэпкъми пцIыуэ ябжат (лIыкIуэхэр) икIи зэгурыIуауэ щытахэми абыхэм яужь. Лъэпкъ къэскIэ пылъащ я лIыкIуэр яубыдыну. Ахэр зэдауэт пцIыхэр къахьурэ, пэжым пэувынхэ щхьэкIэ апхуэдэу. Ахэр псори къэспхъуэтащ, сытым хуэдэт Си хьэзабыр!
(6) Апхуэдэу уи Тхьэм и Псалъэр къатехуащ Iиман къэзмыхьахэм ахэр МафIэм зэрыхыхьэнур.
(7) Хьэршыр зыхьхэми, Абы и хъуреягъхэу щытхэми я Тхьэм и щIыхьыр яIэтри щытхъу хуащI, Ар я фIэщ мэхъур икIи Iиман къэзыхьахэм хуигъэгъуну йолъэIухэр: "Ди Тхьэ, Уэ псори Уи гущIэгъумрэ Уи щIэныгъэмрэкIэ зэщIэбубыдащ. Тобэ къэзыхьыжауэ Уи гъуэгум теувахэм яхуэгъэгъуи, Жыхьэнэмэм и хьэзабым щыхъумэхэ.
(8) Ди Тхьэ! Ахэр Жэнэт лъапIэу къызэрыбгъэгугъахэм игъыхьэхэ, абыхэм я адэ-анэхэри, я щхьэгъусэхэри, я бынхэри фIым тету щытахэр. Уэращ Лъэщыр, АкъылыфIэр.
(9) Ахэр Iейхэм щыхъумэхэ, Уэ Iейм щыпхъумар а махуэм гущIэгъу зыхуэпщIаращ, аращ ехъулIэныгъэшхуэр!"
(10) Джаурхэм яджэнухэщ: "Алыхьым нэхъ Iейуэ филъагъу хъутэкъым, Iиманым фыкъыхураджэу Iиман къыщывмыхьтэм, фэ зыфлъагъуж зэрымыхъум нэхърэ".
(11) Абыхэм жаIэнущ: "Ди Тхьэ, тIэурэ дыбгъалIэри, тIэурэ дыкъэбгъэхъужащ. Ди гуэныхьхэмкIэ зыдумысыжащ, мыбы дыкъезыгъэлын гуэрэ щыIэкъэ?"
(12) Апхуэдэу щIэхъуар Алыхь закъуэм щелъэIухэтэм фэ Iиман къэфхьатэкъым. Абы гъусэ щыхуащIхэм, атIэ фэ Iиман къэфхьт. Унафэ къэзыхьыр Алыхь закъуэращ, Лъагэщ, Инщ.
(13) Абы фегъэлъагъур и нэщэнэхэр, уафэми ерыскъы къыфхурегъэх, ауэ зигу къэкIыжыр Абы зыхуэзыгъазэхэращ.
(14) Алыхьым фелъэIу фи диныр хуэвгъэкъабзэурэ, ар джаурхэм ялъагъу мыхъуми.
(15) Ар теIэтыкIащ лъагэу, Хьэршри Абы ейщ, Абы псэр егъакIуэр и унафэкIэ зыхуейм и деж и пщылIхэм щыщу, ахэр щызэхуэзэжыну махуэм хуэсакъынхэу къахуриджэну.
(16) Ахэр къыщытехьэж махуэм зыри Алыхьым щыущэхуа хъунукъым, абыхэм ящыщу. Хэт атIэ унафэр зейр нобэ? Алыхьыращ, Закъуэщ, Псори зыхузэфIэкIщ.
(17) Нобэ псэуэ хъуам къилэжьар иратыжынущ, щыIэнукъым нобэ залымыгъэ! ИпэжыпIэкIэ, Алыхьым и лъытэныгъэр псынщIэщ!
(18) Ахэр хуэсакъыну къыхуеджэ къэблагъэ махуэм псэхэр къурмакъейм къыщысынум, ахэр нэщхъей щыхъунухэм. Залымхэм яIэнукъым Iыхьлы фIыуэ къэзылъагъуи, къыщхьэщыжакIуэ зыхуэжыIэщIи.
(19) Абы ещIэр плъэкIэ ущэхуари, бгъэхэм ягъэпщкIури.
(20) Алыхьым пэжым тету зэхегъэкIыр, езыхэр зэлъэIухэм атIэ зыри зэхагъэкIхэкъым. ИпэжыпIэкIэ, Алыхьыр Зэхэзыхщ, Зылъагъущ.
(21) Ахэр щIым иримыкIуахэу ара? Ялъэгъуакъэ абыхэм япэкIэ щыIахэм я кIэух хъуар? Ахэр езыхэм нэхърэ нэхъ лъэщхэт, нэхъыбэ лъэужьи щIым къыщагъэнат. Ахэр Алыхьым зэщIиубыдахэщ, я гуэныхьхэм щхьэкIэ, яIакъым абыхэм Алыхьым щызыхъумэну зыри.
(22) Апхуэдэу щIэхъуар абыхэм я лIыкIуэхэр къахуэкIуэу зэрыщытаращ, нэщэнэ нахуэхэр къыхуахьхэу, ахэр я фIэщ зэрымыхъуам щхьэкIэ. Алыхьым ахэр зэщIиубыдащ. Ар КъарууфIэщ, и хьэзабыр гуащIэщ.
(23) Мусэ дгъэкIуауэ щытащ, Ди нэщэнэхэмрэ щыхьэт нахуэмрэ яхуихьу.
(24) Фирхьэуным, Хаманым, Къаруным я деж. Ауэ абыхэм жаIащ: "Уд пцIыупсщ".
(25) Абым пэжыр къащыхуихьым Дэ Ди деж къикIауэ, абыхэм жаIащ: "Абы игъусэу Iиман къэзыхьахэм я щIалэ цIыкIухэр фыукI, я фызхэр къэвгъанэ". Ауэ джаурхэм я хьилагъэхэр псори мыхьэнэншэщ.
(26) Фирхьэуным жиIащ: "Мусэ сыукIыну зэран фыкъысхуэмыхъу. Абы и Тхьэр кърыреджэ. Сэ сытошыныхьыр абы фи диныр зэрихъуэкIыну, е щIым фэсэд къыщригъэжьэну".
(27) Мусэ жиIащ: "Сэри, фэри ди Тхьэм сыщихъумэну селъэIуащ сэ, дэтхэнэ епэгэкIауэ лъытэныгъэ махуэр зи фIэщ мыхъум".
(28) Фирхьэуным и унагъуэм щыщ Iиман къэзыхьауэ и Iиманыр зыущэху лIым жиIащ: "ФыукIыну ара: "Си Тхьэр Алыхьыращ", - жызыIэ лIыр? Абы фи Тхьэм и деж къикIауэ нэщэнэхэр къыфхуихьащ. Абы пцIы иупсмэ, езыращ къызытехуэжынур и пцIыр. Абы пэжыр жиIэмэ атIэ, а фызэригъэшынэм щыщ гуэр къыфтехуэнкIэ мэхъур. Алыхьым тригъэувэкъым гъуэгу захуэм Iисраф зыщIри, пцIы зыупсри.
(29) Уэ лъэпкъ, фэращ нобэ унафэр зыIэщIэлъыр, щIым фыщытепщэщ. Ауэ хэт къывдэIэпыкъунур Алыхьым и хьэзабыр къыттехуэмэ?" Фирхьэуным жиIащ: "Сэ слъагъуращ фэри унафэ фхуэсщIыр. Сэ гъуэгу захуэ дыдэращ фызэрысшэр".
(30) Iиман къэзыхьам жиIащ абдежым: "Уэ, си лъэпкъ. Сэ сытошыныхьыр фэ къыфтехуэну зэгурыIуахэм къатехуа махуэм хуэдэ,
(31) Нухь и лъэпкъми, хьадми, сэмудми, абыхэм яужь къэкIуахэми къатехуахэм хуэдэ. Алыхьыр хуейкъым залымыгъэ и пщылIхэм щхьэкIэ.
(32) Уэ си лъэпкъ! Сэ сытошыныхьыр зыр адрейм щеджэну махуэм.
(33) А махуэм фикIуэтыжу щIэвдзэнущ, ауэ зыми фыщихъумэнукъым Алыхьым. Алыхьым щигъэуар зыми гъуэгу захуэм тринэфынукъым.
(34) Фэ къыфхуэкIуат ипэкIэ Юсуф нэщэнэ нахуэхэр къыфхуихьри. Ауэ фэ иджыри къэс гурыщхъуэ фощIыр абы къихьам щхьэкIэ. Ар щылIам фэ жыфIащ: "Абы иужь Алыхьым къигъэкIуэжынукъым лIыкIуэ". Апхуэдэу Алыхьым щегъауэхэр дэтхэнэ Iисраф зыщIри, шэч къытезыхьэри".
(35) Алыхьым и нэщэнэхэм щхьэкIэ зэдауэхэр щыхьэту зыри къахуэмыкIуауэ Алыхьымрэ Iиман къэзыхьахэмрэ хуабжь дыдэу ялъагъу хъукъым. Апхуэдэу Алыхьым мыхъур тригъэуващ дэтхэнэ епэгэкI залымым и гум.
(36) Фирхьэуным жиIащ: "Уэ Хаман, чэщанэ схуэухуэ. СынэсынкIэ мэхъу гъуэгухэм,
(37) уафэхэм я гъуэгухэм, абдежым Мусэ и Тхьэм сеплъынщ. Сэ къысфIощIыр ар пцIыупсу". Фирхьэуным апхуэдэу и Iуэху Iейхэр хуэгъэщIэрэщIа хъуащ, гъуэгуми тегъуэщыкIащ. Фирхьэуным и хьилагъэхэр мыхьэнэншэщ.
(38) Iиман къэзыхьам жиIащ: "Уэ лъэпкъ! Си ужьым фыкъиувэ, сэ гъуэгу захуэмкIэ фысшэнщ.
(39) Уэ си лъэпкъ! Мы дунейм и гъащIэр къэвгъэсэбэпын къудейуэ аращ, ахърэтыращ игъащIэкIэ фыкъыздэнэнур.
(40) Iей зыщIам къылэжьа закъуэращ къылъысынур. ФIы зыщIам хъулъхугъэми, бзылъхугъэми абы Iиман къихьамэ, ахэр Жэнэтым ихьэнухэщ, бжыгъэншэуи ерыскъыр къратынущ.
(41) Уэ, си лъэпкъ! Сыт фэ фыкъезгъэлыным фыкъыщыхуезджэкIэ фэ МафIэм сыкъыщIыхуевджэр?
(42) Алыхьыр си фIэщ сымыщIыну сыкъыхуводжэр, Абы гъусэ хуэсщIыну фыхуейщ зыри зэхэзмыщIыкIхэр. АтIэ сэ Лъэщым, Зыгъэгъум фыкъыхузоджэр.
(43) Шэч хэлъкъым а фэ сыкъызыхуевджэм уелъэIуну зэрыхуэмыфащэр мы дунейми, ахърэтми. Псоми Алыхьым и деж дгъэзэжынущ. Езыгъэлеяуэ хъуари мафIэм хэхуэжынухэщ.
(44) Абдежым фигу къэкIыжынщ вжесIауэ щытар. Сэ си Iуэхур Алыхьым дзыхь хузощIыр, Алыхьым елъагъур пщылIхэр".
(45) Алыхьым ар щихъумащ абыхэм я хьилагъэхэм. Фирхьэуным и лъэпкъым атIэ хьэзаб Iейр къытехуащ -
(46) пщэдджыжьми, шэджагъуэнэжьми зыхадзэ мафIэщ. Сыхьэтыр къыщысыну махуэм Фирхьэуным и лъэпкъыр хьэвдзэ хьэзаб нэхъ Iейжхэм.
(47) Ахэр щызэдауэнущ МафIэм. Къарууншэхэм жраIэнущ епэгэкIыу щытахэм: "Дэ фэ фи ужьым дитащ, атIэ фэ мы МафIэм щыщ гуэрэ тщхьэщыфхыфынукъэ?"
(48) ЕпэгэкIыу щытахэм жаIэнущ: "Псори абы дыхэтщ. Алыхьым пщылIхэм я унафэр ищIагъэххэщ".
(49) МафIэм хэхуахэм жраIэнущ Жыхьэнэмэм и хъумакIуэхэм: "ФелъэIу фи Тхьэм зы махуэкIэ хьэзабыр нэхъ тхуигъэпсынщIэну".
(50) Абыхэм жаIэнущ: "Фэ къыфхуэмыкIуауэ ара Дэ Ди лIыкIуэхэр, нэщэнэ нахуэхэр къыфхуахьхэу?" ЖаIэнущ: "НтIэ". Абыхэм жаIэнущ: "Арамэ фэ фелъэIу". Ауэ джаурхэм я лъэIухэр мыхьэнэншэщ.
(51) ИпэжыпIэкIэ, Дэ Ди лIыкIуэхэм дадоIэпыкъур мы дунейми, щыхьэтхэри къыщыувыну махуэми.
(52) А махуэм залымхэм къыхуагъэгъуну зэрелъэIунухэм сэбэп къахуихьынукъым, абыхэм нэлат къатехуащ, екIуэлIапIэ Iеищэри яхуэгъэхьэзыращ.
(53) Мусэ гъуэгу захуэм хуэзышэр еттат икIи Исраил и бынхэм щIэину къахуэдгъэнащ Тхылъыр.
(54) Ар гъуэгу захуэм хуэзышэу, акъыл зиIэхэм щхьэкIэ гум къэзыгъэкIыжу.
(55) Шэчыныгъэ зыхэгъэлъ, Алыхьым и псалъэр пэжщ, уи гуэныхьхэри пхуигъэгъуну елъэIу, уи Тхьэм и щIыхьыр Iэтурэ щытхъу хуэщI шэджагъуэнэужьми, пщэдджыжьми.
(56) ИпэжыпIэкIэ, Алыхьым и нэщэнэхэм щхьэкIэ зэдауэхэм щыхьэт лъэпкъ къахуэмыкIуауэ ягухэм илъыр пагэныгъэ закъуэщ. Ахэр нэсынукъым абы. Алыхьым укъихъумэну елъэIу, Ар Зэхэзыхщ, Зылъагъущ.
(57) Уафэхэмрэ, щIылъэмрэ я къэгъэщIыныр нэхъ инщ, цIыхухэм я къэгъэщIыным нэхърэ, ауэ цIыхухэм я нэхъыбэм ар ящIэркъым.
(58) Нэфымрэ зылъагъумрэ зэхуэдэкъым, Iиман къэзыхьауэ фIы зыщIари хуэдэкъым Iей зыщIам. Сыту мащIэ фэ фи гум къызэрывгъэкIыжыр!
(59) ИпэжыпIэкIэ, Сыхьэтыр къэсынущ шэч хэмылъу абы, ауэ цIыхухэм я нэхъыбэм я фIэщ хъукъым.
(60) Фи Тхьэм жиIащ: "Сэ фыкъызэлъэIуи жэуап фэстынщ. Сэ къысхуэпщылIыну епэгэкIхэр Жыхьэнэмэм ихьэнухэщ гъэпудауэ".
(61) Алыхьыращ фхуэзыщIар жэщыр зыщывгъэпсэхуну абдежым, махуэми къегъэнэхур. Алыхьым фIыщIэшхуэ яхуещIыр цIыхухэм, ауэ цIыхухэм я нэхъыбэм шыкур ящIкъым.
(62) Апхуэдэщ Алыхьыр, фи Тхьэр, псори къэзыгъэщIар. ЩыIэкъым Абы нэгъуэщI тхьэ. Сытым хуэдэу фегъэзэкIа фэ!
(63) Апхуэдэ къабзэу егъэзэкIахэт Алыхьым и нэщэнэхэр зымыдэхэр.
(64) Алыхьыращ щIыр къыфхуэзыгъэхъуар фыщыпсэуну, уафэри фхуэзыщIар нэгъэсауэ ухуауэ. Фэри теплъэ нэхъыфI дыдэ фиIэу фыкъигъэщIащ. Абы къывитащ фIыгъуэхэр. Апхуэдэщ Алыхьыр, фи Тхьэр, И щIыхьыр хэIэтыкIащ Алыхьым, дунейхэм я Тхьэм.
(65) Ар Псэущ, щыIэкъым Абы нэгъуэщI тхьэ, фелъэIу Абы фи диныр хуэвгъэкъабзэурэ. Щытхъур зейр Алыхьыращ, дунейхэм я Тхьэм.
(66) ЖыIэ: "Сэ къысхуадакъым сыхуэпщылIыну а фэ фызыхуэпщылIхэм Алыхьым нэгъуэщIу, си Тхьэм и нэщэнэ нахуэхэр къысхуеха иужь. Сэ унафэ къысхуащIащ дунейхэм я Тхьэм сыхуэжыIэщIэну".
(67) Абы ятIэм фыкъыхищIыкIащ, итIанэ ткIуэпсым, итIанэ лъы пцIам. ИтIанэ сабийуэ фыкъырешыр балигъ фыхъуну, итIанэ жьы фыхъуну. Фэ къыфхэтщ атIэ зи псэр хаххэр, абы ипэкIэ фи пIалъэ гъэунэхуам фынэсын щхьэкIэ. Фэ фегупсысынкIэ мэхъур.
(68) Аращ псэ хэзылъхьэри хэзыхри. Зыгуэр унафэу къихьамэ жеIэр: "Къэхъу", - итIанэ ар къохъур.
(69) Уэ умылъагъуу ара Алыхьым и нэщэнэхэм щхьэкIэ зэдауэхэр? Сытым хуэдэу егъэзэкIа ахэр!
(70) Абыхэм Тхылъри, Ди лIыкIуэхэм яттари пцIыуэ ябжащ. КъащIэнщ абыхэм
(71) Iэхъулъэхъухэр я пщэхэм телъхэу, гъущI кIапсэхэмкIэ щалъэфкIэ
(72) псывэм, итIанэ МафIэм щагъэскIэ.
(73) ИтIанэ абыхэм жраIэнущ: "Дэнэ щыIэ гъусэ хуэфщIхэу щытахэр
(74) Алыхьым?" Абыхэм жаIэнущ: "ЗытфIагъэпщкIащ дэ. ИкIи зыми дыхуэпщылIу щытакъым дэ ипэкIэ". Апхуэдэу Алыхьым щегъауэр джаурхэр.
(75) Мыращ фхуэфащэр фэ щIым зыщывгъатхъэу фызэрытетам щхьэкIэ фхуэмыфащэу икIи егъэлеяуэ фызэрыгуфIэтэм щхьэкIэ.
(76) Фыдыхьэ Жыхьэнэмэм и бжэхэм, игъащIэкIэ фыкъинэнущ абы. Сытым хуэдэу Iеищэ епэгэкIхэм я екIуэлIапIэр.
(77) Шэчыныгъэ зыхэгъэлъ, Алыхьым и псалъэр пэжщ. Дэ уэдгъэлъагъуфынущ ахэр зэрыдгъэгугъэм щыщ е уи псэр хэтхынущ абы ипэкIэ. Ди дежщ абыхэм къыздагъэзэжынур.
(78) Уэ уи япэкIи лIыкIуэхэр дгъэкIуат. Абыхэм яхэтщ зи хъыбар пхуэтIуэтахэр, яхэтщ зи хъыбар пхуэдмыIуэтахэри. ЛIыкIуэхэм псоми нэщэнэхэр къызэрагъэлъагъуэтэр Алыхьым и Iизын къудейт. Алыхьым и унафэр къэсамэ, хейуэ псори тращIыхьынущ, абдежым хэкIуэдэжынухэщ пцIым хэтахэр.
(79) Алыхьыращ фхуэзыщIар былымхэр зыгуэрхэм фатетIысхьэу, зыгуэрхэм щыщ фшхыуэ.
(80) Абыхэм сэбэп фхухэлъщ икIи абыхэмкIэ фыносыр фызыхуейхэм, абыхэми, кхъухьхэми фыкърашэкI.
(81) Абы фегъэлъагъур и нэщэнэхэр. Сыт атIэ Алыхьым и нэщэнэхэм щыщу фэ фымыдэр?
(82) Ахэр щIым иримыкIуахэу ара икIи ямылъэгъуауэ ара ипIэкIэ псэуахэм я кIэух хъуар? Ахэр езыхэм нэхърэ нэхъ къарууфIэхэт икIи щIым нэхъыбэ лъэужь къагъэнат. Ауэ абыхэм зыкIи сэбэп къахуэхъуакъым къалэжьауэ щытар.
(83) Абыхэм лIыкIуэхэр къащыхуэкIуэкIэ нэщэнэ нахуэхэр къыхуахьу езыхэм яIэ щIэныгъэм щыщым щыгуфIыкIхэт. Абыхэм къатехуащ щIэнэкIалъэ ящIу щытар.
(84) Абыхэм Ди хьэзабыр щалъагъум жаIащ: "Алыхь закъуэр ди фIэщ хъуащ, ипэкIэ гъусэу Абы хуэтщIу щытахэр псори ди фIэщ хъужкъым".
(85) Абыхьэм я Iиманым сэбэп къахуихьыжынукъым Ди хьэзабыр щалъэгъуам и деж. Апхуэдэщ Алыхьым и пщылIхэм хабзэу яхуиухар. Абдежым хэкIуэдэжахэщ джаурхэр.