(1) ГущIэгъущIым
(2) КъурIэныр иригъэщIащ,
(3) цIыхур къигъэхъуащ,
(4) къипсэлъыну иригъэсащ.
(5) Дыгъэмрэ мазэмрэ зэрыгъэунэхуащ.
(6) Удзхэми, жыгхэми щхьэщэ хуащIыр.
(7) Уафэри иIэтри тезырыр игъэуващ,
(8) зыгуэр щашэчкIэ ирамыгъэлеину.
(9) Хейуэ фшэч икIи хьэлъагъэр фымыгъэмащIэ.
(10) ЩIыри иубгъуащ псэущхьэхэм щхьэкIэ.
(11) Абдежым щыIэщ пхъэщхьэмыщхьэхэри, пальмэхэри кумбыгъэхэр иIэу.
(12) Гуэдзхэри тхьэпэхэр яIэу, мэ IэфI зиIэ удзхэри.
(13) Фи Тхьэм и фIыщIэхэм щыщу сыт хуэдэра атIэ фэ пцIыуэ фыбжыр?
(14) ЦIыхур къыхищIыкIащ ятIагъуэм, кхъуэщын хэкIым хуэдэу.
(15) Жинхэри къыхищIыкIащ мафIэ къабзэм.
(16) Фи Тхьэм и фIыщIэхэм щыщу сыт хуэдэра атIэ фэ пцIыуэ фыбжыр?
(17) КъуэкIыгъитIми я Тхьэщ, къухьэпIитIми я Тхьэщ.
(18) Фи Тхьэм и фIыщIэхэм щыщу сыт хуэдэра атIэ фэ пцIыуэ фыбжыр?
(19) ХитI зэхуэзэхэр зэхигъэхьащ.
(20) Абыхэм яку дэлъщ зэпызыхукI зыщхьэдэмыкIыф.
(21) Фи Тхьэм и фIыщIэхэм щыщу сыт хуэдэра атIэ фэ пцIыуэ фыбжыр?
(22) Абыхэм налъкъутрэ кораллхэмрэ къыхах.
(23) Фи Тхьэм и фIыщIэхэм щыщу сыт хуэдэра атIэ фэ пцIыуэ фыбжыр?
(24) Абым ейщ я парусхэр Iэтауэ хым тету кIуэ кхъухьхэр.
(25) Фи Тхьэм и фIыщIэхэм щыщу сыт хуэдэра атIэ фэ пцIыуэ фыбжыр?
(26) Псори мыбы тетыр кIуэдыжынущ.
(27) Уи Тхьэм и Нэгу закъуэращ къэнэнур игъащIэкIэ, Псом нэхърэ нэхъ лъагэр, нэхъ хьэлэлыр.
(28) Фи Тхьэм и фIыщIэхэм щыщу сыт хуэдэра атIэ фэ пцIыуэ фыбжыр?
(29) Абым йолъэIур уафэхэми, щIылъэми щыIэхэр. Махуэ къэс Ар Iуэхум хэтщ.
(30) Фи Тхьэм и фIыщIэхэм щыщу сыт хуэдэра атIэ фэ пцIыуэ фыбжыр?
(31) Куэд дэмыкIыу фэ тIум фи ужьым дихьэнущ, уэ, лъэпкъитI!
(32) Фи Тхьэм и фIыщIэхэм щыщу сыт хуэдэра атIэ фэ пцIыуэ фыбжыр?
(33) Уэ, жынхэмрэ цIыхухэмрэ я лъэпкъхэ! Уафэхэмрэ щIылъэмрэ я гъунэхэм фыщхьэдэкIыфынумэ, фыщхьэдэкI. Ауэ фыщхьэдэкIыфынукъым унафэ фимыIэу.
(34) Фи Тхьэм и фIыщIэхэм щыщу сыт хуэдэра атIэ фэ пцIыуэ фыбжыр?
(35) Фэ къыфхуагъэкIуэнущ мафIэ Iугъуэ зымыщIым и бзийхэр, Iугъуэри. ИкIи фызэдэIэпыкъужыфынукъым.
(36) Фи Тхьэм и фIыщIэхэм щыщу сыт хуэдэра атIэ фэ пцIыуэ фыбжыр?
(37) Мис уафэр зэгуэтхъынущи плъыжь хъунущ, иса дагъэм хуэдэу.
(38) Фи Тхьэм и фIыщIэхэм щыщу сыт хуэдэра атIэ фэ пцIыуэ фыбжыр?
(39) А махуэм цIыхуми, жынми яупщIыжынукъым сыт ящIауэ щытами.
(40) Фи Тхьэм и фIыщIэхэм щыщу сыт хуэдэра атIэ фэ пцIыуэ фыбжыр?
(41) ГуэныхьыщIэхэр къащIэнухэщ я дамыгъэхэмкIэ, я щхьэфэхэмрэ я лъэгухэмрэкIэ япхъуэтэнухэщ.
(42) Фи Тхьэм и фIыщIэхэм щыщу сыт хуэдэра атIэ фэ пцIыуэ фыбжыр?
(43) Мис Жыхьэнэмэуэ гуэныхьыщIэхэм пцIыуэ ябжар.
(44) Ахэр дэтынущ абырэ псывэмрэ яку.
(45) Фи Тхьэм и фIыщIэхэм щыщу сыт хуэдэра атIэ фэ пцIыуэ фыбжыр?
(46) Я Тхьэм и пащхьэ иувэным щышынэхэтэм жыг хадитI хуэгъэхьэзыращ.
(47) Фи Тхьэм и фIыщIэхэм щыщу сыт хуэдэра атIэ фэ пцIыуэ фыбжыр?
(48) Абыхэм къудамэхэр тIуми япытщ.
(49) Фи Тхьэм и фIыщIэхэм щыщу сыт хуэдэра атIэ фэ пцIыуэ фыбжыр?
(50) Абыхэм тIуми псынэхэр къыщIожыр.
(51) Фи Тхьэм и фIыщIэхэм щыщу сыт хуэдэра атIэ фэ пцIыуэ фыбжыр?
(52) Абыхэм тIуми дэтхэнэ пхъэщхьэмыщхьэм щыщ щыIэщ.
(53) Фи Тхьэм и фIыщIэхэм щыщу сыт хуэдэра атIэ фэ пцIыуэ фыбжыр?
(54) Ахэр телъынухэщ зырагъэщIауэ пIэхэм, ищIагъым данэ ибзауэ, пхъэщхьэмыщхьэхэри къахуехынущ а жыг хадитIым.
(55) Фи Тхьэм и фIыщIэхэм щыщу сыт хуэдэра атIэ фэ пцIыуэ фыбжыр?
(56) Абдежым щыIэнущ зи напIэхэр едзыха пщащэхэр, ипэкIэ цIыхуи, жыни ямыIусауэ.
(57) Фи Тхьэм и фIыщIэхэм щыщу сыт хуэдэра атIэ фэ пцIыуэ фыбжыр?
(58) Ахэр хуэдэхэщ налкъут плъыжьхэм е кораллхэм.
(59) Фи Тхьэм и фIыщIэхэм щыщу сыт хуэдэра атIэ фэ пцIыуэ фыбжыр?
(60) ФIым фIыкъэ хуэфащэжыр?
(61) Фи Тхьэм и фIыщIэхэм щыщу сыт хуэдэра атIэ фэ пцIыуэ фыбжыр?
(62) А тIум ипэкIи жыг хадитI.
(63) Фи Тхьэм и фIыщIэхэм щыщу сыт хуэдэра атIэ фэ пцIыуэ фыбжыр?
(64) ТIури удзыфабзэхэу.
(65) Фи Тхьэм и фIыщIэхэм щыщу сыт хуэдэра атIэ фэ пцIыуэ фыбжыр?
(66) Абдежым псынэхэр къыщIэухэу.
(67) Фи Тхьэм и фIыщIэхэм щыщу сыт хуэдэра атIэ фэ пцIыуэ фыбжыр?
(68) А тIуми щыIэщ пхъэщхьэмыщхьэхэр, пальмэхэр, нарыр.
(69) Фи Тхьэм и фIыщIэхэм щыщу сыт хуэдэра атIэ фэ пцIыуэ фыбжыр?
(70) Абдежым щыIэхэщ бзылъхугъэ дахащэхэр, фIыщэхэр.
(71) Фи Тхьэм и фIыщIэхэм щыщу сыт хуэдэра атIэ фэ пцIыуэ фыбжыр?
(72) Хьурхэр шэтырхэм щаIыгъхэу.
(73) Фи Тхьэм и фIыщIэхэм щыщу сыт хуэдэра атIэ фэ пцIыуэ фыбжыр?
(74) Абыхэм еIусакъым ипэкIэ цIыхуи, жини.
(75) Фи Тхьэм и фIыщIэхэм щыщу сыт хуэдэра атIэ фэ пцIыуэ фыбжыр?
(76) Ахэр егъэщIауэ телъынухэщ щхьэнтэ щхъуантIэхэм икIи уэншэку дахащэхэм.
(77) Фи Тхьэм и фIыщIэхэм щыщу сыт хуэдэра атIэ фэ пцIыуэ фыбжыр?
(78) ЛъапIэщ уи Тхьэм и цIэр, псом нэхърэ нэхъ лъагэр, нэхъ хьэлэлыр.