66 - At-Tahrim ()

|

(1) Уэ бегъымбар, щхьэ хьэрэм зыхуэпщIыжрэ Алыхьым хьэлэл пхуищIар? Уи щхьэгъусэхэм я арэзыныгъэ къэплъыхъуэу ара? Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ.

(2) Алыхьым фхуигъэунэхуащ фи тхьэрыIуэхэр зэрызытефхыжынур. Алыхьыращ фи КъыщхьэщыжакIуэр, Ар ЗыщIэщ, АкъылыфIэщ.

(3) Мис бегъымбарым щэхур хуиIуэтащ и щхьэгъусэхэм щыщ зым. Абы ар къыщиIуэтэжым, Алыхьым ар нахуэ ищIащ. Абы итIанэ зыгуэр хуиIуэтащ, адрейр иущэхуащ. Ар щыхуиIуатэм, къыщIэупщIащ: "Хэт ар къыбжезыIар?" Абы жиIащ: "КъызжезыIар ЗыщIэращ, Щыгъуазэращ".

(4) ТIуми Алыхьым тобэ къыхуэфхьыжмэ, атIэ фигухэр лъэныкъуэкIэ екIуэкIагъэххэщ. Ауэ зыр адрейм фыкъыдэщIмэ абы фыпэувауэ, атIэ абы къыщхьэщыжыр Алыхьыращ, Джибрили, мыIуминхэм щыщ цIыхуфIхэри. ИтIани абы мелыIычхэри и дэIэпыкъуэгъущ.

(5) Фэ къыфпыкIыжмэ, атIэ Алыхьым абы фыхуихъуэжынущ нэгъуэщI щхьэгъусэкIэ, фэ нэхърэ нэхъыфIхэу, муслъымэнхэу, Iиман къэзыхьахэу, жыIэдаIуэхэу, тобэ къэзыхьхэу, Алыхьым хуэпщылIхэу, нэщI яIыгъхэу, ипэкIэ дэкIуауэ щытахэуи, зэи дэмыкIуахэуи.

(6) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, фэ фи псэхэри, фи унагъуэхэри щыфхъумэ МафIэм. Абы и гъэсыныр цIыхухэрэ мывэхэрэщ, абы щхьэщытхэщ мелыIыч ткIийхэр, къарууфIэхэр. Ахэр алыхьым и унафэм фIэкIхэкъым, сыт хуэдэ унафэ яхуимыщIами ягъэзащIэр.

(7) Уэ, джаурхэ, нобэ хей зыфщIыжыну фыпымылъ, фщIауэ хъуам хуэфащэр къыватыжынущ.

(8) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, пэж дыдэу Алыхьым тобэ къыхуэфхь. Фи Тхьэм къыфхуигъэгъункIэ мэхъур фи гуэныхьхэр, Жэнэтым и жыг хадэхэми фригъэхьэнщ псы ежэххэр къыщIэжхэу а махуэм, Алыхьым щимыгъэпудынум бегъымбарри, абы щIыгъуу Iиман къэзыхьахэри. Абыхэм я нурыр я гупэкIи, я ижь лъэныкъуэмкIи къонэхур. Абыхэм жаIэнущ: "Ди Тхьэ, ди нурыр нэгъэсауэ тхуэщIи къытхуэгъэгъу. Уэ сытри пхузэфIокIыр".

(9) Уэ, бегъымбар, джаурхэмрэ фэрыщIхэмрэ язауэ, ткIийуэ яхущыт. Абыхэм я екIуэлIапIэр Жыхьэнэмэщ, сыту Iеищэ а екIуэлIапIэр.

(10) Алыхьым щапхъэу къахуихьащ джаурхэм Нухь и щхьэгъусэмрэ, ЛутI и щхьэгъусэмрэ. Ахэр Ди пщылI фIыщэхэм щыщ тIум я фызхэт, ауэ епцIыжахэщ а тIум. Абыхэм зыкIи щахъумэфакъым ахэр Алыхьым. Абыхэм жраIащ: "МафIэм хыхьэхэм ящIыгъуу фыхыхьэ".

(11) Iиман къэзыхьахэм атIэ щапхъэу яхуищIащ Фирхьэуным и щхьэгъусэр. Абы жиIащ: "Си Тхьэ, Уэ Уи дежым унэ схуэщI Жэнэтым, Фирхьэунми, абы ищIахэми, лъэпкъ залымми сыкъегъэл".

(12) Мэрями Хьимран и пхъум и укIытапIэр ихъумащ, абы Ди псэм щыщ хэдгъэхьащ. Абы и Тхьэм и псалъэхэри, и Тхылъхэри и фIэщ хъуащ, ар жыIэдаIуэхэм щыщт.