(1) ТIа ха
(2) КъурIэныр къыпхуедгъэхакъым уигъэнэщхъеину
(3) Ар тхьэ шынагъуэ зыхэлъхэм щхьэкIэ гум къэзыгъэкIыжу аращ
(4) ЩIымрэ уафэ лъагэхэмрэ къэзыгъэхъуам къригъэхащ ар
(5) ГущIэгъущIым Хьэршым зыщхьэщиIэтыкIащ
(6) Абы ейщ уафэхэми щыIэр, щIылъэми щыIэр, абыхэм яку дэлъри, щIым и щIагъым щIэлъри
(7) Уи псалъэр ину жыпIэми, Абы ещIэр ущэхуари щIэхъумари
(8) Алыхьыращ, Абы нэгъуэщI Тхьэ щыIэкъым, цIэ дахэхэри иIэщ
(9) Мусэ и хъыбарыр къыбнэсакъэ уэ?
(10) Абы мафIэ къилъагъури и Iыхьлыхэм яжриIащ: "Мыбдежым фыкъанэ, сэ мафIэ къэслъэгъуащи, е пхъапэ пысыкIа къыфхуэсхьынщ, е мафIэм и деж гъуэгу къыщызгъуэтынщ"
(11) Абдежым къыщысым, абы еджахэщ: "Уэ, Мусэ!
(12) Сэращ ипэжыпIэкIэ уи Тхьэр, уи вакъэхэр щых, ауз лъапIэ ТIууам ущыIэщ уэ
(13) Сэ уэ укъыхэсхащи, къыпхуезгъэхым едэIу
(14) ИпэжыпIэкIэ Сэращ Алыхьыр, Сэ нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым, аращи къысхуэпщылI, нэмэзи щIы, уигу сыкъэкIыжын папщIэ
(15) Сыхьэтыр шэч хэмылъу къэкIуэнущ, ар соущэхур Сэ, цIыху къэскIэ къилэжьар къылъысыжын щхьэкIэ
(16) Абырэ уэрэ фи яку домыгъыхьэ ар зи фIэщ мыхъуауэ и хуеиныгъэхэм кIэлъыкIуэхэм, ухэкIуэдэнущ итIанэ
(17) Сыт а уи 1э ижьымк1и п1ыгъыр уэ, Мусэ?
(18) Абы жиIащ: "Мыр си башыращ, абы зытызогъащIэр, си мэлхэри зэхузохус абыкIэ, нэгъуэщI зыгуэрхэри изощIэр"
(19) Жи1ащ: "Хыф1эдзэт ар, Мусэ"
(20) Ар щыхыфIидзэм, блэуэ псынщIэу зигъэхъейуэ щIидзащ
(21) Абы жиIащ: "Къащтэ ар, икIи умышынэ, ипэкIэ зэрыщытам хуэдэ къабзэу дыщIыжынщ
(22) Уи Iэр уи джабэм кIэрыкъузэ, хужьыбзэ хъуауэ къыкIэрыпхыжынщ, узым и бэгухэм щыщ къытемынэжауэ, ар иджыри зы нэщэнэщ
(23) Ди нэщэнэшхуэхэм щыщи уэдгъэлъагъунщ
(24) Фирхьэуным и деж кIуэ, ар гъунэхэм егъэлеяуэ щхьэдэкIащ"
(25) Абы (Мусэ) жриIащ: "Си Тхьэ, си бгъэр схузэIух!
(26) Си Iуэхури псынщIэ схуэщI!
(27) Си бзэри къегъэутIыпщ
(28) Абыхэм жысIэр къагурыIуэн щхьэкIэ
(29) Си Iыхьлыхэм щыщи дэIэпыкъуэгъу схуэщI
(30) Си къуэш Хьэрун
(31) АбыкIэ си къарур хэгъахъуэ
(32) Ари си Iуэхум къыхэгъыхьэ
(33) Зэгъусэу Уи щытхъур куэдрэ тIэтыным щхьэкIэ
(34) Куэдри Уи гугъу тщIыным щхьэкIэ
(35) ИпэжыпIэкIэ, Уэ дыболъагъур дэ!"
(36) Жи1ащ: "Узщ1элъэ1уар къоттащ, уэ Мусэ
(37) Иджыри ипэкIэ фIыгъуэхэр пхуэтщIат Дэ
(38) Уи анэм игу щитлъхьатэм уэхьи:
(39) Ар пхъуантэм илъхьи псым хэдзэ, итIанэ ар псым къыхидзыжынущ и Iуфэм. Абдежым Сэри езыми ди бийм ищтэнущ ар. Си лъагъуныгъэм щыщ къыпхуезгъэхри, Си Нэгум ущIэтурэ уапIащ
(40) Уи шыпхъур къакIуэри яжриIащ: "Фэзгъэлъагъун ар фхуэзыпIын?" Апхуэдэу уи анэм и деж укъэдгъэкIуэжащ, гу къыпщихуэжыну икIи мынэщхъеину. ИтIанэ цIыху быукIащ, ауэ Дэ гукъеуэм укъедгъэлри гугъуехь хуабжь птетлъхьащ, удгъэунэхуну. Мэдйян лъэпкъым илъэс бжыгъэкIэ уахэтащ уэ, итIанэ пIалъэм техуэу укъэкIуащ уэ, Мусэ
(41) Сэ укъыхэсхащ уэ Сэ щхьэкIэ
(42) Уэрэ уи къуэшымрэ фыкIуэ, Си нэщэнэхэр фIыгъыу, икIи фемышу Си гугъу фщIы
(43) Фирхьэуным и деж фыкIуэ, ар гъунэхэм егъэлеяуэ щхьэдэкIащ
(44) Псалъэ щабэ жефIэ абы, игу къэкIыжынкIэ мэхъу е шынэнкIэ мэхъур"
(45) А тIум жаIащ: "Ди Тхьэ, дэ дошынэр ар гузавэу тезыр къыттрилъхьэнкIэ, е залымыгъэ гуэр къыдищIылIэнкIэ"
(46) Абы жиIащ: "Фымышынэ, Сэ сывигъусэщ, зэхызохыр икIи солъагъур
(47) ТIури зэгъусэу абы и деж фыкIуи жефIэ: "Дэ уи Тхьэм дрилIыкIуэхэщ, аращи Исраил и бынхэр ди гъусэу къэгъакIуэ, абыхэм хьэзаб ятомылъхьэ, дэ уи Тхьэм и нэщэнэхэр къыпхуэтхьащ. ИкIи мамырыгъэр техуэ, гъуэгу захуэм ирикIуэм
(48) Дэ къытхуехащ хьэзабыр зэрыхуэфащэр пцIыуэ ар зыбжымрэ, зи щIыбыр хуэзыгъазэмрэ"
(49) Абы жи1ащ: "Уэ Мусэ, ат1э хэт фэ т1ум фи Тхьэр?"
(50) ЖиIащ: "Ди Тхьэр къигъэщIауэ хъуам теплъэ езыту итIанэ гъуэгу захуэр языгъэлъэгъуаращ"
(51) Абы жиIащ: "Япэрей лIэщIыгъуэхэм сыт атIэ я Iуэхур?"
(52) ЖиIащ: "Абы теухуа щIэныгъэр си Тхьэм и деж щыIэщ, тхылъым иту, си Тхьэр гъуащэкъым икIи зыри щыгъупщэкъым"
(53) ЩIыр псэупIэ фхуэзыщIар, гъуэгухэри фхухэзышар, уафэми псы къыфхуезыгъэхар, абыкIэ сыт хуэдэ къэкIыгъэми щыщ тIурытIурэ щIым къыфхуэдгъэкIащ
(54) Фшхы икIи щывгъэхъу фи былымхэр, ипэжыпIэкIэ ахэр нэщэнэ нахуэхэщ, акъыл зиIэхэм папщIэ
(55) Абым фыкъыхэтщIыкIащ, абыми фыхэдгъэхьэжынущ, итIанэ иджыри зэ абым фыкъыхэтшыжынущ
(56) Абым ди нэщэнэхэр псори едгъэлъэгъуащ, ауэ пцIыуэ ибжри и фIэщ хъуакъым
(57) Абы жи1ащ: "Уэ, Мусэ, ди щ1ым уи удыгъэмк1э дипшыну укъэк1уауэ ара?"
(58) Арамэ абым хуэдэ щхъухь дэри къыпхуэтхьынщ, пIалъэ уэрэ дэрэ ди якум гъэув, дэри уэри абым демыпцIыжу щIыпIэ зэIуха гуэрым и деж"
(59) Абы жиIащ: "Фи пIалъэр махуэшхуэращ, цIыхухэри жьыуэ къызэхурырес"
(60) Фирхьэуным и щIыбыр къигъазэри и хьилэгъэр игъэхьэзыращ, итIанэ ар къэсащ
(61) Мусэ абыхэм яжриIащ: "Уей мыгъуэ, Алыхьым пцIы тевмылъхьэ, ар мыхъумэ хьэзабыр къыфтрилъхьэнщи фигъэкIуэдынщ. ИкIи хэкIуэдащ Алыхьым пцIы тезылъхьэр"
(62) Ахэр я Iуэхум щхьэкIэ зэдауэхэу щытахэщ икIи я псалъэхэр яущэхуауэ къагъэнащ
(63) Абыхэм жаIащ: "Мы тIур удщ, абыхэм я щхъухьымкIэ фи щIым фырахуну хуейуэ аращ, итIанэ ахэр фэ фи гъуэгу дахащэм ирикIуэнухэщ
(64) Аращи фи хьилагъэхэмкIэ фызэгурыIуэ, итIанэ сатырурэ фыкъэувхэ. ЕхъулIащ нобэ текIуэнур"
(65) ЖаIащ: "Уэ Мусэ, е уэ хыфIэбдзэнщ, е дэ япэ хыфIэддзэнущ"
(66) Абы жиIащ: "Хьэуэ, фэ хыфIэвдзэ". ИтIанэ къыфIагъэщIащ абыхэм я кIапсэхэмрэ, я башхэмрэ щхъухьым щхьэкIэ загъэхъей хуэдэу
(67) Мусэ и гум абдежым шынэ щиущэхуащ
(68) Абы жетIащ: "Умышынэ, уэращ текIуэнур
(69) ХыфIэдзэ уи Iэ ижьымкIэ пIыгъыр, абыхэм ящIахэр псори ишхынущ, абыхэм ящIахэр удым и щхъухьщ. ИкIи дэнэ мыкIуами удыр ехъулIэнукъым"
(70) Абдежым удхэм я щхьэхэр щIым тралъхьэри жаIащ: "Ди фIэщ хъуащ Хьэрунрэ Мусэрэ я Тхьэр"
(71) Абы (фирхьэуным) жиIащ: "Ар фи фIэщ фщIауэ ара сэ унафэ къывэзмыт щIыкIэ? Мыр фи нэхъыщхьэу удыгъэр фэзгъащIэращ атIэ! Арамэ фи Iэхэмрэ фи лъакъуэхэмрэ зэблэдзауэ пызудынщи пальмэхэм я лъэдийхэм фесIулIынщ. ИтIанэ къэфщIэнщ хэт дэ тIум зи хьэзабыр нэхъ гуащIэ икIи нэхъ кIыхь!"
(72) Абыхэм жаIащ: "Уэ япэ уидгъэщынукъым дэ нэщэнэу къытхуэкIуахэм икIи дэ дыкъэзыгъэхъуам. ПщIэну узыхуейр щIэ, уэ мы дуней закъуэращ узыхуейр къыщыдэпщIэфынур
(73) Дэ ди Тхьэр ди фIэщ хъуащ къытхуигъэгъун щхьэкIэ гъуэщэныгъэу тщIахэр, икIи уэ егъэзыгъэкIэ щхъухьу дэбгъэщIахэр. Алыхьыращ нэхъыфIыри, игъащIэкIэ къанэри"
(74) И тхьэм и деж мыхъумыщIакIуэу зыгъэзэжым хуэфащэр жыхьэнэмэщ, зэи щымылIэу абдежым икIи псэ къыIумыхьэжу
(75) АтIэ Iиман къэзыхьауэ Абы хуэкIуэжыр, фIыхэри ищIауэ, абыхэм яхуэфащэщ увыпIэ лъагъэхэр
(76) жэнэт къыздэнэнухэр, псыхэр къыщIэжхэу, игъащIэкIэ къинэхэу - аращ хуэфащэр къабзагъэ зезыхьахэм
(77) Мусэ хуедгъэхащ уэхьи: "Си пщылIхэм я гъусэу жэщым дэкIи хым лъагъуэ гъущэ яхухэш. Умышынэ къыплъэщIыхьэнхэу икIи умыгужьей"
(78) Абыхэм яужь фирхьэуныр и дзэр щIыгъуу ихьащ, ахэр псори хым щIихъумахэщ
(79) Фирхьэуным и лъэпкъыр щигъэуащ икIи захуэм хуишахэкъым
(80) Уэ Исраил и бынхэ, фи бийм фыкъедгъэлащ, икIи ТIурым и джабэ ижьым псалъэ быдэ фэттащ, мэннымрэ ныбгъуэхэмри къыфхуедгъэхащ
(81) Фшхы фIыгъуэу фэттахэм щыщ, ауэ евмыгъэлей абыхэм, армыхъумэ Си губжьыр къыфтехуэнщ. Си губжьыр зытехуэр псори атIэ хэкIуэдащ
(82) ИкIи Сэ тобэ къэзыхьым хузогъэгъур сытым щыгъуи, Iиман къихьауэ, фIыхэр ищIэу икIи захуэм тету щытмэ
(83) Уэ Мусэ, сыт уи лъэпкъым ипэ зыщ1ибгъэщар уэ?
(84) Абым жиIащ: "Месыр ахэри си ужьым итхэщ, сэ сыгузэващ, Уи деж псынщIэу сыкъэсыну, аразы ухъун щхьэкIэ"
(85) Абы (Алыхьым) жиIащ: "Дэ уи лъэпкъыр дгъэунэхуащ уи ужькIэ, икIи ахэр самирийм щигъэуахэщ"
(86) Мусэ къигъэзэжащ и лъэпкъым идеж губжьауэ икIи нэщхъейуэ. Абы жиIащ: "Уэ лъэпкъ, фи Тхьэм псалъэ быдэ дахэ къывитакъэ? ПIалъэр кIыхьыщэ къыфщыхъуауэ ара фэ е фи Тхьэм и губжьыр къыфтехуэну фыхуеяуэ ара псалъэу къызэфтам фыщIепцIыжар?"
(87) Абыхэм жаIащ: "Дэ дыхуейуэ псалъэ уэттам депцIыжакъым. А лъэпкъым я зызэрагъэщIэращIэ лъапIэхэр хьэлъэу тIыгъти, ахэр мафIэм хэддзащ, самирийми хидзащ"
(88) Абым къахухищIыкIащ танэм и пкъыр бууэ. ИтIанэ абыхэм жаIащ: "Мыращ фи тхьэри, Мусэ и тхьэри, ауэ абы щыгъупщэжащи аращ"
(89) Абыхэм ямылъагъуу ара зы псалъи къазэрыжимыIэжыр икIи фIыкIи IейкIи зыри къазэрахуимыщIэфыр?
(90) Абыхэм ипэкIэ Хьэрун яжриIат: "Уэ лъэпкъ, абыкIэ фагъэунэхур фэ. Фи Тхьэр ГущIэгъущIращи, си ужьым фыкъиуви, си унафэм фыхуэжыIэщIэ"
(91) Абыхэм жаIащ: "Абым дыхуэпщылIыныр щыдгъэтынукъым, Мусэ къимыгъэзэжыху ди деж"
(92) Абы жи1ащ: "Хьэрун, сыт укъэзгъэувы1ар ахэр зэрыщыуар щыплъагъум?"
(93) Сэ си ужьым щхьэ укъимыхьа? Си унафэм утекIауэ ара?"
(94) Абы (Хьэрун) жиIащ: "Уэ си анэм и къуэ, си жьакIэм уемыIэ, си щхьэми аращ, сышынауэ арат сэ: - Исраил и бынхэр зэщхьэщыпхуахэщ, сэ бжесIари бгъэзэщIакъым", - къызжепIэну"
(95) Абы жи1ащ: "Уэ сыт жып1энур, уэ, самирий?"
(96) Абы жиIащ: "Абыхэм ямылъагъур слъэгъуащ сэ, лIыкIуэм и лъэужьым щыщ щIыгу IэмыщIэ къасщтэри абым хэслъхьащ, апхуэдэу си псэм ар схуигъэдэхащ"
(97) (Мусэ) жиIащ: "КIуэ, мы дунейм сытым щыгъуи жыпIэн хуеинущ: "Сэ фыкъыслъэмыIус, фэри сыфлъэIускъым". ИкIи пIалъэ узэмыпцIыжын къыппэщылъщ. Еплъыт а уи тхьэуэ узыхуэпщылIтэм: ар дгъэсынущ, итIанэ абы и сахуэр хым тетпхъэжынущ
(98) Фэ фи Тхьэр Алыхьыращ, Абы нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым. Абы и щIэныгъэмкIэ сытри зэщIеубыдэр"
(99) Апхуэдэу пхудоIуатэр ипэкIэ щыIахэм я хъыбархэм щыщ, икIи уэттагъэххэщ гум къэзыгъэкIыжыр
(100) Абым и щIыбыр хуэзыгъазэм Къемэт махуэм хьэлъэ ихьынущ
(101) ИгъащIэкIэ апхуэдэу къэнэнухэщ, Къемэт махуэми абыхэм я хьэлъэр сытым хуэдэу Iеищэ!
(102) А махуэм Бжьэм епщэнухэщ, икIи а махуэм мыхъумыщIагъэ зыщIахэр ущхъуэнтIауэ зэхуэтхусынущ
(103) Ахэр зэIущащэхэу жаIэнущ: "Абдежым (дунейм) махуипщI нэхъ фыщыIакъым"
(104) Дэ нэхъыфIу дощIэр абыхэм жаIэхэр, абыхэм я нэхъыфIым жиIэнущ: "Зы махуэ нэхъ фыщыIакъым абдежым"
(105) Къущхьэхэм щхьэкIэ къоупщIхэр ахэр, атIэ жыIэ: "Си Тхьэм ахэр зэхигъэлъэлъэнущи
(106) джафэу зыри къытемыкIэжу къигъэнэнущ
(107) кумбхэри, теIэтыкIауэ зыгуэри щомылъагъужу"
(108) А махуэм ахэр гъуом иужь итхэу кIуэнухэщ, зыщIыпIи емыкIуэкIхэу. Я макъхэр ГущIэгъущIым и пащхьэм ягъэцIыкIунущ, макъ щэху фIэкIаи зэхэпхынукъым
(109) А махуэм зыри къыщхьэщыжыну зыми хуитынукъым, ГущIэгъущIым зыхуидахэу, зи псалъэхэмкIэ ар зыхуэарэзыхэм мыхъумэ
(110) Абым ещIэр къапэщылъыр, я щIыбым къагъэнари, ауэ абыхэм я щIэныгъэм Ар зэщIиубыдэкъым
(111) Псэум, Псоми ящхьэщытым и пащхьэм нэгухэр хуагъэцIыкIунущ, икIи залымыгъэ зезыхьахэр хэкIуэдахэщ
(112) ФIыхэр зыщIэр абы, Iиман хэлъу, ар щышынэкъым залымыгъэ кърахынуи, ягъэмэщIэнуи
(113) Ар хьэрыпыбзэкIэ КъурIэну къедгъэхащ, зэрыдгъэшынэхэри нэгъэсауэ абдежым ягурыдгъэIуащ, ахэр шынэнкIэ мэхъур е ягу къэкIыжынкIэ мэхъур
(114) Псом нэхърэ нэхъ лъагэщ Алыхьыр, Пащтыхь пэжыр! Умыгузавэ КъурIэным уеджэну ар къыпхуемыхауэ икIэм нэс, икIи жыIэ: "Си Тхьэ, си щIэныгъэр схухэгъахъуэ!"
(115) ИпэкIэ Iэдэм псалъэ быдэ къыIитхат, ауэ абы щыгъупщэжат, икIи хущIэкъуныгъэ быдэ хэлъу дгъуэтакъым абы
(116) МелыӀычхэм унафэ яхуэтщӀащ Ӏэдэм щхьэщэ хуащӀыну. Псоми щхьэщэ хуащӀащ, ауэ Ӏиблис идакъым
(117) Дэ жытIащ: "Уэ Iэдэм, мыр уэри, уи щхьэгъусэми фи бийщ. Фыхуэсакъ абы жэнэтым фыкъримышыну, итIанэ насыпыншэ ухъунщ
(118) Абдежым уэ умэжэлIэнукъым икIи пцIанэу укъэнэнукъым
(119) ИкIи абдежым псыхуэлIи хуабэ Iеи зыхэпщIэнукъым"
(120) Ауэ шейтIаныр абы еIущащэу щIидзащ, абы жиIащ: "Уэ Iэдэм, уэзгъэлъагъун жыг игъащIэкIэ уигъэпсэуну, мыкIуэдыж унафи къыуитыну?"
(121) ТIуми абы щыщ яшхри, я укIытапIэхэр къыщылъагъуэм, жэнэтым и тхьэпэхэмкIэ щIахъумэу щIадзащ. Апхуэдэу Iэдэм и Тхьэм и унафэм едэIуакъым
(122) ИтIанэ абы и Тхьэм ар къыхихри, и тобэр къабыл ищIащ, гъуэгу захуэми тришащ
(123) Абы жиIащ: "Псори зэгъусэу фикI мыбы, зыр адрейм и бийуэ фыщытынущ. Си дежым къикIауэ гъуэгу захуэр къыфхуэкIуэмэ, а захуэм тетыр гъуэщэнукъым икIи насыпыншэ хъунукъым
(124) Ауэ Сэ гум къэзыгъэкIыжу къезгъэхам зи щIыб хуэзыгъазэм, гъащIэ хьэлъэ хуэфащэщ, Къемэт махуэми нэфу къэдгъэхъужынущ"
(125) Абы жиIэнущ: "Си Тхьэ, щхьэ нэфу сыкъэбгъэхъужа, слъагъуу сыщыта пэтрэ?"
(126) ЖиIэнущ: "Апхуэдэу Ди нэщэнэхэр къыпхуэкIуат, ауэ пщыгъупщащ. Апхуэдэуи нобэ уащыгъупщэнущ"
(127) Апхуэдэу леягъэ зезыхьам, и Тхьэм и нэщэнэхэр зи фIэщ мыхъуам хуэфащэр яттынущ, ахърэтым и хьэзабри нэхъ гуащIэжщ икIи зэпымычщ
(128) Ахэр захуагъэм къыхуишакъэ езыхэм япэкIэ лIыщIыгъуэу дгъэкIуэдахэу зи псэупIэу щытахэм къызэракIухьыр? Акъыл зиIэхэм папщIэ ар нэщэнэхэщ
(129) Уи Тхьэм и псалъэ ипэкIэ итар мыхъуатэмэ къатехуэнут ар, ауэ пIалъэр гъэнэхуащ
(130) Шэчыныгъэ зыхэгъэлъ абыхэм жаIэм щхьэкIэ, уи Тхьэми и щIыхьыр гъэин фIыщIэ хуэпщIурэ дыгъэр къыкъуэмыкI щIыкIи, къуэмыхьэж щIыкIи, Ар гъэлъапIэ жэщым икIыхьагъкIи, махуэр щыщIидзэми, щиухми. Уэ арэзы ухъункIэ мэхъур
(131) Абыхэм ящыщу зыгуэр мы дунейм и фIыгъуэхэм щыщу зэттахэм уемыплъ уэ, ар дгъэунэхунхэм щхьэкIэщ. Уи Тхьэм и ерыскъыр атIэ нэхъыфIщ икIи къыпхуэнэжыпэнущ
(132) Уи Iыхьлыхэм нэмэз ящIыну унафэ яхуэщI, уэри бэшэчу ар щIы. Дэ ерыскъы къыдэптыну дыкъолъэIукъым, атIэ Дэращ уэ ерыскъы къозытыр. Тхьэшынагъуэ зыхэлъхэм я кIэухыращ фIыр
(133) Абыхэм жаIащ: "И Тхьэм и деж къикIауэ нэщэнэ щхьэ къытхуимыхьрэ?" Къахуемыхауэ ара абыхэм ипэрей Тхылъхэм иту нэщэнэ нахуэхэр?
(134) Ахэр ипэкIэ къахуеха хьэзабкIэ дгъэкIуэдахэтэмэ, жаIэнут: "Ди Тхьэ, лIыкIуэ къытхуэбгъэкIуатэмэ аратэкъэ Уи нэщэнэхэм дытетынут гъэцIыкIуа икIи гъэпуда дымыхъу щIыкIэ"
(135) ЖыIэ: "Псори йожьэхэр, фэри фежьэ, къэфщIэнущ итIанэ хэт гъуэгу захуэм тетми, хэт лъагъуэ захуэм ирикIуэми"