54 - Al-Qamar ()

|

(1) Сыхьэтыр къэблагъэри мазэр зэгуэудащ.

(2) Абыхэм нэщэнэр щалъагъум я щIыбхэр къагъазэри жаIащ: "Удыгъэ текIыжщ".

(3) ПцIыуэ ябжри я хуеиныгъэхэм и ужь иту кIуахэщ, ауэ Iуэху къэскIэ хуэфащэр кърикIуэжынущ.

(4) Абыхэм къахуэкIуащ хъыбархэм щыщу щызыхъумэхэр.

(5) Ар акъылыфIагъэ нэгъэсащ, ауэ сыт абыхэм сэбэп зарахуэхъуар?

(6) Ахэм уи щIыбыр яхуэгъазэ. ХъыбарегъащIэр къыщыджэну махуэм, абыхэм яфIэмыфIым къыхуриджэу,

(7) я напIэхэр къамыIэтыфу кхъэхэм къыщIэкIынухэщ мацIэ зэбгрылъэлъахэм хуэдэу.

(8) Ахэм хъыбарегъащIэм и деж яунэтIынущ. Джаурхэм жаIэнущ: "Мыр махуэ хьэлъэщ!"

(9) Абыхэм япэкIэ Нухь и лъэпкъым пцIыуэ ябжащ. Абыхэм Ди лIыкIуэр пцIыуэ ябжри жаIащ: "Жын хэсщ абы". ИкIи ягъэшынэну хэтахэщ.

(10) Ар и Тхьэм елъэIуащ: "Мыхэр къыстекIуахэщ, къыздэIэпыкъу".

(11) Абдежым уафэм и бжэхэр зэIутхри, псыр къежэхыну иригъэжьащ.

(12) ЩIыми псынэхэр къыщIэуну иригъэжьащ. Уафэмрэ, щIылъэмрэ я псыхэр зэхуэзэжахэщ, Iуэху тхагъэхэу щытам щхьэкIэ.

(13) Ар тхьащ кхъухь пхъэрэ гъущIыIунэрэкIэ щIам тету.

(14) Ар Дэ Ди Нэхэм и пащхьэ кIуащ, Iиман къэзымыхьахэм яхуэфащэу.

(15) Ар нэщэнэу къэдгъэнащ, ауэ щыIэу пIэрэ абы зи гум къигъэкIыжхэр?

(16) Сытым хуэдэт атIэ Си хьэзабымрэ, Iейм зыщахъумэну ягу къэзыгъэкIыжымрэ?

(17) КъурIэныр псынщIэ хуэтщIащ гум къэзыгъэкIыжхэм щхьэкIэ. Ауэ щыIэу пIэрэ зигу къэзыгъэкIыжхэр?

(18) Хьадми пцIыуэ ябжат. Сытым хуэдэт атIэ Си хьэзабымрэ, Iейм зыщахъумэну ягу къэзыгъэкIыжымрэ?

(19) Дэ абыхэм яхуэдгъэкIуащ жьы щIыIэщэм и гуауэр щимыухыж махуэм.

(20) ЦIыхухэр къыхитхът, абы пальмэ къыхатхъахэм хуэдэу.

(21) Сытым хуэдэт атIэ Си хьэзабымрэ, Iейм зыщахъумэну ягу къэзыгъэкIыжымрэ?

(22) КъурIэныр псынщIэ хуэтщIащ гум къэзгъэкIыжхэм щхьэкIэ. Ауэ щыIэу пIэрэ зигу къэзыгъэкIыжхэр?

(23) Самудми пцIыуэ ябжащ Iейм зыщахъумэну къызэрыхураджэр.

(24) Абыхэм жаIащ: "Дэ тщыщ зы цIыхум дыкIэлъыкIуэну ара? Абы щыгъуэм дэ гъуэщэныгъэрэ гуауэрэ дыхэхуэнщ!

(25) Дэ тщыщу абы и закъуэ гум къэзыгъэкIыжыр къыхуехауэ ара? Хьэуэ атIэ, ар пцIыупс пагэу аращ!"

(26) Пщэдей къащIэнщ абыхэм хэт пцIыупс пагэр.

(27) Дэ абыхэм махъшэр яхуэдгъэкIуащ иридгъэунэхуну, якIэлъыплъ абыхэм икIи шэчыныгъэ зыхэгъэлъ.

(28) ИкIи ягъащIэ абыхэм псыр зэрыгуэшар езыхэмрэ (махъшэмрэ) щхьэкIэ. Езыхэм я ефэгъуэм кърекIуэхэ.

(29) Абыхэм я пэшэгъур къраджэри, ипхъуатэри и лъэгуажьэ хуэр зэпиупщIащ.

(30) Сытым хуэдэт атIэ Си хьэзабымрэ, Iейм зыщахъумэну ягу къэзыгъэкIыжымрэ?

(31) Абыхэм яхуэдгъэкIуащ зы кIий макъ, итIанэ ахэр цIыхум и Iуэм ирилъхьэ мэкъум хуэдэ хъуащ.

(32) КъурIэныр псынщIэ хуэтщIащ гум къэзыгъэкIыжхэм щхьэкIэ. Ауэ щыIэу пIэрэ зигу къэзыгъэкIыжхэр?

(33) ЛутI и лъэпкъым пцIыуэ ябжат Iейм зыщахъумэну къызэрыхураджэр.

(34) Дэ абыхэм яхуэдгъэкIуащ жьапщэ ин, ЛутI и унагъуэм мыхъумэ, ахэр къедгъэлащ пщэдджыжьыпэм.

(35) Ар Дэ Ди фIыгъуэщ, апхуэдэу шыкур зыщIым хуэфащэр идотыж.

(36) Абы зыщахъумэну яжриIэт Дэ зэрызэщIэдубыдэнум, ауэ абы яжриIэм шэч къытрахьащ.

(37) Абы и хьэщIэхэр яритыну ирагъэзт, абдежым ахэр нэф тщIахэщ. Феплъыт Сэ Си хьэзабымрэ, зыщыфхъумэну фыкъызыхураджэтэмрэ.

(38) Абыхэм пщэдджыжьым къалъысащ хьэзаб къэгъазэ зимыIэр.

(39) Феплъыт Сэ Си хьэзабымрэ, зыщыфхъумэну фыкъызыхураджэтэмрэ.

(40) КъурIэныр псынщIэ хуэтщIащ гум къэзыгъэкIыжхэм щхьэкIэ. Ауэ щыIэу пIэрэ зигу къэзыгъэкIыжхэр?

(41) Фирхьэуным и лъэпкъым къыхуэкIуащ зыщихъумэну къыхуезыджэр.

(42) Абыхэм Ди нэщэнэхэр псори пцIыуэ ябжри, дыпхъуэтахэщ Лъэщым, Псори зыхузэфIэкIым и пхъуэтэкIэкIэ.

(43) Фэ фи джаурхэр нэхъыфIу ара ипэрейхэм нэхърэ? Е фэ зыри къыфлъэмыIэсыну фигъэгугъэу итхауэ ара Тхылъхэм?

(44) Е абыхэм жаIэу ара: "Дэ ди гупыр текIуэныгъэ къэзыхьщ".

(45) Я гупыр зэбгырахунущи, я щIыбхэр къагъэзэнущ.

(46) Сыхьэтыр абыхэм яхуэгъэува пIалъэщ, а Сыхьэтыр икIи нэхъ хьэлъэщ, нэхъ гуауэщ.

(47) ГуэныхьыщIэхэр гъуэщэныгъэмрэ гугъуехьымрэ хэтхэщ.

(48) Ахэр а махуэм МафIэм ялъэфынущ я нэгухэмкIэ: "Феплъыт Жыхьэнэмэм и еIусэкIэм!"

(49) Дэ сытри къэдгъэщIащ зэрыхуэтхам хуэдэу.

(50) Дэ зэщ унафэ зэрытщIри, итIанэ напIэзыпIэм къохъур.

(51) Фэ фхуэдэхэр тедгъэкIуэдыкIагъэххэщ Дэ. Ауэ щыIэу пIэрэ зигу къэзыгъэкIыжхэр?

(52) Абыхэм ящIауэ хъуар итщ тхыгъэхэм.

(53) ЦIыкIури, инри итхащ.

(54) ИпэжыпIэкIэ, тхьэшынагъуэ зыхэлъхэр Жэнэтым и жыг хадэхэмрэ псы ежэххэмрэ хэтхэщ,

(55) тIысыпIэ пэжым щыIэхэщ Псори зыхузэфIэкI УнафэщIым и деж.