(1) ТIа Син Мим
(2) Мыр Тхыгъэ нахуэм и Iэятхэщ
(3) Уи псэр хэбгъэкIуэдэным унэсауэ къыщIэкIынщ, уэ абыхэм Iиман къахьын щхьэкIэ
(4) Дэ дыхуеймэ, абыхэм нэщэнэ къахуедгъэхынщ уафэм, икIи абыхэм я пщэхэр хуагъэцIыкIуауэ щытынухэт
(5) Абыхэм ГущIэгъущIым и деж къикIауэ я гум къэзыгъэкIыж къахуехмэ щIэуэ, абыхэм я щIыбхэр хуагъэзэну къудейщ абы
(6) Ар пцIыуэ ябжащи, абыхэм къахуехынущ щIэнэкIалъэ ящIам и хъыбархэр
(7) Абыхэм ямылъагъуу ара щIым къызэрыхэдгъэкIар дэтхэнэ фIыгъуэм щыщри?
(8) ИпэжыпIэкIэ абы хэлъщ нэщэнэ, ауэ абыхэм я нэхъыбэм Iиман къахьатэкъым
(9) ИкIи ипэжыпIэкIэ уи Тхьэращ Лъэщыр, ГущIэгъущIыр
(10) Уи Тхьэр Мусэ еджауэ щытащ: «КIуэ залымыгъэ зезыхьэ лъэпкъым и деж
(11) Фирхьэуным и лъэпкъым: «Тхьэм фыщымышынэу ара?»
(12) Абы жиIащ: "Си Тхьэ, пцIы жысIэу къыстралъхьэнкIэ сошынэр.
(13) Сигури зэщIекъузэр, си бзэри къиутIыпщкъыми, Хьэрун кIэлъыгъакIуэ.
(14) ИкIи сэ гуэныхь стелъщи абыхэм я деж, сошынэр саукIыну"
(15) Абы жиIащ: "Хьэуэ, Ди нэщэнэхэр фIыгъыу фыкIуэ, Дэ дыфщIыгъущ, зэхыдохыр.
(16) Фирхьэуным и деж фыкIуи жыфIэ: "Дэ дунейуэ хъуам и Тхьэм дрилIыкIуэхэщ.
(17) Iисраил и бынхэр ди гъусэу утIыпщ"
(18) Абы жиIащ: "КъэхъуагъащIэу ди дежым утIпIакъэ уэ? Илъэс бжыгъэ уи гъащIэм щыщу укъытхэсакъэ уэ?
(19) ИкIи а пщIар пщIащ уэ, уепцIыжауэ пхуэтщIауэ хъуам"
(20) Абы жиIащ: "Ар щысщIатэм сэ гъуэщахэм сащыщт.
(21) ИкIи сыфIэщIэкIащ сыфщышынэри. ИтIанэ си Тхьэм щIэныгъэ къызитри лIыкIуэхэм ящыщ сищIащ.
(22) А фIыгъуэу къысхуэпщIауэ жыхуэпIэр Iисраил и бынхэр пщылI зэрыпщIаращ".
(23) Фирхьэуным жиIащ: "Хэт дунейуэ хъуам я Тхьэр?"
(24) Абы жиIащ: "Уафэхэмрэ щIылъэмрэ, абыхэм я кум дэлъу хъуами я Тхьэщ, фи фIэщ хъууэ щытмэ"
(25) Абы яжриIащ къэзыухъуреихьхэм: "Зэхэфхрэ фэ?"
(26) ЖиIащ (Мусэ): "Фи Тхьэщ, фи адэжь ипэкIэ псэуахэми я Тхьэщ".
(27) Абы жиIащ: "ИпэжыпIэкIэ фи лIыкIуэ къыфхуагъэкIуар делэщ"
(28) Абы жиIащ: "КъуэкIыпIэми къухьэпIэми, абыхэм я кум дэлъми я Тхьэщ, ар къывгурыIуэу щытмэ".
(29) ЖиIащ (Фирхьэуным): "Сэ нэгъуэщI Тхьэ зыхуэпщтэжмэ, хьэпсэм исхэм ящыщ усщIынщ".
(30) ЖиIащ: "Къызэрызгъэпэжын къэсхьащ сэ".
(31) Абы жиIащ: "АтIэ къэгъэлъагъуэ, пэжыр жыпIэмэ".
(32) Абы и башыр щыхэфIидзэм, ар блэ абрагъуэ хъуащ.
(33) И Iэр къыщрихым, ар еплъхэм щхьэкIэ хужьыбзэу къэлъэгъуащ.
(34) Абы (Фирхьэуным) яжриIащ къэзыухъуреихьахэм: "ИпэжыпIэкiэ мыр уд Iэзэщ.
(35) Ар хуейщ, фи щIыгум фришыну и удыгъэмкIэ, сыт атIэ фи еплъыкIэр?"
(36) Абыхэм жаIащ: "Езымрэ и къуэшымрэ къагъэгъэзэжи, къалэхэм хъыбарегъащIэхэр гъакIуэ.
(37) Уд Iэзэу хъуар къыпхурашэ".
(38) Удхэр псори махуэ гъэунэхуам зэхуашэсащ.
(39) ЦIыхухэм жраIащ: "Фыкъызэхуэса фэ?"
(40) "Удхэм дакIэлъыкIуэну хъунщ, ахэрамэ текIуэнур"
(41) Удхэр къыщыкIуэм Фирхьэуным жраIащ: "Дэ пщIэ тхуэфащэкъэ дытекIуэмэ?"
(42) ЖиIащ: "НтIэ, икIи фэ фызэсшэлIэнущ сэ".
(43) Мусэ абыхэм яжриIащ: "ХыфIэвдзэ фызыхуеяхэр хыфIэвдзэну"
(44) Абыхэм я кIапсэхэмрэ, я башхэмрэ хыфIадзэри жаIащ: "Фирхьэуным и лъэщыгъэкIэ дэращ текIуэнур".
(45) ИтIанэ Мусэ и башыр хыфIидзэри, абы ишхыу щIидзащ я удыгъэкIэ ящIахэр
(46) Абдежым удхэм щхьэщэ ящIри, я щхьэхэр щIым ягъэтIылъащ.
(47) Абыхэм жаIащ: "Дунейхэм я Тхьэр ди фIэщ хъуащ,
(48) Мусэрэ Хьэрунрэ я Тхьэр".
(49) Абы (Фирхьэуным) жиIащ: "Iиман къэфхьауэ ара сэ фхуэзмыдауэ иджыри? Ар фи нэхъыщхьэу удыгъэр фэзыгъэщIащ. КъэфщIэнщ фэ! Фи Iэхэмрэ, фи лъакъуэхэмрэ зэблэдзауэ пызудынщ, итIанэ псори фыкIэрысIулIэнщ"
(50) Абыхэм жаIащ: "Ягъэ кIынкъым, дэ ди Тхьэм и деж дгъэзэжынущ.
(51) Дэ дыщогугъыр ди Тхьэм къытхуигъэгъуну ди щыуагъэхэр, япэрейуэ Iиман къызэрытхьам щхьэкIэ"
(52) Мусэ уэхьи хуедгъэхьащ: "Си пщылIхэм ящIыгъуу дэкI жэщым, фи ужьым къихьэнухэщ".
(53) Фирхьэуным къалэхэм игъэкIуахэщ хъыбарегъащIэхэр:
(54) "Ахэр гуп цIыкIунитIэщ.
(55) ИкIи ахэм дагъэгубжьащ.
(56) ИкIи абыхэм дахуэхьэзырщ".
(57) ИтIанэ ахэр жыг хадэхэмрэ псынэхэмрэ къыхэтшахэщ,
(58) я мылъкушхуэхэми, я унэ фIыщэхэми.
(59) Аращ, итIанэ ар щIэину Исраил и бынхэм къахуэдгъэнащ
(60) Дыгъэр къыщыкъуэкIым абыхэм я ужь иувахэщ.
(61) ГупитIри щызэрылъагъум Мусэ щIыгъухэм жаIащ: "КъытлъэщIыхьэнухэщ дэ!"
(62) Абы жиIащ: "Хьэуэ! Сэ си Тхьэр сщIыгъущ, Абым сишэнущ".
(63) Мусэ уэхьи хуедгъэхащ: "Уи башымкIэ хым еуэ". Абдежым ар зэгуэчри лъэныкъуэ къэскIэ къущхьэшхуэм хуэдэу хъуахэщ.
(64) Адрейхэри я ужьым иту къэдгъэкIуахэщ.
(65) Мусэрэ абы щIыгъухэмрэ псори къедгъэлахэщ.
(66) ИтIанэ адрейхэр едгъэтхьэлахэщ.
(67) Абым хэлъщ нэщэнэ, икIи абыхэм я нэхъыбэм Iиман къахьатэкъым.
(68) ИпэжыпIэкIэ уи Тхьэращ Лъэщыр, ГущIэгъущIыр.
(69) ЯхуэIуатэ абыхэм Ибрэхьим и хъыбарыр.
(70) И адэмрэ, и лъэпкъымрэ щажриIам: "Сыт фызыхуэпщылIыр?"
(71) ЖаIащ: "Тхьэуэ диIэхэращ, абыхэм сытым щыгъуи дахуопщылIыр дэ".
(72) ЖиIащ: "Абыхэм фызэхахрэ фащелъэIукIэ?
(73) Е сэбэп къыфхуэхъурэ? Е зэран къывахрэ?"
(74) Абыхэм жаIащ: "Дэ ди адэжьхэм апхуэдэу ящIэу тлъэгъуащ".
(75) Абы жиIащ: "Фегупсысамэ арат фэ а фызыхуэпщылIхэм
(76) фэри, фи адэжь ипэкIэ псэуахэри.
(77) Ахэр сэ си бийхэщ, дунейхэм я Тхьэм мыхъумэ,
(78) Абы сыкъигъэщIащ, захуэми сыхуишэнущ,
(79) Абы сегъашхэр икIи сырегъафэр,
(80) сымаджэ сыхъуамэ Абы сегъэхъужыр,
(81) Абы си псэр хехыр, итIанэ сыкъегъэхъужыр.
(82) Абы сыщогугъыр къысхуигъэгъуну си щыуагъэхэр Къемэт махуэм.
(83) Си Тхьэ, гурыIуэныгъэ къызэт, фIы зыщIэхэми сахэгъыхьэ,
(84) иужькIэ къэкIуэнухэми фIыкIэ ягу сыкъэкIыжыну щIы,
(85) жэнэт тхъапIэри щIэину зылъысынухэм ящыщ сыщI,
(86) си адэми хуэгъэгъу, ар щыуахэм ящыщт,
(87) къыщыбгъэхъужыну махуэми си напэр томыгъэкI,
(88) мылъкури, бынри сэбэп щымыхъужыну махуэм,
(89) Алыхьым и деж гу къабзэу къэкIуам мыхъумэ".
(90) Жэнэтыр благъэ яхуэхъуащ тхьэшынагъуэ зыхэлъхэм.
(91) Щыуахэми жыхьэнэмэр къалъэгъуащ.
(92) Абыхэм яупщIынущ: "Дэнэ щыIэ фызыхуэпщылIахэр
(93) Алыхьым нэгъуэщIу? Ахэр дэIэпыкъуэгъу къыфхуэхъурэ фэ? Е езыхэм зыгуэр ядэIэпыкъурэ?"
(94) ИтIанэ ахэр хадзэнухэщ зым зыр щхьэщылъу, езыхэри, щызгъэуахэри,
(95) Иблисым и дзэри зэрыщыту.
(96) ЖаIэнущ абыхэм абдежым щызэдауэурэ:
(97) "Алыхьым и цIэкIэ доIуэр, гъуэщэныгъэ куум дыхэтамэ дэ
(98) дунейуэ хъуам я Тхьэм фыщыхуэдгъадэтэм.
(99) ИкIи дызгъэгъуэщахэр мыхъумыщIагъэ зезыхьэ къудейхэращ.
(100) Иджы диIэкъым дэ къыщхьэщыжакIуи,
(101) ныбжьэгъу пэжи.
(102) Иджыри зэ тедгъэзэжатэмэ, Iиман къэзыхьахэм ящыщ дыхъунут".
(103) ИпэжыпIэкIэ абы хэлъщ нэщэнэ, икIи абыхэм я нэхъыбэм Iиман къахьатэкъым.
(104) ИкIи уи Тхьэращ Лъэщыр, ГущIэгъущIыр.
(105) Нухь и лъэпкъми пцIыуэ ябжащ лIыкIуэхэр.
(106) Абыхэм я къуэш Нухь яжриIат: "Фымышынэу ара фэ?
(107) ИпэжыпIэкIэ сэ фи дежым лIыкIуэ дзыхь зыхуащIу сыкъэкIуащ.
(108) Алыхьым фыщышыни фыкъызэдаIуэ.
(109) Сэ пщIэ къызэфтыну абы щхьэкIэ сыкъывэлъэIукъым, си пщIэр дунейхэм я Тхьэм и дежщ.
(110) Алыхьым фыщышыни фыкъызэдаIуэ".
(111) Абыхэм жаIащ: "Уэрэ, уи ужьым иува цIыхум я нэхъ пщIэншэхэмрэ ди фIэщ хъуну ара?"
(112) Абы (Нухь) жиIащ: "Дэнэ щысщIэрэ сэ абыхэм ящIэр?
(113) Абыхэм я лъытэныгъэр зыщIэнур си Тхьэ закъуэращ, зэхэфщIэтэмэ фэ ар.
(114) ИкIи сэ Iиман къэзыхьахэр зыкIэрысхунухэкъым.
(115) ГурыIуэгъуэ фхуэзыщI, Iейм пэIэщIэ зыхуэфщIыну вжезыIэ къудейщ сэ".
(116) Абыхэм жаIащ: "Уэ Нухь, щомыгъэтмэ уэ, мывэкIэ яукIахэм ящыщ утщIынущ!"
(117) Абы жиIащ: "Си Тхьэ, си лъэпкъым пцIыуэ ябжыр сэ жысIэхэр.
(118) Аращи, сэрэ абыхэмрэ ди я кум зэхэгъэкI, сэри, си гъусэхэри - Iиман къэзыхьахэр - дыкъегъэл".
(119) Ари, абы щIыгъухэри къедгъэлахэщ кхъухь зэрызымкIэ
(120) ИтIанэ яужькIэ къэнахэр едгъэтхьэлахэщ.
(121) ИпэжыпIэкIэ абы хэлъщ нэщэнэхэр, икIи абыхэм я нэхъыбэм Iиман къахьатэкъым.
(122) ИпэжыпIэкIэ уи Тхьэращ Лъэщыр, ГущIэгъущIыр.
(123) Хьадым лIыкIуэхэр пцIыуэ ябжат
(124) абыхэм я къуэш Хьуд щажриIам: "Фымышынэу ара фэ?
(125) ИпэжыпIэкIэ сэ фи деж лIыкIуэ дзыхь зыхуащIу сыкъэкIуащ.
(126) Алыхьым фыщышыни фыкъызэдаIуэ.
(127) Сэ пщIэ къызэфтыну абы щхьэкIэ сывэлъэIукъым, си пщIэр дунейхэм я Тхьэм и дежщ.
(128) ЩIыпIэ теIэтыкIа къэскIэ унэхэр тефщIыхьу ара нэщэнэхэу сэбэпыншэу?
(129) Чэщанэхэри игъащIэкIэ фыпсэуным хуэдэу фщIыхэрэ?
(130) Зыгуэрэм фытебанэмэ гущIэгъуншэу фытеуэрэ?
(131) Алыхьым фыщышыни фыкъызэдаIуэ.
(132) Фыщышынэ а фщIэуэ хъуар къывэзытам.
(133) Былыми, бынри къывитащ,
(134) жыг хадэхэри, псынэхэри.
(135) Сыфтошыныхьыр сэ махуэшхуэм и хьэзабыр къыфтехуэнкIэ!"
(136) Абыхэм жаIащ: "Укъыдэущиеми, укъыдэмыущиеми тIури зыщ дэ щхьэкIэ.
(137) ИпэкIэ псэуахэм я хабзэ къудейщ ахэр.
(138) ИкIи хьэзаб къыттехуэнукъым дэ".
(139) Ар пцIыуэ ябжащ, итIанэ дгъэкIуэдахэщ ахэр. ИпэжыпIэкIэ абы хэлъщ нэщэнэ, икIи абыхэм я нэхъыбэм Iиман къахьатэкъым.
(140) ИпэжыпIэкIэ уи Тхьэр Лъэщщ, ГущIэгъущIщ.
(141) Сэмудми лIыкIуэхэр пцIыуэ ябжащ.
(142) Абыхэм я къуэш Сэлихь яжриIат: "Фышынэкъэ фэ?
(143) ИпэжыпIэкIэ сэ фи дежым лIыкIуэ дзыхь зыхуащIу сыкъэкIуащ.
(144) Алыхьым фыщышыни фыкъызэдаIуэ.
(145) Сэ пщIэ къызэфтыну абы щхьэкIэ сывэлъэIукъым, си пщIэр дунейхэм я Тхьэм и дежщ.
(146) Фэ мыбдежым шынагъуэншэу фыкъагъэнэну ара?
(147) Жыг хадэхэмрэ, псынэхэмрэ,
(148) гъавэ тесахэмрэ, пальмэхэмрэ я пхъэщхьэмыщхьэ хъуахэм и деж.
(149) Къущхьэхэм Iэзэу унэхэр къыхывоудыр фэ.
(150) Алыхьым фыщышыни фыкъызэдаIуэ.
(151) Езыгъэлейхэми фамыдэIухэ.
(152) ЩIым фэсэд зезыгъэубгъухэм, зыри зымыгъэтэрэзхэм".
(153) Абыхэм жаIащ: "ИпэжыпIэкIэ уэ куэдрэ щхъуэ зырахахэм ущыщщ.
(154) Уэ дэр хуэдэу уцIыху къудейщ. Нэщэнэ къытхуэхь, пэж жызыIэхэм уащыщмэ".
(155) Абы жиIащ: "Мыр махъшэщ, зы махуэр абы ейщ псы ефэну, зы махуэр фэфейщ.
(156) ИкIи Iей ефщIэну фыпымылъ, махуэшхуэм хьэзаб къыфтехуэнщ".
(157) Ар фIабзащ, икIи иужькIэ щIегъуэжахэщ.
(158) Абыхэм хьэзабыр къатехуащ. ИпэжыпIэкIэ абы хэлъщ нэщэнэ, икIи абыхэм я нэхъыбэм Iиман къахьатэкъым.
(159) ИпэжыпIэкIэ уи Тхьэр Лъэщщ, ГущIэгъущIщ.
(160) ЛутI и лъэпкъым лIыкIуэхэр пцIыуэ ябжащ.
(161) Абыхэм я къуэш ЛутI яжриIащ: "Фымышынэу ара фэ?
(162) ИпэжыпIэкIэ сэ фи дежым лIыкIуэ дзыхь зыхуащIу сыкъэкIуащ.
(163) Алыхьым фыщышыни фыкъызэдаIуэ.
(164) Сэ пщIэ къызэфтыну абы щхьэкIэ сывэлъэIукъым, си пщIэр дунейхэм я Тхьэм и дежщ.
(165) ЛIыхэм фекIуалIэу ара мы дунейм щыщу?
(166) Фи Тхьэм къыфхуигъэщIа фи щхьэгъусэхэри къэвгъанэу? Езыгъэлей лъэпкъщ фэ".
(167) Абыхэм жаIащ: "Уэ ЛутI, щомыгъэтмэ, уэ мывэкIэ яукIахэм ящыщ ухъунущ".
(168) Абы жиIащ: "Сэ а фщIэр зыфIэмыфIхэм сащыщщ.
(169) Си Тхьэ, сэри, си Iыхьлыхэри дыкъегъэл абыхэм ящIэм".
(170) Къедгъэлащ езыри, абы и Iыхьлыуэ хъуари,
(171) и щхьэгъусэм мыхъумэ, ар хэкIуэдэжахэм яхэтащ
(172) ИтIанэ адрейхэр зэхэткъутащ.
(173) Абыхэм уэшхыу ятедгъэлъэлъащ, сытым хуэдэу Iейт щахъумэну пылъахэм я уэшхыр.
(174) Абы ипэжыпIэкIэ хэлъщ нэщэнэ, икIи абыхэм я нэхъыбэм Iиман къахьатэкъым.
(175) ИпэжыпIэкIэ уи Тхьэр Лъэщщ, ГущIэгъущIщ
(176) Iэйкэм дэсхэм лIыкIуэхэр пцIыуэ ябжащ.
(177) Абыхэм я къуэш Шухьэиб яжриIащ: "Фымышынэу ара фэ?"
(178) ИпэжыпIэкIэ сэ фи дежым лIыкIуэ дзыхь зыхуащIу сыкъэкIуащ.
(179) Алыхьым фыщышыни фыкъызэдаIуэ.
(180) Сэ пщIэ къысхуэфщIыну абы щхьэкIэ сывэлъэIукъым, си пщIэр дунейхэм я Тхьэм и дежщ.
(181) ТезырымкIэ тэмэму фшэч, езыгъэмэщIэкIхэм ящыщ фымыхъу.
(182) Тезыр зэтегъэпсыхьакIэ фIэкIа фымышэч.
(183) ЦIыхухэм я Iыхьэми хэвмыгъэщI, щIыми фэсэд къефхьэкIыу фыхэмыт.
(184) Фыщышынэ фэри, ипэкIэ псэуахэри къэзыгъэщIам".
(185) Абыхэм жаIащ: "ИпэжыпIэкIэ уэ щхъуэ зрахахэм ущыщщ.
(186) Уэри дэ хуэдэу уцIыху къудейщ, икIи дэ пцIы бупсу къытщохъур.
(187) Къыттегъэлъалъэ уафэм къех такъырхэр, пэж жызыIэхэм уащыщмэ".
(188) Абы жиIащ: "Си Тхьэм нэхъыфIу ещIэр фэ вгъахъэхэр".
(189) Абы жиIэр пцIыуэ ябжати, хьэзабыр къатехуащ пшагъуэ махуэм, ар хьэзабышхуэм и махуэщ.
(190) ИпэжыпIэкIэ абы хэлъщ нэщэнэ, ауэ абыхэм я нэхъыбэм Iиман къахьакъым.
(191) ИпэжыпIэкIэ уи Тхьэр Лъэщщ, ГущIэгъущIщ
(192) ИкIи ар дунейхэм я Тхьэм къригъэхащ.
(193) Ар Псэ ЛъапIэм кърихьэхащ.
(194) уи гум ирилъхьащ, Iейм щызыхъумэхэм ящыщ ухъун щхьэкIэ,
(195) хьэрыпыбзэ гурыIуэгъуэкIэ,
(196) икIи ар ити ипэрей Тхыгъэхэм.
(197) Абыхэм нэщэнэ ямыIауэ арат, Iисраил и бынхэм я щIэныгъэлIхэм ямыщIэну?
(198) Ар нэгъуэщI бзэкIэ псалъэ гуэрхэм яхуехатэмэ,
(199) икIи абы яхуеджатэмэ, абыхэм ар я фIэщ хъунутэкъым.
(200) Апхуэдэу мыхъумыщIэ зыщIэхэм ягухэм итлъхьащ.
(201) Абыхэм ар я фIэщ хъунукъым, хьэзаб гуащIэр ямылъагъуу.
(202) Ар напIэзыпIэм къахуехынущ, зэхамыщIэу.
(203) Абдежым жаIэнущ: "Дэ пIалъэ къыдатыну пIэрэ?"
(204) Ди хьэзабра зыхуэгузавэхэр?
(205) ПщIэрэ уэ, ахэр илъэс бжыгъэкIэ дгъатхъэмэ,
(206) итIанэ зэрагъэгугъар къахуэкIуэмэ абыхэм,
(207) ахэр зэрагъэтхъауэ хъуар зыкIи сэбэп къахуэхъужынукъым.
(208) ИкIи зы жыли хэдгъэкIуэдакъым абы Iейм щызыхъумэхэр яхуэдмыгъакIуэу,
(209) ягухэм къагъэкIыжыну, икIи Дэ залымыгъэ зетхьакъым.
(210) ИкIи ар шейтIанхэм кърахьэхакъым.
(211) Ар абыхэм яхуэфащэкъым икIи яхуэлъэкIынукъым.
(212) ИпэжыпIэкIэ абыхэм зэхахыныр къыхуадэжакъым.
(213) Аращи Алыхьым нэгъуэщI тхьэхэм уахуэмыпщылI, е хьэзаб зытралъхьахэм ящыщ ухъунщ.
(214) ИкIи уи Iыхьлы нэхъ гъунэгъухэр къыхуеджэ хуэсакъынхэу.
(215) Щабэуи яхущыт уи ужьым къихьахэм, Iиман къэзыхьахэм ящыщу.
(216) Ахэр къомыдэIухэмэ жыIэ: "Мы фщIэм сэ зыкIи сепхакъым".
(217) ИтIанэ Лъэщым, ГущIэгъущIым щыгугъ,
(218) Нэмэзым ущытеувэкIэ узылъагъум,
(219) зи щхьэхэр зыгъэтIылъхэм уахэту зэрыпхъуэжыр уи щытыкIэр.
(220) Аращ Зэхэзыхыр, ЗыщIэр.
(221) ВжесIэн фэ шейтIанхэр къызыхуехыр?
(222) Къызыхуехыр дэтхэнэ зы пцIыупс гуэныхьыщIэращ.
(223) Зэхахам щыщ абыхэм жраIэр, икIи абыхэм я нэхъыбэр пцIыупсщ.
(224) УсакIуэхэми я ужьым итхэр щыуахэращ
(225) Плъагъурэ уэ ахэр дэтхэнэ зы аузми зэрыдэхьэхэр?
(226) Абыхэм ямыщIахэр жаIэ.
(227) ИпэжыпIэкIэ Iиман къэзыхьауэ фIы зыщIахэр, Алыхьым и цIэр куэдрэ ираIуэу, залымыгъэ къраха иужь текIуахэр. Залымыгъэ зезыхьэхэми къащIэнщ сыт хуэдэ гъэзэжыпIэм хуэкIуэжынухэми.