(1) Алыхьым и щIыхьыр яIэтыр уафэхэми, щIылъэми щыIэу хъуам. Ар Лъэщщ, АкъылыфIэщ.
(2) Аращ уафэхэми, щIыми я унафэр зыIэщIэлъыр, къегъэхъур икIи егъалIэр, Абы сытри хузэфIокIыр.
(3) Аращ Япэри Иужьри, Лъагащэри Благъэри, Абым сытри ещIэр.
(4) Аращ уафэхэри щIылъэри къэзыгъэщIар махуихкIэ, итIанэ Хьэршым зыдриIэтеящ. Абы ещIэр щIым хэхьэри, абы къыхэкIри, уафэм къехри, абы дэкIуейри. Ар фщIыгъущ фэ дэнэ фыщымыIэми. Алыхьым фщIэр псори елъагъур.
(5) Абы IэщIэлъщ уафэхэми щIылъэми я унафэр, Алыхьым и дежщ Iуэхуу хъуам здагъэзэжыр.
(6) Махуэр кIыхь ещIыр жэщыр пищэурэ, жэщри кIыхь ещIыр махуэр пищэурэ. Абы ещIэр гухэм ярылъхэр.
(7) Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ фи фIэщ фщIы, унафэ хэфщIыхьыну къывитам хэфтыкI. Фэ фщыщу Iиман къэзыхьахэу, мылъкум щыщ зытахэм псапэшхуэр хуэгъэхьэзыращ.
(8) Сыт къыфщыщIар? Щхьэ Алыхьыр фи фIэщ мыхъурэ лIыкIуэм фыкъыхуриджэ пэтрэ фи Тхьэр фи фIэщ фщIыну? Абы псалъэ быдэ фIихагъэххэщ, мыIуминхэу фыщытмэ ипэжыпIэкIэ.
(9) Аращ и пщылIым нэщэнэ нахуэхэр къыхуезыгъэхыр кIыфIхэм фыкъыхишу нэхум фыхуишэну. ИпэжыпIэкIэ, Алыхьыр къыфхуэщабэщ, ГущIэгъущIщ.
(10) Сыт къыфщыщIар? Алыхьым и цIэкIэ щхьэ фымытрэ? Алыхьыращ уафэхэми, щIылъэми я щIэиныр зейр. Фэ фщыщу КъызэIухыным ипэ зытахэмрэ зэуахэмрэ хуэдэнухэкъым. Абыхэм я псапэр нэхъ инщ иужькIэ, зытахэу зэуахэм нэхърэ. Ауэ ахэр псори фIыгъуэкIэ игъэгугъахэщ Алыхьым. Алыхьыр щыгъуазэщ фэ фщIэхэм.
(11) Алыхьым зыгуэрым щIыхуэ фIыщэу зыгуэр къыхуигъанэмэ, ар хухигъэхъуэнущ, икIи псапэ лъапIэр хуэфащэщ.
(12) А махуэм плъагъунущ Iиман къэзыхьа цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ я нурыр япэкIи, ижьымкIи зэрыщыIэр. ФыщыгуфIыкI нобэ Жэнэтым, псы ежэххэр къыщIэжхэу, игъащIэкIэ фыкъинэнущ абдежым. Аращ ехъулIэныгъэшхуэр.
(13) А махуэм фэрыщI хъулъхугъэхэмрэ бзылъхугъэхэмрэ жраIэнущ Iиман къэзыхьахэм: "Зэ фыувыIэ, фи нурым щыщ къэдывгъащтэ дэри". Абыхэм жраIэнущ: "Вгъэзэжи фылъыхъуэ нурым". Абыхэм яку дагъэувэнущ къэхухьа бжэ хэлъу, и гупэкIэ гъэза лъэныкъуэр - фIыгъуэщ, и щIыбым щыIэр хьэзабщ.
(14) Ахэр къаджэнущ: "Дэ дыфщIыгъуатэкъэ атIэ?" Абыхэм жаIэнущ: "НтIэ, ауэ фэ фи щхьэхэр вгъэпцIэжащ, фежьащ, шэч къытефхьащ, фи гугъэхэми фагъэпцIащ Алыхьым и унафэр къэсыху. ИкIи ГъэпцIакIуэм фыкъигъэпцIащ, Алыхьым теухуа IуэхукIэ".
(15) Нобэ фэри, джаурхэми Iрахынукъым къэщэхужыпщIэ. Фи екIуэлIапIэр мафIэщ, аращ фэ фхуэфащэр. Сытым хуэдэу Iеищэ а екIуэлIапIэр!"
(16) Къэмысауэ ара пIалъэр Iиман къэзыхьахэм ягухэр Алыхьым е пэжу къехам щыщым и гугъу щащIкIэ сабыр хъунхэу? Ахэр ипэкIэ Тхылъыр зратахэм хуэдэ мыхъунхэу ягухэр быдэ хъуауэ зэман куэд щыдэкIым. Абыхэм щыщ куэдыр фасикъхэщ.
(17) ЗэвгъащIэ, Алыхьым щIыр къегъэхъужыр лIауэ щыта иужь. Нэщэнэхэр гурыIуэгъуэ фхуэтщIахэщ, къывгурыIуэнкIэ мэхъур.
(18) ИпэжыпIэкIэ, факъырэIус зыт лIыхэми фызхэми Алыхьым къыхуагъэнащ щIыхуэ фIыщэр. Ар яхухигъэхъуэнущ Абы, икIи абыхэм яхуэфащэщ псапэ лъапIэр.
(19) Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ зи фIэщ хъуахэр атIэ ахэращ цIыху пэжхэр. Алыхьым и цIэкIэ зи псэр зытахэр я Тхьэм и деж щыIэхэщ, абыхэм яхуэфащэщ я псапэри, я нурри. АтIэ джаурхэмрэ Ди нэщэнэхэр пцIыуэ зыбжахэмрэ, ахэр жыхьэнэмэм щыIэнухэращ.
(20) ЗэвгъащIэ, ипэжыпIэкIэ мы дунейм и гъащIэр джэгущ, зыгъэтхъэнщ, икIи гъэщIэрэщIэнрэ зым адрейм и пащхьэ зыкъыщыгъэлъэгъуэнщ, зым адрейм нэхърэ нэхъыбэ мылъкурэ бынрэ зэригъэгъуэтынщ. Ар хуэдэщ уэшхым иужькIэ щIым къэкIыгъэхэр къыхэзыгъэкIауэ щIым елэжьхэр зыгъэгуфIэщам. ИтIанэ ахэр мэгъужри болъагъур гъуэжь хъуауэ, итIанэ сабэ хъужауэ. Ахърэтым атIэ хьэзабышхуэрэ Алыхьым и гъэгъуныгъэрэ, и арэзыныгъэрэщ щыIэр. ИкIи мы дунейм и гъащIэр зыгъапцIэ къудейуэ аращ.
(21) Фи Тхьэм и гъэгъуныгъэмрэ Жэнэту зи бгъуагъыр уафэхэмрэ щIылъэмрэ хуэдэм фыхуэпIащIэ. Ар хуэгъэхьэзыращ Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ зи фIэщ хъуахэм. Ар фIыгъуэшхуэу зыхуейм иритщ. Алыхьым иIэщ фIыгъуэшхуэр.
(22) Сыт хуэдэ гузэвэгъуэ щIым къыщымыхъуами, фэ къыфщымыщIами, ар Тхыгъэм итхащ къэдмыгъэхъуа щIыкIэ. Ар псынщIэщ Алыхьым щхьэкIэ.
(23) Ар фымынэщхъеинхэм щхьэкIэ зыгуэр къыфлъымысамэ, икIи фымыгуфIэну зыгуэр къыватамэ. Алыхьым фIыуэ илъагъукъым дэтхэнэ пагэ щхьэщытхъури.
(24) езыхэр нэпсейхэу, цIыхухэми нэпсеину унафэ хуэзыщIхэр. Зыгуэрым и щIыбыр къигъазэмэ, атIэ Алыхьыращ Къулейр, Щытхъур псори зейр.
(25) Дэ Ди лIыкIуэхэр дгъэкIуахэщ, нэщэнэхэр яттри, икIи яхуедгъэхащ Тхылъхэмрэ тезырымрэ, цIыхухэр хейуэ щытынхэ щхьэкIэ.
(26) ИкIи дгъэкIуащ Дэ Нухьи, Ибрэхьими, абыхэм я щIэблэми бегъымбарыгъэрэ Тхылъымрэ яхэтлъхьащ. Абыхэм яхэтщ захуэм тетыр, куэдыр ахэм щыщуи фасикъхэщ.
(27) ИтIанэ абыхэм я лIэужьым иридгъэкIуащ Ди лIыкIуэхэр. ДгъэкIуащ Хьисэ, Мэрям и къуэр, Инджылыри еттащ абы. Абы иужьым итахэм ягухэм итлъхьащ щабагъэрэ гущIэгъурэ, итIанэ езыхэм монах хъуныр къагупсысахэщ щIэуэ. Дэ ятетлъхьатэкъым ар, ауэ Алыхьым и арэзыныгъэм хущIэкъун къудейхэу аращ. Ахэр зэрыхуэфащэу пылъахэкъым абы. Абыхэм ящыщу Iиман къэзыхьахэм яттащ я псапэр. Ауэ абыхэм ящыщ куэдыр фасикъхэщ.
(28) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, Алыхьым фыщышынэ, Абы и лIыкIуэр фи фIэщ фщIы. ИтIанэ Абы тIууащIэу къывитынущ и фIыгъуэм щыщу, нур къывитынущ фыхэту фыкIуэну, къыфхуигъэгъунущ. Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ.
(29) Тхылъ зратауэ щытахэм ящIэным щхьэкIэ абыхэм зыри къазэрыIэрымыхьэнур Алыхьым и фIыгъуэм щыщу. ФIыгъуэр псори Алыхьым и IэмыщIэ илъщ, зыхуейм иретыр. Алыхьыр фIыщIэшхуэ зиIэщ.