62 - Al-Jumu'a ()

|

(1) Алыхьым и щIыхьыр яIэтыр уафэхэми щыIэхэм, щIылъэми щыIэхэм, Тепщэщ, ЛъапIэщ, Лъэщщ, АкъылыфIэщ.

(2) Аращ емыджэф-мытхэф лъэпкъым лIыкIуэ яхуэзыгъэкIуар езыхэм щыщу. Абы и аятхэм яхуеджэным щхьэкIэ, игъэкъэбзэнхэ щхьэкIэ, Тхылъымрэ акъылыфIыгъэмрэ яригъэщIэн щхьэкIэ, ахэр ипэкIэ гъуэщэныгъэ нахуэм хэтахэми.

(3) Адрейхэу ахэр зымылъэгъуахэм я дежи, Ар Лъэщщ, АкъылыфIэщ.

(4) Ар Алыхьым и фIыщIэщ, зыхуейм иретыр, Алыхьыр фIыщIэшхуэ зиIэщ.

(5) Тауратым тетыну унафэ зыхуащIауэ щытахэр, итIанэ абы темытахэр хуэдэщ тхылъ куэд зытелъ шыдым. Сытым хуэдэу Iеищэ я щапхъэр Алыхьым и нэщэнэхэр пцIыуэ зыбжахэм! Алыхьым гъуэгу захуэм тригъэувэркъым лъэпкъ залымыр.

(6) ЖыIэ: "Уэ, журт диным тетхэ! Фэ фи закъуэу Алыхьым фыпэблагъэу фыбжмэ, атIэ фылIэну фыщIэлъэIу, пэжу щытмэ жыфIэр".

(7) Ауэ ахэр зэи щIэлъэIунухэкъым абы, а я IэхэмкIэ зыхуагъэхьэзырыжам щхьэкIэ. Алыхьым ещIэр залымхэр.

(8) ЖыIэ: "ЛIэныгъэу фызыфIэкIыну фыхуейр шэч хэмылъу къыфлъэщIыхьэнущ. ИтIанэ ущэхуари нахуэри ЗыщIэм и деж фагъэгъэзэжынущ, итIанэ фщIауэ хъуар къыфхуиIуэтэжынущ".

(9) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, нэмэзым къыхураджэмэ мерэм махуэм Алыхьыр фигу къэвгъэкIыжыным фыхущIэкъу сатур къэвгъани, ар нэхъыфIщ фэр щхьэкIэ, фщIэтэмэ фэ ар!

(10) Нэмэзыр зэфIэкIамэ щIым фызэбгырыкIи Алыхьым и фIыщIэм щыщ къэфлъыхъуэ, Алыхьри куэдрэ фигу къэвгъэкIыж, фехъулIэнкIэ мэхъур.

(11) Абыхэм сату е тхъэгъуэ гуэр щалъагъум зэбгрыкIахэщ, уэ ущыту укъагъанэри. ЖыIэ: "Алыхьым и деж щыIэр нэхъыфIщ тхъэгъуэхэми, сатуми нэхърэ. Алыхьыращ ерыскъы къэзытхэм я нэхъыфIыр".