32 - As-Sajda ()

|

(1) Iэлиф Лам Мим

(2) Мыр шэч зыхэмылъ Тхылъщ, Алыхьым и деж къикIауэ.

(3) Абыхэм жаIэну: " Езым къигупсыса"? Хьэуэ атIэ, ар пэж дыдэу уи Тхьэм и деж къикIащ Iейуэ къэхъунум щызыхъумэн ипэкIэ къазыхуемыха лъэпкъым и деж Iейм ящихъумэну, ахэр захуэм теувэнхэкIэ мэхъур.

(4) Алыхьыращ уафэхэри, щIылъэри, абыхэм яку дэлъри къэзыгъэщIар махуихкIэ, итIанэ Хьэршым зыщхьэщиIэтыкIащ. ФиIэкъым фэ абы нэгъуэщI къыщхьэщыжакIуи, нэгъуэщI къадэщIыни, ахэр емыгупсысу ара?

(5) Абы уафэм щегъэжьауэ щIылъэм нэс унафэр щещIэр, итIанэ ахэр Абы и деж докIуеижыр ахэр махуэм и кIуэцIкIэ, а махуэр хуэдизщ илъэс миным фэ къызэрывбжымкIэ.

(6) Аращ ущэхуари, нахуэри зыщIэр, Лъэщыр, ГущIэгъу зыхэлъыр.

(7) Абы дэтхэнэри зэрынэхъыфIым хуэдэу къигъэщIащ, цIыхури ятIагъуэм къыхищIыкIыну иригъэжьащ,

(8) итIанэ абы и щIэблэр псы гъэпудам къыхишащ,

(9) итIанэ ар нэгъэсауэ игъэпсри Езым и псэм щыщ хигъэхьащ. Абы фищIащ зэхэфхыфу, флъагъуу икIи фигухэри къигъэщIащ, сыту мащIэу атIэ шыкур хуэфщIрэ!

(10) Абыхэм жаIащ: "ЩIым дыхэкIуэдыхьыжа иужькIэ дыкъэхъужыну ара щIэрыщIэу?" АтIэ абыхэм я Тхьэм зэрыхуэзэжынур я фIэщ хъукъым!

(11) ЖыIэ: "Псэр хэзых мэлэIыч фи унафэр зыхуащIам фи псэхэр хихынущ, итIанэ фи Тхьэм и деж вгъэзэжынущ".

(12) Плъагъуатэмэ уэ гуэныхьыщIэхэм я щхьэхэр зэрырахьэхынур я Тхьэм и пащхьэм: "Ди Тхьэ, тлъэгъуащ икIи зэхэтхащ, дгъэгъэзэж фIыхэр тщIэным папщIэ, дэ иджы быдэу ди фIэщ хъуащ".

(13) Дэ дыхуеятэмэ дэтхэнэ зыри гъуэгу захуэм тедгъэувэнут, ауэ Сэ Си псалъэр къэпэжынущ: "ФIэкI имыIэу Жыхьэнэмэр псори из сщIынущ жынхэмрэ цIыхухэмрэкIэ".

(14) Феплъ атIэ мы махуэм фызэрыхуэзэжынур зэрыфщыгъупщам хуэдэу Дэри фытщыгъупщэнщ, феплъыт хьэзабу игъащIэкIэ фыкъызыхэнэнур фщIауэ щытахэм щхьэкIэ.

(15) Дэ Ди Iэятхэр зи фIэщ хъухэр ахэр ягу къыщагъэкIыжкIэ щхьэщэ ящIурэ я щхьэхэр щIым зыгъэтIылъхэращ, я Тхьэм и щытхъур зыIэтхэращ, емыпэгэкIхэращ.

(16) Абыхэм я джабэхэр къыкIэрачыр я пIэхэм, я Тхьэм къыхураджэр шынэхэу икIи щыгугъхэу, яттами щыщ хэзытыкIхэр.

(17) Зы псэми ищIэркъым абы хуэгъэхьэзырар, гум фIэфIым щыщу ящIауэ щытахэм щхьэкIэ.

(18) Iиман къэзыхьар хуэдэу ара фасикъым? Ахэр зэхуэдэкъым!

(19) Iиман къэзыхьахэу фIы зыщIахэм атIэ Жэнэтыр я екIуэлIапIэщ, епсыхынухэщ абдежым ящIауэ щытахэм папщIэ.

(20) АтIэ фасикъхэу щытахэм я екIуэлIапIэр мафIэщ, абы къыхэкIыну хуеиху къэскIэ ирагъэгъэзэжынущ икIи жраIэнущ: "Феплъыт мафIэм и хьэзаб фи фIэщ мыхъуу щытам".

(21) Хьэзабышхуэм нэгъуэщIуи абыхэм зыхадгъэщIэнущ нэхъ хьэзаб мащIэхэри, абыхэм къагъэзэнкIэ мэхъур.

(22) Хэт нэхъыбэу залымыгъэ зезыхьэр и Тхьэм и Iэятхэр зигу къагъэкIыжу зи щIыбыр хуэзыгъэзам? Дэ дахурикъунщ мыхъумыщIакIуэхэм.

(23) Мусэ Тхылъыр еттащ Дэ, аращи шэч къытумыхьэ узэрыхуэзэнум абы. Ар тщIащ гъуэгу захуэм хуэзышэу Исраил и бынхэм щхьэкIэ.

(24) Абыхэм ящыщ тщIащ имамхэр гъуэгу захуэм Ди унафэкIэ, хуашэхэу шэчыныгъэ зэрахэлъым щхьэкIэ. Абыхэм Ди нэщэнэхэр быдэу я фIэщ хъут.

(25) ИпэжыпIэкIэ уи Тхьэм зэхихунущ абыхэм я Iуэху зэрызэтекIхэу щытар Къемэт махуэм.

(26) Абыхэм ямылъагъуу ара япэкIэ лъэпкъ дапщэ хэдгъэкIуэдами я псэупIэхэм щрикIуэхэкIэ? ИпэжыпIэкIэ, ар нэщэнэ зыхэлъщ, зэхамыхыу ара?

(27) Абыхэм ямылъагъуу ара псыр къызэрытхур щIы уэгъум, итIанэ абыкIэ къэкIыгъэхэр къызэрыхэтшыр, я былымхэми, езыхэми абы щыщ зэрашхыр? Ямылъагъуу ара?

(28) Абыхэм жаIэр: "Сытым щыгъуэ а унафэр къыщыхъунур, пэж жыфIэу щытмэ?"

(29) ЖыIэ: "Унафэ щащIыну махуэм джаурхэм Iиман къахьар сэбэп яхуэхъунукъым икIи абыхэм пIалъи иратыжынукъым".

(30) Уи щIыбыр яхуэгъазэ абыхэми ежьэ, езыхэри йожьэхэр ахэр.