25 - Al-Furqaan ()

|

(1) И ЩIыхьыр инщ, ЗэхэзыгъэкIыр и пщыIым хуезыгъэхам, ар дунейхэм я лIыкIуэ хъун щхьэкIэ

(2) Аращ уафэхэми щIылъэми и унафэр зыIэщIэлъыр, Абы бын зыхуищтэжакъым, гъуси иIакъым и унафэм. Абы сытри къигъэхъуащ, псори зэрыщытын хуейм хуэдэу ищIащ

(3) Абыхэм тхьэ нэгъуэщIхэр, Абы мыхъумэ зыхуащтэжащ, зыри къамыгъэхъуфу, зыри я щхьэ Iейуи фIыуи хуамыщIэфу, лIэныгъэри, къэгъэщIэнри, къэгъэхъужынри яхузэфIэмыкIыу

(4) Джаурхэм жаIащ: "Мыр пцIыуэ езым зэхилъхьащ, икIи къыдэIэпыкъуащ нэгъуэщI лъэпкъым щыщхэр". Абыхэм залымыгъэрэ пцIырэщ ягъахъэр

(5) Абыхэм жаIащ: "ИпэкIэ псэуахэм я псысэхэщ, ахэм къатритхыкIащ, пщэдджыжьми, пщыхьэщхьэми ахэр къыхуаIуатэр"

(6) ЖыIэ: "Ар къригъэхащ ущэхуар уафэхэми щIылъэми зыщIэм, Ар Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ"

(7) Абыхэм жаIащ: "Сыт мы лIыкIуэм шхын щIишхыр, бэзэрхэми щIэкIуэр? Абы мелыIыч къыхуехамэ арат щIыгъуу цIыхухэр щихъумэну?

(8) Е мылъку лъапIэ щхьэ къыхуемыхрэ? Е жыг хадэ, абы щыщ ишхыну, щхьэ имыIэрэ?" Залымыгъэ зезыхьахэми жаIащ: "Фэ зи ужьым фитыр щхъуэ зыраха лIы къудейщ"

(9) Еплъыт абыхэм щапхъэу къыпхуахьхэр! Ахэр гъуащэри гъуэгу захуэр къагъуэтыжыфкъым

(10) И ЩIыхьыр ину хуеймэ а жыг хадэхэм нэхърэ нэхъыфIыр къозытыр - жэнэтыр псыежэххэр къыщIэжу, унэ лъапIэхэри итIани

(11) Абыхэм Сыхьэтыр пцIыуэ ябжыр. Сыхьэтыр пцIыуэ зыбжхэм яхуэдгъэхьэзыращ мафIэр

(12) Ахэр абы жыжьэу къыщилъагъукIэ, ар губжьауэ зэрыпщIыпщIымрэ и гъуэхъуэнымрэ зэхахынущ

(13) Ахэр зэкIуэцIыпхауэ щIыпIэ зэвым щыдадзэкIэ, абдежым кIуэдыжыпэнхэу щIэлъэIунухэщ

(14) Нобэ зы кIуэдыжыным фыщIэмылъэIу, атIэ кIуэдыжын куэдым фыщIэлъэIу!

(15) ЖыIэ: "Ара нэхъыфIыр е жэнэт мыкIуэдыжу тхьэшынагъуэ зыхэлъхэр къызэрагъэгугъара? Аращ абыхэм яхуэфэщэнури, здекIуэлIэжынухэри"

(16) Абыхэм щхьэкIэ яхуэгъэхьэзыращ абдежым зыхуейуэ хъуар, игъащIэкIэ къинэнухэщ, ар уи Тхьэм ита псалъэ быдэщ

(17) Ахэри, зыхуэпщылIахэри Алыхьым нэгъуэщIу Фэра мы Си пщылIхэр щызгъэуахэр, е езыхэр гъуэгу захуэм тегъуэщыкIауэ ара?"

(18) Абыхэм жаIэнущ: "Уэ зи ЩIыхьыр ин! Тхуэфащэкъым дэ Уэ нэгъуэщI уэлий тщтэну, ауэ ахэри, я адэжьхэри тхъэгъуэм хэбгъэтащ ягу къэмыкIыжыху, ахэр лъэпкъ хэкIуэдахэщ"

(19) Абыхэм жыфIэхэр пцIыуэ ябжат, икIи фхуэлъэкIынукъым ар (хьэзабыр) Iуфхыну, икIи фыздэIэпыкъужыфкъым. Фэ фщыщу залымыгъэ зезыхьэм хьэзабышхуэр зэхедгъэщIэнщ

(20) Уэ уи япэкIи дгъэкIуауэ хъуа лIыкIуэхэм ящыщу хъуам шхыни яшхт, бэзэрхэми кIуэхэт. Зым зыр фитнэ фызэхуэтщIыжахэщ, шэчыныгъэ зыхэвгъэлъыну? Уи Тхьэри Зылъагъущ

(21) Дэ къытхуэзэжыну мыгугъэхэм жаIэнущ: "Абы мелыIычхэр къыхуехамэ аратэкъэ, е ди Тхьэр тлъэгъуамэ аратэкъэ". Ахэр хуабжь дыдэу епэгэкIахэщ икIи егъэлеяуэ мыхъумыщIагъэ ягъэхъащ

(22) МелыIычхэр къыщалъагъум и деж хъыбарыфIу зыри яIэжынукъым мыхъумыщIагъэ зыщIахэм, абыхэм (мелыIычхэм) жаIэнущ: "Хьэрэм дыдэу хьэрэмщ ар"

(23) Абыхэм я лэжьыгъэхэм деувэлIэнущи, ар псори сабэ ипхъыхьа тщIынущ

(24) Жэнэтым ихьэнухэм а махуэм екIуэлIапIэ нэхъыфIри, зыгъэпсэхупIэ нэхъыфIри яIэнущ

(25) А махуэм уафэр зэгуэтхъынущ пшэхэр телъу, мелыIычхэри кърагъэхынущ

(26) Унафэ пэжыр а махуэм зейр ГущIэгъущIращ. А махуэр джаурхэм щхьэкIэ хьэлъэнущ

(27) Залымыгъэ зезыхьар и Iэпэхэм едзэгъунущ жиIэурэ: «Сыунэхъуащ сэ, лIыкIуэм и гъусэу щхьэ гъуэгу къыхэзмыхарэ?

(28) Сыунэхъури сыкIуэдыжащ, щхьэ мобы хуэдэр ныбжьэгъу сщIат?

(29) Абы сыщигъэуащ, гум къэзыгъэкIыжыр къэзгъэнэну къызнэса иужь, шейтIанми сытым щыгъуи цIыхур егъапцIэжыр»

(30) ЛIыкIуэм жиIащ абдежым: «Си Тхьэ, си лъэпкъым мы КъурIэныр къагъэнащ»

(31) Апхуэдэуи бегъымбар къэскIэ бий иIэу тщIащ мыхъумыщIакIуэу. Пхурикъунущ уэ уи Тхьэр гъуэгу захуэм хуэзышэу икIи дэIэпыкъуэгъуу

(32) Джаурхэм жаIащ: «Абы КъурIэныр зыуэ къыхуехамэ аратэкъэ». Апхуэдэу Дэ ныпхуедгъэхащ ар уи гур иридгъэбыдэну, икIи мащIэ - мащIэурэ недгъэхащ

(33) Абыхэм сытым хуэдэ щапхьэ къыпхуамыхьми, Дэ пэжымрэ нэхъыфIу гурыIуэгъуэ зыщIымрэ къыпхуэтхьащ

(34) Я нэгухэмкIэ жыхьэнэмэм ялъэфынухэм, ахэращ зи щIыпIэр нэхъ Iейр икIи гъуэгу захуэм тегъуэщыкIар

(35) Мусэ Тхылъыр еттащ, и дэIэпыкъуэгъуу и къуэш Хьэруни хуэтщIащ

(36) ЖытIащ: «ФыкIуэ Ди нэщэнэхэр пцIыуэ зыбжа лъэпкъым и деж». ИтIанэ ахэр хуабжьу зэхэдгъэлъэлъащ

(37) Нухь и лъэпкъри лIыкIуэм жиIэр пцIыуэ щабжым едгъэтхьэлащ икIи цIыхухэм щхьэкIэ нэщэнэ тщIащ. Залымыгъэ зезыхьахэм щхьэкIэ хьэзаб гуауэр къэдгъэхьэзыращ

(38) Хьадхэри, самудхэри, Рэсым дэсахэри, абыхэм яку лIэщIыгъуэ куэдри

(39) Псоми абыхэм щапхъэхэр къахуэтхьащ, кIуэдыкIейуи ахэр дгъэкIуэдащ

(40) Ахэр уэшх гуауэр зытешха къуажэм нэсахэщ. Ар ямылъэгъуауэ ара? Хьэуэ, ахэр къагъэхъужыну щыгугъахэкъыми аращ

(41) Абыхэм ущалъагъукIэ щIэнэкIалъэ уащI къудейуэ аращ: «Мыра Алыхьым лIыкIуэу къигъэкIуар?

(42) Мыбы ди тхьэхэм датригъэгъуэщыкI пэтащ, шэчыныгъэ зыхэдмыгъэлъатэмэ». Абыхэм къащIэнущ хьэзабыр къыщалъагъукIэ хэт и гъуэгур нэхъ къуаншэми

(43) Плъагъурэ уэ и хуеиныгъэр и тхьэ зыщIар? Уэра абы и уэчыл хъунур атIэ?

(44) Абыхэм я нэхъыбэм зэхах е ялъагъу е къагурыIуэ къыпфIэщIрэ уэ? Ахэр былымхэм хуэдэхэу аращ, атIэ нэхъ тегъуэщыкIахэщ гъуэгу захуэм

(45) Плъагъурэ уэ уи Тхьэм ныбжьыр зэриубгъуар? Ар хуеятэмэ, мыхъейуэ ищIынут. ИтIанэ дыгъэм ар къигъэлъагъуэу тщIащ

(46) ИтIанэ ар мащIэ - мащIэурэ зэдубыдылIащ

(47) Аращ фэ жэщыр тепIэн фхуэзыщIар, жейри псэхуныгъэ фхуэзыщIар, махуэри фыщызэбгырыкIын зыщIар

(48) Аращ жьыбгъэхэр хъыбарыфIу и гущIэгъум ипэкIэ къэзыгъэкIуар, уафэми псы къабзэр къезыгъэхар

(49) АбыкIэ щIы гъущар къэдгъэхъужын щхьэкIэ, а псыми къэдгъэщIахэм щыщу куэду былыми, цIыхуи едгъэфэн щхьэкIэ

(50) ЗэмылIэужьыгъэу абыхэм къахуэдгъэкIуащ, ягу къагъэкIыжын папщIэ, ауэ цIыхухэм я нэхъыбэм джаурыгъэ фIэкIа ядакъым

(51) Дыхуеятэмэ къуажэ къэс дгъэкIуэнут ахэр, Iейм зыщахъумэну ягу къэзгъэкIыжынхэр

(52) Аращи джаурхэм уахуэмыжыщIэ, икIи язауэ абыхэм зауэшхуэкIэ

(53) Аращ хитIым я псыхэр зэхэзгъэхьар: мыр псы IэфIщ, мышущ, мыр дыджщ, шыугъэщ. Абыхэм яку зэпызыхукIын зэхимыгъыхьэу ищIащ

(54) Аращ цIыхур псым къыхэзыщIыкIахэр зэIыхьлыуэ икIи зэблагъэу зыщIар. Уи Тхьэри зыхузэфIэкIщ

(55) Ахэр хуопщылIхэр Алыхьым нэгъуэщIу сэбэпи къахуэмыхъуфым, зэрани къазмыщIэкIыфым. Джаурри и Тхьэм и бийхэм я дэIэпыкъуэгъущ

(56) Уэ узэрыдгъэкIуа къудейр зыгъэгуфIэу икIи Iейм щызыхъумэущ

(57) ЖыIэ: "Сэ абы и пщIэмкIэ сыкъывэлъэIукъым, и Тхьэм и деж гъуэгу хэзышыну хуейхэм мыхъумэ"

(58) ИкIи щыгугъ Псэууэ зэи мылIэнум, Абы и Щытхъумрэ, и ЩIыхьымрэ гъэлъапIэ. Ирокъур Ар и пщылIхэм я гуэныхьхэм зэрыщыгъуазэр

(59) Аращ уафэхэри, щIылъэри, абыхэм яку дэтри махуихкIэ къэзыгъэщIар, итIанэ Хьэршым щхьэщыхьэжащ, ГущIэгъущIщ, еупщI щыгъуазэм

(60) Абыхэм щыжраIэкIэ: "Фи щхьэхэр хуэвгъэтIылъ ГущIэгъущIым», - абыхэм жаIэнущ: «Хэт ГущIэгъущIыр? Уэ унафэ къытхуэпщIамкIэ ди щхьэхэр дгъэтIылъыну ара?» Нэхъ псынщIэжыуи зэбгрыжыжащ

(61) И ЩIыхьыр инщ, уафэм вагъуэхэр зыщIам, абдежми уэздыгъэри зыщIам, мазэри къэзгъэунэхуам

(62) Аращ жэщымрэ махуэмрэ зыщIар, зыр зым кIэлъыкIуэу, зигу къэзыгъэкIыжыну хуейхэмрэ шыкур зыщIыну хуейхэмрэ щхьэкIэ

(63) ГущIэгъущIым и пщылIхэр щIым нэмыс яхэлъу ирикIуэхэращ. Абыхэм щIэныгъэншэхэр къапсалъэмэ, жраIэр дахэр

(64) Ахэм жэщ псор ягъакIуэр, я щхьэхэр щIым ягъэтIылъурэ, икIи нэмэз ящIхэу

(65) Абыхэм жаIэ: "Ди Тхьэ, жыхьэнэмэм и хьэзабым пэжыжьэ дыщI, абы и хьэзабыр текIыжкъым

(66) Сытым хуэдэу Iей а щIыпIэмрэ увыIэпIэмрэ!"

(67) Ятмэ езымыгъэлейхэр, икIи щымысхьхэр, абым яку дэтхэр

(68) Алыхьым и гъусэу нэгъуэщI тхьэхэм къыхуезмыджэхэр, Алыхьым хьэрэм ищIа псэри и лажьэкIэ фIэкIа зымыукIхэр, зинэ зымыщIхэр. Ахэр зыщIэхэм хьэзабыр къатехуэнущ

(69) Къемэт махуэм хьэзабыр хухагъэхъуэнущ абы, игъащIэкIи абдежым къинэнущ гъэпудауэ

(70) Тобэ къэзыхьыжауэ, Iиман къэзыхьауэ, IуэхуфIхэр зыщIахэм мыхъумэ. Абыхэм я Iуэху Iейхэр Алыхьым фIыкIэ зэрихъуэкIыжынущ, Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ

(71) Тобэ къэзыхьыжауэ фIы зыщIам Алыхьым хуигъэгъунущ псори

(72) ПцIым хэмыхьэхэр, пщIэншэу зи уахътэр зыгъэкIуэдым щыблэкIхэкIэ, ахэм щIыхь зыхагъэлъхэу макIуэхэр

(73) Я Тхьэм и нэщэнэхэр ягу къыщагъэкIыжкIэ, загъэдэгукъым икIи загъэнэфкъым

(74) Абыхэм жаIэр: "Ди Тхьэ, ди щхьэгъусэхэмрэ, ди сабийхэмрэ ди нэхэр зыгъэгуфIэ щIы, тхьэшынагъуэ зыхэлъхэми я пашэ дыщI"

(75) Абыхэм щIыпIэ нэхъ лъагэ дыдэр къалъысынущ, шэчыныгъэу зыхагъэлъам папщIэ, абыхэм фIэхъускIэ икIи мамырыгъэкIэ къапежьэнухэщ

(76) ИгъащIэкIэ къинэнухэщ абдежым, сытым хуэдэу дэгъуэ а щIыпIэр, а увыIэпIэр

(77) ЖыIэ: "Си Тхьэм гулъытэ лъэпкъ къывитынутэкъым, фи лъэIухэр мыхъуатэмэ. Мыр пцIыуэ фыбжащи, куэд дэмыкIыу ар ищIынущ фIэкIыпIэ зимыIэж"