65 - At-Talaaq ()

|

(1) Уэ, бегъымбар, фи фызхэм тIолакъ яфтмэ, тIолакъыр пIалъэр къэсыху яфт, а пIалъэр фыбж, Алыхьым, фи Тхьэм, фыщышынэ. Ахэр я унэхэм къыщIэвмыху, езыхэри къыщIремыкI, мыхъумыщIагъэ нахуэ ямыщIамэ. Аращ Алыхьым игъэува гъунэхэр, Алыхьым и гъунэхэм икIым, и щхьэм залымыгъэ ирихыжащ. ПщIэкъым уэ, Алыхьым нэгъуэщI унафэ къихьынкIэ мэхъу.

(2) Абыхэм я пIалъэр къэсмэ е дахэу зэфшэлIэж, е дахэу фапыкIыж. Щыхьэту цIыхухъуитI хейуэ къевджэ, фэ фщыщу. ИкIи Алыхьым щхьэкIэ щыхьэт фыхъу. Апхуэдэщ ущиер, Алыхьымрэ ахърэт махуэмрэ зи фIэщ хъухэм щхьэкIэ. Алыхьым щышынэм хэкIыпIэ иретыр.

(3) Ерыскъыи иретыр здэмыгугъа лъэныкъуэм къикIыу. Алыхьым щыгугъым хурокъур Ар. Алыхьым и Iуэхур негъэсыр. Алыхьым сытми хуищIащ и пIалъэр.

(4) Фи фызхэм щыщу мазэ къэс лъыр къызыхуэмыкIуэжхэм, шэч къытефхьэмэ, абыхэм я пIалъэ зэрежьэн хуейр (тIолакъым иужь) мазищщ, лъыр иджыри къызыхуэмыкIуахэри аращ. Лъэрымыхьхэм я пIалъэр я ныбэ илъыр къикIыхущ. Алыхьым щышынэм хуегъэпсынщIэр сыт хуэдэ Iуэхури.

(5) Аращ Алыхьым и унафэу къыфхуригъэхар. Алыхьым щышынэм и гуэныхьхэр хуегъэгъур икIи и псапэр ин хуещIыр.

(6) Ахэр вгъэпсэу фэ фыздэпсэум и деж зэрыфхуэлъэкIым хуэдэу. Абыхэм зэран явмых, гугъу евгъэхьынхэ щхьэкIэ. Ахэр лъэрымыхьхэмэ зэрыпсэуныр хузэвгъэпэщ, я ныбэ илъыр къикIыху. Абыхэм бгъэкIэ фхуагъашхэмэ, и пщIэр яфт. Дахэуи фызэчэнджэщ. Ауэ гугъу фызэдехьмэ, нэгъуэщIым хуигъэшхэнщ абы.

(7) ЗэфIэкI зиIэм и зэфIэкIым къыхэкIыурэ ирет. ЗэфIэкI зимыIэм Алыхьым къритам щыщ ирет. Алыхьым цIыхум трилъхьэкъым иритам нэхъыбэ. Алыхьым гугъуехьым и ужь ищIынущ псынщIагъэ.

(8) Дапщэ къуажэ емыдэIуар я Тхьэм и унафэмрэ, Абы и лIыкIуэхэмрэ! Ахэр лъытэныгъэ хьэлъэкIэ тлъытахэщ, хьэзаб гуауэри ятетлъхьащ.

(9) Я Iуэхухэм къыхуахьа гуауэр ялъэгъуащ, абыхэм я Iуэхухэм и кIэух хъур хэкIуэдэжыныращ.

(10) Алыхьым яхуигъэхьэзыращ абыхэм хьэзаб хуабжьыр! Алыхьым фыщышынэ атIэ, уэ, Iиман къэзыхьауэ акъыл зиIэхэ. Алыхьым къыфхуригъэхащ гум къэзыгъэкIыжыр.

(11) ЛIыкIуэращ ар, Алыхьым и аят нахуэхэм къыфхуеджэн щхьэкIэ, Iиман къэзыхьауэ фIы зыщIахэр кIыфIхэм къыхишу нурым хуишэну. Алыхьыр зи фIэщ хъууэ фIы зыщIэр Жэнэтым и жыг хадэхэм иригъэхьэнущ, псы ежэххэр къыщIэжу абы, игъащIэкIэ къинэнухэщ абдежым. Алыхьым абыхэм я ерыскъыр ищIагъэххэщ фIыщэу!

(12) Алыхьыращ къэзыгъэщIар уафиблри, абыхэм хуэдизу щIыри. Унафэр къохыр абыхэм я зэхуаку, фэ фщIэн щхьэкIэ Алыхьым сытри зэрыхузэфIэкIыр. Алыхьым и щIэныгъэмкIэ сытри зэщIиубыдащ.