31 - Luqman ()

|

(1) Iэлиф Лам Мим

(2) Мыр Тхылъ АкылыфIэм и Iэятхэщ.

(3) Захуэм ухуэзышэщ икIи гущIэгъуныгъэщ фIы зыщIэхэм щхьэкIэ.

(4) Нэмэз зыщIхэм, сэджыт зытхэм, ахърэтри шэчыншэу зи фIэщ хъухэм.

(5) Ахэращ я Тхьэм гъуэгу захуэм тригъэувахэр, ахэращ ехъулIахэр.

(6) ЦIыхухэм яхэтщ щIэныгъэншэу псалъэ мыхьэнэншэхэр къэзыщэхур, цIыхухэр Алыхьым и гъуэгум тришын папщIэ, икIи ар щIэнэкIалъэ ищIу. Абыхэм яхуэфащэщ хьэзаб зыгъэпудыр.

(7) Абым Ди Iэятхэм щыхуеджэкIэ епэгэкIыурэ IуокIыжыр, зэхимыха хуэдэу, и тхьэкIумитIым зэхамыхым хуэдэу. ГъэгуфIэ атIэ ар хьэзаб гуащIэкIэ.

(8) Iиман къэзыхьауэ фIы зыщIахэм яхуэгъэхьэзыращ жэнэт тхъапIэхэр.

(9) ИгъащIэкIэ абдежым къинэнухэщ, Алыхьым и псалъэ быдэщ, Ар Лъэщщ, АкъылыфIэщ.

(10) Уафэхэр къигъэщIащ зыми зэтриубыдэу фымылъагъуу, щIыри фытету зымыгъэхъейхэр ищIащ, абдежым дэтхэнэ псэущхьэри щиутIыпщащ. Уафэми псыр къыфхуригъэхащ, абыкIэ къэкIыгъэ зэмылIэужьыгъуэ лъапIэхэри къигъэкIащ.

(11) Аращ Алыхьым къигъэщIахэр, сэвгъэлъагъут атIэ Абы нэгъуэщIхэм къагъэщIахэр! АтIэ залымыгъэ зезыхьэхэр гъуэщэныгъэ нахуэм хэтхэщ.

(12) Лукъмэн акъылыфIагъэр еттащ Дэ: "Алыхьым шыкур хуэщI! Алыхьым шыкур хуэзыщIым езы ищхьэ щхьэкIэ хуещIэр ар. АтIэ шыкур зыгуэрым имыщIмэ, Алыхьыр Къулейщ, Щытхъу псори зыхуэфащэщ".

(13) Мис Лукъмэн жриIащ и къуэм, абы еущиеу: "Си къуэ, Алыхьым гъусэ хуумыщI, Абы гъусэ хуэпщIыныр залымыгъэшхуэщ".

(14) ЦIыхум щыхьэту хуэтщIащ и адэ-анэр. И анэм ар кърихьэкIащ зы къарууншагъэм хэкIмэ адрейм хыхьэу, итIанэ игъэшхэныр бгъэкIэ щигъэтыжащ илъэситI щрикъум. Шыкур Сэри, уи адэ-анэми къытхуэщI, Си дежщ къыздэбгъэзэжынур!

(15) Ахэр къозауэмэ гъусэ Сэ къысхуэпщIын щхьэкIэ зыхыумыщIыкIыр, абыхэм уахуэмыжыIэщIэ. Мы дунейм фIыуэ яхущыт, Си деж къэзыгъэзэжхэм я гъуэгум ирикIуэ. ИтIанэ псоми Си деж къэвгъэзэжынущи фщIауэ хъуар фхуэсIуэтэжынущ.

(16) Уэ си къуэ! Зыгуэр горчицэ жылэм хуэдэу къущхьэм хэлъу уафэм е щIылъэм щыIэми, ар Алыхьым къихьыжынущ. Алыхьыр ХэзыщIыкIщ, ЗыщIэщ.

(17) Уэ, си къуэ! Нэмэз щIы, фIым къыхуеджэ, мыхъуныр яхуумыдэ, шэчыныгъэ зыхэгъэлъ зыгуэр къохъулIамэ, ар псори узэгугъун хуейщ.

(18) УепэгэкIыу уи нэгур цIыхухэм яхыумыгъэзэкI, щIыми зыбгъэпагэу ущыземыкIуэ, Алыхьым фIыуэ илъагъукъым дэтхэнэ зызыгъэпагэмрэ щхьэщытхъумрэ.

(19) ЕкIуу щIым щызекIуэ, уи макъри гъэцIыкIу, макъхэм щыщу нэхъ гум темыхуэр шыдым и макъыращ.

(20) Фымылъагъуу ара фэ Алыхьым уафэхэми, щIылъэми щыIэр зэрыфхуигъэжыIэщIэр, егъэлеяуэ фIыщIэхэри нахуэуи ущэхуауи къызэрыфхуищIэр? ЦIыхухэм яхэтщ щIэныгъи, Тхылъ нахуэ зыщIи ямыIэу Алыхьым щхьэкIэ зэдауэхэр.

(21) Абыхэм жраIэмэ: "Алыхьым къригъэхам фытет", - жаIэр: "Ди адэжьхэр зытетаращ дызытетынур". АтIэ шейтIаным ириджэхэмэ щэ ахэр МафIэм и хьэзабым?

(22) Алыхьым и нэгур хуэзыгъэжыIэщIауэ фIы зыщIэм убыдыпIэ быдэр иубыдащ. Алыхьым и дежщ псори щызэхэкIыр Iуэхухэр.

(23) Зыгуэрым Iиман къимыхьамэ, абы и джаурыгъэм уэ уримынэщхъей. Ди дежщ абыхэм псоми къыздагъэзэжынур ящIауэ хъуам щIыгъуу, Алыхьым ещIэр бгъэхэм ярылъыр.

(24) МащIэу тIэкIу дгъэтхъэнхэщ, итIанэ хьэзаб шынагъуэм хэддзэнхэщ.

(25) Абыхэм уаупщIмэ: "Хэт уафэхэмрэ щIылъэмрэ къэзыгъэщIар?" ЖаIэнущ: "Алыхьыращ!". ЖыIэ: "Щытхъур зейр Алыхьыращ!" Ауэ абыхэм я нэхъыбэм ящIэркъым.

(26) Алыхьым ейщ уафэхэми, щIылъэми щыIэр, Алыхьыр Къулейщ, Щытхъур псори зейщ.

(27) ЩIым тет жыг псори къэлэм хъуатэмэ, хы шакъэм иужь иджыри хибл щыIэтэмэ, Алыхьым и псалъэхэр къиухынутэкъым. Алыхьыр Лъэщщ, АкъылыфIэщ.

(28) Фи къэгъэщIынри, итIани фыкъэгъэхъужынри зы цIыху зы къуэм и къэгъэхъуным хуэдэщ, Алыхьыр Зэхэзыхщ, Зылъагъущ.

(29) Уэ умылъагъуу ара Алыхьым махуэр кIыхь зэрищIыр жэщым щыщ пищэурэ? Е жэщыр кIыхь зэрищIыр махуэм щыщ пищэурэ? Дыгъэмрэ мазэмрэ зэригъэжыIэщIар дэтхэнэ зыри и пIалъэм хуэкIуэу? Алыхьыр щыгъуазэщ фщIэуэ хъуам фэ.

(30) Апхуэдэу щIыщытыр Алыхьыр пэжщи аращ. Абыхэм къызыхураджэхэр атIэ псори пцIыщ. ИпэжыпIэкIэ Алыхьыр ЩхьэщыIэтыкIащ, Инщ.

(31) Уэ плъагъуркъэ кхъухьыр хым зэрытетыр Алыхьым и фIыщIэкIэ Абы и нэщэнэхэм щыщ фигъэлъагъуным папщIэ? ИпэжыпIэкIэ ар нэщэнэхэщ дэтхэнэ шэчыныгъэ зыхэлъымрэ шыкур зыщIымрэ щхьэкIэ.

(32) Ахэр толъкъуным щыщIихъумэхэкIэ фIыцIагъэм хуэдэу, Алыхьым йолъэIухэр я диныр хуагъэкъабзэу я фIэщ дыдэу, ауэ ахэр къригъэлауэ щIым щынигъэскIэ, зызэтезыIыгъэж къахокIыр (шыкур нэгъэсауэ зымыщI). Дэ ди нэщэнэхэр зымыдэхэр шыкур зымыщI епцIыжакIуэ къудейхэращ.

(33) Уэ, цIыхухэ! Фи Тхьэм фыщышынэ, фыщымэхъашэ а Махуэм, адэр и быным къыщхьэщыжыну щыхузэфIэмыкIынум, сабийри зыкIи щыдэмыIэпыкъуфынум. ИпэжыпIэкIэ, Алыхьым и псалъэр пэжщ. Мы гъащIэм зевмыгъэгъапцIэ, фызыгъэпцIэну хэтми Алыхьым щхьэкIэ зевмыгъэгъапцIэ!

(34) Алыхьыращ зыщIэр Сыхьэтыр къыщысынур, уэшх къыщешхынур, лъхуалъэми илъыр. Зы псэми ищIэркъым пщэдей къыIэрыхьэнур, зы псэми ищIэркъым сыт хуэдэ щIыпIэм щылIэнур. ИпэжыпIэкIэ, Алыхьыр ЗыщIэщ, Щыгъуазэщ!