(1) Я Син
(2) КъурIэн Iущымк1э соIуэр!
(3) Уэ лIыкIуэхэм уащыщщ
(4) Гъуэгу захуэм утетщ.
(5) Ар къезыгъэхар Лъэщыращ, ГущIэгъу зыхэлъыращ.
(6) Iейм зыщахъумэну къыхуебджэну лъэпкъ, зи адэхэр зыми къримыджар, ахэр зыри къызыфIэмыIуэхухэуи щытахэщ.
(7) Абыхэм ящыщу нэхъыбэм Псалъэр къатехуащ, ахэм Iиман къахьынукъым.
(8) Абыхэм я пщэхэм Iэхълъэхъу тетлъхьащ, я жьэпкъым къэсауэ, я щхьэхэри дэхьеяхэщ.
(9) Абыхэм я пащхьэ зэпызыхукI дэтлъхьащ, я щIыбкIи зэпызыхукI дэтлъхьащ, ахэм тепхъуэр ятеддзащ, абыхэм зыри ялъагъуркъым.
(10) Абыхэм я дежкIэ тIури зыщ: Iейм зыщахъумэну къыхуебджахэми къыхуумыджахэми Iиман къахьынукъым.
(11) Уэ Iейм зыщихъумэну къыхуебджэфынур Гум къэзыгъэкIыжым кIэлъыкIуаращ, ГущIэгъущIым щышынаращ, Ар имылъагъуми. ГъэгуфIэ ар зэрыхуагъэгъунумкIэ икIи псапэшхуэкIэ.
(12) Дэ лIахэр къыдогъэхъуж, абыхэм ящIахэри, къагъэнари дотхыр. Сытри Дэ къэтлъытащ Тхылъ Нахуэм.
(13) ЯжеIэ абыхэм жылэдэсхэм я хъыбарыр, лIыкIуэхэр къащыхуэкIуам.
(14) Абыхэм тIур щахуэдгъакIуэм, ахэр пцIыуэ ябжащ. ИтIанэ ахэр иридгъэбыдэну ещанэри дгъэкIуащ. Абыхэм жаIащ: "Дэ фи дежым лIыкIуэу дыкъагъэкIуащ".
(15) Абыхэм жаIащ: "Фэ дэ фытхуэдэу фыцIыху къудейщ. ГущIэгъущIым зыри къригъэхакъым, фэ пцIы фыупсу аращ".
(16) Абыхэм жаIащ: "Ди Тхьэм ещIэр дэ фи дежым лIыкIуэу дыкъызэрыкIуар.
(17) ИкIи дэ ди пщэ дэлъ къудейр нахуэу къывнэдгъэсынращ".
(18) Абыхэм жаIащ: "Фэ Iей къытхуэфхьыну къытщохъур дэ. Щывмыгъэтмэ шэч хэмылъу мывэкIэ фыдукIынщ, хьэзаб гуауэри къывнэдгъэсынщ".
(19) Абыхэм жаIащ: "Фэ къыффIэщI Iейхэр фэращ зытехуэжынур. Фигу къагъэкIыжамэ ар Iейуэ къыфщыхъуу ара? Фэ гъунэм фебэкъуауэ фылъэпкъщ".
(20) Къалэм и гъунэм къикIри лIы епIэщIэкIыу къэкIуащ. Абы жиIащ: "Уэ си лъэпкъ, фиувэ лIыкIуэхэм я ужь!
(21) Фиувэ я ужь пщIэ къыфIизмыххэм икIи гъуэгу захуэм тетхэм.
(22) ИкIи сыт сэ сыщIыхуэмыпщылIынур сыкъэзыгъэхъуам, зи деж псоми вгъэзэжынум?
(23) Абы нэгъуэщI тхьэхэр сщтэну ара? АтIэ ГущIэгъущIым Iей къызигъэхъулIэну хуеймэ, абыхэм я къыщхьэщыжыныр зыкIи сэбэп схуэхъунукъым икIи сыкърагъэлынукъым.
(24) Абдежым сэ гъуэщэныгъэ нахуэм сыкъыхэнэнущ.
(25) Сэ фи Тхьэр си фIэщ хъуащ, фыкъызэдэIу".
(26) Абы жраIащ: "Ихьэ Жэнэтым!" Абы жиIащ: "Уэ, си лъэпкъ мыгъуэм ящIатэмэ аракъэ,
(27) си Тхьэм къызэрысхуигъэгъуар, фIыщIэшхуэ зиIэхэм щыщи сызэрищIар!"
(28) Абы иужь и лъэпкъым уафэм къеха дзэ тедгъэуакъым икIи тедгъэуэнуи мурад диIакъым
(29) Ар зы кIий макъ закъуэт, итIанэ псори хэкIуэдэжахэщ.
(30) Унэхъуащ пщылIхэр! КъахуэкIуакъым абыхэм зэи лIыкIуэ, ар щIэнэкIалъэ ямыщIауэ.
(31) Ямылъагъуу ара абыхэм япэкIэ псэуа лIыщIыгъуэхэр? ИкIи абыхэм къызэрамыгъэзэжыр?
(32) ИпэжыпIэкIэ, ахэр псори зэщIыгъуу зэхуэсыжынухэщ Дэ ди деж.
(33) Абыхэм щхьэкIэ нэщэнэщ щIы лIар къызэрыдгъэхъужар, гуэдзи къызэрыхэдгъэкIар, абыкIэ езыхэри зэрышхэр.
(34) ИтIани абдежым жыг хадэхэр къэдгъэкIащ, пальмэхэр, жызумхэр къыщыкIхэу, абыхэм псынэхэри къыщIэдгъэуащ,
(35) абы и пхъэщхьэмыщхьэхэм щыщ яшхыну, езыхэм я IэхэмкIэ ящIами. Шыкур ящIынукъэ атIэ абыхэм?
(36) И щIыхьыр инщ, щIым къыхэкIыр зэмылIэужьыгъуэу къыхэзгъэкIам, езыхэми ящыщ, ямыщIэми щыщхэр.
(37) Абыхэм щхьэкIэ нэщэнэхэщ жэщыр зэрыпыдгъэхур махуэм, итIанэ ахэр кIыфIым щIехъумэр.
(38) Дыгъэри хуокIуэр и щIыпIэм. Апхуэдэу игъэуващ Лъэщым, ЗыщIэм.
(39) Мазэми и щытыкIэхэри дгъэунэхуащ Дэ, ар пальмэм и къудамэ гъуам хуэдэ хъужыху.
(40) Дыгъэми екIукъым мазэм лъэщIыхьэну, жэщри махуэм тежыну, псори езым и гъуэгум тету ирокIуэхэр.
(41) Абыхэм щхьэкIэ нэщэнэхэщ я бынхэр кхъухьым изыбзэу зэрытхьахэр.
(42) ИтIанэ абы хуэдэу къахуэдгъэщIащ зэрытIысхьэнухэр.
(43) Дэ дыхуеймэ, ахэр едгъэтхьэлэнухэщ, икIи зыми къригъэлыфынукъым, езыхэми зыкърагъэлыфынукъым.
(44) Дэ гущIэгъу яхуэдмыщIмэ икIи пIалъэр къэсыху задмыгъэгъатхъэмэ.
(45) Абыхэм жраIэмэ: "Фыщышынэ фи япэкIэ къэкIуэнуми, фи ужькIэ щыIэми, гущIэгъу къыфхуащIынкIэ мэхъу!" - гу лъатэкъым абы.
(46) Сыт хуэдэ нэщэнэ къахуэмыкIуами абыхэм я Тхьэм и деж къикIауэ, абым и щIыбыр хуагъазэт.
(47) Абыхэм щыжраIэкIэ: "Алыхьым къывитам хэфтыкI", - Iиман къэзмыхьахэм жраIэр Iиман къэзыхьахэм: "Алыхьым хуеямэ игъэшхэнухэтэр дэ дгъэшхэну ара? ИпэжыпIэкIэ, фэ гъуэщэныгъэшхуэм фыхэтщ".
(48) Абыхэм жаIэр: "Сыт щыгъуэ а псалъэр къыщыпэжынур, жыфIэр пэжу щытмэ?"
(49) Ахэм зыри къапэщылъкъым зы кIий макъ мыхъумэ ахэр зэщIиубыдэну зэдауэхэурэ.
(50) Абыхэм уэсяти къагъэнэфынукъым, я унагъуэхэми и деж ягъэзэжыфынукъым.
(51) Бжьамийм епщэнущ, итIани мис ахэр псори я кхъэхэм къикIауэ я Тхьэм и деж яунэтIыр.
(52) Абыхэм жаIэнущ: "Уэ дыунэхъуа! Хэт ди щIыпIэхэм дыкъизышар?" Мыращ ГущIэгъущIым фызэригъэгугъатэр, лIыкIуэхэми пэжу жаIэтэр.
(53) Зы кIий макъ закъуэщ щыIэнур, итIанэ ахэр псори Ди деж щызэхуашэсыжынущ.
(54) А махуэм зы псэми зы парэкIи залымыгъэ ирахынукъым. ИкIи къыватыжынур къэвлэжьауэ щытаращ.
(55) Жэнэтым ихьэнухэр а махуэм зызэрагъэтхъэным хэтынухэщ.
(56) Езыхэри, я щхьэгъусэхэри жьауэхэм шэнт щабэхэм зытрагъащIэу щIэлъынухэщ.
(57) Абыхэм щхьэкIэ пхъэщхьэмыщхьи, зыхуейуэ хъуари абдежым щагъуэтынущ.
(58) Тхьэ ГущIэгъущIым ахэм фIэхъус къарехыр: "Мамырыгъэ", - псалъэмкIэ.
(59) Нобэ факъыгуэкI, уэ мыхъумыщIакIуэхэ!
(60) Сэ унафэ фхуэсщIатэкъэ, уэ Iэдэм и бынхэ, шейтIан фи бий нахуэм фыхуэмыпщылIыну,
(61) икIи Сэ фыкъысхуэпщылIыну? Аращ гъуэгу захуэр.
(62) Абы фэ фщыщу куэд щыгъэуагъыхэщ, ар къывгурымыIуэу ара?
(63) Мис Жыхьэнэмэуэ фызэрагъэгугъар.
(64) Фыс абдежым, нобэ Iиман къызэрывмыхьам щхьэкIэ.
(65) Нобэ абыхэм яIухэр зэтедгъэбыдэнущ, я Iэхэр къыдэпсэлъэнущ, я лъакъуэхэми шыхьэт къахьынущ, ящIауэ щытахэм щхьэкIэ.
(66) Дэ дыхуеймэ, ахэр нэф абдежым тщIынухэщи Лъэмыжым и деж задзынущ, ауэ дауэрэ зэпрыкIынухэ ахэр?
(67) Дэ дыхуеймэ я щIыпIэм итхэу фаджэ тщIынхэщи зыщIыпIи кIуэфынухэкъым икIи ягъэзэжыфынукъым.
(68) Зи гъащIэр кIыхь тщIым и теплъэр нэгъуэщI дощI, ар къагурымыIуэу ара?
(69) Абы усэ едгъэщIакъым Дэ икIи екIукъым абы ар. Мыр Гум къэзыгъэкIыжщ икIи КъурIэн нахуэщ,
(70) псэухэр Iейм зыщахъумэну къыхуриджэну, Псалъэри къатехуэну джаурхэм.
(71) Абыхэм ямылъагъуу ара Дэ Ди IитIымкIэ къэдгъэхъуар? Дэ къахуэдгъэщIащ абыхэм былымхэри, ахэр я мылъкум хыхьэхэу.
(72) Ахэр яхуэжыIэщIэ тщIащ абыхэм, зыгуэрхэм тотIысхьэхэр, адрейхэр яшхыр.
(73) Абыхэм сэбэп къыхуахьыр, зэфэнхэри къыхокIыр. Абыхэм шыкур ямыщIыну ара
(74) Ауэ ахэр Алыхьым нэгъуэщIу тхьэхэм хуопщылIхэр, ахэр къадэIэпыкъуну щыгугъхэу.
(75) Ахэр къадэIэпыкъуфынукъым икIи псори дзэм хуэдэу къагъэкIуэнухэщ.
(76) Абыхэм я псалъэхэм уэ уримынэщхъей, Дэ дощIэр абыхэм яущэхури, нахуэ ящIри.
(77) ЦIыхум имылъагъуу ара ткIуэпсым къызэрыхэтщIыкIар? АтIэ мис иджы къыдодауэр нахуэу.
(78) Абы Дэ щхьэкIэ псысэхэр тхузэхелъхьэр къызэрыхъуар щыгъупщэжауэ, абы жеIэр: "Хэт къупщхьэхэр къэзыгъэхъужынур, ахэр зэпкърылъэлъа иужькIэ?"
(79) ЖыIэ: "Ар къэзыгъэхъужынур япэрейуэ къэзыгъэхъуаращ, Абы ещIэр къигъэхъуауэ хъуар".
(80) Абы жыг щхъуантIэм мафIэ къыфхухихащ, мис фэ ар зэщIывогъанэр.
(81) Уафэхэмрэ щIылъэмрэ къэзыгъэщIам хузэфIэмыкIыну ара апхуэдэ къабзэ? ХузэфIэкIынущ атIэ, Ар Къэзыгъэхъущ, ЗыщIэщ.
(82) Абы и унафэр мыпхуэдэщ, зыгуэр хуеймэ: "Къэхъу", - жреIэри, ар къохъур.
(83) И щIыхьыр инщ зи Iэм сытми и унафэр IэщIэлъым! Абы и деж вгъэзэжынущ!