59 - Al-Hashr ()

|

(1) Алыхьым и щIыхьыр яIэтыр уафэхэми щыIэхэм, щIылъэми щыIэхэм. Ар Лъэщщ, АкъылыфIэщ.

(2) Аращ Тхылъ зрата джаурхэр я унэхэм къыщIэзыхуар япэрей зэхуэшэсыныгъэм. Фэ фыгугъэтэкъым ахэр къыщIэкIыну, езыхэми ягугъат я чэщанэхэм Алыхьым щахъумэну. Ауэ Алыхьым зэщIиубыдахэщ здэмыгугъа лъэныкъуэмкIэ. Абыхэм ягухэм шынэ иригъэхьащ, езыхэм я IэхэмкIэ икIи Iиман къэзыхьахэм я IэхэмкIэ я унэхэр якъутэжыр. Фегупсыс абы, уэ акыл зиIэхэ.

(3) Алыхьым абыхэм ирихуныр яхуимытхатэмэ, ахэм мы дунейм хьэзабыр ятрилъхьэнт. Абыхэм ахърэтым яхуэгъэхьэзыращ МафIэм и хьэзабыр.

(4) Ар Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ зэрыпэувахэм щхьэкIэщ, Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ пэувхэмэ зыгуэрхэр, атIэ Алыхьым и хьэзабыр хьэлъэщ.

(5) Пальмэхэр ивудами, ахэр я лъэдийхэм тету къэнахэми - ар Алыхьым и унафэкIэщ фасикъхэр игъэпудын щхьэкIэ.

(6) Алыхьым и лIыкIуэм ирита къуентхъым шууэ фыкIэлъыкIуакъым икIи махъшэми фытесу фыхуэкIуакъым. АтIэ Алыхьым и лIыкIуэхэр ятрегъакIуэр Езыр зыхуейм. Алыхьым сытри хузэфIокIыр.

(7) Алыхьым къуентхъу иритыжар и лIыкIуэм къуажэдэсхэм къахэкIауэ зылъысыр Алыхьыращ, и лIыкIуэращ, (лIыкIуэм) и Iыхьлыхэращ, ибэхэращ, факъырэхэращ, гъуэгурыкIуэхэращ, ар фэ фщыщ къулейхэм ялъымысын папщIэ. ЛIыкIуэм къывитар атIэ фщтэи къыфхуимыдар къэвгъанэ. Алыхьым фыщышынэ, ипэжыпIэкIэ Алыхьым и тезырыр хуабжьщ.

(8) ИтIани мухьэжырхэм щыщу факъырэхэм щхьэкIэ я унэхэмрэ, я мылъкумрэ зытрахахэм. Ахэр Алыхьым и фIыщIэмрэ и арэзыныгъэмрэ хущIокъухэр, Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ доIэпыкъухэр. Ахэращ пэж дыдэхэр.

(9) Абыхэм япэкIэ унэм щыпсэухэу Iиман къэзыхьахэми фIыуэ ялъагъур, абыхэм я деж къэкуэшыжахэр, ягухэмкIи зыри зэхащIэкъым зыгуэр адрейхэм иратамэ. Ахэр ипэ ирагъэщыр езыхэм я щхьэхэм нэхърэ, езыхэр хуэныкъуэхэми. Я нэпсеигъэм зыщызыхъумахэр атIэ ахэр ехъулIахэращ.

(10) Абыхэм яужь къэкIуахэми жаIэр: "Ди Тхьэ, дэри, ди къуэшу ди япэ Iиман къэзыхьахэми къытхуэгъэгъу. Iиман къэзыхьахэм щхьэкIэ дигухэм фыгъуэныгъэ йомылъхьэ. Ди Тхьэ, ипэжыпIэкIэ, Уэращ ГущIэгъу зыщIыр, ГущIэгъущIыр.

(11) Плъагъуркъэ уэ фэрыщIхэм зэрыжраIэр я къуэш джаурхэу Тхылъ зыхуехахэм щыщхэм: "Фэ фыдахумэ, дэри фи гъусэу дыдэкIынщ. Зыми фэ дыфпэуву дыкъыдэщIынукъым зэи. Фэ къывэзауэхэми дэ дэIэпыкъуэгъу дыфхуэхъунщ". Алыхьыр щыхьэтщ ахэр зэрыпцIыупсымкIэ.

(12) Ахэр дахумэ, езыхэр дэкIынукъым ящIыгъуу. Абыхэм язауэми дэIэпыкъуэгъу яхуэхъунукъым. ИкIи дэIэпэкъухэми я щIыбхэр къагъэзэнущи IукIыжынухэщ икIи зыри ядэIэпыкъуфынукъым абыхэм.

(13) ИпэжыпIэкIэ, ахэр фэ нэхъ къыфщошынэр ягухэм Алыхьым нэхърэ зыри къызыгурымыIуэ лъэпкъхэщи ахэр.

(14) Ахэр псори зэщIыгъуу къывэзэуэнухэкъым быдапIэхэм ису фIэкIа е блынхэм я щIыбагъкIэ. Ахэр хуабжьу зэрылъагъу хъухэкъым. Ахэр зыуэ къыпщохъур уэ, ауэ ягухэр зэкIэрыхуахэщ. Апхуэдэу щIэхъур ахэр къызыгурымыIуэ лъэпкъщи аращ.

(15) Ахэр хуэдэщ абыхэм куэд мыщIауэ япэкIэ щыIахэм, ахэм я Iуэхухэм къахуихьа гуауэр зэхащIащ, хьэзам гуащIэри яхуэфащэщ.

(16) Ахэр хуэдэщ шейтIаным цIыхум щыжриIэкIэ: "Уи фIэщ умыщI!" ИтIанэ ар джаур щыхъукIэ, абы жеIэр: "Сэ зыкIи сынопхакъым, сэ сыщошынэр Алыхьым, дунейхэм я Тхьэм".

(17) Абыхэм псоми я кIэухыр МафIэращ, игъащIэкIэ къыхэнэнухэщ абы, аращ залымхэм яхуэфащэр!

(18) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, Алыхьым фыщышынэ, псэ къэскIи иреплъ абы къигъэхьэзырар пщэдей щхьэкIэ. Алыхьым фыщышынэ, ипэжыпIэкIэ, Алыхьыр щыгъуазэщ фэ фщIэхэм.

(19) Алыхьыр зыщыгъупщахэм хуэдэ фымыхъу, абыхэм езыхэм я щхьэхэр ящигъэгъупщэжащ. Ахэращ фасикъхэр.

(20) Зэхуэдэкъым МафIэм ихьэнухэмрэ, Жэнэтым ихьэнухэмрэ, Жэнэтым ихьэнухэращ ехъулIахэр.

(21) Мы КъурIэныр къущхьэм хуедгъэхатэмэ, плагъунут ар Iэсэу Алыхьым щышынэу зэрызэгуэудыр. Мыпхуэдэ щапхъэхэр къахудохьыр цIыхухэм, ахэр егупсысынхэкIэ мэхъур.

(22) Ар Алыхьщ, Абы нэгъуэщI тхьэи щыIэкъым, ущэхуари нахуэри ЗыщIэщ, ГущIэгъу зыхэлъщ, ГущIэгъущIщ.

(23) Ар Алыхьщ, Абы нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым, Тепщэщ, ЛъапIэщ, ныкъусаныгъэ ЗимыIэщ, Къэзыгъэпэжщ, Зыхъумэщ, Лъэщщ, Щэджащэщщ, Пагэщ. Алыхьыр нэхъ лъагэщ Абы гъусэу хуащIхэм.

(24) Ар Алыхьщ, Къэзыгъэхъущ, КъэзыгъэщIщ, Сурэт Езытщ. Абы цIэ дахащэхэр иIэщ. Абы и щытхъур яIэтыр уафэхэми щIылъэми щыIэхэм, Ар Лъэщщ, АкъылыфIэщ.