2 - Al-Baqara ()

|

(1) Ӏэлиф, лам, мим.

(2) Мы Тхылъыр шэч зыхэмылъщ, тхьэшынагъуэ зыхэлъхэр гъуэгу занщIэм хуэзышэщ.

(3) Ущэхуар зи фӀэщ хъухэр, нэмэз зыщӀхэр, мылъкуу яттам щыщ хэзытыкIхэр,

(4) абыхэм я фIэщ мэхъур уэ ныпхуехари, уи япэкӀэ нахуехари, ахърэтри быдэу я фIэщ мэхъур,

(5) ахэр Тхьэм и гъуэгум тетщ икӀи ахэр ехъулӀахэщ.

(6) Джаурхэм я дежкIэ тIури зыщ: ахэр щыпхъумэну упылъами шынагъуэ, щомыхъумахэми. Абыхэм Iиман къахьынукъым.

(7) Алыхьым абыхэм ягухэр зэхуищIащ, икIи зэхамых ищIахэщ, я нэхэми тепхъуэ Iулъхэу ищIахэщ. Абыхэм къапэщылъщ хьэзабышхуэр.

(8) ЦIыхухэм яхэтщ жызыIэхэр: "Дэ ди фIэщ хъуащ Алыхьри, ахърэт махуэри". Ауэ ахэр Iиман къэзыхьахэм щыщкъым.

(9) Алыхьымрэ Iиман къэзыхьахэмрэ къагъэпцIэну хуейхэщ ахэр, ауэ я щхьэ закъуэхэращ къагъапцIэр, икIи ар зэхащIэкъым абыхэм.

(10) Абыхэм ягухэм уз илъщ, Алыхьми я узыр яхухегъахъуэр. Абыхэм хьэзаб гуащIэр яхуэфащэщ, пцIыуэ зэрабжам щхьэкIэ ар.

(11) "ЩIым фэсэд щывмыгъахъэ", - щыжраIэкIэ абыхэм, жэуапу къатыж: "ИпэжыпIэкIэ дэращ фIы зыщIэр".

(12) АтIэ ахэращ фэсэдым зезыгъэубгъур, ауэ езыхэм зэхащIэкъым ар.

(13) "ЦIыхухэм Iиман къызэрахьам хуэдэу фэри къэфхь", - щыжраIэкIэ, абыхэм жаIэр: "Акъылыншэхэм Iиман къызэрахьам хуэдэу къэтхьыну ара?" АтIэ ахэращ акъылыншэхэр, ауэ ящIэркъым ар.

(14) Iиман къэзыхьахэм ахэр щыхуэзэкIэ жаIэр: "Дэри Iиман къэтхьащ". Ауэ я шейтIанхэм я гъусэу къыщынэхэкIэ, абыхэм жраIэр: "Дэ дыфщIыгъущ, дэ ауэ щIэнэкIалъэ тщIыхэу аращ".

(15) Алыхьым ахэр щIэнэкIалъэ ищIынущи я мыхъумыщIагъэ, нэфхэм хуэдэу, зыхэтхэр нэхъри хигъэхъуэнущ.

(16) Ахэращ къуаншагъэр захуагъэкIэ къэзыщэхуахэр, атIэ я сатур ехъулIакъым, захуэми хуэкIуэхэм щыщ хъуахэкъым.

(17) Ахэр хуэдэхэщ мафIэ зэщIэзыгъэстам. Абым ихъуреягъкIэ псори къыщигъэнэхум, Алыхьым яIрихащ я нэхур икIи кIыфIхэм хэту зыри ялъагъукъым.

(18) Дэгухэщ, бзагуэхэщ, нэфхэщ, икIи къагъэзэжынукъым абыхэм.

(19) Е хуэдэхэщ ахэр уафэм уэру къех уэшхым. Абы фIыцIагъи, уафэгъуагъуи, щыбли хэтщ. Абыхэм я Iэпхъуамбэхэр я тхьэкIумэхэм иралъхьэр, макъышхуэм щхьэкIэ, лIэну мэшынэхэри. Алыхьым атIэ джаурхэр къызэщIеубыдэхэр.

(20) Щыблэм ахэр нэф ищIыну хьэзырщ. Абы къахуигъэнэху къэскIэрэ, ахэр макIуэр. КIыфI къащытехъуэжым и деж къоувыIэхэр. Алыхьыр хуетэмэ ахэр дэгуи, нэфи ищIынухэт. Алыхьым сытри хузэфIокIыр.

(21) Уэ цIыхухэ, фи Тхьэуэ фэри, фи япэкIэ щыIахэри къэзыгъэхъуам фыхуэпщылI, тхэшынагъуэ фхэлъынкIэ мэхъур.

(22) Абым щIыр пIэуэ фхуиубгъуащ, уафэри къыфщхьэщигъэуващ. Уафэм псы къригъэхри, абыкIэ пхъэщхьэмыщхьэхэр къыхигъэкIащ ерыскъы фхуэхъуну. Аращи Алыхьым зыри хуэдэ фымыщI, фщIэуэ Ар.

(23) Шэч къытефхьэмэ атIэ Ди лIыкIуэм хуедгъэхам, мыбыхэм щыщ сурэхэм хуэдэ зы къэфхьи фи щыхьэтхэр къевджэ, Алыхьым мыхъумэ, жыфIэр пэжу щытмэ.

(24) Ар фымыщIэмэ, икIи фщIэнукъым ар, фыщышынэ МафIэу зи гъэсыныр цIыхухэмрэ мывэхэмрэ. Ар хуэгъэхьэзыращ джаурхэм.

(25) ГъэгуфIэ Iиман къэзыхьахэмрэ фIыхэр зыщIахэмрэ жэнэтым и жыг хадэхэмкIэ, псыхэр абыхэм къыщIэжу. Абыхэм яшхыну пхъэщхьэмыщхьэ иратыху къэскIэ жаIэнущ: "Мыр ипэкIи ерыскъыуэ къыдатауэ щытаращ". АтIэ абыхэм иратыр ещхь къудейуэ аращ. Абыхэм абдежым щхьэгъусэ гъэкъэбзахэр яIэнущ, икIи абдежым игъащIэкIэ къинэнухэщ.

(26) Алыхьыр укIытэкъым аргъуейми, абы нэхъ мащ1эми я щапхъэр къихьыну. АтIэ Iиман къэзыхьахэм ящIэр ар пэж дыдэу я Тхьэм и деж къызэрикIар. Ауэ джаурхэм жаIэр атIэ: "Сыт Алыхьыр зыхуеяр мыпхуэдэ щапхъэ къыщихьым?" АбыкIэ куэдыр егъэгъуащэри, куэдыр гъуэгу захуэм трешэр. ИкIи игъэгъуащэхэр псори фасикъхэращ.

(27) Алыхьым псалъэу иратам епцIыжхэр, ар къагъэбыда иужькIэ, Алыхьым зэпащэну унафэ яхуищIар зэпызудхэр, щIым фэсэд зезыхьэхэр - ахэращ хэкIуэдахэр.

(28) Дауэрэ Алыхьыр фи фIэщ мыхъурэ лIауэ фыщыщытам фыкъигъэхъуауэ? Абы итIани фи псэхэр хихыжынущ, итIани фыкъигъэхъужынущ, итIанэ и дежым вгъэзэжынущ.

(29) Аращ щIым щыIэу хъуари къыфхуэзгъэщIар, итIанэ уафэм зыщхьэщиIэтыкIри уафиблу ищIащ. Абым сытри ещIэр.

(30) Мис уи Тхьэм яжриIащ мелыIычхэм: "ЩIым тепщэ хуэсщIынущ Сэ". Абыхэм жаIащ: "Абым щыпщIыну ара фэсэд зезыхьэу лъы зыгъажэ? Дэ Уи щIыхьыр ину доIэтыр икIи удогъэлъапIэр". Абы жиIащ: "ИпэжыпIэкIэ Сэ сощIэр фэ фымыщIэр!"

(31) Абым Iэдэм иригъэщIащ псоми я цIэхэр, итIанэ ахэр мелыIычхэм я пащхьэ ирилъхьэри жиIащ: "КъызжефIэт мыбыхэм я цIэхэр, фэ пэж жыфIэу щытмэ".

(32) Абыхэм жаIащ: "Уэ зи щIыхьыр ин, уэ дэбгъэщIам нэгъуэщI тщIэкъым дэ, Уэращ ЗыщIэр, АкъылыфIэр".

(33) Абы жиIащ: "Уэ, Iэдэм, яжеIэт абыхэм я цIэхэр". Абыхэм я цIэхэр щажриIэм, жиIащ (Алыхьым): "ВжесIатэкъэ Сэ уафэхэми щIылъэми я ущэхуар зэрысщIэр? ИкIи сощIэр нахуэ фщIыри, фыущэхури".

(34) МелыIычхэм яжетIащ: "Фи щхьэхэр хуэвгъэтIылъ Iэдэм". Абыхэм псоми я щхьэхэр хуагъэтIылъащ, Iиблис мыхъумэ, идакъым абы икIи епэгэкIащ, ар джаурхэм щыщ хъуащ.

(35) Дэ жытIащ: "Уэ, Iэдэм, уэри, уи щхьэгъусэри жэнэтым фыщыпсэу, фыздыхуейм фызыхуейм хуэдиз фшхы, ауэ мы жыгым пэблагъэу фымыкIуэ, залымыгъэ зезыхьахэм ящыщ фымыхъуну".

(36) Ауэ шейтIаным ахэр щигъауэри здэщыIахэм къришащ. Абыхэм яжетIащ: "ФикI мыбы зыр зым и бийуэ. ЩIыр фхуэхъунущ фэ увыIэпIи, фызыхуэныкъуэIамэ здэвгъуэти, пIалъэр къэсыху".

(37) ИтIанэ Iэдэм къищтащ и Тхьэм къыхуригъэха псалъэхэр, икIи и тобэр къабыл ищIащ Абы. Ар тобэр къабыл зыщIщ, ГущIэгъущIщ.

(38) ЖытIащ: "Псори фикI мыбы. Си гъуэгу захуэр къыфхуэкIуэнущ фэ. АтIэ гъуэгу захуэм теувэм шынагъуи илъагъунукъым, нэщхъеи хъунукъым.

(39) Ауэ джаурхэмрэ, Ди нэщэнэхэр пцIыуэ зыбжахэмрэ - ахэр МафIэм хэхуэнухэращ, игъащIэкIэ къинэнухэщ абдежым".

(40) Уэ, Iисраил и бынхэ, фигу къэвгъэкIыж фIыгъуэу Сэ фхуэсщIар, Си псалъэми быдэу фытет, Сэри псалъэу фэстам сытетынщ, икIи Сэ фыкъысщышынэ.

(41) Фэ фIэщIэлъ Тхылъыр къэзыгъэпэжу къыфхуедгъэхар фи фIэщ фщIы, икIи япэрейуэ ар зи фIэщ зымыщIа фымыхъу. Си нэщэнэхэр уасэ пудкIэ фымыщэ, икIи Сэ фыкъысщышынэ.

(42) ИкIи пэжыр пцIыуэ къэвмыгъэлъагъуэ, пэжри фымыущэху ар фщIэуэ.

(43) Нэмэз фщIы, сэджыт фты, щхьэщэ (Алыхьым) хуэзыщIхэм ящIыгъуу фщIы.

(44) ЦIыхухэм фIы ящIэну къыхуевджэу, фи щхьэхэр фщыгъупщэжу ара Тхылъым феджэ пэтрэ? Фыакъылыншэу ара фэ?

(45) Шэчыныгъэмрэ нэмэзымрэ дэIэпыкъуэгъуу захуэвгъазэ. Ахэр зытемыхьэлъэхэр тхьэшынагъуэ зыхэлъ закъуэхэращ.

(46) Я Тхьэм зэрыхуэзэжынумрэ, Абы и деж зэрагъэзэжынумрэ егупсысхэращ.

(47) Уэ, Iисраил и бынхэ, фIыгъуэу фэстахэр фигу къэвгъэкIыж, икIи Сэ дунейуэ хъуам фахэсIэтыкIат.

(48) Фыщышынэ махуэм, зыр адрейм зыкIи щыдэмыIэпыкъуфынум, зыми къыщхьэщыжыну щыхуамыдэнум, зыкIи зыкъыщимыщэхужыфынум, зыри къащыдэмыIэпыкъуфынум.

(49) Фирхьэун и дэIэпыкъуэгъухэм фыкъедгъэлат, хьэзаб гуащIэ къыфтралъхьэу, фи щIалэ цIыкIухэр яукIхэу, бзылъхугъэхэр къагъанэу. Ар фи Тхьэм къыфтрилъхьа хьэзабышхуэт.

(50) Хыр фхузэIутхри фыкъедгъэлат, Фирхьэуным и дэIэпыкъуэгъухэри едгъэтхьэлат фэ феплъхэурэ.

(51) Мусэ жэщ плIыщI пIалъэу хуэдгъэуват, итIанэ фэ абы иужь танэм фыхуэпщылIыну щIэвдзащ, атIэ фэ залымыгъэ зефхьауэ аращ.

(52) Абы иужькIэ Дэ фхуэдгъэгъуащ, шыкур фщIынкIэ мэхъур фэ.

(53) Мис Мусэ Тхылъымрэ зэрызэхащIыкIымрэ еттащ, гъуэгу захуэм фытеувэнкIэ мэхъур.

(54) Мусэ мыпхуэдэу и лъэпкъым яжриIащ: "Уэ си лъэпкъ, фи щхьэхэм залымыгъэ ефхыжащ, танэм фызэрыхуэпщылIамкIэ, аращи тобэ къыхуэфхь фи Тхьэм, икIи фэ фщыщ зыхэм адрейхэр ираукIыж. Ар нэхъыфIщ фэр щхьэкIэ фи Тхьэм и пащхьэм, къыфхуигъэгъунщ фэ, Ар ипэжыпIэкIэ Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ.

(55) ИкIи фэ жыфIат: "Мусэ, уэ жыпIэр ди фIэщ хъунукъым, Алыхьыр нахуэу домыгъэлъэгъуауэ". Абдежым щыблэр къыфтехуэри фисахэщ, зыр адрейм феплъыжхэурэ.

(56) ИтIанэ фылIа иужькIэ фыкъэдгъэхъужащ, Алыхьым шыкур хуэфщIынкIэ мэхъур.

(57) Пшэхэр жьауэ фхуэхъуну къыфщхьэщыдгъэуващ, мэннымрэ* ныбгъуэхэмри къыфхуедгъэхащ. "Фшхы фIыгъуэу фэттахэм щыщ". Абыхэм Дэ залымыгъэ къыдахауэ аракъым, атIэ езым я щхьэ залымыгъэ ирахыжащ.

(58) Мис Дэ жытIащ: "Фыдыхьэ мы къуажэми фшхы абдежым фыздыхуейм деж фызыхуейм хуэдиз. И куэбжэми щхьэщэ фщIыуэрэ фыдыхьэ, икIи жыфIэ: "Къытхуэгъэгъу". Фи гъуэщэныгъэхэр фхуэдгъэгъунщи фIыгъуэхэр фхухэдгъэхъуэнщ.

(59) Ауэ залымыгъэ зезыхьахэм псалъэу жраIар зэрахъуэкIри, а залымыгъэ зезыхьахэм уафэм къехауэ хьэзаб ятетлъхьащ, мыхъумыщIэу ящIам щхьэкIэ.

(60) Мусэ и лъэпкъым щхьэкIэ псыуэ зэфэным щыщIэлъэIум, Дэ жытIащ: "Уи башымкIэ мывэм еуэ". Ар зэгуэудри псынэу пщыкIутI къыщIэжащ. ЦIыху къэскIи ящIэрт сыт хуэдэ зэфэн хуейр. Фешхэ, фефэ Алыхьым и ерыскъым щыщ, икIи щIым фэсэд зыщевгъэубгъуу мыхъумыщIагъэхэр фымыщIэ.

(61) Мис фэ жыфIат: "Уэ, Мусэ, зы шхыныр тхуэлъэкIыжкъым. Уи Тхьэм тхуелъэIу щIым къыхэкIым щыщу къытхухигъэкIыну хадэхэкIхэр, нащэ, бжьыныху, джэш, бжьын". Абы жиIащ: "НэхъыфIыр нэхъ IейкIэ фхъуэжыну фыхуейуэ ара фэ? Фехи сыт хуэдэ къуажэм фыдыхьи вгъуэтынущ а фызыхуейр". Абыхэм гъэпудынымрэ тхьэмыщкIагъуэмрэ ятрилъхьащ, Алыхьым и губжьи къызытрагъэхуэжащ. Апхуэдэу щIэхъуар абыхэм Алыхьым и нэщэнэхэр я фIэщ зэрымыхъуаращ, бегъымбархэри залымыгъэу зэраукIхэтэращ. Ар къатехуащ зэремыдаIуэу гъунэхэм зэребакъуэтэм щхьэкIэ.

(62) ИпэжыпIэкIэ Iиман къэзыхьахэри, журтхэри, чыристэнхэри, сабиIхэри* Алыхьымрэ Иужьрей махуэмрэ зи фIэщ хъуахэр, фIы зыщIахэр, абыхэм псоми я псапэр я Тхьэм и деж щыIэщ, шынагъуи ялъагъунукъым, гукъеуи яIэнукъым.

(63) Фэ псалъэ быдэ щыфIитхам, ТIурыр фи щхьэщыгум идгъэуващ: "Фэттар быдэу фубыди, абы итыр фигу къэвгъэкIыж, тхьэшынагъуэ фхэлъынкIэ мэхъур".

(64) Абы иужь фи щIыбхэр хуэвгъэзащ. ИкIи Алыхьым къызэрыфхуигъэгъумрэ икIи гущIэгъуу къыфхуищIымрэ мыхъуатэмэ, хэкIуэдахэм ящыщ фыхъунт.

(65) ИкIи фощIэр фэ щэбэт махуэм ехьэлIауэ гъунэм икIахэр. Абыхэм яжетIащ: "Номин гъэпуда фыхъухэ".

(66) ИкIи тщIащ ар хьэзабым и щапхъэ езыхэми, абыхэм яужь къэкIуэнухэми щхьэкIэ, икIи ущиеу тхьэшынагъуэ зыхэлъхэм папщIэ.

(67) Мис Мусэ и лъэпкъым яжриIащ: "Алыхьым унафэ къыфхуещI жэм фIэвгъэжыну". Абыхэм жаIащ: "Уэ щIэнэкIалъэ дыкъэпщIу ара?" ЖиIащ: "Алыхьым сыщихъумэ, щIэныгъэншэхэм ящыщ сыхъуну".

(68) Абыхэм жаIащ: "Уи Тхьэм тхуелъэIу нахуэ тхуищIыну ар зыхуэдэр". Абы (Мусэ) жиIащ: "Абым жеIэр ар жэмыжькъым икIи жэмыщIэ цIыкIукъым, абыхэм яку дэтщ ныбжькIэ. Аращи унафэу къыфхуащIыр вгъэзащIэ".

(69) Абыхэм жаIащ: "Уи Тхьэм тхуелъэIу нахуэ тхуищIыну, сыт хуэдэми абы и плъыфэр". Абы (Мусэ) жиIащ: "Абы жеIэр ар жэм гъуэжь-сырыхуфэщ, еплъхэр егъэгуфIэр".

(70) Абыхэм жаIащ: "Уи Тхьэм тхуелъэIу нахуэ тхуищIыну сытым хуэдэми ар, жэмхэр зэуэ тфIызэхэкIухьащ дэ. ИтIанэ, Алыхьым жиIэмэ, гъуэгу захуэм дытеувэнщ".

(71) Абы жиIащ: "Абы жеIэр ар жэм щIыгу зэравэкъым, псыи ирищIакIэкъым. Ар узыншэщ икIи зы фэкъуи иIэкъым". Абыхэм жаIащ: "Мис иджы пэжыр къыжыпIауэ аращ". Абыхэм фIагъэжащ ар, ямыщIэным благъэ дыдэ хуэхъуахэ пэтрэ.

(72) Мис цIыху фыукIри фызэдауэу къевгъэжьащ абы щхьэкIэ. Алыхьым къыщIегъэщыр, фэ фыущэхуну фызыпылъар.

(73) Дэ жытIащ: "Абы (жэмым) щыщ IыхьэкIэ феуэт (яукIам)". Апхуэдэу Алыхьым лIахэр къегъэхъуж, и нэщэнэхэри фегъэлъагъур, къывгурыIуэнкIэ мэхъур.

(74) ИтIанэ фигухэр быдэ хъуащ, мывэхэм хуэдэу, е нэхъ быдэжу абы иужькIэ. АтIэ мывэхэм къахокIыр псыхэр къызыщIэж. Абыхэм яхэтщ зэгуэуду псы къызыхэкI. ИкIи абыхэм яхэтщ Алыхьым щышынэхэу техуэхэр. Алыхьыр щымыгъуазэу аракъым фэ фщIэхэм.

(75) Фэ фыгугъэу ара жыфIэр я фIэщ хъуну? Абыхэм яхэтщ гуп, Алыхьым и псалъэр зэхэзыхауэ ар зэзыхъуэкIахэр, къикIыр къагурыIуа нэужь.

(76) Ахэр Iиман къэзыхьахэм щахуэзэкIэ: "Iиман къэтхьащ", - жаIэр. Ауэ езыхэр зэщIыгъуу къанэхэмэ жаIэр: "Абыхэм яхуэфIуэтэну ара Алыхьым нахуэ фхуищIар итIанэ абыкIэ ахэр къывэдэуэжын щхьэкIэ фи Тхьэм и пащхьэ? КъывгурымыIуэу ара фэ?"

(77) Абыхэм ямыщIэу ара Алыхьыр яущэхуми, нахуэ ящIми зэрыщыгъуазэр?

(78) Абыхэм яхэтщ еджэкIэ зымыщIэхэу Тхылъым хэзмыщIыкIхэр я гугъэу ящIхэм фIэкIа икIи езыхэм къазэрыфIэщIым мыхъумэ.

(79) КIуэдыгъуэр къатехуащ Тхылъыр зи IэкIэ зытххэу итIанэ жызыIэхэм: "Мыр Алыхьым и деж къикIащ". Абы уасэ мащIэ къыщIахыну хуейхэщ, хэкIуэдахэщ ахэр ятххэм щхьэкIэ я IэхэмкIэ, хэкIуэдахэщ ахэр къыщIахами щхьэкIэ.

(80) Абыхэм жаIащ: "МафIэр къыднэсынущ дэ махуэ зыбжанэкIэ". ЖыIэ: "Алыхьым псалъэ быдэ къыIифхауэ ара? АтIэ Алыхьыр псалъэу итам зэи епцIыжкъым! Е Алыхьым пцIы тефлъхьэу ара зыри хэвмыщIыкIыу?"

(81) Хьэуэ тIэ! Iей къэзылэжьауэ зи гуэныхьхэм къаухъуреихьахэр, ахэр МафIэм хэхуэнухэщ, игъащIэкIи абы къыхэнэнухэщ.

(82) Iиман къэзыхьауэ фIы зыщIахэр атIэ жэнэтым ихьэнухэщ, ахэр абы игъащIэкIэ къинэнухэщ.

(83) Iисраил и бынхэм псалъэ быдэ къаIитхат: Алыхьым нэгъуэщI зыми фыхуэмыпщылI, фи адэ-анэхэм фIыуэ фахуэщыт, Iыхьлыхэми, ибэхэми, тхьэмыщкIэхэми, цIыхухэм фIы яжефIэ, нэмэз фщIы, сэджыт фты. ИтIанэ абыхэм я щIыбхэр къагъэзащ яфIэмыфIу, мащIэ дыдэ нэхъ къэмынэу

(84) ИтIанэ псалъэ быдэ фIитхат: фи лъы фымыгъажэ, зым адрейр и унэм къыщIэвмыху. Фэ абы фезэгъащ икIи щыхьэт фыхъуащ.

(85) ИтIанэ мис фэ фызэроукIыр икIи зы гуп фэ фщыщхэр я унэхэм къыщIывохур. Зым фыдоIэпыкъур, адрейхэм фапэувурэ, гуэныхьрэ залымыгъэрэ зефхьэурэ. Ауэ ахэр гъэру фи деж къыщыкIуэхэкIэ, ахэр къывощэхужхэр, икIи хьэрэм фхуащIат ахэр дэфхуну. Тхылъым и Iыхьэ фи фIэщ хъуауэ, адрей Iыхьэр пцIыуэ фыбжауэ ара? Апхуэдэу зыщIэм фэ фщыщу хуэфащэр мы дунейм гъэпудауэ щытыну, Къемэт махуэми нэхъ хьэзаб гуащIэ хуэфащэщ. Алыхьыр щымыгъуазэу аракъым фэ фщIэхэм

(86) Мы дунейр ахърэткIэ къэзыщэхуахэращ ахэр, абыхэм хьэзабыр хуагъэпсынщIэнукъым икIи дэIэпыкъуэгъуи яIэнукъым.

(87) Мусэ Тхылъыр еттри Дэ иужьым лIыкIуэхэр кIэлъыдгъэкIуащ. Хьисэ, Мэрям и къуэми, нэщэнэхэр еттри Псэ ЛъапIэмкIэ дгъэбыдащ. ЛIыкIуэ къыфхуэкIуэху къэскIэ, фэ фигу иримыхьыр къыфхуихьурэ, фепэгэкIыурэ зы гупыр пцIыупсу вгъэIуу, адрейхэр фыукIыу арат?

(88) Абыхэм жаIащ: "Дэ дигухэм тепхъуэ телъщ". Алыхьым нэлат ярихащ абыхэм я джаурыгъэм щхьэкIэ. МащIэщ абыхэм я Iиманыр!

(89) Абыхэм Тхылъ къахуехащ, Алыхьым и деж къикIауэ, езыхэм яIэщIэлъым итыр къигъэпэжу. ИпэкIэ джаурхэм зэратекIуэным щIэлъэIухэт ахэр. Ауэ езыхэм ящIэр къащыхуехым, ар пцIыуэ ябжащ. Алыхьым и нэлатыр къатехуэ джауру хъуам

(90) Сыту Iей абыхэм я псэхэр къызэращэхужар, Алыхьым къригъэхар пцIыуэ ябжу, ефыгъуэхэу, Алыхьым и пщылIхэм щыщу зыхуейм и фIыгъуэр зэрыхуригъэхым. Зы губжьым и гущIыIуж адрей губжьыр зытрагъэхуащ абыхэм. Джаурхэм яхуэфащэщ хьэзаб зыгъэпудыр

(91) Абыхэм щыжраIэкIэ: "Алыхьым къригъэхар фи фIэщ фщIы!" - жаIэжыр: "Дэ къытхуехар ди фIэщ мэхъур", - ауэ абы иужь къехар я фIэщ хъукъым, атIэ ар пэжщ, езыхэм яIыгъыр къэзыгъэпэжщ. ЖыIэ: "Сыт атIэ Алыхьым и бегъымбархэр ипэкIэ щIэвукIхэтэр фэ Iиман къэфхьауэ щытмэ?"

(92) Мусэ нэщэнэ нахуэхэр къыфхуихьри къэкIуат, итIанэ танэм фыхуэпщылIыну щIэвдзащ, ар щымыIэху залымыгъэ фщIэуэ

(93) Мис Дэ псалъэ быдэ фIитхат, ТIур къущхьэри фи щхьэщыгум идгъэуващ: "Быдэу фэттар фIыгъ икIи федаIуэ". Абыхэм жаIащ: "ДодэIур икIи дедаIуэркъым". Абыхэм ягухэм танэр хагъэхьащ, я джаурыгъэм къыхэкIкIэ. ЖыIэ: "Сыту Iеищэ фи Iиманым унафэу къыфхуищIыр, Iиман къэфхьар пэжмэ"

(94) ЖыIэ: "Алыхьым и деж иужьрей увыIэпIэр пэжу фэрамэ зыхуэфащэр, нэгъуэщI цIыхухэм къалъымысыну, лIэныгъэр къыфхуэкIуэну фыщIэлъэIу, фэ жыфIэр пэжу щытмэ".

(95) Ахэр зэи абы щIэлъэIунухэкъым, я Iэхэм къихьам щхьэкIэ. Алыхьым ещIэр залымыгъэ зезыхьахэр.

(96) Уэ плъагъунущ ахэр псом нэхърэ нэхъыбэу мы дунейм зэрыхущIэкъухэр, тхьэ куэдым хуэпщылIхэм нэхърэ нэхъыбэжу. Абыхэм ящыщ зыр хуеинут илъэс мин къигъэщIэну. Ауэ апхуэдиз къагъэщIами хьэзабыр IуагъэкIуэтынукъым абыхэм. Алыхьым елъагъур абыхэм ящIэхэр.

(97) ЖыIэ: "Джибриль и бийр хэт?" Абы ар (КъурIэныр) уи гум кърилъхьащ, Алыхьым и унафэкIэ, ипэкIэ щыIахэр къигъэпэжу, захуэм хуишэу, Iиман къэзыхьахэм щхьэкIэ хъыбарыфIу.

(98) Алыхьми, Абы и мелыIычхэми, и лIыкIуэхэми, Джибрили, Микаили я биймэ зыгуэр, атIэ Алыхьыр я бийщ джаурхэм.

(99) Дэ ныпхуедгъэхащ нэщэнэ нахуэхэр, ахэр пцIыуэ зыбжыр фасикъ закъуэхэращ.

(100) Псалъэ быдэ зыIрахыжыху къэскIэ, абыхэм ящыщ зы гупыр абы епцIыжу ара? АтIэ абыхэм я нэхъыбэм Iиман къахьакъым

(101) Абыхэм я деж лIыкIуэ къыщыкIуатэм, Алыхьым и деж къикIауэ, абыхэм яIыгъыр къигъэпэжу, Тхылъ зратауэ щытхэм Алыхьым и Тхылъыр я щIыбымкIэ хыфIадзащ, зыри ямыщIэм хуэдэу

(102) Ахэр кIэлъыкIуащ Сулейман и мылъкум щIэт шейтIанхэр зэджэхэм. Сулейман джауру щытакъым, атIэ шейтIанхэращ джаур хъуахэр. Абыхэм цIыхухэм щхъухь зэращIэнур ирагъащIэрт, мелыIычитIми, Харутрэ Марутрэ, Вавилоным и деж къахуехари. Абыхэм зыми ирагъащIэртэкъым жамыIэу: "Дэ фыщыдгъэуэну аращ, аращи джаур умыхъу". Абыхэм я деж зрагъащIэрт зэлI-зэфызыр зэрызэпагъэкIыныр, ауэ абыхэм зыри иращIылIэфынутэкъым Алыхьым и унафэ щымыIэу. Зэраныгъэ къахуэзыхьынрат абыхэм зэрагъащIэр, зыри сэбэп къахуэмыхъуу. ИкIи абыхэм ящIэрт ар зэрагъащIэмэ ахърэтым зыри зэрамыIэжынур. Сытым хуэдэу Iеищэ абыхэм я псэхэр зыщIатар, ар ящIэмэ аратэкъэ

(103) Абыхэм Iиман къахьу тхьэшынагъуэ зыхагъэлъатэмэ, Алыхьым и деж щагъуэтынур нэхъыфIт, ар ящIэтэмэ абыхэм

(104) Уэ Iиман къэзыхьахэ! "КъыткIэлъыплъ", - жывмыIэ, атIэ: "Къыдэплъ", - жыфIэ, икIи фыдаIуэ. Джаурхэми хьэзаб гуащIэ яхуэфащэщ

(105) Джаурхэу Тхылъыр зратахэм щыщхэри, тхьэ куэдым хуэпщылIхэри фи Тхьэм и деж къикIауэ фIы къыфхуехыну хуейхэкъым. АтIэ Алыхьым и гущIэгъуныгъэкIэ къыхехыр зыхуейр, Алыхьыращ фIыщIэшхуэр зейр.

(106) Сыт хуэдэ Iэят Iудмыхыжми, е фщыдмыгъэгъупщэжми, абы нэхърэ нэхъыфI е абы хуэдэ къыдохьыр. Уэ умыщIэу ара Алыхьым сытри зэрыхузэфIэкIыр?

(107) Уэ умыщIэу ара Алыхьым уафэхэми щIылъэми я унафэр зэрыIэщIэлъыр? ФиIэкъым фэ Алыхьым нэгъуэщI къыщхьэщыжакIуи, дэIэпыкъуэгъуи

(108) Е фыхуейуэ ара фи лIыкIуэм жефIэну, ипэкIэ Мусэ жраIам хуэдэу? Хэт джаурыгъэкIэ Iиманыр ихъуэжами, абы гъуэгу захуэр игъэгъуэщауэ аращ.

(109) Тхылъ зратахэм щыщ куэдыр хуейхэщ Iиман къэфхьа иужь джаур фагъэхъужыну, ягухэм къикI фыгъуэныгъэм щхьэкIэ пэжыр нахуэу ялъэгъуа иужь. Яхуэвгъэгъуи гулъытэ явмыт, Алыхьым и унафэр къихьыху, Алыхьым сытри хузэфIокIыр

(110) Нэмэз фщIы, сэджыт фты. Сыт фи щхьэхэм щхьэкIэ фIыуэ фымыщIами, ар Алыхьым и деж щывгъуэтыжынущ. Алыхьым фщIэхэр елъагъур

(111) Абыхэм жаIащ: "Жэнэтым ихьэнукъым зыри, чыристанхэмрэ журтхэмрэ фIэкIа". Апхуэдэщ абыхэм я гугъэхэр. ЖыIэ: "Фи щыхьэтхэр къэфхь, а жыфIэр пэжу щытмэ".

(112) Хьэуэ атIэ, Алыхьым и нэгур хуэзыгъэзауэ фIы зыщIэм хуэфащэр игъуэтыжынущ и Тхьэм и деж, шынагъуи ялъагъунукъым, гукъеуи яIэнукъым абыхэм.

(113) Журтхэм жаIащ: "Чыристанхэр зытетыр зыми ищIыскъым". Чыристанхэми жаIащ: "Журтхэр зытетыр зыми ищIыскъым". Ахэр псори Тхылъ йоджэхэр. Апхуэдэу жаIащ щIэныгъэ лъэпкъ зимыIэхэм, абыхэм я псалъэхэм хуэдэу. Алыхьым абыхэм я унафэр ищIэнщ Къемэт махуэм, а зэрызэтекIахэм теухуауэ

(114) Хэт нэхъыбэу залымыгъэ зезыхьэр, Алыхьым и мэжджытхэм Абы и цIэр ираIуэну зымыдэм нэхърэ, икIи ахэр икъутэну иужь итым нэхърэ? Ахэр щIыхьэ хъунукъым абыхэм, шынэхэу фIэкIа. Ахэр мы дунейм гъэцIыкIуа хъунухэщ, ахърэтми хьэзабышхуэ къапэщылъщ

(115) Алыхьым къуэкIыпIэми, къухьэпIэми щыIэр ейщ. ДэнэкIэ зывмыгъазэми, Алыхьым и Напэм зыхуэвгъазэу аращ. ИпэжыпIэкIэ Алыхьым псори зэщIеубыдэр, ещIэр.

(116) Абыхэм жаIащ: "Алыхьым бын зыхуищтэжащ". И щIыхьыр инщ Абы. Хьэуэ атIэ, Абы уафэхэми, щIылъэми щыIэу хъуар ейщ. Псори Абы и IэмыщIэ илъщ

(117) Уафэхэри щIылъэри щымыIауэ зыщIащ. Унафэ гуэр къихьамэ, жреIэр: "Къэхъу", - итIанэ къохъур ар

(118) ЗымыщIэхэм жаIащ: "Алыхьыр къыдэпсэлъамэ аратэкъэ е нэщэнэ къытхуэкIуамэ арат". Абыхэм япэкIэ щыIахэми жаIат, абыхэм жаIам хуэдэу, ягухэр зэщхьщ абыхэм. Дэ нэщэнэхэр гурыIуэгъуэ тщIащ, быдэу зи фIэщ хъухэм щхьэкIэ.

(119) Дэ удгъэкIуащ зыгъэгуфIэу икIи щызыхъумэу, аращи жыхьэнэмэм хэхуэнухэм щхьэкIэ къоупщIынукъым уэ

(120) Журтхэмрэ чыристанхэмрэ аразы къыпхуэхъунукъым уэ, абыхэм я диным утемыувэу. ЖыIэ: "Алыхьым и гъуэгуращ захуэр". Абыхэм я хуеиныгъэхэм уакIэлъыкIуэмэ, щIэныгъэу къыпхуэкIуам иужь, Алыхьым ущызыхъумэни, къыпщхьэщыжыни бгъуэтынукъым

(121) Тхылъ зэттахэр абы зэрыщытын хуейм хуэдэу йоджэхэр, абыхэм ар я фIэщ мэхъур. Ар зи фIэщ мыхъуахэр хэкIуэдауэ аращ.

(122) Уэ, Iисраил и бынхэ, фIыгъуэу фэстахэр фигу къэвгъэкIыж, икIи Сэ дунейуэ хъуам фахэсIэтыкIат.

(123) Фыщышынэ зы псэми адрейм зыри щыхуимыщIэфыну махуэм, щIатыр зыри къабыл щамыщIынум, зыми къыщхьэщыжынум сэбэп къащыхуимыхьынум, зыри дэIэпыкъуэгъу щахуэмыхъунум

(124) Алыхьым Ибрахьим игъэунэхуати унафэ хуищIри, абы ар игъэзэщIащ. ЖиIащ (Алыхьым): "Сэ цIыхухэм я пашэ усщIынущ". Абы (Ибрахьим) жиIащ: "Си бынхэм щыщхэри". Абы (Алыхьым) жиIащ: "Си псалъэр къатехуэнукъым залымыгъэ зезыхьэхэм"

(125) Унэри тщIащ цIыхухэм я увыIэпIэ икIи шынагъуэ здэщымыIэ. Аращи, Ибрахьим здэщыта щIыпIэр нэмэз щыфщIыну хэвубыдыкI. Ибрахьимрэ Исмахьилрэ унафэ яхуэтщIащ: "Си Унэр яхуэвгъэкъабзэ ар хъурейуэ къэзыкIухьхэм щхьэкIи, абым щIэсхэм щхьэкIи, нэмэз ящIурэ щхьэщэ зыщIхэу зи щхьэхэр щIым зыгъэтIылъхэми щхьэкIэ"

(126) Мис Ибрахьим жиIат: "Си Тхьэ, мы къалэр щIы шынагъуэншэу, мыбы щыпсэухэми ят пхъэщхьэмыщхьэ Алыхьымрэ иужьрей махуэмрэ зи фIэщ хъуахэм абыхэм щыщу". Абы (Алыхьым) жиIащ: "Джаур хъуахэм атIэ фIыгъуэхэр ястынщи тIэкIу, итIанэ лIыгъэкIэ мафIэм и хьэзабым хэздзэнхэщ, сытым хуэдэу Iей а увыIэпIэр".

(127) Мис Ибрахьимрэ Исмахьилрэ Унэм и лъабжьэр яIэтурэ (жаIэр): "Ди Тхьэ, къабылу тIих мыр, Уэращ Зэхэзыхыр, ЗыщIэр.

(128) Ди Тхьэ, Уэ жыIэщIэ дыпхуэхъуу дыщI дэ тIури, ди щIэблэри Уэ жыIэщIэ пхуэхъу лъэпкъ щIы. ДгъэзэщIэн хуейр дгъэлъагъуи къытхуэгъэгъу, Уэращ Зыгъэгъур, ГущIэгъущIыр.

(129) Ди Тхьэ, абыхэм яхуэгъакIуэ езыхэм щыщ лIыкIуэ, Уи Iэятхэм яхуеджэу, Тхылъымрэ акъылыфIагъымрэ яригъащIэу, заригъэгъэкъабзэу. Уэращ Лъэщыр, АкъылыфIэр".

(130) Ибрахьим и диным хэт къытекIыр зи акъылыр зэтемытым нэхъ? Ар хэтIэтыкIащ Дэ мы дунейми, ахърэтми, ар фIы зыщIахэм ящыщщ.

(131) Абы и Тхьэм жриIащ: "Зыкъысхуэт уэ". Абы (Ибрахьим) жиIащ: "Зыхуэстащ дунейуэ хъуам я Тхьэм"

(132) Ибрахьим и бынхэми, Екъуби ар уэсяту къыхуагъэнащ: "Уэ, си бынхэ, Алыхьым фхухихащ диныр, аращи дунейм муслъымэну фIэкIа фемыхыж".

(133) Е фыщыIауэ ара Екъуб и ажалыр къыщысам и бынхэм щажриIам: "Сыт фызыхуэпщылIынур?" Абыхэм жаIащ: "ДыхуэпщылIынущ уи Тхьэм, ди адэжьхэу Ибрахьими, Исмахьили, Исхьакъи я Тхьэм, Тхьэ закъуэм, дэ Абы зыхуэттащ".

(134) А лъэпкъыр текIащ, абыхэм къалэжьаращ яхуэфащэр, фэри къэвлэжьаращ фхуэфащэр. Абыхэм ящIахэмкIи фэ къывэупщIыжынукъым.

(135) Абыхэм жаIащ: "Журт е чыристэн фыхъу, захуэм фытеувэнщ". ЖыIэ: "Хьэуэ, Ибрахьим и диныращ хьэнифу, тхьэ куэдым хуэпщылIу щымытар"

(136) ЖыфIэ: "Ди фIэщ хъуащ Алыхьыр, дэ къытхуехари, Ибрахьими, Исмахьили, Исхьакъи, Екъуби, абы и бынхэми къахуехари, Муси, Хьиси къыхуэкIуари, бегъымбархэм я Тхьэм и деж къикIауэ къахуэкIуари. Ахэр зэхэдз тщIыкъым дэ. Дэ Абы зыхуэттащ".

(137) Абыхэм Iиман къахьмэ фэ Iиман къызэрыфхьам хуэдэу гъуэгу захуэм теувэнхэщ. Ауэ я щIыбхэр къагъазэмэ, насыпыншагъэм хэхуахэщ, Алыхьым абыхэм уащихъумэнщ, Ар Зэхэзыхщ, ЗыщIэщ.

(138) Алыхьым и динщ, Алыхьым и диным нэхърэ сыт нэхъыфIу щыIэр? Аращ дэ дызыхуэпщылIыр.

(139) ЖыIэ: "Алыхьым щхьэкIэ фыкъыдэдауэу ара? АтIэ Ар дэ ди Тхьэщ икIи фэ фи Тхьэщ. Дэ длэжьаращ тхуэфащэр, фэри влэжьаращ фхуэфащэр. Дэ Абы дыхуэпэжщ"

(140) Е жыфIэу ара: "Ибрахьими, Исмахьили, Исхьакъи, Екъуби, абы и бынхэри журтхэу е чыристанхэу щытащ". ЖыIэ: "Фэра нэхъыфIу зыщIэр хьэмэ Алыхьыра? Хэт нэхъыбэу залымыгъэ зезыхьэр, Алыхьым и щыхьэтлыкъыр езым и деж зыущэхуам нэхърэ? Алыхьыр щымыгъуазэу аракъым фэ фщIэхэм"

(141) А лъэпкъыр текIащ, абыхэм къалэжьаращ яхуэфащэр, фэри къэвлэжьаращ фхуэфащэр. Абыхэм ящIахэмкIи фэ къывэупщIыжынукъым.

(142) Зи акъылыр иримыкъу цIыхухэм жаIэнущ: "Сыт абыхэм я къэблэ зызыхуагъазэтэр щIахъуэжар?" ЖыIэ: "Алыхьу къуэкIыпIэри къуэхьэпIэри зейм щхьэкIэ, зыхуейр гъуэгу захуэкIэ ешэр".

(143) Апхуэдэу фытщIащ Дэ, и кум дэт гупу цIыхухэм щыхьэт фахуэхъуну, лIыкIуэри фэ фи щыхьэту щытыну. Кхъаблэ узытетари щIэтщIар къэтщIэн щхьэкIэ лIыкIуэм кIэлъыкIуэмрэ, зи щIыбыр къэзыгъазэу икIуэтыжымрэ. Ар хьэлъэ яхуэхъуащ псоми, алыхьым гъуэгу захуэм тришахэм мыхъумэ. Алыхьым фи Iиманыр хигъэкIуэдэнукъым, Алыхьыр цIыхухэм яхуэгущIэгъущIщ, гущIэгъу яхуэзыщIщ

(144) Дэ тлъэгъуащ уи нэгур уафэм зэрыхуэбгъазэтэр, аращи арэзы узыхуэхъун Кхъаблэм ухухуэдгъэзэнщ, уи нэгур гъазэ Мэжджыт ЛъапIэм и лъэныкъуэмкIэ, дэнэ фыщымыIами фи нэгухэр абы и лъэныкъуэмкIэ вгъазэ. ИкIи Тхылъ зэттахэм псоми ящIэр, ар пэж дыдэу я Тхьэм и деж къызэрикIар, Алыхьми имыщIэу аракъым абыхэм ялэжьыр

(145) Тхылъ зэттахэм нэщэнэу хъуари къахуэпхьу укъакIуэми, уи Кхъаблэм теувэнухэкъым, уэри абыхэм я Кхъаблэм утемыувэ, зыр зым и Кхъаблэм фытеувэкъым, ахэр зыхуейхэр яхуэпщIэмэ щIэныгъэ бгъуэта иужь, уэ залымыгъэ зезыхьэхэм ящыщ ухъунущ

(146) Тхъылъыр зэттахэм ящIэр ар, я бынхэр зэращIэм хуэдэу, ауэ абыхэм щыщ гупым пэжыр яущэхур, ящIэ пэтрэ.

(147) Пэжыр уи Тхьэм и дежщ къыздикIыр, аращи шэч къытезыхьэхэм ящыщ умыхъу.

(148) Хэти иIэщ зызыхуигъазэ лъэныкъуэ, аращи фIы щIэнымкIэ фызэпеуэ, дэнэ фыщымыIэми Алыхьым псори фызэхуишэсыжынущ, Алыхьым псори хузэфIокI.

(149) ДэнэкIэ укъимыкIами, уи нэгур хуэгъазэ Мэжджыт ЛъапIэм, аращ уи Тхьэм и деж къикIа пэжыр, Алыхьым влэжьыр имыщIэу аракъым

(150) ДэнэкIэ укъимыкIами, хуэгъазэ уи нэгур Мэжджыт ЛъапIэм, дэнэ фыкъыщымыхутами фи нэгур абы хуэвгъазэ, цIыхухэм щыхьэт къыфхуамыгъуэтыну, ахэр залымыгъэ зезыхьэу щымытхэмэ. Абыхэм фащымышынэу Сэ фыкъысщышынэ, Сэ си фIыгъэу фхуэзгъэфащэр нэгъэсауэ щытыным папщIэ, фэри гъуэгу захуэм фытеувэным папщIэ

(151) Апхуэдэу ныфхуэдгъэкIуащ лIыкIуэ фэ фщыщу, Ди Iэятхэм къыфхуеджэу, зывигъэгъэкъабзэу, Тхылъымрэ Iущыгъэмрэ фигъащIэу, ипэкIэ фымыщIахэри фигъащIэу.

(152) Си цIэр ифIуэ, Сэри фи гугъу сщIынущ, шыкур къысхуэфщIи фIыщIэншэу фыщымыт.

(153) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, шыIэныгъэмрэ нэмэзымрэ дэIэпыкъуэгъу фщIы, Алыхьыр шэчыныгъэ зыхэлъхэращ зи гъусэр

(154) Алыхьым и цIэкIэ зауэу яукIахэм щхьэкIэ: "ЛIахэщ", - жывмыIэ, ахэр псэухэщ, ауэ фэ зэхэфщIэркъыми ара.

(155) Фыдгъэунэхун папщIэ шынагъуи, гъабли, хэщIыныгъи фи мылъкухэми, псэхэми, къэкIыгъэхэми фэдгъэлъагъунущ, шэчыныгъэ зыхэлъхэри гъэгуфIэ.

(156) Бэлыхь гуэр къащытехуэкIэ: "Алыхьыращ дызейри, Абы и деж догъэзэж", - жызыIэхэр.

(157) Ахэращ я Тхьэм и нэфI зыщыхуахэр, гущIэгъу зыхуищIхэр, ахэращ гъуэгу захуэм тетхэр.

(158) ИпэжыпIэкIэ Сэфамрэ Мэруэмрэ Алыхьым и нэщэнэхэм щыщщ, аращи хьэж е гьумрэ Унэм и деж зыщIым ягъэ кIынукъым абыхэм яку къикIухьмэ, икIи фIы езым и гукъыдэжкIэ ищIэмэ, Алыхьыр шыкур зыщIщ, ЗыщIэщ.

(159) Дэ нэщэнэхэмрэ захуагъэмрэ щыщу цIыхухэм къахуедгъэхахэр, Тхылъым нахуэ тщIа иужькIэ зыущэхухэр, абыхэм Алыхьым и нэлатри, нэлат зыххэм я нэлатри къатохуэ.

(160) Тобэ къэзыхьыжахэмрэ фIым хуэкIуэжахэмрэ мыхъумэ, абыхэм яхуэзгъэгъунущ, Сэ Сыгуэныхьгъэгъущ, СыгущIэгъущIщ.

(161) Джаур хъуахэр, итIанэ лIахэр джаурхэу, абыхэм Алыхьми, мелыIычхэми, цIыхуу хъуами я нэлатыр къатехуащ.

(162) ИгъащIэкIэ щытынущ апхуэдэу, абыхэм я хьэзабыр хуагъэпсынщIэнукъым, пIалъи иратынукъым.

(163) Фэ фи тхьэр Тхьэ закъуэщ, нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым, Ар ГущIэгъущIу ГущIэгъу зыхэлъщ.

(164) ИпэжыпIэкIэ уафэхэри щIылъэри къызэрыгъэщIар, жэщри махуэри зэрызэщхьэщыкIыр, хым щызекIуэ кхъухь, цIыхухэм я сэбэп зыхэлъ къэзышэр, уафэми Алыхьым къригъэха псыуэ щIылъэр къызэригъэхъужар, лIауэ щыта иужь, абы сыт хуэдэ хьэкIэкхъуэкIи зэрытриутIыпщхьар, жьыхэр зэрызэпеуэр, уафэмрэ щIылъэмрэ яку дэт пшэр - ахэр нэщэнэхэщ акъыл зиIэ цIыхухэм щхьэкIэ.

(165) ЦIыхухэм яхэтщ Алыхьым зыгуэр хуэзыгъадэу, Алыхьыр фIыуэ зэралъагъум хуэдэу ар фIыуэ зылъагъухэр, ауэ Iиман къэзыхьахэм Алыхьыр нэхъыфIу ялъагъу. А залымыгъэ зезыхьахэм ялъэгъуатэмэ, хьэзабыр щалъагъукIэ, къарур зэуэ Алыхьым зэрыIэщIэлъыр, икIи Алыхьым и хьэзабыр зэрыгуащIэр

(166) ЗыкIэлъыкIуахэр кIэлъыкIуахэм къащыбгъэдэкIыжкIэ, хьэзабри щалъагъукIэ, яку дэлъа зэпыщIэныгъэр зэпыудынущ.

(167) ЯкIэлъыкIуахэм жаIэнущ: "Иджыри зы къытегъэзэжыгъуэ диIатэмэ, ахэр къызэрыдбгъэдэкIам хуэдэу дабгъэдэкIыжынут". Апхуэдэу Алыхьым ярегъэлъагъу абыхэм ялэжьар гукъеуэ зэрахуэхъунур, ахэр мафIэм къыхэкIыжынукъым.

(168) Уэ, цIыхухэ, щIым щыIэм щыщу хьэлэлыр, дэгъуэр фшхыи, шейтIаным иужь фимыхьэ, ипэжыпIэкIэ ар фи бий нахуэщ.

(169) Абы унафэу къыфхуищIхэр Iейщ, мыхъумыщIагъэщ, икIи Алыхьым фымыщIэр тефлъхьэну аращ.

(170) Абыхэм щыжраIэкIэ: "Алыхьым къригъэхам фытет", - жаIэжыр: "Хьэуэ, дэ ди адэжьхэр зытету щытаращ дызытетыр". АтIэ я адэжьхэм зыри къагурымыIуэу, гъуэгу захуэми темыту щытамэ щэ?

(171) Джаурхэр хуэдэщ Iэхъуэр зыщIэгуауэ былымым: жиIэр зэхахыр, ауэ къагурыIуэкъым. Дэгухэщ, бзагуэхэщ, нэфхэщ - абыхэм зыри къагурыIуэкъым.

(172) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, дэгъуэу фэттам щыщ фшхыи, Алыхьым шыкур хуэфщI, Арауэ щытмэ фызыхуэпщылIыр.

(173) Хьэрэм фхуищIащ лIар, лъыр, кхъуэлыр, Алыхьым нэгъуэщIу зыгуэрым хуаукIар, ауэ хэкIыпIэ имыIэжу, езыр хуэмейуэ, иримыгъэлейуэ зыгуэрым мыхъун ишхын хуей хъуамэ, абы гуэныхь телъкъым, Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ.

(174) Алыхьым къригъэхауэ Тхылъым щыщыр зыущэхухэу, ар уасэ мащIэкIэ зыщэхэм, мафIэ фIэкIа яшхынукъым, Алыхьыр абыхэм япсэлъэнукъым Къемэт махуэм икIи игъэкъэбзэнукъым, хьэзаб гуащIэращ абыхэм яхуэфащэр.

(175) Ахэращ гъуэгу захуэмкIэ гъуэщэныгъэр, гъэгъуныгъэмкIэ хьэзабыр къэзыщэхуар, мафIэ гуащIэр дауэрэ яшэчыну абыхэм!

(176) Ар Алыхьым пэж дыдэу Тхылъыр къызэрыригъэхаращ, икIи Тхылъым ехьэлIауэ зэтекIыныгъэ зиIэхэр зэгурымыIуэныгъэ хуабжьым хэтхэщ.

(177) ЩIыхьым къикIкъым фи нэгухэр къуэкIыпIэмрэ къухьэпIэмрэкIэ вгъэзэну, атIэ щIыхьыр зыхэлъыр Алыхьри, ахърэт махуэри, мелыIычхэри, Тхылъхэри, бегъымбархэри зи фIэщ хъуаращ, фIыуэ илъагъу мылъкум къыхихыу благъэхэм, ибэхэм, тхьэмыщкIэхэм, гъуэгурыкIуэхэм, лъаIуэхэм, пщылIхэр къегъэлыным язытыращ, нэмэзыр зыгъэзащIэр, сэджыт зытыр, псалъэ ятамэ быдэу тетхэр, гугъуехьымрэ гукъеуэмрэ къахъулIамэ, зауэм хэтмэ шэчыныгъэ зыхэлъхэр, ахэращ къэзыгъэпэжар, икIи ахэращ тхьэшынагъуэ зыхэлъхэр.

(178) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, яукIам и лъыщIэжыныр фтетхащ: цIыху щхьэхуитым щхьэкIэ щхьэхуитыр, пщылIым щхьэкIэ пщылIыр, бзылъхугъэм щхьэкIэ бзылъхугъэр. Ауэ зыгуэрым и къуэшым хуигъэгъуамэ, захуагъэм тету хуэфащэр зэрынэхъыфIу етыжын хуейщ. Ар фи Тхьэм къыфхуигъэпсынщIауэ, гущIэгъу къыфхуищIауэ аращ. Абы иужькIэ мыхъуным хэхьам хьэзаб гуащIэр хуэфащэщ

(179) Лъыщ1эжыным фи псэуныгъэр хэлъщ, уэ, акъыл зи1эхэ, тхьэшынагъуэ фхэлъынк1э мэхъу.

(180) Къалэн фхуищIащ, фэ фщыщ дунейм щехыжкIэ, фIыуэ къигъэнар губзыгъэ хэлъу уэсят хуищIыну и адэ-анэм, и благъэхэм. Аращ тхьэшынагъуэ зыхэлъхэм я къалэныр.

(181) Ар зэхихауэ зэзыхъуэкIам езым къытехуэнущ гуэныхьыр, Алыхьыр Зэхэзыхщ, ЗыщIэщ.

(182) Уэсят зытым залымыгъэ зэрихьэнкIэ е гуэныхь къихьынкIэ шынэу, ар зыгъэузэхужым, абы гуэныхь къытехуэкъым, Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ

(183) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, нэщI фIыгъыну къыфтетхащ, фи япэкIэ щыIахэм зэратетхауэ щытам хуэдэу, тхьэшынагъуэ фхэлъынкIэ мэхъу.

(184) Махуэ бжыгъэщ, ауэ зыгуэр фщыщу сымаджэ хъуамэ е гъуэгу техьамэ, нэгъуэщI махуэхэм иIыгъыжынщ, зыхузэфIэмыкIым тхьэмыщкIэхэр ирегъашхэ, езыр хуейуэ фIы зыщIами и хъейр игъуэтыжынущ, нэщI фIыгъынури фэркIэ нэхъыфIщ, ар фщIэуэ щытмэ

(185) Рэмэзан мазэм КъурIэныр цIыхухэм къахуехат, гъуэгу захуэ цIыхухэм хуэхъуну, нэщэнэ захуэу икIи зэхэзыгъэкIыу, аращи а мазэр зыгуэрым флъагъумэ, нэщI фIыгъ, ауэ сымаджэмрэ гъуэгу тетымрэ нэгъуэщI махуэхэм ираIыгъыж. Алыхьым фхуигъэпсынщIэну хуейщ, хьэлъэ фхуищIыну хуейкъым, махуэ бжыгъэр иривгъэкъуу, Алыхьыр вгъэлъапIэну гъуэгу захуэм фызэрытришам папщIэ, шыкур хуэфщIатэмэ арат

(186) Си пщылIхэр къоупщIмэ Сэ щхьэкIэ, атIэ Сэ сыгъунэгъущ, лъэIу зиIэу зыкъысхуэзыгъазэм жэуап изот, къызыредаIуэхэ икIи я фIэщ быдэу сырыращI, захуэныгъэм трагъэувэнкIэ хъунущ

(187) НэщI щыфIыгъ жэщхэм фи щхьэгъусэхэм факIуэлIэну фхуидащ, ахэр фи тепIэнщ, фэри абыхэм фаритепIэнщ, Алыхьым ещIэр фи щхьэхэм фызэрепцIыжыр, арати фи тобэр къабыл ищIри къыфхуигъэгъуащ, аращи факIуалIэ иджы щегъэжьауэ, Алыхьым къыфхуитхами фыщIэкъу. Фышхэ икIи фефэ Iуданэ хужьымрэ Iуданэ фIыцIэмрэ зэхэфщIыкIыху нэхущэм, итIанэ жэщ хъуху нэщI фIыгъ, икIи фамыкIуалIэ абыхэм мэжджытым фыщIэтIысхьамэ, мыхэр Алыхьым игъэува гъунэхэщи фамыкIуалIэ, апхуэдэу Алыхьым и нэщэнэхэр цIыхухэм яхуегъэунэху, тхьэшынагъуэ яхэлъынкIэ мэхъу

(188) Зым адрейм и мылъкур пцIыкIэ фымышх, икIи щхьэтетхэм Iулъхьэ яхуэфщIу цIыху гуэрхэм я мылъкур фымышх, гуэныхь къызэрыфхьыр фщIэуэ

(189) МазэщIэхэм ахэр къыщIоупщIэхэ, яжеIэ: "Ахэр цIыхухэм я уахътэмрэ хьэжымрэ къызэралъытэщ". ИкIи щIыхь хэлъкъым унэхэм я щIыбагъымкIэ ущIыхьэным, атIэ щIыхь зиIэр тхьэшынагъуэ зыхэлъыращ. Аращи унэхэм я бжэхэмкIэ фыщIыхьэ, Алыхьыми фыщышынэ, фефIэкIуэнкIэ мэхъу

(190) Алыхьым и цIэкIэ фазауэ къывэзауэхэм, ауэ евмыгъэлей, Алыхьым фIыуэ илъагъукъым езыгъэлейхэр

(191) Дэнэ фащыхуэмызами фыукIхэ, фыкъыздырахуами къифхухэ, щыгъэуэныгъэр нэхъ Iейщ, зауэм нэхърэ, ауэ Мэжджыт ЛъапIэм и деж фамызауэ, езыхэр абдежым къывэмызауэу, къывэзауэхэмэ фазэуэж, аращ джаурхэм яхуэфащэр.

(192) Абыхэм щагъэтыжамэ, Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ.

(193) Фазауэ абыхэм щагъэуэныр щагъэтыжыху, динри Алыхьым ейуэ щытыху, икIи щагъэтыжмэ, залымыгъэ зезыхьэхэращ бий фщIынур

(194) Мазэ лъапIэм мазэ лъапIэр къыпокIуэ, икIи абы ебакъуэм лъыщIэжыныр къытохуэ, ауэ къыфтебанэм фытебэнэж, къызэрыфтебэнам хуэдэу, Алыхьми фыщышынэ, Алыхьыр зи гъусэр тхьэшынагъуэ зыхэлъхэращ

(195) Алыхьым и цIэкIэ фи мылъкум щыщ фты, фи IэкIи зывмыукIыж, фIыхэр фщIэ, Алыхьым фIы зыщIэхэр фIыуэ елъагъур

(196) Алыхьым и цIэкIэ хьэжри гьумрэри иривгъэкъу, зыгуэрым фыкъигъэувыIамэ, фхузэфIэкIым щыщ къурмэныпхъэ фщIы. ИкIи фи щхьэхэр фымыупс къурмэныпхъэр фIэгъэжыпIэм нэмысауэ, ауэ сымаджэ къыфхэтмэ, е и щхьэм гугъуехь иригъэлъагъумэ, е нэщI иIыгъыжын хуейщ, е факъырэIус итын хуейщ, е къурмэныпхъэ фIигъэжын хуейщ. Шынагъуэншэ фыхъужамэ, гьумрэм иужь хьэж зыщIым хузэфIэкIыр къурмэн ирещI, ар зыхузэфIэмыкIым махуищкIэ хьэжым нэщI иреIыгъи, итIанэ унэм къигъэзэжа иужь иджыри махуибл нэщI иреIыгъыж, апхуэдэу махуипщI иригъэкъунущ, ар къызытехуэр зи Iыхьлыхэр мэжджыт лъапIэм дэмысхэращ, Алыхьыми фыщышынэ, Алыхьым и тезырыр гуащIэщ

(197) Хьэжыр щащIыр мазэ гъэунэхуахэращ, абыхэм хьэж зыщIыну тезыубыдар и щхьэгъусэ иремыкIуалIэ, мыхъунхэр иремыщIэ, мыхъумыщIагъэ иремыщIэ, иремыдауэ хьэжым щыIэу. ФIыуэ фщIэхэри Алыхьым ещIэр, гъуэмылэр вгъэхьэзыр, гъуэмылэми и нэхъыфIыр тхьэшынагъуэращ, аращи фыкъысщышынэ, уэ акъыл зиIэхэ

(198) Гуэныхь къыфтехуэкъым фи Тхьэм и фIыгъуэхэм щыщ къэфлъыхъумэ, Хьэрэфатым фыкъехыжмэ, Алыхьым и цIэр куэдрэ ифIуэ щIыпIэ лъапIэм и деж, Абы и цIэр ифIуэ гъуэгу захуэм фызэрытригъэувам щхьэкIэ, ипэкIэ гъуэщахэм ящыщу фыщытами.

(199) ИтIанэ цIыхухэр къыздикIымкIэ фэри фыкъикIи, Алыхьым къыфхуигъэгъуну фелъэIу, Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ

(200) Къыфтетхауэ хъуар вгъэзэщIамэ, Алыхьым и цIэр ифIуэ, фи адэжьхэм зэрыраIуэу щытам хуэдэу, е нэхъри нэхъ лъэщыжу, цIыхухэм яхэтщ жызыIэхэр: "Уэ, ди Тхьэ, мы дунейм щыщ къыдэт", абыхэм ахърэтым щыщу Iыхьэ яIэкъым

(201) Абыхэм яхэтщ жызыIэхэр: "Уэ, ди Тхьэ, мы дунейми ахърэтми фIыуэ щыIэм щыщ къыдэти, мафIэм и хьэзабым дыщыхъумэ".

(202) Абыхэм къалэжьар къалъысыжынущ, Алыхьым псынщIэу хуэфащэм хуегъазэр

(203) Алыхьым и цIэр ифIуэ махуэ хэхахэм, махуитIкIэ ипэ ищам гуэныхь телъкъым, къыкIэрыхуами гуэныхь телъкъым, тхьэшынагъуэ зыхэлъхэм. Алыхьым фыщышынэ, Абы и деж фызэрызэхуашэсыжынур зэвгъащIэ

(204) ЦIыхухэм яхэтщ мы дунейм теухуа зи псалъэхэр хуабжьу бгъэщIагъуэ, Алыхьри щыхьэт ещIыр и гум илъымкIэ, ауэ икъукIэ дауэрейуэщ ар

(205) ЩыIукIыжкIэ щIым ирокIуэ, мыхъумыщIагъэхэр игъэхъэну, къэкIыгъэри, щIэблэри игъэкIуэдыну, ауэ Алыхьым фIыуэ илъагъукъым мыхъумыщIагъэр.

(206) Алыхьым щышынэ, - щыжраIэкIэ абы, егъэлеяуэ и пагагъэм гуэныхьым хуешэ, жыхьэнэмэр хурикъунщ абы, сытым хуэдэу гуауэ а щIыпIэр.

(207) ЦIыхухэм яхэтщ Алыхьыр ягъэарэзыну я псэхэр щIэзытхэр, Алыхьым гущIэгъу яхуещIыр и пщылIхэм.

(208) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, ислъам диным зэрыщыту фыкъихьа, шейтIаным иужь фимыхьэ, ар фи бий нахуэщ.

(209) Нэщэнэ нахуэхэр къыфхуеха иужькIэ гъуэщэныгъэ фщIамэ зэвгъащIэ Алыхьыр зэрылъэщыр, Iущыгъэр псори зэрыбгъэдэлъыр.

(210) Алыхьыр пшэхэм я жьауэм щIэту, мелыIычхэри щIыгъуу къахуэкIуэу Iуэхур зэфIэкIыну нэгъуэщI сыт зыпэплъэхэр, Алыхьым и дежщ Iуэхуу хъуар здэкIуэжыр.

(211) Исраил и бынхэм яупщIыт дапщэ нэщэнэ нахуэхэм щыщу къахуедгъэхами. Алыхьым и фIыгъуэхэр къыхуеха иужькIэ зыхъуэжхэмкIэ, атIэ Алыхьым и тезырыр гуащIэщ.

(212) Джаурхэм мы дунейр яхуэгъэдэхащ, икIи Iиман къэзыхьахэм ящIонакIэхэр, ауэ тхьэшынагъуэ зыхэлъхэр Къемэт махуэм абыхэм ящхьэщытынущ, Алыхьым зыхуейм ерыскъы ирет, гъунэ имыIэу.

(213) ЦIыхухэр псори зы гупу щытахэщ, итIанэ Алыхьым бегъымбархэр къахуигъэкIуащ, ягъэгуфIэну икIи щахъумэну, абыхэм ящIыгъуу Тхылъхэр ипэжыпIэкIэ къригъэхащ, цIыхухэм яку зэгурымыIуэныгъэ дэлъхэр зэхагъэкIыну, ауэ абыкIэ зэтекIахэр, нэщэнэхэр къахуеха иужь, фыгъуэныгъэ зыхэлъахэращ. Алыхьым и унафэкIэ гъуэгу захуэм тригъэувахэщ Iиман къэзыхьахэр, пэжым теухуауэ зэгурымыIуэ щыхъухэм, Алыхьым зыхуейр гъуэгу захуэм трегъэувэ.

(214) Хьэмэрэ фигугъауэ ара жэнэтым фихьэну, фи япэ щыIахэм къащыщIахэр къывэмыхъулIауэ? Абыхэм тхьэмыщкIагъуи узхэри къатехуахэщ, апхуэдизымкIэ шынагъуэ къатехуати, лIыкIуэри, абы щIыгъуу Iиман къэзыхьахэри щIэупщIэхэт: "Сытым щыгъуэ Алыхьым текIуэныгъэ къыщыдитынур?" АтIэ Алыхьым и текIуэныгъэр благъэщ.

(215) Ахэр къуоупщIхэр: "Сыт дытынур?" - жаIэри. ЯжеIэ: "ФIыуэ фтынур адэ-анэм, благъэхэм, зеиншэхэм, тхьэмыщкIэхэм, гъуэгурыкIуэхэм ялъысын хуейщ, фIыуэ фщIэуэ хъуам Алыхьыр щыгъуазэщ".

(216) Зауэр къыфтетхащ, ауэ фигу хуэкIуэкъым абы, ауэ зыгуэр фигу ебгъауэ и фIыгъуэр къывэкIункIэ мэхъу, е зыгуэр фIыуэ флъагъуу и Iейр къыфтехуэнкIэ мэхъу, Алыхьым ещIэ, ауэ фэ фщIэркъым

(217) КъыщIоупщIэхэр мазэ лъапIэхэм узауэ хъунумэ, яжеIэ: "Абыхэм ущызэуэныр Iуэхушхуэщ, ауэ Алыхьым и гъуэгум тетхэм уапэувыныр, джауру ущытыныр, мэжджыт лъапIэм и щIылъэм щыпсэухэр къыдэпхуныр нэхъ иныжу щытщ Алыхьым и пащхьэ, мыхъумыщIагъэри нэхъ хуабжьщ зауэм нэхърэ. Абыхэм щагъэтынукъым къывэзэуэну фи диным фрамыгъэкIыху яхузэфIэкIмэ, фщыщ гуэрхэр и диным икIыу лIамэ джауру, абыхэм я Iуэхухэр хэкIуэдащ мы дунейми ахърэтми, ахэр мафIэм хыхьэнухэщ, абыи игъащIэкIэ къыхэнэнущ".

(218) Iиман къэзыхьахэр, зи хэку икIыжахэр, Алыхьым и цIэкIэ зауэхэр, ахэр Алыхьым и гущIэгъум щогугъхэ, Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ.

(219) Фадэмрэ удезыхьэх джэгукIэхэмрэ ахэр щIоупщIэхэр, яжеIэ: "Абыхэм гуэныхьышхуи хэлъщ, федэи цIыхухэм къыхах, ауэ гуэныхьу хэлъыр нэхъыбэщ я федэм нэхърэ". КъыщIоупщIэхэр сыт ятынумэ, яжеIэ: "Лейуэ фиIэращ". Апхуэдэу Алыхьым нэщэнэхэр нахуэ фхуещI, зыгуэрым фегупсысын папщIэ.

(220) Мы дунейми ахърэтми. ИтIани щIоупщIэхэр зеиншэхэм, яжеIэ: "Абыхэм фIы яхуэпщIэныр дэгъуэщ, (фи мылъкумрэ абыхэм я мылъкумрэ) зэхэфлъхьамэ фи къуэшхэщ, Алыхьым зэхещIыкIыр мыхъумыщIэмрэ фIы зезыхуэмрэ, Алыхьыр хуеймэ, гугъуехь фигъэлъагъунут, Алыхьыр Лъэщщ, Iущыгъэр псори зыбгъэдэлъщ".

(221) Алыхьым гъусэ хуэзыщIхэм я бзылъхугъэхэр къэвмышэ, Iиман къамыхьауэ, пщылI бзылъхугъэ Iиман къэзыхьар нэхъыфIщ, Алыхьым гъусэ хуэзыщI бзылъхугъэм нэхърэ, ар нэхъ фигу ирихьми. ИкIи Алыхьым гъусэ хуэзыщIхэм фи бзылъхугъэхэр дэвмыгъакIуэ Iиман къамыхьыху, пщылI Iиман къэзыхьар нэхъыфIщ, Алыхьым гъусэ хуэзыщIым нэхърэ, ар нэхъ фигу ирихьами. Абыхэм мафIэм хураджэ, Алыхьым жэнэтымрэ гъэгъуныгъэмрэ хуреджэ и IизынкIэ, цIыхухэм и нэщэнэхэр нахуэ яхуещIыр, къащIэжыным папщIэ.

(222) Ахэр щIоупщIэр бзылъхугъэхэм мазэ къэс къахуэкIуэм, яжеIэ: "Ар зэранщи фи бзылъхугъэхэм фамыкIуалIэ ар къахъулIауэ, икIи загъэкъэбзэжыхуи фамыкIуалIэ, итIанэ загъэкъэбзэжамэ, Алыхьым унафэ зэрищIауэ факIуалIэ, Алыхьым тобэ къэзыхьхэр фIыуэ елъагъу"

(223) Фи щхьэгъусэхэр фи хьэсэщ, фи хьэсэм фыщыхуейм фекIуалIэ. Фи щхьэм щхьэкIэ къэвгъэхьэзыр (фIыгъуэу фщIахэр), Алыхьым фыщышынэ, зэвгъащIэ Абы фызэрыхуэзэнур, мыIуминхэри гъэгуфIэ

(224) Алыхьым и цIэкIэ тхьэ зэрыфIуар зэран иремыхъу фIы фщIэнумэ, тхьэшынагъуэ зыхэвгъэлъынумэ, цIыхухэр зэвгъэкIужынумэ, Алыхьыр Зэхэзыхщ, ЗыщIэщ.

(225) Алыхьыр къывэупщIынукъым щыуагъэкIэ тхьэ фыIуамэ, ауэ фи гум ивубыдамкIэ къывэупщIынущ, Алыхьыр Зыгъэгъущ, Щабэщ

(226) Я щхьэгъусэхэм емыкIуэлIэну тхьэ зыIуахэм мазиплI дагъэкIын хуейщ, ахэр щIегъуэжамэ, атIэ Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ

(227) Ауэ зэбгъэдэкIыжыну траубыдамэ, Алыхьыр Зэхэзыхщ, ЗыщIэщ.

(228) ЗэпыкIыжа иужь, бзылъхугъэм мазэ къэскIэ къыхуэкIуэр щэрэ дигъэкIын хуейщ, икIи Алыхьым абыхэм я лъхуалъэм къыщигъэщIар яущэху хъунукъым, Алыхьымрэ Къемэт махуэмрэ я фIэщ хъумэ, абыхэм ялIхэращ нэхъ хуитыныгъэ зиIэхэр абыхэм кърагъэгъэзэжыну зэгурыIуэжыну хуейхэмэ, а бзылъхугъэхэм яхуэфащэр ятелъым хуэдэщ зэрынэхъыфIу, цIыхухъухэр зы увыпIэкIэ нэхъ ящхьэщытщ цIыхубзхэм, Алыхьыр Лъэщщ, АкъылыфIэщ

(229) ТIолакъыр тIэурэщ зэращIыр, иужькIэ е фIыкIэ зэпшэлIэжынущ, е дахэу бутIыпщыжынущ, икIи къыфхуахьам щыщу зыри къэфщтэну фыхуиткъым, Алыхьым игъэува гъунэхэм ебэкъуэну мышынэхэмэ. Алыхьым игъэува гъунэхэм ебакъуэнкIэ фышынэмэ, гуэныхь тIуми къатехуэкъым, бзылъхугъэм уасэ щIитмэ зищэхужыну, аращ Алыхьым игъэува гъунэхэри абыхэм фемыбакъуэ, Алыхьым игъэува гъунэхэм ебакъуэхэращ залымыгъэ зезыхьэхэр

(230) ТIолакъыр зэфIэкIамэ, абы иужь зэхыхьэж хъунукъым, нэгъуэщIым дэмыкIуэу, абыи тIолакъ къритыжмэ, гуэныхь къатехуэкъым иджыри зэ зэрышэжыну хуейхэмэ, Алыхьым и гъунэхэм емыбакъуэну быдэу унафэ ящIэмэ, аращ Алыхьым и гъунэхэр, ахэр щIэныгъэ зиIэхэм щхьэкIэ нахуэ ещI.

(231) Бзылъхугъэхэм тIолакъ ефтауэ пIалъэр къэсамэ, е дахэу зыкIэрыфшэжхэ, е дахэу фыутIыпщыж, икIи гугъуехь явгъэлъагъуным папщIэ зэвмышалIэжхэ, ар зыщIэм езым залымыгъэ зырихыжауэ аращ. Алыхьым и нэщэнэхэр гушыIэу фымыщтэ, Алыхьым фIыгъуэу къыфхуищIари, Тхылъыми акъылыфIагъэми щыщу къыфхуригъэхари фигу къэвгъэкIыж. Алыхьым фыщышынэ, икIи зэвгъащIэ Алыхьыр сытми зэрыщыгъуазэр.

(232) Бзылъхугъэхэм тIолакъ ефтауэ пIалъэр къэсамэ, зэран фахуэмыхъу я щхьэгъусэу щытахэм дэкIуэжыну, фIыкIэ зэгурыIуэжахэмэ, ар Алыхьымрэ ахърэт махуэмрэ зи фIэщ хъухэм щхьэкIэ ущиещ, ар фэркIэ нэхъыфIщ икIи нэхъ къабзэщ, Алыхьым ещIэ, ауэ фэ фщIэкъым.

(233) Анэхэм я сабийхэр илъэситI псокIэ ягъэшхэну щытщ быдзышэкIэ, ягъэшхэнур ирагъэкъуну хуейхэмэ. Сабий къызыхуэхъуами анэм и шхынымрэ и щыгъынымрэ иритыну телъщ хабзэм тету, псэм хуэмылъэкIыр тралъхьэркъым, анэм зэран ирахкъым и сабийм щхьэкIэ, адэми зэран ирахкъым и сабийм щхьэ, уэсят къэзыгъанэми аращ зэрыдызекIуэр. ТIури зэгурыIуэу, арэзыхэу сабийм щрагъэгъэтыну хуейхэмэ быдзышэр, гуэныхь къатехуэкъым. Зыгуэрым фи сабийхэр евгъэгъэшхэну фыхуейми гуэныхь къыфтехуэкъым, хуэфащэ уасэр ефтмэ. Алыхьым фыщышынэ, икIи зэвгъащIэ Алыхьым фщIэхэр зэрилъагъур

(234) Фщыщ гуэрэ дунейм ехыжу и щхьэгъусэр къигъанэмэ, мазиплIрэ махуипщIрэкIэ ежьэн хуейхэщ, а уахътэр блэкIмэ я щхьэ Iуэху зэрахуэмэ хабзэм тету фэ гуэныхь пари къыфтехуэжкъым, Алыхьым влэжьхэр ещIэр.

(235) Гуэныхь къыфтехуэкъым бзылъхугъэм ефIуэкIмэ фылъыхъуу е фыущэхумэ фи гум, Алыхьым ещIэр ахэр фигу къызэрыкIыжынур, ауэ щэхуу псалъэ лъэпкъ явмыт пщIэ зыхэлъ псалъэхэм мыхъумэ, икIи уахътэр дэмыкIауэ нэчыхь фтхыну иужь фимыхьэ, Алыхьым фи гум илъыр ещIэри, ар зэвгъащIи фысакъ, икIи зэвгъащIэ: Алыхьыр Зыгъэгъущ, Щабэщ

(236) Гуэныхь къыфтехуэкъым фызэмыкIуэлIа фызым тIолакъ ефтмэ, къыфтехуэ уасэр евмытауэ, дахэу тыгъэ яхуэфщI: къулейм хузэфIэкIыращ, мылъкуншэми хузэфIэкIыращ тыгъэу хабзэм тетыр. Аращ фIы зыщIэхэм я къалэныр

(237) ФамыкIуалIэ щIыкIэ тIолакъ яфтамэ, къатехуэ уасэри яфтагъэххэу, абы и ныкъуэр яфт къыфхуамыгъэгъумэ е нэчыхьыр зи IэмыщIэ илъым къыфхуимыгъэгъумэ, ауэ яхуэвгъэгъумэ тхьэшынагъуэм нэхъ пэблагъэщ, икIи фи зэхуаку дэлъ щIыхьыр зыщывмыгъэгъупщэ, Алыхьым фщIэхэр елъагъу.

(238) Нэмэзхэм фахуэсакъ, нэмэз икуми, Алыхьым и пащхьэ фыIэсэу фит.

(239) Шынагъуэ флъагъумэ фылъэсу е фышууэ фщIы, шынагъуэншэ фыхъужамэ, Алыхьым и цIэр ифIуэ зэрывигъэщIам хуэдэу, ипэкIэ фымыщIахэр.

(240) Зыгуэр фэ фщыщу дунейм ехыжу и щхьэгъусэр къигъэнамэ, абыхэм илъэсым и кIуэцIкIэ зыхуэныкъуэр ирагъэгъуэту ирамыхужыну уэсят ирыращI, ауэ езыхэр икIыжмэ гуэныхь къыфтехуэкъым, абыхэм хабзэм тету ящIэIамэ, Алыхьыр Лъэщщ, Iущыгъэ зыбгъэдэлъщ

(241) ЗыпыкIыжа бзылъхугъэхэми зыхуэныкъуэр хабзэм тету ягъэгъуэтын хуейщ, ар тхьэшынагъуэ зыхэлъхэм я къалэнщ

(242) Апхуэдэу Алыхьым и нэщэнэхэр нахуэ ещI, къывгурыIуэнкIэ мэхъу

(243) ПщIэркъэ уэ я унэхэр къэзыгъэнахэм я хъыбарыр лIэныгъэм щышынэхэу, ахэр мин бжыгъэ хъухэ пэтрэ? Алыхьым яжриIащ абыхэм: "ФылIэ", - итIанэ къигъэхъужахэщ, Алыхьым гущIэгъу яхуещIыр цIыхухэм, ауэ цIыхум я нэхъыбэм шыкур ящIкъым

(244) Алыхьым и цIэкIэ фызауэ икIи зэвгъащIэ: Алыхьыр Зэхэзыхщ, ЗыщIэщ

(245) Алыхьым хьэху дахэ езытам хуигъэбэгъуэнущ куэду, Алыхьыращ зыубыдри зытри, Абы и дежщ здэвгъэзэжынур

(246) ПщIэрэ уэ Исраил и бынхэу, Мусэ и ужь къэкIуахэм я бегъымбарым жраIат: "Къыдэт пщы, Алыхьым и цIэкIэ дызауэнущи". ЯжриIат: "Зауэныр къыфтратхэмэ фымызауэу фыкъэнэнкIэ мэхъукъэ?" ЖаIащ: "Сыт дыщIэмызэуэнур, Алыхьым и цIэкIэ ди унэхэми дыкъыщIахуауэ, ди бынхэми дыкъыхахуауэ?" Ауэ зауэр къытратха щыхъум, я щIыбхэр къагъэзащ, тIэкIу гуэрым мыхъумэ абыхэм ящыщу, Алыхьми ещIэр залымыгъэ зезыхьэхэр

(247) Я бегъымбарым яжриIащ абыхэм: "ИпэжыпIэкIэ Алыхьым ТIалут пщыуэ къыфхуигъэкIуащ". ЖаIащ: "Дауэрэ абы пщыгъэр зэрыIэщIэлъынур, дэ абы нэхърэ нэхъ тхуэфащэу ар, икIи абы мылъкуи куэду иIэкъым?" ЖиIащ: "Алыхьым ар къыфщхьэщигъэуващ, икIи щIэныгъэрэ Iэпкълъэпкъ зэкIужрэ иритащ, Алыхьым тепщэныгъэр зыхуейм ирет, Алыхьым псори зэщIеубыдэ, щIэныгъэ зиIэщ"

(248) Абы я бегъымбарым яжриIащ: "И тепщэныгъэм и нэщэнэхэу, фызыгъэтыншыну фи Тхьэм и деж къикIауэ къыфхуехынущ, пхъуантэм Мусэрэ Хьэрунрэ къащIэнэжар илъу, ар мелыIычхэм къахьу, ар нэщэнэ фхуэхъунущ ипэжыпIэкIэ Iиман къэзыхьауэ фыщытмэ"

(249) ТIалут дзэр щIыгъуу щежьэм жиIащ: "Алыхьым фиубзыщIынущ псы ежэхкIэ, абы щыщ ефэр сэ сщыщкъым, зыIузмылъхьэр сэ си гъусэщ, ауэ ар IэбжьыбкIэ еIубахэм техуэкъым". ИкIи зы тIэкIу нэхъ къэмынэу ахэр псори ефахэщ, итIанэ абырэ, Iиман къэзыхьахэмрэ щызэпрыкIым жаIащ: "Нобэ Джалутрэ и дзэмрэ дазэрытекIуэн Iэмал щыIэкъым". Ауэ Алыхьым зэрыхуэзэжынухэр быдэу зыщIэхэм жаIащ: "Дапщэрэ гуп мащIэхэр гупышхуэхэм текIуахэ Алыхьым и хуеиныгъэкIэ, Алыхьыр шэчыныгъэ зыхэлъхэращ зи гъусэр"

(250) ИтIанэ Джалутрэ и дзэмрэ я пащхьэ щиувэхэм жаIащ: "Уэ, ди Тхьэ, шэчыныгъэ къыдэт, ди лъэхэр гъэбыдэ, джаур лъэпкъми датегъакIуэ"

(251) Алыхьым и IэмыркIэ абыхэм текIуэхэри, Дауд Джалут иукIри, Алыхьым тепщэныгъэрэ Iущыгъэрэ иритри зыхуейхэр псори иригъэщIащ. Алыхьым зы цIыхухэм адрейхэр япэщIимыгъэувэтэмэ, щIым мыхъумыщIагъэм зыщиубгъунут, ауэ Алыхьым гущIэгъу хуещIыр дунейхэм

(252) Ахэращ Алыхьым и Iэятхэу пэж дыдэу дызыпхуеджэхэр, икIи ипэжыпIэкIэ уэ лIыкIуэхэм уащыщщ

(253) Ахэращ лIыкIуэхэр, языныкъуэр адрейхэм къахэтIэтыкIащ, яхэтщ Алыхьыр зэпсэлъахэр, зыгуэрхэм я увыпIэхэр дригъэкIуеящ, Хьисэ Мэрям и къуэм, нэщэнэхэр еттри Псэ ЛъапIэр дэIэпыкъуэгъу хуэтщIащ, Алыхьыр хуеятэмэ, абыхэм яужь къэкIуахэр зэзэуэнутэкъым, нэщэнэхэр къахуэкIуа иужь, ауэ зэтекIахэщ, абыхэм яхэтщ Iиман къэзыхьахэри, яхэтщ джаур хъуахэри, Алыхьыр хуеятэмэ, ахэр зэзэуэнутэкъым, ауэ Алыхьым зыхуейращ ищIэр

(254) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, фэттам щыщ хэфтыкI къэмыс щIыкIэ махуэр - сатуи, ныбжьэгъугъи, щхьэщыжыныгъи щыщымыIэжыр, джаурхэращ залымыгъэ зезыхьэхэр

(255) Алыхьыращ Тхьэр, Абы нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым, Ар Псэущ, псори зэтезыIыгъэщ, Абы жеибащхъуи жеини ищIэкъым, уафэхэми щIылъэми щыIэр - псори Абы ейщ. Хэт Абы и пащхьэ зыгуэрым къыщхьэщыжыфынур, Езым хуит имыщIауэ? Абыхэм къапэщылъри, къащыщIахэри ещIэр, Езыр зыхуейращ щIэныгъэм щыщу зэрагъащIэр, Абы и тахътэм и лъабжьэм уафэхэри щIылъэри зэщIеубыдэ, ахэр ихъумэнри зыуикI къехьэлъэкIкъым, Ар Лъагэщ, Инщ

(256) Егъэзыгъэ хэлъкъым диным, захуэмрэ къуаншэмрэ гъэунэхуащ, тIагъутыр зи фIэщ мыхъуу, Алыхьыр зи фIэщ хъуам убыдыпIэ быдэр иубыдащ, зэи мыкъутэну, Алыхьыр Зэхэзыхщ, ЗыщIэщ

(257) Алыхьыр Iиман къэзыхьахэм я тепщэщ, кIыфIым къыхешхэри нэхум хуешэхэр, ауэ джаурхэм я тепщэр тIагъутыращ, нэхум къыхашри кIыфIым хуашэхэр, ахэр мафIэм хэхуэнущ, игъащIэкIэ абы къыхэнэнухэщ

(258) ПщIэрэ уэ Ибрэхьим къедэуауэ щытар и Тхьэм теухуауэ? Абы Алыхьым тепщэныгъэ иритат, Ибрэхьим жриIат абы: "Си Тхьэм псэ хелъхьэ икIи хех". ЖиIащ: "Сэри псэ къыхызонэ е хызох". Ибрэхьим жиIащ: "АтIэ Алыхьым дыгъэр къуэкIыпIэмкIэ къыкъуегъэкIри, уэ къухьэпIэмкIэ къыкъуэгъэкI". Абдежым джаурыр Iэнкун хъуащ, Алыхьым залымыгъэ зезыхьахэр тригъэувэкъым гъуэгу захуэм

(259) Е къуажэ зи лъапсэ хэкIуэдэжам блэкI пэтрэ: "Мыри Алыхьым къигъэхъужыфыну ара, зэтелIа иужь?" - жызыIатэр. Алыхьым абы и псэр хихри илъэсищэ дэкIауэ къигъэхъужри еупщIащ: "Дапщэ дэкIа?" ЖиIащ: "Махуэ е махуэм щыщ Iыхьэ гуэр". ЖриIащ: "Хьэуэ тIэ, илъэсищэ дэкIауэ аращ, уи шхынымрэ узэфэнымрэ еплъ, зыуи захъуэжакъым, уи шыдми еплъ, уэ цIыхухэм папщIэ нэщэнэ утщIыну аращ. Къупщхьэхэр зэрыдугъуеижым, итIанэ абыхэм лы къазэрытедгъэхъуэжым еплъ". Ахэр нахуэ щыхуэхъум жиIащ: "СощIэр Алыхьым сытри зэрыхузэфIэкIыр"

(260) Ибрэхьим жиIауэ щытащ: "Уэ, си Тхьэ, сыгъэлъагъу лIахэр къызэрыбгъэхъужыр". ЖиIащ: "Уэ Iиман къомыхьауэ ара?" ЖиIащ: "Къэсхьащ, ауэ си гур псэхуным папщIэ". ЖиIащ: "Арамэ бзухэм щыщу плIы къащти, зэкъузылIи фIэгъэжхэ, итIанэ джабэ къэс абыхэм ящыщ Iыхьэ телъхьэ, итIанэ къеджэхэ, ахэр пIащIэу къэсынухэщ. ИкIи зэгъащIэ Алыхьыр зэрылъэщыр, зэрыакъылыфIэр"

(261) Алыхьым и цIэкIэ зи мылъкур зытым и щапхъэр хуэдэщ хьэдзэм, абы щхьэмыжу блы къыдидзащ, щхьэмыж къэскIэ хьэдзищэ дэтщ, Алыхьми зыхуейм хуегъэбагъуэ, Алыхьыр ЗэщIэзубыдэщ, ЗыщIэщ

(262) Алыхьым и цIэкIэ зи мылъкур зыту, иужькIэ зратам езмыIуэкIыжым икIи емыгуауэжым, и Тхьэм и деж псапэр щагъуэтыжынущ, шынагъуи ялъагъунукъым, гукъеуи къалъэIэсынукъым

(263) Псалъэ гуапэмрэ гъэгъуныгъэмрэ нэхъыфIщ, факъырэIус гуауэ къызыкIэлъыкIуэм нэхърэ, Алыхьри Къулейщ, Щабэщ

(264) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, фи факъырэIусхэр хэвмыгъэкIуэдэж ефIуэкIыжу е гуауэ ефхыу, цIыхухэм я пащхьэ зыкъигъэлъагъуэну и мылъкур зытым хуэдэу, Алыхьри, Къемэт махуэри и фIэщ мыхъуу. Абы и щапхъэр хуэдэщ къущхьэ сабэ зытрихьам, ауэ уэшх къытешхэу джафэу къигъэнам. Абыхэм къалэжьам щыщу зыри къалъысыжынукъым, Алыхьым джаурхэр гъуэгу захуэм тришэхэкъым

(265) Алыхьым и арэзыныгъэ лъыхъуэхэу, езыхэри нэхъ зэтеубыда хъуным папщIэ зи мылъкур зытхэм я щапхъэр хуэдэщ жыг хадэ джабэм кIэрытым: уэшх тешхэмэ пхъэщхьэмыщхьэр тIукIэ нэхъыбэу къыпокIэр, уэшх темышхэмэ, къепсэпсауэ къудейри хурокъур, Алыхьым фщIэхэр елъагъур

(266) Фэ фыхуеину пIэрэ жыг хадэ фиIэу, абы финик жыгхэмрэ жызумрэ къыщыкIыу, псыхэри къыщIэжу, сытым хуэдэ пхъэщхьэмыщхьэхэри къыпыкIэу, гъуэжькуий мафIэм ар зэуэ зэхисыхьыну, езым и ныбжьыр хэкIуэтауэ, бынхэр иджыри къарууншэхэу? Апхуэдэу Алыхьым нэщэнэхэр фхуегъэнахуэр, фегупсысынкIэрэ мэхъур

(267) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, фIыгъуэу къыфлъысахэм щыщ фты, щIым къыфхухэдгъэкIам щыщуи, ауэ мыхъумыщIэр абы щыщу фтыну фыпымылъ, ар фэри къэвмыщтэнутэмэ фи нэхэр уфIыцIауэ фIэкIа, икIи зэвгъащIэ: Алыхьыр Къулейщ, щытхъур псори зыхуэфащэщ

(268) ШейтIаным тхьэмыщкIагъуэкIэ фегъэшынэри мыхъумыщIагъэхэр фигъэщIэну унафэ къыфхуещI, Алыхьым и гъэгъуныгъэрэ и фIыщIэкIэрэ фыкъегъэгугъэр, Алыхьыр псори зэщIэзыубыдэщ, ЗыщIэщ

(269) Iущыгъэр зыхуейм иретыр, Iущыгъэ зратам фIыгъуэ куэд иратауэ аращ, акъыл зиIэ закъуэхэращ зигу къэзыгъэкIыжыр

(270) Сыт фымытами, сыт хуэдэу тхьэ фымыIуами, ар Алыхьым ещIэр. Залымыгъэ зезыхьэхэми дэIэпыкъуэгъу яIэкъым

(271) ФакъырэIус фтымэ нахуэу, ар дэгъуэщ, ауэ ар фыущэхуу факъырэхэм ефтмэ, фэркIэ нэхъыфIыжщ, фи гуэныхьхэм щыщи фтрихынущ, Алыхьми ещIэ влэжьхэр

(272) Уэ ахэр гъуэгу захуэм тебгъэхьэныр уи пщэм дэлъкъым, Алыхьыращ зыхуейр гъуэгу захуэм тезыгъэувэр. ФIым щыщу фтар фи псэхэращ зыхуэфтар, Алыхьым и Нэгуращ зыхуэфтыр фтахэр. Сыт хуэдэ фIыгъуэ фымытами, абы и псапэр къыфлъысыжынущ, икIи залымыгъэ къывахынукъым

(273) Алыхьым и гъуэгум тету яубыда тхьэмыщкIэхэращ зыхуэфащэр (факъырэIусыр), щIым щызекIуэну ямылъэкIхэу, хэзмыщIыкIым ахэр къулей къыфIэщIынущ я укIытагъэм къыхэкIыу, ахэр къэпщIэнущ я нэщэнэхэмкIэ: цIыхухэм елъэIухэкъым факъырэIускIэ тегъэчыхьауэ. ФIым щыщу сыт фымытами, ипэжыпIэкIэ Алыхьым ар ещIэр

(274) Я мылъкум щыщ махуи жэщи, ущэхуауи нахуэуи зытхэм я псапэр я Тхьэм и деж щагъуэтыжынущ, абыхэм шынагъуи ятехуэнукъым, гукъеуи ялъагъунукъым

(275) Рибар зышххэр къэтэджыжынухэщ, шейтIаныр зыхыхьар къызэрытэджыжым хуэдэу, апхуэдэу щIэхъунур абыхэм зэрыжаIам щхьэкIэ: "Сатури рибам хуэдэщ", - жаIэу. Алыхьым сатур хьэлэл ищIащ, ауэ рибар хьэрэм ищIащ. ИкIи и Тхьэм къыбгъэдэкIыу ущие къызыхуэкIуауэ щызыгъэтам къэхъуар хуигъэгъунщ, и унафэри Алыхьым и дежщ. Ауэ зыгъэзэжхэр мафIэм хэхуахэм щыщ хъунухэщ, ахэр игъащIэкIэ абым къыхэнэнухэщ

(276) Алыхьым рибар егъэкIуэдри, факъырэIусхэр егъэбагъуэ. Алыхьым дэтхэнэ джаур гуэныхьыщIэри фIыуэ илъагъукъым

(277) Iиман къэзыхьахэм, фIы зыщIахэм, нэмэз зыщIахэм, сэджыт зытахэм я псапэхэр я Тхьэм и деж щагъуэтыжынущ, абыхэм шынагъуэ ялъагъунукъым, гукъеуи яIэнукъым

(278) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, Алыхьым фыщышыни рибам щыщу къэнахэр зыхэвныж, мыIуминхэу фыщытмэ

(279) Ар фымыщIэмэ, Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ зауэ къыващIылIэнущ, ауэ тобэ къэфхьыжмэ, фи мылъкур фэ къыфхуэнэнущ, залымыгъэ фэри зевмыхьэу икIи зыми залымыгъэ къывимыщIылIэу

(280) ЩIыхуэ зытелъым гугъуехь илъагъумэ, хуэвгъэкIуатэ пIалъэр и Iуэхухэр нэхъ зэтеувэжыху, ауэ факъырэIусу фтыныр нэхъыфIщ фэркIэ, ар фщIэ къудейтэмэ фэ

(281) Алыхьым и деж щывгъэзэжыну махуэм фыщышынэ, цIыху къэс къилэжьар игъуэтыжынущ, зыми залымыгъэ ирахынукъым

(282) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, щIыхуэ къафщтэмэ пIалъэкIэ, ар фтхы, ар фи яку иретх зытхыфын гуэрым захуэу, икIи а зытхым имыдэну щыткъым ар итхыну, Алыхьым зэрыригъэщIам хуэдэу. Иретх щIыхуэр къэзыщтэм къыжриIэурэ, Алыхьу и Тхьэми щрешыни абы щыщу зыри хремыгъэкI. ЩIыхуэр зытелъыр акъылыншэмэ, е зэфIэкI имыIэмэ, е ятхынур жимыIэфмэ, ар зыпIыжым жрыреIэ, ятхынур захуэм тету. ИтIани щыхьэтитI фщIын хуейщ, фи цIыхухъухэм щыщу, ахэр цIыхухъуитIу щымытмэ, зы цIыхухъурэ бзылъхугъитIрэ фызыхуэарэзыуэ щыхьэтхэу щытыну, зы бзылъхугъэм щыгъупщэжмэ, адрейм къригъэщIэжынщ. Щыхьэтхэми къраджахэмэ ямыдэну щыткъым. ИкIи къызэвмыгъэхьэлъэкI фтхыну ар инми цIыкIуми и пIалъэр къэсыху, ар Алыхьым и деж щынэхъ захуэщ, щыхьэтри нэхъ къегъэпэж, зэгурымыIуэныгъэми нэхъ пэжыжьэщ. Ауэ сату фщIыуэ а щIыпIэм зэIыфхмэ, ар фымытхми гуэныхь къыфтехуэкъым, Ауэ щыхьэтхэр къевджэ, сату зэдэфщIэмэ. А зытхми, щыхьэтми лей евмых, ар фщIамэ, гуэныхь къыфтохуэр. Алыхьми фыщышынэ, Алыхьым фегъащIэр, Алыхьым сытри ещIэр

(283) Гъуэгум фытету зытхын фымыгъуэтмэ, шэсу зыгуэр къафщтэ. Ауэ зым адрейм дзыхь хуэфщIмэ, дзыхь зыхуащIам телъыр ирегъэзащIэ Алыхьу и Тхьэми щрешынэ. Щыхьэтри фымыущэху, ар зыущэхум и гум гуэныхь телъщ, фщIэхэри Алыхьым ещIэр

(284) Алыхьым ейщ уафэхэми щIылъэми щыIэр, фигу илъыр нахуэ фщIами, фыущэхуами Алыхьыр абыкIэ къывэупщIыжынущ. Зыхуейм хуигъэгъунущ, зыхуейм хьэзаб трилъхьэнущ, Алыхьым сытри хузэфIокIыр

(285) ЛIыкIуэми мыIуминхэми я фIэщ хъуащ и Тхьэм къыхуригъэхар, псоми я фIэщ хъуащ Алыхьри, Абы и мелыIычхэри, и Тхылъхэри, и лIыкIуэхэри. И лIыкIуэхэм щыщу зыри зэхэдз тщIыкъым. ЖаIащ: "Зэхэтхащ икIи дожыIэщIэр, Уи гъэгъуныгъэращ дызыщIэлъэIур, Уи дежи дгъэзэжынущ"

(286) Алыхьым зы псэми трилъхьэкъым, хуэшэчыным нэхъыбэ, абы къилэжьар лъысыжынущи, къилэжьари къытехуэжынущ. Уэ, ди Тхьэ, тщыгъупщамэ е дыщыуамэ бэлыхь къыттомылъхьэ. Уэ, ди Тхьэ, ди япэкIэ щыIахэм я гуэныхьым хуэдэ къыттомылъхьэ. Уэ, ди Тхьэ, тхуэмылъэкIыни къыттомылъхьэ. Къытхуэгъэгъу, укъытхуэмыткIий, гущIэгъу къытхуэщI, Уэращ къытщхьэщыжыну диIэр, джаур гупми датекIуэну къыддэIэпыкъу