33 - Al-Ahzaab ()

|

(1) Уэ бегъымбар, Алыхьым щышынэ, джаурхэмрэ фэрыщIхэмрэ уахуэмыжыIэщIэ. ИпэжыпIэкIэ, Алыхьыр ЗыщIэщ, АкъылыфIэщ.

(2) Уи Тхьэм и деж къикIыу къыпхуехым тет, Алыхьым ещIэр фэ фщIэхэр.

(3) Алыхьым щыгугъ, пхурикъунщ уэ Алыхьыр дэIэпыкъуэгъуу!

(4) Алыхьым хуищIакъым цIыхум и бгъэм гуитI. Фи щхьэгъусэхэу хьэрэм зыхуэфщIыжхэри фи анэхэу ищIакъым. ФпIыжыну къэфщта щIалэхэри фи бын дыдэ ищIакъым. Ар фэ жыфIэ псалъэ къудейуэ аращ. Алыхьыращ пэжыр жызыIэр, Аращ гъуэгу захуэм тезыгъэувэр.

(5) Абыхэм я адэхэм я цIэхэмкIэ феджэ, ар Алыхьым и деж нэхъ захуэщ. Абыхэм я адэхэр фымыщIэмэ, ахэр динымкIэ фи къуэшхэщ икIи фи Iыхьлыхэщ. Гуэныхь къыфтехуэнукъым щыуагъэ фщIамэ, ар фи гум фщIэну ивмыубыдамэ. Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъу зыхэлъщ.

(6) Бегъымбарыр нэхъ ягъунэгъущ Iиман къэзыхьахэм езыхэм я псэхэм нэхърэ, абы и щхьэгъусэхэри ахэм я анэхэщ. ЗэIыхьлыхэри нэхъ зэпэгъунэгъухэщ Алыхьым и Тхылъым, Iиман къэзыхьахэмрэ мухьэжырхэмрэ нэхърэ, фэ фи ныбжьэгъухэм фIы яхуэвмыщIэнумэ. Аращ итыр Тхылъым.

(7) Бегъымбархэм псалъэ быдэ къаIитхащ Дэ, уэри, Нухьи, Ибрэхьими, Муси, Хьисэ Мэрям и къуэми. Абыхэм псалъэ гъэбыда къаIитхащ.

(8) Пэж жызыIэхэм яупщIыну я пэжыгъэм щхьэкIэ. Абы джаурхэм яхуигъэхьэзыращ хьэзаб гуауэхэр.

(9) Уэ Iиман къэзыхьахэ, Алыхьым и фIыгъуэу къыфхуищIахэр къэфщIэж дзэр къыщыфтеуам. Абыхэм жьапщэр ятедгъэхуащ, икIи фэ фымылъагъу дзэр яхуэдгъэкIуащ. Алыхьым елъагъур фэ фщIэхэр.

(10) Мис ахэр къыфтеуахэщ и щхьэкIи, и щIагъымкIи, абдежым нэхэр теплъызащ, гухэри къурмэкъеим къэсащ, Алыхьми зыгуэру фегупсысыну фыхуежьащ.

(11) Абдежым Iиман къэзыхьахэр ягъэунэхуащ, ахэр хуабжь дыдэуи зэщIигъэхъеящ.

(12) ФэрыщIхэмрэ зигу сымаджэным зэщIищтахэмрэ жаIащ: "Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ пцIыуэ дагъэгугъауэ аращ".

(13) Мис абыхэм ящыщ гуэрхэм жаIащ: "Уэ, Ясриб щыщхэ, фшэчыфынукъыми вгъэзэж!" Абыхэм ящыщ гуэрэхэм Iизын бегъымбарым Iрахыурэ жаIащ: "Ди унэхэр зыхъумэн ямыIэу къэнахэщ". Ауэ ахэр хъумэныгъэншэхэкъым, езыхэр щIэпхъуэжыну хуейхэу арат.

(14) Лъаныкъуэу хъуауэ абыхэм къатеуэхэу къыдрагъэхьэхыну хуежьахэтэмэ, ар ящIэнут абыхэми мащIэу тIэкIу загъэгува иужькIэ.

(15) АтIэ абыхэм ипэкIэ Алыхьым псалъэ быдэ иратауэ щытахэщ имыкIуэтынхэу, Алыхьым ирата псалъэ быдэм щхьэкIэ яупщIыжынухэщ абыхэм.

(16) ЖыIэ: "ФыщIэпхъуэжами абы сэбэп къыфхуихьынукъым, зауэмрэ лIэныгъэмрэ фыщIэпхъуэну фыпылъами. Абдежым зызэрывгъэтхъэнур мащIэ тIэкIущ".

(17) ЖыIэ: "Хэт фэ Алыхьым фыщызыхъумэнур Абы Iей къывищIэну хуеймэ е гущIэгъу къыфхуищIыну хуеймэ?" Абыхэм ягъуэтынукъым Алыхьым нэгъуэщI щхьэщыжакIуи, дэIэпыкъуэгъуи.

(18) Алыхьым ещIэр зауэм дэкIхэр къэзгъэувыIэну пылъхэр фэ фщыщу икIи я къуэшхэм яжезыIэхэр: "ФыкъакIуэ дэ ди деж". Ахэр зауэм зэрыхэтыр мащIэ дыдэщ.

(19) Ахэр фэ къыфхуэнэпсейхэщ, шынагъуэ къэхъуамэ, ахэр къызэроплъыр къэплъагъунущ шынэхэу. Абыхэм я нэхэм къажыхьыр, лIэныгъэм щхьэкIэ мэххэм хуэдэу. Шынагъуэр щытекIам и деж абыхэм я бзэгу жанхэмкIэ фигу кърагъауэр, фIым хуэнэпсейхэу. Абыхэм Iиман къахьакъым, Алыхьым я Iуэхухэр ахэм хигъэкIуэдэжынущ, ар Алыхьым и дежкIэ псынщIэщ.

(20) Абыхэм къафIощIыр зэгурыIуахэр IумыкIыжауэ. ЗэгурыIуахэр къакIуэтэмэ атIэ, ахэр хуеинут бедуинхэм ящIыгъуу къаджэдыхьыну, фи Iуэхухэм щIэупщIэхэу. Ахэр къыфхэтахэтэми мащIэ дыдэт зэрызэуэнухэр.

(21) Алыхьым и лIыкIуэр фэ щхьэкIэ щапхъэ нэхъыфI дыдэщ, Алыхьымрэ Иужьрей махуэмрэ щыгугъхэм щхьэкIэ, Алыхьыр куэдрэ зи гум къэзыгъэкIыжхэм щхьэкIэ.

(22) Iиман къэзыхьахэм зэгурыIуахэр щалъагъум, жаIащ: "Мыращ Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ дызэрагъэгугъар. Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ пэжт жаIар". Абыхэм я Iиманымрэ жыIэщIэнымрэ нэхъри хэхъуауэ аращ.

(23) Iиман къэзыхьахэм яхэтщ епэжахэр, Алыхьым псалъэ быдэу иратам. Абыхэм яхэтщ ятелъыр зыгъэзэщIагъэххэр, яхэтщ иджыри ежьэхэр. Ахэр зыкIи епцIыжхэкъым.

(24) Алыхьым пэжым тетхэм я псапэр яритын папщIэ я пэжыгъэм щхьэкIэ. ФэрыщIхэми хьэзабыр ятрилъхьэным папщIэ хуеймэ, е яхуигъэгъунущ. ИпэжыпIэкIэ Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъу зыхэлъщ.

(25) Алыхьым джаурхэм яригъэгъэзащ губжьагъейхэу. Абыхэм фIы къахьыфакъым. Алыхьым ящхьэщихащ Iиман къэзыхьахэм зауэныр, Алыхьыр Къаруушхуэщ, Лъэщщ.

(26) Абы къыщIишащ ахэм ядэIэпыкъуа Тхылъыр зритауэ щытахэр я чэщанэхэм, ягухэм шынэр ирилъхьащ, зы гупыр фыукIахэщ, адрей гупыр гъэр фщIащ.

(27) Абыхэм я щIыхэри, я унэхэри, я мылъкури щIэину къыфхуигъэнащ, зэи фызытемыува щIыгури. Алыхьым сытри хузэфIокIыр.

(28) Уэ, бегъымбар, жеIэ уи щхьэгъусэхэм: "Мы дунеймрэ и тхъэгъуэхэмрэ арамэ фызыщIэхъуэпсыр фыкъакIуэ, фызыгъэтхъэныр фэстынщи фызутIыпщынщ дахэу.

(29) Ауэ Алыхьым, и лIыкIуэм, ахърэтым фахуеймэ, атIэ Алыхьым фIы зыщIэхэм фэ фщыщу фхуигъэхьэзыращ псапэшхуэ дыдэ".

(30) Уэ, бегъымбарым и щхьэгъусэхэ! Фэ фщыщу зыгуэрым мыхъумыщIагъэ нахуэ ищIэмэ, абы и хьэзабыр нэхъри егъэлеяуэ щытынущ тIукIэ. Ар Алыхьым щхьэкIэ псынщIэщ.

(31) Ауэ фэ фщыщу Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ хуэжыIэщIэм, фIы зыщIэм еттынущ и псапэр тIууэ хэгъэхъуауэ, абы хуэдгъэхьэзыращ псапэшхуэр.

(32) Уэ бегъымбарым и щхьэгъусэхэ, фэ адрей бзылъхугъэхэм фахуэдэкъым. Тхьэшынагъуэ фхэлъмэ щабэу фымыпсалъэ , зигу сымаджэм хуеиныгъэ къыхуэвмыгъэушыну. ЕкIуурэ фыпсалъэ атIэ.

(33) Фи унэхэм фыкъыщIэнэ икIи япэрей джахилием зэрыщытам хуэдэу зывмыгъэдахэ, нэмэз фщIы, сэджыт фты, Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ фыхуэжыIэщIэ. ИпэжыпIэкIэ Алыхьыр хуейщ, уэ унэм щыщхэ, фIейр фкIэрихыну, икIи нэгъэсауэ фигъэкъабзэну.

(34) Фи унэхэм Алыхьым и Iэятхэм икIи акъылыфIагъэм щыщу щеджэхэр фигу къэвгъэкIыж. Алыхьыр ЗэхэзыщIыкIщ, Щыгъуазэщ.

(35) Муслъымэн лIыхэмрэ фызхэмрэ, Iиман къэзыхьа лIыхэмрэ фызхэмрэ, жыIэщIэ лIыхэмрэ фызхэмрэ, шэчыныгъэ зыхэлъ лIыхэмрэ фызхэмрэ, тхьэшынагъуэ зыхэлъ лIыхэмрэ фызхэмрэ, сэдэкъэ зыт лIыхэмрэ фызхэмрэ, нэщI зыIыгъ лIыхэмрэ фызхэмрэ, зи укIытапIэхэр зыхъумэ лIыхэмрэ фызхэмрэ, Алыхьыр куэдрэ зигу къэзыгъэкIыж лIыхэмрэ фызхэмрэ Алыхьым яхуигъэхьэзыращ гъэгъуныгъэрэ псапэшхуэрэ.

(36) Iиман къэзыхьа лIыхэми, Iиман къэзыхьа фызхэми Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ унафэ къахьамэ, езыхэр хэдэну унафэ къыщахькIэ. Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ емыдэIухэр гъуэщахэщ нахуэу.

(37) Мис уэ жыбоIэр Алыхьым и нэфI зыщыхуауэ, уэри уи нэфI зыщыхуам: "Уи щхьэгъусэр уэ зыкIэрыубыдэ, Алыхьми щышынэ". Уэ уи гум илъу боущэхур Алыхьым нахуэ ищIынур, цIыхухэми уащомэхъашэр, ауэ Алыхьыращ нэхъ зыхуэфащэр ущымэхъашэну. Зейд абы и гъусэу и хуеиныгъэр щигъэарэзыкIэ, уэ уи щхьэгъусэ тщIынущ, Iиман къэзыхьахэм емыкIуу ямыбжыну япIыжахэм я щхьэгъусэу щытахэр къашэжмэ, ахэр дэпсэуахэ иужь. Алыхьым и унафэр фIэкI имыIэу зэфIэкIынущ!

(38) Бегъымбарым гуэныхь къытехуэкъым, Алыхьым унафэ къыхуищIар игъэзащIэмэ. Алыхьым игъэува хабзэт ипэкIэ псэуахэм щхьэкIэ, Алыхьым и унафэр фIэкI имыIэу зэфIэкIынущ.

(39) Алыхьым и тхыгъэхэр нэзыгъэсхэр икIи Абы щышынэхэр Алыхьым нэгъуэщI зыми щышынэкъым, ирокъур Алыхьым къызэрилъытэр псори.

(40) Мухьэмэд фи цIыхухъухэм ящыщ зыми и адэкъым, атIэ ар Алыхьым и лIыкIуэщ, бегъымбархэм яужьрейщ. Алыхьым сытри ещIэр.

(41) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, Алыхьыр куэдрэ фигу къэвгъэкIыж,

(42) Абы и щытхъури фIэт пщэдджыжьми, пщыхьэщхьэми.

(43) Аращ фэ берычэт къывэзытыр, Абы и мелыIычхэми аращ, фэ кIыфIым фыкъыхишу нэхум фыхуишэну. Ар ГущIэгъущIщ, Iиман къэзыхьахэм щхьэкIэ.

(44) Абы щыхуэзэну махуэм я фIэхъусыр: "Мамырыгъэщ". Абыхэм тыгъэ лъапIэхэри яхуигъэхьэзыращ.

(45) Уэ бегъымбар, уэ удгъэкIуащ щыхьэту, хъыбарыфI яхуэзыхьу, Iейм щызыхъумэу.

(46) Алыхьым къыхуебджэну Абы и IизынкIэ, нэху къэзыхь уэздыгъэу.

(47) Iиман къэзыхьахэр гъэгуфIэ хъыбар яхуэхьи, Алыхьым фIыщIэшхуэ зэрахуигъэхьэзырамкIэ.

(48) Джаурхэмрэ фэрыщIхэмрэ яхуэмыжыIэщIэ, къэгъанэ абыхэм ягъахъэхэр, Алыхьым щыгугъ, ирокъур Альыхьыр къыщхьэщыжакIуэу.

(49) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, бзылъхугъэ Iиман къэзыхьахэм я гъусэу нэчыхь фщIауэ абыхэм фемыIусауэ тIолакъ яфтамэ, абыхэм пIалъэ дагъэкIыну фи пащхьэ къатехуэкъым. Тыгъэ яхуэфщIи фыутIыпщыжхэ дахэу.

(50) Уэ, бегъымбар, уэ хьэлэл пхуэтщIащ уи щхьэгъусэхэу уасэр зэптахэр, уи IэмыщIэ къихуахэри Алыхьым къуентхъыу къыуитахэм щыщхэр, уи адэкъуэшым ипхъухэри, уи адэшыпхъум ипхъухэри, уи анэдэлъхум ипхъухэри, уи анэшыпхъум ипхъухэри уэ пщIыгъуу къэIэпхъуахэр, Iиман къэзыхьа бзылъхугъэри бегъымбарым тыгъэ зыхуищIыну хуеймэ, езы бегъымбарыр хуеймэ ар къишэну. Ар зыхуэдар уэ зыращ, адрей Iиман къэзыхьахэракъым. Дэ дощIэр абыхэм фарз яхуэтщIар, я щхьэгъусэхэмрэ, я пщылIхэу щыт бзылъхугъэхэмрэ теухуауэ. Уэ гугъуехь ухэмытыну. Алыхьыр ипэжыпIэкIэ Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ.

(51) Узыхуейр бгъэгувэну ухуитщ абыхэм щыщу, уэ зыбгъэдэпIыгъэнуи ухуитщ узыхуейр. ИпэкIэ лъэныкъуэ пщIам ухуеижмэ, атIэ абы гуэныхь хэлъкъым. Ар нэхъыфIщ, абыхэм псоми я нэхэр гуфIэн щхьэкIэ, ахэр мынэщхъейн щхьэкIэ, арэзыуэ щытын щхьэкIэ абыхэм яптымкIэ. Алыхьым фигухэм илъыр ещIэр, Алыхьыр ЗыщIэщ, Зэтеубыдащ.

(52) Иджы щегъэжьауэ бзылъхугъэ нэгъуэщI къэпшэну ухуитыжкъым, уи щхьэгъусэхэри нэгъуэщIкIэ пхъуэжынуи ухуиткъым, зыгуэрым и дахагъым удихьэхыщами, ахэр уи пщылIхэу щымытмэ. Алыхьыр сытми кIэлъоплъыр.

(53) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, бегъымбарым и унэхэм фыщIэмыхьэ фагъэшхэну фрамыгъэблагъэ къудеймэ, ауэ хьэкъущыкъухэм фимыплъэ. Къывэджахэмэ фыщIыхьэ, фышхамэ фызэбгырыкIыж, фыпсалъэу фызэхэмытIысхьэж. АбыкIэ бегъымбарым зэран ивохыр, ауэ къыфщоукIытэр. Алыхьыр атIэ пэжым щыукIытэкъым. Абыхэм (бегъымбарым и щхьэгъусэхэм) зыгуэр къаIифхыну фалъэIумэ, Iупхъуэм и щIыбкIэ къаIифх. Апхуэдэу нэхъ къабзэщ фэ фигухэмкIи, езыхэм ягухэмкIи. Алыхьым и лIыкIуэм зэран ефхынуи, абы и щхьэгъусэхэр иужькIэ къэфшэжынуи фыхуиткъым зэи. Ар Алыхьым и деж гуэныхьышхуэщ.

(54) Фэ зыгуэр нахуэ фщIыми, фыущэхуми, ипэжыпIэкIэ, Алыхьым псори ещIэр.

(55) Абыхэм гуэныхь къатехуэкъым я адэхэм, я бынхэм, я дэлъхухэм, я дэлъхухэм я бынхэм, я шыпхъухэм я бынхэм, я бзылъхугъэхэм, я пщылIхэм (я пащхьэ IэлъэщI ятемылъмэ). Алыхьым фыщышынэ, ипэжыпIэкIэ, Алыхьыр сытми и щыхьэтщ

(56) Алыхьми, Абы и мелыIычхэми бегъымбарым и щытхъур яIэт. Уэ, Iиман къэзыхьахэ, абы и щытхъур фIэти фIэхъуси ефх.

(57) Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ зэран езыххэм нэлат Алыхьым ятрилъхьащ мы дунейми, ахърэтми икIи хьэзаб зыгъэпудкIэ ахэр игъэгугъащ.

(58) Iиман къэзыхьа лIыхэмрэ, Шиман къэзыхьа фызхэмрэ зэран языххэм, ябыхэм зыри ямылажьэу, пцIы ин дыдэрэ гуэныхь нахуэрэ зытралъхьэжыр.

(59) Уэ бегъымбар, яжеIэ уи фызхэм, уипхъухэм, Iиман къэзыхьахэм я бзылъхугъэхэм я тепхъуэхэр зэхуэщIауэ зытралъхьэну. Апхуэдэу ахэр нэхъ къащIэнущи зэран ирахынухэкъым, Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ.

(60) ФэрыщIхэм, зигу сымаджэхэм, хъыбар пцIыхэр къезыхьэкIхэм Мэдинэм щамыгъэтмэ, абыхэм уатедгъэкIуэнущ, итIанэ мащIэрэщ уи гъунэгъуу зэрыпсэужынухэр.

(61) Нэлатри къатехуэнущ. Дэнэ къыщамыгъуэтхэми яубыдынухэщи гущIэгъуншэу зэтраукIэнухэщ.

(62) Алыхьым унафэу иухащ ар ипэкIэ псэуахэм щхьэкIэ, икIи бгъуэтынукъым Алыхьым и унафэр зэзыхъуэкIын.

(63) ЦIыхухэр къоупщIыр Сыхьэтым щхьэкIэ. ЖыIэ: "Ар зыщIэр Алыхь закъуэращ". Дэнэ щыпщIэрэ уэ Сыхьэтыр гъунэгъу къэхъуами?

(64) Алыхьым джаурхэм нэлат ярихащ икIи МафIэр яхуигъэхьэзыращ.

(65) ИгъащIэкIэ абы къыхэнэнухэщ - къыщхьэщыжакIуи, дэIэпыкъуэгъуи ягъуэтынукъым.

(66) А махуэм абыхэм я нэгухэм зызэрагъэзэкIынущ, МафIэм хэту, жаIэнущ: "Алыхьым дыхуэжыIэщIа мыгъуэмэ аратэкъэ! ЛIыкIуэми дыхуэжыIэщIа мыгъуэмэ аратэкъэ!"

(67) Абыхэм жаIэнущ: "Ди Тхьэ, ди нэхъыжьхэмрэ ди нэхъыщхьэхэмрэ дахуэжыIэщIэри гъуэгум дытрагъэгъуэщыкIащ!

(68) Ди Тхьэ, абыхэм я хьэзабыр тIууэ хэгъахъуэ икIи нэлатышхуэ ях".

(69) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, Мусэ зэран езыхахэм хуэдэу фыщымыт, абы и хеигъэр Алыхьым къигъэлъагъуэри трихащ а псалъэ къытралъхьэхэри. Ар Алыхьым и деж щIыхь зиIэщ.

(70) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, Алыхьым фыщышыни псалъэ пэж жыфIэ.

(71) Абы фи Iуэхухэр зэтригъэувэжынщ, фи гуэныхьхэри фхуигъэгъунщ. Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ хуэжыIэщIэр хуабжьу ехъулIащ.

(72) Дэ уафэхэми, щIылъэми, къущхьэхэми къалэныр ятетлъхьэну яхуэдгъэуват, ауэ ядакъым ар зытралъхьэну икIи щышынахэщ абы. Ауэ цIыхум ар зытрилъхьэжащ, ар къуаншэщ икIи щIэныгъэншэщ.

(73) Ар Алыхьым фэрыщI цIыхухъухэмрэ фэрыщI цIыхубзхэмрэ, тхьэ куэдым хупщылI цIыхухъухэмрэ, тхьэ куэдым хуэпщылI цIыхубзхэмрэ хьэзаб ятрилъхьэн щхьэкIэ. Iиман къэзыхьа цIыхухъухэмрэ, Iиман къэзыхьа цIыхубзхэмрэ атIэ яхуигъэгъун щхьэкIэ. Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъу зыхэлъщ.