15 - Al-Hijr ()

|

(1) Iэлиф, лам, ра. Мыр Тхылъым и Iэятхэщ икIи КъурIэн нахуэщ

(2) Джаурхэр, дауикI, хуеинухэщ муслъымэн хъуну

(3) Къэгъанэ ахэр, ирешхэхэ, зрагъатхъэ, гугъэхэм хрелъасэхэ, къащIэнщ абыхэм

(4) Жылэу дгъэкIуэжауэ хъуам тхыгъэ гъэунэхуа яIэхэт

(5) Зы лъэпкъми и пIалъэр нэхъ пасэу къигъэсыфынукъым, нэхъ кIаси ищIыфынукъым

(6) Абыхэм жа1ащ: "Уэ гум къэзгъэк1ыжыр къызхуеха, уэ уделэщ

(7) Сыт мелы1ычхэр къыщ1ытхомышэр пэры жып1эмэ?"

(8) МелыIычхэр пэж къудейм щхьэкIэ къыдогъэхыр дэ, итIанэ зыми пIалъэ иIэжынукъым

(9) Дэ КъурIэныр къедгъэхащ, икIи Дэращ ар зыхъумэр

(10) Уэ уи япэкIи дгъэкIуащ Дэ, ипэкIэ щыIа лъэпкъхэм я деж

(11) Абыхэм лIыкIуэ къахуэкIуэтэкъым, ар щIэнэкIалъэ ямыщIауэ

(12) Апхуэдэу (джаурыгъэр) мыхъумыщIэ зыщIэхэм я гум идолъхьэ

(13) Ар (КъурIэныр) я фIэщ хъукъым абыхэм, ипэрейхэм я щапхъэр ящIэми

(14) Абыхэм уафэм деж бжэ къахузэIутхатэми иридэкIуеинухэм щхьэкIэ

(15) Абыхэм жаIэнут: "Ди нэхэм пшагъуэ къытрагъэхьауэ аращ, дэри щхъуэ къыдахауэ аращ"

(16) Уафэм вагъуэбэхэр щытщIащ Дэ икIи дгъэдэхащ ар, еплъхэм папщIэ

(17) ИкIи щытхъумащ ар дэтхэнэ шейтIан Алыхьым и гущIэгъум ирахуам щхьэкIэ

(18) Ар кIэщIэдэIуэну пылъмэ, абы вагъуэ ижыр кIэлъыкIуэнущ

(19) ЩIыри дыубгъури мыхъейуэ къущхьэхэр тедгъэува, икIи сытым щыщи гъэнэхуауэ къыщыдгъэкIащ абы деж

(20) Фэ фызэрыпсэунури абдежым фхуэтщIащ фэри, фэ фымыгъашхэхэми

(21) ЩыIэкъым зыри Дэ ди хъумапIэхэм имылъу, икIи ар гъэнэхуауэ бжыгъэкIэ идогъэхыр

(22) ИкIи жьыбгъэ уэшх пшэм хуэзыхьхэр нэдгъэкIуащ, итIанэ уафэм псы къедгъэхащ, абы фэ федгъэфащ, ауэ фэракъым ар зыхъумэфынур

(23) Дэращ къэзыгъэхъури зыгъэлIэжри, икIи Дэращ щIэиныр зейр

(24) ИкIи дощIэр Дэ фэ фщыщу ипэ ищынур, дощIэр иужьым къинэнури

(25) ИпэжыпIэкIэ уи Тхьэм ахэр псори къигъэхъужынущ, Ар АкъылыфIэщ, ЗыщIэщ

(26) ЦIыхур ятIагъуэ гъущэ утеуэмэ макъ зыщIым къыхэтщIыкIащ, ар ипэкIэ ятIэу щытауэ зэхъуэкIа хъуам

(27) Жынхэри абы ипэкIэ мафIэ узылыбжьэм къыхэтщIыкIащ

(28) Уи Тхьэм мелыIычхэм яжриIат: "Сэ цIыху сщIынущ ятIагъуэ гъущэ утеуэмэ макъ зыщIымкIэ, ятIэу щытауэ зэхъуэкIамкIэ

(29) Ар сщIыуэ Си псэм щыщ хэслъхьэмэ, фэ щхьэщэ хуэфщIи фи щхьэхэр щIым хуэвгъэтIылъ"

(30) МелыIычхэми псоми зыри къэмынэу щхьэщэ ящIри я щхьэхэр щIым хуагъэтIылъащ

(31) Иблис закъуэм мыхъумэ, абы идакъым зи щхьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ хъуну

(32) Абы жи1ащ: "Уэ 1иблис, уэ сыт щхьэщэ зыщ1ауэ зи щхьэхэр зыгъэт1ылъахэм уащ1ыхэмытыр?"

(33) ЖиIащ: "Сэ си щхьэ хуэзгъэтIылъынукъым цIыху ятIагъуэ гъущэ утеуэмэ макъ зыщIымкIэ, ятIэу щытауэ зэхъуэкIамкIэ ящIам"

(34) (Алыхьым) жиIащ: "АтIэ икI мыбы, иджы щегъэжьауэ уэ уихуащ

(35) ИкIи Си нэлатыр птелъынущ Къемэт махуэр къэсыху"

(36) ЖиIащ: "Си Тхьэ, Махуэ къыщыхъужынухэм нэс пIалъэ къызэт"

(37) ЖиIащ: "АтIэ уэ пIалъэ зратахэм уащыщщ

(38) Махуэ пIалъэ гъэнэхуа зиIэм нэс

(39) Абы жиIащ: "Тхьэшхуэ, сэ сызэрыщыбгъэуам щхьэкIэ, абыхэм щIылъэм щыIэр яхуэзгъэщIэрэщIэнщ, икIи ахэр псори щызгъэуэнщ

(40) Абыхэм ящыщу Уи пщылI хэхахэм мыхъумэ"

(41) (Алыхьым) жиIащ: "Мыращ Сэ си гъуэгу захуэр

(42) Сэ си пщылIхэрм уэ унафэ яхуэпщIыфынукъым, уэ къыпкIэлъыкIуа гъуэщахэм мыхъумэ"

(43) Жыхьэнэмэр - ахэр псори зэрагъэгугъащ

(44) Абы бжибл хэлъщ, бжэ къэскIэ бжыгъэ хэхам хуэгъэхьэзыращ

(45) Тхьэ шынагъуэ зыхэлъхэр жэнэтхэмрэ псынэхэмрэ хэсхэщ

(46) Фыдыхьэ абым фыхъумауэ, мамыру

(47) Абыхэм ягухэм илъауэ щыта зэбииныгъэр итхащ, ахэр зэкъуэшхэм хуэдэу пIэ зэпэгъунэгъухэм егъэщIауэ щытынухэщ

(48) Ахэр абдеж щешынухэкъым, икIи ахэр абы кърагъэкIынукъым

(49) Си пщылIхэм яжеIэ, Сэ Зыгъэгъуу сызэрыщытыр, СызэрыгущIэгъущIыр

(50) ИкIи Сэ си хьэзабыр зэрыхьэзаб гуащIэр

(51) ЯхуэIуатэ абыхэм Ибрахьим и хьэщIэхэм я хъыбар

(52) Ахэр абы и деж щIыхьэхэри: "Мамырыгъэ", - жаIащ. Абы жиIащ: "Дэ фэ дыфщошынэ"

(53) Абыхэм жаIащ: "Умышынэ, дэ хъыбарыфI къыпхуэтхьащ, щIалэ акъылыфIэ зэрыуиIэнум теухуауэ"

(54) Абы жиIащ: "Жьыгъэр къыстекIуа иужь, абыкIэ сывгъэгуфIэу ара? Сыт а сызэрывгъэгуфIэр?"

(55) ЖаIащ: "Пэжыращ узэрыдгъэгуфIэр, гугъэ хэзыхыжахэм ящыщ умыхъу"

(56) Абы жиIащ: "Хэт зи гугъэ хэзыхыжыр и Тхьэм и гущIэгъум, гъуэщахэм мыхъумэ?"

(57) Абы жиIащ: "АтIэ сыт фи Iуэхур, уэ лIыкIуэхэ?"

(58) Абыхэм жаIащ: "Дэ мыхъумыщIагъэ зыщIэ лъэпкъым дыкъыхуагъэкIуащ

(59) ЛутI и унагъуэм мыхъумэ, ахэр псори къедгъэлынущ

(60) Абы и щхьэгъусэм мыхъумэ, ар къэнахэм ящыщ хъуну тедубыдащ"

(61) ЛутI и унагъуэм лIыкIуэхэр къыщыкIуэм

(62) Абы жиIащ: "Фэ фызмыщIэ лъэпкъщ"

(63) Абыхэм жаIащ: "АтIэ абыхэм шэч къызытрахьэу щытар къыпхуэтхьащ дэ

(64) Дэ пэжыр къыпхуэтхьащ, дэ пэжщ жытIэр

(65) Жэщ ныкъуэм уи Iыхьлыхэр къыдэгъэкIи, уэри абыхэм яужь иувэ, ауэ зыри зэремыплъэкI фэ фщыщу. ФыкIуэ унафэ къыздыфхуащIам"

(66) Абым унафэр жетIащ, ахэр нэху щыху зэрытекIуэдыкIынур

(67) Къалэдэсхэр тхъэуэ къэкIуахэщ

(68) (ЛутI) жиIащ: "Мыхэр си хьэщIэхэщ, си напэр тевмых

(69) Алыхьым фыщышынэ, сывмыгъэцIыкIу"

(70) Абыхэм жаIащ: "БжетIатэкъэ дэ, зыри уи деж щомыгъэIэну?"

(71) Абы жиIащ: "Мис си пхъухэр фщIэну фыхуеймэ"

(72) Уи гъащIэкIэ соIуэр! Ахэр нэфу, чэф зиIэхэм хуэдэу, хэтахэщ

(73) Дыгъэ къыкъуэкIыгъуэм абыхэм кIий макъыр къатехуащ

(74) Абым и щхьэр и щIагъ тщIащ, ятIагъуэ мывэм хуэди уэшхыу ятедгъэлъэлъащ

(75) Ахэр псори нэщэнэщ, цIыху зэхэзыщIыкIхэм щхьэкIэ

(76) ИкIи ахэр гъуэгу занщIэм Iусу псэуахэщ

(77) Абы хэлъщ нэщэнэ, Iиман къэзыхьахэм щхьэкIэ

(78) Iэйкэ дэсхэми залымыгъэ ящIэу щытащ

(79) Абыхэм дахурикъуащ. ИпэжыпIэкIэ ахэр тIури гъуэгу нахуэм Iусхэу псэуахэщ

(80) Хьиджр дэсхэми лIыкIуэхэр пцIыуэ ябжат

(81) Абыхэм ди нэщэнэхэр къащыхуедгъэхым, я щIыбхэр хуагъэзат

(82) Абыхэм къущхьэхэм я унэхэр къыхаудт, зыми щымышынэхэу

(83) Нэху щыгъуэм абыхэм кIий макъыр къатехуащ

(84) Къалэжьауэ хъуари зыкIи къащхьэпакъым абыхэм

(85) Уафэхэри, щIыри, абыхэм яку дэтри къыщIэдгъэщIар пэж закъуэращ. Сыхьэтри, шэч хэмылъу, къэсынущ. Аращи, дахэу яхуэгъэгъу абыхэм

(86) ИпэжыпIэкIэ уи Тхьэр Къэзыгъэхъущ, Нэгъэсауэ ХэзыщIыкIщ

(87) Дэ уэттащ куэдрэ зэджэ блыри КъурIэн ЛъапIэри

(88) Абыхэм ящыщ гуэрхэм еттам уэ уемыплъыщэ, икIи абыхэм уримынэщхъей, Iиман къэзыхьахэм уи дамэхэр яхуехьэх

(89) ИкIи жыIэ: "Сэ фIыкIэ фызгъэгуфIэу, Iейуэ къэхъунум и хъыбар вжезыIэ"

(90) Дэ ар гуэшауэ къедгъэхащ

(91) Абыхэм КъурIэныр Iыхьэу зэтрагъэкIащ

(92) Уи ТхьэмкIэ соIуэр! Абыхэм псоми даупщIыжынущ

(93) Абыхэм ящIэу щытам щхьэкIэ

(94) Уэ унафэу къыпхуащIар яжеIи, тхьэ куэдым яхуэпщылIхэм уи щIыбыр яхуэгъазэ

(95) Дэ дахурикъуащ щIэнэкIалъэ укъэзыщIхэм

(96) Алыхьым нэгъуэщI тхьэ къэзыщтэхэм, къащIэнущ абыхэм

(97) ДощIэр Дэ, уи гур зэрыбампIэр, абыхэм жаIэм щхьэкIэ

(98) Уи Тхьэм и щытхъур Iэт, зи щхьэр щIым хуэзыгъэтIылъхэми яхэт

(99) ИкIи уи Тхьэм хуэпщылI, лIэныгъэр къыпхуэмыкIуэху